Loading...

Loading

Loading
(You are in the browser Reader mode)

20 ӀЫХЬЭ—ЦӀЫХУБЭР ДИНЫМ КЪЫЗЭРЫХУЭУШАР

Хьиса Мэсихь ЕтӀуанэу къызэрыкӀуэнум теухуа уазхэм цӀыхухэр диным хуабжьу къызэрыхуигъэушынур егъэнахуэ дин-щӀэныгъэлӀ Яхья итхыжа КъызэӀузых тхылъым и 14-нэ псалъащхьэм ит бегъымбарӀуатэм, япэ мелыӀычым и хъыбарым пыщӀам. А мелыӀычым макъышхуэкӀэ мыпхуэдэу къыжеӀэ: «Тхьэм фыщышыни, вгъэлъапӀэ, хьэкум щищӀэну сыхьэтыр къэсащи. Уафэри, щӀыри, хыри, псынэхэри КъэзыгъэщӀам щхьэщэ хуэфщӀ» (Откр. 14:6, 7). GCKar 329.1

Дыкъызыхураджэм мыхьэнэшхуэ зэриӀэр къегъэлъагъуэ ар къыжызыӀэр зэрымелыӀычым. Уафэ хъыбарзехьэм и къабзагъэмкӀэ, и щӀыхьымкӀэ, и къарумкӀэ Тхьэм и Ӏущагъым дигъэлъагъуну и Ӏэмырт а хъыбарым ищӀэн хуей лэжьыгъэм и лъапӀагъыр, и инагъыр икӀи абы иӀэну къарур, щӀыхьыр. МелыӀычым «уэгум и кум” къызэрыщилъэтыхьым, итӀанэ «макъышхуэкӀэ” и хъыбарыр «дунейм тет цӀыху псоми: сыт хуэдэ лъэпкъ щыщхэми, сыт хуэдэбзэкӀэ псалъэхэми, цӀыхуцӀэ зиӀэ псоми яхуиӀуэтэну” зэригъэӀум, — а псоми къыджаӀэр псынщӀэу а хъыбарыр дэнэкӀи зэрыщызэлъащӀысынур. GCKar 329.2

Езы хъыбарым егъэнахуэ ар зекӀуэн щыщӀидзэну зэманыр. «МыкӀуэдыжыну Инджылым» щыщ Ӏыхьэщ а хъыбарыр икӀи Тхьэм и хьэкумым щыщӀидзэнур къеӀуатэ. Тхьэм цӀыхур хуит зэрищӀыжынум теухуа уазхэр лӀэщӀыгъуэ псоми зекӀуащ, ауэ мы хъыбару Инджылым щыщ Ӏыхьэр, щагъэӀуфынур иужь махуэхэрщ, хьэкумыр щащӀэну сыхьэтыр къыщысынур абы щыгъуэщи. Бегъымбар псалъэхэм ягъэнахуэр хьэкумым щӀидзэным ипэ къихуэн хуей къэхъункъэщӀэнхэр. Ар псом хуэмыдэу зэхьэлӀар Данил бегъымбарым и Тхылъырщ. Ауэ Данил унафэ къыхуащӀащ иужь махуэхэм теухуа бегъымбарӀуатэхэр ибзыщӀу, «зэманым и кӀэр къэсыху” мыхъур тригъэуэн хуейуэ. Хьэкумым теухуа хъыбарыр, а бегъымбарӀуатэхэр гъэзэщӀа хъуным тещӀыхьар, ягъэӀуфыну щыткъым а зэманыр къэмысауэ. Ауэ иужь зэманым, бегъымбарым зэрыжиӀэмкӀэ, «куэдыр абы еджэнурэ, я щӀэныгъэм хэхъуэнущ” (Дан.12:4). GCKar 329.3

Тхьэм и лӀыкӀуэ Павел Члисэр щихъумащ Мэсихь къэкӀуэжыным емыжьэну езым и махуэхэм. «Сыту жыпӀэмэ, япэщӀыкӀэ дин къабзэм цӀыхубэр къыбгъэдэмыкӀауэ икӀи гуэныхьым и цӀыхур къыщӀэмыщауэ, а махуэр къэкӀуэнукъым”, — жиӀэрт абы” (2 Фес. 2:3). Дэ дежьэфынукъым ди Зиусхьэным Къигъэзэжынум фӀэщхъуныгъэм хуабжьу къытекӀыным и пэкӀэ, «гуэныхьлым” и тетыгъуэр кӀыхьу иримыхьэкӀ щӀыкӀэ. «Гуэныхьлым», нэгъуэщӀуи абы зэреджэхэмкӀэ «хабзэншагъэм и щэхур”, «кӀуэдыжыныгъэм и къуэр” икӀи «хабзэншакӀуэр», — ар папствэращ, бегъымбарӀуатэм зэригъэнахуэмкӀэ, ар дунейм и тепщэу илъэс 1260-кӀэ щытын хуейт. А лъэхъэнэр щиухар 1798 гъэрщ. Мэсихь Къигъэзэжыныр а зэманым ипэ къихуэфынутэкъым. Павел дызыщихъумэр чристэн лӀэщӀыгъуэ псоми хуэгъэзащ 1798 гъэм нэсыхукӀэ. Абы иужькӀэщ Хьиса ЕтӀуанэу къэкӀуэнум теухуа уазхэм щыщӀадзэн хуейр. GCKar 330.1

Апхуэдэ хъыбар блэкӀа лӀэщӀыгъуэхэм дунейм щызэхахакъым. Зэрытлъагъущи, Павел абы теухуауэ уаз итыртэкъым; абы и къуэшхэм я гулъытэр зыхуиунэтӀыр къэкӀуэну зэман жыжьэрт, Зиусхьэным Къыщигъэзэжыным. Реформаторхэми апхуэдэ хъыбар ягъэӀуакъым. Мартин Лютер хьэкумым щӀидзэным иджыри илъэс 300 къэнэжауэ илъытэрт. Ауэ 1798 гъэм иужь, Данил и Тхылъым мыхъурыр трахри, щӀэныгъэм хэхъуащ, арати, хьэкум къэблагъэм теухуа уаз лъапӀэхэр куэдым ягъэӀун щӀадзащ. GCKar 330.2

Е-XVI-ro лӀэщӀыгъуэм екӀуэкӀа Реформацэм хуэдэу, адвентистскэ зэщӀэхъееныгъэр чристэн дин здэщыӀэ къэрал зэмылӀэужьыгъуэхэм зы зэманым къыщыхъуащ. Европэми Америкэми фӀэщхъуныгъэ зигу илъ цӀыхухэу, зи тхьэлъэӀур зэпымыухэм бегъымбарӀуатэхэр зэгурагъэӀуэну хуейуэ, Дух ЛъапӀэмкӀэ гъэнщӀа псалъэхэм къытрагъэзэжурэ здеджэм, дунейм и кӀэухыр къызэрыблагъэр я фӀэщ зыщӀ нэщэнэхэр къагъуэтырт, Тхыгъэ ЛъапӀэр быдэу зэраджым къыхэкӀкӀэ, КъегъэлакӀуэм къыщигъэзэжынур къызэрыблагъэр къэзыхутэ чристэн гуп зэбгрыдзахэр къэрал зэмылӀэужьыгъуэхэм къыщынахуэрт. GCKar 330.3

1821 гъэм, хьэкумым и зэманыр къэзыгъэлъагъуэ бегъымбарӀуатэхэр Миллер гурыӀуэгъуэ зэрищӀрэ илъэсищ дэкӀауэ, Зиусхьэным псынщӀэу къызэригъэзэжыным теухуа хъыбархэр Иосиф Вольф «дунейпсо хъыбарыфӀзехьэм” игъэӀун щӀидзащ. Вольф Германием, журт унагъуэм къыщалъхуащ. Абы и адэр дин-егъэджакӀуэт. Иджыри и сабиигъуэ зэманым абы и фӀэщ хъуат чристэн диныр зэрыпэжыр. Акъыл жан здиӀэм, нэхъыбэ зригъэщӀэну хуейуэ, ар, махуэ къэс и адэм и унэм щызэхуэс журт езыфыгъулӀэхэм я псалъэмакъым, и гур тегъэхуауэ, щӀэдэӀурт. Ахэр зытепсэлъыхьыр щӀыхь иӀэу къэкӀуэну Мэсихьым Израилыр зэрызэфӀигъэувэжыным ирапхауэ, я лъэпкъым и хъуэпсапӀэ, я гугъэ ягъафӀэхэрт. Зэгуэрым Назарет щыщ Хьиса тепсэлъыхьу щызэхихым, щӀалэ цӀыкӀум абы теухуауэ щӀэупщӀэн щӀидзащ. «Ар икъукӀэ журт губзыгъэт, — жэуап къратыжащ абы, — ауэ, абы Мэсихьыр езырауэ зигъэӀури, журт тхьэмадэхэм ар ягъэкъуэншащ, хьэкум тращӀэри укӀ тралъхьащ». «НтӀэ, сыт щхьэкӀэ Ерусалим щӀызэтракъутар, гъэрыпӀи дыщӀыщыӀэр? — адэкӀи щӀэупщӀэрт щӀалэ цӀыкӀур”. «Ди жагъуэ зэрыхъущи, — жэуап къритыжащ абы и адэм, — апхуэдэу къыщӀэхъуар, дэ, журтхэм, бегъымбархэр дукӀыу щытащи аращ”. Вольф хуигъэфащэу жиӀащ: «Хьисаи бегъымбару щытагъэнщ, икӀи зыри лажьэ имыӀэу журтхэм ар яукӀа хъунщ”. А гупсысэм ар апхуэдизу итхьэкъуати, чристэн члисэ кӀуэну къыхуамыгъэдахэ пэтми, щӀэх-щӀэхыурэ Тхьэм и унэ щӀыхьэпӀэм екӀуалӀэурэ, абдежым уаз щедаӀуэрт къыӀумыкӀыжу. GCKar 330.4

Ар илъэсибл фӀэкӀ мыхъуауэ, зэгуэрым и гъунэгъу зи ныбжь хэкӀуэта чристэным зыхуигъэщӀагъуэу, Израилым и къэкӀуэну зыпэплъэхэр — Мэсихь къэкӀуа нэужь, ехъулӀэныгъэшхуэ игъуэтынухэр — хуиӀуэтащ. ЛӀыжьым дахэкӀэ къыжриӀащ абы: «Сэ уэ бжесӀэнщ, цӀыкӀуэ, Мэсихь пэжыр хэтми: Ар Назарет щыщ Хьиса уи адэжьхэм жорым ираӀулӀаращ, пасэрей бегъымбархэр зэраукӀам хуэдэу. Уи унэ кӀуэжи, Есихь бегъымбарым и Тхылъым и 53 псалъащхьэм еджи, уэ езым уи фӀэщ хъунщ Хьиса Мэсихь Тхьэм зэриКъуэр”. Ар и унэ кӀуэжри, къыжраӀа псалъащхьэм щеджэм игъэщӀэгъуащ, Мэсихь теухуа бегъымбарӀуатэхэр пэж дыдэу Назарет щыщ Хьиса и гъащӀэм гъэзэщӀа зэрыщыхъуар. ПцӀы хэмылъу, и гъунэгъу чристэныр пэжу къыщӀэкӀмэ-щэ? ЩӀалэ цӀыкӀум и адэм зыхуигъэзащ а бегъымбарӀуатэр къыгуригъэӀуэну, ауэ ар зыӀууар и адэм и бзэр ткӀийуэ, быдэу зэриубыдарщ, абы къыхэкӀкӀи, иужькӀэ зэи тегушхуэжакъым ар а упщӀэм тепсэлъыхьын. АрщхьэкӀэ, чристэнхэм теухуауэ нэхъыбэ къищӀэну иӀэ хъуэпсапӀэхэр а псом щӀагъэхуэбжьащ. GCKar 331.1

Апхуэдизу ар зыхущӀэкъу пэжыгъэр и адэ-анэм щӀалэ цӀыкӀум кърамыгъэщӀэну хуабжьу егугъуу щахъумэрт. АрщхьэкӀэ, илъэс 11 фӀэкӀ мыхъуауэ, и адэм и унэр ибгынэри дунейм хыхьащ ар, щӀэныгъэ зригъэгъуэтын папщӀэ, и динымрэ и ӀэщӀагъэрэ къыхихын папщӀэ. ТэлайкӀэ и благъэхэм я деж щыпсэуащ ар, ауэ щӀэх дыдэу уи диным уепцӀыжащ жаӀэри, ирахужьэжащ. ЩхьэегъэзыпӀэншэу, ахъшэншэу абы и гъащӀэ гъуэгур езым пхишын щӀидзащ. Зы щӀыпӀэм икӀыу адрейм кӀуэурэ здэӀэпхъуэшапхъуэм, щӀэныгъэ зэрызригъэгъуэтыным егугъурт ар, журтыбзэ урокхэр итурэ, абыкӀэ зэрыпсэун къилэжьырт. Католик-гъэсакӀуэм и жьауэм зэрыщӀэхуам къыхэкӀкӀэ, абы римскэ-католическэ диныр къищтащ икӀи езым и лъэпкъым хъыбарыфӀыр яхэзылъхьэн лэжьакӀуэ хъуну мурад ищӀащ. Апхуэдэ гугъэхэр иӀэу илъэс зытӀущ дэкӀри, Рим дэт католическэ миссионерскэ колледжым щӀэтӀысхьащ. АрщхьэкӀэ, зыми емыпхауэ езым и гупсысэкӀэ зэриӀэжым, къищынэмыщӀауэ, ахэр щӀимыхъумэу къызэриӀуатэм къыхэкӀкӀэ, дин епцӀыжакӀуэ цӀэр къыфӀащащ. Абы дин-лэжьакӀуэхэм я Ӏуэху фӀейхэр сэтей къищӀырт, реформэ егъэкӀуэкӀын зэрыхуейм тригъэчыныхьырт. ЯпэщӀыкӀэ папэм и лэжьакӀуэхэр хэхауэ нэфӀкӀэ къеплъу щытащ абы, ауэ, иужьым ар Римым къыдахуащ. Зэпымычу члисэм и нэр къытримыгъэкӀыу къыздыкӀэлъыплъым, абы зы щӀыпӀэр ибгынэурэ нэгъуэщӀыпӀэ кӀуэрт, ауэ мыгувэу псоми къагурыӀуащ Римым и бжьыр абы зэи зэрызытримылъхьэнур. ИкӀэм-икӀэжым, ар цӀыху кӀуэдауэ ялъытэри, и щхьэр зэрыхьщ, жаӀэри, къагъэнащ. Абы щыгъуэм Англием кӀуэну мурад ищӀащ абы, протестантскэ фӀэщхъуныгъэр къищтэри, англиканскэ члисэм хыхьащ. ИлъэситӀкӀэ еджа нэужь, ар 1821 гъэм хъыбарыфӀзехьэ лэжьыгъэм пэрыхьащ. GCKar 331.2

«Узхэр зыхэзыщӀа, нэщхъеягъуэр зи натӀэ лӀым» хуэдэу, Мэсихь Япэу къызэрыкӀуам теухуа пэжыгъэ иныр и фӀэщ хъуауэ, Вольф иджыри илъагъут щӀыхьрэ къарурэ иӀэу Ар ЕтӀуанэу къызэрыкӀуэнум бегъымбарӀуатэхэр зэхуэдэу, зэкӀэлъыкӀуэу щыхьэт зэрытехъуэр. И лъэпкъыр къызэрагъэгугъа Мэсихьыр Назарет щыщ Хьиса зэрыарар икӀи Ар цӀыхухэм я гуэныхьым папщӀэ къурмэныпхъэу зигъэпуду Япэу къызэрыкӀуар и лъэпкъым яхуигъэлъагъуэурэ, Вольф иджыри ахэр хуригъаджэрт Пащтыхьым, ЩхьэхуитщӀыжакӀуэм хуэдэу Мэсихь ЕтӀуанэу къызэрыкӀуэнум. GCKar 332.1

«Назарет щыщ Хьиса — Мэсихь пэжщ, — жиӀэрт абы, — зи Ӏэ, зи лъакъуэхэр пхыраудар Аращ; щынэм хуэдэу яукӀыну яшар Аращ; нэщхъеягъуэхэр зи натӀэ лӀыуэ щытар Аращ, узхэри зэхищӀауэ; пащтыхь башыр Иудэ къыӀэщӀэкӀыу, тепщэну иӀа къарур щыфӀэкӀуэдым, япэу къэкӀуар Аращ; ауэ Ар иджыри ЕтӀуанэу уафэм ит пшэхэм тету къэкӀуэнущ мелыӀычхэр бжьамийхэм епщэу. Елеон Ӏуащхьэм теувэнурэ, къагъэщӀа псоми я тепщэу щытыну Ӏэдэм зэгуэрым иратауэ фӀэкӀуэдыжа тепщэныгъэр (еплъ Быт. 1:26; 3:17), Хьиса иратынущ. Ар Дуней псом и Пащтыхь хъунущ. Гызымрэ гъы макъымрэ щагъэтынущ, дэнэкӀи щытхъу, фӀыщӀэ уэрэдхэр къыщыӀунущ... Хьиса и Адэм и щӀыхьыр иӀэу къыщыкӀуэкӀэ мелыӀыч лъапӀэхэр и гъусэу... Мэсихь зи фӀэщ хъууэ дунейм ехыжахэр япэу къэхъужынущ (еплъ 1 Фес. 4:16; 1 Кор. 15:52). Ар зищӀыс хъужыр, дэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, япэу къэхъужынущ жыхуэтӀэращ. Абы щыгъуэм псэущхьэхэм я дежи зэхъуэкӀыныгъэхэр къыщыхъунущ (еплъ Ис. 11:6-9) — ахэри Хьиса хуэӀурыщӀэнущ (еплъ Пс. 8). ДэнэкӀи мамырыгъэр щытепщэ хъунущ. Зиусхьэныр аргуэру щӀым еплъынурэ, “Сыту псори икъукӀэ фӀы! ” жиӀэнущ». GCKar 332.2

Вольф и фӀэщ хъурт Зиусхьэным къыщигъэзэжыну пӀалъэр гъунэгъу къызэрыхъуар; бегъымбарӀуатэхэм зи гугъу ящӀ лъэхъэнэхэр абы гурыӀуэгъуэ зэрищӀымрэ икӀи кӀэух иныр къыщысыну зэманыр къызэрихутэмрэ зы мащӀэкӀэт Миллер къигъэлъэгъуа зэманым къызэрыщхьэщыкӀыр. Хьиса къыщигъэзэжынур жыжьэми гъунэгъуми, абы теухуауэ цӀыхухэм зыри ящӀэн хуейкъым жаӀэу Тхыгъэ ЛъапӀэм ит псалъэхэу «Махуэри сыхьэтри зыми ищӀэркъым” зыгъэлъагъуэхэм Вольф жэуап яритыжырт: «Дауэ, ди Зиусхьэным жиӀа махуэри сыхьэтри зэи зыми имыщӀэну? Абы дэ къыдитакъэ зэманым и нэщэнэхэр, нэгъуэщӀ мыхъуми, Абы и къэкӀуэжыгъуэр гъунэгъу къызэрыхъур къэтщӀэн щхьэкӀэ, инжирым и тхьэмпэхэр къызэрытӀэпӀымкӀэ гъэмахуэр къызэрыблэгъар къызэрытщӀэм хуэдэу?” (еплъ Мф. 24:32). Дауэ, дэ зыри хэдмыщӀыкӀыу дыкъэнэн зэрыхуейр? Абы Езым дигъасэу щытакъэ Данил бегъымбарым и Тхылъым деджэн къудейм имызакъуэу, зэгурыдгъэӀуэни хуейуэ? Данил и Тхылъ дыдэракъэ зэрытыр, зэманыр и кӀэм нэсыху (бегъымбарым и зэманыр) псалъэхэм мыхъур тегъэуауэ щытынущ жиӀэу, апхуэдэуи къиӀуатэркъэ, “куэдыр абы къеджэнурэ [журтыбзэкӀэ: “зэхагъэкӀыу икӀи егупсысу зэманым”], икӀи [а зэманым ехьэлӀауэ] я щӀэныгъэм хэхъуэнущ” (Дан. 12:4). Зэрытлъагъущи, ди Зиусхьэным зи гугъу ищӀар а зэманыр къызэрыблагъэм гу лъыдмытэну аракъым, атӀэ ар къыщыхъуну “махуэмрэ сыхьэтымрэ зыми зэримыщӀэнурщ”. КъищынэмыщӀауэ, Абы гурыӀуэгъуэу къыджеӀэ зэманым и нэщэнэхэмкӀэ дэ куэд къызэрытхузэӀукӀынур, зэгуэрым Нухь бегъымбарым кхъухьыр зэригъэхьэзырам хуэдэу, Абы и къэкӀуэжыгъуэм зыхуэдгъэхьэзырын щхьэкӀэ”. GCKar 333.1

Тхыгъэ ЛъапӀэр гурыӀуэгъуэ зэращӀу къекӀуэкӀ хабзэм — пцӀыкӀэ зэрызрахъуэкӀым теухуауэ Вольф итхащ: «Чристэн члисэхэм и нэхъыбэм Тхыгъэ ЛъапӀэр пэжу зыгурыгъэӀуэным къытекӀри, буддистхэм къызыщагъэхъу хабзэхэм зыхуагъэзащ. Абыхэм я фӀэщ мэхъу цӀыхубэм и насып къахуэкӀуэнур зытеухуар зыри зэран къахуэмыхъуу хьэуам щызекӀуэнырауэ, а чристэнхэм я гугъэщ «журт” жиӀэу щытхам деж «мажусий» жаӀэу къеджэн хуейуэ, «Ерусалим” къазэрыгурыӀуэн хуейр «члисэу», «щӀыр” — «уафэу”, «Зиусхьэныр къызэрыкӀуэнур» къазэрыгурыӀуэн хуейр «хъыбарыфӀзехьэ гупхэм я ехъулӀэныгъэхэрауэ”, «Зиусхьэным и унэ зытет Ӏуащхьэ дэкӀуеиныр» гурыӀуэгъуэ зэращӀыр «методистхэм я зэӀущӀэ инущ». GCKar 333.2

Илъэс 21-кӀэ, 1821 гъэм щыщӀэдзауэ 1845 гъэм нэсыхукӀэ Вольф дунейр къызэхикӀухьащ, ар Африкэм, Египетым, Абиссинеем щыӀащ, Азием — Палестинэм, Сирием, Персием, Бухарам, Индием. Ар щыӀащ Штат Зэгуэтхэми, абы щыкӀуэм гъуэгурыкӀуэу Еленэ Щихъ хытӀыгум уазхэр щитащ. 1837 гъэм август мазэу Нью-Йорк къыщысым, а къалэми уаз щитащ абы, итӀанэ Филадельфиеми, Балтимориеми, икӀэм-икӀэжым, Вашингтони нэсащ. Абы итхыжащ: «вице-президент Джон Куинс Адамс и таучэлкӀэ сригъэблагъэри, Конгрессым и зы палатэм Ӏэмал къыщызатат Конгрессым и пэшым уаз щыстыну, арати, щэбэт махуэу апхуэдэу сщӀащ. Си уазыр ягъэлъэпӀащ Конгрессым хыхьэ псори зэхуэдэу къызэредэӀуамкӀэ, псом хуэмыдэу щихънагъ Виргинии, дин-егъэджакӀуэхэри, Вашингтон дэсхэри. Апхуэдэ щӀыхь къыщысхуащӀащ Нью-Джерси и штатхэми, Пенсильвании, Азием къыщысхутахэр щысӀуэтэжу, Хьиса Мэсихь и Пащтыхьыгъуэм теухуа си уазхэр щысту сыздэщыӀам». GCKar 334.1

Доктор Вольф щӀыпӀэ пхыдза дыдэхэми щызекӀуащ хъумакӀуэ лъэпкъ имыӀэу, гугъуехьышхуэхэр ишэчащ, куэд зыхуигъэныкъуащ, зэпымычу шынагъэ зэмылӀэужьыгъуэ куэдым хэхуащ. Ар башкӀэ яукӀащ, шхын щхьэкӀэ ягъэлӀащ, зэгуэрым пщылӀым хуэдэу ящащ, щэнейрэ укӀ къытралъхьащ. Зэкъым-тӀэукъым ар хъунщӀакӀуэхэм зэраӀэщӀэхьар, псы щхьэкӀи зэрылӀар. Зэгуэрым абы иӀэ псори къыфӀадыгъури, ӀэмалыншагъэкӀэ, лъэсу километрищэхэр икӀун хуей хъуащ, уэсыр къыздесым къуршыр зэпичыу, ерагъмыгъуейуэ и лъакъуэ пцӀанэ дияхэр зэблихыурэ. GCKar 334.2

ФӀы зигу имылъ лъэпкъ ябгэхэм я деж Ӏэщэ имыӀыгъыу мыкӀуэну чэнджэщ къыщратым деж, абы жиӀэ хабзэт «тхьэлъэӀукӀэ, Мэсихь къулыкъу хуищӀэнымкӀэ зэрызэщӀэузэдар икӀи Ар къызэрыдэӀэпыкъунур быдэу и фӀэщ зэрыхъур. Тхьэр, цӀыхухэр фӀыуэ зэрыслъагъумкӀэ сызэщӀэузэдащ, си ӀэмыщӀэми Библиер илъщ”. ИнджылызыбзэкӀэ, журтыбзэкӀэ тха Библиехэр абы сыт щыгъуи дэни къыщыздрихьэкӀырт. ИужьыӀуэкӀэ къигъуэгурыкӀуам теухуауэ абы игу къигъэкӀыжырт: «Сэ...сытым дежи Библие зэӀухар сӀэщӀэ лъащ. Сэ зыхэсщӀэрт си къарур а Тхылъырауэ зэрыщытыр, абы и лъэщагъыр къарууэгъу зэрысхуэхъунур». GCKar 334.3

Ар емызэшыжу лэжьащ, хьэкумыр къызэрысам и хъыбарыр щӀым и Ӏыхьэ нэхъыбэм щыӀуху. Журтхэми, персхэми, индусхэми, нэгъуэщӀ лъэпкъ куэдми, расэхэми я деж абы Тхьэм и Псалъэр бзэ зэмылӀэужьыгъуэхэмкӀэ щызэбгритыкӀырт, Мэсихь и Пащтыхьыгъуэр гъунэгъу къызэрыхъур дэнэкӀи щигъэхъыбарт. GCKar 335.1

Бухара щыгъуэгурыкӀуэурэ ар ирихьэлӀащ Зиусхьэныр щӀэх къызэрыкӀуэжынум теухуа гъэсэныгъэр щӀыпӀэ пхыдзам щыпсэу цӀыхухэми зэращӀэм. «Йемен щыщ хьэрыпхэм, — итхыжащ абы, — «СеерэкӀэ” зэджэ тхылъ яӀэщ, Мэсихь ЕтӀуанэу къызэрыкӀуэнур иту, Ар щӀыхь иӀэу пащтыхьыпӀэм зэриувэнум тепсэлъыхьу; 1840 гъэм Ӏуэхугъуэшхуэхэр къэхъуным йожьэр ахэр...” GCKar 335.2

«Йемен... махуих щызгъэкӀуащ Рехав и бынхэм срагъусэу. Ахэр санэ ефэркъым, жызум ягъэкӀыркъым, зыри хасэркъым, шэтырым щӀэсхэу мэпсэу, я адэжьу, Рехав и къуэ Ионадав жумартыр ягу къагъэкӀыж; абыхэм яхэту сэ къэзгъуэтащ Израил и къуэхэр, Дан и лӀакъуэм щыщхэр, ахэри Рехав и бынхэм я гъусэу поплъэхэр, уафэ пшэхэм тету Мэсихь псынщӀэу къызэрыкӀуэнум». GCKar 335.3

Тэтэрми апхуэдэ гъэсэныгъэ яӀэу нэгъуэщӀ зы хъыбарыфӀзехьэ гуэрым къищӀащ. Зы тэтэр молэ хъыбарыфӀзехьэм къеупщӀащ, дапщэщ Хьиса Мэсихь ЕтӀуанэу къыщыкӀуэнур жиӀэри. Абы теухуауэ зэупщӀам зыри зэримыщӀэр молэм къыщищӀэм, Библием хуезыгъэджэну иужь ит цӀыхум и щӀэныгъэншагъэр хуабжьу игъэщӀэгъуащ. Молэм быдэу и фӀэщ хъурт Мэсихь хуэгъэфэщауэ 1844 гъэм къэкӀуэжыну. GCKar 335.4

Англием Хьиса Мэсихь къызэрыкӀуэжынум теухуа хъыбарыр 1826 гъэм къэӀун щыщӀидзащ. Мыбы Америкэм хуэдэу а зэщӀэхъееныгъэм ӀупщӀу зэхэгъэкӀыныгъэ пыухыкӀа щигъуэтатэкъым; зэман пэжу ягугъэр дэнэкӀи щыжаӀэртэкъым, ауэ Мэсихь щӀыхьрэ къарурэ иӀэу къызэрыкӀуэжынур укъуэдияуэ ягъэӀурт. А хъыбарыр щызэрахьэр сектантхэмрэ раскольникхэмрэ я деж и закъуэтэкъым. Инджылыз тхакӀуэ Мюран Брок къеӀуэтэж, Англиканскэ члисэм и къулыкъущӀэ 700-м «Тхьэм и Пащтыхьыгъуэм и ХъыбарыфӀыр” зэрахьэу щытауэ. Великобританиеми щыӀуащ а хъыбарыр — Зиусхьэныр 1844 гъэм къызэрыкӀуэнур. Мыбы Штат Зэгуэтхэм къраша адвентистскэ брошюрэхэр хуабжьу щагуэшырт, тхылъхэр, журналхэр къытрагъэзэжурэ къыщыдагъэкӀырт. 1842 гъэм Роберт Уинтер, лъэпкъкӀэ инджылызым, Америкэм адвентистскэ фӀэщхъуныгъэр къыщищтэри, и хэкум игъэзэжащ, Зиусхьэныр къызэрыкӀуэжынур щыжиӀэн папщӀэ. Абы и лэжьыгъэм куэд гъусэ къыдэхъури, хьэкумым и хъыбарым щӀэх дыдэу Англием и щӀыпӀэ зэмылӀэужьыгъуэхэм щызекӀуэн щыщӀидзащ. GCKar 335.5

ЩӀэныгъэншагъэмрэ члисэм хэпщӀа Ӏуэху фӀейхэмрэ щӀауфа Америкэ Ипщэм щыщ, зы иезуит гуэр Лакунза зи цӀэм, лъэпкъкӀэ испаным, Тхыгъэ ЛъапӀэр иджурэ Мэсихь щӀэх къызэрыкӀуэжыну пэжыгъэр и фӀэщ хъуащ. ЦӀыхубэм а хъыбарыр ялъигъэӀэсыну здыхуейм, ауэ щыхъукӀи, Римым игъэкъуэншэнуи здыхуэмейм, «Равви-бен-Эзра», жиӀэу, нэгъуэщӀыцӀэ зыфӀищыжауэ къыдигъэкӀа тхыгъэм и гупсысэхэр къыщиӀуэтащ, иудей фӀэщхъуныгъэ зыгъуэтам хуэдэу фэ зытригъауэри. Лакунза ХУӀӀӀ лӀэщӀыгъуэрщ щыпсэуар, ауэ 1825 гъэрщ абы и тхылъыр Лондон щынэсар, ар инджылызыбзэкӀэ щызэрадзэкӀам. А тхылъым Хьиса Мэсихь ЕтӀуанэу къызэрыкӀуэнум Англиер нэхъ жану къыхуигъэушащ. GCKar 336.1

Германием а хъыбарыр цӀыхухэм яхуихьащ, лютеран члисэм и къулыкъущӀэ Бенгель, дин-щӀэныгъэлӀ иным икӀи ХУӀӀӀ лӀэщӀыгъуэм и критикым. ЩӀэныгъэ зригъэгъуэта нэужь, Бенгель теологиер иджыным и гъащӀэр хуигъэпсащ, абы къыдэӀэпыкъуащ и щӀалэгъуэм хэлъа и Ӏэсэлъэсагъыр, и зэпӀэзэрыт егугъуныгъэр, Тхьэр къищӀэным хуеӀэу щыта и акъыл жаныр. ШыӀэныгъэ зыхэлъ адрей щӀалэхэми хуэдэу, гу къабзагъэ иӀэу псэуным щыхущӀэкъум, шэч щӀынымрэ гугъуехьхэмрэ ебэныным я гуащӀагъыр зыхимыщӀэу къэнакъым абы. Дапхуэдизу и псэм куууэ хыхьауэ, иужькӀэ игу къигъэкӀыжрэт абы, а бэнэныгъэхэм «шабзэшэ куэдхэм хуэдэу, игу тхьэмыщкӀэр яуӀэурэ и щӀалэгъуэр бжьы хьэлъэ ящӀауэ» зэрыщытар. Вюртенберг члисэм и судым и лэжьакӀуэу уври, ар цӀыхум диныр щхьэхуиту къыхихыну хуитыныгъэ иӀэным и телъхьэ хъуащ. «Члисэр зыхуейзыхуитхэр пхигъэкӀыурэ, а зэман дыдэми, ар къыщхьэщыжт я напэ зэреплъымкӀэ члисэм хэмытыжыфынухэм динымкӀэ щхьэхуитыныгъэ зэретыпхъэми”. Бенгель и лэжьыгъэм фӀыуэ къырикӀуар иджыри щызэхыбощӀэ абы и хэкум. GCKar 336.2

Зэгуэрым Бенгель уаз здигъэхьэзырым, КъызэӀузых Тхылъым и 21 псалъащхьэм егупсысурэ, Мэсихь ЕтӀуанэу къызэрыкӀуэнум теухуауэ абы ит псалъэхэр хуабжьу гъэщӀэгъуэн щыхъуащ. КъызэӀузых Тхылъым ит бегъымбарӀуатэхэр зэи къызэрымыхъуауэ икъукӀэ зэхэхауэ, гурыӀуэгъуэу абы къыхузэӀукӀащ. Бегъымбарым къигъэлъэгъуа теплъэгъуэхэм я мыхьэнэ иныр, я лъапӀагъэр, икъукӀэ и гум хыхьауэ, нэгъуэщӀым егупсысын лъэкӀыжыртэкъым абы. КъыкӀэлъыкӀуэ махуэми, а пэжыгъэр аргуэру икъукӀэ зэхэщӀыкӀыгъуэу и нэгу къыщӀэуващ. Абдежым щыщӀэдзауэ бегъымбарӀуатэхэр джыным иужь ихьащ ар, псом хуэмыдэу Апокалипсис Тхылъым, щӀэх дыдэуи быдэу и фӀэщ хъуащ Мэсихь и къэкӀуэжыгъуэр зэрыгъунэгъур абыхэм къызэрагъэлъагъуэр. Ар къыщыхъуну зэману абы къибжа гъэр илъэситӀ-щыщ къызэрыщхьэщыкӀыр иужьыӀуэкӀэ Миллер къибжа гъэм. GCKar 336.3

Бенгель и тхыгъэхэр чристэн жылагъуэ псоми щызэлъащӀысащ. БегъымбарӀуатэхэр абы гурыӀуэгъуэ зэрищӀым хуэдэу, Вюртенберг щӀыналъэм псоми къыщащтащ, Германием и нэгъуэщӀ щӀыпӀэхэми. Ар дунейм ехыжа нэужьи и лэжьыгъэхэр иджыри куэдрэ зекӀуащ. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ Мэсихь ЕтӀуанэу къызэрыкӀуэнум и хъыбарыр, адрей къэралхэми къакӀэрымыхуу, Германиеми щызэхахащ. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ языныкъуэхэр Урысейм Ӏэпхъуащ, колониешхуэхэр яухуэхэурэ. Аращи, нобэр къыздэсым а къэралми Мэсихь ЕтӀуанэу къызэрыкӀуэнум теухуа уазхэр щызокӀуэр. GCKar 337.1

Франциеми Швейцариеми нэхур къыщыблэн щӀидзащ. Женевэ къалэм, Фарельрэ Кальвинрэ Реформацэм и гупсысэкӀэр зыхэпщӀам, Хьиса щӀэх къызэралъэгъунум теухуа хъыбарыр щигъэӀун щӀидзащ Гауссен. ХУӀӀӀ лӀэщӀыгъуэм и кӀэхэм — ХӀХ лӀэщӀыгъуэм и пэхэм Европэ псом щытепщэу щыта рационализмэм и гупсысэм Гауссен Ӏууат иджыри щыстудентым щыгъуэ; уеблэмэ, дин-лэжьакӀуэ хъуа нэужьи, фӀэщхъуныгъэ пэжым зыри химыщӀыкӀа къудейкъым, атӀэ скептицизмым дихьэхыу щытащ. И щӀалэгъуэм абы хуабжьу бегъымбарӀуатэхэр и гум хыхьауэ щытащ. Роллан итха «Пасэрей тхыдэм» еджа нэужь, абы Данил бегъымбарым и Тхылъым и 2-нэ псалъащхьэм гу лъитэри, хуабжьу игъэщӀэгъуащ бегъымбарӀуатэхэр пэж дыдэу дунейм гъэзэщӀа зэрыщыхъуар тхыдэм къызэрыхэщыр. Тхыгъэ ЛъапӀэр Тхьэм къызэрыбгъэдэкӀам и щыхьэтт ар, икӀи иужькӀэ, и гъащӀэм зыхуэза шынагъуэхэм ирамыгъэтхьэлэу, хъурзэм хуэдэу, абы къригъэлащ ар. Рационалист гъэсэныгъэхэм абы и гур ягъэпсэхуртэкъым; зэпымычу нэху нэхъыбэ къилъагъуным хущӀэкъуу Библиер куууэ зэриджарщ, зэман дэкӀа нэужь фӀэщхъуныгъэ пэжым ар къыхуэзышар. GCKar 337.2

Бегъымбар псалъэхэм егупсысурэ, Зиусхьэным и къэкӀуэжыгъуэр зэрыгъунэгъум хуэкӀуащ ар. А пэжыгъэ иным и лъапӀагъымрэ и мыхьэнэшхуэмрэ зэщӀиубыдауэ, абыкӀэ цӀыхухэм дэгуэшэну хуейт ар, арщхьэкӀэ, Данил и бегъымбарӀуатэхэр зэхэмыщӀыкӀыгъуэу, узыхунэмысыфыну псоми зэралъытэр и гъуэгум хуабжьу зэран къыщыхуэхъуащ. ИкӀэм-икӀэжым, Фарель и щапхъэр къищтэну мурад ищӀри, сабийхэм дэлэжьэн щӀидзащ, ауэрэ, абыхэм я адэ-анэхэр къидихьэхынкӀэ щыгугъыу. GCKar 337.3

ИужькӀэ а Ӏэмалым щытепсэлъыхьыжым абы итхащ: «Сэ хуабжьу сыхуейщ си лэжьыгъэм и пэщӀэдзэм балигъхэр къэзгъанэу сабийхэм защӀызыхуэзгъэзар псоми къагурыӀуэну. Апхуэдэу щӀэсщӀар, пэжыгъэ къэсӀуатэр мыхьэнэншэу щытауэ аракъым. АтӀэ пэжыгъэ нэхъ лъапӀэ дыдэр нэхъ гурыӀуэгъуафӀэу къэсӀуэтэну сыхуейуэ арат. Сэ хуабжьу сыхуейт сызэхахыну, ауэ сытегузэвыхьырт апхуэдэу занщӀэу къызэмыхъулӀэнкӀэ зэрыхъунум, балигъхэм захуэзгъазэмэ. Абы къыхэкӀкӀэ нэхъыщӀэ дыдэхэм я деж сыкӀуэну мурад сщӀащ. Сабийхэр зэхуэсшэсурэ, мыпхуэдэу сегупсыст: си гупыр щыхэхъуэкӀэ, абыхэм зэрафӀэгъэщӀэгъуэныр щынэрылъагъукӀэ, сызытепсэлъыхьыр къащыгурыӀуэкӀэ, зэхахахэм щегупсыскӀэ, дауикӀ, етӀуанэу апхуэдэу гуп зэхуэсшэсыфыну сыщыгугъ хъунущ, балигъхэми я лъэныкъуэкӀэ къагурыӀуэнщ, а Ӏуэхугъуэм утӀысу уегупсысыну зэрыхуэфащэр. Ар апхуэдэу къыщыхъукӀэ Ӏуэхур мэкӀуатэ». GCKar 338.1

Гауссен зыщӀэхъуэпсар къехъулӀащ. ЦӀыкӀухэм захуигъазэри, абы инхэр къыдихьэхащ. Абы и члисэм зи тхьэкӀумэр гъэхуауэ даӀуэ цӀыхухэр щӀэзу щӀэст. Абыхэм куэдрэ яхыхьэт щӀэныгъэлӀхэр, щӀыхьышхуэ зиӀэ цӀыхухэр, хамэ къэралым къикӀыу Женевэ къэкӀуахэри. Апхуэдэурэ Мэсихь ЕтӀуанэу къызэрыкӀуэнум и хъыбарыр нэгъуэщӀ щӀыналъэхэми нэсырт. GCKar 338.2

Гауссен и ехъулӀэныгъэхэм игъэгушхуауэ, и лекцэхэр къыдигъэкӀащ бегъымбархэм я ӀэрыкӀ тхылъхэр джыным французыбзэкӀэ зэӀущӀэхэр щрагъэкӀуэкӀ члисэхэр къыдихьэхын гугъэ иӀэу. «Сабийхэм папщӀэ ущиер къыщыдэзгъэкӀым, — итхыжащ Гауссен, — а тхылъхэр гурыӀуэгъуейуэ, узыхунэмысыфыну жаӀэу къызыфӀэмыӀуэху балигъхэращ зызыхуэзгъэзар сэ, ипэжыпӀэкӀэ. Сыт абы узыхунэмысыфыну хэтыр, сабийхэм ар къащыгурыӀуэкӀэ? Сэ хуабжьу сыхуейт си деж къекӀуалӀэхэр а бегъымбарӀуатэхэм щыгъуазэ сщӀыну. Ахэр ди зэманым икъукӀэ къыпэджэжу къысщохъу. Ахэр джыныр дэ къыддэӀэпыкъунущ къытхуэкӀуэ гугъуехьхэм, гъэунэхуныгъэхэм захуэдгъэхьэзырынымкӀэ, дымыбэлэрыгъыу, ди гугъэр мытӀасхъэу Хьиса Мэсихь дыпэплъэнымкӀэ”. GCKar 338.3

Женевэ французыбзэкӀэ зэӀущӀэр щезыгъэкӀуэкӀхэм ящыщу нэхъыфӀу ялъагъу уазтакӀуэхэм я зыу Гауссен щыта пэтми, зэман дэкӀри, ар и ӀэнатӀэм трагъэкӀащ. ЩӀалэгъуалэр щиущийкӀэ Члисэм и рационалист катехизиз псэншэм и пӀэкӀэ Библиер къызэригъэсэбэпырт абы къуаншагъэу къыхуагъэувар. Иужьым ар дин еджапӀэм и егъэджакӀуэ хъуащ, Тхьэмахуэ махуэхэм, япэми хуэдэу, сабийхэр Библием хуригъаджэрт упщӀэ-жэуапхэр къигъэсэбэпурэ. БегъымбарӀуатэхэр абы зэрызэпкърихам куэд къыдихьэхащ. Профессорым и кафедрэм, и тхылъхэм я напэкӀуэцӀхэм, и егъэджакӀуэ ӀэнатӀэм къабгъэдэкӀыу илъэс зыбжанэм я кӀыхьагъкӀэ цӀыхухэм гупсысэфӀхэр яхуригъэхьащ, куэдым я гулъытэр Зиусхьэным и къэкӀуэжыгъуэр гъунэгъу къызэрыхъуар уэзыгъэлъагъу бегъымбарӀуатэхэм хуиунэтӀу. GCKar 338.4

Мэсихь етӀуанэу къызэрыкӀуэнум и хъыбарыр Скандинавиеми щагъэӀурт, дэнэкӀи куэд къыщыдихьэхыу. Зыри къафӀэмыӀуэхуу жея къомыр къэушауэ, я гуэныхьхэр зыхащӀыкӀыжу къагъэнауэ, къазэрыхуэгъуну щӀыкӀэр Мэсихь и деж къыщалъыхъуэрт. АрщхьэкӀэ, къэрал члисэм и унафэщӀхэр а лэжьыгъэм пэщӀэуващ, абыхэм я къарукӀэ языныкъуэ хъыбарыфӀзехьэхэр хьэпсым ирадзащ. Мэсихь псынщӀэу къызэрыкӀуэжынум и хъыбарзехьэхэм залымыгъэкӀэ я жьэр щызэтрапӀа щӀыпӀэ куэдым Зиусхьэным и ӀэмыркӀэ а хъыбарыр сабий цӀыкӀухэм ирахьэжьащ. Сабийхэр иджыри балигъыпӀэ ныбжьым зэримыхьам къыхэкӀкӀэ къэрал унафэм щӀэттэкъым, арати, абы и фӀыгъэкӀэ зыри зэран къахуэмыхъуу ахэр пэжыгъэм тепсэлъыхьыфырт. GCKar 339.1

Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ хъыбарыфӀыр щагъэӀу хабзэр гуащӀэрыпсэухэм я дежт, зи псэупӀэ къызэрыгуэкӀхэм цӀыхубэр щызэхуэсхэу, къэзыхъумэну хъыбарыр щызэхахын папщӀэ. ХъыбарыфӀзехьэ цӀыкӀухэр илъэсих, илъэсибл нэхъыбэ хъуртэкъым, и нэхъыбэр унагъуэ къулейсызхэрт зыщыщыр. Абыхэм я гъащӀэр щыхьэт техъуэрт КъегъэлакӀуэр фӀыуэ зэралъагъум, Абы и унафэ лъапӀэхэр ягъэзэщӀэным зэрегугъур, атӀэми ахэр сабий псоми хуэдэт, я зыужьыныгъэр я ныбжьым хуэфэщэжу. Ауэ цӀыхубэм я пащхьэ къиувэу ахэр къыщыпсалъэхэм деж, нэрылъагъу хъурт, ищхьэкӀэ къикӀ къарум зэрызэригъакӀуэхэр. Уеблэмэ, абыхэм я макъхэр зэрыӀур нэгъуэщӀут, къэблагъэ хьэкумым ущызыхъумэ хъыбар лъапӀэхэр щагъэӀум деж, «Тхьэм фыщышыни, вгъэлъапӀэ, хьэкум щищӀэну зэманыр къэсащи” жаӀэу, Тхыгъэ ЛъапӀэм ит псалъэхэмкӀэ жаӀам къару ирагъэгъуэту. Абыхэм цӀыхухэм я гуэныхьыр къыщӀагъэщырт, нэмысыншагъэр, ныкъусаныгъэр ягъэкъуаншэм имызакъуэу, Тхьэм укъыбгъэдэзыш псори, фӀэщхъуныгъэм укъытезыш псори гуэныхьым хуагъадэрт. КъедаӀуэ цӀыхухэр къыхураджэрт замыӀэжьэу Мэсихь къызэрыкӀуэжынум зыхуагъэхьэзырыну, губжь къэкӀуэнур къалъымысын щхьэкӀэ. GCKar 339.2

ЦӀыхухэр гузавэу абыхэм я псалъэхэм щӀэдэӀурт. Тхьэм и Дух ЛъапӀэм и къарур ягухэм ялъэӀэсырт. Куэдым ягъэщӀагъуэу Тхыгъэ ЛъапӀэр щӀэуэ, куууэ яджырт; цӀыху нэмысыншэхэмрэ пцӀыупсхэмрэ я псэукӀэр яхъуэжырт, я хьэл Ӏейхэр къагъанэрт, фӀым зэрызыхуагъэзар апхуэдизкӀэ нэрылъагъути, уеблэмэ, къэрал члисэм и къулыкъущӀэхэм а лэжьыгъэм Тхьэм и Ӏизын зэрыхэлъыр я фӀэщ хъуат. GCKar 339.3

Зиусхьэным и Ӏэмырт Скандинавием щыӀэ къэралхэми КъегъэлакӀуэр къызэрыкӀуэнум теухуа хъыбарыр яӀэрыхьэну. Тхьэм и ӀуэхутхьэбзащӀэхэм я макъыр зэпыуа нэужь, Тхьэм и Дух ЛъапӀэр сабийхэм яжьэдилъхьащ, кърагъэжьа лэжьыгъэр и кӀэм нагъэсын щхьэкӀэ. Хъурмей жыгым и къудамэхэр нэжэгужэу яӀэтурэ, Ар Даут и къуэщ жаӀэу ягъэӀуу, хуабжьу гуфӀэ цӀыхухэр дэщӀыгъуу, Хьиса Ерусалим гъунэгъу къыщыхуэхъум, фарисей фыгъуэхэм абыхэм я жьэр Хьиса зэтригъэпӀэну жраӀат, арщхьэкӀэ, къекӀуэкӀ псори бегъымбарӀуатэхэр гъэзэщӀа хъууэ аращ, цӀыхухэм я жьэр зэтрапӀэмэ, мывэхэр къэпсэлъэнущ, — жиӀэри, жэуап къаритыжащ абыхэм Хьиса. ЦӀыхубэм, щоджэнхэмрэ унафэщӀхэмрэ я губжьым игъэшынауэ, Ерусалим и куэбжэ дыхьэпӀэм щэху зыщащӀащ, ауэ сабийхэр Тхьэм и унэм и пщӀантӀэм дыхьауэ, шынагъэ лъэпкъи яхэмылъу, хъурмей жыгым и къудамэхэр яӀэтурэ, мыпхуэдэу кӀийхэрт: «Даут и Къуэм осанна!” — жаӀэу (еплъ Мф. 21:8-16). Фарисей бампӀэхэм «Абыхэм жаӀэр зэхыумыхыу ара Уэ», къыщыжраӀэм, «Фэ зэи фемыджауэ ара, цӀыкӀухэмрэ сабий цӀынэхэмрэ я жьэкӀэ Уэ щӀыхь зыхуэпщӀащ», — жэуап яритыжащ абыхэм Хьиса. Мэсихь Япэу къыщыкӀуам щыгъуэ Зиусхьэным сабийхэр къызэригъэсэбэпам хуэдэу, ЕтӀуанэу къызэрыкӀуэнум и хъыбарыр гъэӀун папщӀэ иджыри ахэр къигъэсэбэпащ. Лъэпкъ псоми, бзэ псоми, унагъуэ псоми КъегъэлакӀуэр къызэрыкӀуэнум и хъыбарыр яхуэӀуэта зэрыхъуным теухуауэ Тхьэм и Псалъэр гъэзэщӀа хъун хуейщ. GCKar 340.1

Уильям Миллеррэ абы и акъылэгъухэмрэ а хъыбарыр Америкэм щагъэӀун хуейуэ я пщэм далъхьат. А къэралыр адвентистскэ зэщӀэхъееныгъэшхуэм и купсэ хъуащ. Мыбдежым нэхъ гъэзэщӀа щыхъуащ япэ мелыӀычым и бегъымбарӀуатэр. Мыбы икӀыу Миллеррэ абы и дэлэжьэгъухэмрэ я тхыгъэхэр къэрал зэмылӀэужьыгъуэхэм щызэбгрыкӀырт. ХъыбарыфӀзехьэхэр дэнэ кӀуэми, Мэсихь псынщӀэу къызэрыкӀуэнум теухуа хъыбарыфӀыр здахьырт. ЩӀы хъурейм и къуапэ дэтхэнэми щыгъуазэ щыхъурт Инджылым ит пэжыгъэм: «Тхьэм фыщышыни, вгъэлъапӀэ, хьэкум щищӀэну зэманыр къэсащи” жыхуиӀэм. GCKar 340.2

ЦӀыхухэм я акъылым куууэ хыхьат бегъымбарӀуатэхэм я щыхьэтыгъэхэр, къазэрыгурыӀуэмкӀэ, абыхэм 1844 гъэм гъатхэм Мэсихь къэкӀуэжыну къагъэлъагъуэрт. А хъыбарыр зы штатым ирахыурэ адрей штатым яхьт хъыбарыфӀзехьэхэм, дэнэкӀи цӀыхухэр хуабжьу къыдахьэхыу. Куэдым я фӀэщ хъурт бегъымбарӀуатэхэм къагъэлъагъуэ лъэхъэнэхэр тэмэм дыдэу къахутауэ, пагагъэ яхэмылъу, гуфӀэжу пэжыгъэр къащтэрт. Языныкъуэ дин-лэжьакӀуэхэм япэм яӀа еплъыкӀэмрэ фӀэщхъуныгъэмрэ къагъанэурэ, я улахуэхэми хуэмеижу, я члисэхэр къыщанэурэ, Хьиса къызэрыкӀуэжынур ягъэӀуну ежьэхэрт. Ауэ апхуэдэу зыщӀэ дин-лэжьакӀуэхэр куэдтэкъым, нэхъыбэу а хъыбарыр зезыхьэхэр къызэрыгуэкӀ лэжьакӀуэхэрт. Фермерхэм я губгъуэхэр къагъанэрт; ӀэщӀагъэлӀхэм — я Ӏэмэпсымэхэр; сатуущӀхэм — я сатур; къулыкъущӀэхэм — я хэщӀапӀэхэр. ИтӀанэми, хъыбарыфӀзехьэхэр икъукӀэ мащӀэт ягъэзэщӀэн хуейуэ къапэщылъ лэжьыгъэшхуэм елъытауэ. ФӀэщхъуныгъэр зи мащӀэ Члисэм и тхьэмыщкӀагъэр, гуэныхьым щӀиуфа дунейр, — ахэр псори бжьы хьэлъэм хуэдэу хъумакӀуэ пэжхэм я псэм тегуплӀэрт, икӀи абыхэм къатемыхьэлъэу гугъуехьхэр, щыщӀэныгъэхэр, хьэзабхэр яшэчырт, цӀыхухэр хущӀегъуэжыныгъэм къыхураджэу, къызэрелыну гъуэгур хуагъэлъэгъуэн закъуэм щхьэкӀэ. ШейтӀаныр зэран къахуэхъу пэтми, лэжьыгъэр щхьэмыгъазэу ипэкӀэ кӀуатэрт, адвентистскэ хъыбарыр цӀыху мин куэдым къащтэрт. GCKar 340.3

Тхьэм и Дух ЛъапӀэм и къарур ягухэм ялъэӀэсырт. Куэдым
ягъэщӀагъуэу Тхыгъэ ЛъапӀэр щӀэуэ, куууэ яджырт; цӀыху
нэмысыншэхэмрэ пцӀыупсхэмрэ я псэукӀэр яхъуэжырт,
я хьэл Ӏейхэр къагъанэрт, фӀым зэрызыхуагъэзар апхуэдизкӀэ
нэрылъагъути, уеблэмэ, къэрал члисэм и къулыкъущӀэхэм
а лэжьыгъэм Тхьэм и Ӏизын зэрыхэлъыр я фӀэщ хъуат.
 

ДэнэкӀи макъ къыщыӀурт, гуэныхьлыхэр къыхуриджэу — фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэри, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэри — къэкӀуэну губжьыр къалъымысын щхьэкӀэ яхузэфӀэкӀыну псори ящӀэну. Мэсихь ипэ къэкӀуа ПсыщӀэгъауэ Яхья хуэдэу, джыдэр жыг лъабжьэм трашэщӀауэ, пэжыгъэр зыгъэӀухэр, ерыщу псоми елъэӀурт я гуэныхьхэм хущӀегъуэжу, абы хуэфащэ ӀуэхуфӀхэр ялэжьыну. Хуабжьу гузавэу, пӀейтейуэ абыхэм цӀыхухэм зэрызыхуагъазэ щӀыкӀэр зыкӀи ещхьтэкъым члисэ кафедрэхэм щагъэӀу псалъэ ӀэфӀ узыгъэжейхэм. КъызэрыгуэкӀыу Тхыгъэ ЛъапӀэм ит щыхьэтыгъэ пыухыкӀахэм Дух ЛъапӀэм и къарукӀэ апхуэдизу цӀыхухэм я гур итхьэкъурти, мащӀэ Ӏейт абы емыдаӀуэу къанэр. Зыри къафӀэмыӀуэхуу къызыфӀэщӀыжауэ щыта дин-егъэджакӀуэхэри къэушат. Абыхэм я щыуагъэхэр ялъагъужащ: гуэныхьыр фӀыуэ зэралъагъур, я фӀэщмыхъуныгъэр, я пагагъэр, я щхьэхуещагъэр. Куэдым, хущӀегъуэжауэ я щхьэр ягъэлъахъшэу, Тхьэр къалъыхъуэрт. Иджы абыхэм я гурыщӀэхэуи я гурылъхэуи, апхуэдиз зэманкӀэ дунейм епхауэ щытахэр уафэм хуэгъэзат. Тхьэм и Духыр абыхэм къахуехащ икӀи Ӏэдэбу ягухэр къэгумэщӀауэ гуфӀэжу мы псалъэхэр япхъуатэрт: «Тхьэм щышыни, гъэлъапӀэ, сыту жыпӀэмэ, хьэкум щищӀэну зэманыр къэсащ». GCKar 341.1

Гуэныхьлыхэр я нэпсхэр къекӀуауэ щӀэупщӀэрт: «Сыт тщӀэн хуейр дыкъелын щхьэкӀэ?» ПцӀыупсхэм къагъэпцӀауэ щытахэм я хэщӀыныгъэхэр зэратыжыным хущӀэкъурт. Мэсихь и деж мамырыгъэ къыщызыгъуэта псори хуейт я нэфӀщыхуэныгъэхэмкӀэ къэзыухъуреихьхэм ядэгуэшэну. Адэ-анэхэм ягухэр бынхэм хуагъэзат, бынхэм ягухэр — адэ-анэхэм. Пагагъэр, дзыхь зыхуэмыщӀыныгъэр цӀыхухэм я зэхущытыкӀэм хэлъыжтэкъым. ДэнэкӀи гум къыбгъэдэкӀыу цӀыхухэр псалъэу щызэхэпхырт, гу къабзэкӀэ я гъунэгъу я фӀэлъапӀэхэр къызэрырагъэлыным яужь итт, зыр адрейм щхьэкӀэ езыфыгъулӀэу Тхьэ зэхуелъэӀужхэрт. ДэнэкӀи ущыхуэзэт къелын папщӀэ хуабжьу Тхьэ елъэӀухэм. Куэдым жэщ псор тхьэлъэӀум пэрыту ягъакӀуэрт, я гуэныхьхэр Зиусхьэным къазэрыхуигъэгъуар быдэу я фӀэщ хъун папщӀэ, нэгъуэщӀхэри я Ӏыхьлыхэм, я гъунэгъухэм фӀэщхъуныгъэ ягъуэтын папщӀэ хуэлъаӀуэрт. GCKar 342.1

Сыт хуэдэ сословием щыщ цӀыхухэри адвентистхэм я зэӀущӀэхэм къекӀуалӀэрт. Къулейхэри, тхьэмыщкӀэхэри, тепщэхэри, щхьэхуимытхэри зыщӀэхъуэпсыр зыт — Хьиса ЕтӀуанэу къызэрыкӀуэнум теухуауэ щӀэдэӀунырт. Зиусхьэным и ӀуэхутхьэбзащӀэхэм я фӀэщхъуныгъэм и лъабжьэр къыщаӀуатэм и деж, абыхэм я пэрыуэгъухэм я губжьыр игъэтӀысыжырт. Языныкъуэхэм деж Тхьэм и Духым гуащӀэмащӀэхэр, къарууншэхэр Ӏэмэпсымэу къигъэсэбэпт, и пэжыгъэр яӀуэтэну къару яритурэ. Апхуэдэ зэӀущӀэхэм сытым дежи щызыхэпщӀэрт мелыӀыч лъапӀэхэр зэрыщыӀэр, икӀи махуэ къэс фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм цӀыху куэд къахэхъуэрт. ЦӀыху гупышхуэхэр заущэхуауэ щӀэдэӀурт Мэсихь щӀэх къызэрыкӀуэнум щыхьэт техъуэ псалъэ лъапӀэхэм. Уафэр щӀым къылъэӀэсауэ къыпщыхъурт. Тхьэм и къарур лӀыжьхэми, щӀалэхэми, сабийхэми нэрылъагъуу ядэплъагъурт. ЦӀыхухъухэр я унэ екӀуэлӀэжырт щытхъу уэрэдхэр кърашу, гуфӀэ макъхэм жэщыр игъэщымтэкъым. А зэӀущӀэхэм яхэта дэтхэнэ зыми игу ихужынутэкъым я гур хигъахъуэу, гукъыдэжыфӀу зыхащӀауэ щытар. GCKar 342.2

Мэсыхь къыщыкӀуэжыну зэман пэж дыдэу ябжыр къызэрагъэлъагъуэм цӀыхубэм и дэтхэнэ зы гупми я мыарэзыныгъэ хуабжьу къихьырт, члисэм и къулыкъущӀэхэм щыщӀэдзауэ гуэныхьлы дыдэхэм нэсыхукӀэ. Сыту пэж дыдэу бегъымбарӀуатэхэр гъэзэщӀа хъуа: «Псом япэрауэ мыр фщӀэн хуейщ: Мы дунейм и иужьрей махуэхэм укӀытэ зимыӀэ щӀэнэкӀакӀуэхэр къэхутэнущ. Я хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм зэрагъакӀуэу, мыпхуэдэу жаӀэнущ: “Хьиса къигъэзэжыну дыкъигъэ гугъащ. АтӀэ дэнэ ЗдэщыӀэр? Ди адэжьхэр дунейм ехыжащ, ауэ Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам щыщӀэдзауэ псори зэрыщытауэ къонэжыр” (2 Петр. 3:3, 4). КъегъэлакӀуэр фӀыуэ зылъагъуу тезыгъэчыныхьхэм жаӀэрт: Хьиса Етуанэу къызэрыкӀуэнур дэ къыдощтэ, ауэ сытаркъыщыхъунузэман пыухыкӀакъыщӀэвгъэлъагъуэр? АрщхьэкӀэ, Псори Зылъагъу Тхьэм абыхэм я гум илъыр ищӀэрт. Ахэр зы цӀыкӀукӀэ хуейтэкъым пэжыгъэкӀэ дунейм хьэкум тезыщӀэну Мэсихь къызэрыкӀуэнум теухуауэ едэӀуэну. Ахэр узыщыгугъ мыхъун унэӀутхэт; гур зыгъэунэху Тхьэм щышынэт ахэр, щышынэрт Зиусхьэным хуэзэну, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, гъэунэхуныгъэ пэжыр яхуэ- GCKar 342.3

шэчынутэкъыми. Япэу Мэсихь къыщыкӀуам щыгъуэ журтхэм хуэдэу, а цӀыхухэр хуэхьэзыртэкъым Хьиса ӀущӀэну. Абыхэм Библием ит щыхьэтыгъэ гурыӀуэгъуафӀэхэм едэӀуэн ямыдэ къудейтэкъым, атӀэ Зиусхьэным гузавэу ежьэхэр ауан ящӀырт. И мелыӀычхэр щӀыгъуу шейтӀаныр гуфӀэурэ, Мэсихьрэ мелыӀыч лъапӀэхэмрэ ящӀэнакӀэрт: Тхьэм и лъэпкъым Хьиса фӀыуэ зэралъагъур мащӀэу къыщӀэкӀынщ жиӀэу, сыту жыпӀэмэ, Абы къигъэзэжыну хуейхэкъыми. GCKar 343.1

«Зы цӀыхум ищӀэркъым махуэри сыхьэтри» — а псалъэхэр адвентистскэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я пэрыуэгъухэм куэдрэ къахьт мыхьэнэшуэ зиӀэ щыхьэту. Тхыгъэ ЛъапӀэм зэрыжиӀэр мыпхуэдэущ: «А махуэр е а сыхьэтыр къыщысынур зыми ищӀэркъым. Уафэхэм щыӀэ мелыӀычхэри щыгъуазэкъым. Си Адэ ЛъапӀэм и закъуэщ зыщӀэр» (Мф. 24:36). ЗыхэщӀыкӀыгъуафӀэу икӀи Тхыгъэ ЛъапӀэм езэгъыу а псалъэхэр Зиусхьэныр къэкӀуэжынум ежьэхэм ягъэнахуэрт, ауэ абыхэм я ныкъуэкъуэгъухэм ар пцӀыуэ зэрагъэкӀуэкӀырт. А псалъэхэр Мэсихь щыжиӀар Елеон Ӏуащхьэм тесу псалъэмакъ гукъинэж и гъуэгурыкӀуэхэм щадиӀам щыгъуэт, иужь дыдэ Тхьэм и унэм щыӀа нэужь. И еджакӀуэхэр Абы къеупщӀат: «Уэ УкъызэрыкӀуэжынумрэ мы дунейм и кӀэухыр къызэрысынумрэ я нэщэнэхэр сыт?» — жаӀэри. Хьиса абыхэм нэщэнэхэр къажриӀэри, къыпищащ: «А псори щыфлъагъукӀэ, гъунэгъуу куэбжэм деж зэрыщытыр зэвгъащӀэ” (пыч. 3, 33). КъегъэлакӀуэм жиӀа псалъэхэм зым адрейр щыпэрыуэркъым. Ар къыщыкӀуэжыну махуэри сыхьэтри зы цӀыхум имыщӀэ щхьэкӀэ, итӀанэми, дэ хъыбару дагъэщӀащ, а Ӏуэхугъуэр къызэрыблэгъэнум и нэщэнэхэр. Дэ апхуэдэуи къыджаӀащ: Абы дызэрихъумэ хъыбарым делъэпауэмэ, Абы и къэкӀуэжы гъуэр къызэрысыр къэзыгъэлъагъуэ псом ди нэр хузэтетпӀэмэ, щыуагъэ ин тщӀэуэ зэрыщытыр, Нухь бегъымбарым и зэманым псэуа цӀыхухэу, къэкӀуэну псыдзэм теухуауэ Нухь къажриӀэ хъыбарым щӀэдэӀуну хуэмеяхэм хуэдэу. ДыкъызэтеувыӀа пычыгъуэм адэкӀэ дыкъызэджэ щӀагъыбзэ зыщӀэлъ ущием узыщыгугъу хъун унэӀутымрэ уи дзыхь зэбгъэз мыхъун унэӀутымрэ щызэпелъыт; «Си зиусхьэныр щӀэх къэкӀуэжынукъым” жиӀэу, игукӀэ жызыӀа унэӀутыр фӀы зэрыхуэмызари дегъэлъагъу. А щӀагъыбзэм зэхэщӀыкӀыгъуафӀэу къыджеӀэр, сакъыу, къежьэу, нэгъуэщӀхэри Абы и къэкӀуэжыгъуэм хуэзыгъэхьэзыру щытахэм дапхуэдэу Мэсихь яхущытынуми, ар зымыдахэм зэрыбгъэдыхьэнури. «Фымыжейуэ, фысакъ... — жеӀэр Абы — и зиусхьэныр къыщыкӀуэжкӀэ апхуэдэу зыщӀэу зрихьэлӀэжыну и унэӀутыр гъуэгу махуэ теуващ» (Мф. 24:42, 46). «Фыкъэмыушмэ, фымысакъмэ, дыгъуакӀуэр цӀыхухэм ямыщӀэххэу къызэрыкӀуэм хуэдэу сынэкӀуэнущ. Фи деж сыныщыкӀуэну сыхьэтри фщӀэнукъым» (Откр. 3:3). GCKar 343.2

Павел топсэлъыхь Мэсихь къыщыкӀуэжкӀэ емыжьауэ ӀущӀэнухэм: «ДыгъуакӀуэр цӀыхухэр пэмыплъэххауэ жэщым къызэрыкӀуэм хуэдэущ, Зиусхьэныр дунейм къызэрыкӀуэжынур. ЦӀыхухэм “иджы гузэгъэгъуэ диӀэщ, шынагъуэ зыри щыӀэкъым”, щыжаӀэкӀэ, гугъуехьышхуэ ямыщӀэххэу къатехъуэнущ... Абы фӀэкӀыпӀэ иӀэнукъым». Мыпхуэдэуи захуегъазэ набдзэгубзаплъэу сакъхэм: «Ауэ фэ, дикъуэшхэ, кӀыфӀыгъэмфыхэткъым. Аращи, амахуэр дыгъуэгъуакӀуэм хуэдэу фымыщӀэххэу къыфхуэкӀуэнукъым. Фэ псори нэхум фрибынщ, махуэми фрибынщ. Дэ жэщым, кӀыфӀыгъэм я бынхэм дащыщкъым” (1 Фес. 5:2-5). GCKar 344.1

Аращи, дэ долъагъу Мэсихь и къэкӀуэжыгъуэм и гъунэгъуагъым цӀыхум зыри химыщӀыкӀыу къэнэн хуейуэ егупсысыну Тхыгъэ ЛъапӀэм зыми щхьэусыгъуэ зэрыримытыр. Пэжыгъэр зэрамыдэр зыгуэру зэрыщӀахъумэн щхьэусыгъуэ дахэ къэзылъыхъуэхэрт а гурыӀуэгъуэ псалъэхэм щӀэдэӀуну хуэмейхэр. Нэмысыншэ ауаныщӀхэмрэ, уеблэмэ, Мэсихь и къулыкъущӀэ пщӀэ зыхуащӀхэмрэ емышыжу къытрагъэзэжурэ жаӀэрт: «А махуэми сыхьэтми теухуауэ зыми зыри ищӀэркъым”. ЦӀыхубэр къэушауэ къызэрелыну гъуэгур къыщалъыхъуэм, дин-егъэджакӀуэхэр пэжыгъэмрэ цӀыхухэмрэ я зэхуаку дэуващ, Тхьэм и Псалъэр пцӀыкӀэ зэрахъуэкӀыурэ, апхуэдэурэ цӀыхухэм яӀэ шынагъэр щхьэщахыну егугъуу. Узыщыгугъ мыхъуну хъумакӀуэхэр гъэпцӀакӀуэ иным гъусэ хуэхъуауэ кӀийхэрт: «Мамырыгъэщ, мамырыгъэщ”, Тхьэм мамырыгъэм и гугъу имыщӀ пэтми. Мэсихь и зэманым фарисейхэм хуэдэу, цӀыху куэдым Тхьэм и Пащтыхьыгъуэм езыхэр щӀыхьэну ядакъым, щӀыхьэну хуейхэми зэран яхуэхъуащ. Ахэр къуаншэщ а псэ кӀуэдахэм щхьэкӀэ. GCKar 344.2

А хъыбарыр япэу къэзыщтар нэхъ щэныфӀэ дыдэхэу, гурэ псэкӀэ Тхьэм хуэпэжхэу Члисэм щыщхэрщ. Езыр-езыру Библиер зыджхэм ямылъагъуу къэнэфынутэкъым бегъымбарӀуатэхэм и еплъыкӀэу псоми къызэдащтам щыуагъэ зэрыхэлъыр, щыхьэтлыкъыншэу зэрыщытыр; дин-лэжьакӀуэхэм я жьауэм щӀэмыту, езыр-езыру Тхьэм и Псалъэм егупсыс цӀыхухэм адвентистскэ гъэсэныгъэр къащтэрт, Библием и щӀыхькӀэ гъэбыдауэ зэрыщытым къыхэкӀкӀэ. GCKar 345.1

Куэдыр Хьиса къызэрыкӀуэжынум теухуауэ едэӀуэну хуэмей я къуэшхэм ягъэпсэуртэкъым. Языныкъуэхэм члисэм щаубыду щыта увыпӀэр зыфӀамыгъэкӀуэдын щхьэкӀэ, гугъэ ягъуэтар яущэхурт, ауэ нэгъуэщӀхэм зыхащӀэрт Тхьэм ухуэпэжыныр, Абы дзыхь къыпхуищӀа пэжыгъэр бущэхуным зэремызэгъынур. Къэралым игъэдахэ члисэхэм цӀыху куэд къызыхахужырт, Мэсихь къызэрыкӀуэжынур я фӀэщ зэрыхъур зэрагъэлъагъуэкъудейм ищхьэусыгъуэкӀэ. ПэжыгъэмщхьэкӀэ гугъу ехь цӀыхухэм бегъымбарым и псалъэхэмкӀэ я гур фӀы ящӀыжт: «Фыкъэзылъагъу мыхъуу, Сэр щхьэкӀэ фыкъызыхэзыху фи къуэшхэм жаӀэр: “Зиусхьэным и щӀыхьыр и гъусэу зыкърегъэлъагъуи, деплъынщ фызэрыгуфӀэм”. Ауэ ахэр ягъэукӀытэжынущ” (Ис. 66:5). GCKar 345.2

Тхьэм и мелыӀычхэр, хуабжьу гулъытэшхуэ хуащӀу, а лэжьыгъэм кърикӀуэхэм кӀэлъыплъырт. Члисэхэм я нэхъыбэм къэзыхъумэну хъыбарыр къащтэн щамыдэм, мелыӀычхэм нэщхъейуэ я нэкӀур зэхуащӀащ. Ауэ цӀыху куэдыр иджыри адвентистскэ пэжыгъэмкӀэ гъэунэхуныгъэм кӀуэцӀрыкӀакъым. Куэдыр ялӀхэм, я фызхэм, я адэ-анэхэм, я бынхэм щагъауэрт, адвентистхэм узыхурагъаджэ апхуэдэпцӀым, уеблэмэ, уедэӀуэн къудейр гуэныхьщ жаӀэурэ. МелыӀычхэм унафэ яӀэт апхуэдэ цӀыхухэм быдэу кӀэлъыплъын хуейуэ, сыту жыпӀэмэ, Тхьэм и тахътэм къыбгъэдэкӀыу ахэр нэгъуэщӀ нэхум къигъэнэхун хуейти. GCKar 345.3

Хъыбарыр къэзыщтахэр темыпыӀэу КъегъэлакӀуэр къэкӀуэжыным ежьэрт. Ягъэлъэгъуа сыхьэтыр къэблагъэрт, абы хуабжьу егугъуу зыхуагъэхьэзырт. Тхьэ щелъэӀукӀэ абыхэм я гур хэхъуэрт, къэкӀуэну зэман дахэм яӀэну мамырыгъэ нэгъэсар я нэгу къыщӀагъахьэурэ. А гугъэр зиӀахэм, зыхэзыщӀахэм ящыщ зыми зэи щыгъупщэжыфакъым Тхьэм ежьэурэ ягъэкӀуа а сыхьэт лъапӀэхэр. Ягъэлъэгъуа сыхьэтыр къэсыным тхьэмахуэ зытӀущ фӀэкӀа къыщымынэжам, куэдым дуней Ӏуэху псори къагъэнащ. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр я гум иплъэжурэ, я дэтхэнэ зы гупсысэри, гукъэкӀри ягъэунэхурт, зи псэр хэкӀыным пэплъэм хуэдэу, мыкӀуэдыжын мамырыгъэм хыхьэным сыхьэт зытӀущ фӀэкӀа я зэхуаку дэмылъыжым хуэдэу Зыми зэраӀэтыну щыгъын хэха зыхуидыжыртэкъым, ауэ псоми зыхащӀыкӀт КъегъэлакӀуэм зэрыӀущӀэным я псэхэр хуэгъэхьэзырын зэрыхуейр; Мэсихь и лъымкӀэ къищэхужу гуэныхьым къыӀэщӀиха ягу къабзэр абыхэм щыгъын хужь яхуэхъурт. Тхьэм и бынхэм ди зэманым апхуэдэ хэлъэт яӀэу щытамэ арат, ягухэм иплъэжу ягъэунэхуну, апхуэдэу хьэрэмыгъэншэу шэч зыхэмылъ фӀэщхъуныгъэ яӀэу! Тхьэм и пащхьэм апхуэдэу абыхэм Ӏэсэ зыщащӀамэ, я лъэӀухэр Тхьэм и гущӀэгъум и тахътэм драхьеямэ, ахэр псэкӀэ куэдкӀэ нэхъ къулей хъунут. АрщхьэкӀэ, сыту мащӀэрэ цӀыхухэр ди зэманым Тхьэ зэрелъэӀур, сыту мащӀэ Ӏейрэ гуэныхьым щхьэкӀэ зэрынэщхъейр! ЦӀыхухэм псэ зыхэт фӀэщхъуныгъэ яӀэкъым, аращи, КъегъэлакӀуэм апхуэдизу жумарту ит нэфӀщыхуэныгъэри яӀэкъым. GCKar 345.4

Тхьэр хуеят и лъэпкъыр игъэунэхуну. БегъымбарӀуатэхэм ягъэлъагъуэ лъэхъэнэхэр къыщабжым щыуагъэу яӀэщӀэкӀар Абы и Ӏэм игъэпщкӀуащ. Адвентистхэм а щыуагъэр къалъэгъуакъым, ар къагъуэтыфакъым, уеблэмэ, абыхэм я ныкъуэкъуэгъу нэхъ щӀэныгъэлӀ дыдэхэми. Абыхэм жаӀэрт: «БегъымбарӀуатэхэм ягъэлъагъуэ лъэхъэнэхэр пэжу къэвбжащ. Зы Ӏуэхугъуэшхуэ гуэр къэхъун хуейщ, ауэ Миллер жыхуиӀаракъым къэхъунур; Мэсихь ЕтӀуанэу къэкӀуэну аракъым, атӀэ Дуней псом фӀэщхъуныгъэ ягъуэтыну аращ». GCKar 346.1

ЖыхуаӀа зэманыр къэсащ, ауэ Мэсихь къэкӀуакъым и лъэпкъыр къригъэлын щхьэкӀэ. ФӀэщхъуныгъэ пэж яӀэу, фӀыуэ ялъагъуу я КъегъэлакӀуэм ежьахэм гузэрыдзэ дыдж ягъэунэхуащ. АрщхьэкӀэ, Тхьэм и мурадыр игъэзэщӀащ: Абы и къэкӀуэжыгъуэм ежьэу жызыӀэу щытахэм ягухэр Абы игъэунэхуащ. Гу къабзагъэр мыхъууу, шынагъэм къыхэкӀкӀэ Тхьэм и бынхэм цӀыху куэд къахыхьауэ щытат. Абыхэм фэкӀэ ягъэлъагъуэ я фӀэщхъуныгъэм ягухэри, я гъащӀэри зыкӀи ихъуэжатэкъым. Апхуэдизу зэжьа Ӏуэхугъуэр къэхъуакъым, арати, абыхэм жаӀащ гузэрыдзэ лъэпкъ зыхамыщӀэу, сыту жыпӀэмэ, зэикӀ Мэсихь къызэрыкӀуэжынур я фӀэщ хъууэ щытакъыми. Ахэращ псом япэ Тхьэм и бын пэжхэм щӀэнэкӀэн щӀэзыдзар. GCKar 346.2

АрщхьэкӀэ, Хьисаи уафэм щыӀэ мелыӀыч псори Тхьэм и бын ягъэунэхуа пэжхэм, гузэрыдзэ ящӀауэ щытми, фӀылъагъуныгъэ ин къыхуаӀэрэ ягу къыщӀэгъуу къакӀэлъыплъырт. Плъагъумрэ умылъагъу дунеймрэ я зэхуаку дэлъ Ӏупхъуэр Ӏупхмэ, къэплъагъунут уафэ мелыӀычхэм Тхьэм и бынхэр шейтӀаным и шабзэшэхэм щахъумэу, Ӏэлъын хъурей быдэм хуэдэу къызэраухъуреихьыр. GCKar 346.3