Loading...

Loading

Loading
(You are in the browser Reader mode)

26 ӀЫХЬЭ—ПЭЖЫГЪЭМ И ХЪУМАКӀУЭХЭР

Бегъымбар Есихь жиӀащ иужь махуэхэм цӀыхухэм щэбэтыр ягъэлъапӀэу зэрыщӀадзэжынур: «Зиусхьэным жеӀэр мыпхуэдэу: хьэкумыр фхъумэ, пэжыгъэ влэжь; фыкъыщезгъэлынури си пэжыгъэр къыщызэӀусхынури гъунэгъущи. Гъуэгу махуэ теуващ апхуэдэу зыщӀэ лӀыр, ар быдэу зыгъэзащӀэ цӀыхум и къуэр, щэбэт махуэр химыутэу зыхъумэр, Ӏеягъэ лъэпкъ имыщӀэн папщӀэ зи Ӏэр зыубыдыр». «НэгъуэщӀ лъэпкъхэм я къуэхэу Зиусхьэным къыгухьахэр, къыхуэлажьэу, Зиусхьэным и цӀэр фӀыуэ ялъагъуу, къыхуэпщылӀхэр, щэбэт махуэр ямыгъэпуду, си унафэхэм быдэу тетхэр, си бгы лъапӀэм дэсшеинурэ, си тхьэлъэӀупӀэ унэм щызгъэгуфӀэнущ» (Ис. 56:1,2,6, 7). GCKar 420.1

А псалъэхэр чристэн лӀэщӀыгъуэми ехьэлӀауэ жыпӀэ хъунущ, тхыгъэм къызэригъэлъагъуэщи: «Зиусхьэну Тхьэм, израил лъэпкъ зэбгырыдзар зэщӀэзыкъуэжым, къыжеӀэр: зэхуэсшэсыжахэм Сэ иджыри нэгъуэщӀхэри къахэсшэнущ” (Ис. 56:8). Мыбдежым бегъымбарӀуатэм къыжеӀэр Инджылым и хъыбарым мэжусийхэри къызэрыдихьэхынур. Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэр дэтхэнэ зыми лъигъэсыну къигъэгугъащ, игъэлъапӀэу щэбэтыр зылъытэну дэтхэнэми. Аращи, Хьиса жорым кӀэраӀулӀэу, къэхъужу, уафэм дэкӀуеижа нэужьи еплӀанэ унафэм и къарур кӀуэдыркъым, къищынэмыщӀауэ, Абы и ӀуэхутхьэбзащӀэ псоми къегъэлыныгъэм и хъыбарыр дэтхэнэ зы лъэпкъми щыхуахьыну лъэхъэнэми носыр. GCKar 420.2

Зиусхьэным унафэ ещӀ а бегъымбар дыдэм и жьэмкӀэ: «Щыхьэтыгъэр зэкӀуэцӀыпхи, си еджакӀуэхэм ялъагъуу къызэӀусхам мыхъур тегъауэ” (Ис. 8:16). Тхьэм и унафэм и мыхъурыр — ар еплӀанэ унафэрщ. Адрей унафибгъум къащхьэщыкӀыу а зыращ къыджезыӀэр Унафэр КъыдэзыгъэкӀам и цӀэмрэ и титулымрэ. А унафэм жеӀэр: Зиусхьэныр — уафэмрэ щӀылъэмрэ КъэзыгъэщӀащ, аращ къызыхэкӀыр Зиусхьэным щӀыхь хуэпщӀу, адрей псом нэхъ лъапӀэу ар плъытэну къызэрагъэувыр. УнафипщӀым нэгъуэщӀыпӀэ деж къыщыгъэлъэгъуакъым, хэт и тепщэныгъэкӀэ Унафэр къыдатами. Папскэ тепщэныгъэм щэбэтыр щихъуэжам, унафэм тегъэуауэ щыта мыхъурыр къытрахауэ аращ. Хьиса и еджакӀуэхэм я къалэнщ, еплӀанэ унафэм хуэфащэ увыпӀэр ирагъэгъуэтыжыну, Дунейр Тхьэм къызэригъэщӀам и фэеплъ махуэу икӀи Тхьэм и тепщэныгъэм и дамыгъэу ар яӀэтыжыну. GCKar 420.3

«Унафэмрэ Тхьэм къызэӀуихамрэ захуэвгъазэ”. Доктринэуи теориеуи зэмылӀэужьыгъуэ куэдыкӀей зэрыщыӀэм емылъытауэ, сыт хуэдэ еплъыкӀэхэми, гъэсэныгъэхэми, теориехэми я пэжагъыр къызэрапщытэ пщалъэ закъуэу щытын хуейр Тхьэм и Унафэ закъуэрщ. Бегъымбарым жеӀэр: «Абыхэм темыхуэу хэт сыт жиӀэми пэжыгъэм и нэхур хэлъкъым» (Ис. 8:20). GCKar 421.1

Аргуэру унафэ щыӀэщ: «Ину кӀий, зумышыӀэ, бжьамийм хуэдэу уи макъым зегъэӀэти, си лъэпкъым я хабзэншагъэхэр къыщӀэгъэщ, Екъуб и унагъуэм я гуэныхьхэр егъэлъагъуж” (Ис. 58:1). А псалъэхэр Тхьэр зымыщӀэ дунеиракъым зыхуэгъэзар, атӀэ Зиусхьэным «си лъэпкъыр» жиӀэу зэджэхэрщ а хабзэншагъэ ялэжьхэмкӀэ игъэкъуаншэр. АдэкӀэ Абы иджыри къыжеӀэр: «Ахэм махуэ къэс сыкъалъыхъуэр, си гъуэгухэри яцӀыхунуи хуейщ, захуагъэ зылэжь лъэпкъым хуэдэу, я Тхьэм и унафэхэр къэзымыгъанэхэм хуэдэу» (Ис. 58:2). Мыбдежым къыщыгъэлъэгъуащ, цӀыху щыпкъэу зызылъытэжхэр, фэкӀэ езыфыгъулӀэу Зиусхьэным хуэлажьэхэр, ауэ цӀыхухэм я гум Иплъэфым, ахэр апхуэдизу ткӀийуэ, шынагъуэу егъэкъуаншэри, гурыӀуэгъуэ мэхъу, Тхьэм и унафэхэр ахэм зэрыхаутэр. GCKar 421.2

ЦӀыхухэм къафӀэмыӀуэхуу щыт Тхьэм и унафэм теухуауэ, бегъымбарым мыпхуэдэу жеӀэр: «ЩӀэблэ куэдым я лъабжьэр уэ зэфӀэбгъэувэжынущ, зэтещэщахэр зэтезыгъэувэжкӀэ къоджэнущ, жылэхэм папщӀэ гъуэгухэр къэбгъэщӀэрэщӀэжынущ. Щэбэт махуэм и хьэтыркӀэ уи лъакъуэр бубыдрэ, си махуэ лъапӀэм уи щхьэм къилъадэхэр умыгъэзащӀэмэ, щэбэтыр гуфӀэгъуэу жыпӀэрэ, Зиусхьэным и махуэ лъапӀэу, пщӀэ хуэпщӀу, и щӀыхьыр плъытэмэ, махуэ къэс блэжь хабзэ уи Ӏуэхухэр къэбгъанэу, щхьэзыфӀэфӀыгъэ умыщӀэу, купщӀэншэу а махуэм умыпсалъэмэ, абы щыгъуэм Зиусхьэным гуфӀэгъуэ къуитынущ” (Ис. 58:12-14). А бегъымбарӀуатэр ди махуэхэми хуэгъэзащ. Щэбэтыр щихъуэжам, римскэ тепщэныгъэм Тхьэм и Унафэр икъутащ. Ауэ Тхьэм игъэувахэр щызэтегъэувэжын хуей зэманыр къэсащ. Пхрауда гъуанэр гъэбыдэжауэ, щӀэблэ куэдым лъабжьэ яхудэщӀеин хуейщ. GCKar 421.3

Ӏэдэм щэбэтыр, зэгъэгъуэ махуэ лъапӀэу, ДыкъэзыгъэщӀам и нэфӀ зыщыхуа махуэу, илъытэу щыщытар, иджыри гуэныхь имыщӀауэ Жэнэт хадэ лъапӀэм щыщыпсэуам и закъуэкъым, атӀэ дэхуэхыу, тобэ къихьыжа нэужьи, и хэку лъапӀэм къыщрахуа зэманми. Щэбэтыр бегъымбар псоми ягъэзащӀэу щытащ — цӀыху щыпкъэхэу Авел деж къыщыщӀэдзауэ, Нухь, Ибрэхьим, Исхьэкъ сымэ я деж нэсыхукӀи. Тхьэм къыхиха лъэпкъыр Мысыр щӀыналъэм гъэру щыщыӀа зэманым, абы дэнэ дежи щытепща мажусий диным ижь къащӀихури, куэдым Тхьэм и Унафэр ӀэщӀыб ящӀауэ щытащ, арщхьэкӀэ, Зиусхьэным и лъэпкъыр щхьэхуит ищӀыжа нэужь, хэӀэтыкӀауэ игъэлъапӀэу, и Унафэр цӀыху зэхуэса куэдым яжриӀащ, Езым и Ӏэмырыр абыхэм къаригъэщӀэн папщӀэ, къедаӀуэу къыщышынэу игъащӀэкӀи щигъэтын папщӀэ. GCKar 422.1

А зэманым щыщӀэдзауэ, ди махуэхэм къэсыху Тхьэм и Унафэм теухуа щӀэныгъэр щӀылъэм щыхъума хъуащ, щэбэтыр, еплӀанэ унафэм ипкъ иткӀэ ягъэзащӀэу. «Гуэныхьлы цӀыхум» Тхьэм и махуэ лъапӀэр хиутэн къехъулӀами, итӀанэми, абы тепщэныгъэр щиӀыгъа лъэхъэнэми щэхуу а махуэр зылъыта цӀыхухэр щыӀащ. Реформацэ зэманым щыщӀэдзауэ, а махуэр зыгъэлъапӀэ цӀыхухэр щӀэблэ къэс яхэтащ. Дзы къыфӀащу, ямыгъэпсэууэ къызэрырахуэкӀам емылъытауэ, Тхьэм хуэпэж и бынхэр зэпымычу щыхьэт техъуэрт Тхьэм и Унафэр зэрыбыдэм, къызэрагъэщӀам и фэеплъ щэбэтыр ялъытэну цӀыхухэм я къалэн лъапӀэу зэрыщытыр къыжаӀэу. GCKar 422.2

А пэжыгъэхэр, «мыкӀуэдыжын Инджылым епхар», КъызэӀузых Тхылъым и 14-нэ псалъащхьэм къызэрыщыгъэлъэгъуащи, Мэсихь КъыщигъэзэжкӀэ и Члисэр къыхэзыгъэщхьэхукӀ нэщэнэу щытынущ. Хъыбарищыр зэрагъэӀуам и лэжьыгъэу, Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэ, Хьиса и фӀэщхъуныгъэр зиӀэ цӀыхухэр зэхуэшэса хъунущ. Ар иужь хъыбару щытынущ, Мэсихь къигъэзэжыным ипэ къихуэу дунейм къыхуагъэхьауэ. ИкӀи а хъыбарыр хэӀуа нэужь, зимыгъэгувэу ЦӀыхум и Къуэм хуэдэу Къехар, бегъымбарым зэрыжиӀам хуэдэу, щӀыхьышхуэ иӀэу, щӀылъэм и гъавэр кърихьэлӀэжын папщӀэ къэкӀуэнущ. GCKar 422.3

ПсэупӀэ лъапӀэм теухуа нэхумрэ Тхьэм и Унафэр зэрыбыдэмрэ къэзыщтахэм, гуфӀэгъуэр я гум щызу ягъэщӀагъуэрт къахузэӀукӀа пэжыгъэм и дахагъэр, и гъуэзэджагъэр. Ахэр хуейт чристэн псоми пэжыгъэ лъапӀэм и нэхумкӀэ дэгуэшэну икӀи а нэхум щыгуфӀыкӀыу цӀыхухэм ар къызэращтэнур я фӀэщ ямыщӀыну абыхэм ялъэкӀынутэкъым. АрщхьэкӀэ, ахэр дунейм къыхэзыгъэщхьэхукӀыну пэжыгъэхэм, Мэсихь и гъуэгум тету зызыбжыж куэдыр зыкӀи щыгуфӀыкӀакъым. ЕплӀанэ унафэр гъэзэщӀэным гугъуехь пылът, куэдым ар яшэчыныр ягу ирихьакъым. GCKar 422.4

ЕплӀанэ унафэм къигъэувхэр зэхаха нэужь, куэдым дунейм и цӀыхухэм я гупсысэкӀэм зратащ. Абыхэм жаӀащ: «Дэ сытым щыгъуи тхьэмахуэ махуэращ тлъытар, ди адэжьхэм зэращӀэу щытам хуэдэу, цӀыхуфӀ куэдым, Тхьэм фӀэлӀыкӀыу щытахэм а махуэр ягъэлъапӀэурэ щыпкъэу дунейм зэрехыжам хуэдэу. Ахэр захуэу щытамэ, дэри а Ӏуэхум теухуауэ дызахуэщ. Щэбэт махуэр гъэлъэпӀэным дэ адрейхэм дакъыхигъэщхьэхукӀынурэ, ахэм дижь лъэпкъ щӀедмыгъэхужыфу дищӀынущ. Сыт зыщыгугъыфынур щэбэтыр зыгъэлъапӀэ цӀыху гуп тӀэкӀур, адрей къомым, тхьэмахуэ махуэр зыгъэлъапӀэхэм зыпагъэувауэ?” Апхуэдэ щыхьэтыгъэхэр къагъэсэбэпурэ, журтхэм Мэсихь зэрамыдамкӀэ загъэзэхуэжат. Абыхэм я адэжьхэм Тхьэм къурмэн хуащӀу щытащ, икӀи Зиусхьэным ахэр къабыл ищӀырт, иджы сыт-тӀэ абыхэм я бынхэр а гъуэгу дыдэм ирикӀуэурэ къыщӀемылыфынур? Апхуэдэ къабзэу Лютер и зэманми папистхэм жаӀэрт, чристэн пэжхэр католикыу дунейм зэрехыжам къегъэлъагъуэ а диным укъригъэлыну. Апхуэдэ гупсысыкӀэр хуабжьу зэран хуохъу уи фӀэщхъуныгъэмрэ уи динымрэ зебгъэужьыным. GCKar 423.1

Куэдым тегъэчыныхьауэ жаӀэрт, тхьэмахуэ махуэр гъэлъэпӀэныр — псоми къызэдащта доктринэу, лӀэщӀыгъуэ куэдым и кӀыхьагъкӀэ Члисэм хуабжьу абы зыщиубгъуауэ, ар цӀыхухэм хабзэ яхуэхъуауэ. АрщхьэкӀэ, а къыжаӀэхэр къемызэгъ ищӀырт, щэбэтымрэ ар бгъэлъэпӀэнымрэ нэхъ пасэжу зызыубгъуа хабзэу, дунейр къызэрагъэщӀ лъандэрэ къызэрекӀуэкӀым, икӀи ар лъапӀэ зыщӀар Тхьэмрэ мелыӀычхэмрэ арауэ зэрыщытым. GCKar 423.2

Пщэдджыжь вагъуэхэм уэрэдыр жаӀэу, Тхьэм и къуэхэр щыгуфӀыкӀыу щӀылъэм и лъабжьэр щагъэтӀылъарщ щэбэтыр къыщежьар (еплъ Иов 38:6, 7; Быт. 2:1-3). Мис аращ щэбэтыр бгъэлъэпӀэн щӀыхуейр — ар цӀыхум и тепщэкӀэ ящӀа унафэкъыми, цӀыхухэм хабзэу ягъэувахэм тегъэщӀакъыми. Ар къэзыублар «Зи Махуэхэр Жьы Дыдэрщ», икӀи Абы и Псалъэ МыкӀуэдыжым жеӀэр а махуэр дгъэлъэпӀэн хуейуэ. GCKar 423.3

Щэбэтыр зэрахъуэжам цӀыхубэм гу лъата нэужь, пщӀэ зиӀэ члисэхэм я лэжьакӀуэхэм Тхьэм и Псалъэр зэрагъэкӀуэкӀын щӀадзащ, зыхуей кърагъэкӀыу, цӀыхухэм яакъыл къэушар ягъэжеижын папщӀэ. ИкӀи Тхыгъэ ЛъапӀэр езыр-езыру зымыджахэм, апхуэдэ щыхьэтхэр ягу ирихьри, яфӀэфӀу къащтащ. Куэдым пэжыгъэр пцӀыуэ къыщӀрагъэдзыну яужь ихьащ, хьилагъэ аргументхэр къахьурэ, адэжьхэм къащӀэна хабзэхэмрэ Члисэм и щӀыхьымрэт абыхэм къагъэсэбэпыр. Щэбэтым и телъхьэхэм Библиеращ тегъэщӀапӀэ ящӀар, еплӀанэ унафэр зэрыпэжыр апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ ягъэлъэгъуэн папщӀэ. ЦӀыху къызэрыгуэкӀхэр, пэжыгъэм и Псалъэ закъуэмкӀэ зэщӀэузэдауэ, хахуэу япэщӀэтыфт къатеуэ щӀэныгъэлӀхэм, ягъэщӀагъуэу икӀи ирибампӀэу зылъагъужхэм, я жьакӀуагъэ софистикэр къарууншэу къызэрыщӀидзыр, еджагъэшхуэхэм я Ӏущыгъэм нэхърэ Тхыгъэ ЛъапӀэм нэхъыбэ хэзыщӀыкӀхэм къызэрыгуэкӀыу, атӀэми шэрыуэу къахь щыхьэтхэм. GCKar 423.4

Куэдым, Тхьэм и Псалъэм и щыхьэтхэр ямыӀэу, Мэсихьрэ Абы и еджакӀуэхэмрэ апхуэдэ дыдэу зэгуэрым ягъэкъуэншэну яужь зэритауэ щытар ящыгъупщэжауэ, ерыщу, нэрыгъыу я псалъэхэм къатекӀыртэкъым: «Сыт щэбэтым теухуауэ жаӀэхэр ди цӀыхушхуэхэм къыщӀамыщтэр? Фэ фхуэдэ закъуэтӀакъуэхэрщ ар зи фӀэщ хъур. Мы дунейм и щӀэныгъэлӀ псори щыуэу, фэ фызахуэу дауэ хъун?”, — жаӀэу. GCKar 424.1

Апхуэдэ тегъэщӀапӀэхэр зэрыпцӀыр къыщӀэбгъэщын папщӀэ, Тхыгъэ ЛъапӀэм узыхуригъаджэм зыхуэбгъэзэн хуей къудейт, Тхьэмрэ Абы и лъэпкъымрэ сыт хуэдэ лӀэщӀыгъуэми яӀа зэхущытыкӀэр щапхъэу къэпхьу. Зиусхьэным къигъэсэбэп цӀыхухэр, и макъыр зэхэзых, Езым къедаӀуэхэрщ, зэхэгъэж зымыщӀ и пэжыгъэхэр игъуэ зэманым жызыӀэфынухэрщ, гуэныхь зызыубгъуахэр зыгъэкъуэншэн мышынэхэрщ. Реформэ егъэкӀуэкӀын хуейр зэфӀигъэкӀын папщӀэ, Зиусхьэным мащӀэрэщ щӀэныгъэлӀхэмрэ лӀыщхьэхэмрэ къызэрыхихыр, апхуэдэ цӀыхухэр нэхъыбэу езыхэр зыщогугъыжри, езыхэм я фӀэщ хъухэмрэ я теориехэмрэ нэхъыбэу дзыхь хуащӀурэ, Тхьэм и деж щеджэну хуэныкъуэу залъытэжкъыми. Ӏущагъым и Псынэм быдэу пыщӀауэ щыт закъуэрщ, зыхищӀыкӀыу Тхыгъэ ЛъапӀэр гурыӀуэгъуэ зыщӀыфынур. Иныкъуэхэм деж пэжыгъэм зегъэубгъуныр щӀэныгъэ зимыӀэ цӀыхухэм дзыхь щӀыхуащӀыр — ахэр зэрыщӀэныгъэншэркъым, атӀэ апхуэдизу зыщыгугъыжкъыми аращ, Тхьэм и деж щемыджэн хуэдэу. Абыхэм Мэсихь и еджапӀэм щӀэныгъэ щагъуэтри, Ӏэсагъэмрэ жыӀэдаӀуагъэмрэ я фӀыгъэкӀэ цӀыху щэджащэ мэхъухэр. И пэжыгъэр абыхэм ящӀэну дзыхь яхуищӀурэ, дунейм и щӀыхьри, цӀыхухэм яфӀэлъапӀэхэри зумыгъэпщэфын щӀыхь абыхэм яхуещӀ Тхьэм. GCKar 424.2

Адвентистхэм я нэхъыбапӀэм псэупӀэ лъапӀэмрэ Тхьэм и Унафэмрэ ятеухуа пэжыгъэхэр къащтэн ядакъым, апхуэдэу адвентистскэ зэщӀэхъееныгъэм куэд къыхэкӀыжащ, абыхэм ехьэлӀа бегъымбарӀуатэхэр я фӀэщ мыхъужу, къемызэгъ еплъыкӀэ зэпэщӀэувэхэм зыдрагъэхьэхри. Языныкъуэхэр хуабжьу щхьэрыуащ, Мэсихь къыщыкӀуэжыну зэман дыдэр къахутэным яужь ихьэри. ПсэупӀэ лъапӀэм ехьэлӀа Ӏуэхур къэзыгъэнэхуа нэхущӀэм абыхэм къаригъэлъагъун хуейт, зы бегъымбар лъэхъэни Хьиса ЕтӀуанэу къыщигъэзэжыну зэманым зэрынэмысыр, Ар къыщыкӀуэжыну зэман дыдэр зы бегъымбарми зэрыжимыӀар. АрщхьэкӀэ, а нэхум я щӀыбыр хуагъазэри, абыхэм аргуэру, аргуэру зэман ягъэлъагъуэу щӀадзащ, Зиусхьэным къыщигъэзэжын хуейр икӀи сыт щыгъуи къытрагъэзэжурэ, хуабжьу ягухэр зэщыуэрт. GCKar 424.3

Фессалоник члисэм Мэсихь къызэригъэзэжынум теухуауэ щыуагъэ куэд щызекӀуэ щыхъум, Тхьэм и лӀыкӀуэ Павел абыхэм чэнджэщ яритащ зыщыгугъыу зыпэплъэхэр Тхьэм и ПсалъэмкӀэ быдэу къапщытэну. Павел цӀыхухэм гу лъаригъэтащ Мэсихь къэкӀуэжын ипэ къэхъун хуей Ӏуэхугъуэхэр зыгъэлъагъуэ бегъымбарӀуатэхэм, аращи, я махуэхэм Мэсихь къигъэзэжыну ежьэну лъабжьэ зэрамыӀар ахэм яригъэлъэгъуащ. «Зыми зыкӀи фыкъремыгъапцӀэ” (2 Фес. 2:3) — яжриӀэрт абыхэм, къихъумэурэ. Абыхэм Тхыгъэ ЛъапӀэм темыщӀыхьа гугъэхэр къамыгъэнатэмэ, фӀэкӀыпӀэншэу игъэщхьэрыуэнурэ щыуагъэ Ӏуэхухэр яригъэщӀэнут, иужькӀэ ягу зэрызэщыужынум кърикӀуэу, Тхьэр зи фӀэщ мыхъухэм къапкърыкӀыну ауаныр къазэрытещэщэнум, абыхэм шынагъэ къащхьэщишэнут, къелын папщӀэ я фӀэщ хъун хуей пэжыгъэхэм шэч къытрахьэжынкӀэ. Фессалоник къалэм дэсахэм Тхьэм и лӀыкӀуэм яхуригъэхьа ущием иужь зэманым псэунухэм мыхьэнэшхуэ зиӀэ дерс къыхахын хуейщ (еплъ 2 Фес. 2:3). Адвентист куэдым къащохъу: Зиусхьэныр зы зэман пыухыкӀа гуэрым къэлъагъуэныр уи фӀэщ мыхъуныр, зыхуэгъэхьэзырын Ӏуэхум емыгугъуным и щыхьэт хуэдэу. АрщхьэкӀэ, ахэм ягъуэт гугъэр сыт щыгъуи зэрызэтещэщэжым я фӀэщхъуныгъэр егъэтӀасхъэри, бегъымбарӀуатэхэм я пэжыгъэ инхэр къамыщтэжыф ещӀ. GCKar 425.1

Япэ хъыбарым къиӀуатэ хьэкумыр щыщӀидзэну зэману къахутар, Зиусхьэным и унафэкӀэщ зэрагъэлъэгъуар. А хъыбарым и лъабжьэ бегъымбар лъэхъэнэхэр, махуэ 2300-р 1844 гъэм бжьыхьэм иухыну ягъэлъэгъуауэ щытар, къызэрабжам и пэжагъым шэч лъэпкъ къызытумыхьэфынщ. А бегъымбар лъэхъэнэхэр щыщӀидзэнумрэ щиухынумрэ щӀэрыщӀэу къабжыну мызэ-мытӀэу иужь итахэм, тегъэщӀапӀэ ящӀ щыхьэтхэр зэрынэпцӀыр къыщӀэгъэщыгъуафӀэт, ауэ апхуэдэу зыщӀэхэм цӀыхухэр пэжыгъэм къызэрыбгъэдашым имызакъуэу, сыт хуэдэ бегъымбарӀуатэри гурыӀуэгъуэ щӀыным дзыхь хуамыщӀу ищӀырт. Хьиса ЕтӀуанэу къыщыкӀуэну пӀалъэр нэхъыбэрэ ягъэлъэгъуэху, нэхъыбэрэ абы тепсэлъыхьыху, ар шейтӀаным и мурадым хуабжьу техуэрт. Къагъэлъэгъуа пӀалъэр блэкӀа нэужь, шейтӀаным цӀыхухэр къызэщӀегъастэри, а пӀалъэр зыубзыхуауэ щытахэм ящегъэӀей, ауан ярегъэщӀ, 1843-1844 гъэхэм екӀуэкӀа адвентистскэ зэщӀэхъееныгъэ иным и ныбжьи тредзэ. Ерыщу я щыуагъэм къытемыкӀхэм, къабж-набжурэ, икӀэм-икӀэжым, Хьиса Къыщигъэзэжыну пӀалъэр жыжьэ Ӏей ядзынущ. ИтӀанэ, абыхэм я щхьэр къагъэпцӀэжу зыри къафӀэмыӀуэхуж хъунущ, икӀи куэдыр апхуэдэ гъэпцӀагъэм къытенэнурэ, иужькӀэ захъуэжын яхузэфӀэкӀыжынукъым. GCKar 425.2

Пасэрей Израилым и тхыдэр адвентистскэ Члисэм и гъэунэхуныгъэхэм гъэщӀэгъуэну ещхьщ. Тхьэм и лъэпкъыр адвентистскэ зэщӀэхъееныгъэмкӀэ иунэтӀырт, Израил и къуэхэр Мысырым къызэрыришыжам хуэдэу. Абыхэм я фӀэщхъуныгъэр гузэщыуэ инкӀэ игъэунэхуащ, журтхэм я фӀэщхъуныгъэр тенджыз Плъыжьым и Ӏуфэм зэрыщигъэунэхуам хуэдэу. БлэкӀа зэманым я гъуэгур Къахуэзыгъэлъэгъуа Иеговэ и Ӏэ ижь лъэщым ахэм дзыхь хуащӀын зэпамыгъэуатэмэ, къыщелыну гъуэгухэу Зиусхьэным къахуигъэнахуэр къалъагъунут. 1844 гъэм зэщӀэхъееныгъэм хэтахэм ещанэ мелыӀычым и хъыбарыр къащтэрэ, Дух ЛъапӀэм и къарукӀэ зэрахьамэ, Зиусхьэным абыхэмкӀэ Ӏуэхушхуэхэр илэжьын хузэфӀэкӀынут. ЩӀылъэм нэхушхуэ къытепсэнут. Куэд щӀауэ щӀым щыпсэухэм, къэзыхъумэну хъыбарыр къаӀэрыхьауэ щытынут, лэжьыгъэм иужь Ӏыхьэр куэд щӀауэ зэфӀэкӀауэ, Мэсихь и лъэпкъыр къригъэлын папщӀэ къэкӀуэнут. GCKar 426.1

Тхьэм и Ӏэмыртэкъым Израилым илъэс плӀыщӀкӀэ губгъуэ нэщӀым къыщикӀухьыну; Абы и мурадт ахэр занщӀэу Ханаан щӀыналъэм иришэну, захуагъэ ящӀэуабы насыпыфӀэущигъэпсэунпапщӀэ. Ауэ ахэр «я фӀэщмыхъуныгъэм къыхэкӀкӀэ ихьэфакъым» (Евр. 3:19). ФӀэщмыхъуныгъэмрэ Тхьэр зэрагъэпцӀамрэ ахэр игъэкӀуэдыжащ, къызэрагъэгугъа щӀыналъэм ихьэну зи насыпыр нэгъуэщӀ щӀэблэрт. Абы хуэдэу Тхьэм и Ӏэмыру аракъым Мэсихь и къэкӀуэгъуэр щӀригъэтӀылъэкӀыр, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр гуэныхьымрэ нэщхъеягъуэмрэ я дунейм апхуэдиз лъандэрэ къыщӀытенэр. Ахэр я фӀэщмыхъуныгъэм Тхьэм пэӀэщӀэ хуищӀащ. Абыхэм я пщэм къыдалъхьа къалэныр ягъэзэщӀэн щамыдэм, нэгъуэщӀхэр абыхэм я пӀэ иуващ, а хъыбарыр зэрахьэн папщӀэ. Мы дунейм игу щӀэгъуурэ, Хьиса и къэкӀуэжыгъуэр егъэкӀуатэр, гуэныхьлым къэзыхъумэну хъыбарыр зэхихыну Ӏэмал иригъэгъуэтын папщӀэ, Езым и деж абы егъэзыпӀэ къыщригъэгъуэтын папщӀэ, Тхьэм и губжьыр мы щӀылъэм къытепсыхэн щӀимыдзэ щӀыкӀэ. GCKar 426.2

Ноби, япэми хуэдэу, ди зэманым и гуэныхьхэмрэ и щыуагъэхэмрэ зыгъэкъуаншэ пэжыгъэр бгъэӀуным гугъуехь пыщӀащ. «Бзаджагъэ зылэжь дэтхэнэми нэхур илъагъу хъуркъым, икӀи и Ӏуэхухэр къыщӀэщу ямыгъэкъуэншэн щхьэкӀэ, нэхум екӀуалӀэркъым” (Ин. 3:20). Куэдым езыхэм я еплъыкӀэхэм Тхыгъэ ЛъапӀэм и щыхьэт къыщыхуамыхьыфкӀэ, дауэ ямыщӀми ахэр ягъэзэхуэну иужь йохьэри, «ямыгъэлъапӀэ” пэжыгъэм къыщхьэщыжхэм губжьауэ толъэр, абыхэм я хьэлхэмрэ я мурадхэмрэ зэрагъэкӀуэкӀыу. ЛӀэщӀыгъуэ псоми апхуэдэ гупсэм зыкъигъэлъэгъуащ. Илья бегъымбарым Израилыр игъэукӀытэу жаӀэри, ягъэкъуэншащ, Ирмий — епцӀыжакӀуэу, Тхьэм и лӀыкӀуэ Павел — Тхьэм и унэр игъэпудауэ. А махуэхэм къыщыщӀэдзауэ нобэр къыздэсым пэжыгъэм хуэпэж лӀыхэм щхьэкӀэ зэрыгъэӀущауэ, диным епцӀыжахэу, къайгъэ къэзыӀэтхэу ягъэӀур. БегъымбарӀуатэ пэж дыдэр къащтэн щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэ зыхуримыкъу цӀыхухэм, ди зэманым цӀыхубэм я гуэныхьхэр къыщӀэзыгъэщыну тегушхуэхэр, зэрагъэкъуаншэ псори занщӀэу я фӀэщ ящӀыну хьэзырщ. Апхуэдэу зэращӀэм хэхъуэ зэпытурэ екӀуэкӀынущ. Библием къехьэкӀ-нехьэкӀ имыӀэу къыжеӀэр, къэрал унафэхэр апхуэдизу Тхьэм и Унафэм пэщӀэувэу щыхъуну зэман къызэрысыр, Тхьэм и унафэхэм тетхэм мамырыгъэр якъутэу ягъэкъуаншэу, тезыр тралъхьэну хуэфащэу щабжынур. GCKar 426.3

Пэжыгъэр зезыхьэхэм я къалэн хъужыр сыт? Пэжыгъэр игъэӀун щигъэтыжын хуей абы, инэхъыбэм цӀыхухэр абы къигъэгубжь къудейуэ зэрыщытым къыхэкӀкӀэ, ахэм дауэ мыхъуами ар къыщамыщтэкӀэ. Хьэуэ, цӀыхухэр къызэрыпэщӀэувэ закъуэм щхьэкӀэ абыхэм, япэ реформаторхэми хуэдэу, Тхьэм и Псалъэм щыхьэт техъуэн щагъэт хъунукъым. Хьэзаб зрагъэшэча цӀыху щыпкъэ куэдым я фӀэщхъуныгъэр зэрамыбзыщӀар тхыдэм къыхэнащ къыкӀэлъыкӀуэ щӀэблэм я фӀыгъуэ хэлъу. Щыпкъагъэмрэ яхуэмыгъэтӀэсхъэфа быдагъэмрэ и щапхъэхэр иджыри псэущ, ди махуэхэми цӀыхухэм ящымыгъупщэжауэ, щыхьэт зытригъэхъуэну Тхьэм нобэ къриджэхэм я гум лӀыгъэ иралъхьэу. Абыхэм Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэмрэ пэжыгъэмрэ къыщӀащтар я щхьэ закъуэ папщӀэкъым, атӀэ ахэмкӀэ щӀылъэр зэрыщыту къагъэнэхуу, псоми Тхьэр кърагъэцӀыхун папщӀэщ. Ди щӀэблэм щыщу Езым и унэӀутхэм нэху къарита Тхьэм? НтӀэ, абыхэми я нэхур дуней псом трагъэпсэн хуейщ. GCKar 427.1

Пасэм Зиусхьэным Езым и цӀэкӀэ къэпсалъэ и бегъымбарым мыпхуэдэу жриӀауэ щытащ: «Израилым и унэр къодэӀуэну хуеинукъым, Сэ ахэр къызэдэӀуэну хуейкъыми». ИтӀанэми, унафэ къыхуищӀащ: «си псалъэхэр ахэм яжеӀэ, едэӀуэнми, емыдэӀуэнми уемыплъу, ахэр ерыщщи» (Иез. 3:7; 2:7). Ди зэманми Зиусхьэным и ӀуэхутхьэбзащӀэхэм захуегъазэ мы псалъэхэмкӀэ: «Бжьамийм хуэдэу уи макъым зегъэӀэти, си лъэпкъым и хабзэншагъэхэр къыщӀэгъэщ, Екъуб и унагъуэм я гуэныхьхэр егъэлъагъуж (Ис. 58:1). GCKar 427.2

Пэжыгъэм и нэхур къэзыщта дэтхэнэми, и зэфӀэкӀхэм елъытауэ, жэуап ихьыжынущ. Израилым и бегъымбар, Тхьэм и псалъэр къы зыхуехауэ щытам хуэдэу, шынагъуэу, къалэнышхуэ и пщэ къыдохуэ абы: «Уэри, цӀыхум и къуэ, Израилым и унэм и хъумакӀуэу узгъэуващ, Сэ си жьэм къыжьэдэкӀыр уэ зэхэпхыурэ, ахэр Сэ си цӀэкӀэ бущийн папщӀэ. ХабзэншакӀуэм “ХабзэншакӀуэ! Уэ, ажалкӀэ улӀэнущ” жесӀа нэужь, хабзэншакӀуэр и гъуэгум къытекӀын папщӀэ, уэ абы зыри жумыӀэмэ, хабзэншакӀуэр и гуэныхьым къыхэкӀкӀэ лӀэнущ, ауэ абы и лъыр уэ уи ӀэкӀэ уэзгъэпшыныжынущ» (Иез. 33:7,8). GCKar 427.3

Куэдым пэжыгъэр къащтэу абы зрагъэубгъуным зэран къахуохъу ар зэрымыӀуэху тыншыр; ахэр хуейкъым ауан къызэращӀынур яшэчыну. Мис аращ пэжыгъэм пэщӀэувэ аргумент закъуэр, пцӀыуэ къыщӀрамыгъэдзыфыну щытыр. Ауэ Мэсихь и гъуэгу ирикӀуэ пэжхэр абы щышынэркъым. Ахэр ежьэркъым пэжыгъэр псоми ягу ирихьу щыхъуну зэманым. Я къалэныр зыхащӀыкӀыжу, зыми хамыгъэзыхьу я жорыр къащтауэ, ахэр Тхьэм и лӀыкӀуэ Павел хуэдэу мэгупсысэр «кӀэщӀу иухыну, гугъуехь мыхьэлъэу тшэчыр зырикӀкъым, мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэ къыпэкӀуэнум ебгъапщэмэ”, — жаӀэу, пасэм псэуа бегъымбарым дэщӀыгъуу абыхэм «Мэсихь щхьэкӀэ зэрагъэпудынур, Мысырым и мылъку псом нэхърэ нэхъ къулеигъэу» ялъытэ (2 Кор. 4:17;Евр. 11:26). GCKar 428.1

Ягу псомкӀэ дунейм кӀэрыпщӀахэращ, диным епха упщӀэхэр къыщаӀэткӀэ, политикэм елъытауэ еплъынур, Тхьэм зэрыхуэпэжын хуейр къафӀэмыӀуэхуу. Дэ пэжыгъэр къыхэтхын хуейщ, езы пэжыгъэм и хьэтыркӀэ, абы кърикӀуэнухэри Тхьэм и ӀэмыщӀэ итлъхьэн хуейщ. ЗэхъуэкӀыныгъэ инхэр дунейм зэрыщекӀуэкӀар зи фӀыщӀэр ткӀийуэ фӀэщхъуныгъэм тетхэу, лӀыгъэ зыхэлъа цӀыхухэрщ. Абыхэм я щӀыхуэ телъщ дунейм. Апхуэдэ цӀыхухэм ди махуэхэми реформэ щрагъэкӀуэкӀ. GCKar 428.2

Зиусхьэным жеӀэр мыпхуэдэу: «ФыкъызэдаӀуэт мыдэ, пэжыгъэр зыщӀэхэр, си унафэр зи гум илъ лъэпкъыр! ЦӀыхухэм ауан фызэращӀым фыщымышынэ, ӀейкӀэ къызэрыфтепсэлъыхьми фримыгузавэ. Щыгъыным хуэдэу ахэр хъуным ишхынущ, цым хуэдэу — хьэпӀацӀэм, Сэ си пэжыгъэр игъащӀэкӀи щыӀэнущ, Сэ къызэрезгъэлыну лӀэщӀыгъуэхэми кӀэ яӀэнукъым” (Ис. 51:7, 8). GCKar 428.3