Loading...

Loading

Loading
(You are in the browser Reader mode)

24 ӀЫХЬЭ—Я НЭХЪ ЛЪАПӀЭ ПЭШЫМ

ПсэупӀэ лъапӀэм ехьэлӀа упщӀэр ӀункӀыбзэ папщӀэ хуэхъуащ 1844 гъэм щыӀа гузэщыуэр къыщӀэхъуам и щэхур къэпщӀэным. Зэдэууэ зэкӀэлъыкӀуэ Пэжыгъэ пыухыкӀа зэпыщӀахэр абы къызэӀуихащ, икӀи адвентистскэ зэщӀэхъееныгъэ иныр Зиусхьэным зэрызэригъакӀуэм щыхьэт техъуащ, Тхьэм и лъэпкъым и щытыкӀэмрэ абы и къалэнымрэ къигъэнахуэу. Я гур зэщыуауэ, хьэзабыр я псэм телъу ягъэкӀуа жэщым иужь, «Зиусхьэныр къалъагъуу къэгуфӀэжа» Хьиса и еджакӀуэхэм хуэдэу, Ар ЕтӀуанэу къызэрыкӀуэнур зи фӀэщ хъуа псоми иджы гуфӀэгъуэ зыхащӀэжащ. Ахэр пэплъащ, Абы щӀыхьыр иӀэу къакӀуэу, и унэӀутхэм къахуэупсэну. Зыщыгугъахэр къащемыхъулӀэм, ахэр, Хьиса ямылъагъуж хъуауэ, «Си Зиусхьэным и хьэдэр щӀахащ, здахьари сщӀэркъым” жызыӀэу кхъэлэгъунэм Ӏута Мария дэщӀыгъуу пыхьэхэрт. Иджы аргуэру абыхэм Ар къалъагъужащ Я нэхъ ЛъапӀэ пэшым щӀэту; абы къыщагъуэтыжащ Ар, къадэгузавэ я Щоджэн Пашэр, я Пащтыхьым, я КъегъэлакӀуэм хуэдэу мыгувэу къэкӀуэнур. ПсэупӀэ лъапӀэм къыщӀэпс пэжыгъэм и нэхум блэкӀари, нобэрейри, къэкӀуэнури къигъэнэхурт. Абыхэм ящӀэрт зэи щымыуэ Тхьэуэ жыжьэ плъэм ахэр зэришэр. Япэрей еджакӀуэхэми хуэдэу, ягъэӀу хъыбарыр нэгъэсауэ къагурыӀуэу щымытами, а хъыбарыр зыми емылъытауэ сыт и лъэныкъуэкӀи зэрыпэжу къанэрт. Ар ягъэӀуурэ, Тхьэм и Ӏэмырыр ахэм ягъэзэщӀащ, икӀи ялэжьар Тхьэм и пащхьэм пщӀэншэу къыщынакъым. «Псэ зыхэт гугъэм» къыхуэщӀэрэщӀэжауэ, ахэм я гур хэхъуэрт «пхуэмыӀуэтэну, щӀыхь зыпылъ гуфӀэгъуэ” яӀэу. GCKar 393.1

«Пщыхьэщхьэрэ пщэдджыжьу минитӀрэ щищрэ дэкӀмэ, итӀанэ псэупӀэ лъапӀэр къабзэ хъужынущ» (Дан. 8:14) къыжызыӀэ Данил и бегъымбарӀуатэми, «Тхьэм фыщышыни, вгъэлъапӀэ, хьэкум щищӀэну сыхьэтыр къэсащи” (Откр. 14:7), къыжызыӀэ япэ мелыӀычым и хъыбарми, уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм и Я нэхъ ЛъапӀэ Пэшым Мэсихь щигъэзэщӀэну лэжьыгъэмрэ зэхэзыгъэкӀ хьэкумымрэт ягъэлъагъуэр, армыхъумэ, Мэсихь ЕтӀуанэу къызэрыкӀуэнур аратэкъым, и лъэпкъыр къригъэлу, бзаджащӀэхэр игъэкӀуэдыжын щхьэкӀэ. Щыуагъэ зыхэлъыр бегъымбар лъэхъэнэхэр къызэрабжаратэкъым, атӀэ 2300 махуэхэр щиухым къэхъун хуей Ӏуэхугъуэу ягугъарат. А щыуагъэм Тхьэм и бынхэм я гур зэщигъэуащ, арщхьэкӀэ, бегъымбар псалъэм къэхъункъэщӀэн хуейуэ къиӀуэта псори, Тхыгъэ ЛъапӀэм ипкъ иткӀэ, ахэр зэжьэфыну щыта псори зэщӀат. Зыщыгугъауэ къаймыхъулӀахэм щатепыхьэ зэманым, хъыбарым зи гугъу ищӀ Ӏуэхугъуэр къэхъуат, ӀыхьэфӀыр и унэӀутхэм ялъигъэсын мурадкӀэ, Зиусхьэныр къэкӀуэн ипэ къэхъун хуейуэ щытар. GCKar 393.2

Мэсихь къэкӀуащ, ауэ ахэм зэрагугъам хуэдэу, ар мы щӀылъэракъым къыздэкӀуар, атӀэ Къэщэхужыгъуэ Махуэшхуэм и прообразым къызэригъэлъагъуэщи, Ар уафэм щыӀэ Тхьэм и унэм и Я нэхъ ЛъапӀэ Пэшым щӀыхьащ. Данил бегъымбарым ар къеӀуатэр, «Зи Махуэхэр Жьы Дыдэм” и пащхьэ Хьиса зэрихьар. «Жэщым си нэгу щӀэкӀам сэ иджыри мыр щыслъэгъуащ: пшэхэм хэту зыгуэр къакӀуэрт, ЦӀыхум и Къуэм и теплъэм хуэдэу. Ар гъунэгъу къэхъури, Зи Махуэхэр Жьы Дыдэм бгъэдашащ” (Дан. 7:13). GCKar 394.1

Малахие бегъымбарми абы и гугъу ещӀыр: «ЯмыщӀэххэу и унэшхуэм щӀыхьэнущ Зиусхьэну фэ къэфлъыхъуэр, зэгурыӀуэныгъэм и МелыӀычыу, фэ фызыщӀэхъуэпсыр; мес, Ар къокӀуэр, жеӀэр Зиусхьэн Уафэ-Дзэпщым» (Мал. 3:1). Зиусхьэныр Тхьэм и унэм зэрыщӀыхьар ямыщӀэххэу, зыпэмыплъа Ӏуэхугъуэт Абы и лъэпкъым и дежкӀэ. Ахэм Ар абы щалъагъуну ящӀакъым. Ахэм я гугъат Ар щӀым къэкӀуэну, «мафӀэшхуэ къызэщӀэплъар къыздихьу, Тхьэр зымыщӀэ цӀыхухэм, хъыбарыфӀым щӀэмыдэӀуахэм я бзаджагъэр яригъэпшыныжын щхьэкӀэ” (2 Фес. 1:8). GCKar 394.2

АрщхьэкӀэ, я Зиусхьэным зэрыӀущӀэнум цӀыхубэр иджыри хуэхьэзыртэкъым. А Ӏуэхугъуэм абыхэм зыхуагъэхьэзырын хуейт. ЦӀыхухэр нэху хуэныкъуэт, я акъылыр уафэм щыӀэ Тхьэм и унэм хуэзыунэтӀын, итӀанэ, я Щоджэн Пашэм и лэжьыгъэм фӀэщхъуныгъэкӀэ кӀэлъыкӀуэурэ я къалэныщӀэхэр къагурыӀуэнут абыхэм. Зыущийн, къэзыхъумэн нэгъуэщӀ хъыбар къыӀэрыхьэн хуейт Члисэм. GCKar 394.3

Бегъымбарым жеӀэр: «Хэт зыхуэшэчынур Ар къыщыкӀуэну махуэр, хэт къызэтенэнур Ар къыщылъагъуэкӀэ? Ар псори зыгъэткӀу мафӀэм, псори зыгъэкъабзэ тхъуэбзащхъуэм хуэдэщ. ТӀы сынурэ, дыжьыныр игъэткӀуурэ, игъэкъэбзэнущ, Левий и къуэхэри игъэкъабзэурэ, дыщэмрэ дыжьынымрэ хуэдэу игъэткӀунущ, Зиусхьэным къурмэныр пэжыгъэкӀэ къыхуахьын щхьэкӀэ” (Мал. 3:2, 3). Уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм Мэсихь медат лэжьыгъэу щрихьэкӀыр иуха нэужь, щӀылъэм щыпсэунухэр Тхьэ ЛъапӀэм и пащхьэ Уэчыл ямыӀэжу итынущ. Абыхэм я щыгъынхэр бжьыгъэншэу щытын хуейщ; я хьэл-щэныр къурмэнылъымкӀэ ягъэкъэбзауэ, гуэныхьыншэу щытын хуейщ. Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэмрэ езыхэм я егугъунагъымрэ щӀэгъэкъуэн ящӀурэ, ем щебэнкӀэ, текӀуэлӀу къыхэкӀын хуейщ ахэр. ЗэхэзыгъэкӀ хьэкумыр уафэм щекӀуэкӀ зэманым, зи гуэныхьым хущӀегъуэжауэ къэзыгъанэ цӀыхухэм я гуэныхьхэр псэупӀэ лъапӀэм къыщыщӀахкӀэ, Тхьэм и лъэпкъыу щӀылъэм щыпсэухэм я деж лэжьыгъэшхуэ хэха щекӀуэкӀын хуейщ — гуэныхьхэр къагъанэурэ, загъэкъабзэу. А лэжьыгъэр нэхъ гурыӀуэгъуэу къыщыгъэлъэгъуащ КъызэӀузых Тхылъым и е-14-нэ псалъащхьэм ит хъыбархэм. GCKar 394.4

А лэжьыгъэр зэфӀэкӀа нэужь, Мэсихь и лъэужь ирикӀуэхэр Ар къыщылъагъуэнум хуэхьэзыр хъуауэ щытынущ. «Абы щыгъуэм Зиусхьэным и псэм фӀэфӀу щытынущ Иуди Ерусалими я къурмэныр, зэманыжьым, пасэрей гъэхэм зэрыщытам хуэдэу» (Мал. 3:4). Абы щыгъуэм, къыщигъэзэжыну махуэм, ди Зиусхьэным къыздищтэжыну и Члисэр «дахагъэ зиӀэ Члисэу, бжьыгъэ е ныкъусаныгъэ е щыщӀагъэ лъэпкъ имыӀэу» щытынущ (Еф. 5:27). Абы щыгъуэм ар «пшэплъым хуэдэу зэщӀэлыдэу, мазэм хуэдэу гъуэзэджэу, дыгъэм хуэдэу нэхуу, ныпхэр зыӀыгъ дзэхэм хуэдэу шынагъуэу” щытынущ (Песн. П. 6:10). GCKar 395.1

Зиусхьэныр Тхьэм и унэм зэрыщӀыхьэнум къинэмыщӀ, Малахие бегъымбарӀуатэ псалъэ апхуэдэуи къыжиӀащ, Мэсихь и ЕтӀуанэ къэкӀуэгъуэм тепсэлъыхьу, хьэкум ищӀэну Ар къызэрыкӀуэнум теухуауэ: «Хьэкум фтесщӀэну сыкъэкӀуэнущ, Ӏэзэ-гъуазэхэр, зинэщӀакӀуэхэр занщӀэу згъэкъуэншэнущ, пцӀыкӀэ Тхьэ зыӀуэхэри, и лӀыщӀэм и улахуэр зыкъузхэри, фызабэхэмрэ зеиншэхэмрэ лей къытезыгъыхьэхэри, хэхэсхэр дэзыкъузэхэри, Сэ къысщымышынэхэри, жеӀэр Зиусхьэн Уафэ-Дзэпщым» (Мал. 3:5). Иуди зи гугъу ищӀыр а Ӏуэхугъуэ дыдэрщ, мыпхуэдэу щыжиӀэкӀэ: «ФыкъэдаӀуэ, бжыгъэншэу мелыӀыч лъапӀэхэр и гъусэу Зиусхьэныр къэкӀуэнущ — псоми хьэкум ятрищӀэн папщӀэ, Тхьэм щымышынэхэр я Ӏуэху псомкӀи игъэкъуэншэн папщӀэ» (Иуд. 14, 15). Аращи, Хьиса ЕтӀуанэу къызэрыкӀуэнур икӀи Зиусхьэныр Тхьэм и унэм зэрыщӀыхьэнур зэпэщхьэхуэу зыкӀи зэмыщхь Ӏуэхугъуэ зырызщ. GCKar 395.2

Данил бегъымбарым и Тхылъым къызэриӀуатэщи, Ди Щоджэн Пашэм хуэдэу, Мэсихь псэупӀэ лъапӀэр игъэкъэбзэн щхьэкӀэ, Я нэхъ ЛъапӀэ Пэшым зэрыщӀыхьар (8:14), а Тхылъ дыдэм дыкъызэрыщеджэщи, ЦӀыхум и Къуэр Зи Махуэхэр Жьы Дыдэм зэрыхуэкӀуар (7:13), Малахие бегъымбарӀуатэу зэрыжиӀащи, Зиусхьэныр и унэ лъапӀэм зэрыщӀыхьар, — а псори зы Ӏуэхугъуэщ зытепсэлъыхьыр. Ар иджыри Мэсихь и щӀагъыбзэ хъыджэбзипщӀым теухуам къыщыгъэлъэгъуащ щауэр хьэгъуэлӀыгъуэм зэрыхыхьамкӀэ (Мф. 25). GCKar 396.1

«Мес, щауэр къокӀуэр”, — хъыбарыр 1844 гъэм и гъэмахуэми, бжьыхьэми ягъэӀуащ. Абы щыгъуэм цӀыхухэр наӀуэ дыдэу тӀууэ зэпэщхьэхукӀа хъуат, Ӏущхэмрэ акъылыншэ хъыджэбзхэмкӀэ къэгъэлъэгъуауэ зэрыщытам хуэдэу. Языныкъуэхэр Зиусхьэныр къыщылъагъуэнум гуфӀэжу пэплъэурэ, Абы зэрыӀущӀэнум егугъуу зыхуагъэхьэзырт; адрейхэр шынагъэм къыхэкӀкӀэ, дакъикъэкӀэ къызэщӀэнауэ, пэжыгъэр теориекӀэ зэращӀэм ирикъухэрт, Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэр ямыӀэу. ЩӀагъыбзэ зыщӀэлъ ущием, щауэр къыщыкӀуэм, «хьэзырхэр Абы щӀыгъуу хьэгъуэлӀыгъуэм хыхьащ”. Мыбдежым къызэрыщыгъэлъэгъуамкӀэ, щауэр къыщыкӀуэр хьэгъуэлӀыгъуэм щӀидзэн и пэкӀэщ. Мэсихь и Пащтыхьыгъуэр къызэрищтэм и дамыгъэщ нэчыхьыр. Къалэ лъапӀэу, ЕрусалимыщӀэм, Пащтыхьыгъуэм и нэщэнэу икӀи абы и къалащхьэу щытым фӀащащ «нысащӀэ, Щынэм и щхьэгъусэ”. МелыӀычым Яхья жриӀащ: «НакӀуэ, сэ уэзгъэлъагъунущ уэ фызыр, Щынэм и нысащӀэр». «ПсэкӀэ сиӀэтри, — жеӀэр бегъымбарым, — сигъэлъэгъуащ къалэшхуэр, Ерусалим лъапӀэр, Тхьэм къыбгъэдэкӀыу уафэм къехыр» (Откр. 21:9,10). Аращи, нысащӀэм къигъэлъагъуэр къалэ лъапӀэрщ, щауэм пежьа хъыджэбзхэр Члисэм и дамыгъэщ. КъызэӀузых Тхылъым щыжыӀащ, Тхьэм и бынхэр хьэгъуэлӀыгъуэ пшыхьым хьэщӀэу зэрыщыӀэнур (еплъ Откр. 19:9). Ахэр хьэщӀэмэ, абы щыгъуэм ахэр нысащӀэуи щытыфынукъым. Данил бегъымбарым зэрыжиӀэщи, Зи Махуэхэр Жьы Дыдэм къыбгъэдэкӀыу Мэсихь уафэм «къаруи, щӀыхьи, пащтыхьыгъуи» щигъуэтынущ. Абы ЕрусалимыщӀэр къыӀэрыхьэнущ, и пащтыхьыгъуэм и къалащхьэр, «нысащӀэм хуэдэу гъэхьэзырауэ, и лӀым папщӀэ гъэщӀэрэщӀауэ” (Дан. 7:14; Откр. 21:2). Пащтыхьыгъуэр къыӀэрыхьа нэужь, Абы и щӀыхьыр наӀуэу пащтыхьхэм я Пащтыхьыжу, тепщэхэм я Зиусхьэну и лъэпкъыр къищэхужын папщӀэ къэкӀуэнурэ, «Ибрэхьим, Исхьэкъ, Екъуб сымэ» я гъусэу Ӏэнэм щыпэрытӀысхьэнущ, Езым и Пащтыхьыгъуэм (Мф. 8:11; еплъ Лк. 22:30), Щынэм и хьэгъуэлӀыгъуэ пшыхьым хэтын папщӀэ. GCKar 396.2

«Мес, щауэр къокӀуэр”, — жаӀэу, 1844 гъэм и гъэмахуэм ягъэӀуа хъыбарым цӀыху мин бжыгъэхэр зимыӀэжьэу къэкӀуэну Зиусхьэным пэплъэну тригъэгушхуащ. Яубзыхуа зэманым Щауэр хьэгъуэлӀыгъуэм къэкӀуащ, ауэ щӀылъэракъым къыздэкӀуар, цӀыхухэм зэрагугъам хуэдэу, атӀэ уафэрщ, Зи Махуэхэр Жьы Дыдэм и дежщ, и Пащтыхьыгъуэр къищтэн папщӀэ. «Хьэзырхэр Абы и гъусэу хьэгъуэлӀыгъуэм хыхьэри, бжэхэр зэхуащӀыжащ». Ӏэмал имыӀэу щыткъым ахэр я щхьэкӀэ а хьэгъуэлӀыгъуэм хэтын хуейуэ, ар щекӀуэкӀыр уафэрауэ, езыхэр здэщыӀэр щӀылъэрауэ зэрыщытым къыхэкӀкӀэ. Мэсихь и гъуэгу ирикӀуэхэр ежьэн хуейщ «я Зиусхьэныр хьэгъуэлӀыгъуэм къыщикӀыжынум” (Лк. 12:36). Ауэ ахэм Абы и лэжьыгъэр къагурыӀуэу, фӀэщхъуныгъэкӀэ Абы кӀэлъыкӀуэурэ, Тхьэм и тахътэм екӀуэлӀэн хуейщ. Ахэр хьэгъуэлӀыгъуэм хыхьащ жыхуиӀэм къикӀыр аращ. GCKar 397.1

ЩӀагъыбзэ зыщӀэлъ ущием къыжеӀэр, хьэгъуэлӀыгъуэм хыхьахэр зи уэздыгъэхэм дагъэ итахэрауэ зэрыщытыр. Тхыгъэ ЛъапӀэм и пэжыгъэр къащӀэу, Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэмрэ и Дух ЛъапӀэмрэ зыгъуэтахэр, гъэунэхуныгъэ гугъу Ӏейхэм я кӀыфӀыгъэм зыщӀрамыгъэуфэу, нэху нэхъыбэ зрагъэгъуэтыну Библием зыхуагъазэурэ я шыӀэныгъэр зыфӀэмыкӀуэдахэр, — мис ахэращ уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм теухуа пэжыгъэмрэ КъегъэлакӀуэм и лэжьыгъэщӀэмрэ къызыгурыӀуауэ, фӀэщхъуныгъэкӀэ Абы кӀэлъыкӀуэу, Я нэхъ ЛъапӀэ Пэшым щӀыхьахэр. Тхыгъэ ЛъапӀэм и щыхьэтхэмкӀэ а пэжыгъэхэр къэзыщтэхэр фӀэщхъуныгъэ яӀэу кӀэлъоплъыр Мэсихь, и медат лэжьыгъэм иужь Ӏыхьэр игъэзащӀэу, ар зэриухыу и Пащтыхьыгъуэр къищтэн папщӀэ, Тхьэм и пащхьэ зэритым — мис а цӀыхухэрщ хьэгъуэлӀыгъуэм хыхьауэ символическэу къэгъэлъэгъуар. GCKar 397.2

Матфей итхыжа Инджылым и 22-нэ псалъащхьэм къиӀуатэ щӀагъыбзэ зыщӀэлъ ущием, хьэгъуэлӀыгъуэр къэзыгъэлъагъуэм, а символ дыдэр къегъэсэбэп икӀи абдеж зыхэщӀыкӀыгъуэу къыщыжыӀащ зэхэзыгъэкӀ хьэкумыр нэчыхьым и пэкӀэ зэриухынур. ХьэгъуэлӀыгъуэм щӀимыдзэ щӀыкӀэ Пащтыхьыр къыщӀохьэ, хьэгъуэлӀыгъуэм хуэфащэ щыгъыныр хьэщӀэ псоми ящыгърэ ящымыгърэ еплъыну: абы къикӀыр псори ныкъусаныгъэншэу, затхьэщӀауэ, Щынэм и ЛъымкӀэ загъэкъэбзауэ щытрэ щымытрэ къищӀэнырщ (еплъ Мф. 22:11; Откр. 7:14). Апхуэдэ щыгъын зимыӀэр, щашэчкӀэ жьыхум хуэдэу псынщӀэӀуэу къалъытэнурэ къыщӀахужынущ, щагъэунэхукӀэ хьэгъуэлӀыгъуэм хуэфащэ щыгъыныр зыщыгъыу къыщӀэкӀахэр Тхьэм къищтэнурэ, Абы и Пащтыхьыгъуэм щӀагъэхьэну хуагъэфэщэнущ, Абы дэщӀыгъуу и тахътэм трагъэтӀысхьэнущ, пщӀэ хуащӀынущ. ЦӀыхухэр апхуэдэу зэпаплъыхьурэ, Тхьэм и Пащтыхьыгъуэм хэт сымэ хуэхьэзырхэми къыщахутэнур зэхэзыгъэкӀ хьэкумыр щекӀуэкӀкӀэщ, ар уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм щекӀуэкӀ лэжьыгъэм и кӀэухыу щытынущ. GCKar 397.3

ЗэхэзыгъэкӀ хьэкумыр иуха нэужьщ, Мэсихь и гъуэгум ирикӀуэ псоми, сыт хуэдэ лӀэщӀыгъуэм псэуахэми, я Ӏуэхухэм хэплъэныр яухынурэ, абыхэм унафэ тращӀыхьа нэужьщ гъэунэхуныгъэ зэманыр щиухынур, гущӀэгъум и бжэр щызэхуащӀыжынур. Аращи, зы псалъэ кӀэщӀым, — «Хьэзырхэр Абы и гъусэу хьэгъуэлӀыгъуэм хыхьэри, бжэхэр зэхуащӀыжащ”, — жыхуиӀэм, КъегъэлакӀуэм и лэжьыгъэм и иужь Ӏыхьэ псори къызэщӀеубыдэ икӀи цӀыхур къызэрырагъэл лэжьыгъэшхуэр щызэфӀэкӀыну зэманым дыбгъэдешэ. GCKar 398.1

ИщхьэкӀэ зэрытлъэгъуащи, щӀылъэм щыӀа псэупӀэ лъапӀэм, уафэм щыӀэм и прообразу щытам, Къэщэхужыгъуэ Махуэшхуэм щоджэн пашэр Я нэхъ ЛъапӀэ Пэшым щыщӀыхьэм деж, псэупӀэ лъапӀэм и япэ Ӏыхьэм щрагъэкӀуэкӀ дин лэжьыгъэр иухырт. Тхьэм и унафэт: «ПсэупӀэ лъапӀэр игъэкъэбзэн папщӀэ, ар абы щыщӀыхьэкӀэ, къыщӀэмыкӀыжауэ, цӀыхубэр щызэхуэс шэтыр лъапӀэм зы цӀыху закъуи щӀэт хъунукъым” (Лев. 16:17). Аращи, Мэсихь, цӀыхухэр къызэрищэхуж и лэжьыгъэм и кӀэух Ӏыхьэр игъэзэщӀэн папщӀэ, Я нэхъ ЛъапӀэ Пэшым щыщӀыхьам щыгъуэ, япэ пэшым щригъэкӀуэкӀа лэжьыгъэр щигъэтащ. Ауэ япэ пэшым щекӀуэкӀа лэжьыгъэр щиухым, абы етӀуанэ пэшым щыщӀидзащ. Щоджэн пашэр, прообразнэ лэжьыгъэр здригъэкӀуэкӀым, Къэщэхужыгъуэ Махуэшхуэм псэупӀэ лъапӀэм и япэ Ӏыхьэм къыщыщӀэкӀыжкӀэ Тхьэм и пащхьэ ихьэрт, пэж дыдэу зи гуэныхьхэм хущӀегъуэжа, Израил псом я гуэныхьхэм щхьэкӀэ къихьа къурмэным и лъыр хуихьу. Абы хуэдэу Мэсихь ди медату ирихьэкӀ и лэжьыгъэм щыщ Ӏыхьэ зэфӀигъэкӀри, адрей Ӏыхьэм пэрыхьащ, япэм зэрищӀэу щытам хуэдэу и Адэм елъэӀуу, зи гуэныхьхэм хущӀегъуэж цӀыхум Езым и лъым и хьэтыр ирихыну. GCKar 398.2

А упщӀэр 1844 гъэм адвентистхэм къагурыӀуэу щытакъым КъегъэлакӀуэр къыщыкӀуэжыну зэжьа махуэр блэкӀа нэужьи, ахэр иджыри пэплъэрт Ар мыгувэу къэлъагъуэн я гугъэу, Мэсихь Тхьэм и пащхьэ щылъаӀуэу, медату ирихьэкӀа лэжьыгъэр иухауэ икӀи гузэвэгъуэ лъэхъэнэм и зэманыр екӀуэкӀыу быдэу я фӀэщ хъурти. Абыхэм къащыхъут: Библием жиӀэ хуэдэу, цӀыхухэр щагъэунэхун зэманыр Мэсихь щӀыхь иӀэу къэкӀуэным куэд имыӀэжу иухын хуейуэ. Абы щыгъуэм тегъэщӀапӀэ яхуэхъур Тхыгъэ ЛъапӀэм щыщ текстхэу, Тхьэм и гущӀэгъум и бжэр щызэхуищӀыжыну зэманыр къэзыгъэлъагъуэхэрт, цӀыхухэм я нэпсыр къыщӀэжу гущӀэгъум и бжэ зэхуэщӀам щытеуӀуэнур, ауэ афӀэкӀа зэи а бжэр щыӀуамыхыжынур. Арати, абыхэм упщӀэ яӀэ хъуащ: Мэсихь къыщигъэзэжыну ягугъэу къагъэлъэгъуауэ щыта пӀалъэр (махуэр) — ар, Мэсихь и къэкӀуэжыгъуэм ипэ къихуэн хуей, гузэвэгъуэ лъэхъэнэр щыщӀидзэн хуейр армырауэ пӀэрэ? — жаӀэри. Гъунэгъу къэхъу хьэкумым цӀыхухэр щахъумэн папщӀэ, я лъэныкъуэкӀэ ялъэкӀ къамыгъанэу зэрегугъуам къыхэкӀкӀэ, абыхэм я гугъэт дунейм ехьэлӀауэ я лэжьыгъэр зэфӀэкӀауэ, гуэныхьлыхэр къегъэлын къалэныр я пщэм дахыжауэ ялъытэрт; ауан къащӀурэ цӀыхухэр къащӀэнакӀэу зэрыщытым ахэр зэреплъыр Тхьэм и Дух ЛъапӀэм Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэр Ӏумпэм зыщӀахэр къызэригъэнам и нэщэнэут. А псом абыхэм нэхъыбэжу я фӀэщ ищӀырт гъэунэхуныгъэ зэманыр зэриухар, е езыхэм абы щыгъуэм зэрыжаӀэу щытам хуэдэу, «гущӀэгъум и бжэр зэхуащӀыжауэ». GCKar 398.3

Ауэ псэупӀэ лъапӀэм ехьэлӀа упщӀэр щызэпкърахым, ахэр нэху нэхъыбэм къигъэнэхуащ. Иджы абыхэм зэхащӀыкӀащ 1844 гъэм 2300 махуэхэр щиухынум, мыхьэнэшхуэ зиӀэ Ӏуэхугъуэ къэхъун хуейуэ зэрагугъамкӀэ захуэу зэрыщытар. ЛӀэщӀыгъуэ пщыкӀуийм и кӀыхьагъкӀэ цӀыхухэр Тхьэм зэрыхуэкӀуэу щыта гугъэмрэ гущӀэгъумрэ я бжэр пэж дыдэу зэхуащӀыжами, нэгъуэщӀыбжэ къызэӀуахащ, цӀыхухэм я гуэныхьхэр къахуэгъуфыну Ӏэмал ягъуэтащ Мэсихь Я нэхъ ЛъапӀэ Пэшым лъаӀуэу зэрыщӀэтымкӀэ. Мэсихь и лэжьыгъэм и зы Ӏыхьэрщ иухар, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ, адрей лэжьыгъэм пэрыхьэфын щхьэкӀэ. Мэсихь гуэныхьлыхэм папщӀэ дин лэжьыгъэ щригъэкӀуэкӀ уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм и бжэр иджыри зэӀухауэ щытщ. GCKar 399.1

Абдежым ахэм къащыгурыӀуащ Мэсихь КъызэӀузых Тхылъым Члисэм папщӀэ абыхэм я зэманым ехьэлӀауэ жиӀа псалъэхэм я мыхьэнэ пэжыр: «ЛъапӀэу икӀи Пэжым, Даут и ӀункӀыбзэр ЗыӀыгъым, зыми хузэхуэмыщӀыжыну бжэр КъызэӀузыхым, зыми зэӀуимыхыжыфыну бжэр ЗэхуэзыщӀым мы псалъэхэр жеӀэр: «Уи Ӏуэху зытетыр сощӀэр; мис, Сэ уи пащхьэ бжэр щызэӀусхащ икӀи зыми ар зэхуищӀыжыфынукъым» (Откр. 3:7,8). GCKar 399.2

Хьиса цӀыхухэр къызэрищэхуж и лэжьыгъэшхуэм фӀэщхъуныгъэ зиӀэу кӀэлъыплъхэм сэбэп яхуохъу Хьиса абыхэм папщӀэ медату илэжьыр; а лэжьыгъэм и нэхур зымыдэхэм, дауикӀ, абы и сэбэпынагъ къекӀыркъым. Мэсихь и Япэ къэкӀуэгъуэм журтхэм къыхурагъэха нэхур къащтэн ядакъым, Ар дунейм и КъегъэлакӀуэу зэрыщытыр я фӀэщ ящӀыну хуеякъым, арати, я гуэныхьхэр МэсихькӀэ къахуэгъуфынутэкъым абыхэм. Хьиса уафэм дэкӀуеижу, медат лэжьыгъэу ирихьэкӀынум и нэфӀщыхуэныгъэр и еджакӀуэхэм къахуригъэхын папщӀэ, уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм Езым и лъыр иӀыгъыу щӀыхьа нэужь, журтхэр кӀыфӀыгъэ Ӏейм хэту къэнащ, мыхьэнэ зимыӀэж къурмэнхэр ящӀын зэпамыгъэууэ. Прообразхэмрэ ныбжьхэмрэ я лэжьыгъэр зэфӀэкӀат. Япэм цӀыхухэр Тхьэм деж зэрыкӀуэу щыта бжэр зэхуащӀыжат. Журтхэм ядакъым Ар къыщагъуэтыфыну закъуэм деж къыщалъыхъуэну, — уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм. Абы къыхэкӀкӀэ ахэр зыкӀи Тхьэм пымыщӀауэ къэнащ. Абыхэм папщӀэ бжэр ирадзылӀэжащ. Абыхэм Мэсихь Къурмэн Пэжу, Тхьэм и пащхьэ ит Медат закъуэу къащтатэкъым, аращи, абыхэм къагъэсэбэпыфынутэкъым Мэсихь медат лэжьыгъэу GCKar 399.3

иригъэкӀуэкӀым и фӀыщӀагъэхэр. GCKar 400.1

Хьиса зи фӀэщ мыхъуа журтхэр зэрыхуа щытыкӀэм, наӀуэрэ гурыӀуэгъуэу уегъэлъагъу, ди Щоджэн Пашэ гущӀэгъулым и лэжьыгъэр ящӀэу Ӏумпэм зыщӀ, зыри къызыфӀэмыӀуэху, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ чристэнхэм я щытыкӀэр. Прообразнэ лэжьыгъэу щоджэн пашэр я нэхъ ЛъапӀэ Пэшым щыщӀыхьэм деж, Израилыр зэрылъэпкъыу псэупӀэ лъапӀэм ихъуреягъкӀэ щызэхуэсын хуейт, шынагъэ ягу илъу, егугъуу я щхьэхэр Тхьэм хуагъэлъахъшэн хуейт, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ я гуэныхьхэр къахуэгъун папщӀэ, лъэпкъым къыхамыхун папщӀэ. Нобэ, Къэщэхужыгъуэ Махуэшхуэм, ди Щоджэн Пашэм и лэжьыгъэр зыгурыдгъэӀуэным, апхуэдэуи дэ езым ди къалэнри тщӀэжыным и мыхьэнэр дапхуэдизкӀэ дэркӀэ нэхъ лъапӀэ? GCKar 400.2

ЦӀыхухэр тезырыншэу къэнэнукъым, Тхьэм и гущӀэгъум къыхэкӀыу къэзыхъумэну хъыбар къахуригъэхьхэм щелъэпауэкӀэ. Нухь и зэманым уафэм хъыбар къехат икӀи цӀыхухэр къелынрэ къемылынрэ зэлъытауэ щытар а хъыбарым ахэр зэрыхущытарщ. Къэзыхъумэну хъыбарым зэрелъэпэуам къыхэкӀкӀэ, Тхьэм и Дух ЛъапӀэр гуэныхьлыхэм къабгъэдэкӀри, ахэр псыдзэм хэкӀуэдащ. Ибрэхьим бегъымбарым и зэманым, Тхьэм и гущӀэгъум къигъэнат Содом къалэ дэсахэр, и щхьэгъусэмрэ и пхъуитӀымрэ щӀыгъуу, ЛутӀ къищынэмыщӀа, адрейхэр псори уафэм къеха мафӀэм исыжащ. Апхуэдэущ зэрыщытари Мэсихь и зэманми. Тхьэм и Къуэм абы щыгъуэм псэуа, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ журтхэм захуигъазэри, яжриӀащ: «Мис, фи унэр нэщӀу къыфхуонэр» (Мф. 23:38). Аращи, иужь махуэхэм захуигъазэу, къелын папщӀэ пэжыгъэр фӀыуэ зылъагъун зымыдахэм теухуауэ, ГуащӀэм я нэхъ иныр Зыбгъэдэлъым жиӀащ: «абы къыхэкӀкӀэ Тхьэм абыхэм я гупсысэкӀэр зэригъэкӀуэкӀынурэ, пцӀыр я фӀэщ хъууэ щытынущ икӀи пэжыгъэр зи фӀэщ мыхъуу, бзаджагъэр фӀыуэ зылъэгъуахэр Тхьэм игъэкъуэншэнущ» (2 Фес. 2:11, 12). И Псалъэм узыхуригъаджэр щамыдэкӀэ, и Дух ЛъапӀэр къаӀырехыжри, фӀыуэ ялъэгъуа щыуагъэм ӀэщӀэлъу ахэр къегъанэр Тхьэм. GCKar 400.3

Ауэ щыхъукӀи, Мэсихь цӀыхум щхьэкӀэ лъэӀуэн зэпигъэуакъым, къэзылъыхъуэ дэтхэнэми пэжыгъэм и нэхур иратынущ. Япэм адвентистхэм ар къагурыӀуэу щымытами, иужькӀэ Тхыгъэ ЛъапӀэм и фӀыгъэкӀэ псори гурыӀуэгъуэ хъуащ. GCKar 401.1

Зэжьа зэманыр 1844 гъэм блэкӀа нэужь, япэми хуэдэу, адвентистскэ фӀэщхъуныгъэм къытенахэм я дежкӀэ гъэунэхуныгъэ лъэхъэнэ гугъу Ӏейм щӀидзащ. Адвентистхэм я Ӏуэху еплъыкӀэр зэрыпэжыр быдэу я фӀэщ зыщӀу яӀэ нэху закъуэр, абыхэм я акъылыр уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм зыгъазэрт. Языныкъуэхэр я фӀэщ хъууэ щытахэм епцӀыжащ, бегъымбарӀуатэ лъэхъэнэхэр къызэрахутар зэрыпэжыр я фӀэщ мыхъужу, Дух ЛъапӀэм и лэжьыгъэ ину адвентистскэ зэщӀэхъееныгъэр зезыгъэкӀуам щхьэкӀэ, ар цӀыхухэрщ е шейтӀанырщ къызыбгъэдэкӀауэ щытар жаӀэри, ежьэжащ. Адрейхэм быдэу я фӀэщ хъурт, гъэунэхуныгъэ зэманми Зиусхьэным и унафэм зэрыщӀэтахэр, икӀи ежьэурэ, сакъыурэ, Тхьэм и Ӏэмырыр зыгурагъэӀуэн папщӀэ, Тхьэм елъэӀухэрт. Арати, абыхэм къагурыӀуащ я Щоджэнышхуэ Пашэр и дин лэжьыгъэм и етӀуанэ Ӏыхьэр игъэзэщӀэным зэрыпэрыхьар, икӀи фӀэщхъуныгъэкӀэ Абы кӀэлъыкӀуэурэ, ахэм къагурыӀуащ Члисэм щӀылъэм кӀэух лэжьыгъэу щигъэзэщӀэн хуейм и купщӀэр. Ахэм япэми етӀуанэ мелыӀычми я хъыбархэр фӀы дыдэу, нэгъэсауэ къагурыӀуащ, иджы хуэхьэзырт КъызэӀузых Тхылъым и 14-нэ псалъащхьэм ещанэ мелыӀычым хуабжьу узыщихъумэр къащтэу дунейм хагъэӀуэну, ирагъэщӀэну. GCKar 401.2