Loading...

Loading

Loading
(You are in the browser Reader mode)

23 ӀЫХЬЭ—ПСЭУПӀЭ ЛЪАПӀЭР СЫТ ЗИЩӀЫСЫР?

Адвентистскэ фӀэщхъуныгъэм и лъабжьэри и щӀэгъэкъуэнри Тхыгъэ ЛъапӀэм ит мы псалъэхэрщ: «Пщыхьэщхьэрэ пщэдджыжьу минитӀрэ щищрэ дэкӀмэ, итӀанэ псэупӀэ лъапӀэр къабзэ хъужынущ» (Дан. 8:14). Зиусхьэныр щӀэх къызэрыкӀуэнур зи фӀэщ хъухэм а псалъэхэр фӀы дыдэу ящӀэрт. Я фӀэщхъуныгъэм и дамыгъэу цӀыху мин бжыгъэхэм а бегъымбарӀуатэр жаӀэрт. Я гугъэ нэхъыфӀхэу зыпэплъэхэр абы къиӀуатэ Ӏуэхугъуэм тегъэщӀауэ зэрыщытыр абыхэм къагурыӀуэрт. 1844 гъэм бжьыхьэм а бегъымбарӀуатэм жыхуиӀэ махуэхэр иухын зэрыхуейр гурыӀуэгъуэт. А зэманым щыӀа адвентистхэм, адрей чристэн псоми я гъусэу, я фӀэщ хъурт псэупӀэ лъапӀэ хъужыр щӀылъэрауэ, е щӀылъэм щыщ Ӏыхьэ гуэру. ПсэупӀэ лъапӀэр къабзэ хъужыным къикӀыр къемэтмахуэм щӀылъэр мафӀэкӀэ гъэкъэбза зэрыхъунурауэ я гугъэт абыхэм, икӀи ар къыщыхъун хуейуэ ялъытэр ЕтӀуанэу Хьиса къыщыкӀуэнурт. Абы къыхэкӀкӀэ, Мэсихь щӀылъэм къыщигъэзэжын хуейр 1844 гъэрт. GCKar 377.1

АрщхьэкӀэ, зэман траухуар блэкӀащ, Зиусхьэныр къэкӀуакъым. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм ящӀэрт Тхьэм и Псалъэр зэрыщымыуэр, аращи, абыхэм бегъымбарӀуатэр пцӀыуэ къагурыӀуауэ къыщӀокӀ, атӀэ дэнэ деж здыщыуар? Махуэ 2300-р 1844 гъэм иухакъым жаӀэри, куэдым гупсысэншэу ягъэӀуащ, мыгурыӀуэгъуэу щытыр зэрызэгурагъэӀуэным хуэпӀащӀэу. Ауэ абы щыхьэт къыпхутехьэнутэкъым, къэнэжар, щежьа зэманым Мэсихь къызэрымыкӀуар жыпӀэнырт. Абыхэм уи фӀэщ ящӀыну иужь итт, бегъымбар псалъэхэм къагъэлъагъуэ махуэхэр 1844 гъэм иухатэмэ, Мэсихь псэупӀэ лъапӀэр (щӀылъэр) мафӀэкӀэ игъэкъэбзэнут жаӀэу, аращи, Ар къыщӀэмыкӀуакӀэ, а махуэхэр иджыри иухакъым жаӀэрт. GCKar 377.2

Апхуэдэу уи гугъэныр — япэм бегъымбар лъэхъэнэхэр къызэрабжар мыпэжу жыпӀэнырт. ЗэрытщӀэщи, махуэ 2300-м щыщӀидзар Ерусалим дращӀеижын, яухуэжын хуейуэ Артаксеркс къыдигъэкӀа унафэм къару щигъуэтарщ, ар зыхуэзэр ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ 457 гъэм и бжьыхьэращ. А зэманым бжын къыщыщӀэбдзэмэ, Данил бегъымбарым и Тхылъым зи гугъу ищӀ Ӏуэхугъуэ псори (9:25-27) къабжа пӀалъэм дахэу йозэгъыр. Илъэс 2300-м къыпычауэ блыуэрэ 69-р, е япэрей илъэс 483-р Мэсихь Тепщэм и пэ къохуэ, ди лъэхъэнэм и 27 гъэм Абы псым зыщӀригъэгъауэу, Дух ЛъапӀэр къыщыхуехауэ щытар зэрыщыту, хэбдзын хэмылъу, гуроӀуэр апхуэдэу къэббжыным. Е-70-нэ блым и кум хуэзэу Мэсихь лӀэн хуейт. Псым зыщӀригъэгъэуа нэужь, илъэсищрэ ныкъуэрэ дэкӀри, 31 гъэм и гъатхэм Мэсихь жорым кӀэраӀулӀащ. Блыурэ 70-р е илъэс 490-р журтхэм щхьэхуэу хухахат. А лъэхъэнэр блэкӀа нэужь, журт лъэпкъым Мэсихь ямыдэпэ хъуащ, абы и гъуэгу ирикӀуэхэр ямыгъэпсэун щӀадзэри; арати, 34 гъэм Мэсихь и лӀыкӀуэхэм мажусийхэм зыхуагъэзащ. Илъэс 2300-м щыщу илъэс 490-р иуха нэужь, иджыри илъэс 1810 къонэжыр. 34 гъэм къыщыщӀэддзэу илъэс 1810 къыпыдбжэмэ, 1844 гъэм дынос. «Абы щыгъуэм, — мелыӀычым зэрыжиӀащи, — псэупӀэ лъапӀэр къабзэ хъужынущ». БегъымбарӀуатэм къигъэнахуэ лъэхъэнэм и Ӏыхьэхэу япэ итахэр игъуэ дыдэм зэщӀа хъуащ. GCKar 378.1

Ахэр къызэрабжар, псори гурыӀуэгъуэу икӀи зэпыщӀауэ къыпщохъу, 1844 гъэм чристэнхэр зэжьа Ӏуэхугъуэр, псэупӀэ лъапӀэр къабзэ хъужауэ плъытэ хъун хуэдэу, плъагъуу зыри къэхъуакъым жумыӀэ къудеймэ. БегъымбарӀуатэхэм къагъэлъагъуэ махуэхэр 1844 гъэм пэжу зэриухар умыдэмэ, пхузэхэмыхыжыну и кӀэм нэсу псори зыхэбгъэзэрыхьу мэхъу, щыхьэт пэжхэр бгъэпцӀу икӀи бегъымбарӀуатэхэр щыуагъэ хэмылъу зэщӀа зэрыхъуар умыдэжу. GCKar 378.2

АрщхьэкӀэ, Тхьэм и лъэпкъыр и унафэм щӀигъэтт, адвентистскэ зэщӀэхъееныгъэ иныр зэригъакӀуэу. Тхьэм и къарумрэ и щӀыхьымрэ а лэжьыгъэр пхагъэкӀырт, яшэщӀырт, икӀи Тхьэм апхуэдэ къигъэхъунутэкъым, кӀыфӀыгъэм ахэр зыщӀишэу, адвентистскэ пэжыгъэм напэтех дамыгъэ традзэну, пцӀыщ, фанатизмэм къыхэкӀащ, жаӀэу. Тхьэм апхуэдэ къигъэхъунутэкъым, и псалъэхэр мыгурыӀуэгъуэу, зэхэмыщӀыкӀыгъуэу къэнэну. Куэдыр бегъымбар лъэхъэнэхэр япэм зэрабжам къытекӀами, ар зи лъабжьэ адвентистскэ зэщӀэхъееныгъэр пэжым темыту жаӀэжами, адрейхэр, абыхэм хуэмыдэу, я фӀэщхъуныгъэм, ягъэунэхуахэм, щӀыхь зиӀэхэу Тхыгъэ ЛъапӀэмрэ Дух ЛъапӀэмрэ щыхьэт техъуэу ягъэзахуэхэм къатекӀакъым. Абыхэм быдэу ящӀэрт, бегъымбарӀуатэхэр щагъэнахуэм, губзыгъагъэ гупсысэкӀэм зэрытетар, иджы я къалэну ялъытэрт зэхащӀыкӀа пэжыгъэхэм емыпцӀыжыныр, Тхыгъэ ЛъапӀэр щаджкӀэ къыхахауэ щыт лъэныкъуэм тетыныр. Тхьэ елъэӀуурэ абыхэм лъабжьэ яхуэхъуауэ щытахэм къарикӀуахэр аргуэру, аргуэру къапщытэжырт, Библием къытрагъэзэжурэ еджэрт, я щыуагъэр къагъуэтын щхьэкӀэ. Бегъымбар лъэхъэнэхэр къызэрабжам щыуагъэ зыри щыхамыгъуатэм, псэупӀэ лъапӀэм ехьэлӀа Ӏуэхугъуэхэм гулъытэ нэхъыбэ хуащӀын щӀадзащ абыхэм. GCKar 378.3

Ахэр щаджым, псэупӀэ лъапӀэр щӀылъэрауэ ягугъэу, псоми къызэдащтауэ яӀа еплъыкӀэм щыхьэт техъуэу Библием зыри щагъуэтакъым, армырауэ, псэупӀэ лъапӀэр икъукӀэ гурыӀуэгъуэ зыщӀ куэд къагъуэтащ — ар зэрыухуауэ щыта щӀыкӀэр, щаухуар зыхуэзэ щӀыпӀэмрэ, абы щекӀуэкӀыу щыта дин Ӏуэхухэмрэ убгъуауэ зэпкърызыххэр. Библиер зытхыжахэм я щыхьэтхэм а Ӏуэхур апхуэдизу пыухыкӀауэ и кӀэм нэсу гурыӀуэгъуэ ящӀырти, шэч къызытепхьэжын щыӀэжтэкъым. Тхьэм и лӀыкӀуэ Павел журтхэм яхуигъэхьа Тхыгъэм щыжеӀэ: «Апхуэдэуи, япэрей зэгурыӀуэныгъэм тету цӀыхухэм Тхьэр зэрагъэлъэпӀэн хуей щӀыкӀэм теухуа унафэхэр щыӀащ. ЦӀыхухэм я ӀэкӀэ ящӀауэ, Тхьэр щагъэлъэпӀэн псэупӀэ лъапӀэ щыӀащ: пэшитӀ зиӀэ шэтыр лъапӀэ. Япэ пэшу, “Пэш ЛъапӀэкӀэ” зэджэм и кӀуэцӀым уэздыгъи Тхьэм и пащхьэм щагъэтӀылъ хабзэ щӀакхъуэр зытелъа Ӏэни щӀэтащ. Ӏупхъуэм и щӀыбкӀэ щыӀэт “Я нэхъ ЛъапӀэ Пэш” жыхуаӀэр. А пэшым щӀэтащ мэ ӀэфӀ къызыпих cагъызхэр щагъэс къурмэнщӀыпӀэ, дыщэм къыхэщӀыкӀауэ, икӀи зэрыщыту дыщэ зытебза зэгурыӀуэныгъэм и дыщэ пхъуантэри. Мэнн зи цӀэ шхыныгъуэр зэрылъ дыщэ фалъэри, Хьэрун и баш къэтӀэпӀу гъэгъауэ щытыгъари, Тхьэм и унафэхэр зытет мывэ джеитӀри а дыщэ пхъуантэм дэлъащ. Пхъуантэм ищхьэмкӀэ къытетащ Тхьэм и щӀыхьыр къэзыгъэлъагъуэ херувим жыхуаӀэ мелыӀычхэр. Абыхэм я дамэхэмкӀэ яхъумэу щытащ Тхьэм цӀыхухэм я гуэныхьхэр къащыхуигъэгъу щӀыпӀэр — гущӀэгъум и тахътэр” (Евр. 9:1-5). GCKar 379.1

Павел зи гугъу ищӀ псэупӀэ лъапӀэр шэтыр лъапӀэращ, Тхьэм и унафэкӀэ Муса бегъымбарым иухуауэ щытарщ, щӀылъэм здэщыпсэун щӀыпӀэу Тхьэм иригъэухуарщ. «ПсэупӀэ лъапӀэ схуаухуэнурэ, абыхэм сахэту сыпсэунущ” (Исх. 25:8) — апхуэдэущ Тхьэр Муса бгыщхьэм тету къыщепсэлъам, къыхуищӀа унафэм зэрыщыжиӀэр. Израил лъэпкъыр губгъуэ нэщӀым щызекӀуам, зы щӀыпӀэм икӀыурэ нэгъуэщӀ щӀыпӀэм Ӏэпхъуэрт, абы щхьэкӀэ шэтыр лъапӀэр бгъэӀэпхъуэ хъууэ щӀат, ауэ абы емылъытауэ, ар икъукӀэ гъуэзэджэу ухуат. Абы и блыныр дыщэр Ӏуву зытебзарэ дыжьынкӀэ зи нэзхэр къэщӀыхьыжа пхъэбгъухэмкӀэ щӀат, Ӏупхъуэ зыщыплӀ унащхьэ папщӀэу къагъэсэбэпырт. И щӀыбкӀэ шэтыр лъапӀэм и тепхъуэр фэ Ӏуэтам къыхэщӀыкӀат, и кӀуэцӀкӀэ и тепхъуэр щэкӀ пӀащӀэм къыхэщӀыкӀат, херувимхэр тхыпхъэщӀыпхъэ гъуэзэджэу тету. ПщӀантӀэм къурмэнщӀыпӀэ дэтт, езы шэтырыр ӀыхьитӀу зэхэтт — Пэш ЛъапӀэмрэ, Я нэхъ ЛъапӀэ Пэшымрэ. Ахэр щэкӀ лъапӀэм къыхэщӀыкӀа Ӏупхъуэ дэгъуэкӀэ зэпыгъэщхьэхукӀауэ щытт; япэ Ӏыхьэм ущыщӀыхьэкӀи апхуэдэ Ӏупхъуэ фӀэдзат, щӀыхьэпӀэр зэхуищӀу. GCKar 379.2

Шэтырым и япэ Ӏыхьэм, Пэш ЛъапӀэ хъужым, ипщэ лъэныкъуэмкӀэ къудамибл зиӀэ уэздыгъэ щӀэтт, шэтыр кӀуэцӀыр жэщми махуэми къигъэнэхуу; ищхъэрэ лъэныкъуэм деж Ӏэнэ щытт, Тхьэм хущӀахьэ щӀакхъуэхэр зытралъхьэр, Пэш ЛъапӀэмрэ Я нэхъ ЛъапӀэ Пэшымрэ зэпызыгъэщхьэхукӀ Ӏупхъуэшхуэм и гупэ дыдэм деж мэ ӀэфӀ къызыпих сагъызхэр щагъэс къурмэнщӀыпӀэ, дыщэм къыхэщӀыкӀауэ къыщытт, махуэ къэс абы мэ ӀэфӀ къызыпих удз зэхэлъхьа щагъэскӀэ, абы и Ӏугъуэм и мэ гуакӀуэм и гъусэу Тхьэм деж дэкӀуейрт Израилым и лъэӀухэр. GCKar 380.1

Я нэхъ ЛъапӀэ Пэшым Тхьэм, Езымрэ и цӀыхухэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэр къэзыгъэлъагъуэ дыщэ пхъуантэ щӀэтт. Ар жыг лъапӀэм и пхъэм къыхэщӀыкӀарэ, зэрыщыту дыщэ тебзэжауэ щытт, Тхьэм и Хабзэ лъапӀэу и УнафипщӀыр зытритха мывэ джеитӀыр абы дэлъу яхъумэрт. Дыщэ пхъуантэм и щхьэм Ӏэзагъышхуэ хэлъу гъуэзэджэу тещӀыхьат гущӀэгъум и тахътэр, ар дыщэ пхъуантэм и щхьэтепӀэт. И кӀапитӀымкӀи ар къыкӀэщӀаӀыгъэу херувимитӀ щытт, ахэр зэрыщыту дыщэ къабзэм къыхэщӀыкӀат. Мыбдежым, херувимитӀым я зэхуакум, щӀыхьым и пшэм хэту, Тхьэм и щӀыхьыр щоджэн пашэм къыщыхузэӀукӀырт. GCKar 380.2

Журтхэр Ханаан щӀыналъэм итӀысхьа нэужь, шэтыр лъапӀэр Сэлмэн иухуа Тхьэм и унэмкӀэ зэрахъуэкӀащ. Ар мывэм къыхэщӀыкӀауэ икъукӀэ ухуэныгъэшхуэ гъуэзэджэт, атӀэми, япэрей шэтыр лъапӀэм и инагъари, и зэхэлъыкӀари ямыхъуэжауэ. Мис аращ шэтыр лъапӀэр, римлянхэм е-70-нэ гъэм щызэтракъутам ипэ, зищӀысу щытар, Данил бегъымбарым и зэманым зэтещэщауэ зэрыщылъауэ щытам и гугъу дымыщӀмэ, дауикӀ. GCKar 380.3

Абы и закъуэщ псэупӀэ лъапӀэу зэгуэрым щӀылъэм щыӀауэ Библием зи гугъу ищӀыр. Павели зэрыжиӀэщи, ар япэ зэгурыӀуэныгъэм и псэупӀэ лъапӀэт. ЗэгурыӀуэныгъэщӀэм псэупӀэ лъапӀэ имыӀэу щыт? GCKar 380.4

Пэжыгъэ лъыхъуэхэм Журтхэм хуагъэхьа Тхыгъэм аргуэру зыхуагъазэри, Тхьэм и лӀыкӀуэ Павел и псалъэхэм етӀуанэ псэупӀэ лъапӀэ, зэгурыӀуэныгъэщӀэм ейуэ зэрыщыӀэр зыгъэлъагъуэ къыщагъуэтащ: «Апхуэдэуи, япэрей зэгурыӀуэныгъэм тету, цӀыхухэм Тхьэр зэрагъэлъэпӀэн хуей щӀыкӀэм теухуа унафэхэр щыӀащ. ЦӀыхухэм я ӀэкӀэ ящӀауэ, Тхьэр щагъэлъэпӀэн псэупӀэ лъапӀэ щыӀащ”. «Апхуэдэуи» псалъэм къокӀыр, Павел нэхъапэм а псэупӀэ лъапӀэм и гугъу зэрищӀар. Ипэ къит псалъащхьэм и щӀэдзапӀэм къыщытрагъэзэжым, ахэр къеджащ: «ЖытӀэ псом я нэхъыщхьэр мыращ: Уафэхэм щыӀэу, тепщэныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и тахътэм ижьырабгъумкӀэ къыбгъэдэсу Щоджэн Пашэшхуэ диӀэщ. Тхьэр здэщыӀэ псэупӀэ лъапӀэу, шэтыр пэжым Щоджэн Пашэшхуэу дин Ӏуэху щелэжь Абы. А шэтырыр зыгъэувар цӀыхухэракъым, атӀэ Зиусхьэныращ» (Евр. 8:1, 2). GCKar 380.5

Мыбдежыр зытепсэлъыхьыр ЗэгурыӀуэныгъэщӀэм и псэупӀэ лъапӀэрщ. Япэрей зэгурыӀуэныгъэм и псэупӀэ лъапӀэр цӀыхум и ӀэкӀэ щӀат; ар Муса бегъымбарым иухуауэ щытащ, ЗэгурыӀуэныгъэщӀэм и псэупӀэ лъапӀэр зыухуар цӀыхухэракъым, атӀэ Тхьэращ. Япэрей псэупӀэ лъапӀэм дин Ӏуэхухэр щызылэжьар щӀылъэм щыпсэу щоджэнхэрт, мыдрейм дин Ӏуэху щызылэжьыр Мэсихьщ, ди Щоджэн Пашэрщ, Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ къыщыту. Зы псэупӀэ лъапӀэр щӀылъэм щыӀащ, адрейр — уафэм. GCKar 381.1

АдэкӀэ къыпытщэнщи, Муса бегъымбарым иухуа шэтыр лъапӀэр зэрищӀар Зиусхьэным къригъэлъэгъуа щапхъэм тетущ. Тхьэм Муса унафэ къыхуищӀащ: «Псори Сэ уэзгъэлъагъу щапхъэм тету, шэтыр лъапӀэм и щапхъэм, абы щӀэтыну хьэкъущыкъу псоми я щапхъэм тету апхуэдэу фщӀы». А унафэм къытригъэзэжащ: «Быдэу кӀэлъыплъ, бгым щозгъэлъэгъуа щапхъэм тету ахэр щӀы” (Исх. 25:9,25,40). Тхьэм и лӀыкӀуэ Павел жеӀэр япэрей шэтырыр «тыгъэхэмрэ къурмэнхэмрэ къыщахь нобэрей зэманым и образщ»; абы и Ӏыхьэхэр «уафэм ейм и образщ”; хабзэм ипкъ иткӀэ, тыгъэхэр къахьу щоджэнхэр зыхуэлэжьар «образырщ, уафэм ейм и ныбжьырщ» «Тхьэр здэщыӀэ псэупӀэ лъапӀэ пэжым и щапхъэм тету цӀыхухэм ящӀа псэупӀэ лъапӀэракъым Мэсихь зыщӀыхьар, атӀэ уафэу Тхьэр здэщыӀэ щӀыпӀэ дыдэрщ здыщӀыхьар, Тхьэм и пащхьэ дэр щхьэкӀэ иджы ихьэну» (Евр. 9:9,23; 8:5; 9:24). GCKar 381.2

Мэсихь дэ къытхуэлажьэу зыщӀэт уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэ ин дыдэр оригиналырщ, Муса бегъымбарым щӀылъэм щищӀа шэтыр лъапӀэр зытрищӀыкӀарщ. ЩӀылъэм псэупӀэ лъапӀэр щызыухуахэр езы Зиусхьэным игъэсащ. Ӏэзагъэшхуэ хэлъу а лэжьыгъэр ахэм зэрагъэзэщӀар щыхьэт тохъуэр Тхьэм Ӏущыгъэ къазэрыритам. Дыщэм къыхэщӀыкӀа блыуэ зэхэкӀ уэздыгъэм и нэхур псэупӀэ лъапӀэм и блыным здытридзэм, ар зэрыщыту дыщэ защӀэкӀэ щӀауэ къыпщигъэхъурт. Тхьэм и пащхьэм ягъэтӀылъа щӀакхъуэр зытелъ Ӏэнэмрэ, мэ ӀэфӀ къызыпих удзхэм я гъэсыпӀэ къурмэн-телъхьэпӀэмрэ дыщэ гъэжам хуэдэу лыдырт, и щхьэр зэхуэзыщӀ Ӏупхъуэ гъуэзэджэм, мелыӀыч сурэтхэр щхъуантӀэу, плъыжь-фӀыцӀафэу, плъыжьыбзэу зыхэдыкӀам, псэупӀэ лъапӀэм и дахагъэр нэгъэса ищӀырт. ЕтӀуанэ Ӏупхъуэм адэкӀэ Шекина лъапӀэр щыӀэт, абдежым Тхьэм и щӀыхьыр щыплъагъурт; абы щӀыхьауэ зыри псэууэ къэнэфынутэкъым, щоджэн пашэм фӀэкӀа нэгъуэщӀ зыри. GCKar 381.3

Зыхуэбгъэдэн щымыӀэу зэщӀэлыдэу щӀылъэм щыӀа псэупӀэ лъапӀэм и дэгъуагъэм цӀыхум и нэгу къыщӀигъэхьэрт уафэм щыӀэ Тхьэм и унэм и щӀыхьыр, Мэсихь ди Медату Тхьэм и тахътэм деж дэр папщӀэ къулыкъу здыщищӀэр. Пащтыхьхэм я Пащтыхьыжым и псэупӀэр мин Ӏэджэ хъухэр къыхуэлажьэу, Абы и пащхьэ куэд дыдэ къыздитыр (еплъ Дан. 7:10), мыкӀуэдыжын тахътэм и щӀыхьыр зыщыз Тхьэм и унэр, Абы и хъумакӀуэхэу серафимхэм, Абы фӀэлӀыкӀыу я нэкӀур щызэхуащӀыр — а псор ауэ зы тӀэкӀущ къызэрыхэщу щытар Ерусалим дэта Тхьэм и унэшхуэм — цӀыхум я ӀэкӀэ зэгуэрым яухуауэ щытахэм я нэхъ ухуэныгъэ гъуэзэджэм. АтӀэми, щӀылъэм щыӀа псэупӀэ лъапӀэмрэ абы щекӀуэкӀыу щыта дин Ӏуэхухэмрэ дэ мыхьэнэшхуэ зиӀэ пэжыгъэхэр къыдагъащӀэ уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм теухуауэ, цӀыхухэр къащэхужын папщӀэ абы щекӀуэкӀ лэжьыгъэшхуэм теухуауэ. GCKar 382.1

Уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм и Ӏыхьэхэр щӀылъэм щыӀа псэупӀэ лъапӀэм и ӀыхьитӀымкӀэ къэгъэлъэгъуауэ щытщ. Тхьэм и лӀыкӀуэ Яхья уафэм щыӀэ Тхьэм и унэшхуэр къыщыхуэлъэгъуам, «тахътэм и пащхьэм мафӀэм хуэдэу уэздыгъибл къыщыблэу” къилъэгъуат (Откр. 4:5). Абы апхуэдэуи мелыӀыч къилъэгъуат «къурмэнщӀыпӀэм деж щыту, дыщэм къыхэщӀыкӀа сагъыз гъэсылъэ иӀыгъыу; мэ ӀэфӀ къызыпих сагъыз куэд абы къратащ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я тхьэлъэӀухэм щӀыгъуу тахътэм и пащхьэм щыт дыщэм къыхэщӀыкӀа къурмэнщӀыпӀэм трилъхьэн щхьэкӀэ” (Откр. 8:3). Уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм и япэ пэшыр бегъымбарым къилъагъуну хуит ящӀащ, арати, «мафӀэм хуэдэу уэздыгъибл къаблэми”, «дыщэм къыхэщӀыкӀа къурмэнщӀыпӀэми” абы гу лъитащ; щӀылъэм щыӀа псэупӀэ лъапӀэми, апхуэдэ дыдэу, дыщэм къыхэщӀыкӀа уэздыгъи мэ ӀэфӀ къызыпих сагъызхэр щагъэс къурмэнщӀыпӀи щӀэтащ”. Аргуэрым, «Уафэм Тхьэм и унэшхуэр къызэӀукӀри” (Откр. 11:19), ар кӀуэцӀ Ӏупхъуэшхуэм адэкӀэ «Я нэхъ ЛъапӀэ Пэшым” щӀэплъэфащ. «ЗэгурыӀуэныгъэм и дыщэ пхъуантэр абы къыщылъэгъуащ», щӀылъэм щаухуа псэупӀэ лъапӀэм щӀэта дыщэ пхъуантэр Муса бегъымбарым зытрищӀыкӀауэ щытар, Тхьэм и Хабзэшхуэ УнафипщӀыр зытета мывэ джеитӀыр щахъумэу. GCKar 382.2

Апхуэдэу гулъытэшхуэ яӀэу, егугъуу а Ӏуэхур щаджым, уафэм псэупӀэ лъапӀэ зэрыщыӀэм щыхьэт пэж техъуэ, шэч къызытумыхьэфынухэр абыхэм къагъуэтащ. Муса бегъымбарым щӀылъэм щиухуа псэупӀэ лъапӀэр кърагъэлъэгъуа щапхъэм трищӀыкӀащ. Павели Журтхэм яхуригъэхьа и Тхыгъэм щыхьэт щытохъуэр щӀылъэм щыӀа псэупӀэ лъапӀэр уафэм щыӀам къызэрытращӀыкӀам, Яхья бегъымбарри щыхьэт тохъуэр уафэм ар зэрыщилъэгъуам. GCKar 383.1

Уафэм щыӀэ унэшхуэу Тхьэр здэщыпсэум щӀэт Абы и тахътэр хьэкум захуэмрэ щыпкъагъэмрэ я лъабжьэщ. Я нэхъ ЛъапӀэ Пэшым, пэжыгъэр къызэрапщ пщалъэшхуэу, цӀыху псори къызэрапщытэ — Тхьэм и Унафэр — щахъумэр. ЗэгурыӀуэныгъэм и дыщэ пхъуантэм, УнафипщӀыр зытет мывэ джейхэр зыдэлъым, щхьэтепӀэ къыщхьэщылъщ — гущӀэгъум и тахътэр — Мэсихь гуэныхьлыхэм папщӀэ лъаӀуэу зыбгъэдэтыр, Езым и лъым и хьэтыркӀэ. Апхуэдэу къэгъэлъэгъуащ, захуэу хьэкум щӀэнымрэ гущӀэгъумрэ я зэгурыӀуэныгъэр, цӀыхухэр къэщэхужын мурадым ехьэлӀар. Гъунапкъэ ЗимыӀэу Ӏущырщ апхуэдэ зэгурыӀуэныгъэ зыщӀыфынур, ар зыгъэзэщӀэфынури Гъунапкъэ ЗимыӀэу Къарурщ — а зэгурыӀуэныгъэм ягъэщӀагъуэу Уафэ псор щытхъукӀэ егъэнщӀ. ЩӀылъэм щыӀа псэупӀэ лъапӀэм, херувимхэм апхуэдизу фӀэлӀыкӀ яӀэу я нэкӀухэр гущӀэгъум и тахътэм хуэгъэзауэ зэрыщытам къагъэлъагъуэтэр, уафэм щыпсэу псори цӀыхухэр къызэрырагъэлым ягъэщӀагъуэу зэрыкӀэлъыплъырщ. Ар гущӀэгъум хэлъ щэхурщ, мелыӀычхэм зыгурагъэӀуэну зыхуейрщ — дауэ Тхьэр захуэу зэрыщытыфынур, зи гуэныхьым хущӀегъуэжа гуэныхьлыр Абы щигъэзэхуэжкӀэ, цӀыху дэхуэхахэм аргуэру защыпищӀэкӀэ; дапхуэдэу Мэсихь цӀыхухэр зыдэкӀуадэ щыхупӀэм къыдихыжыфу Езым и щыпкъагъэм и щыгъын мыуцӀэпӀар зэращитӀэгъэнур икӀи мелыӀыч дэмыхуэхахэм ахэр гъусэ зэрахуищӀынур, игъащӀэкӀи Тхьэм и пащхьэм итыфын щхьэкӀэ. GCKar 383.2

Мэсихь цӀыхухэм я Уэчылу дэ хыдолъагъуэр Къуэпс зи цӀэ ЛӀым теухуауэ Захарие и бегъымбарӀуатэ гъуэзэджэхэм. Бегъымбарым жеӀэр: «Абы Зиусхьэным и унэ иухуэнурэ, щӀыхьыр къищтэнущ, тӀысынурэ, и тахътэм тесу пащтыхьынущ; и тахътэм здытесым щоджэнуи щытынущ, мамырыгъэм и чэнджэщыр абыхэм я зэхуаку дэлъынущ» (Зах. 6:13). GCKar 383.3

«Абы Зиусхьэным и унэ иухуэнущ». И къурмэнымрэ медату и лэжьыгъэмрэ я фӀыщӀэкӀэ Мэсихь Тхьэм и Члисэм и лъабжьэу икӀи и ухуакӀуэу щытщ. Тхьэм и лӀыкӀуэ Павел Абы и гугъу ещӀ лъабжьэм и мывэ нэхъыщхьэм хуэдэу, «унэр зэрыщыту, екӀуу зытралъхьэурэ, дэщӀея хъур, Зиусхьэным и унэ лъапӀэу, — жеӀэр, Тхьэм и лӀыкӀуэм — фэри, Абы фытетурэ, Тхьэм и Дух ЛъапӀэм и псэупӀэу зывоухуэ» (Еф. 2:20-22). GCKar 383.4

Абы «щӀыхьыр къищтэнущ». ЦӀыху дэхуэхахэр къызэращэхужым и щӀыхьыр Мэсихь бгъэдэлъщ. Къащэхужахэм игъащӀэкӀи ягъэӀунущ я уэрэдыр: «ФӀыуэ дыкъэзылъэгъуауэ ди гуэныхьхэр Езым и лъымкӀэ ЗытхьэщӀыжам... Абы, щытхъури лъэкӀыныгъэшхуэри игъащӀэ псокӀэ ейщ!» (Откр. 1:5, 6). GCKar 384.1

Ар «тӀысынурэ, и тахътэм тесу пащтыхьынущ; и тахътэм здытесым щоджэнуи щытынущ». Ар иджыри «и щӀыхьым и тахътэм” тескъым, щӀыхьым и Пащтыхьыгъуэр иджыри щӀылъэм щаухуакъыми. Абы и медат лэжьыгъэр иуха нэужьщ, Тхьэм «Абы... и адэ Даут и тахътэр къыщритынур”, «кӀэух зимыӀэну» Пащтыхьыгъуэри къыщритынур (Лк. 1:32, 33). Щоджэным хуэдэу, иджыпсту Мэсихь и Адэм бгъурысу, Абы и тахътэм тесщ (еплъ Откр. 3:21). ИгъащӀэкӀи Псэум и гъусэу, тахътэм тесщ «ди узхэр Зыхьар», «дэ тхуэдэу псори Зыгъэунэхуар, гуэныхьым нэмыщӀ”, «ягъэунэхухэм дэӀэпыкъуфын папщӀэ». «Хэт гуэныхь ӀэщӀэщӀэми, дэ диӀэщ Адэм и пащхьэм ит ЛъэӀуакӀуэ» (1Ин. 2:1) (еплъ Ис. 53:4; Евр. 4:15; 2:18; 1 Ин. 2:1). Абы и Ӏэпкълъэпкъ яуӀэу пхраудар, и гъащӀэ къабзэ дзыншэр дэ тхуэфащэу къелъытэ. И Ӏэ пхраудахэр, и джабэ зэпыджар, гъущӀӀунэм и лъэужь зытелъ и лъакъуэр — а псори щӀолъэӀур гущӀэгъу хуащӀыну цӀыху дэхуэхам, апхуэдизу лъапӀэу, гъунэ имыӀэу уасэшхуэ щӀату къащэхужам. GCKar 384.2

«Мамырыгъэм и чэнджэщыр абыхэм я зэхуаку дэлъынущ”. Адэм и фӀылъагъуныгъэр, Къуэм и фӀылъагъуныгъэм мынэхъ мащӀэу, цӀыху дэхуэхахэм я къелыкӀэм и хэкӀыпӀэщ. Уафэм дэкӀуеижын ипэ, Хьиса мыпхуэдэу жиӀащ: «Сэ вжесӀэркъым фэр папщӀэ Адэм селъэӀуну; Езы Адэм фӀыуэ фыкъелъагъури”, (Ин. 16:26,27). «Тхьэм МэсихькӀэ Езымрэ цӀыхухэмрэ я кум мамырыгъэ дилъхьэжащ, цӀыхур Езым зригъэкӀужащ» (2 Кор. 5:19). Уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм щекӀуэкӀыну лэжьыгъэми «мамырыгъэм и чэнджэщыр абыхэм я зэхуаку дэлъынущ». «Тхьэм дунейм тет цӀыхухэр апхуэдизу фӀыуэ илъэгъуащи, зыми хуэмыдэ и Къуэр итащ! Ар зи фӀэщ хъу дэтхэнэри мыкӀуэдыжу, игъащӀэкӀэ псэун папщӀэ!” (Ин. 3:16). GCKar 384.3

Сыт псэупӀэ лъапӀэр зищӀысыр? — упщӀэм Тхыгъэ ЛъапӀэм жэуап ирет пыухыкӀауэ, гурыӀуэгъуэу. Библием «псэупӀэ лъапӀэ» псалъэр къыщигъэсэбэпкӀэ, абы къригъэкӀыр, япэу — уафэм щыӀэм и щапхъэм тету Муса бегъымбарым иухуа шэтыр лъапӀэрщ, етӀуанэу — щӀылъэм щыӀа псэупӀэ лъапӀэмкӀэ къыдгурагъаӀуэу щыта шэтыр лъапӀэ пэжу уафэм щыӀэрщ. Мэсихь и лӀэныгъэм и гъусэу прообразу екӀуэкӀыу щыта лэжьыгъэхэр иухащ. Уафэм щыӀэ «шэтыр лъапӀэ пэжыр” ЗэгурыӀуэныгъэщӀэм и псэупӀэ лъапӀэщ. Данил и бегъымбарӀуатэхэр (8:14) зэрыщыту гъэзэщӀа щыхъуар ЗэгурыӀуэныгъэщӀэр щыщыӀэ зэманырщи, абы зи гугъу ищӀ псэупӀэ лъапӀэр ЗэгурыӀуэныгъэщӀэм и псэупӀэ лъапӀэу щытын хуейщ. 2300 махуэхэр 1844 гъэм щиухам, щӀылъэм куэд щӀауэ псэупӀэ лъапӀэ щыӀэжтэкъым. Аращи, «пщыхьэщхьэрэ пщэдджыжьу 2300 дэкӀмэ, итӀанэ псэупӀэ лъапӀэр къабзэ хъужынущ”, жызыӀэ бегъымбар псалъэхэм шэч хэмылъу ягъэлъагъуэр уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэрщ. GCKar 384.4

Къэнэжар упщӀэ нэхъыщхьэ дыдэм жэуап еттынырщ: псэупӀэ лъапӀэр ягъэкъэбзэным къикӀыр сыт? Пасэрей ЗэгурыӀуэныгъэм и гугъу ещӀ щӀылъэм щыӀа псэупӀэ лъапӀэр ягъэкъабзэу зэрыщыта лэжьыгъэм, атӀэ уафэм зыгуэр гъэкъэбзэным щыхуэныкъуэу дауэ хъун? Журтхэм хуагъэхьа Тхыгъэм и 9-нэ псалъащхьэм зэхэщӀыкӀыгъуэу и гугъу ещӀ щӀылъэм щыӀари, уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэри зэрагъэкъабзэм. «Хабзэм ипкъ иткӀэ, къанэ щымыӀэу, псори лъыкӀэ ягъэкъэбзэж, къурмэнылъ хэмыту гуэныхь гъэгъуныгъэ щыӀэкъыми. Аращи, уафэм и образхэр абыхэмкӀэ ягъэкъэбзэн хуейт, езы уафэм щыӀэр а къурмэнхэм нэхърэ нэхъыфӀымкӀэ» (Евр. 9:22, 23), пыухыкӀауэ жыпӀэмэ, Мэсихь илъ лъапӀэмкӀэ. GCKar 385.1

Ягъэкъэбзэжынур, прообразу щытри уафэм щыӀэри, лъыкӀэт зэрагъэкъэбзэжын хуейр; прообразыр — къурмэн ящӀ Ӏэщхэм я лъымкӀэ, уафэм щыӀэр — Мэсихь и лъымкӀэ. Тхьэм и лӀыкӀуэ Павел Журтхэм яхуригъэхьа Тхыгъэм къыщегъэлъагъуэ, ягъэкъэбзэжынур лъыкӀэ ягъэкъэбзэн зэрыхуейр, къурмэнылъ хэмыту гуэныхь гъэгъуныгъэ зэрыщымыӀэм щхьэкӀэ. Гуэныхьыр гъэгъун хуейщ, зыӀэпыгъэкӀын хуейщ, гъэкӀуэдыжын хуейщ. Ауэ гуэныхьыр сыткӀэ епха псэупӀэ лъапӀэм, ар уафэм щыӀэуи, щӀылъэм щыӀэуи ирехъуи? А упщӀэм и жэуап дгъуэтынущ символическэ къулыкъум зыхуэдгъазэмэ, щоджэнхэм щӀылъэм Тхьэм къулыкъу щыхуащӀэм, зыхуэлэжьар «образырщ, уафэм ейм и ныбжьырщ» (Евр. 8:5). GCKar 385.2

ЩӀылъэм щыӀа псэупӀэ лъапӀэм Тхьэм зэрыщыхуэлажьэр ӀыхьитӀу зэхэтт: махуэ къэс щоджэнхэм Пэш ЛъапӀэм къулыкъу щащӀэрт, ауэ илъэсым зэ щоджэн пашэм Я нэхъ ЛъапӀэ Пэшым «зэзыгъэкӀуж» дин хабзэ щхьэхуэ щригъэкӀуэкӀырт, псэупӀэ лъапӀэр игъэкъэбзэн папщӀэ. Махуэ къэс зи гуэныхьым хущӀегъуэж гуэныхьлым и къурмэныр шэтыр лъапӀэм и бжэм къыӀуишэрт, и Ӏэр абы и щхьэм трилъхьэрти, и гуэныхьымкӀэ зиумысыжырт, прообразнэу ахэр лажьэ зимыӀэ псэущхьэм трилъхьэу. Абы иужькӀэ псэущхьэр яукӀырт. «Къурмэнылъ хэмыту, — жеӀэр Тхьэм и лӀыкӀуэм, — гуэныхь гъэгъуныгъэ щыӀэкъым”. «Ӏэпкълъэпкъым и псэр лъым хэтщ» (Лев. 17:11). Тхьэм и Хабзэ якъутар хабзэншакӀуэм и псэм къеӀэрт. Зи гуэныхьыр къурмэныпхъэ Ӏэщым тезылъхьа гуэныхьлым, и гъащӀэм и дамыгъэу щыт къурмэнылъыр, щоджэным Пэш ЛъапӀэм щӀихьэрти, гуэныхьлым икъута Тхьэм и Хабзэр щахъумэу, Тхьэм, Езымрэ и цӀыхухэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэр къэзыгъэлъагъуэ дыщэ пхъуантэр зыщӀэт Я нэхъ ЛъапӀэ Пэшым и щӀыхьэпӀэр зэхуэзыщӀ Ӏупхъуэшхуэм тригъаткӀуэрт. А дин хабзэмкӀэ гуэныхьыр символическэу псэупӀэ лъапӀэм лъымкӀэ щӀалъхьэрт. Языныкъуэхэм деж лъыр Пэш ЛъапӀэм щӀахьэртэкъым, ауэ абы щыгъуэм щоджэнхэм къурмэнылыр яшхын хуейуэ щытт, Муса бегъымбарым Хьэрун и къуэхэм мыпхуэдэу къазэрыжриӀам тету: «Ар (къурмэныр) фэ къыватащ, цӀыхубэм я гуэныхьыр къатефхыу, Зиусхьэным и пащхьэм ахэр щывгъэкъэбзэн щхьэкӀэ” (Лев. 10:17). А дин хабзитӀми зэхуэдэу символическэу къагъэлъагъуэрт гуэныхьлы хущӀегъуэжам и гуэныхьыр псэупӀэ лъапӀэм зэрыщӀахьэр. GCKar 385.3

Апхуэдэ лэжьыгъэ махуэ къэс илъэс псом и кӀыхьагъкӀэ екӀуэкӀырт. Израилым и гуэныхьхэр, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ, псэупӀэ лъапӀэм щӀалъхьэрт, икӀи ахэр ягъэкӀуэдыжын папщӀэ дин хабзэ щхьэхуэ гъэзэщӀэн хуейт. Тхьэм и унафэ щыӀэт, шэтыр лъапӀэм и Ӏыхьэ дэтхэнэри щхьэхуэу зэрагъэкъэбзэн дин хабзэ хэха ялэжьын хуейуэ: «Израил и къуэхэм я фӀейхэр, я гуэныхь псомкӀи я къуаншагъэхэр щӀигъэкъэбзыкӀынущ псэупӀэ лъапӀэм. Апхуэдэ дыдэу ищӀэн хуейщ абы, я фӀейхэм къаухъуреихьу, я деж щыӀэ шэтыр лъапӀэми ехьэлӀауэ». Къурмэн-телъхьэпӀэри гъэкъэбзэн хуейт: «Израил и къуэхэм я фӀейр къытрихыу ар игъэкъэбзэнурэ, игъэлъэпӀэнущ” (Лев. 16:16,19). GCKar 386.1

Илъэсым зэ, Къэщэхужыгъуэ Махуэшхуэм щоджэн пашэр Я нэхъ ЛъапӀэ Пэшым щӀыхьэрт, псэупӀэ лъапӀэр игъэкъэбзэн папщӀэ — апхуэдэу иухырт илъэсым и кӀуэцӀкӀэ ирагъэкӀуэкӀ дин лэжьыгъэр. Къэщэхужыгъуэ Махуэшхуэм шэтыр лъапӀэм и куэбжэм бжэнитӀ къыӀуашэрти, а тӀум пхъэидзэ хуащӀырт: «зы пхъэидзэр Зиусхьэным папщӀэ, адрейр яутӀыпщыжыным папщӀэ» (Лев. 16:8). Зиусхьэным щхьэкӀэ зи пхъэр къикӀа бжэныр, гуэныхьым папщӀэ къурмэныпхъэу фӀагъэжырт. Щоджэн пашэм абы и лъыр Ӏупхъуэм адэкӀэ щӀихьэрти, дыщэ пхъуантэм и щхьэтепӀэмрэ абы и гупэм дежрэ ар тригъаткӀуэрт. Ӏупхъуэшхуэм и гупэкӀэ мэ ӀэфӀ къызыпих удзхэм я гъэсыпӀэу къыщыт къурмэн-телъхьэпӀэми апхуэдэу лъыр трагъаткӀуэрт. GCKar 386.2

«Хьэрун и ӀитӀыр псэууэ щыт бжэным и щхьэм трилъхьэнурэ, абдежым къыщыжиӀэнущ Израил и къуэхэм Тхьэм и Хабзэр зэракъута псори, я щӀэпхъаджагъэ псори, я гуэныхь псори, ахэр бжэным щхьэщилъхьэнущ, зы цӀыху гъусэ хуищӀынурэ губгъуэ нэщӀым иригъэшэнущ. Ахэм я гуэныхь псори бжэным езым телъу ихьынущ узыпхырымыкӀыфын щӀыналъэм, бжэныр абы губгъуэ нэщӀым ириутӀыпщхьэнущ. (Лев. 16:21,22). ЯутӀыпщ бжэным афӀэкӀа Израилым и щӀыпӀэм къигъэзэжыртэкъым, ар Ӏузыш цӀыхум, и Ӏэпкълъэпкъри, и щыгъынри псыкӀэ итхьэщӀыжын хуейт, итӀанэт ар щыхуитыр къигъэзэжу цӀыхухэм къахыхьэжыну. GCKar 387.1

А Ӏуэхугъуэ псор щӀащӀэр израил лъэпкъым Зиусхьэным и щихъагъэр зыхащӀыкӀын щхьэкӀэт, Абы гуэныхьыр илъагъу зэрымыхъур ягу къигъэкӀыжын папщӀэт. Ахэм къагурыӀуэн хуейт, гуэныхьым жьэхэуэхукӀэ цӀыхур уцӀэпӀа зэрыхъур. Ягъэкъэбзэжын лэжьыгъэр щекӀуэкӀым и деж, дэтхэнэ зы цӀыхуми и гур щабэ ищӀу, и щхьэр игъэлъэхъшэн хуейт. Сыт хуэдэ дуней Ӏуэхури а махуэм къагъанэрт, израил лъэпкъым псоми а махуэ лъапӀэр Тхьэм и пащхьэм зыщагъэлъахъшэрэ Тхьэм елъэӀуу, нэщӀ яӀыгъыу, куууэ ягухэм иплъэжурэ зыщӀэгупсысыжырт. GCKar 387.2

ЕкӀужыныгъэ прообразнэ лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ зиӀэ пэжыгъэхэр хэлъщ. Гуэныхьлым и пӀэкӀэ Ӏэщыр къурмэн ящӀырт, арщхьэкӀэ, къурмэным и лъым гуэныхьыр итхьэщӀыртэкъым. Абы къыхэкӀкӀэ, ар псэупӀэ лъапӀэм щӀахьэрт. Гуэныхьлым лъыр къыщихькӀэ, Тхьэм и Хабзэм и лъапӀагъэр зэрищӀэр игъэлъагъуэрт, ар зэрикъутамкӀэ, зэрыкъуаншэмкӀэ зиумысыжырти, къыхуагъэгъуным зэрыхущӀэкъур игъэлъагъуэрт, къэкӀуэну КъегъэлакӀуэр и фӀэщ зэрыхъумкӀэ; ауэ, итӀанэми, Тхьэм и Хабзэм зэригъэкъуаншэ псори къанэ щымыӀэу абы щхьэщыкӀыртэкъым. Къэщэхужыгъуэ Махуэшхуэм щоджэн пашэм, лъэпкъым я къурмэныр къищтэрт, и лъыр иӀыгъыу Я нэхъ ЛъапӀэ Пэшым щӀыхьэрти, дыщэ пхъуантэм и щхьэтепӀэм, мывэ джеитӀым и щхьэщыгум хуэзэу тригъаткӀуэрт, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ Хабзэр зыхуеймкӀэ арэзы ищӀын папщӀэ. ИтӀанэ медату здэщытым, гуэныхьхэр езым зытрилъхьэрти, псэупӀэ лъапӀэм къыщӀихыжырт. ЯутӀыпщ бжэным и ӀитӀыр трилъхьэрти, абы я гуэныхь псори къыжиӀэурэ, зиумысыжырт, апхуэдэ щӀыкӀэу символическэу ахэр езым зытрихыжырти, бжэным трилъхьэрт. Бжэным ар ямылъагъужыну Ӏуихырт икӀи игъащӀэкӀи а гуэныхьхэр лъэпкъым щхьэщахауэт зэрабжыр. GCKar 387.3

А дин лэжьыгъэр «уафэм ейм и ныбжьу» арат. ЩӀылъэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм символическэу щрагъэкӀуэкӀахэр, ипэжыпӀэкӀэ уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм къыщохъур. Уафэм дэкӀуеижа нэужь, КъегъэлакӀуэр щоджэн пашэу и лэжьыгъэм пэрыхьащ. Тхьэм и лӀыкӀуэ Павел жеӀэр: «Тхьэр здэщыӀэ псэупӀэ лъапӀэ пэжым и щапхъэм тету, цӀыхухэм ящӀа псэупӀэ лъапӀэракъым Мэсихь зыщӀыхьар, атӀэ уафэу Тхьэр здэщыӀэ щӀыпӀэ дыдэрщ, Тхьэм и пащхьэ дэр щхьэкӀэ иджы ихьэну» (Евр. 9:24). GCKar 387.4

Илъэс псом и кӀыхьагъкӀэ псэупӀэ лъапӀэм и япэ Ӏыхьэм, бжэм хуэдэу Пэш ЛъапӀэр пщӀантӀэм къыпэзыгъэщхьэхукӀыу щыта «Ӏупхъуэм и щӀыбкӀэ», щоджэным дин лэжьыгъэ щригъэкӀуэкӀыу щытам уи нэгу къыщӀагъэувэ Мэсихь уафэм дэкӀуеижа нэужь зыпэрыхьа лэжьыгъэр. Щоджэным махуэ къэс илэжь Ӏуэхуу щытар гуэныхьым щхьэкӀэ яукӀ къурмэным и лъыр Тхьэм хуихьынырт, итӀанэ Израилым и тхьэлъэӀухэм ящӀыгъуу, зи мэ гуакӀуэр уафэм дэкӀуейуэ щыта, мэ ӀэфӀ къызыхих удзхэр игъэсынырт. Апхуэдэу ещӀэр Мэсихьи, гуэныхьлым щхьэкӀэ зи лъыр и Адэм къыхуэзыхьам, и щыпкъагъэм и мэ гуакӀуэ лъапӀэм щӀыгъуу фӀэщхъуныгъэ зиӀэу, зи гуэныхьхэм хущӀегъуэжахэм я тхьэлъэӀухэр Абы и пащхьэ Изылъхьэм. А лэжьыгъэр Абы уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм и япэ Ӏыхьэм щригъэкӀуэкӀыу щытащ. GCKar 388.1

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу, Мэсихь и еджакӀуэхэм уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм зыхуагъэзащ, Ар абыхэм къахэкӀыу уафэм щыдэкӀуеижам щыгъуэ. Мэсихь тегъэщӀат абыхэм я гугъэхэр, Павел зэрыжиӀащи, гугъэр «ди псэм папщӀэ шынагъуэгъэншэ хъурзэм хуэдэщ, икӀи ар Ӏупхъуэм адэкӀэ щыӀэ Я нэхъ ЛъапӀэ Пэшым щӀохьэр, Хьиса игъащӀэкӀи Щоджэн Пашэ хъуауэ, ди япэ иту, дэр папщӀэ зыщӀыхьам... Бжэнхэмрэ танэхэмрэ ялъкъым здыщӀихьар, атӀэ Езым и лъыр иӀыгъыу псэупӀэ лъапӀэм зэ щӀыхьэри, игъащӀэкӀи дыкъищэхужащ!” (Евр. 6:19,20; 9:12). GCKar 388.2

ЛӀэщӀыгъуэ пщыкӀуийм и кӀыхьагъкӀэ щоджэнхэм я лэжьыгъэр псэупӀэ лъапӀэм и япэ Ӏыхьэм щрагъэкӀуэкӀащ. Мэсихь и лъыр щӀэлъэӀурт зи гуэныхьым хущӀегъуэжа гуэныхьлым щхьэкӀэ, ар Адэм иригъэкӀужу. АрщхьэкӀэ, а гуэныхьхэр япэми хуэдэу, уафэм щыӀэ тхылъхэм ярыту къанэрт. ПсэупӀэ лъапӀэр илъэсым и кӀэм ягъэкъабзэу, прообразнэ лэжьыгъэу щӀылъэм щекӀуэкӀам хуэдэу, Мэсихь цӀыхухэр къызэрищэхуж и лэжьыгъэр зэфӀэкӀын и пэкӀэ, уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм гуэныхь псори къыщӀихыу, гуэныхьхэр абы щӀигъэкъэбзыкӀын хуейт. Бегъымбар махуэхэу 2300-р щиухам щыгъуэ аращ зыщӀидза лэжьыгъэр. А зэманым, Данил бегъымбарым зэрыжиӀэщи, ди Щоджэн Пашэр Я нэхъ ЛъапӀэ Пэшым щӀыхьащ, и лэжьыгъэфӀым и кӀэух Ӏыхьэр игъэзэщӀэн папщӀэ — псэупӀэ лъапӀэр игъэкъэбзэн папщӀэ. GCKar 388.3

Пасэм лъэпкъым я гуэныхьхэр фӀэщхъуныгъэкӀэ гуэныхьым щхьэкӀэ къурмэн яукӀым тралъхьэурэ, къурмэным и лъымкӀэ щӀылъэм щыӀа псэупӀэ лъапӀэм образнэу щӀахьэу зэрыщытам хуэдэу, ЗэгурыӀуэныгъэщӀэм и зэманым апхуэдэу ди гуэныхьхэр ди фӀэщхъуныгъэмкӀэ Мэсихь зытрелъхьэри, уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм щӀехьэр. ЩӀылъэм щыӀа псэупӀэ лъапӀэм гуэныхьхэр къыщӀахыурэ, прообразнэу зэрагъэкъабзэу щытам хуэдэу, пэж дыдэу уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэри ягъэкъабзэ: абы щӀахьа гуэныхьхэр къыщӀахыурэ е ягъэкӀуэдурэ. Ауэ Мэсихь зи фӀэщ хъууэ зызыумысыжа цӀыхухэу къелыну хэт хуитхэми къэпщӀэн папщӀэ, уафэм щыӀэ тхылъхэр джын хуейщ. Абы къыхэкӀкӀэ псэупӀэ лъапӀэр гъэкъэбзэным хохьэр псэухэми лӀахэми я Ӏуэхум ухэплъэныр, къэппщытэныр — зэхэзыгъэкӀ хьэкумыр. А Ӏуэхур зэфӀэкӀын хуейщ, Мэсихь и лъэпкъыр къищтэжыну къимыгъэзэж щӀыкӀэ, ар къыщыкӀуэжкӀэ дэтхэнэ зыми и Ӏыхьэр лъигъэсыжынущи, «дэтхэнэ зыми илэжьам ипкъ иткӀэ” (Откр. 22:12). GCKar 389.1

Аращи, бегъымбарӀуатэм и нэхум хэтахэм апхуэдэу къалъэгъуащ: махуэ 2300-р щиухым — 1844 гъэм, Мэсихь щӀылъэм къигъэзэжыным и пӀэкӀэ, уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм и нэхъ ЛъапӀэ Пэшым зэрыщӀыхьар, къэщэхужын Ӏуэхур и кӀэм нигъэсын, къызэригъэзэжыным хуэныкъуэ псори игъэхьэзырын папщӀэ. GCKar 389.2

Нэрылъагъу хъуат, къурмэну яукӀ бжэным Мэсихь къурмэныпхъэу къигъэлъагъуэу щытамэ, щоджэн пашэр Мэсихь медатузэрылъэӀуэнум и нэщэнэу щытамэ, яутӀыпщ бжэным хэт къигъэлъагъуэми — ар шейтӀанырт, гуэныхьыр къыщежьарт икӀи иужьым зытралъхьэжынурт пэж дыдэу хущӀегъуэжа цӀыху псоми я гуэныхьхэр. Гуэныхьым щхьэкӀэ фӀагъэжа къурмэным и лъымкӀэ щоджэн пашэм псэупӀэ лъапӀэм гуэныхьхэр къыщыщӀигъэкъэбзыкӀыжкӀэ, ахэр яутӀыпщ бжэным трилъхьэрт. Мэсихь Езым и ЛъымкӀэ уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм Езым и лъэпкъым я гуэныхьхэр къыщыщӀигъэкъэбзыкӀыжкӀэ, ахэр шейтӀаным трилъхьэнущ икӀи уафэм щащӀэну хьэкумым ипкъ иткӀэ, а гуэныхьхэм пэкӀуэ тезыр псори шейтӀаным ирагъэшэчынущ. ЯутӀыпщ бжэныр зыри здэщымыпсэу губгъуэ нэщӀым яшэрти ираутӀыпщхьэрт, афӀэкӀа зэи Израил и къуэхэм я хэщӀапӀэм къимыгъэзэжыфыну. Апхуэдэ дыдэу шейтӀаныр Тхьэми Тхьэм и лъэпкъми я пащхьэ игъащӀэкӀэ ирахунурэ, гуэныхьымрэ гуэныхьлыхэмрэ ягъэкӀуэдыжа нэужь, щыӀэжынукъым.  GCKar 389.3