Loading...

Loading

Loading
(You are in the browser Reader mode)

27 ӀЫХЬЭ—ДИ МАХУЭХЭМ ЦӀЫХУХЭР ДИНЫМ КЪЫЗЭРЫХУЭУШЫНУР

Тхьэм и Псалъэр егугъуу дэнэ деж щагъэӀуми, ар Тхьэм къызэрыбгъэдэкӀам щыхьэт техъуэ ӀуэхуфӀхэр кърикӀуэрт. Тхьэм и Дух ЛъапӀэр Зиусхьэным и ӀуэхутхьэбзащӀэхэм ядэлажьэрт, абы къыхэкӀкӀэ я псалъэхэм къару яӀэт. ГуэныхьыщӀэхэр къэушырт. «Нэху пэжу...дунейм къытехьэ цӀыху псори къэзыгъэнэхум”, псэм и гурыщӀэ псори наӀуэу къигъэнэхурти, «щэхуу щыта псори плъагъуу къыщӀигъэщырт”. ЦӀыхухэм хущӀегъуэжыныгъэ куу ягукӀи я акъылкӀи зэхащӀэрт. Абыхэм быдэу къагурыӀуэрт гуэныхьыр, щыпкъагъэр, къэкӀуэну хьэкумыр. Ахэм зэхащӀыкӀын щӀадзащ Иеговэ и щыпкъагъэр, арати, лажьэ яӀэу, мыкъабзэу, гухэр Зыгъэунэхум и пащхьэ зэрихьэну гупсысэм икъукӀэ игъэшынэрт. Я псэр гузавэу ахэр щӀэупщӀэрт: «Хэт сыкъригъэлыну, мы лӀэныгъэм ӀэщӀэлъ Ӏэпкълъэпкъым?» ЦӀыхухэм я гуэныхьхэм щхьэкӀэ, Голгофэм къыщахьа Къурмэн гъунапкъэншэм и лъапӀагъэр нэхъыбэу къахузэӀукӀыху, ахэм нэхъыбэу къагурыӀуэрт: Мэсихь и фӀыщӀагъэхэм фӀэкӀа, нэгъуэщӀым зыми я хабзэншагъэхэр ягъэкӀуэдыфу зыми ахэр Тхьэм зэрыгурамыгъэӀуэжыфынур. Я фӀэщ хъууэ, я щхьэр ягъэлъахъшэу, ахэм Тхьэм и Щынэ, дунейм и гуэныхьыр Езым зытезылъхьэр къащтэри, Хьиса и ЛъымкӀэ «я гуэныхьхэр къагъэнэну лъэкӀыныгъэ къаӀэрыхьащ”. GCKar 429.1

А цӀыхухэм «хущӀегъуэжыныгъэм хуэфащэ Ӏуэху ялэжьащ». ФӀэщхъуныгъэ ягъуэтри, псым зыщӀрагъэгъэуащ гъащӀэщӀэ ирахьэкӀын щхьэкӀэ, иджы ахэр Хьиса МэсихькӀэ цӀыхущӀэ хъуащ, дяпэкӀэ зэи «япэрей гуэныхьхэр» ямыщӀэжын папщӀэ, атӀэ Тхьэм и Къуэр я фӀэщ хъууэ Абы и лъэужьым ирикӀуэн папщӀэ, Абы и хьэлыр я щапхъэу, Тхьэм и къабзагъэм хунэсыну хущӀэкъуу. Иджы абыхэм ягу ирихь хъуащ япэм ялъагъу мыхъуу щытахэр, япэм фӀыуэ ялъагъуу щытахэр — ялъагъу хъужыртэкъым. ЗыкъызыфӀэщӀыжауэ щхьэзыфӀэфӀу щытахэм я щхьэр ягъэлъахъшэ, я гур щабэ хъуащ; щӀыхь щӀэкъухэу зи пэр дэзыгъэзейуэ щытахэр — зэпӀэзэрыт, щэныфӀэ; цӀыхугъэншэхэр — цӀыхуфӀ; ефэрейхэр — емыфэж хъуащ; къэхьпагъэ зезыхьэу щытахэм къабзагъэм зратащ. Тхьэм укъыбгъэдэзыш Ӏуэху псори къагъэнащ. Тхьэр къэзыцӀыхуахэм я дежкӀэ нэхъыщхьэр «я теплъэратэкъым, я щхьэцыр зэрыухуэна щӀыкӀэр, хьэмэра дыщэхэкӀкӀэ гъэщӀэрэщӀауэ щытыныр, е щыгъын зыкъизыххэр” — абыхэм щапхъэ яхуэхъур «гурылъ къабзэ, гурылъ лъапӀэ зиӀэ, и дахагъэр мыкӀуэдыжыну зи псэр Ӏэсэу, цӀыху щэхухэу Тхьэм фӀэлъапӀэхэрт” (1 Петр. 3:3, 4). GCKar 429.2

ЦӀыхухэм Тхьэм зэрызыхуагъэзам къыхэкӀкӀэ, я гум куууэ иплъэжурэ зыкъапщытэжырт, Ӏэсэ зэрызащӀыным иужь итхэт. Нэхъыбэу тегузэвыхьу, Тхьэм деж ирагъэгъэзэжыну егугъуу къыхураджэхэр гуэныхь зыщӀэхэрт, Мэсихь и Лъыр зыщӀитахэрт. ЦӀыхухъухэмрэ цӀыхубзхэмрэ я тхьэлъэӀухэр Уафэм хуэгъэзат, кърагъэлыну зыхуейхэм папщӀэ ерыщу лъаӀуэхэу. ЦӀыхухэр диным къызэрыхуэушам кърикӀуахэр хэплъагъуэрт псэемыблэжыным хуэхьэзырхэм, Мэсихь и цӀэкӀэ гугъуехьхэмрэ ягъэпудынымрэ зышэчыныр насыпу зылъытэхэм. Псоми ялъагъут Хьиса зи фӀэщ хъухэм я гъащӀэм къыщыхъуа зэхъуэкӀыныгъэшхуэхэр. Апхуэдэхэм фӀыкӀэ цӀыхубэм яжь ящӀихурт. Абыхэм зэхуахьэсырт Хьиса и гъусэу, хасэрт Дух ЛъапӀэмкӀэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэр ӀыхьэфӀ яхуэхъун папщӀэ. GCKar 430.1

Ахэм яхужыпӀэ хъунут: «Фэ фыхущӀегъуэжын папщӀэкӀэ фынэщхъеящ”. «Тхьэм щхьэкӀэ унэщхъеиным Ӏэмал имыӀэу хущӀегъуэжыныгъэм ухуешэр укъелын папщӀэ, дунейм щхьэкӀэ унэщхъеиным узыхуишэр лӀэныгъэрщ. Тхьэм папщӀэ фызэрынэщхъеям феплъыт, сыт хуэдэ зэхъуэкӀыныгъэ къыпэкӀуа, сыт хуэдэ егугъуныгъэ къыфхилъхьа, сыт хуэдэ гукъанэ хувигъэщӀа къуаншагъэ зыщӀэм, сыт хуэдэ шынагъэ фи гум илъ хъуа, сыт хуэдэ хъуапсэныгъэ, сыт хуэдэ езыфыгъулӀэныгъэ, сыт хуэдэ быдагъэ пэжым фытетынымкӀэ къывита! Лъэныкъуэ псомкӀи мы ӀуэхумкӀэ фыкъабзэу фэ зыкъэвгъэлъэгъуащ” (2 Кор. 7:9-11). GCKar 430.2

Ар Тхьэм и Дух ЛъапӀэм и лэжьыгъэм къыпэкӀуахэрщ. ЦӀыхум и гъащӀэм къыщыхъу зэхъуэкӀыныгъэрщ пэж дыдэу ар гуэныхьым зэрыхущӀегъуэжам щыхьэт техъуэр. ГуэныхьыщӀэм щӀыхуэу телъар итыжа, къидыгъуар ипшыныжа нэужь, и гуэныхьхэмкӀэ зиумысыжу Тхьэр, цӀыхухэр фӀыуэ илъагъун щӀидза нэужь, шэч лъэпкъ къытримыхьэу и фӀэщ ищӀ хъунущ Тхьэм зэрыгурыӀуэжар. Аращ япэми цӀыхухэм диным зыщыхуагъэзэжым деж кърикӀуэу щытар. А Ӏуэхугъуэхэм фӀыуэ къахьхэр щыплъагъукӀэ жыпӀэ хъунущ, Зиусхьэным цӀыхухэр къригъэлын, иӀэтын мурадым ахэр зэрыхухихар. GCKar 430.3

Ауэ ди ди зэманым щекӀуэкӀ зэщӀэхъееныгъэ куэдыр хуабжьу къыщхьэщокӀ блэкӀа зэманым Тхьэм и пщылӀхэм я лэжьыгъэм хэплъагъуэу, Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэм кърикӀуэу щытахэм. Пэжщ, псоми диным зыхуагъазэ, куэдым Тхьэм и деж ягъэзэж, члисэхэм цӀыхухэр щӀэз мэхъу, ауэ, итӀанэми жыпӀэ хъунукъым, цӀыхухэм Ӏиман яӀэу, гъащӀэ пэжым зрагъэужьу. Нэхур зы зэманкӀэ ину къызэщӀолыдэри, итӀанэ мэункӀыфӀыж, иужькӀэ кӀыфӀыгъэр нэхъри узыпхырымыплъыф мэхъу. GCKar 431.1

ЦӀыхухэр Ӏэджэрэ диным къыхуоушыр къызэщагъэхъухэмрэ, гурыщӀэхэмрэ лъабжьэ яхуэхъуу, щӀэуэ къежьэхэмрэ, хьэлэмэтхэмрэ ахэр дихьэхыурэ. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ диным зезыта цӀыхухэр, Библием къиӀуатэ пэжыгъэм щӀэдэӀуну зэрыхуеищэ щыӀэкъым, абыхэм бегъымбархэм, Тхьэм и лӀыкӀуэхэм я щыхьэтхэр яфӀэгъэщӀэгъуэнкъыми. Тхьэм къулыкъу щыхуащӀэ зэӀущӀэхэм телъыджагъэ зыри хэмылъмэ, ахэр абы дихьэхкъым. Гуэныхьым имыгъэутхъуа, акъыл зэтесым хуэгъэза хъыбарыр, абыхэм зыуи къащыхъуркъым. Тхьэм и Псалъэм, мыкӀуэдыж гъащӀэм ухуиущийуэ, уимыгъэлъэпэрэпэнуэ зэхэщӀыкӀыгъуэу къыжиӀэхэр ахэм къафӀэӀуэхуркъым. GCKar 431.2

Пэж дыдэу фӀэщхъуныгъэ зыгъуэтам и дежкӀэ Тхьэм, мыкӀуэдыжыным, зэрыхущытыр я гъащӀэм нэхъапэу ялъытэр. Ауэ ди махуэхэм пщӀэ зиӀэ члисэхэм къыщыбгъуэтыну, Тхьэм ягурэ я псэкӀэ хуэлэжьэн гупсэр? Фэщхъуныгъэ зыгъуэтахэм я пагагъэмрэ дунейр фӀыуэ лъагъунымрэ къагъэнэну хуейкъым. Уеблэмэ, фӀэщхъуныгъэ ягъуэта нэужьи я щхьэзыфӀэфӀ «сэ” жыхуаӀэр къагъанэу, я жорыр къащтэу, Ӏэсэу, Ӏэдэбу щыт Хьиса и лъэужьым ирикӀуэну хущӀэкъухэркъым. Диныр, Тхьэр зи фӀэщ мыхъухэмрэ скептикхэмрэ зыщыдыхьэшх хъуащ, чристэныцӀэ зезыхьэ куэдым я гъащӀэр чристэн принципхэм пэжыжьэщи. Члисэ куэдым Тхьэм щышынэн жыхуаӀэр ящыгъупщэжащ. Зэштегъэун плъакӀуэхэр, члисэм иригъэкӀуэкӀ ярмаркэхэр, нэтынхэр, джэгухэр, унэ къулейхэр, цӀыхухэм ящӀ выставкэхэр — ахэр псоми уи гупсысэр Тхьэм къыбгъэдэзышщ. Дуней Ӏуэхухэм, я щӀы Ӏыхьэхэм, я мылъкухэм цӀыхухэр апхуэдизу итхьэкъуащи, мыкӀуэдыжыну лъапӀэныгъэхэр мыхьэнэ щӀагъуэ зимыӀэу, цӀыкӀуфэкӀуу, зыхуэмейхэу къащохъур. GCKar 431.3

Нэхъыбэм, диныр Ӏэпэдэгъэлэл ящӀауэ, я фӀэщхъуныгъэр яфӀэкӀуэдами, а члисэхэм гу къабзэкӀэ Мэсихь и гъуэгу ирикӀуэхэр яхэтщ. Тхьэм и хьэкум иужьыр ди щӀым къылъэмыӀэс щӀыкӀэ, Тхьэм и лъэпкъыр щихъагъэкӀэ, Тхьэр зэрагъэлъапӀэмкӀэ икъукӀэ къэщӀэрэщӀэнущ, апостолхэм я зэманым щыщӀэдзауэ зэи къызэрымыхъуам хуэдэу. Тхьэм и бынхэм Дух ЛъапӀэмрэ къарурэ къахуехынущ. Абы щыгъуэм куэдым дунейм хуаӀэ фӀылъагъуныгъэмкӀэ Тхьэмрэ Тхьэм и Псалъэмрэ хуаӀэ фӀылъагъуныгъэр зыгъэупщӀыӀуа члисэхэр ябгынэнущ. Зиусхьэныр ЕтӀуанэу къызэрыкӀуэнум цӀыхухэр хуагъэхьэзырын папщӀэ ди зэманым, Тхьэм и ӀэмыркӀэ ягъэӀу пэжыгъэ инхэр, дин-лэжьакӀуэ куэдми, цӀыхубэ къызэрыгуэкӀми щыгуфӀыкӀыу къащтэнущ. Ауэ цӀыхухэм я бийр и къару псомкӀэ йогугъу апхуэдэ лэжьыгъэм зэран зэрыхуэхъунум; ар хущӀэкъунущ апхуэдэ зэщӀэхъееныгъэ къимыгъэхъуну, и гъэпцӀагъэхэмкӀэ зэрихъуэкӀыурэ. Абы къигъэпцӀэну хузэфӀэкӀыну члисэхэм, Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэ хэхахэр къаӀэрыхьакӀэу къащигъэхъунущ; диным хуабжьу къыхуэушауэ яригъэгугъэнущ. Тхьэр телъыджэу къалъэӀэса я гугъэурэ, ягухэр ягъэфӀынущ цӀыху куэдым, абы щыгъуэм ар зылэжьыр нэгъуэщӀ гупсэу. Диным и маскэмкӀэ зыщӀихъумэурэ шейтӀаным чристэн дуней псом ижь щӀаригъэхуну пылъынущ. GCKar 432.1

Иужьрей лӀэщӀыгъуэ ныкъуэм екӀуэкӀа дин Ӏуэху зэщӀэхъееныгъэ куэдым дэтхэнэм нэхъыбэу, дэтхэнэми нэхъ мащӀэу хыболъагъуэр шейтӀаным и лэжьыгъэр, иджыри абы зыкъыщигъэлъэгъуэнущ дяпэкӀэ нэхъ зызыубгъуауэ екӀуэкӀыну зэщӀэхъееныгъэхэм. Дэ долъагъу цӀыхухэр къыдахьэхыу, пэжыгъэр пцӀым хагъэзэрыхьыу, куэдыр ягъэщхьэрыуэу. АрщхьэкӀэ, гъэпцӀагъэм утекӀуэфынущ. Тхьэм и Псалъэм и нэхумкӀэ апхуэдизу гугъукъым а зэщӀэхъееныгъэхэр зыхуэдэр къэпхутэну. Дэ шэч къытедмыхьэу жытӀэфынущ Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэр зэрыщымыӀэр цӀыхухэр Библием и щыхьэтым щелъэпауэхэм деж, псэемыблэжынымрэ дунейм узэрызыӀэпишэхэм упэщӀэувэнымрэ укъыхуезыджэ, гур зыгъэунэху пэжыгъэ гурыӀуэгъуэхэм я щӀыб щыхуагъазэхэм деж. «Ялэжь ӀуэхухэмкӀэ ахэр къэфцӀыхунущ» (Мф. 7:16), жиӀэу Мэсихь къигъэна чэнджэщыр уигу ибгъэлъмэ, къыбгурыӀуэнущ а зэщӀэхъееныгъэхэр Тхьэм и Дух ЛъапӀэм къызэрыбгъэдэмыкӀар. GCKar 432.2

Библием ит и пэжыгъэхэмкӀэ Тхьэм цӀыхухэм закъыхузэӀуихащ, икӀи къэзыщтэ псоми ахэр мэӀуху яхуохъу шейтӀаным и гъэӀулэныгъэхэм щихъумэу. А пэжыгъэхэр къазэрыфӀэмыӀуэхуарщ, нобэ чристэн жылагъуэм зыщызыубгъуа гуэныхьхэм бжэр хузэӀузыхар. Тхьэм и Унафэм и купщӀэри и мыхьэнэри и нэхъыбэм ящыгъупщэжащ. Тхьэм и унафэр зищӀысри, абы и быдагъэри, абы къигъэувхэри тэмэму къазэрыгурымыӀуэм цӀыхухэр щегъауэр, Тхьэм и деж бгъэзэжынми, цӀыху щыпкъэу упсэунми къикӀыр ямыщӀэу, аращи, абы кърикӀуэу члисэр Тхьэм зэрыщышынэ щымыӀэжу хъуащ. Диным цӀыхухэр къыхуагъэушыну ирагъэкӀуэкӀ иджырей зэщӀэхъееныгъэхэм Тхьэм и Дух ЛъапӀэри и къарури зэрамыӀэр аращ къызыхэкӀыр. GCKar 433.1

Тхьэм зэрыфӀэлӀыкӀхэмкӀэ цӀэрыӀуэхэу, дин зэмылӀэужьыгъуэхэм итхэм, а Ӏуэхур ямыбзыщӀу, хуабжьу ирогузавэ къекӀуэкӀхэм. Профессор Эдуард А. Парк, нобэ зэрахьэ диным шынагъуэу хэлъым и гугъу щищӀым, Ӏущагъ хэлъу гу лъитащ: «Шынагъуэм ящыщ зыщ Тхьэм и Унафэр утыкум, кафедрэм деж, зэрыщамыгъэӀур. Япэм кафедрэр напэм и макъыу ялъытэу щытащ... Ди уазтакӀуэ нэхъ инхэр къыщыпсалъэхэм деж, къарурэ щӀыхьрэ яӀэт, ахэр я ЕгъэджакӀуэм и щапхъэм тету, Тхьэм и Унафэм, и хабзэхэм, хуит узыхуимыщӀхэм увыпӀэшхуэ иратырти. Ахэр езэшыртэкъым принцип лъапӀитӀыр уигу къагъэкӀыжыну, мис мыхэр: Унафэр Тхьэм и щыпкъагъэр къэзыгъэлъагъуэщ, икӀи Унафэр фӀыуэ зымылъагъу цӀыхум Инджылри фӀыуэ имылъагъуу аращ, Унафэр Инджылми хуэдэу — ар Тхьэм и хьэл пэжыр къызэрыщ гъуджэщ. Мы упщӀэр къыпфӀэмыӀуэхуным шынагъуэ хэлъщ, гуэныхьым и хьэлъагъэр, и инагъыр, гущыкӀыгъуэу и щытыкӀэ Ӏей дыдэр зищӀысыр къыбгурымыӀуэу укъэнэнкӀэ. Унафэр зэрызахуэм и инагъым хуэдизыбзэкӀэ, ар умыгъэзэщӀэным и Ӏеягъэри инщ». GCKar 433.2

Абы иджыри гъусэ къыхуохъу Тхьэм и захуагъэм хуэфащэ пщӀэ хуумыщӀыным хэлъ шынагъуэр. Иджырей уазтакӀуэхэр хущӀокъу Тхьэм и захуагъэр и гущӀэгъум къыпагъэщхьэхукӀыну, гущӀэгъур принципым хуэдэу яӀэтыным и пӀэкӀэ, ар ягъэлъахъшэр, гурыщӀэм хуэдэу къалъытэурэ. Иджырей теологхэм Тхьэм зы ищӀар зэпэщӀах. Сыт ипэжыпӀэкӀэ Тхьэм и Унафэр зыхуэдэр — ар фӀыгъуэ хьэмэрэ Ӏей? Ар фӀыгъуэщ. Ар апхуэдэу щытмэ, захуагъэри — фӀыгъуэщ, абы Тхьэм и унафэр гъэзэщӀэн хуейуэ къегъэлъагъуэри. Тхьэм и унафэмрэ и захуагъэмрэ хуэфащэ пщӀэ хуамыщӀу есауэ, цӀыхум и жыӀэмыдэӀуэныгъэм и инагъымрэ и куэдагъымрэ зыхамыщӀыкӀыу, ахэр псынщӀэу йосэр гуэныхьым укъезыгъэлу, укъэзыщэхуж Тхьэм и гущӀэгъум хуэфащэ пщӀэ хуамыщӀыным. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ, цӀыхухэм я гупсысэхэмкӀэ Инджылыр ягъэпуд, щӀэх дыди ахэр хуэхьэзыр мэхъу Библие дыдэри ямыдэжыным. GCKar 433.3

Дин гъэсакӀуэ куэдым трагъэчыныхьу жаӀэр Мэсихь и лӀэныгъэмкӀэ, Тхьэм и Унафэм и къарур игъэкӀуэдауэ, абы къыхэкӀкӀэ абы къигъэувхэр цӀыхухэм ямыгъэзэщӀэну щхьэхуит хъуауэ. Тхьэм и Унафэр бжьы хьэлъэу уи фӀэщ зыщӀыну яужь итхэри щыӀэщ, Унафэм пщылӀ узэрищӀым Инджылым къуит хуитыныгъэр ирагъапщэурэ. GCKar 434.1

АрщхьэкӀэ, бегъымбархэри Хьиса и лӀыкӀуэхэри нэгъуэщӀущ Тхьэм и Унафэ лъапӀэм зэрыхущытар. Даут бегъымбарым жеӀэр: «Хуиту сызекӀуэнущ, сэ Уи унафэхэр къэзгъуэтащи» (Пс. 118:45). Тхьэм и лӀыкӀуэ Екъуб, Мэсихь и лӀэныгъэм иужькӀэ Тхьэм и унафипщӀым теухуауэ жеӀэр, ар «пащтыхь хабзэу”, «хуитыныгъэм и хабзэу» (Иак. 2:8; 1:25). Яхьяи, Хьиса жорым зэрыраӀулӀрэ илъэс 50 дэкӀауэ, топсэлъыхь «гъащӀэм и жыгым къыпыкӀэм щыщ яшхыну икӀи къалэм куэбжэмкӀэ дыхьэну хуитын щхьэкӀэ, Тхьэм и унафэхэр» зыгъэзащӀэхэм нэфӀщыхуэныгъэу къаӀэрыхьэным (Откр. 22:14). GCKar 434.2

Мэсихь и лӀэныгъэмкӀэ, и Адэм и Унафэм и къарур игъэкӀуэдауэ жаӀэм лъабжьэ лъэпкъ иӀэкъым. Унафэр пхъуэжыну, хьэмэрэ бгъэкӀуэдыж хъуну щытамэ, Мэсихь цӀыхухэр гуэныхьым и тезырым къригъэлын папщӀэ щӀэлӀэн щыӀэтэкъым. Мэсихь и лӀэныгъэм Унафэр гъэкӀуэдыжыным и Ӏуэху лъэпкъ зэрихуэркъым, атӀэ унафэр зэрыбыдэм щыхьэт тохъуэр. Тхьэм и Къуэр къэкӀуащ «унафэр иӀэту игъэлъэпӀэн щхьэкӀэ” (Ис. 42:21). Абы жиӀащ: «Фимыгугъэ Сэ унафэр згъэпцӀыну сыкъэкӀуауэ”. «Уафэмрэ щӀылъэмрэ щыӀэху, Тхьэм и хабзэм ит хьэрфхэм я нэхъ цӀыкӀууи зы хьэдзэ хэкӀуэдыкӀынукъым” (Мф. 5:17,18). Езым теухуауэ Абы жеӀэр: «Сэ сыхуейщ, Си Тхьэ, Уи Ӏэмырыр згъэзэщӀэну, Уи унафэри Си гум илъщ» (Пс. 39:9). GCKar 434.3

Тхьэм и Унафэм и щытыкӀэм зэи зыхъуэжыркъым. КъыдэзыгъэкӀам и Ӏэмырымрэ и хьэлымрэ къызэӀузыхщ ар. Тхьэр цӀыхур фӀыуэ зылъагъущ, Абы и Унафэри фӀылъагъуныгъэкӀэ гъэнщӀащ. Абы и лъабжьэ инитӀыр — Тхьэр фӀыуэ лъагъунымрэ цӀыхур фӀыуэ лъагъунымрэщ. «ФӀылъагъуныгъэр зищӀысыр Тхьэм и унафэр бгъэзэщӀэнырщ” (Рим. 13:10). Тхьэм и хьэлыр захуащӀэщ икӀи пэжыгъэщ; Абы и Унафэм и щытыкӀэри апхуэдэщ. ЗэчырусакӀуэм жеӀэр: «Уи Унафэр — пэжыгъэщ», «Уи унафэ псори захуагъэщ” (Пс. 118:142, 172). Тхьэм и лӀыкӀуэ Павели жеӀэр: «Унафэр лъапӀэщ, хабзэхэри лъапӀэщ, захуэщ икӀи фӀыщ» (Рим. 7:12). И Ӏущагъымрэ и Ӏэмырымрэ зыгъэлъагъуэ унафэ КъыдэзыгъэкӀам мыкӀуэдыжыныгъэ зэриӀэм хуэдэу, и унафэри мыкӀуэдыжу щытын хуейщ. GCKar 434.4

Тхьэм и деж бгъэзэжыным, щихъагъэ бгъуэтыным кърикӀуэу, цӀыхухэр Тхьэм йокӀужри, Абы и Унафэм и принципхэм гурыӀуэу псэун щӀадзэр. ЩӀэдзапӀэм цӀыхур Тхьэм и образым тету къагъэщӀащ. Къэзыухъуреихь дунейми Тхьэм и Унафэми зэгурыӀуэныгъэ нэгъэса ядиӀэт цӀыхум; захуагъэм и принципхэр абы и гум илът. АрщхьэкӀэ, гуэныхьым ар Тхьэм пэӀэщӀэ хуищӀащ. Арати, цӀыхум Тхьэм и образыр къимыгъэлъэгъуэж хъуащ. Абы и гум зауэ ирищӀылӀащ Тхьэм и унафэм и принципхэм. «Ӏэпкълъэпкъым тещӀыхьа гупсысэхэр Тхьэм ибийщ, Тхьэм иунафэхэм едаӀуэркъыми, едэӀуэнуи хузэфӀэкӀынукъым» (Рим. 8:7). АрщхьэкӀэ, «Тхьэм апхуэдизу цӀыхухэр фӀыуэ илъэгъуащи, Езым хуэдэ и Къуэр итащ», цӀыхур Тхьэм гуригъэӀуэжын щхьэкӀэ. Хьиса и фӀыщӀэхэмкӀэ цӀыхум Ӏэмал игъуэтащ КъэзыгъэщӀам гурыӀуэжыфыну, я зэхуаку дэлъа зэгурыӀуэныгъэр зэфӀигъэувэжыну. Абы и гур къэщӀэрэщӀэжын хуейт Тхьэм и гущӀэгъумкӀэ; абы къищтэн хуейт уафэм къикӀ гъащӀэщӀэр. А зэхъуэкӀыныгъэр зищӀысыр етӀуанэу къалъхуныгъэрщ, Хьиса зэрыжиӀэмкӀэ ар имыӀэу «цӀыхум Тхьэм и Пащтыхьыгъуэр илъагъуфынукъым”. GCKar 435.1

Тхьэм уекӀужыным япэ лъэбакъуэр — ар уи гуэныхьхэр зэхэпщӀыкӀыжынырщ. «Гуэныхьыр ар Тхьэм и унафэр зыкъутэщ». ИкӀи «унафэмкӀэ гуэныхьыр къыбощӀэр” (1 Ин. 3:4; Рим. 3:20). И къуаншагъэр къилъагъужын папщӀэ, гуэныхьыщӀэм зигъэунэхужын хуейщ Тхьэм и щыпкъагъэр къызэрапщ пщалъэмкӀэ. Ар гъуджэщ, хьэл нэгъэсауэ щыпкъагъэр къызэӀузыхыу, цӀыхум и щыщӀагъэхэр езыгъэлъагъужыфу. GCKar 435.2

Унафэм цӀыхум и гуэныхьыр къыщӀигъэщ къудейщ, абы ар щхьэщихыркъым, къригъэлыркъым. Ар зыгъэзащӀэр гъащӀэ иӀэну къагъэгугъащ, ар зыкъутэм къилэжьыр лӀэныгъэщ. Мэсихь и Инджылырщ укъезыгъэлыфынур гуэныхьым и Ӏеягъымрэ и нэлатымрэ. Зи Унафэр икъута, Тхьэм и пащхьэ щыхущӀегъуэжауэ, цӀыхур Мэсихьрэ Абы и къурмэн Тхьэм езыгъэкӀужымрэ, фӀэщхъуныгъэ хуиӀэн хуейщ. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ абы «гуэныхьыр къигъэнэн” хузэфӀокӀыр, Тхьэм и щытыкӀэм щыщ иӀэ мэхъу. Ар — Тхьэм и бынщ, къуэ ящӀауэ, иджы абы хэӀэтыкӀауэ жеӀэр: «Авва, си Адэ!» GCKar 435.3

Иджы абы Тхьэм и Унафэм къигъэувхэр имыгъэзэщӀэну хуит ящӀрэ? Павел жеӀэр: «Аращи, дэ фӀэщхъуныгъэкӀэ унафэр дгъэ кӀуэдрэ? Хьэуэ; унафэр зэрызахуэм щыхьэт дытохъуэр». «Дэ гуэныхьым папщӀэ дылӀащ: дауэ гуэныхь тщӀэуэ иджы дыпсэун?» Яхьяи жеӀэр: «Тхьэр фӀыуэ плъагъуныр зищӀысыр, Абы и унафэхэр бгъэзэщӀэнырщ; Абы и унафэхэр гугъукъым” (Рим. 3:31; 6:2; 1 Ин. 5:3). ЩӀэрыщӀэу къыщалъхукӀэ, цӀыхур Тхьэми, Абы и Унафэми гуроӀуэжыр. Апхуэдэ зэхъуэкӀыныгъэшхуэ гуэныхьыщӀэм и гъащӀэм къыщыхъум деж, ар лӀэныгъэм къыхокӀри гъащӀэм хохьэр, гуэныхьым къыхокӀри — щыпкъагъэм, хабзэншагъэмрэ жыӀэмыдэӀуэныгъэмрэ къыхокӀри жыӀэдэӀуэныгъэм, хуэпэжыныгъэм хохьэр. Тхьэр имыщӀэу гъащӀэ ирихьэкӀар еухри, гъащӀэщӀэм щӀедзэ, Тхьэм гурыӀуэу, фӀэщхъуныгъэ, фӀылъагъуныгъэ иӀэу псэуным. Абы щыгъуэм Унафэм и щыпкъагъэр «дгъэзэщӀэнущ, Ӏэпкълъэпкъым и унафэм дыщӀэмыту, Дух ЛъапӀэм и унафэм дыщӀэту дыпсэууэ”. ИкӀи дэ дигу псом къыбгъэдэкӀыу тхужыӀэнущ: «Сыту фӀыуэ слъагъурэ сэ, Уэ Уи унафэр! Махуэ псом согупсыс абы!» (Пс. 118:97). GCKar 435.4

«Зиусхьэным и Унафэр нэгъэсащ, уи псэр егъэщӀэрэщӀэж” (Пс. 18:8). Тхьэм и Унафэр ямыщӀэмэ, цӀыхухэм Тхьэм и къабзагъэмрэ и лъапӀагъэмрэ тэмэму къагурыӀуэнукъым, езыхэм я къуаншагъэмрэ я фӀеягъэмрэ къазэрыгурымыӀуэм хуэдэу. Ахэм зэхащӀыкӀыркъым зэрыгуэныхьыщӀэр, аращи, хущӀегъуэжын хуейуи къалъытэркъым. Тхьэм и Унафэр зэракъутамкӀэ, кӀуэдыпӀэ гъуэгум зэрытетыр ямылъагъуурэ, ахэм зэхащӀыкӀыркъым цӀыхур Тхьэм гурызыгъэӀуэж Мэсихь и Лъым зэрыхуэныкъуэр. Къелыну зэрыгугъэм ахэм я гур къигъэщӀэрэщӀэжкъым, я гъащӀэр ихъуэжкъым. Апхуэдэу фэкӀэ фӀэщхъуныгъэ уиӀэныр дэнэкӀи къыщыхъу Ӏуэхугъуэщ, Хьиса пымыщӀа куэдыр Члисэм къыхохьэр. GCKar 436.1

Гур къабзэ зэрыхъу щӀыкӀэм теухуа теорие мыпэжхэм, Тхьэм и унафэр къазэрыфӀэмыӀуэхум е зэрамыдэм къыхэкӀахэм, ди махуэхэм диным ехьэлӀауэ екӀуэкӀ зэщӀэхъееныгъэхэм апхуэдэуи щӀыпӀэшхуэ щаубыд. А теориехэр пцӀыщ, доктринэу къапщтэ мыхъуну икӀи шынагъуэщ кърикӀуэхэр; куэдым ар яфӀэфӀыпсу къызэращтэм, иджыри зэ гу лъыуегъатэр Тхыгъэ ЛъапӀэм а упщӀэм теухуауэ узыхуригъаджэр цӀыхухэм Ӏэмал имыӀэу гурыӀуэгъуэ яхуэщӀын зэрыхуейм. GCKar 436.2

Пэж дыдэу гур къабзэ зыщӀыр — ар Библием къыбгъэдэкӀ гъэсэныгъэрщ. Тхьэм и лӀыкӀуэ Павел Фессалоник къалэ дэсхэм яхуигъэхьа и Тхыгъэм щитхащ: «Тхьэм и Ӏэмырщ фэ фи гур къабзэ хъуныр» икӀи ар абыхэм Тхьэ яхуелъэӀуащ, мамырыгъэм и Тхьэм абыхэм я гур «зэрыщыту” игъэкъэбзэну (1 Фес. 4:3; 5:23). Библием зэхэщӀыкӀыгъуафӀэу гурыӀуэгъуэ ещӀ гур къабзэ хъуныр зищӀысыр, ар къызэрохъулӀэну щӀыкӀэри. КъегъэлакӀуэр и еджакӀуэхэм Тхьэ яхуелъэӀуащ: «Уи пэжыгъэмкӀэ абыхэм я гур гъэкъабзэ. Уи Псалъэращ пэжыгъэр» (Ин. 17:17). Тхьэм и лӀыкӀуэ Павели хуигъасэрт фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я гур Дух ЛъапӀэмкӀэ къабзэ зэрыхъун хуейм (еплъ Рим. 15:16). Дух ЛъапӀэм и лэжьыгъэ хъужыр сыт? Хьиса и еджакӀуэхэм яжриӀащ: «Пэжыгъэм и Духыр къэкӀуа нэужь, сыт хуэдэ пэжыгъэми фыхуигъэсэнущ” (Ин. 16:13). ЗэчыржыӀакӀуэми жеӀэр: «Тхьэм и Унафэр пэжыгъэщ». Тхьэм и Унафэм къыхэщ щыпкъагъэм и принцип инхэр цӀыхухэм къахузэӀуихащ и Псалъэмрэ и Дух ЛъапӀэмкӀэ. Тхьэм и Унафэр «щылъапӀэкӀэ, щызахуэкӀэ, икӀи щыфӀкӀэ”, Тхьэм и щыпкъагъэр нэгъэсауэ зэрыщытыр къыщигъэлъагъуэкӀэ, а Унафэм едэӀуэныр лъабжьэ зыхуэхъуа хьэлри нэгъэсауэ щыпкъэу щытынущ. Апхуэдэ хьэл-щэным и щапхъэ нэгъэсащ Мэсихь. Абы жеӀэр: «Сэ си Адэм и унафэхэр згъэзэщӀащ”. «Сэ сытым дежи, Абы игу ирихьщ сщӀэр” (Ин. 15:10; 8:29). Мэсихь и гъуэгу ирикӀуэхэр Абы ещхь хъун хуейщ; Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэмкӀэ ахэм хьэл нэгъэса зыхалъхьэн хуейщ, Абы и Унафэ лъапӀэм и принципхэм едаӀуэу. Аращ, Библием зэрыжиӀэмкӀэ, уи гур къабзэ хъуныр зищӀысыжыр. GCKar 436.3

Ар къызэрыхъуфынур, Мэсихь ухуиӀэ фӀэщхъуныгъэмкӀэщ, ди гум щыпсэу Тхьэм и Духым и къарукӀэщ. Павел фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр еущий: «Хуеиныгъи, лэжьыгъи Езым и ӀэмырыфӀымкӀэ Тхьэм фэ къыфхелъхьэри, шынагъэ фиӀэу, фи гур къикӀэзызыкӀыу, фыкъызэрелынум иужь фит” (Флп. 2:12,13). Гуэныхьым чристэныр игъэӀулэнкӀэ, зыӀэпишэнкӀэ шынагъэ щыӀэнущ, арщхьэкӀэ, ар абы ебэнынущ. Мис мыбдежыращ Мэсихь и дэӀэпыкъуныгъэм ущыхуэныкъуэнури. ЦӀыхум и хузэфӀэмыкӀынагъым Тхьэм и къарум зыпещӀэри, фӀэщхъуныгъэ иӀэу гуэныхьыщӀэм хэӀэтыкӀауэ жеӀэр: «Тхьэм фӀыщӀэр ейщ, ди Зиусхьэн Хьиса МэсихькӀэ текӀуэныгъэ къызэрыдитам щхьэкӀэ!» (1 Кор. 15:57). GCKar 437.1

Тхыгъэ ЛъапӀэм зэхэщӀыкӀыгъуэу и гугъу ещӀ гур къабзэ зэрыхъу щӀыкӀэм — ар зэпымыууэ, ефӀакӀуэу екӀуэкӀ лэжьыгъэу зэрыщытым. Тхьэм и деж зыгъэзэжа гуэныхьыщӀэр, къэзыщэхуж ЛъымкӀэ Тхьэм гурыӀуэжа нэужь, абдежым и чристэн гъащӀэм щыщӀидзэ къудейщ. ДяпэкӀэ ар цӀыху нэгъэса зэрыхъунум хущӀэкъун хуейщ, «Хьиса и хьэл балигъыпӀэм” нэсыху хэхъуэн щхьэкӀэ. Павел жеӀэр: «БлэкӀар зыщызгъэгъупщэурэ, ипэмкӀэ сыкӀуатэурэ, си мурадым сызэрылъэӀэсыным сыхущӀокъу, Хьиса МэсихькӀэ щӀыхьышхуэ згъуэтыным» (Флп. 3:13,14). Петр апхуэдэуи Библием зи гугъу ищӀ гу къабзагъэм дызэрыхуэкӀуэфыну дэкӀуеипӀэхэр къытхуегъэув: «Аращи, хуабжьу фегугъуурэ, къэвгъэлъагъуэ фи фӀэщхъуныгъэм хэлъ фӀыгъуэр, фӀыгъуэм къыхэкӀ губзыгъагъэр, фи губзыгъагъэм хэлъ зышыӀэныгъэр, фи шыӀэныгъэм къыхэкӀ бэшэчынагъыр, бэшэчынагъ щывиӀэкӀэ Тхьэр зэрывгъэлъапӀэр, Тхьэр щывгъэлъапӀэкӀэ фи къуэшхэм гулъытэ хувигъэщӀыр, фи къуэшхэм гулъытэ щыхуэфӀщӀкӀэ абы къыхэкӀ фӀылъагъуныгъэр... Апхуэдэу фщӀэмэ, зэи фыщыуэнукъым» (2 Петр. 1:5-10). GCKar 437.2

Библием жыхуиӀэ гу къабзагъэм хуэдэ зи щхьэкӀэ зыгъэунэхуахэм, пагагъэ зыхэмылъ гупсэ сытым дежи ягъэлъэгъуэнущ. Муса бегъымбарым хуэдэу, абыхэм щыпкъагъэр зэрылъапӀэр, пщӀэшхуэ зэрыхуэфащэр къалъэгъуащ, Гъунапкъэ ЗимыӀэм и къабзагъэм, нэгъэсауэ зэрыщыпкъэм зрагъапщэурэ, я Ӏуэху къемызэгъхэр къагурыӀуэжащ. GCKar 438.1

Гур пэжу къабзэ хъуным Данил бегъымбарыр и щапхъэщ. КъэзыгъэщӀам, напэ хужькӀэ хуэлэжьащ ар и гъащӀэ кӀыхьым. Уафэм фӀыуэ илъэгъуа лӀыт ар (еплъ Дан. 10:11). И къабзагъэм, и щыпкъагъэм ирипэгэным и пӀэкӀэ, а зи ныбжьыр хэкӀуэта бегъымбарым гуэныхьым итхьэкъуа Израилым и пӀэ иувэу, зыхуегъадэри, Тхьэм йолъэӀу и лъэпкъым къыщхьэщыжыну: «Дэ ди лъэӀухэр уи пащхьэ ныщитлъхьэкӀэ, ди захуагъэракъым дызыщыгугъыр, атӀэ уи гущӀэгъу иным и хьэтырщ дызыщыгугъыр». «Гуэныхь тщӀащ дэ, къуаншагъэ длэжьащ». Абы къехьэкӀ-нехьэкӀ имыӀэу жеӀэр: «Сэ иджыри сыпсалъэрт, Тхьэм сызделъэӀум, си гуэныхьхэмкӀи, си лъэпкъым илэжьа гуэныхьхэмкӀи зызумысыжурэ”. Унафэ къыхуихьу, иужьым Тхьэм и Къуэр къыщыхуэкӀуам щыгъуэ, Данил жиӀащ: «Си къарур щӀэкӀат, жанагъ лъэпкъ къысхэнэжатэкъым» (Дан. 9:18,15,20; 10:8). GCKar 438.2

Жьышхуэм къыхэӀукӀыу Тхьэм и макъыр Аюб бегъымбарым щызэхихам щыгъуэ, абы жиӀащ: «Сэ сабэмрэ сахуэмрэ сыхэту сыкъокӀуэтыж икӀи сыхущӀогъуэж”. Есихь бегъымбарми Тхьэм и щӀыхьыр илъагъуу, херувимхэм «ЛъапӀэщ, лъапӀэщ, лъапӀэщ Зиусхьэн уафэм и Дзэпщыр” жаӀэурэ зэрагъэӀур щызэхихам, ар къэкӀиящ: «Сыунэхъуащ сэ! СыкӀуэдащ! Сэ си жьэр къабзэкъым» (Ис. 6:3, 5). Павел уафэ ещанэм драхьеяуэ, цӀыхум хуумыӀуэтэжыфын псалъэмакъ зэхиха нэужь, абы езым ехьэлӀауэ жиӀэрт «цӀыху лъапӀэ псом я нэхъ цӀыкӀу дыдэу” (Еф. 3:8). ФӀыуэ ялъэгъуа Яхья, мызэ-мытӀэу и щхьэр Хьиса и бгъэгум тезылъхьэу щытам, лӀам хуэдэу мелыӀычым и лъапэм деж щехуэхат (еплъ Откр. 1:17). GCKar 438.3

Голгофэ жорым и ныбжьым хэту псэухэм, зэи зыхуэарэзыжу, зыщытхъужу, гуэныхь ямыщӀэу жаӀэнукъым. Абыхэм зэхащӀыкӀ езыхэм я гуэныхьхэм Тхьэм и Къуэм апхуэдиз хьэзаб зэрытрагъэлъар, и гур зэрызэхакъутар, а гупсысэм ахэр нэхъыбэжу загъэпуду ищӀынущ. ЦӀыхур Мэсихь нэхъ пэгъунэгъухукӀэ, нэхъ наӀуэу елъагъуж зэрыкъарууншэр, цӀыхур гуэныхьым зэрызэригъэкӀуэкӀар, аращи, зыщыгугъыр жорым кӀэраӀулӀэу, къэхъужа КъегъэлакӀуэм и фӀыщӀэхэм и закъуэщ. GCKar 438.4

Гу къабзагъэр зищӀысу къазэрыгурыӀуэ щӀыкӀэм, иджы зекӀуэ динхэм я нэхъыбэм кӀуэ пэтми нэхъ зыщызыубгъур, пагагъэ гупсэкӀэ гъэнщӀащ; Тхьэм и Унафэр, Библием къигъэлъагъуэ диным и хамэу къащыхъуу, ар къазэрыфӀэмыӀуэху гупсэкӀэ гъэнщӀащ. Апхуэдэ теорием и телъхьэхэм, гур къабзэ хъуныр зищӀысу узыхурагъаджэр — ар зэуэ къэхъу Ӏуэхугъуэ хуэдэущ, фӀэщхъуныгъэ къудейм и закъуэкӀэ цӀыхум щыпкъагъэ нэгъэсар къыӀэрыхьэ хуэдэущ. «Фи фӀэщ фщӀы закъуэ, — жаӀэр ахэм, — итӀанэ, нэфӀщыхуэныгъэ къыфӀэрыхьэнущ». Абыхэм зэрагугъэмкӀэ, нэфӀщыхуэныгъэ зыӀэрыхьэ цӀыхум, дяпэкӀэ къару зыми ирихьэлӀэн хуэмеижущ. А зэманми абыхэм Тхьэм и Унафэм иӀэ пщӀэр ягъэпуд, унафэхэр ямыгъэзэщӀэну хуитыныгъэ яӀэу жаӀэурэ. АрщхьэкӀэ, цӀыхум Зиусхьэным игу ирихь щыпкъагъэр, Тхьэм и хьэлым ещхьыр зригъэгъуэтыфыну, Тхьэм и щытыкӀэмрэ и ӀэмырыфӀымрэ къэзыгъэлъагъуэ принципхэр къыфӀэмыӀуэхумэ? GCKar 439.1

Гуэныхьым уебэнын, уи щхьэм уеблэжын хуэмейуэ, дунейм яфӀэлъапӀэхэр къэбгъэнэн хуэмейуэ, тыншу, емылӀалӀэу зэрахьэн дин ахэр зэрыхуейм къыхэкӀкӀэ, фӀэщхъуныгъэ закъуэ фӀэкӀ зыхуэмей диным ухурагъаджэу къагупсысащ. Апхуэдэ гъэсэныгъэр хуабжьу цӀыхухэм ягу ирохь, ауэ Тхьэм и Псалъэм жиӀэр сыт? Тхьэм и лӀыкӀуэ Екъуб гу лъыдегъатэр: «Сыт и мыхьэнэ, си къуэшхэ, зыгуэрым фӀэщхъуныгъэ иӀэу жиӀэкӀэ, Ӏуэху имыӀэу щытмэ? А и фӀэщхъуныгъэм ар къригъэлыфыну?... Ауэ пщӀэну ухуей уэ, зэкӀэлъымыкӀуэ цӀыхум, фӀэщхъуныгъэм Ӏуэху имылэжьмэ, абы псэ зэрыхэмытыр? Ди адэ Ибрэхьим и ӀуэхухэмкӀэкъэ цӀыху щыпкъэ зэрыхъуар, и къуэ Исхьэкъ къурмэн-телъхьэпӀэм трилъхьэри? Плъагъуркъэ, абы и фӀэщхъуныгъэм Ӏуэху къызэрыпыкӀар, икӀи и ӀуэхухэмкӀэ абы и фӀэщхъуныгъэр нэгъэса зэрыхъуар?... И фӀэщхъуныгъэм имызакъуэу, илэжь ӀуэхухэмкӀи цӀыхур щыпкъэ зэрыхъур флъагъурэ?» (Иак. 2:14-24). GCKar 439.2

Лэжьыгъэ хэмыту, фӀэщхъуныгъэ закъуэм тет диным ухуезыгъаджэ гъэсэныгъэр зэрыпцӀым Тхьэм и Псалъэр щыхьэт тохъуэр. Тхьэм гущӀэгъу къыщыпхуищӀыну къигъэлъагъуэхэм емыдаӀуэу, атӀэми Уафэр нэфӀкӀэ къеплъыну гугъэ фӀэщхъуныгъэр — ар фӀэщхъуныгъэкъым, атӀэ зыкъыфӀэщӀыжауэ зыщыгугъыжыныгъэщ; фӀэщхъуныгъэ пэжыр зытещӀыхьар Тхыгъэ ЛъапӀэм ит гъэгугъэныгъэхэрщ. GCKar 439.3

Зыми зыкъремыгъэпцӀэж — зыхэпщӀыкӀыу Тхьэм и унафэхэм ящыщ зы пкъутэу, цӀыху захуащӀэ ухъуфынукъым. КъыбгурыӀуэу пщӀэ гуэныхьым Дух ЛъапӀэ узыгъэкъуаншэм и макъыр зэхыумых уещӀ, Тхьэми пэӀэщӀэ ухуещӀ. «Гуэныхьыр — ар унафэр пкъутэнырщ”, «Гуэныхь зыщӀэ дэтхэнэми Тхьэр илъэгъуакъым, икӀи къицӀыхуакъым” (1 Ин. 3:6). Яхья и тхыгъэхэм фӀылъагъуныгъэм теухуауэ куэд щитх щхьэкӀэ, атӀэми, щихъ хъуауэ жызыӀэу, а зэманым Тхьэм и Унафэр зыкъутэхэм ипэжыпӀэкӀэ я хьэлыр зыхуэдэр тегушхуауэ къыщӀегъэщыр. «Сэ къэсцӀыхуащ Тхьэр”, — жызыӀэу, абы щыгъуэми Тхьэм и унафэхэр зымыгъэзащӀэр, ар пцӀыупсщ, пэжыгъи хэлъкъым; Ауэ хэт Тхьэм и Псалъэр игъэзащӀэми, пэж дыдэу Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр абы и гум илъщ» (1 Ин. 2:4, 5). Мыбдежым дэтхэнэ зыми и фӀэщхъуныгъэр гъэунэхуа щохъу. ЦӀыхур щихъыу плъытэ хъунукъым, щыпкъагъэм и пщалъэ закъуэу уафэми щӀылъэми щыӀэмкӀэ ар къамыпщытауэ. Щэнхабзэу щыӀэ Унафэм ипкъ иткӀэ, жэуап зэрахьынур быдэу зэхэзымыщӀэ цӀыхухэм, Тхьэм и унафэхэм я мыхьэнэр ягъэпуд; я нэхъ цӀыкӀу унафэр мыхъуми якъутэри, апхуэдэу адрейхэри ирагъасэр. Зиусхьэным и нэфӀ къащихуэну, ахэр щыгугъыну хуиткъым, икӀи абыхэм апхуэдэ гугъэ яӀэным лъабжьэ лъэпкъ иӀэкъым жыпӀэкӀи ущыуэнукъым. GCKar 440.1

Гуэныхь зимыӀэу жызыӀэм, щихъагъэм зэрыпэжыжьэр абыкӀэ егъэлъагъуэр. Тхьэр гъунапкъэншэу зэрыкъабзэр, зэрыщихъыр, зэрылъапӀэр икӀи Зиусхьэным гурыӀуэу псэухэр зэрыщытын хуейм тэмэму зыри хэзымыщӀыкӀхэрщ щихъ хъуауэ зызылъытэжхэр, абыхэм ящӀэркъым Хьиса и фӀылъагъуныгъэм и къабзагъэр, гуэныхьым и шынагъуагъэр. ЦӀыхур Мэсихь нэхъ пэжыжьэху, Зиусхьэныр зыхуэдэмрэ къытхуигъэувхэмрэ къызэрыгурыӀуэр нэхъ нэмыгъэсауэ щытщ, езыми щыпкъэу нэхъ зыкъыщохъуж. GCKar 440.2

Тхыгъэ ЛъапӀэм зи гугъу ищӀ къабзагъэр цӀыхум игуми и псэми и Ӏэпкълъэпкъми ехьэлӀащ. Павел Фессалоник къалэм дэсхэм йолъэӀу «ягури, я псэри, я Ӏэпкълъэпкъри зэрыщыту гуэныхьым щахъумэну, ди Зиусхьэн Хьиса Мэсихь къигъэзэжыху» (1 Фес. 5:23). Иджыри абы фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм захуегъазэ: «Аращи, си къуэшхэ, хуабжьу сыныволъэӀу, фи Ӏэпкълъэпкъыр псэууэ, лъапӀэу Тхьэм игу ирихьын хуэдэу къурмэн хуэфщӀыну” (Рим. 12:1). Пасэм Израилым Тхьэм хуагъэхьэзыра дэтхэнэ зы къурмэнри, быдэу зэпаплъыхьырт. Ӏэщым къыдагъуэта дэтхэнэ зы ныкъусаныгъэми, ар къурмэн пщӀы мыхъужын ищӀырт, Тхьэм къурмэну къэпхьын хуейуэ къигъэувыр «ныкъусаныгъэншэу” щытын хуейти. Абы хуэдэу фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэми я Ӏэпкълъэпкъыр «псэууэ, лъапӀэу Тхьэм игу ирихьын хуэдэу къурмэн” ящӀын хуейщ. Абы щхьэкӀэ цӀыхур и узыншагъэм кӀэлъыплъыжыну и къалэнщ. Дэтхэнэ зы хьэл мыхъумыщӀэ, уипкъми уи акъылми и къарур щӀэзыхым, цӀыхур КъэзыгъэщӀам хуэмылэжьэфын ещӀыр. Дауэ хъун, Тхьэр мащӀэ тӀэкӀум аразы техъуэну, нэхъыфӀ дыдэр къыхуэтхьыфыну щыщыткӀэ? Мэсихь жиӀащ: «Уи Зиусхьэн Уи Тхьэр уигу псомкӀэ фӀыуэ лъагъу». Зигу псомкӀэ Тхьэр фӀыуэ зылъагъур, хущӀэкъуу щытынущ и гъащӀэмкӀэ нэхъыфӀу Тхьэм зэрыхуэлэжьэнум, икӀи егугъуу щытынущ Абы и Ӏэмырыр игъэзэщӀэн папщӀэ къыдэӀэпыкъу унафэхэм зэрыщыту зэредэӀуэным. Тхьэр фӀыуэ зылъагъум, ныбэри, гурыщӀэхэри хуит ищӀынукъым и Уафэ Адэм къурмэну хуигъэхьэзырар иригъэпудыну, иригъэуцӀэпӀыну. GCKar 440.3

Петр жеӀэр: «СыныволъэӀу... псэм къыпэув хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм зыдевмыгъэхьэхыу, пэӀэщӀэ зыхуэфщӀ» (1 Петр. 2:11). Гуэныхь зыпылъ хъуэпсэныгъэр арэзы пщӀыхукӀэ, абы псэми акъылми я зэфӀэкӀынагъым хегъэщӀри, Тхьэм и Псалъэри, Дух ЛъапӀэри уи гум тэмэму лъэмыӀэсыж ещӀ. Павел Коринф къалэм дэсхэм захуегъазэ: «Ди пкъымрэ ди гумрэ зыуфӀейуэ тхэлъ псори зыхэдывгъэхи, Тхьэм дыфӀэлӀыкӀыу ди гур нэхъ къабзэ зэрыхъунум иужь дивгъэт” (2 Кор. 7:1). Тхьэм и Дух ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀхэу — «ФӀылъагъуныгъэ, гуфӀэгъуэ, мамырыгъэ, икъукӀэ бэшэчыныгъэ, псоми я фӀыгъуэ, гущӀэгъу, фӀэщхъуныгъэ, Ӏэдэбагъ”, — жыхуиӀэхэм «зышыӀэныгъэр” гъусэ яхуещӀ» (Гал. 5:22,23). GCKar 441.1

А псалъэ лъапӀэхэр гулъытэншэу къагъанэурэ, чристэн дапщэм нобэ я узыншагъэр зэӀагъэхьэрэ, мылъку зэрызрагъэгъуэтыным къыкӀэлъажыхьурэ, е модэ жыхуаӀэм зэрызыкъыкӀэрамыгъэхуным иужь итурэ! Дапхуэдизрэ Тхьэм и образыр ягъэпудрэ ныбэкӀэ, фадэкӀэ, напэншагъэ зэш-тегъэукӀэхэмкӀэ. Члисэми а гуэныхьхэр къыщӀигъэщу, игъэкъуэншэным ипӀэкӀэ, куэдрэ бзаджагъэм хуегъасэ: ныбэр арэзы щӀынымкӀэ, ахъшэр фӀыуэ лъагъунымкӀэ, зэш-тегъэунымкӀэ и хъугъуэфӀыгъуалъэр къыдрищӀейн и гугъэу, Мэсихь фӀыуэ ялъэгъуатэмэ ягъэнщӀыфынур. Хьиса нобэрей члисэхэм щӀыхьэрэ, Тхьэр ягъэлъапӀэ хуэдэу фэ зэрызытрагъауэмкӀэ щӀахъумэу, абы щекӀуэкӀ Ӏуэхухэр, сату мыкъабзэр къилъэгъуатэмэ, апхуэдэ Ӏеягъэ зыщӀэхэр къыщӀимыхун фи гугъэрэт тхьэелъэӀупӀэм, ахъшэ зыхъуэжхэр къызэрыщӀихужауэ щытам хуэдэу? GCKar 441.2

Тхьэм и лӀыкӀуэ Екъуб жеӀэр, «ищхьэкӀэ къикӀ Ӏущыгъэр”, псом я нэхъапэу зэрыкъабзэр. Зэрыщыту тутынымэм щӀигъэнауэ, къэзыухъурейхь хьэуар иуцӀэпӀурэ абы цӀыхухэр иригъэгъалӀэу, тутын зыӀурылъ чристэным Хьиса и цӀэр къриӀуэу — апхуэдэ хьэлым, Инджылым и къабзагъэм апхуэдизу пэщӀэувэм, ар ирихьэлӀатэмэ, «дунейм, пкъым, шейтаным» епхащ жиӀэу, абы ар имыгъэкъуэншэн фи гугъэрэт? Тутыным и пщылӀхэм, я гур къабзэ дыдэ хъуауэ ялъытэжу, уафэм къыщыхутэну мэгугъэхэр, арщхьэкӀэ, Тхьэм и Псалъэм зэхэщӀыкӀыгъуэу жеӀэр «мыкъабзэ зыри абы зэрыщӀэмыхьэнур” (Откр. 21:27). GCKar 442.1

«Фи Ӏэпкълъэпкъыр, фи гум щыпсэу Тхьэм къывита Дух ЛъапӀэм и унэу зэрыщытыр фымыщӀэу ара фэ? ИкӀи фэ езыр фызеижкъым, уасэ лъапӀэкӀэ фыкъащэхуащи. Аращи, Тхьэм ейуэ щыт фи ӀэпкълъэпкъымкӀи фи гумкӀи Тхьэр вгъэлъапӀэ! (1 Кор. 6:19,20). Зи Ӏэпкълъэпкъыр Дух ЛъапӀэм и унэу щыт цӀыхур, узыгъэкӀуэд хьэлым и пщылӀ хъунукъым, илъ лъапӀэмкӀэ къэзыщэхужа Мэсихь хуигъэпсынущ абы и Ӏэпкълъэпкъыр. Абы иӀэ псори Зиусхьэным ейуэ аращ. Лажьэ имыӀэу къэнэну ар, дзыхь къыхуащӀа мылъкур акъылыншагъэкӀэ игъэкӀуэдауэ? ЧристэнкӀэ зэджэжхэм, илъэс къэс ахъшэшхуэ трагъэкӀуадэ зыгъэунэхъу зэштегъэуныгъэ мыхьэнэ зимыӀэхэм, абы щыгъуэм гъащӀэ зыхэлъ псалъэхэр зыхэзымыха цӀыхухэр кӀуэду. Инджылым зегъэубгъуным, тхьэмыщкӀэхэм дэӀэпыкъуным папщӀэ ят ахъшэхэм нэхърэ нэхъыбэ я хъуэпсэныгъэ гуэныхь зыпылъхэм и къурмэн-телъхьэпӀэм щагъэсурэ, ахэр Тхьэм йодыгъуэр Ӏыхьэ пщӀанэмрэ псапэу ятыфыну тыгъэхэмрэкӀэ. Мэсихь и гъуэгу ирикӀуэу зэджэжхэм я гур пэжу къабзэ хъуатэмэ, абы щыгъуэм я мылъкур купщӀэншэ зэраныгъэ Ӏуэхухэм трамыгъэкӀуадэу, Зиусхьэным и унэм яхьынут. ЗышыӀэным, псэемыблэжыным и сыт хуэдэ щапхъэ ягъэлъэгъуэнут апхуэдэ чристэнхэм! Абы щыгъуэм ахэр дунейм нэху хуэхъунут. GCKar 442.2

Дунейм, псоми ягу зэрыхагъэхъуэным, я зэш зэрытрагъэуным къыкӀэлъажыхь. «ГуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпсхэр, нэр зыщӀэхъуэпсхэр, цӀыхухэм зэрызагъэпагэ Ӏуэхугъуэхэр» — мис ахэращ инэхъыбэ цӀыхухэм я акъылым и тепщэр. АрщхьэкӀэ, Мэсихь и гъуэгу ирикӀуэхэр лъапӀэныгъэ зыпылъхэм къыхураджэр: «ФыкъыхэкӀ абыхэми, пэӀэщӀэ захуэфщӀ, жеӀэр Зиусхьэным, мыкъабзагъэ зылъэвмыгъэӀэс». Тхьэм и Псалъэм къызэригъэлъагъуэщи, цӀыхум и хьэл мыхъумыщӀэхэр къимыгъэнамэ, дунейжьым и гур зэрыхигъахъуэхэм зыдригъэхьэхын щимыгъэтамэ, абы и гур пэж дыдэу къабзэ мыхъуауэ жыпӀэ хъунущ. GCKar 442.3

ЩытыкӀэ къагъэувам, «ФыкъыхэкӀ абыхэми, пэӀэщӀэ захуэфщӀ... мыкъабзагъэ зылъэвмыгъэӀэс» жыхуаӀам арэзы техъуэхэр Тхьэм къегъэгугъэр: «Сэ фыкъэсщтэнурэ, Адэу сыфхущытынущ, фэри си къуэхэу, си быну фыщытынущ, жеӀэр Зиусхьэн псори Зи ӀэмыщӀэ Илъым” (2 Кор. 6:17,18). Дэтхэнэ зы чристэнми фейдэ иӀэщ, Ӏиман иӀэу, Тхьэм хуэлажьэу псэуну. «Сэ дунейм сринэхущ, — жиӀащ Хьиса, — си яужь къиувэр, кӀыфӀыгъэм хэту зекӀуэнукъым, атӀэ гъащӀэм и нэхур иӀэнущ» (Ин. 8:12). «ЗахуащӀэхэм я гъуэгур пшэкӀэплъым и нэхум хуэдэщ, кӀуэ пэтми нэхъыбэжу къэнэхуу, дыгъэм зыщиӀэткӀэ зэрыхъум хуэдэу» (Притч. 4:18). ФӀэщхъуныгъэмрэ жыӀэдэӀуэнымрэ я дэтхэнэ зы лъэбакъуэми цӀыхур «кӀыфӀыгъэ лъэпкъ» Зыхэмылъ, гъащӀэм и Нэхум нэхъ гъунэгъу хуещӀ. Пэжыгъэм и Дыгъэм и бзийхэм Тхьэм и пщылӀхэр къегъэнэху, аращи, ахэм Абы и бзийхэр къателыдыкӀын хуейщ. КъателыдыкӀын нэхушхуэ уафэм зэрыщыӀэм, вагъуэхэр щыхьэт зэрытехъуэм хуэдэу, чристэнхэми ягъэлъэпӀэну, щапхъэ зытрахыну зыхуэфащэ Тхьэр, Дунеибэ псом зэрытепщэр ягъэлъэгъуэн хуейщ. Тхьэм и Дух ЛъапӀэм къыпкърыкӀхэр, Тхьэм и хьэлым и къабзагъэр, и щыпкъагъэр Абы и гъуэгу ирикӀуэхэм я гъащӀэмкӀэ ягъэлъэгъуэн хуейщ. GCKar 443.1

Павел Колосс къалэм дэсхэм яхуигъэхьа и Тхыгъэм Тхьэм и бынхэм куэду и нэфӀ къащихуэну къызэригъэгугъам и гугъу щещӀ. Абы етхыр: «Аращи, фи хъыбарыр щызэхэтха махуэм щыщӀэдзауэ, Тхьэм дыфхуелъэӀуныр зэпыдгъэуакъым. Тхьэр зыхуейр нэгъэсауэ къывгуригъэӀуэнуи долъэӀу, и Дух ЛъапӀэм деж къикӀ акъылыфӀагъэ, гурыӀуэныгъэ псори фиӀэнуи долъэӀу; сыт и лъэныкъуэкӀи Зиусхьэным игу фрихьу, Абы фыхуэфащэу фыпсэун папщӀэ; ӀуэхуфӀ влэжь псоми фӀыгъуэ къыдэкӀуэну, Тхьэри кӀуэ пэтми нэхъыфӀу къэфцӀыхуну; щӀыхьышхуэ зиӀэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэмкӀэ зывгъэбыдэну, шыӀэныгъэ фиӀэрэ гуфӀэгъуэр фи гум щызу» (Кол. 1:9-11). GCKar 443.2

Апхуэдэуи Ефес къалэ дэс и къуэшхэм захуегъазэ, ахэми чристэн гупсэм и лъагапӀэр къагуригъэӀуэн папщӀэ. ГурыӀуэгъуафӀэ дыдэу Павел абыхэм яжреӀэр, псом я нэхъ Лъагэм и къуэхэу, ипхъухэу здэщытым, къару гъуэзэджи щӀэныгъи зэраӀэфынур. Абыхэм «Тхьэм и Дух ЛъапӀэмкӀэ ягухэр лъэкӀыныгъэкӀэ ягъэбыдэн” хуейщ, «фи лъабжьэхэр фӀылъагъуныгъэм тещӀыхьарэ, абы фытету, Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми фрагъусэу, Мэсихь и фӀылъагъуныгъэм и бгъуагъри, и кӀыхьагъри, и куууагъри, и лъагагъри къывгурыӀуэн флъэкӀыну Тхьэм солъэӀу». Ауэ Тхьэм и лӀыкӀуэм и лъэӀум и нэхъыщхьэр — «Тхьэм и хьэлщэн псори зыхэфлъхьэну» солъаӀуэ щыжиӀэрщ (Еф. 3:16,18,19). GCKar 443.3

Мыбдежым къыщыгъэлъэгъуащ, ди Уафэ Адэм дыкъызэригъэгугъауэ фӀэщхъуныгъэкӀэ къытӀэрыхьэфыну щыт лъагапӀэхэр, Абы и унафэхэр дгъэзащӀэ къудеймэ. Мэсихь и фӀыщӀагъэхэм дэ гъунапкъэншэу лъэкӀыныгъэ псори ЗиӀэм и тахътэм гъунэгъу дыхуищӀыфынущ. «Езым и Къуэм щымысхьу, дэр папщӀэ Ар лӀэныгъэм Езытам, Абы и гъусэу дауэ псори къыдимытрэ?” (Рим. 8:32). Адэм и Къуэм и Дух ЛъапӀэр къыщритым къипщакъым, дэри апхуэдизу тщызу Ар диӀэфынущ. Хьиса жеӀэр: «Фэ фыбзаджэ пэтрэ, фи бынхэм фӀыгъуэ зэрефтынур фощӀэ. АтӀэ абы нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыбэу, хуейуэ яритынущ, Адэ ЛъапӀэу уафэм щыӀэм и Дух ЛъапӀэм щӀэлъэӀухэм. (Лк. 11:13). ИкӀи «Сэ си цӀэкӀэ сыткӀэ фыкъызэлъэӀуми, Сэ ар фхуэсщӀэнущ». «ФылъаӀуи, къыфӀэрыхьэнущ, фи гуфӀэгъуэр нэгъэса хъун щхьэкӀэ” (Ин. 14:14; 16:24). GCKar 444.1

Чристэныр адрейхэм къахэщхьэхукӀыу и щхьэр игъэлъахъшэу псэу щхьэкӀэ, абы къикӀыркъым и гъащӀэр нэщхъеягъуэу щытыну, и щхьэ и уасэр имыщӀэжыну. Дэтхэнэ зыми ифӀ хэлъщ, Тхьэм и нэфӀ къыщихуэфын щхьэкӀэ, Тхьэм игу ирихьын хуэдэу псэуным. Ди уафэ Адэр хуейкъым дэ сыт щыгъуи кӀыфӀыгъэм дыхэту, ди напэм дигъэкъуаншэу дыпсэуну. ЦӀыху Ӏэдэб дыдэу ущытыным къикӀыр, уи щхьэр егъэзыхауэ узекӀуэу, уи гуэныхьхэм зэпымычу уегупсысыныркъым. Дэ Хьиса деж дыкӀуэу зытхуэгъэкъэбзэнущ, итӀанэ, Унафэм и пащхьэ дымыукӀытэу, ди напэр мысу дитыфынущ. «Аращи, иджы, Хьиса МэсихькӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэу, Ӏэпкълъэпкъым и унафэм щӀэмыту, Дух ЛъапӀэм и унафэм щӀэту псэум зыри къуаншагъэ иӀэжкъым» (Рим. 8:1). GCKar 444.2

Ӏэдэм и къуэ дэхуэхахэр ХьисакӀэ «Тхьэм и къуэ» мэхъухэр. «ЦӀыхухэм ягухэр зыгъэкъэбзэж Хьисарэ зи гур къабзэ хъу цӀыхухэмрэ а зы Адэ ЛъапӀэм и бынхэщ. Аращ Хьиса абыхэм къуэшкӀэ еджэну щӀэмыукӀытэр» (Евр. 2:11). Чристэным и гъащӀэр фӀэщхъуныгъэм тещӀыхьа гъащӀэу щытын хуейщ, Зиусхьэныр я псэм зэрыщыщым къыхэкӀкӀэ текӀуэныгъэрэ гуфӀэгъуэрэ ящызу. «Тхьэм и бын хъуа дэтхэнэри дунейм и гуэныхьхэм токӀуэр. Абы дызэрытекӀуэр ди фӀэщхъуныгъэрщ» (1 Ин. 5:4). Сыту захуагъэ хэлъу жиӀэрэ Тхьэм и пщылӀ Неемие: «Зиусхьэным фыщыгуфӀыкӀмэ — абы фи къарур игъэбыдэнущ” щыжиӀэкӀэ (Неем. 8:10). Павели жеӀэр: «Фэ, Зиусхьэныр зи псэм щыщхэр, сыт щыгъуи фыгуфӀэ. Иджыри зэ нывжызоӀэ: фыгуфӀэ”. «Сыт щыгъуи фыгуфӀэ. Тхьэм зэпымыууэ фелъэӀу. Сыт ищӀыс къыфщыщӀми, Тхьэм фӀыщӀэ хуэфщӀ, фэ, Хьиса Мэсихь зи псэм щыщхэм, апхуэдэу фщӀэну аращ Тхьэр зыхуейр” (Флп. 4:4; 1 Фес. 5:16-18). GCKar 444.3

Библием зэрыжиӀэмкӀэ аращ, Тхьэм и деж бгъэзэжыным, уи гур къабзэ хъуным кърикӀуэнухэр, ауэ ахэр щыплъагъуфынур зэзэмызэщ, чристэн дунейм Тхьэм и Унафэм къыщиӀуатэ щыпкъагъэм и принцип инхэр къафӀэӀуэхуркъыми. А щхьэусыгъуэ дыдэмкӀэ дэ Дух ЛъапӀэм и лэжьыгъэшхуэхэр мащӀэ дыдэрэщ зэрытлъагъур, блэкӀа илъэсхэм цӀыхухэр диным къыщыхуэушхэм деж хэплъагъуэу щытар. GCKar 445.1

Дэ зэрызытхъуэжыр, дызэплъымрэ дызэгупсысымрэкӀэщ. ЦӀыхухэм Тхьэм и хьэлым и щыпкъагъэмрэ и къабзагъэмрэ къазэрыхузэӀуиха и унафэ лъапӀэр къафӀэмыӀуэхуу, абы и пӀэкӀэ цӀыхухэм я гъэсэныгъэхэм я теориехэм зыхуагъазэмэ, бгъэщӀагъуэ хъуну Члисэм Тхьэм щӀыхь зэрыхуащӀыр апхуэдизу зэрымащӀэр? Зиусхьэным жеӀэр: «ӀеягъитӀ ищӀащ си лъэпкъым: Сэ, гъащӀэм и псынэр сыкъагъанэри, псы зымыӀыгъыфыну, псыкъуий зэхэкъутахэр къратӀыкӀащ” (Иер. 2:13). GCKar 445.2

«Гъуэгу махуэ теуващ, нэмысыншэхэм я зэӀущӀэм мыкӀуэ цӀыхур... АтӀэ Зиусхьэным и унафэхэр зи Ӏэмырыр. Абы и унафэхэм ар жэщи махуи йогупсыс! Псы ежэххэм деж щыхаса жыгым хуэдэнущ ар, игъуэу пыкӀэ зиӀэу зи тхьэмпэхэр мыгъуалэм. Сыт имыщӀэми къехъулӀэнущ абы” (Пс. 1:1-3). Тхьэм и Унафэр ягъэлъапӀэу, лъагэу яӀэта нэужьщ, Тхьэм къихиха лъэпкъыр къыщыщӀэрэщӀэжынур, фӀэщхъуныгъэ къабзэ яӀэрэ, Тхьэм фӀэлӀыкӀыу. «Зиусхьэным жеӀэр мыпхуэдэу: фи гъуэгум фыкъыщызэтеувыӀи зыфплъыхь, фыщӀэупщӀэ пасэрей гъуэгухэм, гъуэгуфӀыр здэщыӀэм, фрикӀуэ абыи фигухэр псэхунущ» (Иер. 6:16).  GCKar 445.3