Loading...

Loading

Loading
(You are in the browser Reader mode)

2 ӀЫХЬЭ—ЯПЭ ЛӀЭЩӀЫГЪУЭХЭМ ЯМЫГЪЭПСЭУАХЭР

Ерусалим къыщыщӀынумрэ Езым и ЕтӀуанэ къэкӀуэгъуэм ехьэлӀа Ӏуэхугъуэ щхьэхуэхэмрэ Хьиса и гъэсэнхэм къахузэӀуиха нэужь, Абы иджыри къажриӀащ Тхьэм и лъэпкъым ишэчыну къыпэщылъ гъэунэхуныгъэхэр, Езыр уафэм дэкӀуеижу итӀанэ щӀыхьышхуэ иӀэу щӀылъэм къыщигъэзэжыным нэсыху. Елеон Ӏуащхьэм и щыгум къыздеплъыхым, Абы илъагъурт апостолхэм я зэманым щыӀэну Члисэхэм къатеуэну хьэзыр борэнхэр; лӀэщӀыгъуэхэм куууэ здыхэплъэм, Абы и нэгум къыщӀэувэрт лъэрыщӀыкӀ узыщӀ жьапщае шынагъуэхэу Езым и Ӏумэтым итхэм къатеуэнухэр, къэкӀуэну лӀэщӀыгъуэ кӀыфӀхэм ямыгъэпсэууэ ахэр зэрызэрахуэнур. Псалъэ кӀэщӀ зыбжанэкӀэ, ауэ шынагъуэхэмкӀэ Абы жиӀащ дунейм яфӀэщэджащэхэм Тхьэм и Члисэм къращӀэнухэр (еплъ Мф. 24:9, 21, 22). Ягъэпудрэ къалъагъу мыхъуу я Зиусхьэныр зрикӀуа гугъуехь гъуэгур къапэплъэрт Мэсихь и Ӏумэтым итхэм. Дунейм и ЩэхужакӀуэр жагъуэгъухэм къаухъуреихьу зэрыщытам хуэдэу, Ар зи фӀэщ хъухэри ягъэбиинущ. GCKar 34.1

Апостолхэм я зэманым щыӀа Члисэхэм я къекӀуэкӀыкӀар щыхьэт тохъуэр КъегъэлакӀуэм и псалъэхэр пэж зэрыхъуам. ЩӀылъэмрэ жыхьэрмэмрэ я къарухэр зэкъуэуващ Мэсихь пэщӀэувэу, Абы и Ӏумэтым итхэр ямыгъэпсэууэ зэрахуэну. Мажусийхэм къагурыӀуат Инджылыр текӀуэмэ, тхьэнэпцӀхэм я тхьэлъэӀупӀэхэмрэ я къурмэн-телъхьэпӀэхэмрэ зэрагъэкӀуэдыжынур, абы къыхэкӀкӀэ ахэр зэкъуэувэхэри чристэнхэм зауэ къращӀылӀащ. МафӀэр кърадзу кърахуэкӀырт ахэр. Чристэнхэм зыри яӀэну хуит ящӀыртэкъым, я унэхэми къыщӀахурт. Абыхэм «лӀыгъэшхуэ яхэлъу яшэчащ гугъуехьышхуэхэр», «хьэӀупс зэращӀари, удыну кърадзари, я щхьэхуимытыныгъэри лъэхъуэщри яшэчащ» (еплъ Евр. 10:32; 11:36). Абыхэм ящыщ куэдыр я гъащӀэр яту, ялъхэмкӀэ щыхьэт техъуащ я фӀэщхъуныгъэм. ГущӀэгъуншэу псори яукӀырт — лъэпкъыфӀ къыхэкӀахэри пщылӀхэри, къулейхэри къулейсызхэри, щӀэныгъэлӀхэри щӀэныгъэншэхэри. GCKar 34.2

А зэхэзехуэныгъэхэр Нерон и тетыгъуэм щӀидзэри, и зэманкӀэ хуэгъэфэщауэ, Павел хьэзаб ирагъэшэчу щаукӀа гъэм щегъэжьауэ, зэм къаруушхуэ щӀэту, зэми нэхъ мащӀэу екӀуэкӀащ лӀэщӀыгъуэ куэдым я кӀыхьагъкӀэ. Чристэнхэм кӀэрымылъ кӀэралъхьэрт, щӀэпхъаджагъэ хьэлъэхэр ялэжьауэ ягъэкъуаншэу, икӀи насыпыншагъэ зэмылӀэужьыгъуэ къэхъухэри абыхэм я ягъэу жаӀэрт: гъаблэр, уз зэрыцӀалэхэр, щӀыр зэрыхъейр. Псоми къалъагъу мыхъуу чристэнхэм гурыщхъуэ хуащӀхэу здэхъуам, бзэгузехьэхэр хьэзырт ахъшэ щхьэкӀэ лажьэ зимыӀэхэр ирагъэукӀыну. Ахэр ягъэкъуаншэрт къэралыр хьэлэбэлыкъ хэзыдзэщ, диным и бийхэщ, цӀыхубэр зэзыгъэкӀуэкӀщ жаӀэу. Куэдыр хьэкӀэкхъуэкӀэхэм ирагъэшхащ; куэдыр амфитеатрхэм зэрыпсэууэ щагъэсащ. Языныкъуэхэр жорым кӀэраӀулӀэурэ яукӀащ, нэгъуэщӀхэр хьэкӀэкхъуэкӀэхэм я фэхэм кӀуэцӀадэурэ аренэхэм ирадзащ, хьэкӀэкхъуэкӀэхэм зэпкърагъэтхъыну. Чристэнхэм укӀ тращӀэр абыхэм я махуэщӀхэм я зэштегъэупӀэ нэхъыщхьэт. ГъэщӀэгъуэн зылъагъуну хуейхэр куэдыкӀейуэ зэхуэсырти, чристэнхэм ягъэвхэм яфӀэфӀыпсу кӀэлъыплъхэрт, дыхьэшххэрэ Ӏэгу еуэу, абыхэм хьэзабыр ятелъу я псэр щыхэкӀкӀэ. GCKar 35.1

Мэсихь и Ӏумэтым итхэм дэнэ щӀыпӀэ зыщамыгъэпщкӀуми, дэнэкӀи абыхэм къыщещэрт, щакӀуэр хьэкӀэкхъуэкӀэм зэрещэм хуэдэу. Абыхэм щӀыпӀэ нэщӀхэм, нэхъ пхыдзахэм зыщагъэпщкӀун хуей хъурт, «Ӏэджэм щыщӀэу, гузэвэгъуэм хэту, цӀыхухэм хьэкӀэкхъуэкӀагъэ къращӀэу; дунейм тета псом я нэхъ лъапӀэхэр губгъуэ нэщӀхэмрэ бгылъэ щӀыпӀэхэмрэ щхьэегъэзыпӀэ къыщалъыхъуащ, бгъуэнщӀагъхэмрэ аузхэмрэ щыпсэуащ» (Евр. 11:37, 38). ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ мин бжыгъэхэм гъуэмбырэщхэр быдапӀэ яхуэхъуащ. Римым и Ӏэгъуэблагъэм Ӏуащхьэ щӀагъхэр кӀыхьышхуэу щыщӀатӀыкӀат губзыгъагъэрэ Ӏэзагъышхуэрэ хэлъу. А зекӀуапӀэхэр къалэ блыным щыщӀэдзауэ километр куэдкӀэ кӀуэцӀрыкӀырт. А бгъуэнщӀагъ кӀыфӀхэм Мэсихь и Ӏумэтым итхэм я лӀахэр щыщӀалъхьэрт, икӀи абдежыр зэгъапӀэ яхуэхъурт гурыщхъуэ зыхуащӀын щӀадзахэмрэ къэралым и унафэхэм щӀэмытыжу укӀыпхъэу къалъытахэмрэ. ЛӀыхъужьыгъэ яхэлъу зи фӀэщхъуныгъэр зыхъумэжахэр ГъащӀэ Зытым къыщигъэхъужкӀэ, мис а бгъуэнщӀагъ кӀыфӀхэм къыщӀэкӀыжынущ Мэсихь и хьэтыркӀэ хьэзабышхуэ зышэча куэдыр. GCKar 35.2

Нэхъ гущӀэгъуншэ дыдэу щыщӀахуами абыхэм, напэ хужькӀэ я фӀэщхъуныгъэр ягъэпэжащ, Мэсихь и щыхьэту здэпсэуам. Тыншыгъуэ лъэпкъ ямыӀэу, дыгъэм и нэхури ямылъагъуу, щӀы щӀагъ фӀыцӀэжьым гуапэу щезыгъэблэгъа бгъуэнщӀагъхэр унапӀэ ящӀауэ, зы тхьэусыхафэ макъ къажьэдэкӀакъым абыхэм. ФӀэщхъуныгъэр, шыӀэныгъэр, гугъэр зыгъэбыдэн псалъэхэмкӀэ зыр зым игъэгушхуэурэ ахэр зэдэӀэпыкъужащ, лӀыгъэ яхэлъу гугъуехьхэмрэ гузэвэгъуэхэмрэ яшэчыным. Дунейм тыншыгъуэу тетыр зэрафӀэкӀуэдым ахэр хигъэзыхьыфакъым Мэсихь хуаӀэ фӀэщхъуныгъэр къагъэнэну. Ямыгъэпсэууэ щӀахуэу гъэунэхуныгъэ зыхэтхэр абыхэм я дежкӀэ дэкӀуеипӀэм хуэдэт зыщӀэхъуэпс зэгъэгъуэмрэ Хьиса и тыгъэмрэ нэхъ гъунэгъу хуэзыщӀхэу. GCKar 36.1

Пасэ зэманым Тхьэм хуэпщӀылӀу псэуахэм иращӀам хуэдэу, куэдыр «хьэзаб ирагъэшэчурэ яукӀащ, щхьэхуит ящӀыж нэхърэ нэхъ къащтэрт ар абыхэм, гъащӀэ нэхъыфӀым Тхьэм къызэрыхуигъэхъужыным щыгугъхэрти” (Евр. 11:35). Абыхэм сыт щыгъуи я гум щахъумэрт Тхьэм и псалъэхэр: «Фи насыпщ, Сэр щхьэкӀэ фагъэпудмэ, фыкърахуэкӀмэ, пцӀы къыфтралъхьэурэ Ӏей къыфхужаӀэмэ! ФыгуфӀэ, фигухэр хрырехъуэ, гугъуехьыпщӀэу уафэм щывгъуэтыжынур икъукӀэ инщи! Фи япэ псэуа бегъымбархэми апхуэдэу нэплъапӀэ ирамыту щытащ” (Мф. 5:11,12). Пэжыгъэм щхьэкӀэ гугъуехь яшэчыну Тхьэм къазэрыхуигъэфэщам ахэр щыгуфӀыкӀырт, щагъэскӀэ Тхьэм хужаӀэ щытхъу уэрэдхэм и макъхэр мафӀэм къыхэӀукӀырт. ФӀэщхъуныгъэ яӀэу уафэм щыдэплъейкӀэ абыхэм ялъагъурт Мэсихьрэ Абы и мелыӀычхэмрэ, ягу къащӀэузу къыкӀэлъыплъхэу, быдагъэ яхэлъу къызэрыхуэпэжым щхьэкӀэ къахуэарэзыуэ. Абыхэм зэхахырт Тхьэм и макъыу, Тхьэм и тахътэм къиӀукӀыр: «ЛӀэныгъэм нэсыху фыкъысхуэпэж, итӀанэ гъащӀэм и дыщэ пыӀэр фэстынущ» (Откр. 2:10). GCKar 36.2

Алейуэт шейтӀаным Тхьэм и члисэм лей ирих щӀыкӀэурэ игъэкӀуэдыжыну зэрыпылъар. Хьиса и гъэсэнхэм я щхьэр зыхалъхьа бэнэныгъэ иныр къэувыӀакъым, а ныпзехьэ пэжхэм я лэжьыгъэр зэпагъэууэ щраудам. ЗэрыхагъэщӀар ипэжыпӀэкӀэ абыхэм я текӀуэныгъэт. Тхьэм и лӀыкӀуэхэр яукӀа щхьэкӀэ, Тхьэм и Ӏуэхур щхьэмыгъазэу ипэкӀэ кӀуатэрт. Инджылым зиубгъурт, икӀи кӀуэ пэтми цӀыху нэхъыбэм ХъыбарыфӀыр къащтэрт, уеблэмэ, римыдзэр зылъэмыӀэсыфыну щӀыпӀэхэм нэсырт. Зы чристэн, щӀэзыхуэ мажусий Ӏэтащхьэхэм жэуап яриту, яжриӀат мыпхуэдэу: «Фэ дывукӀи мэхъу, хьэзаби дывогъэшэч, нэлати къыдывох... Фэ лей къызэрыдэфхыр щыхьэт тохъуэ дэ лажьэ зэрыдимыӀэм!.. Уеблэмэ, нэхъ хьэкӀэкхъуэкӀагъэ дыдэ къыткӀэлъыфзехьэри сэбэп къыфхуэхъунукъым”. Чристэнхэр ямыгъэпсэууэ кърахуэкӀ щхьэкӀэ, дауэ ямыгугъами, цӀыхухэр нэхъри тригъэгушхуэрт Мэсихь къащтэну. «Нэхъыбэрэ дызэтевукӀэху, нэхъыбэж дыхъунущ: чристэным и лъыр жылэщ” (Тертулиан, Апология, § 50). GCKar 36.3

Чристэн мин бжыгъэхэр лъэхъуэщым щӀадзащ, я гъащӀэр къыӀахащ, ауэ абыхэм я пӀэм нэгъуэщӀхэр иувэрт. ФӀэщхъуныгъэм и цӀэкӀэ хьэзабыр ирагъэшэчу яукӀахэм, я КъегъэлакӀуэм щапхъэ трахащ, икӀи абыхэм текӀуэныгъэр къахьауэщ Тхьэм зэрибжыр. Абыхэм лӀыхъужьыгъэ зэрахьащ икӀи Хьиса и къэкӀуэжыгъуэ махуэм щӀыхьым и дыщэ пыӀэр къапоплъэр. Гугъуехь яшэчхэм чристэнхэр нэхъ быдэжу зэкъуигъэувэрт, нэхъ гъунэгъуж къахуищӀырт я ЩэхужакӀуэр. Я псэукӀэри, я псэр щыхэкӀкӀэ я иужь псалъэхэри сэбэп хуэхъурт пэжыгъэм зиубгъуным, уеблэмэ, ХъыбарыфӀым ехъулӀэныгъэ нэхъ щыздимыӀэну къыпщыхъу шейтӀаным и дзэм хэтхэри, кӀыфӀыгъэм ипщым и лъэныкъуэу щытахэр, абы и тепщэныгъэ бзаджагъэм къыщӀэкӀырти, Мэсихьрэ Мэсихь и Члисэмрэ я ныпым щӀэувэхэрт. GCKar 37.1

Апхуэдэу щыхъум, Тхьэм и пащтыхьыгъуэм пэщӀэувэну здыхущӀэкъум, шейтӀаным мурад ищӀащ езым и ныпыр чристэн Члисэм щхьэщигъэувэну. Мэсихь и Ӏумэтым итхэр абы къыхуэгъапцӀэрэ Тхьэм игу иримыхьын яригъэщӀэн хузэфӀэкӀмэ, итӀанэ абыхэм къаруи быдагъи къахэнэжынутэкъым, арати, тынш дыдэу зыхуейр зыӀэщӀигъэхьэфынут. GCKar 37.2

Апхуэдэу гъэпцӀакӀуэ иныр яужь ихьащ къарукӀэ и Ӏуэху къыздимыкӀам, бзаджагъэкӀэ ехъулӀэныгъэ щызригъэгъуэтыну. Чристэнхэр зехуэн щагъэтыжащ, абыхэм я пӀэкӀэ къежьащ дунеягъэ тыншыгъуэхэм удезыгъэхьэх гъэӀулэныгъэ шынагъуэхэр икӀи цӀыхухэм я деж пщӀэшхуэ уэзыгъэгъуэтынухэр. ТхьэнэпцӀхэм хуэлажьэхэм чристэн диным щыщ языныкъуэ хабзэхэр къащтащ, ауэ абы хэту мыхьэнэшхуэ зиӀэ пэжыгъэ куэд Ӏумпэм ящӀащ. Хьиса Тхьэм зэри-Къуэр, лӀэуэ къызэрыхъужар я фӀэщ хъуауэ жаӀа щхьэкӀэ, езыхэр зэрыгуэныхьыщӀэхэр зэхащӀыкӀыжатэкъым икӀи я гуэныхьхэм хущӀегъуэжын хуейуэ, ягухэр яхъуэжыну хуэныкъуэу зэхащӀэртэкъым. Чристэнхэм зыгуэрхэр худачыхри, абыхэми ардыдэр ирагъэщӀэну къыпагъэуващ, чристэн диныр лъабжьэ ящӀу зэгухьэн папщӀэ. GCKar 37.3

Иджы Члисэр шынагъуэшхуэ хэхуат. Лъэхъуэщхэри, хьэзабхэри, мафӀэри, джатэри — ахэр псори нэфӀщыхуэныгъэт иджырей гъэунэхуныгъэм ебгъапщэмэ. Языныкъуэ чристэнхэр яхутечакъым, зэрыбыдэу къэнащ, зыкӀи дызэгурыӀуэнукъым жаӀэри. НэгъуэщӀхэр хьэзырт мажусийхэм пэкӀуэтэну, я диныр зытет пэжыгъэхэм щыщхэр яхъуэжу, чристэн диным и ныкъуэм фӀэкӀа къэзымыщтахэм ягухьэну. КъазэрыщыхъумкӀэ, апхуэдэу мажусийхэм худачыхмэ, ар щхьэусыгъуэ яхуэхъуу, чристэн диныр абыхэм зэрыщыту къащтэнут. А зэманыр Мэсихь хуэпэжхэм я дежкӀэ икъукӀэ зэман хьэлъэт. Чристэныфэ зытригъауэри, шейтӀаныр Члисэм къыхыхьащ, фӀэщхъуныгъэр игъэулъиин папщӀэ икӀи пэжыгъэм и Псалъэхэм чристэнхэм я акъылыр къыбгъэдишын папщӀэ. GCKar 37.4

ИкӀэм-икӀэжым, чристэнхэм я нэхъыбэр къыхуагъэува щытыкӀэхэм арэзы техъуэщ, я ныпыр ирахьэхри, мажусий дыным гухьахэщ. ТхьэнэпцӀхэм хуэпщылӀхэм чристэн хъуахэу жаӀа щхьэкӀэ, япэми хуэдэу мажусий хабзэхэм зэрытету къэнэжат, къызэрыщхьэщыкӀыр зы закъуэт: япэм зызыхуагъэщхъ хьэпшыпхэм я пӀэкӀэ иджы Мэсихь и сурэтым, Абы и анэм и сурэтым, щихъхэм я сурэтхэм щхьэщэ хуащӀырт. Апхуэдэу Члисэм къыщӀахьа мажусий диным и гущыкӀыгъуэ пщагъэм узэригъэунэхъун лэжьыгъэ шынагъуэм къыпищэрт. Лъабжьэншэу чристэн диным къыхыхьащ щыуагъэ гъэсэныгъэхэр, суевериехэр, мажусий хабзэжьхэр. Мэсихь и Ӏумэтым итхэм я члисэм тхьэнэпцӀхэм хуэлажьэхэр къыщыхагъэхьам, чристэн диныр яуцӀэпӀащ, члисэм и къабзагъэри и къарури фӀэкӀуэдащ. АрщхьэкӀэ, зыкъезымыгъэгъэпцӀа чристэнхэри щыӀащ. Ахэр пэжыгъэр КъызыбгъэдэкӀым хуэпэжу къэнащ икӀи Тхьэм и закъуэт зыхуэлажьэхэр. GCKar 38.1

Мэсихь и диныр зыӀыгъхэр сыт щыгъуи гупитӀу зэщхьэщыкӀыу щытащ. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм ящыщ языныкъуэхэм егугъуу КъегъэлакӀуэм и гъащӀэр яджурэ, Щапхъэ иным дэплъейуэрэ ягу псомкӀи хущӀэкъурт я ныкъусаныгъэхэр зыханыным; адрейхэм гъащӀэм мыхьэнэшхуэ зиӀэ пэжыгъэ ӀупщӀхэм, я щыуагъэхэр къыщӀэзыгъэщхэм, гулъытэ зэрыхуамыщӀыным яужь итт. Уеблэмэ, члисэм и зэманыфӀми щыгъуэ абы хэтахэр гу пцӀанэхэм, гу къабзэхэм, Тхьэм шынагъэ хузиӀэхэм я зэкъуакъым. Ди КъегъэлакӀуэм жиӀэрт къагурыӀуэу гуэныхь зыщӀэхэр члисэм хэгъэхьэн зэрыхуэмейр. Апхуэдэу щытми, Абы щыщӀэныгъэ зиӀэ цӀыхухэр гъунэгъу зыхуищӀу щытащ, и гъэсэныгъэмрэ Езым и щапхъэмкӀэ Ӏэмал яриту, я щыуагъэхэр къалъагъужу къагъэнэн щхьэкӀэ. Апостол пщыкӀутӀми епцӀыжакӀуэ яхэтащ. Иудэ гъэсэнхэм хагъэхьат, щыщӀэныгъэ иӀахэм емылъытауэ. Гъэсэнхэм зэрагъусэм, Хьиса гъунэгъуу къыздэхущытым, Абы и ущиехэм здыщӀэдэӀум, къищӀэфынут абы чристэн хьэлыр зыхуэдэр, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ хузэфӀэкӀынут и щыуагъэхэр къилъагъужу, Ӏичрам къихьыжу Тхьэм и гущӀэгъур и дэӀэпыкъуэгъуу и гур игъэкъэбзэн «пэжыгъэм хуэӀурыщӀэурэ”. Ауэ Иудэ апхуэдизу гущӀэгъу къыхуащӀу къытрагъэпса «нэхум хэту зекӀуакъым». GCKar 38.2

Гуэныхьым зыдригъэхьэхыурэ шейтӀаным и къарум щӀэувэри, абы и гъэӀулэныгъэхэр нэхъ къищтащ Иудэ. КӀыфӀыгъэм и къарухэм и гур зэщӀащтэну хуит ищӀащ абы. И щыуагъэхэр щрагъэлъагъужкӀэ ар къэгубжьырт, арати, хуэм-хуэмурэ дэхуэхыурэ щӀэпхъэджагъэ шынагъэ Ӏейр илэжьыным хуэкӀуащ — Зиусхьэным епцӀыжри ищащ. Апхуэдэ къащощӀ нэмысыфӀафэ зытрагъауэ щхьэкӀэ яфӀэфӀыпсу гуэныхь зыщӀэхэм, гуэныхьым къарит гупсэхур зэхакъутэу я къуаншагъэхэр езыгъэлъагъужхэм губгъэн хуэзыщӀхэм. Ӏэмалыф къызэрагъуэту, Иудэ хуэдэу а цӀыхухэми ящэнущ, фӀы къыхуащӀэн мурадкӀэ я гуэныхьхэр къезыгъэлъагъужу щытахэр. GCKar 39.1

Апостолхэр члисэм щрихьэлӀэрт, нэмысыфӀафэ зытезыгъауэурэ я гум илъ хабзэншагъэр щӀэзыхъумэ цӀыхухэм. Ананиерэ Сапфирэрэ гъэпцӀакӀуэхэм хуэдэу ящӀат, нэпсеягъэм къыхэкӀкӀэ ахъшэм и ныкъуэр яущэхури, абыхэм жаӀат псори Тхьэм и Ӏуэхум тыхь хуащӀауэ. Пэжыгъэм и Духым апостолхэм къахузэӀуихащ ипэжыпӀэкӀэ а цӀыхухэр зыхуэдэр, аращи, Тхьэм и хьэкумым члисэм и щыгъын къабзэр бжьыгъэ зыщӀхэр Ӏуихри, игъэкъэбзащ. Мэсихь и Духым члисэм щилэжьа а Ӏуэхугъуэ хьэлэмэтлажьэм фэрыщӀхэмрэ хабзэншакӀуэхэмрэ хуабжьу игъэшынащ. Мэсихь и хьэлыр зи гъащӀэкӀэ сыт щыгъуи зыгъэлъагъуэхэм ахэр куэдрэ яхэтыфтэкъым, икӀи чристэнхэр гъэунэхуныгъэ щыхэхуэхэм, щызэрахуэхэм деж, Тхьэм емыпцӀыжу къанэхэр пыжыгъэм папщӀэ зыри щымысхьхэрт. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ члисэр зэрыхъукӀэ Тхьэм хуэпэжу къанэрт, дапхуэдиз зэманкӀэ кърамыхуэкӀами. Ауэ члисэр зэрахуэн щагъэтыжа нэужь, абы цӀыхущӀэхэр къыхыхьащ фӀэщхъуныгъэр зыгъуэтагъащӀэхэу, иджыри ягукӀи я псэкӀи пэжыгъэм темытхэр, мис ахэр къигъэсэбэпыну шейтӀаным Ӏэмал игъуэтащ цӀыхухэр зэригъэунэхъун ӀуэхущӀэ иублэным. GCKar 39.2

Нэхум и Пщымрэ кӀыфӀыгъэм и пщымрэ зыкӀи зэрызэмыщхьым хуэдэу, абыхэм я Ӏумэтым итхэми зыкӀи зэкъуэтыныгъэ ягъуэтыфынукъым. Чристэнхэр нэгъэсауэ пэжыгъэр къэзымыщта мажусийхэм гухьэну аразы щытехъуэм, кӀуэ пэтми пэжыгъэм къыбгъэдэзышын гъуэгуанэ теуващ. ШейтӀаным гуфӀэр и махуэт апхуэдиз чристэн игъэдэӀуэщхъун зэрыхузэфӀэкӀам щхьэкӀэ. Хуэм-хуэмурэ ахэр зыӀэщӀигъэхьэпэри, шейтӀаным ахэр тригъэгушхуащ, япэми хуэдэу, Тхьэм хуэпэжу къэнахэм нэплъэжыгъуэ ирамытыну. Чристэн дин пэжым дапхуэдэу уебэнынми псом я нэхъыфӀу ящӀэрт, зэгуэрым абы къыщхьэщыжу щытахэм, арати, дин пэжыр ӀэщӀыб зыщӀа мис а чристэнхэр, нэгъэсауэ пэжыгъэр къэзымыщта мажусийхэм ягухьэри, зауэ иращӀылӀащ Хьиса Мэсихь и гъэсэныгъэр зытещӀыхьа пэжыгъэ нэхъыщхьэхэм. GCKar 39.3

Дин къабзэм и щыгъынхэмкӀэ зыщӀиуфэу, гъэпцӀагъэрэ цӀапӀагъэхэу члисэм къыхыхьэхэм зезыгъэуцӀэпӀыну хуэмейхэм, Тхьэм хуэпэжу къэнэну хущӀэкъухэм, хьэзабым хэту захъумэжын хуей хъуат. ФӀэщхъуныгъэр зытещӀыхьыпхъэу щагъэтыжтэкъым Библиер. Щхьэж зыхуей диным итыжыныр къемызэгъыу ябжу, абы и телъхьэхэр ялъагъу мыхъурэ къызыхахуу хъуат. GCKar 40.1

Зэман куэдкӀэ ерыщу абыхэм япэщӀэта чристэн пэж гуп мащӀэм мурад ящӀащ Тхьэм къыбгъэдэкӀа члисэм къыхэкӀыпэну, тхьэнэпцӀхэмрэ щыуагъэхэмрэ къигъанэу, зигъэкъэбзэжыну щыхуэмейкӀэ. Абыхэм ялъагъурт Ӏэмал имыӀэу щхьэхуэ защӀын зэрыхуейр, Тхьэм и Псалъэм хуэӀурыщӀэу, хуэпэжу къэнэфын щхьэкӀэ. Узыгъэунэхъун гъэпцӀагъэр афӀэкӀа яхуэшэчыжыртэкъым абыхэм, езыхэри шынагъуэ хадзэрт, я бынхэми къэкӀуэну щӀэблэми дин пэжыр фӀагъэкӀуэдыпэнкӀэ шынагъуэ щыӀэт. Тхьэр бгъэпэжу ухуэлэжьэным ехьэлӀа пэжыгъэ нэхъыщхьэхэм пэщӀэмыувэхэмэ, зыгуэрхэри дачыхыну хьэзырт ахэр, мамырыгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ я хьэтыркӀэ, ауэ пэжыгъэ лъапӀэм и уасэкӀэ мамырыгъэр къэпщэху зэрымыхъунур къагурыӀуэрт. Зэкъуэтыныгъэр пэжыгъэмрэ захуагъэмрэ ӀэщӀыб пщӀыуэ фӀэкӀа пхуэмыхъумэнумэ, абы щыгъуэм узэгуэкӀынри нэхъыфӀщ, уеблэмэ, бэнэныгъэ уи зэхуаку дэлъынри. Апхуэдэут зэрегупсысыр Тхьэм хуэпэж чристэнхэр. GCKar 40.2

КуэдкӀэ нэхъыфӀт члисэми дунейми я дежкӀэ, нобэ Тхьэм и бынхэм апхуэдизу пэжыгъэр яфӀэлъапӀэу щытамэ, а лӀы хахуэхэм зэралъытам хуэдэу. ИкъукӀэ уегъэгузавэ чристэн диныр зытещӀыхьа гъэсэныгъэ лъапӀэхэр цӀыхухэм къазэрыфӀэмыӀуэхум. ИкӀэмикӀэжым, ахэр гъащӀэм къытхуэщхьэпэкъым жызыӀэхэр куэд хъуащ. Апхуэдэ еплъыкӀэ теплъаджэр шейтӀанымрэ абы и ӀупэфӀэгъухэмрэ ядоӀэпыкъу, къарурэ быдагъэрэ яхилъхьэу, аращи, абы кърикӀуэ диныпцӀхэмрэ узыгъэунэхъун щыуагъэхэмрэ, блэкӀа лӀэщӀыгъуэхэм Тхьэм хуэпэжхэм я гъащӀэр щыхалъхьи щыӀэу зыпэщӀэтахэр, иджы яфӀэкъабылу къащтэ Мэсихь и Ӏумэтым иту зызыбжыжхэм. GCKar 40.3

Япэрей чристэнхэр пэж дыдэу лъэпкъ ямылейуэ щытащ. Абыхэм я щытыкӀэ дагъуэншэм, я фӀэщхъуныгъэ быдэм зэпымычу хабзэншакӀуэхэр къыщӀигъэщу, я мамырыр зэщхьэщихуу щытащ. БжыгъэкӀэ зэрымащӀэхэми, зэрымыкъулейхэми, пщӀэшхуэ зыхуащӀхэм зэрыщымыщхэми щхьэкӀэ къэмынэу, абыхэм я гъащӀэ дахэм, я гъэсэныгъэм и лъапӀагъэм шынагъэ ягу къигъэкӀырт нэмысыншэхэм. Арат ахэр фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ цӀыхухэм къалъагъу щӀэмыхъухэри, нэмысыншэ Каин Авел хуэлъэу зэрыщытам хуэдэу. ЗэтезыӀыгъэ Тхьэм и Духым къыӀэщӀэкӀыну зи мурадахэм Тхьэм и лъэпкъыр щӀаукӀым и фӀэгъэнапӀэу яӀар Каин Авел щӀиукӀам и щхьэусыгъуэрщ. А щхьэусыгъуэ дыдэрщ иудейхэм КъегъэлакӀуэр ямыдэу жорым щӀыкӀэраӀулӀар — Абы и гъащӀэ дагъуэншэм, Абы и щихъагъэм зэпымычу къыщӀигъэщырти аращ езыхэм я пагагъэмрэ я мыхъумыщӀагъэхэмрэ. Мэсихь и зэманым щыщӀэдзауэ ди махуэхэм къэсыху Хьиса и гъэсэн пэжхэр я гум техуэркъым гуэныхьыр зи фӀэфӀу гуэныхьыщӀэ гъуэгум ирикӀуэхэм, аращ я гур къащӀыхуэплъри. GCKar 41.1

Апхуэдэу щыщыткӀэ сыт дунейм хуэгъэза хъыбару щӀеджэр Инджылым? Есихь бегъымбарым Мэсихь къызэралъхуным теухуауэ бегъымбарӀуатэ щыжиӀэм абы «дунейм Ипщ” фӀищащ. Мэсихь къызэралъхуам и хъыбарыр мелыӀычхэм мэлыхъуэхэм щрагъэщӀам, абыхэм Вифлъеем щӀыналъэм и тафэхэм къыщхьэщыту уэрэд жаӀат: «Уафэм щӀыхьышхуэ Тхьэм щиӀэщ! ЩӀылъэр мамырщ, Тхьэм и нэфӀ щыхуащи цӀыхухэм!” — жаӀэу (Лк. 2:14). Зэ еплъыгъуэкӀэ къыпщохъу а бегъымбарӀуатэхэмрэ Мэсихь и псалъэхэмрэ: «СыкъыщӀэкӀуар мамырыгъэ къэсхьын щхьэкӀэкъым, атӀэ джатэ къэсхьын папщӀэщ” жыхуиӀахэр (Мф. 10:34) зэпэщӀэувэу. Ауэ уегупсысмэ, а псалъэхэр фӀы дыдэу зэгуроӀуэр. Инджылыр — ар дунейм хуэгъэза хъыбарщ. Чристэн гъэсэныгъэхэр цӀыхухэм къащтэрэ я гъащӀэм хапщэмэ, абыхэм мамырыгъэ къахь, зэкъуэтыныгъэ, насып дуней псом къыхуахь. Мэсихь и диным зэкъуэшхэм хуэдэу зы ещӀ абы и гъэсэныгъэхэр къэзыщтэхэр. Мэсихь и къалэныр зытеухуэжауэ щытар цӀыхухэр Тхьэм гурагъэӀуэжынырт икӀи езы цӀыхухэри зэкъуигъэувэжынырт. Ауэ дунейр зэрыщыту къапщтэмэ, шейтӀаным и тепщэм щӀэтщ, Мэсихь и бий бзаджейм. Инджылым цӀыхухэм къыщагъуэт гъэсэныгъэ, езыхэр зэсахэм, яфӀэфӀхэм пэщӀэувэхэу, емызэгъхэу, аращи, абыхэмкӀэ мыарэзыуэ къогубжьхэр. Абыхэм ялъагъу хъуркъым Тхьэм и псалъэм и къабзагъэр, я гуэныхьхэр къызэрыщӀагъэщым, зэрагъэкъуаншэм щхьэкӀэ, аращи, Тхьэм и псалъэм къигъэув щихъагъэмрэ захуагъэмрэ къезыгъэлъагъу цӀыхухэр абыхэм зэрахуэр, яукӀхэр. Мис аращ Инджылыр джатэм щӀыхуагъадэр, Тхьэм и Псалъэм ит пэжыгъэ лъапӀэхэм теплъэ мыхъуу куэдым зэрагъэбийрщ. GCKar 41.2

ЗахуащӀэ цӀыхухэр нэмысыншэхэм гугъу ирагъэхьыну Тхьэм хуит щӀищӀыр къагурымыӀуэу, куэдрэ къоуӀэбжь зи фӀэщхъуныгъэр тӀасхъэхэр. Языныкъуэхэр, уеблэмэ, Тхьэр я фӀэщ мыхъужыхэну хьэзырщ, цӀыху бзаджэнаджэхэр тыншу псэууэ, абы хэту захуащӀэхэр, фӀы зыщӀэхэр гугъу ехьрэ залымхэм хьэзаб къытралъхьэу щалъагъукӀэ, апхуэдэ Тхьэм къыщӀигъэхъур сыт жаӀэу. Ар дауэ хъун щӀоупщӀэр ахэр, захуащӀэ гущӀэгъулы Тхьэм, зи лъэщагъым гъунапкъэ зимыӀэм, апхуэдэ мызахуагъэрэ лейзехьэрэ щыӀэну хуит ищӀу? А упщӀэм зыдедгъэхьэхын хуейкъым. Тхьэм икъукӀэ щыхьэт куэд къыдитащ фӀыуэ дызэрилъагъумкӀэ, Ар цӀыхухэм фӀыуэ къызэрытхущытым шэч къытетхьэн хуейкъым, кӀэухыр щӀэдзапӀэм зылъагъум ищӀэхэр дэ къыдгурыӀуэфыну щыткъым. АтӀэ КъегъэлакӀуэм и гъэсэнхэм яжримыӀауэ щытт: «Фигу ивгъэлъ Сэ нывжесӀар, пщылӀыр и зиусхьэным нэхърэ нэхъ инкъым. Сэ сызэрахуамэ, фэри фызэрахуэнущ» — жиӀэу, къыщрахуэкӀыну кӀыфӀыгъэ махуэхэм гуитӀщхьитӀ мыхъунхэ, я гур зэщымыунхэ папщӀэ (Ин. 15:20)? Дэр щхьэкӀэ Хьиса ишэчар нэхъыбэщ, гущӀэгъуншэ тхьэншэ цӀыхухэм Абы и Ӏумэтым итхэу лей зрахауэ щыта дэтхэнэми ишэчам нэхърэ. ӀэпкълъэпкъкӀэ гугъуехьышхуэхэр зышэчыну, хьэмэрэ хьэзабыр ирагъэшэчу яукӀыну Тхьэм зыхуигъэфэща цӀыхухэр, Тхьэм и Къуэм и лъэужьым ирикӀуэхэу аращ. GCKar 42.1

«ЗиӀэжьэкъым Зиусхьэным дыкъызэригъэгугъахэр игъэзэщӀэным» (2 Петр. 3:9). Абы зэи зыщигъэгъупщэкъым икӀи къигъанэкъым и бынхэр; ауэ Абы хуит ещӀыр нэмысыншэхэм зищӀыс дыдэр къагъэлъэгъуэну, Тхьэм и Ӏэмырыр зыгъэзэщӀэну хуей дэтхэнэри ахэр зыхуэдэмкӀэ щымыуэн щхьэкӀэ. ЗахуащӀэ цӀыхухэр куэдрэ гугъуехь хохуэр, загъэкъэбзэн щхьэкӀэ, адрейхэм къалъагъун щхьэкӀэ абыхэм я фӀэщхъуныгъэмрэ Тхьэм пщӀэуэ хуащӀымрэ здынэсыр, къищынэмыщӀауэ, абыхэм я гъащӀэ зэтесымкӀэ, нэгъэсамкӀэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэр къыщӀагъэщын папщӀэ. GCKar 42.2

Тхьэм хуит ещӀыр нэмысыншэхэм куэд къехъулӀэну, жагъуэу къызэрыхущытхэр къагъэлъэгъуэну, ауэ ахэм я щӀэпхъаджагъэхэр къызэрапщ фалъэм из ящӀа нэужь, псоми нэрылъагъу ящыхъунущ Тхьэм и захуагъэри и гущӀэгъури, ахэр къуэпси лъабжьи къахэмынэжу щигъэкӀуэдыжкӀэ. Къоблагъэр Тхьэм Илъ щищӀэжыну махуэр, Абы и Унафэр зыкъута псори, Абы и лъэпкъыр гугъу езыгъэхьа псори захуагъэкӀэ щигъэпшынэжынур, ялэжьахэм ипкъ иткӀэ; Тхьэм и бынхэм гущӀэгъуншагъэу иращӀам щхьэкӀи, лейуэ ирахам щхьэкӀи тезырыр щахьынур, ахэр Езы Мэсихь иращӀам хуэдэу игъэпшынэжынущ. GCKar 42.3

Нэхъ мыхьэнэшхуэ зиӀэ упщӀэшхуэ щыӀэщ, нобэрей чристэн члисэхэм гулъытэ хуащӀыпхъэу. Апостол Павел жеӀэр: «Хьиса Мэсихь нэмыс хуэзыщӀу псэуну хуей дэтхэнэри зэрахуэнущ» (2 Тим. 3:12). Сыт-тӀэ иджы чристэнхэм зыми я гугъу къыщӀамыщӀыр? Абы и щхьэусыгъуэр зы закъуэщ: члисэм апхуэдизу дунейм зыдрегъэкӀури аращ, зыри къыщӀыпэщӀэмыувыжыр. Нобэрей диным къабзагъэри лъапӀагъэри фӀэкӀуэдащ, Хьисарэ Абы и апостолхэмрэ я зэманым чристэн фӀэщхъуныгъэр къызэрыхэщхьэхукӀыу щытахэр. Нобэ чристэн диныр псоми щӀаӀыгъым и щхьэусыгъуэр, Тхьэм и Псалъэм ит пэжыгъэ инхэр гулъытэншэу къызэрагъанэрщ, члисэхэм я гъащӀэхэмкӀэ я ӀуэхухэмкӀэ Мэсихь нэмыс зэрыщыхуамыщӀыжырщ, члисэхэм гуэныхьым зэрыхудачыхырщ. Япэрей чристэнхэм я фӀэщхъуныгъэмрэ я къарумрэ нэбэрей чристэн члисэхэм зыкъыщаужьыжамэ, мис итӀанэ щӀэрыщӀэу ахэр зэрахуэн щӀадзэжынут; абыхэм къыщӀадзэну мафӀэр къаруущӀэ иӀэу къызэщӀигъэнэнут дунейм. GCKar 43.1