Loading...

Loading

Loading
(You are in the browser Reader mode)

28 ӀЫХЬЭ—ГЪАЩӀЭМ И ТХЫЛЪЫМ УЗЭРЫӀУУЭНУР

«M ис, сэ къэслъэгъуар итӀанэ — жеӀэр Данил бегъымбарым, — тахътэхэр ягъэувауэ щытт, Зи Махуэхэр Жьы дыдэр тахътэм тетӀысхьащ. Абы и щыгъынхэр уэсым хуэдэу хужьт, и щхьэцыр щынэц къабзабзэм хуэдэт, и тахътэр мафӀэ бзийуэ лыдырт, и тахътэм щӀэт шэрхъхэри мафӀэ лыгъейт. Абы къиу мафӀэр уэру ежэхырт... хьэкумым щӀидзэри, тхылъхэр къызэӀуахащ” (Дан. 7:9,10). GCKar 446.1

Апхуэдэу бегъымбарым ирагъэлъэгъуауэ щытащ махуэшхуэ лъапӀэр, щӀылъэ псом и ХьэкумщӀакӀуэм цӀыхухэм я гъащӀэри я хьэлри щызэпиплъыхьынур, дэтхэнэми «илэжьам ипкъ иткӀэ” и Ӏыхьэр лъигъэсыжын папщӀэ. Зи Махуэхэр Жьы Дыдэр — ар Тхьэуэ Адэрщ. ЗэчырусакӀуэм жеӀэр: «Бгыхэр къэмыхъу щӀыкӀэ, Уэ щӀыри дунеибэри къэбгъэщӀащ, лӀэщӀыгъуэ псоми Уэ — Утхьэщ» (Пс. 89:3). Ар — щыӀэ псоми я КъежьапӀэр, псори Къэзыгъэхъуар, унафэ дэтхэнэри КъэзыгъэщӀар — а хьэкумым и тхьэмадэу щытын хуейщ. А хьэкумышхуэм апхуэдэуи мелыӀыч лъапӀэхэри щыӀэщ, лэжьакӀуэхэу, щыхьэт техъуэхэу. Ахэр я бжыгъэкӀэ мин Ӏэджэ мэхъу. GCKar 446.2

«Жэщым си нэгу щӀэкӀам сэ иджыри мыр щыслъэгъуащ: пшэхэм хэту зыгуэр къакӀуэрт, ЦӀыхум и Къуэм и теплъэм хуэдэу. Ар гъунэгъу къэхъури, Зи Махуэхэр Жьы Дыдэм бгъэдашащ. Абы тепщэныгъи, щӀыхьи, пащтыхьыгъуи иратащ, лъэпкъ псори, сыт хуэдэбзэкӀэ псалъэхэри, цӀыхуцӀэ зиӀэ псори къыхуэлэжьэн щхьэкӀэ. Абы и тепщэныгъэр — тепщэныгъэ мыкӀуэдыжщ, зэи кӀэух иӀэнукъым, и пащтыхьыгъуэри зэи къутэжынукъым” (Дан. 7:13,14). Мыбдежыр зытепсэлъыхьыр Мэсихь ЕтӀуанэу щӀылъэм къызэрыкӀуэнуракъым. Ар уафэм щыӀэу, Зи Махуэхэр Жьы Дыдэм и пащхьэ йохьэр, и медат лэжьыгъэр иуха нэужь къратыну тепщэныгъэри, щӀыхьри, пащтыхьыгъуэри къищтэн папщӀэ. БегъымбарӀуатэм къигъэлъагъуэр а Ӏуэхугъуэ дыдэрщ, махуэ 2300-р иуха нэужь, 1844 гъэм къэхъун хуеярщ, армыхъумэ, Мэсихь ЕтӀуанэу щӀылъэм къыщыкӀуэнуракъым. МелыӀыч лъапӀэхэр дэщӀыгъуу ди Щоджэн Пашэшхуэр Я нэхъ ЛъапӀэ Пэшым щӀохьэри, абдеж Тхьэм и пащхьэ щохьэр, цӀыхухэм папщӀэ ирихьэкӀ и медат лэжьыгъэр зэфӀигъэкӀыну, нэхъ гурыӀуэгъуэу жытӀэнщи, зэхэзыгъэкӀ хьэкумыр иригъэкӀуэкӀыу, зыхуэфащэ псори къищэхужын щхьэкӀэ. GCKar 446.3

Нэхъапэм зызумысыжауэ, хущӀегъуэжауэ Тхьэм къыхуэкӀуахэу, гуэныхьым папщӀэ яукӀ къурмэным и лъымкӀэ зи гуэныхьхэр образнэу псэупӀэ лъапӀэм щӀалъхьахэм я закъуэт, прообразнэ лэжьыгъэу, зыгъэкъэбзэжыгъуэ махуэшхуэ лъапӀэм хэтыну хуитхэр. Апхуэдэу къэщэхужыным и кӀэухыу, зэхэзыгъэкӀ хьэкумыр щекӀуэкӀыну махуэшхуэм зи Ӏуэхухэм зыхэплъэнур Тхьэм и лъэпкъым щыщхэм я закъуэщ. Нэмысыншэхэм хьэкум тращӀэныр — ар Ӏуэхугъуэ щхьэхуэщ, нэхъ гувауэ къэхъуну. «Хьэкум зэманыр Тхьэм Езым и бынхэм я деж щиублэнущ. АтӀэ, япэщӀыкӀэ ди деж къыщыщӀидзэнумэ, Тхьэм и ХъыбарыфӀым емыдаӀуэхэм сыт хуэдэ кӀэух ягъуэтынур?” (1 Петр. 4:17). GCKar 447.1

ЦӀыхухэм Ӏыхьэ яхуэхъунум унафэ зэрытращӀыхьынур дэтхэнэ зыми и цӀэри, ищӀа псори зратхауэ, уафэм щыӀэ тхылъхэм ярытхэм ипкъ иткӀэщ. Данил бегъымбарым жеӀэр: «ХьэкумщӀакӀуэхэр тӀысри, тхылъхэр къызэӀуахащ». КъызэӀузых Тхылъыр зытхыжам, а Ӏуэхугъуэ дыдэм щытепсэлъыхькӀэ дыщӀегъур: «ИтӀанэ, иджыри зы Тхылъ къызэӀуахащ — гъащӀэм и Тхылъыр. ЦӀыху лӀахэм ялэжьахэу а тхылъхэм ярытым ипкъ иткӀэ хьэкум тращӀащ” (Откр. 20:12). GCKar 447.2

Тхьэм зэгуэрым хуэлэжьа псоми я цӀэхэр гъащӀэм и Тхылъым итщ. Хьиса и еджакӀуэхэм яжриӀащ: «ФызыщыгуфӀыкӀынур фи цӀэхэр уафэхэм зэрыщатхарщ” (Лк. 10:20). Павел апхуэдэуи и лэжьэгъу пэжхэм и гугъу ещӀ: «зи цӀэхэр гъащӀэм и Тхылъым итхэм” (Флп. 4:3). Данил бегъымбарыр «зэи къэмыхъуа зэман бзаджэм” щеплъкӀэ, Тхьэм и лъэпкъыр — «Тхылъым иратхауэ къагъуэтыну псори” — къызэрырагъэлынур жеӀэр. КъызэӀузых Тхылъыр зытхыжами къыджеӀэр, Тхьэм и къалэм дыхьэнухэр, зи цӀэхэр «Щынэм и деж ГъащӀэм и Тхылъым иратхахэм” я закъуэщ. (Дан. 12:1; Откр. 21:27). GCKar 447.3

Тхьэм и пащхьэ «гукъинэж Тхылъ” щатх, икӀи «Зиусхьэным щышынэу, Абы и цӀэм пщӀэ хуэзыщӀхэм» ялэжь псори абы иратхэр (Мал. 3:16). Абыхэм я фӀэщхъуныгъэм къыхэкӀ я псалъэхэр, фӀылъагъуныгъэм къыхахыу ялэжьхэр уафэм щатх. Неемие, абы и гугъу ищӀурэ, жеӀэр: «Си Тхьэ, уигу сыкъэгъэкӀыж абы щхьэкӀэ, си Тхьэм и унэм папщӀэ сегугъуу сщӀа Ӏуэхухэр зыщумыгъэгъупщэж. (Неем. 13:14). Сыт хуэдэ Ӏуэху захуэри игъащӀэкӀэ мыкӀуэдыжыну Гукъинэж Тхылъым иратхэр. Абы пэжу къыщыгъэлъэгъуащ сыт хуэдэ гъэунэхуныгъэ яшэчыфари, бзаджагъэ зытекӀуа псори, дэтхэнэ зы псалъэ гуапэри. Абы иратхэр дэтхэнэ щхьэемыблэж Ӏуэхури, Мэсихь и хьэтыркӀэ яшэча дэтхэнэ зы узри, гугъуехьри. ЗэчырусакӀуэм жеӀэр: «Сэ къызэхэскӀухьахэр Уи деж къыщыбжауэ щытщ, си нэпсхэр Уи кхъуэщыным щызэхуэхьэс, — Уи Тхылъым иткъэ ахэр?” (Пс. 55:9). GCKar 447.4

Абы апхуэдэуи цӀыхухэм я гуэныхьхэри итщ. «Сыт хуэдэ Ӏуэхуми Тхьэм хьэкум трищӀэнущ, щэхуу щыта псоми, ар фӀыуи е Ӏейуи ирехъуи” (Еккл. 12:14). «Дэтхэнэ зы псалъэ купщӀэншэми щхьэкӀэ къемэтмахуэм цӀыхухэм жэуап ятыжынущ». КъегъэлакӀуэм жеӀэр: «Уи псалъэхэмкӀэ хей ухъуфынущ, уи псалъэхэмкӀи мысэ ухъуфынущ” (Мф. 12:36,37). А щыуагъэншэу ятххэм сыт хуэдэ мурад щэхури, гукъэкӀри хатхащ, Тхьэм «кӀыфӀыгъэм щӀихъумэ псори къигъэнэхуурэ къыщӀигъэщынущ, цӀыхухэм я гурылъ щэхухэр нэгъуни сэтей къищӀынущ” (1 Кор. 4:5). «Мыращ Си пащхьэм щатхахэр... фи хабзэншагъэрщ, жеӀэр Зиусхьэным, фи адэхэм я хабзэншагъэхэм щӀыгъуу” (Ис. 65:6, 7). GCKar 448.1

Дэтхэнэ зы цӀыхуми ищӀэ псори Зиусхьэным зэпеплъыхьри, захуагъэщ е захуагъэкъым тратхауэ зэхагъэкӀ. Уафэм щыӀэ тхылъхэм зы цӀыкӀукӀэ щымыуэу дэтхэнэ зыми и цӀэм къыпатхэр сыт хуэдэ псалъэ купщӀэншэу жиӀари, щхьэхуещагъэкӀэ ищӀа псори, и къалэну имыгъэзэщӀа псори, иущэхуауэ ищӀа гуэныхь псори, дапхуэдизу Тхьэм фӀэлӀыкӀыфэ зытригъауэу щӀимыхъумэми. МелыӀычым гу лъимытэу къигъанэркъым цӀыхум къызэрахъумэну имыдауэ къигъэна псори, е Дух ЛъапӀэм зэригъэкъуэншари, мыхьэнэншэу игъэкӀуа зэманри, къигъэсэбэпыфыну зэлъэпэуа Ӏэмалхэри, ӀейкӀэ е фӀыкӀэ нэгъуэщӀхэм яжь зэрыщӀригъэхури, абыхэм кърикӀуэ псори. GCKar 448.2

Тхьэм и Унафэращ хьэкумым цӀыхухэм я хьэлыр къызэрапщытэу, зыхуэдэр къызэращӀэнур. Сэлмэн Ӏущ жеӀэр: «Тхьэм щышынэ, и унафэхэр гъэзащӀэ, аращ цӀыхум и къалэн нэхъыщхьэр. Сыт хуэдэ Ӏуэхуми Тхьэм хьэкум трищӀэнущ” (Еккл. 12:13,14). Тхьэм и лӀыкӀуэ Екъуби и къуэшхэр еущий: «Хуитыныгъэ къывэзыта унафэмкӀэ хьэкум зытращӀыхьыну цӀыхухэм зэрахуэфащэм хуэдэу, фыпсалъэ икӀи фи Ӏуэхухэр фщӀэ» (Иак. 2:12). GCKar 448.3

«Зыхуэфащэу” къагъуэтынухэр цӀыху захуащӀэхэр къыщагъэтэджыжкӀэ къэхъужынущ. Хьиса апхуэдэуи жиӀащ: «Ауэ лӀахэм къыхагъэтэджыкӀыжу,къэкӀуэнудунеймщагъэпсэунузыхуагъэфэщэнухэр... мелыӀычхэм хуэдэу щытынущ. Ахэр лӀахэм къахэтэджыкӀыжащи, Тхьэм и бынхэщ» (Лк. 20:35, 36). Аргуэруи дыкъегъэгугъэ: «ФӀы зыщӀахэр гъащӀэ зратынухэр къыщагъэтэджыжкӀэ щӀылъэм къыщӀэкӀыжынущ» (Ин. 5:29). ЦӀыху щыпкъэу дунейм ехыжахэр лӀахэм къыщыхагъэтэджыкӀыжынур хьэкумыр иуха нэужьщ, «псэуну къагъэхъужыну” зыхуэфащэхэу абы къыщахутэнущи. Аращи, я Ӏуэхухэм щыхэплъэу, Ӏыхьэ яхуэхъуным теухуауэ унафэ къащытращӀэну хьэкумым ахэр езыхэр я щхьэкӀэ щыӀэнукъым. GCKar 448.4

Хьиса ахэм къащхьэщыжынущ, я Уэчылу щытынущ. Ар Тхьэм и пащхьэ ахэм щахуэлъэӀуэнущ. «Хэт гуэныхь къыӀэщӀэщӀэми, Адэ лъапӀэм дэ ТхуелъэӀу диӀэщ — Ар Хьиса Мэсихь Щыпкъэрщ» (1 Ин. 2:1). «Тхьэр здэщыӀэ псэупӀэ лъапӀэ пэжым и щапхъэм тету цӀыхухэм ящӀа псэупӀэ лъапӀэракъым Мэсихь зыщӀыхьар, атӀэ уафэу Тхьэр здэщыӀэ щӀыпӀэ дыдэрщ, Тхьэм и пащхьэ дэр щхьэкӀэ иджы ихьэну» (Евр. 9:24). «Аращи, абыхэм папщӀэ лъэӀуэн щхьэкӀэ, игъащӀэкӀи псэууэ здэщытым, Езым и цӀэкӀэ Тхьэм деж къыхуэкӀуэхэр къригъэлыну сытым дежи хузэфӀокӀыр” (Евр. 7:25). GCKar 449.1

Хьэкум екӀуэкӀым Тхылъхэр къыщызэӀуахкӀэ, Хьиса зи фӀэщ хъу псоми я гъащӀэр Тхьэм и пащхьэ къоувэр. ЩӀылъэм япэу щыпсэуа цӀыхухэм деж къыщыщӀидзауэ, ди ЛъэӀуакӀуэм зэкӀэлъыкӀуэурэ, зы щӀэблэм къикӀыурэ адрей щӀэблэм щӀидзэурэ щӀылъэм щыпсэухэм я деж щиухыжынущ. Дэтхэнэ зыми и цӀэр къраӀуэнущ икӀи гулъытэшхуэ хуащӀу абы и гъащӀэр зэрыщыту яджынущ. Хэти къащтэнущ, хэти ядэнукъым. ЦӀыхур зыхущӀемыгъуэжа гуэныхь, абыкӀэ зиумысыжу, къыхуэмыгъуауэ, Тхылъхэм кърагъуатэу щытмэ, а цӀыхум и цӀэр ГъащӀэм и Тхылъым иратхъыкӀыжынурэ, абы ищӀа ӀуэхуфӀхэри гукъинэжу Тхьэм и деж щатх Тхылъым трагъэкӀыжынущ. «Зиусхьэным Муса бегъымбарым жриӀащ: Си пащхьэ гуэныхь щызыщӀар, Си Тхылъым истхъыкӀыжынущ» (Исх. 32:33). Изкъил бегъымбарми жеӀэр: «ЦӀыху щыпкъэр и пэжыгъэм къытекӀрэ, мызахуагъэ ищӀэн щӀидзэмэ... абы ищӀауэ щыта ӀуэхуфӀ псори, сигу къэзгъэкӀыжынукъым» (Иез. 18:24). GCKar 449.2

Пэж дыдэу зи гуэныхьхэм хущӀегъуэжу, Мэсихь и Лъыр езыр къэзыщэхуж къурмэну фӀэщхъуныгъэкӀэ къэзыщтахэм я гуэныхьхэр къазэрыхуэгъуам и дамыгъэ уафэм щыӀэ Тхылъхэм ярыт я цӀэхэм къыпатхэр. Мэсихь и щыпкъагъэр къазэрылъысымкӀэ, я хьэлхэр Тхьэм и Унафэм къигъэувхэм гурыӀуэу зэрыщытымкӀэ, абыхэм я гуэныхьхэр ягъэкӀуэдынурэ, мыкӀуэдыж гъащӀэ зыхуэфащэхэу ахэр къалъытэнущ. Зиусхьэным Есихь бегъымбарымкӀэ дыкъегъэгугъэ: «Сэ, Сэ Езым уи щӀэпхъаджагъэхэр согъэкӀуэд, си щхьэм и хьэтыркӀэ, уи гуэныхьхэри сигу къэзгъэкӀыжынукъым» (Ис. 43:25). Хьиса жеӀэр: «ТекӀуэм щыгъын хужьхэр щыгъынущ; ГъащӀэм и Тхылъым абы и цӀэр изгъэкӀуэдыкӀынукъым. Си Адэмрэ Абы и мелыӀычхэмрэ я пащхьэм абы и цӀэр къыщисӀуэнущ, си гъуэгу ирикӀуэхэм зэращыщыр жысӀэу». «Си гъуэгу зэрырикӀуэр цӀыхухэм я пащхьэ щыжызыӀэ дэтхэнэри, си гъуэгу ирикӀуэхэм зэращыщыр Сэри си Адэу Уафэм щыӀэм и пащхьэ щыжысӀэнущ; ауэ сыкъэзымыцӀыхуу цӀыхухэм я пащхьэ щыжызыӀэр, си Адэу Уафэм щыӀэм и пащхьэ, Сэри сымыцӀыхуу щыжысӀэнущ» (Откр. 3:5;Мф. 10:32, 33). GCKar 449.3

Дунейм щекӀуэкӀ судхэм сыт хуэдизу егугъуу цӀыхухэм я Ӏуэхухэм щыхэмыплъами, уафэм щекӀуэкӀ хьэкумым, Дунеибэ псом и ХьэкумщӀакӀуэм и пащхьэм, ГъащӀэм и Тхылъым зи цӀэхэр иратхэхэм я гъащӀэм, гулъытэшхуэ хуащӀу зэраджым ахэр хуэбгъадэ хъунукъым. Тхьэ щытыкӀэ зиӀэ Уэчылыр, Езым и Лъым щыгугъыу, текӀуахэм хуолъаӀуэр, я щӀэпхъаджагъэхэр къыхуагъэгъуу, ахэм Жэнэт Хадэм аргуэру ягъэзэжыфын щхьэкӀэ, икӀи Езым щӀыгъуу и щӀэиныр зылъысахэм хуэдэу, тажхэр къыщатӀэгъэн щхьэкӀэ, абыхэм «япэрей тепщэныгъэр къаӀэрыхьэжа нэужь” (Мих. 4:8). ЦӀыху лъэпкъыр игъэӀулэурэ къигъапцӀэну здегугъум, шейтӀаным и гугъат Тхьэм цӀыхум хуиӀэ и мурадыр зэхикъутэну. АрщхьэкӀэ, Мэсихь иджы щӀолъэӀур Тхьэм и мурадыр гъэзэщӀа зэрыхъуным, цӀыхухэм зэи гуэныхь ямыщӀам хуэдэу. Ар зыщӀэлъэӀур и бынхэм я гуэныхьхэр зэрыщыту къахуэгъуу, ягъэзэхуэжыным и закъуэкъым, атӀэ Езым и щӀыхьыр ядигуэшу, ахэр и тахътэм зыщыбгъуригъэтӀысхьэфын щхьэкӀэ, хуитыныгъэ яригъэгъуэтын папщӀэ мэлъаӀуэ. GCKar 450.1

Къамылэжьауэ къыхуащӀ гущӀэгъур къэзыщтахэм, Хьиса щахуэлъаӀуэ зэманым, шейтӀаным ахэр щӀэпхъаджакӀуэхэм хуэдэу, Тхьэм и пащхьэ щегъэкъуаншэр. ГъэпцӀакӀуэшхуэм ахэм фӀэщмыхъуныгъэ якӀэщӀидзащ, Тхьэм щимыгъэгугъыжыным хуиущийурэ, Абы и фӀылъагъуныгъэм иригъэлъэпауэурэ и Унафэр яригъэкъутэурэ. Иджы шейтӀаным абыхэм я гъащӀэр егъэлъагъуэр, я щыщӀэныгъэхэр къыхигъэщурэ, Мэсихь зэремыщхьыр, ахэр Къэзыщэхужам и напэ зэрытрахар къыжиӀэурэ. Езым ирихулӀэу яригъэщӀа пэт, абыхэм я гуэныхь псори къетӀэщӀри, езым и унафэм щӀэту ахэр зэреймкӀэ хуитыныгъэ иӀэу жиӀэурэ, мэныкъуакъуэр. GCKar 450.2

Хьиса абыхэм я гуэныхьхэр яхуигъэдахэркъым, ауэ ахэр зэрыхущӀегъуэжамрэ я фӀэщхъуныгъэмрэ игъэлъагъуэурэ, къызэрыхуагъэгъуным щӀэлъэӀуурэ, къыхуагъэгъуну ирегъадэ. Абы и Ӏэ пхраудар и Адэмрэ мелыӀыч лъапӀэхэмрэ яхуишийурэ жеӀэр: «Сэ ахэр я цӀэкӀэ сощӀэр. Сэ ахэр Си Ӏэгум истхащ». «Тхьэм папщӀэ къурмэнщ хущӀегъуэжа цӀыхур; хуабжьу хущӀегъуэжа, зи щхьэр зыгъэлъахъшэ цӀыхум Уэ гу лъумытэу къэнэнукъым, си Тхьэ» (Пс. 50:19). И лъэпкъыр зыгъэмысэм хуэгъэзауэ Абы жеӀэр: «Зиусхьэным хуит уремыщ! уэ, шейтӀан, Ерусалим къыхэзыха Зиусхьэным хуит уремыщӀ. Ныкъуэсу мафӀэм къыхахыжар аракъэ?” (Зах. 3:2). Мэсихь къыхуэпэжу иӀэхэм Езым и щыпкъагъэр фащэ яхуищ!ынущ, «дахагъэ зиӀэ Члисэу, бжьыгъэ е ныкъусаныгъэ е сыт хуэдэ щыщ!агъэ лъэпкъи имыIэу» и Адэ и пащхьэ иришэн папщӀэ (Еф. 5:27). Ахэм я цӀэхэр ГъащӀэм и Тхылъым иратхащ, икӀи ахэм щхьэкIэ мыпхуэдэу ятхащ: «щыгъын хужьхэр ящыгъыу си гъусэу къак!ухьынущ, яхуэфащэщи абыхэм» (Откр. 3:4). GCKar 450.3

Апхуэдэ щIыкIэкIэ ЗэгурыӀуэныгъэщӀэм щыщ гъэгугъэныгъэр зэрыщыту зэщ!а хъунущ: «Сэ абыхэм я щ!эпхъаджагъэхэр къахуэзгъэгъунурэ, я гуэныхьхэр аф!эк!а зэи сигу къэзгъэкӀыжынукъым». «А махуэхэми, а зэманми, жеӀэр Зиусхьэным, Израил и лажьэр къалъыхъуэнущ, арщхьэкӀэ, лажьэ яӀэнукъым, Иудэ и гуэныхьхэми лъыхъуэнущ, ахэри ягъуэтынукъым; Сэ къахуэзгъэгъунущи, псэууэ къэзгъэнэнухэм» (Иер. 31:34; 50:20). «А махуэм Зиусхьэным и къуэпсыр дахэу, щ!ыхь иӀэу ялъагъунущ, щ!ылъэм къыщыкIхэри — лъапIэу щытхъу яӀэу, Израил и къуэ къызэтенахэм папщӀэ щытынущ. Абы щыгъуэм Сион къыщелахэр, Ерусалим псэууэ къыдэнахэм, ц!ыху лъапӀэкӀэ еджэнущ, ГъащIэм и Тхылъым иратхахэр, Ерусалим щыпсэун папщӀэ» (Ис. 4:2, 3). GCKar 451.1

ЗэхэзыгъэкI хьэкумымрэ гуэныхьыр гъэкIуэдыжынымрэ зэфӀэкIын хуейщ, Зиусхьэныр ЕтӀуанэу къэмыкIуэ щIыкIэ. Дунейм ехыжахэм хьэкум зэрытращIэнур тхылъхэм ярытхэм ипкъ иткӀэщи, цӀыхухэм я гуэныхьхэр пхуэгъэк!уэдынукъым, абыхэм !ыхьэ яхуэхъунур къэзыгъэлъэгъуэну хьэкумыр имыухауэ. Ауэ Тхьэм и л!ык!уэ Петр зэхэщIыкIыгъуэу жеIэр, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм я гуэныхьхэр зэрагъэк!уэдынур, «Зиусхьэным къыбгъэдэкIыу гуфIэгъуэ зэманыр кърес», «фэр папщӀэ Хьиса Мэсихь Абы кърегъакӀуэ” (Деян. 3:19,20). Зэхэзыгъэк! хьэкумыр иуха нэужь, Мэсихь щ!ылъэм къэкIуэнущ, и тыгъэхэри Абы щ!ыгъунущ, щхьэж илэжьам ипкъ иткӀэ хуэфащэр лъигъэсыжын щхьэкIэ. GCKar 451.2

Прообразнэ лэжьыгъэр щекIуэкIым, щоджэн пашэм, Израил къищэхужа нэужь, цIыхубэм къахыхьэжырти и нэф! къащихуэрт. Абы хуэдэу Мэсихьи, и медат лэжьыгъэр иуха нэужь, «къыщӀэкӀуэнур, гуэныхьыр игъэкъэбзэжын щхьэкӀэкъым, атӀэ... къежьэхэр къригъэлын щхьэкӀэщ» (Евр. 9:28), Абы къыпэплъэхэр мыкӀуэдыж гъащӀэм хишэн папщӀэ. Щоджэным псэупӀэ лъапӀэм гуэныхьыр щыщӀигъэкъэбзыкӀыжым деж ахэр къиӀуатэурэ, къыщӀигъэщурэ «яутӀыпщыж бжэным» и щхьэм трилъхьэу зэрыщытам хуэдэу, Мэсихь гуэныхь псори шейтӀаным щхьэщилъхьэнущ, лажьэу щыӀэр къызэрыкӀауэ, ер къызыпкърыкӀам. ЯутӀыпщыж бжэну, образнэу Израил и гуэныхьхэр зытралъхьэу щытар «узыпхырымыкӀыфын щӀыналъэм” яшэрт (Лев. 16:22); апхуэдэу шейтӀанми, Тхьэм и лъэпкъым яригъэщӀа гуэныхь псоми я къуаншагъэр телъу, илъэс минкӀэ гъащӀэ здэщымыӀэ губгъуэ нэщӀым щагъэӀэнущ, икӀэм-икӀэжым, абы нэмысыншэ псори зыхэкӀуэдэну мафӀэм гуэныхьым пэкӀуэ тезырыр зэрыщыту щишэчынущ. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ, Тхьэм цӀыхухэр къызэрищэхуж и мурадышхуэр гъэзэщӀа хъунущ, гуэныхьыр игъэкӀуэдыжу, ем текӀуэну хущӀэкъуа псори къригъэлынущ. GCKar 451.3

Махуэ 2300-р иуха нэужь, хьэкумым хухаха зэманым щӀидзащ, нэхъ зэхэщӀыкӀыгъуэу жытӀэнщи, 1844 гъэм зэхэзыгъэкӀ хьэкумымрэ гуэныхьыр гъэкӀуэдыжынымрэ щӀидзащ: Мэсихь и гъуэгу ирикӀуэу зызыбжыжу зэгуэрым щытахэр, гулъытэшхуэ хуащӀу я гъащӀэр яджынущ. ЛӀахэми псэухэми хьэкум тращӀэн хуейщ «ялэжьахэр зыхуэдэу, Тхылъхэм иратхахэм ипкъ иткӀэ”. GCKar 452.1

ЦӀыхухэм зыхамына, зыхущӀемыгъуэжа гуэныхьхэр къахуэгъунукъым, ахэр Тхылъхэм къинэнущ, къемэтмахуэм гуэныхьыщӀэр игъэкъуэншэн папщӀэ. ЦӀыхум бзаджагъэ ищӀэфынущ махуэ шэджагъуэм е жэщ кӀыфӀым — ауэ дауэ мыхъуми, ар дэ хьэкум КъыттезыщӀэным и пащхьэ «къыщыщӀагъэщынущ”. Тхьэм и мелыӀычхэм дэтхэнэ зы гуэныхьри ялъагъури, щыуагъэншэ дыдэу, ар ятх. Гуэныхьыр бущэху мэхъу, умыщӀауэ жыпӀэ мэхъу, адэ-анэм, щхьэгъусэм, бынхэм е ныбжьэгъухэм ящогъэпщкӀуф икӀи лажьэ зиӀэм фӀэкӀа нэгъуэщӀым а щӀэпхъаджагъэр зэи къимыщӀэнкӀи мэхъу, ауэ ар Уафэм щугъэпщкӀуфынукъым. Жэщми, кӀыфӀыгъэми, нэхъ Ӏэзэ дыдэ фэрыщӀагъми ИгъащӀэкӀи ЩыӀэм ауэ зы гупсысэ закъуи щигъэпщкӀуфынукъым. Тхьэр фӀы дыдэу щыгъуазэщ цӀыхухэм мызахуагъэу сыт ящӀами, дэтхэнэ зы Ӏуэху мыкъабзэми. Ар къыпхуэгъэпцӀэнукъым Тхьэм уфӀэлӀыкӀ хуэдэу фэ зэрызэтебгъауэмкӀэ. Зы цӀыкӀукӀэ щымыуэу Абы дэ дызищӀысыр ещӀэр. ЦӀыхугъэншэу хьилэшы хъуахэм тынш дыдэу я Ӏыхьлы дыдэхэри къагъэпцӀэфынущ, арщхьэкӀэ, Тхьэм имыщӀэу къанэркъым сыт хуэдэ бзаджагъэри, Ар къоджэр цӀыхум и гум сыт илъми. GCKar 452.2

Сыту гупсысэ лъапӀэ! Зы махуэм адрей махуэр къыкӀэлъыкӀуэу игъащӀэкӀи къыпхуемыгъэзэжыну блокӀ, ауэ дэ длэжь псори уафэм щыӀэ Тхылъхэм къонэр. Зэ уи жьэм къыжьэдэкӀа псалъэм зэи къыпхуегъэзэжынукъым, пщӀари пхуэхъуэжынукъым. ФӀыуи Ӏейуи блэжьахэри мелыӀычхэм ятх. ЛъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ цӀыхуу нэхъ щэджащэ дыдэми и махуэ блэкӀам къригъэгъэзэжыну лъэкӀынукъым. Ди Ӏуэхухэм, ди псалъэхэм, уеблэмэ, дущэху ди гущӀагъщӀэлъхэми — псоми мыхьэнэ яӀэнущ, игъащӀэкӀи Ӏыхьэ тхуэхъунур къыщахутэкӀэ. Мыхьэнэ щӀагъуэ зимыӀэу къэтлъытэхэу, тщыгъупщэжагъэнкӀи хъунухэр ди телъхьэ е дызыгъэкъуаншэу къыщӀидзыжынущ. GCKar 452.3

Сурэт щытрахкӀэ къагъэсэбэп пленкэм щыуагъэншэу напэм и зэхэлъыкӀэр къызэригъэлъагъуэм хуэдэу, уафэм щыӀэ тхылъхэм щыуагъэншэу иратхащ дэтхэнэ зы цӀыхуми и хьэлыр. АрщхьэкӀэ, я дэтхэнэ зы Ӏуэхуми Уафэр зэрыкӀэлъыплъым цӀыхухэр сыту мащӀэрэ зэрытегузэвыхьыр. Тлъагъу дунейм дымылъагъу дунейр щызыгъэпщкӀу Ӏупхъуэр драӀэтейрэ, ди дэтхэнэ зы псалъэри, иужькӀэ хьэкумыр зыхэплъэну псори зытх мелыӀычыр цӀыхухэм я къуэхэм ялъэгъуатэмэ, сыт хуэдиз псалъэ жытӀэн щыдгъэтыжынут, сыт хуэдиз Ӏуэхуи дымыщӀэжынрэт! GCKar 453.1

Хьэкумым хуабжьу егугъупэу щызэхагъэкӀынущ къыдата тыгъэхэм дэ мыхьэнэуэ къыпыдгъэкӀар. Уафэм дзыхь къытхуищӀа мылъкур дапхуэдэу къызэрытхуэгъэсэбэпар? Зиусхьэным къыщигъэзэжкӀэ иӀам хэхъуауэ къыӀэрыхьэжыну? Ди ӀитӀым, ди гум, ди акъылым я къарухэр Тхьэм и щӀыхьыр дгъэбагъуэу, цӀыхухэм ди фӀыгъуэ едгъэкӀыу къэдгъэсэбэпа? Ди зэманыр, ди къалэмыр, ди макъыр, ди ахъшэхэр, ди зэфӀэкӀхэр сыткӀэ къызэрыдгъэсэбэпар? Сыт Мэсихь и хьэтыркӀэ тхьэмыщкӀэхэм, гугъу ехьхэм, зеиншэхэм, фызабэхэм яхуэтщӀар? Тхьэм дэ дзыхь къытхуищӀащ и Псалъэ ЛъапӀэр; цӀыхухэр къызэредгъэлыну къыдата нэхумрэ пэжыгъэмрэ дауэ къызэрыдгъэсэбэпар? Мэсихь уи фӀэщ хъуныр уи псалъэ къудейм щиухмэ, абы мыхьэнэ лъэпкъ иӀэкъым; ауэ ӀуэхухэмкӀэ бгъэлъэгъуа фӀылъагъуныгъэр Тхьэм ифӀэлъапӀэщ. ФӀылъагъуныгъэм къыхэкӀыу ящӀэхэрщ Уафэм къищтэхэр. Дапхуэдизу мыхьэнэншэу, мащӀэу цӀыхухэм къащымыхъуами, фӀылъагъуныгъэм къыхэкӀ Ӏуэхухэр Тхьэм и гум дохьэри, ар зыщӀам фӀы къыхуещӀэж. GCKar 453.2

Жэщми, кӀыфӀыгъэми, нэхъ Ӏэзэ дыдэ фэрыщӀагъми ИгъащӀэкӀи
ЩыӀэм ауэ зы гупсысэ закъуи щигъэпщкӀуфынукъым. Тхьэр
фӀы дыдэу щыгъуазэщ цӀыхухэм мызахуагъэу сыт ящӀами,
дэтхэнэ зы Ӏуэху мыкъабзэми. Ар къыпхуэгъэпцӀэнукъым
Тхьэм уфӀэлӀыкӀ хуэдэу фэ зэрызэтебгъауэмкӀэ.
 

Уафэм щыӀэ Тхылъхэм сэтей къащӀынущ цӀыхухэм егугъуу щӀахъумэу щыта я щхьэхуещагъэр. Абы къыщыгъэлъэгъуащ нэгъуэщӀ цӀыхухэм ехьэлӀауэ дэ диӀа къалэныр къызэрытфӀэмыӀуэхуар, КъегъэлакӀуэм и унафэхэр тщыгъупщэжу зэрыщытари. ЦӀыхухэм къалъагъужынущ Мэсихь ейуэ щыт зэманри, къарури, дапхуэдизрэ шейтӀаным иратами. Сыту нэщхъеягъуэ тхыгъэ мелыӀычхэм уафэм яхьыр! Акъыл зратахэу, Мэсихь и гъуэгу ирикӀуэхэу ябжхэр, зэрыщыту дуней Ӏуэхухэм хэпщӀащ е зэштегъэуныгъэхэм зыдрагъэхьэхащ. Ахъшэри, зэманри, къарури — псори купщӀэ зимыӀэ фӀэфӀыныгъэхэм, я щхьэм къилъадэхэр зэрагъэзэщӀэнум, зэрызрагъэгъуэтынум къурмэн хуащӀ, сыту зэман мащӀэ тхьэлъэӀум хухахыр, Тхыгъэ ЛъапӀэр джыным, Тхьэм уи щхьэр хуэбгъэлъэхъшэным, уи гуэныхьхэмкӀэ зыбумысыжыным. GCKar 453.3

Ди къалэн нэхъыщхьэм дыкъыпэришыну хущӀэкъу шейтӀаным къигупсысхэм кӀэ иӀэнукъым. Дыкъэзыщэхуж Къурмэнымрэ псори зылъэкӀ ди Уэчылымрэ дыхуэзыунэтӀ пэжыгъэ лъапӀэхэр гъэпцӀакӀуэ иным илъагъу хъуркъым. Ар фӀы дыдэу щыгъуазэщ, и ехъулӀэныгъэр цӀыхухэр Мэсихьрэ Абы и пэжыгъэмрэ къыбгъэдишыфыну хузэфӀэкӀмэ зэрелъытам. GCKar 454.1

КъегъэлакӀуэм и медат лэжьыгъэр сэбэп зыхуэхъуну хуей цӀыхухэм я къалэныр ягъэзэщӀэным — «Тхьэм фӀэлӀыкӀыу, ягъэлъапӀэу псэуным” зыгуэр зэран зыхуагъэхъу хъунукъым. Зэштегъэуныгъэхэм, зыщытхъужыным хьэмэрэ мылъку зэрызрагъэгъуэтыным зэман лъапӀэр трамыгъэкӀуадэу, абыхэм яфӀэщу, Тхьэм елъэӀуурэ пэжыгъэм и Псалъэхэр яджынущ. ПсэупӀэ лъапӀэмрэ зэхэзыгъэкӀ хьэкумымрэ ехьэлӀа пэжыгъэхэр Тхьэм и лъэпкъым фӀы дыдэу къагурыӀуэу щытын хуейщ. Я Щоджэн Пашэр зыпэрыт Ӏуэхур псоми быдэу зэхащӀыкӀын хуейщ. Армыхъумэ, ди зэманым дызыхуэныкъуэ фӀэщхъуныгъэ цӀыхухэм яӀэнукъым, Тхьэм абыхэм яхухиха лэжьыгъэри яхуэгъэзэщӀэнукъым. Дэтхэнэ зы цӀыхуми и псэр е къригъэлыфынущ е игъэкӀуэдыфынущ. Дэ тщыщ дэтхэнэми и гъащӀэр Тхьэм егъэунэху. Дэтхэнэри ХьэкумщӀакӀуэ Иным нэкӀукӀэ Ӏууэн хуейщ. Аращи, апхуэдизу мыхьэнэшхуэ иӀэщ, цӀыхур нэхъ щӀэх-щӀэхыурэ а хьэкумым и дакъикъэ шынагъуэм егупсысыным, уафэ Тхылъхэр къыщызэӀуахыу, дэтхэнэми, и махуэхэм и кӀэухым, Данил бегъымбарым щӀыгъуу, Ӏыхьэ хуэхъунур къыщыӀэрыхьэн хуейм. GCKar 454.2

А пэжыгъэ инхэм и нэхур къызытепсахэр адрейхэми ядэгуэшэн хуейщ, Тхьэм абыхэм дзыхь къахуищӀамкӀэ. Уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэр — Мэсихь цӀыхухэр къригъэлын папщӀэ и лэжьыгъэр щрихьэкӀ щӀыпӀэщ. Мыбдеж щекӀуэкӀхэр щӀылъэм щыпсэу дэтхэнэ зыми ехьэлӀащ. ЦӀыхухэр къызэращэхуж щӀыкӀэр абы зэрыщыту къызэӀуех, щӀылъэм и кӀэух дакъикъэм, захуагъэр гуэныхьым щӀыхь пылъу щытекӀуэнум дыхуишэу. Абы къыхэкӀкӀэ икъукӀэ мыхьэнэшхуэ иӀэщ, псоми егугъуу а упщӀэхэр яджыным, зыщыгугъым теухуауэ хэт къеупщӀми жэуап иратыжыфын хуэдэу. GCKar 454.3

Уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм цӀыхум папщӀэ Мэсихь ЗэрыщылъаӀуэр — къегъэлыныгъэ Ӏуэхум щыщ Ӏыхьэщ, Ар жорым кӀэрылъу зэрылӀам хуэдабзэу. И лӀэныгъэмкӀэ Абы а лэжьыгъэр щӀидзащ, къэхъужа нэужь, ар иухын папщӀэщ уафэм щӀыдэкӀуеижар. Дэ фӀэщхъуныгъэкӀэ Ӏупхъуэм адэкӀэ дыщӀыхьэн хуейщ, «ди япэ иту Хьиса зыщӀыхьам” (Евр. 6:20). Голгофэ жорым и нурыр абы къытолыдыкӀ. Дэ абы нэхъыфӀу къыщыдгурыӀуэфынущ къегъэлыныгъэ Ӏуэхум и щэхухэр. Уафэм цӀыхухэр къригъэлыным гъунапкъэншэу уасэшхуэ щӀитащ; къурмэн ящӀам Тхьэм и Унафэ якъутам къигъэув псори арэзы дыдэ ищӀащ. Хьиса Адэм и тахътэм кӀуэ гъуэгур хуит тхуищӀащ, икӀи фӀэщхъуныгъэ яӀэу Абы къыхуэкӀуэ псоми, Хьиса и медат лэжьыгъэм и фӀыщӀэкӀэ, Тхьэм и деж нагъэсыфынущ хуабжьу зыхуейхэр. GCKar 455.1

«Зи гуэныхьхэр щӀэзыхъумэм ехъулӀэныгъэ иӀэнукъым, ауэ зиумысыжу ахэр къэзыгъанэм Тхьэм гущӀэгъу къыхуищӀынущ» (Притч. 28:13). Зи гуэныхьхэр зыбзыщӀхэм, зи щыуагъэхэр зыгъэзахуэхэм щхьэкӀэ шейтӀаныр зэрыгуфӀэр, ар Мэсихьрэ мелыӀыч лъапӀэхэмрэ зэрыщыдыхьэшхыр ялъэгъуатэмэ, итӀанэ, ахэр епӀэщӀэкӀынут я гуэныхьхэмкӀэ заумысыжу, къызэрагъэнэным. ЦӀыхум и щыщӀэныгъэхэр къигъэсэбэпурэ, шейтӀаныр йогугъу абы и акъылым зэрыщыту и тепщэ зищӀыным, ар щыгъуазэщи, цӀыхур гуэныхьым есэмэ, езым текӀуэныгъэ зэриӀэнур. Абы къыхэкӀкӀэ ар сытым дежи хущӀокъу, и зэфӀэкӀ псори къигъэсэбэпурэ, Мэсихь и гъуэгу ирикӀуэхэм гъэпцӀагъэхэр я фӀэщ ищӀыну, дауэ ямыщӀэми я щыщӀэныгъэхэм темыкӀуэфыну. АрщхьэкӀэ, Хьиса абыхэм щхьэкӀэ мэлъаӀуэ. Абы и Ӏэ пхыраудар, ипкъ яуӀар игъэлъагъуэурэ и гъуэгу къытехьэну хуейхэм яжреӀэр: «Урикъунущ уэ, Си нэфӀ нызэрыпщысхуам”. «Си бжьыр зытефлъхьи, Сэ схуэдэу зевгъасэ: Си гур щабэщ, пагагъи схэлъкъым. Гузэгъэгъуэ вгъуэтынущ итӀанэ; Си бжьыр фӀыгъуэщи, Си хьэлъэри шэчыгъуафӀэщи” (2 Кор. 12:9; Мф. 11:29, 30). Аращи, зыми и гуэныхьхэр зыхимыныфыну иремыгугъэ. Зиусхьэным фӀэщхъуныгъи нэфӀщыхуэныгъи къыдет, ахэр къэдгъэнэн папщӀэ. GCKar 455.2

Дэ нобэ къэщэхужыгъуэ махуэшхуэм и зэманым дыщопсэу. Прообразнэ лэжьыгъэм, щоджэн пашэм Израил псор къызэрищэхуж Ӏуэхур щищӀэкӀэ, псоми я щхьэхэр ягъэлъэхъшэн хуейт, я гуэныхьхэм хущӀегъуэжауэ Тхьэм и пащхьэ зыщаумысыжурэ, лъэпкъым къыхамыхун папщӀэ. Абы хуэдэ къабзэу, и цӀэр ГъащӀэм и Тхылъым къинэну хуей дэтхэнэми, иджыпсту, гъэунэхуныгъэу къэна мы махуэ мащӀэхэм, Тхьэм и пащхьэ и щхьэр щигъэлъэхъшэн хуейщ, я гуэныхьхэм хущӀегъуэжауэ игу псомкӀи абыхэмкӀэ зиумысыжурэ. Уи гум хуабжьу уиплъэжын хуейщ. Чристэну зызыбжыжхэу жьыуейпсыуейм зэрихьэ куэдым яхэлъ щхьэпсыншагъэр къагъэнэн хуейщ. Бэнэныгъэ хьэлъэ къапоплъэ, гуэныхь зыпылъ дэхьэхыныгъэхэм текӀуэну хуейхэм. Зэрызигъэхьэзырын лэжьыгъэр дэтхэнэ зыми езым игъэзэщӀэн хуейщ. Гупым дыхэту дыкъелыфынукъым. Зыгуэрым Тхьэр зэрилъытэмкӀэ, зэрыхуэпэжымкӀэ нэгъуэщӀыр, ар зыхэмылъыр, къригъэлыфынукъым. ЦӀыху псори Тхьэм и хьэкумым и пащхьэ ихьэн щхьэкӀэ, Тхьэр апхуэдизу егугъуу дэтхэнэ зыми и Ӏуэхум хэплъэнущ, щӀылъэ псом а зым фӀэкӀа темыт хуэдэу. Дэтхэнэ зыри ягъэунэхуу, бжьыгъэ е ныкъусаныгъэ е зы щыщӀагъэ лъэпкъи имыӀэу къагъуэтын хуейщ. GCKar 455.3

Сыту лъапӀэу, щӀыхь иӀэу иухыну къэщэхужыныгъэ Ӏуэхур! Сытым хуэдэу мыхьэнэшхуэ зиӀэ упщӀэхэм жэуап иратын хуей? Нобэ уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм хьэкум щокӀуэкӀ. Ар илъэс куэд хъуауэ йокӀуэкӀ. Куэд дэмыкӀыу — зыми ищӀэркъым дапщэщми — псэууэ дунейм тетхэм я Ӏуэхухэм хэплъэн щӀадзэнущ. Абы щыгъуэм укӀэзызу узыщышынэн Тхьэм и пащхьэм ди гъащӀэр, зыри къамыгъанэу, зэрыщыту щаджынущ. Дэтхэнэ зы цӀыхуми КъегъэлакӀуэм и псалъэхэр къыгурыӀуэн хуейщ: «Фызыхуэсакъыж! Фымыжейуэ, фысакъ, Тхьэми фелъэӀу; а сыхьэтыр къыщысынур фщӀэркъыми» (Мк. 13:33). «Фыжейурэ, фымысакъмэ, дыгъуакӀуэр цӀыхухэм ямыщӀэххэу къызэрыкӀуэм хуэдэу сынэкӀуэнущ. Фи деж сыныщыкӀуэну сыхьэтри фщӀэнукъым» (Откр. 3:3). GCKar 456.1

Чристэну зызыбжыжхэу жьыуейпсыуейм зэрихьэ куэдым
яхэлъ щхьэпсыншагъэр къагъэнэн хуейщ. Бэнэныгъэ хьэлъэ
къапоплъэ, гуэныхь зыпылъ дэхьэхыныгъэхэм текӀуэну
хуейхэм. Зэрызигъэхьэзырын лэжьыгъэр дэтхэнэ зыми
езым игъэзэщӀэн хуейщ. Гупым дыхэту дыкъелыфынукъым.
Зыгуэрым Тхьэр зэрилъытэмкӀэ, зэрыхуэпэжымкӀэ
нэгъуэщӀыр, ар зыхэмылъыр, къригъэлыфынукъым.
 

ЗэхэзыгъэкӀ хьэкумыр иуха нэужь, дэтхэнэ зыми игъащӀэкӀи Ӏыхьэ хуэхъуным и унафэр щыӀэнущ — гъащӀэ яӀэну е лӀэну. Гъэунэхуныгъэ зэманыр иухынущ Мэсихь ЕтӀуанэу уафэ пшэхэм тету къэкӀуэнум куэд имыӀэжу. Мэсихь, а зэманым ехьэлӀауэ жиӀащ: «Бзаджагъэ зылэжьым иджыри бзаджагъэ ирещӀэ; мыкъабзэм иджыри зреуцӀэпӀыж; цӀыху щыпкъэм иджыри щыпкъагъэ ирещӀэ. Зи гур къабзэ цӀыхур дяпэкӀи гу къабзэу щрет. КъэдаӀуэ, куэд мыщӀу сыкъэкӀуэжынущ. Дэтхэнэми хуэфащэ Ӏыхьэр ныздызохь, дэтхэнэ зыми илэжьам ипкъ иткӀэ” (Откр. 22:11,12). GCKar 456.2

ЦӀыху щыпкъэхэри бзаджащӀэхэри япэми хуэдэу лӀэныгъэм ӀэщӀэлъ Ӏэпкълъэпкъ яӀэу дунейм тетынущ: ахэр щӀым елэжьынущ, унэхэр яухуэнущ, ешхэнухэщ, ефэнухэщ, уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм фӀэкӀ зимыӀэ унафэ къащызэрытращӀыхьар зы цӀыкӀу я гущхьэ къэмыкӀыу. Дунейр псыкӀэ къутэжыным и пэкӀэ, Нухь бегъымбарыр кхъухьым ихьа нэужь, Зиусхьэным кхъухьым и бжэр зэхуищӀыжащ. Абы щыгъуэм нэмысыншэхэр кхъухьым и щӀыбкӀэ къэнащ, арщхьэкӀэ, иджыри махуиблкӀэ абыхэм я кӀэухыр къызэрысар ямыщӀэу, гупсысэншэу псэуащ, зыри къафӀэмыӀуэхуу, къэкӀуэну хьэкумым зэрыщахъумэну яужь зэритам щыдыхьэшххэу. «Апхуэдэущ зэрыщытынур, — жеӀэр КъегъэлакӀуэм, — ЦӀыхум хуэдэу Къехар къыщыкӀуэжынум дежи» (Мф. 24:39). Щыму, зиудыгъуауэ жэщ ныкъуэм къыптеуэ дыгъуакӀуэм хуэдэу, кӀэух сыхьэтыр къэсынущ, дэтхэнэ зыми Ӏыхьэ хуэхъунур наӀуэ щыхъунур, къыхуашия гущӀэгъуу ямыдам гуэныхьыщӀэхэр игъащӀэкӀи хэкӀыжынущ. GCKar 457.1

«Аращи, фысакъ... уащхъуэдэмыщхъуэу къыщигъэзэжкӀэ, фыжейуэ къримыхьэлӀэжын щхьэкӀэ” (Мк. 13:35, 36). Сыту дзыхьщӀыгъуэджэу щыуэрэ, сакъыурэ ешауэ, аргуэру дунейм и зэштегъэуныгъэхэм зыдезыгъэхьэхыжхэр! А сыхьэтым, лэжьэрей цӀыхур, мылъкум къыкӀэлъижыхьурэ щыхущӀэмыхьэм, зигъэтхъэжыну зыфӀэфӀым и хъуэпсэныгъэхэр зэригъэнщӀыным щыпылъым, модэм и пщылӀым и щыгъын зыкъизыххэм щытелъэщӀыхьым, а сыхьэт дыдэм Дуней псом я ХьэкумщӀакӀуэм унафэу къатрищӀыхьар жиӀэнущ: «Уэ тэрэзэкӀэ уашэчати, упсынщӀэ дыдэу укъыщӀэкӀащ” (Дан. 5:27).  GCKar 457.2