Loading...

Loading

Loading
(You are in the browser Reader mode)

21 ӀЫХЬЭ—КЪЭЗЫХЪУМЭНУ ХЪЫБАРЫМ ЗЭРЕМЫДЭӀУАР

Уильям Миллери абы и акъылэгъухэми Мэсихь ЕтӀуанэу къызэрыкӀуэнум теухуа пэжыгъэр щагъэӀум зы мурад закъуэт яӀэр — цӀыхухэр хьэкум щащӀэну махуэм хуагъэхьэзырынырт. Абы къыхэкӀкӀэ, чристэн дин зыӀыгъхэр къагъэушыну хущӀэкъурт ахэр, гугъэ пэжым гулъытэ хурагъэщӀыну егугъуурэ, чристэн гъащӀэ пэж епхьэкӀыныр зищӀысыр къагурыӀуэнымкӀэ ядэӀэпыкъуурэ. ДауикӀ, иджыри фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм зэрырагъэгъуэтыным емызэшыжу елэжьырт ахэр, уи гуэныхьхэм ухущӀегъуэжу Тхьэм зыхуэбгъэзэным и фӀагъыр зыхащӀыкӀынымкӀэ ядэӀэпыкъуурэ. «Абыхэм цӀыхухэр сектэ е парт гуэрым хагъэхьэну яущийртэкъым, атӀэ зэхэдз ямыщӀу ахэр дэнэкӀи щылажьэрт, сыт хуэдэ конфессиехэми, гупхэми, ауэ щыхъукӀи абыхэм хабзэ яхуэхъуауэ къекӀуэкӀхэм яхэмыӀэбэу». GCKar 347.1

«Си лэжьыгъэхэр, — жиӀэрт Миллер, — диныщӀэ къэзублэным, хьэмэрэ зы диныр згъэлъапӀэу адрейр згъэпудыным зэи хуэгъэзауэ щытакъым. Сэ зы мурад закъуэщ сиӀар: псоми си сэбэп езгъэкӀынырт. Мэсихь псынщӀэу зэрыӀущӀэну гугъэм чристэн псори щыгуфӀыкӀыну къысщыхъуащ сэ, си еплъыкӀэхэм арэзы темыхъуэхэм пэжыгъэр къэзыщтахэр нэхъ мащӀэу ялъагъу хъунуи сегупсысакъым, уеблэмэ, си гущхьи къэкӀакъым гуп зэӀущӀэ щӀэуэ къэублэн хуейуэ. Зы закъуэт сэ сызыхуеяр — цӀыхухэм Тхьэм зыхуагъэзэну садэӀэпыкъунырт, хьэкумыр къызэрысыр дунейм хъыбару езгъэщӀэнырт, Зиусхьэным зэрыӀущӀэнум цӀыхухэм я гур хуагъэхьэзырын зэрыхуейр я фӀэщ сщӀынырт. ФӀэщхъуныгъэ зыгъуэтахэм я нэхъыбэр си лэжьыгъэхэм я фӀыгъэкӀэ члисэ зэмылӀэужьыгъуэ щыӀэхэм хэпщӀа хъуащ». GCKar 347.2

Зы зэманкӀэ Миллер и лэжьыгъэхэм цӀыхухэр нэфӀкӀэ еплъу щытащ, сыту жыпӀэмэ, абыхэм члисэхэр хагъахъуэрт. Ауэ дин унафэщӀхэмрэ дин къулыкъущӀэхэмрэ, адвентистхэм я гъэсэныгъэр зымыдахэм зэрахузэфӀэкӀкӀэ адрейхэми кърамыгъэщтэну, кафедрэм къыбгъэдэкӀыу ар зэрыхаутэм имызакъуэу, Мэсихь ЕтӀуанэу къызэрыкӀуэнум и хъыбарыр щагъэӀу зэӀущӀэхэм Члисэм щыщхэр кӀуэну хуит ящӀыртэкъым, уеблэмэ, езыхэм я зэӀущӀэхэм абы щытепсэлъыхьыну ядэртэкъым. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр гугъу ехьырт апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ. Я члисэхэм хуэпэжу, ахэр абыхэм къахэкӀыну хуейтэкъым, ауэ Тхьэм и Псалъэм и щыхьэтхэр абыхэм щагъэпщкӀуу щалъагъум, бегъымбарӀуатэхэм егупсысыну хуит зэрамыщӀыр щалъагъум, Тхьэм ухуэпэжыныр абыхэм къагъэувхэм зэремызэгъыр къагурыӀуащ. Тхьэм и Псалъэм и щыхьэтхэр хэзыутэхэр абыхэм афӀэкӀа яхуэлъытэжынутэкъым Мэсихь и члисэу, «пэжыгъэм и джэлэсу, пэжыгъэм и лъабжьэу». Абыхэм нэгъуэщӀ хэкӀыпӀэ яӀэжтэкъым я члисэхэм къыхэмыкӀмэ. Арати, 1844 гъэм гъэмахуэм фӀэщхъуныгъэ зиӀэ мин 50-м нэблагъэм я члисэхэр ябгынащ. GCKar 348.1

А зэманым ирихьэлӀэу Штат Зэгуэтхэм щыӀэ члисэхэм я нэхъыбэм зэхъуэкӀыныгъэшхуэхэр къыщыхъуащ. Илъэс куэдхэм я кӀыхьагъкӀэ дунейм щызекӀуэ хабзэхэр хуэм-хуэмурэ, ауэ щыхъукӀи зэпымыууэ абыхэм хэпщӀа хъуат. Арати, дин къабзэр яӀэщӀэхуащ, цӀыхухэр Ӏиманыншэ хъууэ хуежьащ, ауэ 1844 гъэм къэралым члисэу щыӀэ псори зэуэ псынщӀэу дэхуэхащ. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар зыми гурыӀуэгъуэ имыщӀыфами, ар апхуэдизкӀэ нэрылъагъути, прессэри Члисэри зэпымычу тепсэлъыхьырт. GCKar 348.2

Куэдыр зыщыгъуазэ комментариер зи ӀэдакъэщӀэкӀ Барнс, къалэ члисэхэм я пашэм и щоджэным, Филадельфием пресвитериан зэӀущӀэм, мыпхуэдэу щыжиӀащ: «Сэ илъэс тӀощӀ хъуауэ члисэм сыхуолажьэри, иужь дыдэ Пшыхьым къэсыху ар щедгъэкӀуэкӀкӀэ фӀэщхъуныгъэ зыгъуэта цӀыхущӀэ члисэм къыхэмыхьауэ зэи къэхъуакъым. Иджы къэуши, фӀэщхъуныгъэ зыгъуэти щыӀэжкъым; члисэм хэтхэр нэфӀщыхуэныгъэкӀэ хэхъуэркъым, и псэр къела зэрыхъуным тепсэлъыхьыну си пэшым зыри къекӀуалӀэркъым. Предпринимательствэр, коммерцэр, производствэр зэрыхэхъуэрэ диныр Ӏэпэдэгъэлэл ящӀ. Апхуэдэ щытыкӀэ деноминацэ псоми дыболъагъу. GCKar 348.3

А илъэс дыдэм, февралым, Оберлин колледжым и профессор Финней жиӀащ: «Ди къэралым протестантскэ члисэхэр зэрыщыту къатщтэмэ, мы лӀэщӀыгъуэм щэнхабзэм ехьэлӀауэ зэхъуэкӀыныгъэу щыӀахэр псори, къанэ щымыӀэу, къазэрыфӀэмыӀуэхуар е зэрамыдар, дыхуей-дыхуэмейми, нэрылъагъущ. Апхуэдэ зыхужумыӀэни щыӀэхэщ, ауэ ахэр апхуэдизу мащӀэщи, шэч къытедмыхьэу жытӀэ хъунущ: члисэхэр я пӀэм ижыхьащ, дэнэкӀи цӀыхухэм диныр къафӀэӀуэхуркъым, ар апхуэдизу шынагъуэщи, абы къэрал псом прессэр щытопсэлъыхь. КӀуэ пэтми члисэм щыщу модэм и пщылӀ хъухэр нэхъыбэ мэхъу, хуабжьу зыдрагъэхьэх гуэныхь зыпылъ зэштегъэуныгъэхэм, къафэхэм, Ӏуэхуншагъэхэм... А псом убгъуауэ я цӀэ къитӀуэну дыхуэныкъуэкъым, тлъагъухэм дрокъу. Ауэ а псор щытлъагъукӀэ, члисэхэр зэрызэкӀуэкӀыр щытлъагъукӀэ, ар бжьы хьэлъэм хуэдэу ди гум къытогъуалъхьэ. Абыхэм я щӀыб Зиусхьэным хуагъэзащ, арати, Зиусхьэнми ахэр къигъэнащ”. GCKar 348.4

«Ӏиманым и телескоп» журналым зы тхакӀуэ гуэрым мыпхуэдэу щитхащ: «Иджы хуэдэу цӀыхухэм диныр яӀэщӀэхуауэ зэи тлъэгъуакъым. Члисэр къэушын хуейр пэж дыдэщ, и насыпыншагъэм и щхьэусыгъуэр къилъыхъуэн хуейщ, сыту жыпӀэмэ, Сионыр фӀыуэ зылъагъу дэтхэнэ зыми ар зэрыжиӀэнур насыпыншагъэущ. ФӀэщхъуныгъэ пэж зыгъуэтахэм я мащӀагъэмрэ гуэныхьлыхэр хъийм икӀауэ, кӀуэ пэтми зэрыбагъуэмрэ щызэпэтлъыткӀэ дыхуей-дыхуэмейми, жыдоӀэ: “Дауэ хъун Тхьэм гущӀэгъу ищӀын щыгъупщэжауэ? Дауэ хъун нэфӀщыхуэныгъэм и бжэр зэхуащӀыжауэ?”» GCKar 349.1

Члисэр апхуэдэ щытыкӀэ щӀихуам щхьэусыгъуэ зыбжанэ иӀэщ. Лъэпкъхэм, члисэхэм, цӀыху хэхахэм Ӏиманыншагъэ кӀыфӀыгъэр къащӀыщхьэщыхьэр Зиусхьэным ахэр уафэ нэфӀщыхуэныгъэм хигъэкӀыжыну и Ӏэмыру аракъым, — атӀэ цӀыхухэм Тхьэр къазэрыфӀэмыӀуэхурщ, уеблэмэ, Тхьэм и нэхур зэрамыдэрщ ар къызыхэкӀыр. А пэжыгъэм щыхьэт техъуэ щапхъэ гъэщӀэгъуэнщ журт лъэпкъым Мэсихь и зэманым и къекӀуэкӀыкӀар. Дуней Ӏуэхухэм зыӀэпашауэ абыхэм Тхьэри, Тхьэм и Псалъэри ящыгъупщэжат; я акъылыр утхъуа хъуат, ахэр хущӀыхьэртэкъым, ягухэр зыхуэпабгъэр дунейм ущыдэзыхьэххэрат. Абы къыхэкӀкӀэ, Мэсихь къызэрыкӀуэнум теухуауэ ахэр щӀэныгъэншэу щытащ, арати, — я пагагъэм, я фӀэщмыхъуныгъэм къыхэкӀкӀэ — Къэзыщэхужынур Ӏумпэм ящӀащ. Ауэ абы щыгъуэми Тхьэм журт лъэпкъыр кӀыфӀыгъэм къыхинакъым, къелыну Ӏэмал яритар къатрихыжакъым. АрщхьэкӀэ, абыхэм пэжыгъэр щамыдэм, уафэ тыгъэр къаӀэрыхьэну хъуэпсапӀэ лъэпкъ ямыӀэж хъуащ. Абыхэм «кӀыфӀыгъэр нэхуу — нэхур кӀыфӀыгъэу жаӀэ хъуащ», езыхэм яӀа нэхур кӀыфӀыгъэ хъуху. Сыту узыпхрымыплъыф кӀыфӀыгъэт ар! GCKar 349.2

Ардыдэщ шейтӀаныр зи яужь итыр — цӀыхухэм дин хабзэхэр фэкӀэ ягъэзащӀэ къудейуэ щигъэтынырщ, абы щыгъуэм я гъащӀэм щадумылъагъуу. Журтхэм Инджылыр щамыдэм, пасэрей хабзэхэр япэми хуэдэу иджыри ягъэзащӀэрт, лъэпкъ хэхауэ зэрыщытыр зыщагъэгъупщэртэкъым, абы щыгъуэм Зиусхьэным къызэригъэнар зэхащӀыкӀыну хуэмейуэ. Данил и бегъымбар псалъэхэм щыуагъэншэу Мэсихь къыщыкӀуэну зэманыр къагъэлъагъуэрти, апхуэдизу пыухыкӀауэ Абы и лӀэныгъэм тепсэлъыхьырти, ахэр сыт и лъэныкъуэкӀи хущӀэкъурт ар яджыныр цӀыхухэм ӀэщӀагъэхуным, икӀэм-икӀэжым, дин-егъэджакӀуэхэм а зэманыр къахутэну яужь ихьэхэм нэлат ирахыу щӀадзащ. Израил лъэпкъыр, я нэфагъымрэ я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыну зэрыхуэмеймрэ къыхэкӀкӀэ, къыкӀэлъыкӀуэ лӀэщӀыгъуэ псом къафӀэмыӀуэхуу щытащ, гущӀэгъу хэлъу къызэрырагъэлыну кърата Ӏэмалыр, уафэ нэхур зымыдэхэм ялъысыну гузэвэгъуэ Ӏейм ахэр щызыхъумэну Инджылым и нэфӀщыхуэныгъэм гулъытэ лъэпкъ хуамыщӀу. GCKar 349.3

Апхуэдэ къыфӀэмыӀуэхуныгъэ здэщыӀэм фӀы кърикӀуэнукъым. ИгъэзэщӀэн хуейуэ и къалэныр къыгурыӀуэу, езым игу ирихьхэм зэрахэмыхьэм щхьэкӀэ зымыгъэзащӀэм, икӀэмикӀэжым, пэжыгъэмрэ щыуагъэмрэ зэхимыгъэкӀыжыфу хъунущ. Абы щыгъуэм цӀыхум и акъылым кӀэроху, и напэр мысыжу мэхъу, и гур быдэ мэхъу, Тхьэм пэжыжьэ мэхъу. GCKar 350.1

Члисэм Тхьэм и пэжыгъэр илъагъу мыхъуу, Ӏумпэм щищӀым деж, ар кӀыфӀыгъэм хохьэ; и фӀэщхъуныгъэмрэ и фӀылъагъуныгъэмрэ мэупщӀыӀу, зэгурымыӀуэныгъэмрэ зэхуэмыфӀыныгъэмрэ абы щытепщэ мэхъу. Члисэм щыщхэм я къару псори ирахьэлӀэу дуней Ӏуэхухэр япэ щрагъэщым деж, гуэныхьлыхэр хущӀегъуэжыфыныр нэхъ гугъу мэхъу. GCKar 350.2

КъызэӀузых Тхылъым и 14-нэ псалъащхьэм и япэ мелыӀычым, Тхьэм и хьэкумыр къызэрысар зыгъэӀум, Зиусхьэным щышынэу, Абы щхьэщэ хуащӀыну цӀыхухэр къыхуезыджэм, и хъыбарыр фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр дунейм и зэкӀуэкӀыныгъэм щихъумэнырщ зыхуэгъэзар, абыхэм я нэр къахуигъэплъэжу зэрыщыт дыдэхэр, дин пэжым къызэрытекӀахэр яригъэлъагъужынырщ. А хъыбарымкӀэ Зиусхьэныр Члисэм хуэсакъыу аращ, абы щӀэдэӀумэ, Тхьэм пэӀэщӀэ хуэзыщӀауэ, Ӏеягъэу яхэлъ псори игъэкӀуэдыфыну. Уафэ хъыбарыр абыхэм къащтэрэ, ягухэр Зиусхьэным и пащхьэ щабэ щащӀрэ, Абы зэрыӀущӀэным зыхуагъэхьэзырын щӀадзамэ, Дух ЛъапӀэмрэ Тхьэм и къарумрэ абыхэм ядэплъагъунут. Абы щыгъуэм Члисэм щыщхэр нэфӀщыхуэныгъэ яӀэу фӀэщхъуныгъэкӀэ, фӀылъагъуныгъэкӀэ зэкӀэрыпщӀауэ зэакъылэгъу хъуфынут, Тхьэм и лӀыкӀуэхэм я махуэм зэрыщытам хуэдэу, «зыгурэ зы псэрэ” яӀэу, «Тхьэм и Псалъэр гушхуауэ жаӀэу», «Зиусхьэным цӀыхущӀэ къелахэр махуэ къэс Члисэм къыхишэу» (Деян. 4:32,31; 2:47). GCKar 350.3

Тхьэм и бынхэм Тхьэм и Псалъэм и напэкӀуэцӀхэм къащыхуэблэ нэхур къащтатэмэ, ахэр Мэсихь зыщӀэлъэӀуа зэгурыӀуэныгъэм хунэсыфынут, Тхьэм и лӀыкӀуэм абы теухуауэ зэритхам хуэдэу: «Зы пкъым дыщыщщ, Тхьэм и Дух ЛъапӀэри зыщ, гугъэ лъапӀэу дыкъызыхураджар зыщ, Зиусхьэныр зыщ, фӀэщхъуныгъэри зыщ, псым дызэрыщӀагъауэри зыщ», — жаӀэу (Еф. 4:4,5). GCKar 351.1

Апхуэдэ нэфӀщыхуэныгъэ ин дыдэщ къаӀэрыхьар адвентистскэ хъыбарыр къэзыщтахэм. Ахэр члисэ зэмылӀэужьыгъуэхэм къахэкӀащ, ауэ зэрызэпэщӀэувэу япэм зэпэщхьэхуэ зыщӀу щытахэр ягъэкӀуэдащ, фӀэщхъуныгъэм пыщӀа упщӀэхэмкӀэ яӀэу щыта зэщхьэщыкӀыныгъэхэр сабэм хуэдэу зэбгрылъэтыкӀащ; мы дунейм илъэс минкӀэ тепщэныгъэ щыӀэну лъабжьэ зимыӀэ я гугъэхэр къагъэнащ; Мэсихь ЕтӀуанэу къызэрыкӀуэну щӀыкӀэм теухуауэ я щыуагъэхэм текӀуащ; пагагъэр, дунейм зыдегъэхьэхыныр — зыханащ; я жагъуэ къэзыщӀахэм хуагъэгъуащ; гуапэу зэхущыту ягухэр зэкӀэрыпщӀащ, я зэхуаку фӀылъагъуныгъэрэ гуфӀэгъуэрэ тепщэ щыхъуащ. А гъэсэныгъэм и фӀыгъэкӀэ апхуэдэ зэхъуэкӀыныгъэхэр ар къэзыщтахэм ягъуэтамэ, апхуэдэ дыдэу зихъуэжынут ар къэзыщтэ дэтхэнэми. GCKar 351.2

Ауэ члисэ псоми зыхащӀыкӀакъым а къэзыхъумэну хъыбарыр. Абыхэм я къулыкъущӀэхэм «Израилым и унэм и хъумакӀуэхэм» хуэдэу, Хьиса къызэрыкӀуэжынум и нэщэнэхэр псом япэ къэзыщӀэн хуеяхэм, бегъымбархэм я щыхьэтхэми, зэманым и нэщэнэхэми гу лъатэртэкъым. Абыхэм я гур щӀылъэм епха гугъэхэмкӀэ, пщӀэ зэрагъуэтын хущӀэкъуныгъэхэмкӀэ гъэнщӀат, Тхьэр фӀыуэ лъагъуныр, Абы и Псалъэр я фӀэщ хъуныр къафӀэӀуэхужтэкъым. Арати, ЕтӀуанэу Хьиса къызэрыкӀуэнум и хъыбарыр щызэхахым, абыхэм я фӀэщмыхъуныгъэмрэ я гугъэ нэпцӀхэмрэ игъэбэгъуа къудейщ. Адвентистскэ хъыбарыр зыгъэӀухэм я нэхъыбэр диным хуемыджауэ цӀыху къызэрыгуэкӀхэу зэрыщытым къыхэкӀкӀэ, хуэфащэ гулъытэ хуащӀу абы щӀэдэӀуртэкъым. Ижь зэманми хуэдэу, Тхьэм и Псалъэм и щыхьэт наӀуэхэм упщӀэ къыпадзыжхэрт: «ЛӀыщхьэхэм е фарисейхэм ящыщ зыгуэрым ар и фӀэщ хъуа?” — жаӀэу. Бегъымбар лъэхъэнэхэм тещӀыхьа щыхьэтхэр пцӀыуэ къыжыпӀэныр зэрымытыншыр щагъэунэхум, куэдым бегъымбарӀуатэхэр куууэ яджыну хуеякъым, бегъымбарӀуатэ тхылъхэм мыхъур тегъэуащи къыбгурыӀуэфынкӀэ Ӏэмал иӀэкъым жаӀэу, уи фӀэщ ящӀыну яужь иту. Куэдым, емыгупсысыххэу, я дин пашэхэм дзыхь хуащӀурэ, къэзыхъумэну хъыбарым едэӀуэн ядэртэкъым, адрейхэм пэжыгъэр я фӀэщ хъу щхьэкӀэ, ар цӀыхухэм кърагъэщӀэну тегушхуэртэкъым, «Тхьэм и унэм къыщӀахункӀэ хъуным» щышынэу. Члисэр игъэунэхуу игъэкъэбзэн папщӀэ Зиусхьэным къригъэхьа хъыбарым, Мэсихь нэхърэ дунейр нэхъыфӀу зылъагъухэм я бжыгъэр зэрыиныщэр къигъэлъэгъуащ. Уафэм зэрыдихьэхым нэхърэ, ахэр дунейм зэрыпыщӀар нэхъыбэт. Абыхэм дунейм и Ӏущагъыр къыхахри, гур зыгъэунэху пэжыгъэм и хъыбарыр ядакъым. GCKar 351.3

Япэ мелыӀычым узэрихъумэ псалъэхэр къащтэн щамыдэм, цӀыхухэм ахэр зэрихъуэжыну Ӏэмэпсымэхэу Уафэм игъэхьэзырахэр ямыдауэ аращ. Щыхьэт Пэжыр хуеят, Тхьэм пэжыжьэ зыщӀу абыхэм я гъащӀэм хэлъ псори игъэкӀуэдыну, арщхьэкӀэ, абыхэм Ар зрамыпэсу я щӀыб хуагъэзэри, нэхъ егугъуу дунейр ягъэныбжьэгъуу зэрыкъуэтыным иужь ихьащ. Мис аращ 1844 гъэм члисэхэр къулейсыз, Ӏиманыншэ хъуауэ, цӀыхугъэр фӀэкӀуэдауэ, дин пэжым къытекӀауэ щытыкӀэ шынагъуэ яӀам и щхьэусыгъуэр. GCKar 352.1

КъызэӀузых Тхылъым и 14-нэ псалъащхьэм дыкъыщоджэ, япэ мелыӀычым етӀуанэр къыкӀэлъыкӀуэу, мыр жиӀэурэ: «Дэхуэхащ, дэхуэхащ, Вавилон къалэ иныр, сыту жыпӀэмэ, зинэ щӀэным и шагъыр гуащӀэм лъэпкъ псори иригъэфащи». «Вавилон» псалъэр «вавил» псалъэм къытехъукӀащ, «зэхэтхъуа”, «зэрызехьэ» къызэрыкӀым. Тхыгъэ ЛъапӀэм а псалъэмкӀэ къыщыгъэлъэгъуащ щыуагъэ зэмылӀэужьыгъуэхэр, дин къабзэм къыбгъэдэкӀыныр. КъызэӀузых Тхылъым и 17-нэ псалъащхьэм Вавилоныр цӀыхубз теплъэ иӀэу къыщыгъэлъэгъуащ — а дамыгъэр Библием къегъэсэбэп Члисэр къигъэлъагъуэу: хъыджэбзым къигъэлъагъуэр Члисэ къабзэрщ, цӀыхубз зинэ зыщӀэм — Члисэ дэхуэхарщ. GCKar 352.2

Мэсихьрэ Абы и Члисэмрэ лъапӀэу, быдэу зэпыщӀауэ зэрыщытыр Библием ирегъэщхь нэчыхьым. Зиусхьэным и лъэпкъым зыпищӀащ псалъэ быдэкӀэ. Абы ар къигъэгугъащ и Тхьэу щытыну, мыдрейхэми Зиусхьэныр къагъэгугъащ, Абы и лъэпкъыу, а Зым ейуэ щытыну. Тхьэм жеӀэр: «ИгъащӀэкӀи нэчыхь бдэстхынущ, пэжыгъэрэ хьэкумкӀэ, фӀыгъуэрэ гущӀэгъукӀэ Сэ нэчыхь бдэстхынущ» (Иер. 3:14). Тхьэм и лӀыкӀуэ Павели апхуэдэ зэгъэпщэныгъэ къыщегъэсэбэп ЗэгурыӀуэныгъэщӀэм, мыпхуэдэу щыжиӀэкӀэ: «ЛӀы закъуэу Мэсихь и пащхьэм пщащэ къабзэм хуэдэу физгъэхьэу, абы фыдэкӀуэну фыкъыхезгъэшащ» (2 Кор. 11:2). GCKar 352.3

Члисэм Мэсихь дзыхь хуищӀыжын, фӀыуэ илъагъун щигъэтыжу, и гур дуней фӀыгъуэхэм кӀэрыпщӀэу, Тхьэр щигъэпцӀым деж, ар ещхь мэхъу щхьэгъусэр зэрагъэпцӀым. Тхьэм къыбгъэдэкӀа Израилым и гуэныхьыр а дамыгъэ дыдэмкӀэщ зэрыгъэлъэгъуар. Абыхэм ямыда Тхьэм и фӀылъагъуныгъэ гъуэзэджэр уи гум хыхьэ мыпхуэдэ псалъэхэмкӀэ къеӀуатэ: «Тхьэ пхуэсӀуэри, нэчыхь бдэстхащ,— жеӀэр Зиусхьэн Тхьэм, — арати, Сысей ухъуащ». «Хуабжьу удахэу ущытат, пащтыхьхэм я щӀыхьми унэсат. Лъэпкъхэм яхэӀуат уи щытхъур, уи дахагъым къыхэкӀыу, сыту жыпӀэмэ, нэгъэсауэ, егъэлеяуэ утхьэӀухудт, Сэ пщыстӀэгъа щыгъын зыкъизыхыр пщыгъти... Ауэ уэ уи дахагъэм ущыгугъри, уи щытхъур къэбгъэсэбэпурэ зинэ пщӀэуэ уежьэжащ». «И лӀым епцӀыжу, фызым зинэ зэрищӀэм хуэдэу, Сэ фыкъызэпцӀыжащ фэ, Израилым и унагъуэр, жеӀэр Зиусхьэным» (Иез. 16:8,13-15; Иер. 3:20). GCKar 352.4

ЗэгурыӀуэныгъэщӀэм, Тхьэм и лӀыкӀуэм, Тхьэм и гущӀэгъум хущӀэмыкъуу, дунейр зыгъэныбжьэгъуну хущӀэкъу фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, абы ещхь псалъэхэмкӀэ захуегъазэ. Тхьэм и лӀыкӀуэ Екъуб жеӀэр: «Фэ зинэ зыщӀэхэм фахуэдэщ! ФымыщӀэу ара? Дунейр бгъэныбжьэгъунри, Тхьэм уебиинри зыщ! Аращи, дунейм и ныбжьэгъуу щытыну хуейр, Тхьэм и жагъуэгъу хъууэ аращ» (Иак. 4:4). GCKar 353.1

КъызэӀузых Тхылъым и 17-нэ псалъащхьэм зи гугъу ищӀ цӀыхубзыр (Вавилоныр) «зэрыхуэпар щыгъын плъыжьыбзэрэ плъыжь фӀыцӀафэрэт, дыщэкӀи, мывэ лъапӀэхэмкӀи, налкъутналмэсхэмкӀи гъэщӀэрэщӀауэ, и Ӏэм дыщэм къыхэщӀыкӀа фалъэ ӀэщӀэлъу, гущыкӀыгъуэхэмрэ и зинэ фӀеймрэ изу иту; и натӀэми и цӀэр тетхащ: щэхугъэщ, Вавилон инырщ, зинэ зыщӀэхэми, дунейм тет цӀапӀагъэ псоми я анэщ”. Бегъымбарым жеӀэр: «Сэ слъэгъуащ цӀыхубзыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмрэ Хьиса и щыхьэтхэмрэ я лъым зэрефар». АдэкӀэ Вавилон къэгъэлъэгъуащ «къалэшхуэу, дунейм и пащтыхьхэм я тепщэу» (Откр. 17:4-6,18). GCKar 353.2

Чристэн монарххэм лӀэщӀыгъуэ куэдкӀэ зи щхьэр зыхуагъэлъахъшэу щыта тепщэныгъэр Римырщ. Щыгъын плъыжьыбзэмрэ плъыжь фӀыцӀафэмрэ, дыщэм, мывэ лъапӀэхэм, налкъутналмэсхэм — а псом римскэ иерархым и инагъымрэ зыкъыфӀэщӀыжауэ и пагагъэмрэ нэхъ наӀуэу къагъэлъагъуэр. НэгъуэщӀ зы тепщэныгъэм щыуагъэншэу хужыпӀэфынукъым апхуэдэу, ар «Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я лъым ефащ» жыпӀэу; Римырщ апхуэдизу шынагъуэу, гущӀэгъуншэу Хьиса и гъуэгу ирикӀуэхэр щӀэзыхуэу щытар. Вавилон апхуэдэуи гуэныхь щащӀ, хабзэм къемызэгъыу «щӀылъэ пащтыхьхэми” пыщӀауэ зэрыщытыр. Зиусхьэным къыбгъэдэкӀщ, мажусийхэм запищӀэри, журтхэм я члисэр зинэщӀакӀуэ хъуащ, Рими щӀылъэ къарухэр дэӀэпыкъуэгъу ищӀурэ, апхуэдэ дыдэу зинэщӀакӀуэ хъуащ, аращи, ари ягъэкъуэншэнущ. GCKar 353.3

«ЗинэщӀакӀуэхэм я анэу» къэгъэлъэгъуащ Вавилоныр. Абы и гъэсэныгъэмрэ абы и хабзэжьхэмрэ тет члисэхэр, икӀи абы и щапхъэм тету хабзэм къемызэгъыу дунейм пыщӀауэ щытын щхьэкӀэ, пэжыгъэмрэ Тхьэм и арэзыныгъэмрэ ӀэщӀыб зыщӀахэр абы ипхъухэу къэгъэлъэгъуащ. КъызэӀузых Тхылъым и 14-нэ псалъащхьэм ит хъыбарыр, Вавилоныр зэрыдэхуэхар къыжызыӀэр, зэгуэрым къабзэу щыта, иужькӀэ гуэныхь гъуэгум теува дин зэгуэтхэм теухуащ. Абы къиӀуатэр хьэкумым ущызыхъумэ хъыбарым къыкIэлъыкIуэу зэрыщытым щхьэкIэ, щагъэIун хуейр иужь махуэхэрщ; абы къыхэкМэ, ар зыхуэгъэзар Римскэ-католическэ члисэм и закъуэкъым, сыту жыпIэмэ, а Члисэр лIэщIыгъуэ зыбжанэ хъуауэ дэхуэхауэ къокIуэкIри. Къищынэмыщ!ауэ, КъызэIузых Тхылъым и 18-нэ псалъащхьэм Тхьэм и лъэпкъыр Вавилоным къыхэк!ыну къыхуреджэр. Мыбдежым зэрыжиIэмкIэ, Тхьэм и бын куэд иджыри Вавилоным хэтщ. Хьиса Мэсихь и гъуэгу ирийуэхэм я нэхъыбэр сыт хуэдэ дин зэгухьэхэра зыщыщыр? Шэч лъэпкъ хэлъкъым протестантскэ члисэхэрауэ зэрыщытым. Реформацэр щыщ!идзэм а члисэхэр Тхьэмрэ пэжыгъэмрэ я лъэныкъуэмкЬ уващ, Тхьэм и нэф!щыхуэныгъэр яЬ зэпыту къек!уэк!ащ. Инджылым и хабзэхэр къызэращтам ф!ы къызэрырик!уар, уеблэмэ, Тхьэр зи фЬщ мыхъухэми ялъагъурт. Израилым и бегъымбарым жеЬр: «Лъэпкъхэм яхэ!уащ уи щытхъур, уи дахагъэм къыхэк!ыу, сыту жыпЬмэ нэгъэсауэ, егъэлеяуэ утхьэIухудт, Сэ пщыст!эгъа щыгъын зыкъизыхыр пщыгъти, — жеЬр Зиусхьэн Тхьэм». Ауэ ахэр дэхуэхащ, Израилыр нэлатымрэ к!уэдыжыныгъэмрэ хуэзышауэ щыта гуэныхь дыдэхэм дахьэхри, — Тхьэм щымышынэхэр ныбжьэгъу къащ!ын папщЬ, абыхэм я хабзэхэр щапхъэ зыхуащ^щ. «Ауэ уэ уи дахагъэм ущыгугъри, уи щытхъур къэбгъэсэбэпурэ, зинэ пщЬуэ уежьэжащ» (Иез. 16:14,15). GCKar 353.4

«Дунейм и пащтыхьхэм» хабзэм къемызэгъыу ягухьэурэ, Римым и лъэужьыр яху протестантскэ члисэ куэдым, къэрал члисэхэм светскэ властым зыдрагъэк!у апхуэдэу, адрей динхэри дунейр нэфМэ зэрызрагъэплъыным хущ^къу. Аращи, «Вавилон» псалъэр, «зэрызехьэ» къызэрык!ыр, икъукIэ къозэгъ а члисэхэм ехьэл!ауэ жыпIэныр. А псоми я гъэсэныгъэхэм Библиер лъабжьэ хуащЫуэ жаЬ щхьэкIэ, сектэ куэдхэу зэщхьэщок! зэпэщIэувэ догмэхэмрэ теориехэмрэ яIэу. GCKar 354.1

Къемызэгъыу дунейм зэрыгухьам къинэмыщ!, Римым къыхэкк члисэхэм, абы и щIэину и нэгъуэщ! щэнхэри яхэлъщ. GCKar 354.2

Зы католик тхак!уэ гуэрым мыпхуэдэ гупсысэхэр иЬщ: «Римскэ члисэм, цIыху щихъхэм щхьэщэ хуищlyрэ, тхьэнэпцI зэрищIымкIэ гуэныхь ищЬмэ, абы ипхъу, Англиканскэ члисэри къуаншэщ ардыдэр зэрищIэмкIэ, сыту жып!эмэ, Дева Мария ейуэ члисипщI иЬщ, абы щыгъуэм Мэсихь ейуэ зы закъуэ фЬк! имыIэу”. GCKar 354.3

Доктор Хопкинс «Илъэс 1000-кЬ пащтыхьыгъуэ» жыхуиIэ и трактатым щыжеЬ: «МэсихьнэпцIым и гупсэмрэ абы и !уэхухэмрэ зыдэплъагъур римскэ члисэм и закъуэу жып!эну зы лъабжьэ щыӀэкъым. МэсихьнэпцӀым ехъулӀэныгъэ щиӀэщ щыпкъагъэмрэ къабзагъэмрэ пэжыжьэ протестантскэ члисэхэми”. GCKar 354.4

Пресвитериан члисэхэр Римым къыгуэкӀыным теухуауэ доктор Гутри етхыр: «Илъэс 300 и пэкӀэ ди члисэр Римым и куэбжэм къыдэкӀащ и ныпым Библиер зэӀухауэ тету, “Тхыгъэ ЛъапӀэр вджы” — жиӀэу, къыхуеджэныгъэм щӀэту”. КъыкӀэлъыкӀуэу, мыхьэнэ куэд къызэрыкӀ зы упщӀэ ет: «Къабзэу къыхэкӀауэ пӀэрэ ди члисэр Вавилоным?» GCKar 355.1

«Англиканскэ члисэр, — жеӀэр Сперджен, — зэрыщыту цӀыхум къагупсыса хабзэхэм зэщӀишауэ къыпщохъу, абы къыхэкӀахэр я щхьэкӀэ фӀэщмыхъуныгъэ философием и телъхьэу. КуэдкӀэ дызыщыгугъахэр, зым и лъэужьыр адрейм ихуу, фӀэщхъуныгъэм и лъабжьэм къытекӀащ. Сэ аргуэру, аргуэру нэхъ быдэу си фӀэщ мэхъу Англиер зэрыщыту нэлат зытелъ фӀэщмыхъуныгъэм зэрызэлъищӀысар, уеблэмэ, ар кафедрэм къыдокӀри, чристэныцӀэр зыфӀищыну укӀытэркъым”. GCKar 355.2

Дапхуэдэу зэрыщӀидзар а дэхуэхыныгъэ иным? Япэрей Члисэр Инджылым и гъэсэныгъэ къызэрыгуэкӀым дауэ къызэрытекӀар? Жэуапыр зыщ: мажусийхэм чристэн диныр къащтэныр тынш щащӀын папщӀэ, Члисэм мажусийхэм я хабзэхэр къигъэсэбэпын щӀидзащ. Тхьэм и лӀыкӀуэ Павел и зэманым итхащ: «Хабзэншагъэм и щэхум и лэжьыгъэм щӀидзакӀэщ» (2 Фес. 2:7). Тхьэм и лӀыкӀуэхэр дунейм тетыхукӀэ, Члисэм и къабзагъэр зэрихъумэжыным иужь итащ. Ауэ «ӀӀ лӀэщӀыгъуэм и кӀэхэм члисэхэм я нэхъыбэм захъуэжащ: япэрей къабзагъэр щыӀэжтэкъым, Тхьэм хуэпэж и еджакӀуэхэр дунейм ехыжурэ, щӀэблэщӀэмрэ фӀэщхъуныгъэ зыгъуэтагъащӀэхэмрэ абыхэм я пӀэм иувэрт, гу лъумытэурэ... абыхэм псори езыхэм зэрыхуейуэ ящӀын щӀадзащ”. ФӀэщхъуныгъэ зыгъуэта цӀыхущӀэхэр яфӀэмыкӀуэдын щхьэкӀэ, чристэн хабзэ лъагэхэр ягъэлъахъшэрт, арати, абы кърикӀуэу «мажусий диныр Члисэм къыхэукъубеящ, езым и хабзэбзыпхъэхэмрэ и тхьэнэпцӀхэмрэ къыздихьри». Светскэ властыр фӀыуэ къыхущыту, къыдэӀэпыкъуу чристэн диным къыщехъулӀэм, чристэн диныр цӀыху куэдым фэкӀэ къащтащ, я теплъэ къудейкӀэ чристэн хъуауэ, ипэжыпӀэкӀэ ахэр «мажусий дыдэу къэнэжащ, щэхуу я тхьэнапэхэм щхьэщэ хуащӀхэу». GCKar 355.3

Ардыдэракъэ къыщыхъуар къанэ щымыӀэу протестантскэу зызыбжыж члисэ дэтхэнэми? Реформэ пэжым и жьым зэригъакӀуэу, абыхэм я лъабжьэр зыгъэтӀылъахэр дунейм щехыжым, я Ӏуэхухэр къаӀэпызыхахэм «псори езыхэм ягу зэрырихьым хуэдэу яхъуэжырт”. НэуфӀыцӀщхьэрыуэу я адэжьхэм я фӀэщхъуныгъэм тетурэ, ящӀэхэм къинэмыщӀ, нэгъуэщӀ сыт хуэдэ пэжыгъи къащтэн ямыдэу, ахэр — реформаторхэм я щӀэблэр — я адэжьхэм ещхьтэкъым щэныфӀагъэкӀэ, щхьэемыблэжынагъкӀэ, дунейм зыдемыгъэхьэхынымкӀэ. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ «япэрей къызэрыгуэкӀыныгъэр кӀуэдащ». Къыхэукъубея светскэ толъкъуным «езым и хабзэ-бзыпхъэхэмрэ и тхьэнэпцӀхэмрэ» Члисэм къыхихьащ. GCKar 355.4

Ди жагъуэ зэрыхъущи, Мэсихь и гъуэгурыкӀуэхэм дунейм хуаӀэ ныбжьэгъугъэр, «Тхьэм и жагъуэгъуу» щытыр, нэхъри нэхъ быдэ мэхъу! Дунейм дэнэкӀи псоми яцӀыху члисэхэр Библием къигъэув щэныфӀагъэм, щхьэемыблэжыныгъэм, къызэрыгуэкӀыныгъэм, Тхьэр лъытэныгъэм сыту хуабжьу къыщхьэщыкӀрэ! Джон Уэсли ахъшэр тэмэму къэгъэсэбэпыным теухуауэ мыпхуэдэу жеӀэ: «Зы кӀэпӀейкӀэ фымыгъэкӀуэд фи нэ къыфӀэнэхэр зэвгъэгъуэтын щхьэкӀэ: щыгъын лъапӀэ щхьэкӀэ е зэрызрагъэщӀэращӀэ лейхэм щхьэкӀэ. Мылъку тевмыгъэкӀуадэ мыхьэнэ имыӀэу фи унэхэр вгъэщӀэрэщӀэным, унэлъащӀэ къулейхэм, сурэт лъапӀэхэм, дыщэхэкӀхэм, нэгъуэщӀ-къинэмыщӀхэм папщӀэ. Фи пагагъэр зыкӀи фымыгъэнщӀ, цӀыхухэр зыщывгъэтхъуным е фагъэщӀэгъуэным яужь фимыт... Уи щхьэ закъуэ уегугъужу ущытыху, цӀыхухэми Ӏей къыпхужаӀэнукъым. Щыгъын п л ъыжьр э п лъыжь - фӀыцӀ аф эхэмкӀэ зыкъипхыурэ, уефэ-уешхэурэ зыбгъэфӀыху, дауикӀ, пцӀы хэмылъу куэдыр къыпщытхъунущ, зэрыбгъэхьэщӀэмкӀэ, узэрымыбыдэмкӀэ. Ауэ абыхэм я арэзыныгъэр апхуэдэ уасэ лъапӀэкӀэ къомыщэху. Зиусхьэным и арэзыныгъэм зрибгъэкъумэ нэхъыфӀщ”. Ауэ ди зэманым щыӀэ члисэхэм а ущиер къафӀэӀуэхуркъым. GCKar 356.1

Дин гуэр зымыӀыгъ куэд мы дунейм теткъым. Ӏэтащхьэхэр, политикхэр, унафэщӀхэр, щӀэныгъэлӀхэр, коммерсантхэр Члисэм къыхохьэр цӀыхубэм пщӀэ къыхуащӀу, дзыхь кърагъэзу щытын щхьэкӀэ, мылъкукӀэ зыхуей хуэзэу псэун папщӀэ. Чристэн хъуауэ загъэӀуурэ, абыхэм апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ щӀыхь зыпымылъ я мурадхэр щӀахъумэну яужь итщ. Дин зэгухьэныгъэ зэмылӀэужьыгъуэхэр лъэщ зыщӀыр къулейуэ, лъэкӀыныгъэ зиӀэу абы хэт апхуэдэ цӀыхухэрщ. ЦӀыху куэд щызэблэкӀ уэрамхэм хэплъыхьауэ гъэщӀэрэщӀа члисэ дэгъуэхэр щаухуэ; къулейуэ, зэманым зыдэзыщӀу хуэпауэ абы екӀуалӀэхэри екӀужу. ЦӀыху зэхуэсахэр къыдихьэхыу, тригъэууэ зэчий зыбгъэдэлъ дин-лэжьакӀуэм улахуэ ин ират. Абы гуэныхьыр къыщӀигъэщыну пэплъэркъым, атӀэ уи гур зыгъэсабыр макъамэ щабэм хуэдэу абы и уазыр дэтхэнэ зыми и тхьэкӀумэм иӀуэн хуейщ. Зи гуэныхьхэр псоми ящӀэ цӀыхухэр апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ члисэм щыщхэм хатхэри, Тхьэр зылъытэм хуэдэ зэрыхъуамкӀэ я гуэныхьхэр щӀэхъума мэхъу. GCKar 356.2

Иджырей чристэнхэр дунейм зэрыхущытым теухуауэ пщӀэ зыхуащӀ зы светскэ журналым мыпхуэду щытхащ: «Гу лъумытэурэ, Члисэр зэманым и жьым зэригъакӀуэ хъуащ, и лэжьыгъэри иджырей зэманым игу ирихьхэм декӀуу ищӀащ. Нобэ Члисэм сыт хуэдэ Ӏэмалри къегъэсэбэп диныр нэхъ удэзыхьэх ищӀын папщӀэ». Нью-йорк къыщыдэкӀ «Индепендент» журналыр мис мыпхуэдэу методизмым топсэлъыхь: «Тхьэм фӀэлӀыкӀ цӀыхухэмрэ Тхьэр зи фӀэщ мыхъухэмрэ зэхэзыгъэщхьэхукӀ щӀагъуэ щымыӀэжу, ахэр пхузэхэмыгъэкӀ мэхъу. ЛъэныкъуитӀри я езыфыгъулӀэ цӀыхухэм, ахэм я щытыкӀэмкӀэ, я зэш зэрытрагъэу хабзэхэмкӀэ зэрызэщхьэщыкӀ псори ягъэкӀуэдыным ялъэкӀ къамыгъанэу хущӀокъу. Диныр нэхъри нэхъ цӀэрыӀуэ ящӀ, абы фейдэ къыхэзыхыну хуей цӀыхухэм, абы щыгъуэм и чристэн къалэныр игъэзэщӀэн хуэмейуэ». GCKar 357.1

Ховард Кросби мыпхуэдэу жеӀэр: «Дэ хуабжьу дегъэгузавэ Мэсихь и члисэм Тхьэм и мурадхэр зы мащӀэкӀэ фӀэкӀ зэримыгъэпэжым. Ижь зэманым иудейхэм мажусий лъэпкъхэм быдэу зыпащӀэурэ, Тхьэмрэ Абы и пэжыгъэмрэ къафӀэмыӀуэхуж зэрыхъуу щытам хуэдэу, ... Мэсихь и иджырей Члисэм дуней нэмысыншэр зэригъэныбжьэгъуным хущӀэкъуурэ, Тхьэр бгъэлъапӀэу упсэун папщӀэ, Тхьэм къыдита хабзэхэр егъэпцӀ, Тхьэр ялъытэу куэдрэ фэ зытезыгъауэу, тхьэншэу псэу гупхэм я хабзэ узыгъэкӀуэдынухэр зыхелъхьэ, Тхьэм и унафэхэм хуэхамэ щапхъэхэр, щыхьэтхэр, зи купщӀэкӀэ Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэмкӀэ уефӀэкӀуэным къемызэгъхэр къегъэсэбэп». GCKar 357.2

Мы дунейр зэштегъэуныгъэм уэру здыхэтым, фӀыгъуэ зыпылъхэу Мэсихь папщӀэ щхьэемыблэжыныгъэр, щхьэузыхь зыщӀыныр кӀуэдыпа хуэдэщ. «Языныкъуэ цӀыхухэр, Члисэм и гъащӀэм жыджэру хэтхэр, я сабиигъуэм хьэлэлу щытыну, Мэсихь папщӀэ тыгъэхэр ятыфу ягъасэу щытащ. Иджы, ахъшэ дыщыхуэныкъуэм, ахъшэ ятыну зыри къыхуебджэ хъунукъым. Хьэуэ, хъунукъым! Бэзэрышхуэхэр зэхашэ, вернисажхэр къызэӀуах, уи зэш тезыгъэу суд Ӏуэхухэр утыку къралъхьэ, театр къыщагъэлъагъуэ гуфӀэгъуэшхуэ ефэ-ешхэхэр ирагъэкӀуэкӀ — сытми, цӀыхубэм я зэш трагъэумэ аращ”. GCKar 357.3

Висконсин и губернатор Уошборн илъэс къэс тридзэ хабзэ и тхыгъэм 1873 гъэм январым и 9-м щыжиӀащ : «Унафэ гуэр къыдэгъэкӀын хуейщ, куэзыр джэгухэр къыщӀэзыгъэкӀ еджапӀэхэр зэхуэтщӀын папщӀэ. А Ӏеягъэм дэнэкӀи зыщиубгъуащ. Уеблэмэ, члисэм иныкъуэм деж шейтӀаным и лэжьыгъэр егъэзащӀэр, дауикӀ, емыгупсысурэ. ПсапащӀэ концертхэр, лотереяхэр, иныкъуэхэм деж мурадыфӀ яӀэу ирагъэкӀуэкӀхэр (и нэхъыбэм я мурадхэр фӀым хуэхамэми) аукционхэр, саугъэтхэр, нэгъуэщӀхэри — ахэр тыншу ахъшэ къызэрыпхэхъуэ Ӏэмалщ. Ауэ, ди щӀалэгъуалэр апхуэдэу зыгъэкӀуэдын нэгъуэщӀ зыри щыӀэкъым, лэжьыгъэншэу ахъшэ зэбгъэгъуэтыным фӀэкӀа. Апхуэдэ псапащӀэ сатухэм хэт пщӀэ зыхуащӀ цӀыхухэм, я напэр ятхьэщӀыжыну яужь итщ, къаӀэрыхьа ахъшэхэр мурадыфӀкӀэ зэрагъэкӀуэдыну гугъэмкӀэ. Абы иужькӀэ бгъэщӀагъуэ хъуну а узыщӀэзышэ джэгухэр щекӀуэкӀкӀэ, хьэлыншэу къызэрыкӀхэурэ, абы къыхахауэ щӀалэгъуалэм яхэлъ хьэл мыхъумыщӀэхэр?” GCKar 357.4

Къанэ щымыӀэу чристэн члисэ псоми дунейм зыдрагъэкӀу. Роберт Аткинс Лондон щыжиӀа уазым къыщигъэлъэгъуащ Англием щытепщэ Ӏиманыншэ гупсэр, дэхуэхыныгъэ шынагъуэр: «ЦӀыху щыпкъэ пэжхэр дунейм токӀуэдыкӀыж, ар зыми и гум щӀыхьэркъым. Чристэн дин зыӀыгъхэр, сыт хуэдэ члисэ щыщхэри, ди зэманым дуней гъащӀэм итхьэкъуащ: дунейм зыдрагъэкӀу, дуней фӀыгъуэхэр фӀыуэ ялъагъу, пщӀэ зрагъэгъуэтынырщ зэгугъур. Хьиса и гъусэу гугъу ехьыну я къалэн щхьэкӀэ, ауэ зы мащӀэ тӀэкӀукӀэ щыбгъэкъуаншэкӀэ зэуэ зыпыӀуадз ...Члисэ къэс я бжэм тетхащ: “Тхьэм къыбгъэдэкӀащ, Тхьэм къыбгъэдэкӀащ”. Абыхэм ар зыхащӀыкӀатэмэ, итӀанэ угугъэ хъунут, арщхьэкӀэ, дэнэт ар! Абыхэм ину жаӀэ: “Дэ дыкъулейщ, ди ӀуэхуфӀхэр мэбагъуэ, дызыхуэныкъуэ щыӀэкъым”». GCKar 358.1

Вавилоным и гуэныхьышхуэр «зинэ щӀэным и шагъыр гуащӀэм лъэпкъ псори зэрыригъэфарщ». Дунейм хуиший, чэф узыщӀ а фалъэм къигъэлъагъуэр гъэсэныгъэпцӀхэу Вавилоным зыхилъхьахэрщ, хабзэм къемызэгъыу, мы дунейм и щэджащэхэм яхуиӀэ пыщӀэныгъэм къыпкърыкӀыу. Дунейр гъэныбжьэгъуным фӀэщхъуныгъэр егъэкӀуэд, езым я лъэныкъуэкӀи а цӀыхухэм Тхьэм и Псалъэм гурыӀуэгъуэу жиӀэхэм пэщӀэувэ я гъэсэныгъэхэмкӀэ езым я зэкӀуэкӀыныгъэм ижь дунейм щӀрагъэху. GCKar 358.2

Римым Библиер цӀыхубэм щигъэпщкӀуу щытащ, абы и пӀэкӀэ езым и доктринэхэр залымыгъэкӀэ якӀэрищӀэу. Реформацэм и фӀыгъэкӀэ Тхьэм и Псалъэр цӀыхум къыӀэрыхьэжащ, ауэ, иджы щыӀэ члисэхэм цӀыхухэр зымыгъасэ я фӀэщхъуныгъэр Тхыгъэ ЛъапӀэм и пӀэкӀэ Члисэмрэ цӀыхухэмрэ къагупсыса хабзэхэм тращӀыхьыну? Чарльз Бичер протестантскэ члисэхэм теухуауэ гу лъитащ: «Я диным и гъэсэныгъэхэр зыгуэркӀэ зыгъэкъуаншэ дэтхэнэ зы псалъэ пхъашэми ахэр къегъэгубжь. Абы теухуауэ абыхэм я жагъуэ щӀыгъуафӀэщ, я адэжь щихъхэми хуэдэу — щихъхэмрэ хьэзабыр ирагъэшэчу яукӀахэмрэ щхьэщэ хуащӀыну, апхуэдизу егугъуу абыхэм кърагъэжьа хабзэм кӀуэ пэтми зэрызрагъэубгъур зымыдэхэм я щхьэфэцым зимыӀэту емыдэӀуэфу щытахэм хуэдэу... Протестантскэ инджыл деноминацэхэм ехъулӀэныгъэ яӀэу зыр адрейми, езыхэми я Ӏэхэр япхыжащи, иджы абыхэм я деж зы цӀыхуи уазтакӀуэ щыхъуфынукъым, Библием нэмыщӀ нэгъуэщӀ тхылъ гуэр къищтэну хуэмеймэ... Аращи, щӀэдгъатхъэркъым, абыхэм я доктринэхэм я лъапӀагъыр яӀэтурэ, Библиер ямыдэу кърагъажьэ жытӀэмэ, и зэманым Римым зэрищӀам хуэдэу, абыхэм ар нэхъ мынаӀуэу, щӀэхъумауэ ящӀэу щытми». GCKar 358.3

ЕгъэджакӀуэ пэжхэм Тхьэм и Псалъэр гурыӀуэгъуэ щащӀкӀэ, Тхыгъэ ЛъапӀэр къагурыӀуэу зызыбжыж щӀэныгъэлӀхэмрэ къулыкъущӀэхэмрэ асыхьэтым къосри, гъэсэныгъэ пэжыр пцӀыуэ ягъэӀу, апхуэдэурэ пэжыгъэ лъыхъуэхэр ягъэщхьэрыуэ. Дунейр гугъапӀэншэу Вавилоным и шагъырым чэф ищӀауэ щымытамэ, куэдым Тхьэм деж ягъэзэжынурэ, Тхьэм и Псалъэм и пэжыгъэ гурыӀуэгъуэ пыухыкӀахэр къащтэнут. Ауэ диным и гъэсэныгъэр апхуэдизу зэхэзэрыхьауэ, мыгурыӀуэгъуэу щытщи, цӀыхухэм я фӀэщ ящӀынур ямыщӀэжу мэхъу. Фэщхъуныгъэ зимыӀэ цӀыхухэм я гуэныхьыр члисэ бжэщхьэӀум деж щылъщ. GCKar 359.1

КъызэӀузых Тхылъым и 14-нэ псалъащхьэм ит етӀуанэ мелыӀыч хъыбарыр япэ дыдэ щагъэӀуар 1844 гъэм и гъэмахуэрщ, абы щыгъуэм ар нэхъыбэу зыхуэгъэзауэ щытар Штат Зэгуэтхэм я члисэхэрщ, Ӏиманыншэ хъуауэ щытахэрщ, икӀи а къэзыхъумэну хъыбарыр къанэ щымыӀэу дэнэкӀи зымыдахэрщ. Ауэ, етӀуанэ мелыӀычым и хъыбарыр 1844 гъэм щиухкъым. Абы щыгъуэм адвентистскэ хъыбарым и нэхур зэрамыдам къыхэкӀыу члисэхэм щэнхабзэкӀэ дэхуэхыныгъэ ягъэунэхуащ; ауэ я дэхуэхыныгъэр абдеж щиухакъым. Я зэманым ехьэлӀа пэжыгъэ хэхахэр ямыдэурэ здекӀуэкӀым, ахэр нэхъри нэхъ лъахъшэжу ехуэхырт. Ауэ иджы дыди жыпӀэ хъунукъым: «Дэхуэхащ, дэхуэхащ Вавилон... сыту жыпӀэмэ и зинэ щӀэным и шагъыр гуащӀэм лъэпкъ псори иригъэфащ”. Абы ар иджыри ищӀакъым. Дунейм зегъэкӀун гупсэмрэ иджырей зэманыр зыгъэунэху пэжыгъэр къыфӀэмыӀуэхуу щытын гупсэмрэ япэми хуэдэу щопсэу икӀи нэхъ быдэ щохъу чристэн къэрал псоми щыӀэ протестантскэ члисэхэм, ахэр ткӀийуэ, шынагъуэу егъэкъуаншэ етӀуанэ мелыӀычым. Ауэ дэхуэхыныгъэр иджыри и гуащӀэгъуэ дыдэм нэсакъым. GCKar 359.2

Библием жеӀэр, Зиусхьэныр ЕтӀуанэу къэкӀуэным и пэ къихуэу шейтӀаныр зэрымыувыӀэнур «лъэкӀыныгъэу иӀэ псори къигъэсэбэпу, нэщэнэ нэпцӀхэри Ӏуэху телъыджэ нэпцӀхэри къигъэсэбэпу, кӀуэдыпӀэм и гъуэгу тет цӀыхухэр сыт хуэдэ бзаджагъэкӀи къигъапцӀэу, къелын папщӀэ щыпкъагъэр фӀыуэ зэрамылъэгъуам щхьэкӀэ” (2 Фес. 2:9-11). ИщхьэкӀэ жытӀа псор гъэзэщӀа мыхъуху, чристэн члисэхэр зэрыщыту дунейм гуэмыхьауэ, Вавилоныр и кӀэм нэсу дэхуэхынукъым. Члисэхэр хуэм-хуэмурэ зокӀуэкӀ, КъызэӀузых Тхылъым и 14-нэ псалъащхьэм ит еянэ пычыгъуэм къэхъуну къыжиӀар зэрыщыту гъэзэщӀа щыхъунур — къэкӀуэну зэманым и Ӏуэхущ. GCKar 359.3

Вавилон хъуж члисэхэр Ӏиманыншагъэ кӀыфӀыгъэм хэтми, Тхьэм пэжыжьэми, гурэ-псэкӀэ Мэсихь и гъуэгу ирикӀуэ куэд абыхэм иджыри яхэтщ. Куэдым иджыри зэхахакъым ди зэманым ехьэлӀа пэжыгъэхэр. Куэдыр я щытыкӀэм арэзы техъуэркъым, нэху нэхъыбэ хуолӀэ. Зыхэт члисэхэм Мэсихь и образыр алейуэ къыщалъыхъуэ абыхэм. А члисэхэр нэхъыбэу, нэхъыбэжу пэжыгъэм къыбгъэдэкӀыурэ, нэхъ быдэу дунейм зыпащӀэурэ, нэхъ нэрылъагъу хъунущ члисэм щыщхэр зэрызэщхьэщыкӀыр, икӀэм-икӀэжым, ахэр зэхэкӀынущ. КъэкӀуэнущ зэман, Зиусхьэныр псом нэхърэ нэхъыфӀу зылъагъу цӀыхухэр «Тхьэр фӀыуэ ялъагъуным нэхърэ, загъэтхъэжыныр нэхъ къащтэу, Тхьэм фӀэлӀыкӀ хуэдэу зыкъагъэлъагъуэу, ауэ апхуэдэу ящӀэну къару ямыӀэжу” (2 Тим. 3:4, 5) щыт цӀыхухэм я гъусэу къэнэну щыхуэмеин. GCKar 360.1

КъызэӀузых Тхылъым и 18-нэ псалъащхьэм къегъэлъагъуэр зыхъумэну хъыбару щэнейрэ къыхурагъэхьар имыдэу (еплъ Откр. 14:6-12), Члисэр етӀуанэ мелыӀычым жыхуиӀа щытыкӀэм щиувэну зэманыр, мис абы щыгъуэм Тхьэм и цӀыхуу Вавилоным хэт псоми ар ябгынэну къраджэнущ. Дунейм къыхурагъэхьа иужь хъыбару щытынущ ар икӀи абы и къалэныр игъэзэщӀэнущ. А зэманым «пэжыгъэр я фӀэщ мыхъуу, ауэ пцӀыр фӀыуэ ялъагъуу» (2 Фес. 2:12) псэуахэр пцӀымрэ щыуагъэмрэ къатенэнущ, абы щыгъуэм пэжыгъэр къэзыщтэну хуейхэм пэжыгъэм и нэхур я гум ипсэнурэ, Зиусхьэным и быну Вавилоным хэт псоми Тхьэм и макъыр зэхахынущ: «Си цӀыхухэр фыкъыхэкӀ абы!» (Откр. 18:4). GCKar 360.2