Loading...

Loading

Loading
(You are in the browser Reader mode)

3 ӀЫХЬЭ—КӀЫФӀЫГЪЭМ ХЭТА ЛЪЭХЪЭНЭР

Апостол Павел Фессалоник къалэ дэсхэм яхуригъэхьа ЕтӀуанэ Тхыгъэм бегъымбарӀуатэ къыщыджеӀэр: Члисэр Тхьэм къызэрыбгъэдэкӀынур икӀи папэр абы и тепщэ зырыхъунур. Абы итхырт Зиусхьэным и махуэр къызэрымысынур «цӀыхухэм Тхьэм я щӀыб хуамыгъэзауэ, гуэныхьым и цӀыху къэсэхыжынур къэмыунэхуауэ. Ар Тхьэм пэщӀэувэнущ, псом нэхърэ нэхъ зигъэнэхъ лъапӀэнущ: Тхьэм нэхъри, лъапӀэныгъэу щыӀэ псом нэхъри. Тхьэм и Унэми щӀэтӀысхьэнурэ, Тхьэуэ зигъэӀунущ» (2 Фес. 2:3, 4). КъищынэмыщӀауэ, апостолым и къуэшхэм хъыбар ярегъащӀэ: «бзаджагъэм и щэхум и лэжьыгъэм щӀидзакӀэщ», — жиӀэу. Иджыри чристэн лӀэщӀыгъуэм и лъэхъэнэ пасэм абы илъагъурт, члисэм гъэпцӀагъэхэр къызэрыхыхьэр папствэм гъуэгу хуигъэхьэзыру. GCKar 44.1

«Бзаджагъэм и щэхум” япэщӀыкӀэ зиущэхуурэ, гу зулъыуимыгъатэурэ и гъэӀулэныгъэхэр, Тхьэр зыгъэпуд и лэжьыгъэхэр ищӀащ, итӀанэ хуэм-хуэмурэ нэхъ къару игъуэтурэ наӀуэу цӀыхухэм я акъылыр зэщӀиубыдащ. Мажусий хабзэхэр щэхуурэ къыхэкӀуэсащ чристэн Члисэм. Худэчыхын зэпэкӀуэтэн гупсэр зы зэманкӀэ зэтраӀыгъат гущӀэгъуншэ зехуэныгъэхэм. Ауэ Члисэр зехуэн зэрыщагъэтыжу, чристэн диныр пащтыхь пщӀантӀэхэм, къэрал ӀуэхущӀапӀэхэм щынэсым, Мэсихьрэ Абы и апостолхэмрэ я къызэрыгуэкӀыныгъэм, я Ӏэдэбагъэм я пӀэр яубыдащ мажусий жрецхэмрэ къэрал унафэщӀхэмрэ я пагагъэм, зэрызагъэлъапӀэм; Тхьэм и унафэхэри яхъуэжащ цӀыхухэм къагупсысахэмкӀэ, цӀыхухэм кърагъэжьа хабзэхэмкӀэ. Е-ӀУ-нэ лӀэщӀыгъуэм ипэм император Константин фэрыщӀу чристэн диныр къыщищтам а Ӏуэхугъуэм чристэн Ӏэджэ щыгуфӀыкӀат икӀи щыпкъагъэм и фэ зытригъауэурэ дунейм ижь къыщӀиху хъуащ Члисэм. ПсынщӀэу зэкӀуэкӀын щӀидзат Члисэм. Мажусий диным текӀуауэ къащыхъуа щхьэкӀэ, ипэжыпӀэкӀэ арат текӀуэныгъэр зейр. Абы и гупсэм Члисэр зэщӀиубыдащ. Мажусий гъэсэныгъэхэр, хабзэхэр, суевериехэр, Мэсихь и Ӏумэтым иту зэджэжхэм я диным къыхагъэхьащ. GCKar 44.2

Мажусий динымрэ чристэн динымрэ зэрызэгухьам кърикӀуащ «гуэныхьым и цӀыхур» къежьэныр, бегъымбарӀуатэм зи гугъу ищӀауэ щытар, Тхьэм нэхърэ нэхъ лъагэу зыкъыфӀэщӀыжынущ, Тхьэм ебэнынущ жыхуиӀэу. Папствэ системэ иныщэр — ар дин пэжкъым икӀи ар шейтӀанырщ зи Ӏэдакъэ къыщӀэкӀар, къапщтэмэ ар езы шейтӀаным и тепщэныгъэщ, езыр зэрыхуейуэ щӀылъэр зэрыщыту и ӀэмыщӀэм иригъэлъыну иӀа хъуапсэныгъэм и фэеплъщ. GCKar 45.1

ШейтӀаныр нэхъапэӀуи яужь итат Мэсихь зэгурыӀуэныгъэ ирищӀылӀэну. Тхьэм и Къуэр гъэунэхуныгъэ иӀэу губгъуэ нэщӀым здитым, къыхуэкӀуат ар. Дунейм пащтыхьыгъуэу тетри, абыхэм я пщӀэри къригъэлъагъури, ахэр къритыну къигъэгугъат, зы щытыкӀэ къыхуигъэзащӀэмэ — кӀыфӀыгъэм и пщыр псоми я тепщэу къищтэмэ. Нэмысыншэ гъэӀулакӀуэр иригъэкӀуэтыжащ абы щыгъуэм Мэсихь, залымыгъэкӀи ӀуигъэкӀыжащ. Ауэ ардыдэр цӀыхухэм къаригъэлъагъуурэ шейтӀаным ехъулӀэныгъэшхуэ игъуэтащ. ЩӀыхьымрэ мылъкумрэ хущӀэкъуу, Члисэм къыщхьэщыжынрэ къыдэӀэпыкъунрэ къыщилъыхъуэн щӀидзащ дунейм я щэджащэхэм я деж, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ Мэсихь и щӀыб хуигъазэри, абы шейтӀаным и ӀупэфӀэгъум зыхуигъэщхъын хуей хъуащ — Римым и щихънагъым (епископым). GCKar 45.2

Римскэ члисэм и догмат нэхъыщхьэхэм ящыщщ Мэсихь и дунейпсо Члисэм и Ӏэтащхьэ нэрылъагъуу, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхуу дунейм тетым я тепщэ нэхъыщхьэу папэр къэпщтэныр. КъищынэмыщӀауэ, папэм Тхьэм и цӀэр зыфӀещыж, абы зэреджэр: «Зиусхьэн Тхьэ — Папэщ” икӀи гуэныхь зымыщӀэу ялъытэрщ. Абы къегъэув цӀыху псоми пщӀэшхуэ къыхуащӀын хуейуэ. Римскэ члисэмкӀэ шейтӀаным къегъэув, къумым Хьиса гъэунэхуныгъэ щыщыӀам щыгъуэ иригъэщӀэну зыпылъахэр икӀи куэдыр хьэзырщ абы зыхуей лъытэныгъэхэр хуащӀыну. GCKar 45.3

Ауэ Тхьэм шынагъэ хузиӀэу псэу цӀыхухэм, а нэмыукӀытэм жиӀахэм ирата жэуапыр, Мэсихь а зэщӀэгъэстакӀуэ бий бзаджейм жриӀауэ щыта псалъэхэрщ: «Уахътыншэ уи Тхьэм щхьэщэ хуэщӀ, Абы и закъуэщ узыхуэлэжьэн хуейр” (Лк. 4:8). Тхьэм и Псалъэм зыри иткъым Члисэм и Ӏэтащхьэу цӀыху хэхын хуейуэ жиӀэу. Папэ тепщэ нэхъыщхьэу щытын хуейуэ жызыӀэ гъэсэныгъэр Тхыгъэ ЛъапӀэм пэщӀоувэр. Папэ Мэсихь и Члисэм тепщэныгъэ лъэпкъ щиӀэфынукъым, езым щӀэпхъаджагъэкӀэ зэрызыӀэщӀилъхьам фӀэкӀа. GCKar 45.4

Римскэ Члисэм щыщхэм протестантхэр ягъэкъуаншэр ересь яхэлъу къалъытэу, е члисэ пэжым фыкъыгуэкӀащ жаӀэу. АрщхьэкӀэ, апхуэдэу бгъэкъуаншэ хъунухэр езыхэм я закъуэщ. Ахэращ Мэсихь и ныпыр езыхьэхахэр «игъащӀэкӀэ щихъхэм ирата” дин пэжым къытекӀахэр (Иуд. 3). GCKar 46.1

ШейтӀаным фӀы дыдэу ищӀэрт Тхыгъэ ЛъапӀэмкӀэ цӀыхухэм абы и гъэпцӀагъэхэр къызэрыщӀагъэщыфынур икӀи абы и къарум къызэрыпэщӀэувэфынур. Дунейм и КъегъэлакӀуэм ар щытеуэм деж Тхьэм и ПсалъэмкӀэ къигъэлъеижу щытащ. Дапщэрэ къемыбгъэрыкӀуами, Мэсихь абы къыпэщӀигъэувэрт пэжыгъэ гъадэщӀыдэм и мэӀухур, мыпхуэдэу жиӀэрти: «Тхыгъэ ЛъапӀэм итщ”. НэмыукӀытэу бийм сыт къыжримыӀами Хьиса жэуап иритыжырт Тхьэм и Псалъэм и къарумрэ и ӀущагъымкӀэ. Арати, шейтӀаным къыгурыӀуащ: цӀыхухэр и ӀэмыщӀэм иригъэлъыфын щхьэкӀэ, папэм тепщэныгъэр зыӀэщӀилъхьэфын щхьэкӀэ, абы цӀыхухэм щигъэпщкӀун хуейщ Тхьэм и Псалъэм къигъэув гъэсэныгъэхэр. Библием Тхьэр егъэлъапӀэр икӀи уахъты зиӀэ цӀыхухэр зэрыт щытыкӀэм ипэжыпӀэр къызэӀуехыр, аращи, шейтӀаным лъэкӀ къигъанэркъым абы ит пэжыгъэ лъапӀэхэр щӀэхъумауэ, къыпрагъэхауэ къигъэнэн папщӀэ. Апхуэдэу щӀэнырщ римскэ Члисэми Ӏэщэу къигъэсэбэпыр. ЛӀэщӀыгъуэ зыбжанэкӀэ ар зэран хуэхъуащ Библиер щыгъэӀэным. ЦӀыхубэр хуиттэкъым абы еджэну, уеблэмэ, я унэ ирагъэлъыну, абы хэту нэмысыншэ дин-лэжьакӀуэхэмрэ щихънагъхэмрэ Библием ит пэжыгъэхэр яӀуантӀэ-яшантӀэурэ зыхуейр кърахырт, загъэзэхуэн папщӀэ. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ къанэ щымыӀэу псоми папэр къащтащ щӀылъэм Тхьэм и пӀэм ар иувауэ, тепщэныгъэ нэхъ иныр щыӀэщӀэлъын хуейуэ Члисэми, къэралми. GCKar 46.2

ГъэпцӀагъэхэмрэ щхьэрыуагъэхэмрэ къыщӀэзыгъэщ Библиер Ӏуихри, шейтӀаным Ӏэмал къигъуэтащ и мурадхэр зригъэхъулӀэну. БегъымбарӀуатэр щыхьэт техъуэрт папствэм «махуэ лъапӀэхэмрэ Тхьэм и унафэхэмрэ ихъуэжынуи иужь итынущ» жиӀэу (Дан. 7:25). ИкӀэщӀыпӀэкӀэ апхуэдэу зэрищӀэным яужь ихьащ папствэр. Мажусийхэм чристэн диныр нэхъ тыншу къащтэн папщӀэ, икӀи япэм тхьэнэпцӀхэм я тхьэнапэхэм зыхуагъэщхъыу зытета хабзэжьхэр къагъэнэныр къатемыхьэлъэн папщӀэ, чристэн диным хуэм-хуэмурэ къыхагъэхьащ тхьэнапэхэмрэ «щихъхэм я хьэдэкъупщхьэхэмрэ» щхьэщэ хуэщӀыныр. ИкӀэм-икӀэжым, Чристэн Дунейпсо хасэм къабыл ищӀащ а хабзэхэр — тхьэнапэхэм щхьэщэ хуэщӀыныр. Тхьэр зэригъэикӀэ а Ӏуэхум иригъэкъуу, Римым шынэ-укӀытэ имыӀэу Тхьэм и УнафипщӀым щыщ етӀуанэ унафэр, нэгъуэщӀ тхьэхэм щхьэщэ хуэпщӀыну хуит узымыщӀыр, дигъэхури, епщӀанэ унафэр тӀуууэ игуэшащ, бжыгъэр ирикъужын папщӀэ. GCKar 46.3

Мажусийхэм гурыӀуэ гупсэм гъуэгу хузэӀуихащ дяпэкӀи Уафэм и тепщэныгъэр къафӀэмыӀуэхуным. ШейтӀаным, члисэм и нэхъыжь, Тхьэр зымыцӀыхухэр, къигъэсэбэпурэ еплӀанэ унафэм и мыхьэнэр зэрихъуэкӀащ, ижь ижьыж лъандэрэ щыӀа щэбэтыр, Тхьэм игъэлъапӀэу и нэфӀ зыщыхуа махуэр Ӏуихыу (еплъ Быт. 2:2, 3), мажусийхэм пщӀэ зыхуащӀу ягъэлъапӀэ «дыгъэм и махуэшхуэмкӀэ” ихъуэжын и мураду. Апхуэдэу зэрищӀэмкӀэ япэщӀыкӀэ зиущэхуат. Япэ лӀэщӀыгъуэхэм я кӀыхьагъкӀэ щэбэт пэжыр чристэн псоми ягъэлъапӀэу къекӀуэкӀащ. ЕзыфыгъулӀэу Тхьэм лъытэныгъэ хуащӀрэ Абы и Унафэхэр пхъуэж зэрымыхъуныр я фӀэщ хъууэ, Тхьэм къигъэувахэр егугъуу абыхэм ягъэзащӀэрт. Хуабжьу сакъыпэурэ хьилагъышхуэ хэлъу шейтӀаным и мурадыр зригъэхъулӀэным къыпищэрт и дамэщӀэтхэр къигъэсэбэпыурэ. ЦӀыхубэм я гулъытэр тхьэмахуэ махуэм хуагъэзэн папщӀэ, ар махуэшхуэу ягъэӀуащ Мэсихь къызэрыхъужам и щӀыхькӀэ. А махуэм Тхьэм къулыкъу щыхуащӀэу икӀи зыгъэпсэхугъуэ махуэу ар ябж хъуа щхьэкӀэ, щэбэтыр ягъэлъэпӀэн зэпагъэуртэкъым. GCKar 47.1

ИщӀэну зыпылъхэм гъуэгу хузэӀуихын папщӀэ, шейтӀаным иудейхэм щэбэтыр бгъэзэщӀэныр гугъу Ӏей яригъэщӀат, Мэсихь къэкӀуэн ипэ щэбэтым ехьэлӀауэ пщэрылъ куэд къаригъэгупсысурэ. Иджы-тӀэ, щэбэтыр пцӀыуэ къазэрыгурыӀуэр, езым я фӀэщ зэрищӀар къигъэсэбэпурэ, шейтӀаным цӀыхухэр хуишащ ар ялъагъу мыхъуу, иудейхэрщ а унафэр зыхуэгъэзар жаӀэну. Чристэнхэм тхьэмахуэ махуэр гуфӀэжу, насып зыхэлъ махуэшхуэу щагъэлъапӀэм, щэбэтыр нэщӀ щисын хуейуэ ялъытэу, гузэвэгъуэмрэ нэщхъеягъуэмрэ я махуэ ящӀыну шейтӀаным иудейхэм ягу къигъэкӀащ, абыхэм ятеплъэ зэрымыхъур игъэлъэгъуэн папщӀэ. GCKar 47.2

Е-IV-нэ лӀэщӀыгъуэм и щӀэдзапӀэм император Константин унафэ къыдигъэкӀащ Римскэ империем дэнэкӀи псоми тхьэмахуэ махуэр щагъэлъэпӀэн хуейуэ. Дыгъэм и махуэу мажусийхэм лъытэныгъэ зыхуащӀыр, чристэнхэми ягъэлъапӀэ хъуащ. Императорым и политикэр зытеухуар чристэнхэмрэ мажусийхэмрэ я зэщхьэщыкӀыныгъэхэр зэгуригъэӀуэнырт. Диным ирилажьэхэрт абы ар апхуэдэу ищӀэну игу къэзыгъэкӀар, щӀыхьымрэ тепщэныгъэмрэ здыхущӀэкъухэм абыхэм къагурыӀуэрт мажусийхэми чристэнхэми зы махуэ хэха зэгъусэу ягъэлъапӀэ хъумэ, ар къазэрыдэӀэпыкъунур мажусийхэм фэкӀэ чристэн диныр къащтэну, члисэр нэхъ лъэщ хъуным сэбэп хуэхъунути а Ӏуэхугъуэр. Тхьэм шынагъэ хузиӀэ чристэнхэм хуэм-хуэмурэ тхьэмахуэ махуэр махуэшхуэу ялъытэ хъуа щхьэкӀэ, абыхэм япэми хуэдэу щэбэт пэжыр ягъэлъапӀэрт Зиусхьэным и махуэшхуэу, икӀи еплӀанэ унафэм ипкъ иткӀэ ягъэзащӀэрт. GCKar 47.3

ГъэпцӀакӀуэ иныр абдежым къыщызэтеувыӀакъым. Абы мурад ищӀащ чристэну дунейм тетыр зэхуишэсу, езы шейтӀаным и ныпым щӀигъэувэу ятепщэну, къыхуэпэж и ӀупэфӀэгъур — Мэсихь и пӀэм иту зызыгъэӀуа папэ пагэр къигъэсэбэпурэ. Чристэн диныр и кӀэм нэсу къэзымыщта мажусийхэри, прелат пагэхэри, дунеягъэр фӀыуэ зылъагъу щихънагъхэри, къигъэсэбэпурэ абы и мурадыр зригъэхъулӀащ. Зэман-зэманкӀэрэ Дунейпсо хасэхэр зэхыхьэрт, дунейм къэралу тетым я лӀыкӀуэ динырылажьэ нэхъыщхьэхэр къыздекӀуалӀэр. Дапщэрэ зэхэмыхьами, Тхьэм игъэува щэбэтым и пщӀэр ямыгъэлъэхъшауэ къанэртэкъым, кӀуэ пэтми нэхъ ираудыхыу, тхьэмахуэ махуэм и пщӀэр кӀуэ пэтми къаӀэту. ИкӀэм-икӀэжым, мажусийхэм я махуэшхуэр Тхьэм игъэува унафэм хуэдэу къащтащ, Библием жыхуиӀэ щэбэтыр иудейхэм къащӀэна хабзэу ягъэуващ, арати, ар зылъытэхэр ягъэкъуаншэрэ я нэлатыр ятехуэу. GCKar 48.1

ШейтӀаным къехъулӀащ псом я нэхъ лъагэу зиӀэтыну, «Тхьэрэ лъапӀагъэрэкӀэ» зэджэу щыӀэ псоми (2 Фес. 2:4). Шыни укӀыти имыӀэу Тхьэм и унафэр ихъуэжащ абы, Тхьэ псэу пэж зэрыщыӀэр цӀыхухэм езыгъэлъагъу унафэ закъуэр. ЕплӀанэ унафэмкӀэ Зиусхьэным зыкъытхузэӀуех уафэмрэ щӀылъэмрэ къэзыгъэщӀа Тхьэуэ — абыкӀэ Ар адрей тхьэнэпцӀхэм къащхьэщокӀ. Тхьэм къигъэщӀахэм я фэеплъщ щэбэтыр, икӀи ар щыхьэт тохъуэр цӀыхухэм я зэгъэгъуэ махуэу щытыну, Тхьэм ебланэ махуэм и нэфӀ зэрыщихуам. Ар апхуэдэу Тхьэм щӀищӀар щэбэтым КъэзыгъэщӀа Тхьэ зэрыщыӀэр цӀыхухэм ягу къигъэкӀыжу зэпымыууэ щытын папщӀэщ, гъащӀэ къызыбгъэдэкӀыу пщӀэрэ щхьэщэрэ зыхуэщӀыпхъэу Щытыр. ШейтӀаныр зыхущӀэкъур, цӀыхухэм Тхьэр ямыгъэпэжу, Тхьэм и Унафэхэр яригъэкъутэнырщ, аращ абы къарууэ иӀэ псори еплӀанэ унафэм, Тхьэр цӀыхухэр КъэзыгъэщӀауэ жызыӀэм щӀрихьэлӀэр. GCKar 48.2

Нобэ протестантхэм жаӀэр Мэсихь тхьэмахуэм къызэрыхъужам щхьэкӀэ а махуэр чристэнхэм папщӀэ щэбэтым и пӀэ иувауэ. Ауэ Тхыгъэ ЛъапӀэм апхуэдэу пщӀэну щхьэусыгъуэ лъэпкъ къуитыркъым. Мэсихьи, апостолхэми тхьэмахуэр адрей махуэхэм зыкӀи къыхагъэщхьэхукӀыу щытакъым. Чристэнхэм тхьэмахуэр ягъэлъэпӀэныр къызыхахар «щӀэпхъаджагъэм и щэхурщ» (2 Фес. 2:7), апостол Павел и зэманым щыщӀэдзауэ зи лэжьыгъэр зыублауэ щытырщ. Дапщэщ икӀи дэнэ деж Зиусхьэным а папэ и быныр мылъхукъуэ щищӀар? Акъыл зыхэлъ псалъэ бгъуэтыну, Тхьэм и Псалъэм имыдэ хъуэжыныгъэр игъэзэхуэну? GCKar 48.3

Е-ӀУ-нэ лӀэщӀыгъуэм папствэм и лъэр быдэу щигъэуващ дунейм. Абы и къалащхьэу хахат императорым и къалэр, римскэ щихънагъыр члисэм и Ӏэтащхьэу хахри. Мажусий диным и пӀэ иуващ папствэр. Благъуэм хьэкӀэкхъуэкӀэм иритащ «и къарури, и тахътэри, и тепщэныгъэри» (Откр. 13:2). Илъэс 1260-ым къагъэлъагъуэ лъэхъэнэм щӀидзащ папствэм Тхьэм хуэпэжхэр щызэрихуар, Даниил бегъымбарым и Тхылъымрэ КъызэӀузых Тхылъымрэ ит бегъымбарӀуатэхэм ягъэнахуэр (еплъ Дан. 7:25; Откр. 13:5-7). Чристэнхэр хэдэн хуейт: е я фӀэщхъуныгъэр къагъанэу къащтэн хуейт папэм къригъэжьа унафэхэмрэ къиубла хабзэхэмрэ, е я гъащӀэр щаухын хуейт лъэхъуэщым, ӀэпкълъэпкъкӀэ хьэзабыр яшэчу, мафӀэкӀэ ягъэсу, я щхьэр паупщӀу. Хьиса и псалъэхэр къэхъуащ: «Фи адэ-анэхэми, фи къуэшхэми, фи ныбжьэгъухэми фащэнущ, языныкъуэхэр фаукӀынущ” (Лк. 21:16, 17). Япэм зэи къызэрымыхъуам хуэдэу узижэгъуэну щӀахуэрт, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр, икӀи дунейр зауэзэрылӀ щекӀуэкӀ губгъуэшхуэм хуэдэт. ЛӀэщӀыгъуэ нейхэм я кӀыхьагъкӀэ члисэ пэжым зыщигъэпщкӀуащ щӀыпӀэ пхыдзахэм, щӀыпӀэ нэщӀхэм. Бегъымбарым мыпхуэдэу жеӀэр: «Фызыр щӀэпхъуэри, щӀыпӀэ нэщӀым Тхьэм къыхуигъэхьэзыра егъэзыпӀэм зыщигъэпщкӀуащ, махуэ минрэ щитӀрэ хыщӀкӀэ щагъэшхащ ар абдежым” (Откр. 12:6). GCKar 49.1

Римскэ члисэм тепщэныгъэр зэрыӀэщӀыхьэу кӀыфӀыгъэ курыт лӀэщӀыгъуэхэр жыхуаӀэм щӀидзащ. А тепщэныгъэм къару нэхъ игъуэтыху кӀыфӀыгъэри нэхъ Ӏув хъурт. Лъабжьэ пэжу цӀыхухэм я фӀэщ хъур Мэсихьтэкъым, атӀэ папэ римскэрт. Уи гуэныхьхэр къыпхуэзыгъэгъуу игъащӀэкӀи укъезыгъэл Тхьэм и Къуэм щыгугъыным и пӀэкӀэ, цӀыхубэр папэм еплъырт, итӀанэ дин-лэжьакӀуэхэм, прелатхэм, папэм тепщэныгъэ зритахэм. ЦӀыхухэр ягъасэт папэр Тхьэмрэ цӀыхухэмрэ зэпызыщӀэ медату, арыншауэ зыри Тхьэм гъунэгъу хуэмыхъуфыну, цӀыхухэм Тхьэм и пӀэкӀэ папэр яӀэу, аращи, и псалъэр тӀу ямыщӀу псори абы едэӀуэн хуейуэ. Абы къигъэувхэр зымыгъэзащӀэхэм щхьэусыгъуэшхуэ яӀэ хъут икъукӀэ тезырышхуэ къытралъхьэну. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ цӀыхубэм я гулъытэр Тхьэм къыбгъэдашауэ, гуэныхьыщӀэ, цӀыху гъущӀэгъуншэхэм, уеблэмэ, ахэр къэзыгъэсэбэпу и тепщэныгъэр зыубгъуа езы кӀыфӀыгъэм и пщым хуэгъэза хъуат. Гуэныхьым зыщӀиуфат лъапӀэныгъэм и щыгъынхэр зыщитӀэгъауэ. Тхыгъэ ЛъапӀэр щыӀуахым деж, пэжыгъэр цӀыхум щытращӀыхьым деж, абы кърикӀуэнур хьэкӀэкхъуэкӀагъэрэ нэхъ икӀагъэ дыдэ гуэныхьхэмрэщ. ЦӀыхухэм я унафэхэр, я хабзэхэр щаӀэтым абы къыщӀигъэщар зэкӀуэкӀыныгъэрэ зэӀыхьэныгъэрэщ, Тхьэм и Унафэр щащыгъупщэжым деж сыт щыгъуи кърикӀуэхэрщ. GCKar 49.2

Мэсихь и Члисэм дежкӀэ а лъэхъэнэр гузэвэгъуэ зэмант. Сыту мащӀэт пэжыгъэм и ныпыр зезыхьэу къэнэжахэр! Сыт хуэдэ зэманми пэжыгъэм и щыхьэт пэжхэр щыӀащ, арщхьэкӀэ, иныкъуэм деж къыпщыхъурт щхьэрыуэныгъэмрэ суевериехэмрэ текӀуэныгъэр къахьауэ, дин пэжыр ягъэкӀуэдыжауэ. Инджылыр цӀыхухэм къыщытраха зэманым, диным пыщӀа хабзэхэр ягъэбэгъуащ, дакъуза цӀыхубэр зэхиукӀат ягъэзэщӀэн хуейуэ гущӀэгъуншэу пщэрылъ къыхуащӀа къалэн къомым. GCKar 50.1

Папэр цӀыхухэмрэ Тхьэмрэ зэпызыщӀэу цӀыхубэр зэрагъасэм имызакъуэу, ахэр иджыри ягъасэрт папэм хуэлэжьэн хуейуэ я гуэныхьхэр къахуэгъуфын папщӀэ. GCKar 50.2

ЩӀыпӀэ лъапӀэу ялъытэхэм Тхьэ щелъэӀун хуейуэ гъуэгуанэ кӀыхь узэхэзыукӀэхэр, гуэныхьыщӀэ хущӀегъуэжам тезыр хьэлъэ тралъхьэр, хьэдэкъупщхьэхэм щхьэщэ хуащӀыныр, члисэхэр дэщӀеиныр, тхьэлъэӀупӀэхэр ухуэныр, тыхь телъхьэпӀэхэр щӀыныр, члисэм папщӀэ ахъшэшхуэ тыныр — ахэри нэгъуэщӀ зыкъомри цӀыхухэм къалэн щащӀырт, Тхьэм и губжьыр трагъэужу фӀы къызыхуащӀын папщӀэ, Тхьэр цӀыхухэм хуэдэ нэхъей, мыхьэнэ зимыӀэхэм щхьэкӀи губжьуэ икӀи тыгъэхэмкӀэ, зи гуэныхьым хущӀегъуэжар зэрагъэпшынэ ахъшэмкӀэ къыдэпхьэхыфу! GCKar 50.3

Хабзэншагъэу ялэжьым емылъытауэ, уеблэмэ, римскэ Члисэм и Ӏэтащхьэхэми щӀэпхъаджагъэ Ӏэджэ ящӀэрт, итӀанэми абы и тепщэныгъэм къару игъуэтурэ зиубгъурт. Е-УӀӀ-нэ лӀэщӀыгъуэм и кӀэм папэм и телъхьэхэм жаӀэн щӀадзащ, япэ лӀэщӀыгъуэхэми римскэ щихънагъхэм члисэм тепщэныгъэ щаӀа хуэдэу, иджы зыӀэщӀалъхьа тепщэныгъэм хуэдэ дыдэ. Ар пэж ящӀын папщӀэ, зыгуэрхэр къагупсысын хуейт, арати, «пцӀыуэ щыӀэм я адэм» хьэзырыпсу абыхэм ягу къигъэкӀащ ящӀэныр сытми. Монаххэм пасэрей Ӏэрытх нэпцӀ ягъэхьэзыращ. Арати, иджыри къыздэсым зыми зыри зыхамыщӀыкӀа хасэхэм я унафэхэр къагъуэтащ, зэман пасэм щыщӀэдзауэ папэм тепщэныгъэр ӀэщӀэлъауэ жызыӀэ хуэдэхэр. Арати, пэжыгъэм зи щӀыб хуэзыгъэза члисэм, а пцӀыри фӀэфӀ дыдэу къищтащ. GCKar 50.4

Куэд мыхъу ухуакӀуэ пэжхэр, лъабжьэ пэжым я гъащӀэр тезыщӀыхьхэр, хуабжьу Ӏэнкунхэт, ящӀэныр ямыщӀэу, я гъуэгур апхуэдиз гъэсэныгъэпцӀхэм зэхуащӀырти. Неемие и зэманым Ерусалим и блыныр дэзыщӀеижа ухуакӀуэхэм хуэдэу, языныкъуэхэр хьэзырт жаӀэну: «хьэлъэзехьэхэм къару яхэтыжкъым, мыбдежым пхъэнкӀийр щыкуэдщ, афӀэкӀа тлъэкӀынукъым блыныр дэтщӀеин» (Неем. 4:10). ЩӀэчэ имыӀэу зыхэт бэнэныгъэм зэхиукӀауэ, зэрахуэу ямыгъэпсэууэ, пцӀы къытралъхьэхэу, лей кърахыу, зыри къаримыгъэхъулӀэн папщӀэ лъэкӀ къимыгъанэу, шейтӀаным ахэр гугъуехь Ӏэджэм здыхигъэтым, ухуакӀуэ пэжхэм ящыщ языныкъуэхэм я щхьэр къыфӀэхуащ. Мамыру псэун папщӀэ я гъащӀэри я мылъкури яхъумэжын папщӀэ, абыхэм лъабжьэ пэжыр ябгынащ. НэгъуэщӀхэр, абыхэм хуэдэтэкъым, я бийхэм щымыщтэу, шынагъэ жыхуаӀэр ямыщӀэу: «Фымышынэ! Зыщывмыгъэгъупщэ Тепщэ Ин Шынагъуэр”, — жаӀэу, (Неем. 4:14) пэжыгъэм и джатэр я бгым щӀэпхауэ я Ӏуэхур ягъэзащӀэрт (еплъ Еф. 6:17). GCKar 50.5

ЛӀэщӀыгъуэ къэси Тхьэм и бийхэр Ӏэлу губжьарэ хъыжьэу пэжыгъэм тезэрыгуэу щытащ, Мэсихь хуэлажьэхэр сакъын хуейт, Тхьэм хуэпэжу къэнэн щхьэкӀэ. Зэгуэрым Мэсихь и япэ еджакӀуэхэм яжриӀауэ щыта псалъэхэр, зэманым и кӀэм псэу и гъэсэнхэми яхуэгъэзащ: «Фэ нывжесӀэр псоми яжызоӀэ: «фымыжейуэ фысакъ!” (Мк. 13:37). GCKar 51.1

КӀыфӀыгъэр нэхъ Ӏув хъурт. Тхьэнапэхэм дэнэкӀи щхьэщэ щыхуащӀырт. Шэху уэздыгъэр хущӀагъанэрти, тхьэ сурэтхэм елъэӀурт. ДэнэкӀи зыщаубгъуат суевернэ хабзэ мышухэм, абыхэм къыпщагъэхъут цӀыхухэм я акъылыр яфӀэкӀуэдауэ. СыткӀэ уащыгугъ хъунут-тӀэ цӀыхухэм, жэхьилыгъэрэ гуэныхьхэмрэкӀэ нэхъ жумыӀэмэ, чэнджэщкӀэ зызыхуагъазэ дин Ӏэтащхьэхэмрэ дин-лэжьакӀуэхэмрэ зэрыщыту зэӀыхьарэ зэкӀуэкӀауэ здэщытам. GCKar 51.2

Члисэм зигъэпагэу зэрызиӀэтым иджыри зы лъэбакъуэ къыпищащ, е-ХӀ-нэ лӀэщӀыгъуэм папэ Григорий е-УӀӀ-нэм римскэ Члисэр гуэныхьыншэу жызыӀэ унафэр къыщищтам. Абы жиӀэхэм ящыщт, Члисэр, Тхыгъэ ЛъапӀэм зэрыжиӀэмкӀэ, зэи щыуакъым икӀи щыуэфынукъым жыхуиӀэр. Ауэ Библием апхуэдэ лъэпкъ зыщӀыпӀи къыщыхьакъым. Щихънагъ пагэм иджыри лъэкӀыныгъэ зыбгъэдилъхьэжат монарххэр тридзынуи хуиту, икӀи зыри абы и унафэхэм тежымыӀэжыхьыжыну — езым и закъуэт нэгъуэщӀхэм я унафэхэр зыхъуэжыну хуитыр. GCKar 51.3

Члисэр гуэныхьыншэу ябжыным и хъумакӀуэр залым дыдэу зэрыщытыр нэгъэсауэ къэлъэгъуащ, Германием и император Генрих e-IV-нэмрэ езымрэ щызэпэщӀэуам щыгъуэ. Папэм и пщӀэр къыфӀэмыӀуэхуу икӀи щымышынэу а монархым зыхуейр ищӀат, арати, ар члисэм къыхахури, и тахътэми хагъэкӀыжащ. Ищхьэ закъуэу къызэрынам икӀи папэм и мандатыр къызыӀэрыхьа пщы гупым зыкъаӀэтауэ къызэрыхуэдзэлашхэм игъэшынэжри, Генрих къыгурыӀуащ Римым гурыӀуэжын зэрыхуейр. И фызри къыхуэпэж и унэӀутри щӀыгъуу ар щӀымахуэу Алъп бгым щхьэдэкӀауэ щытащ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ игъэлъэгъуэну папэм и щхьэр зэрыхуигъэлъахъшэр. Папэр здэщыӀэ мывэ къалэм къэсри, щӀыгъуахэр имыгъусэжу, и закъуэ Генрих быдапӀэм и пщӀантӀэм дагъахьэри, щӀымахуэ уаеу, щхьэпцӀэрэ лъапцӀэу, факъырэм хуэдэу цӀахуцӀэу хуэпауэ папэм хуэзэну ежьэу дэтащ. Махуищ нейкӀэ нэщӀарэ, и гуэныхьым хущӀегъуэжауэ, икӀэм-икӀэжым, папэм абы къыхуигъэгъуащ, дяпэкӀэ си Ӏизыншэу зыри умыщӀэ уэ императорым, жриӀэри. Григорий e-VH-нэр текӀуащ, пащтыхьхэм я пагагъэр игъэӀэсэну и къалэну здилъытэжым. GCKar 52.1

Сыту хуабжьу зэщхьэщыкӀрэ а дин-лэжьакӀуэ зыкъыфӀэщӀыжам и пагагъэмрэ гуапэу Мэсихь и Ӏэдэбагъымрэ, цӀыхум и гум теуӀуэу Инджылым къигъэлъагъуэр, къадэну щӀэлъаӀуэу, я гум ирагъэхьэну, гуэныхьыщӀэм и гуэныхьхэр къыхуигъэгъуу мамырыгъэ иритын папщӀэ. Мэсихь и гъэсэнхэр игъасэрт: «япэ ищыну хуейр, адрейхэм хурепщылӀ” — жиӀэу (Мф. 20:27). GCKar 52.2

КъыкӀэлъыкӀуэ лӀэщӀыгъуэхэр щыхьэт техъуащ Римым и гъэсэныгъэхэмкӀэ пэжыгъэр нэхъыкӀэжу зэрызэригъэкӀуэкӀам. Иджыри папствэр щыщымыӀам мажусий философхэм жаӀэхэм цӀыхухэм я гулъытэр зыӀэпашэрт икӀи яжь къыщӀрагъэхурт члисэм. Чристэн диныр къэзыщтауэ зызыбжыж куэдыр, япэми хуэдэу, мажусий философием тетхэрт, ар яджыным имызакъуэу, адрейхэми ар хуагъэлъагъуэрт мажусийхэр къызэрыдахьэхын Ӏэмэпсымэу. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ чристэн диным зэраныгъэшхуэ къэзыхь щхьэрыуагъэ куэд къыхыхьащ. Абыхэм я нэхъ шынагъуэхэр: цӀыхум езыр езыру мылӀэжыныгъэ иӀэу, итӀанэ лӀахэр я акъылым итыжу ахърэтым щыпсэууэ зэрабжырт. А гъэсэныгъэхэм тещӀыхьауэ Римым лӀахэм, щихъыу ялъытэхэм, зыхуагъэщхъыу елъэӀуу кърагъэжьащ, Дева Мария жыхуаӀэр тхьэпэлъытэ ящӀащ. Абы аргуэру кърикӀуащ нэгъуэщӀыпцӀ зи гуэныхьым хущӀемыгъуэжауэ дунейм ехыжахэр игъащӀэкӀэ хьэзаб яшэч хуэдэу — папскэ диным псынщӀэ дыдэу нэщэнэ хуэхъуар. GCKar 52.3

Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ иджыри зы мажусий шыпсэ къащтэным гъуэгу игъуэтащ — чистилище жыхуаӀэр — ар къигъэсэбэпурэ Римым къэгъэпцӀэгъуафӀэ, суевернэ цӀыхухэр игъэшынэу щытащ. Чистилищер зыхуэдэу жыхуаӀэр — ар игъащӀэкӀи кӀуэдыжыну зыхуэмыфащэ цӀыхухэр лӀа нэужь я псэхэр здэкӀуэ хьэзаб шэчыпӀэ хуэдэрт, къалэжьа тезырыр япшыныжа нэужь, итӀанэ Уафэм ягъэкӀуэж хуэдэу. GCKar 53.1

Иджыри зы шыпсэ хуэныкъуэт Римыр, цӀыхухэм я шынагъэмрэ я ныкъусаныгъэхэмрэ къигъэсэбэпын папщӀэ. Ар индульгенцэхэм теухуа гъэсэныгъэрт. Гуэныхь псори къыпхуэгъуу укъагъэгугъэт блэкӀам пщӀари иджыпсту блэжьхэри, къэкӀуэнум пӀэщӀэкӀынухэри, къищынэмыщӀауэ, ахърэтым тезыруи хьэзабуи щыӀэм къригъэлынут папэм и тепщэныгъэм зригъэубгъун папщӀэ е абы и тепщэныгъэр зымыдэу тегушхуэхэр игъэкӀуэдыжын папщӀэ иригъэкӀуэкӀ зауэхэм хэлӀыфӀыхьхэм. ЦӀыхухэр ягъасэрт, члисэм ептын хуей ахъшэр ептыжмэ, уи гуэныхьхэм укъригъэлу, абы къыдэкӀуэуи къебгъэлыфын хуэдэу, дунейм ехыжа уи ныбжьэгъум и псэр, жыхьэрмэ мафӀэм хэту хьэзабыр зышэч хуэдэр. А псом кърикӀуэу Римыр къулеищэ хъурт, бейжь дыдэ хъуат, зэкӀуэкӀарэ гуэныхьым щӀигъэнауэ, Зи щхьэр щигъэтӀылъыну ЕгъэзыпӀэ ЗимыӀам и лӀыкӀуэу фэрыщӀу зызыбжыжхэр. GCKar 53.2

Библием зи гугъу ищӀ «Зиусхьэным и Пшыхьыр” зэрахъуэкӀат, я тхьэнэпцӀыр зэрагъэлъапӀэ мессэ жыхуаӀэмкӀэ. Папэм и дин-лэжьакӀуэхэм лъэкӀыныгъэ яӀэу загъэӀурт купщӀэншэ, делагъэ хабзэ къагупсысахэмкӀэ абыхэм къызэрыгуэкӀ щӀакхъуэмрэ санэмрэ «Мэсихь ипкърэ Илърэ” ягъэхъуфу. Ар икӀагъэ дыдэт, Тхьэр зыгъэпуду, псори къэзыгъэщӀа Тхьэм гъащӀэ итыфу иӀэ къарур закъыфӀэщӀыжыпауэ езыхэм зыбгъэдалъхьэу. Чристэнхэр хагъэзыхьырт, укӀкӀэ ягъэшынэу, Тхьэр зыгъэпуд а гъэпцӀагъэр я фӀэщ хъууэ жаӀэну хуагъэуву. Апхуэдэу зыщӀэну зымыда куэдыр мафӀэкӀэ ягъэсащ. GCKar 53.3

Е-ХӀӀ-нэ лӀэщӀыгъуэм папствэм и Ӏэщэ нэхъ шынагъуэ дыдэр кърагъэжьащ — инквизицэ жыхуаӀэр. КӀыфӀыгъэм и пщыр ядэӀэпыкъуащ папэм и ӀупэфӀэгъухэм ар къыщагупсысым. Ахэр щэхуу щызэхыхьэкӀэ нэрымылъагъуу яхэта шейтӀанымрэ абы и жинхэмрэ а гуэныхьыщӀэ цӀыхухэм я акъылыр зэрагъэкӀуащ, ауэ абы хэту абдежым щыӀа Тхьэм и мелыӀыч умылъагъум абыхэм я унафэ шынагъуэхэри, щӀэпхъаджагъэу ялэжьа псори итхыжащ, цӀыхуцӀэ зиӀэ дэтхэнэми и щхьэфэцым зригъэӀэтыну хьэкӀэкхъуэкӀагъэ ялэжьахэр. «Вавилон иным ирифырт цӀыху лъапӀэхэм я лъыр». Мелуан бжыгъэкӀэ хьэзабыр ирагъэшэчурэ нэджэӀуджэ ящӀа Ӏэпкълъэпкъхэр щӀэлъэӀуащ ялъ ящӀэжыну, Тхьэр зыгъэпцӀа тепщэныгъэр ягъэпшынэжыну. GCKar 53.4

Папствэр дуней псом я тепщэ залым хъуат. Императорхэри, королхэри римскэ папэм и унафэхэм едаӀуэрт. Къыпщыхъут дунеягъэкӀи ахърэткӀи дэтхэнэ зы цӀыхуми и гъащӀэр абы ӀэщӀэлъу. ЛӀэщӀыгъуэ куэдым я кӀыхьагъкӀэ зы цӀыкӀу къыпамыдзыжу псори Римым и гъэсэныгъэхэм едэӀуащ, икӀи сыту егугъупэу ягъэзащӀэрэт абы и хабзэхэмрэ и махуэшхуэхэмрэ! Римым и дин-лэжьакӀуэхэм псоми пщӀэшхуэ хуащӀырт, толъкъуным хуэдэу тыгъэхэр къаӀэрыхьэу. Абы лъандэрэ римскэ Члисэм зэи иӀэжакъым апхуэдэ щӀыхьышхуэрэ лъэщагърэ. GCKar 54.1

Ауэ «папэм и лъэщагъэ шэджагъуэ дыгъэм хуэдэу зэщӀэлыдэр дунейм папщӀэ жэщыкум хуэдэу кӀыфӀыгъэт». ЦӀыху къызэрыгуэкӀхэм я мызакъуэу, дин-лэжьакӀуэхэми хащӀыкӀ щыӀэтэкъым Тхыгъэ ЛъапӀэм. Пасэм щыӀа фарисейхэм хуэдэу, папскэ пашэхэм нэхур ялъагъу хъуртэкъым, я гуэныхьхэр къыщӀигъэщырти. Щыпкъагъэм и пщалъэ Тхьэм и Унафэхэр абыхэм Ӏуахщ, гъунапкъэншэ тепщэныгъэ зрагъэгъуэтри, захуэмыубыдыжу гуэныхьхэм щӀигъэнащ. ДэнэкӀи щыбагъуэрт хьэгъэщагъэр, нэпсеягъэр, къэхьпагъэр. ЦӀыхухэр ялэжьынкӀэ зыщышынэ щӀэпхъаджагъэ щыӀэтэкъым, абы мылъку къахуихьынумэ е увыпӀэшхуэрэ ӀэнатӀэшхуэрэ къыӀэригъэхьэнумэ. Папэхэмрэ прелатхэмрэ я сэреишхуэхэр къэхьпагъэ зэхуэсыпӀэ хъуат. Щихънагъ нэхъыщхьэхэм языныкъуэхэр апхуэдизу щӀэпхъаджагъэ хьэлъэхэмкӀэ къуаншэ хъурти, къэралым и тетхэм ахэр зыгуэрурэ я ӀэнатӀэм тригъэкӀыну яужь имыхьэу хъуртэкъым, афӀэкӀа пшэч мыхъуну хьэӀуцыдзхэм хуэдэу. ЛӀэщӀыгъуэ бжыгъэкӀэ Европэм щӀэныгъэми, цӀыхум и щэнхабзэми, гъуазджэми зыкӀи зиужьакъым. Чристэн диным и зэхэщӀыкӀкӀи, и щэнхабзэкӀи пкъыуэ зэуам хуэдэт. Римым и тепщэныгъэм щӀэт дунейм и щытыкӀэр шынагъуэрэ телъыджэу бегъымбар Осие и псалъэхэр къызэрыхъуар къагъэлъагъуэрт: «ЗгъэкӀуэдыжынущ си лъэпкъыр Сэ стеухуауэ щӀэныгъэ зэрамыӀэм щхьэкӀэ: сыкъэпцӀыхуну узэрыхуэмеям щхьэкӀэ, Сэри си щӀыб ныпхуэзгъэзэнущ... уи Тхьэм и Унафэр зэрызыщыбгъэгъупщэжам щхьэкӀэ, уи бынхэри зыщызгъэгъупщэнущ». «ЩӀылъэм тет цӀыхухэм пэжыгъи, гущӀэгъуи яӀэкъым, Тхьэри ящӀэну хуейкъым. Я тхьэрыӀуэхэр зымыгъэпэжхэщ, пцӀыупсхэщ, цӀыхуукӀхэщ, дыгъуэгъуакӀуэрэ зинэщӀакӀуэхэщ. Мардэншэ хъуахэщ — кӀэ иӀэкъым я лъыгъажэм” (Ос. 4:6,1, 2). Аращ кърикӀуэр Тхьэм и Псалъэр умыгъэзэщӀэным.  GCKar 54.2