Loading...

Loading

Loading
(You are in the browser Reader mode)

30 ӀЫХЬЭ—ЦӀЫХУМРЭ ШЕЙТӀАНЫМРЭ ЗЭРЫЗЭБИЙР

« эбииныгъэ дэслъхьэнущ уэрэ цӀыхубзымрэ фи зэхуакум, уэ быну къыпщӀэхъуэнумрэ абы быну къыщӀэхъуэнумрэ я зэхуакум; уэ уи шэрэзыр абы къыщӀэхъуэнум и лъэдакъэм хэбукӀэнущ, ауэ абы къыщӀэхъуэнур уэ уи щхьэм къеуэнурэ, зэхикъутэнущ» (Быт. 3:15). ЦӀыхур дэхуэха нэужь, Тхьэм шейтӀаным трищӀыхьа унафэр бегъымбарӀуатэхэм ящыщщ, лӀэщӀыгъуэ псори къызэщӀиубыдэу, зэманыр и кӀэм нэсыху щӀылъэм щыпсэуну щӀэблэ псори зыхэтыну бэнэныгъэшхуэ зэрекӀуэкӀынур къыжиӀэу. GCKar 471.1

Тхьэм жеӀэр: «Зэбииныгъэ дэслъхьэнущ». А зэбииныгъэр езыр-езыру къэхъуркъым. ЦӀыхум Тхьэм и унафэр щикъутам, абы и щытыкӀэр гуэныхьым иуцӀэпӀащ, икӀи ар шейтӀаным и гъусэу зы хъуащ. Гуэныхь зыщӀа цӀыхумрэ гуэныхьыр къэзыубламрэ я зэхуаку зэбииныгъэ езыр-езыру зэрыдэмылъынур гурыӀуэгъуэщ. ТӀури гуэныхьыщӀэ хъуащ, Тхьэм и пэжыгъэм къытекӀри. Абы щыщӀэдзауэ, бзаджащӀэ иным игъащӀэкӀи гупсэхугъуэр фӀэкӀуэдащ, къигъапцӀэу къыдихьэххэр и щапхъэм щытришэм деж фӀэкӀа гупсэхугъуэ имыгъуэту. Аращ къызыхэкӀыр мелыӀыч дэхуэхахэмрэ цӀыху нэмысыншэхэмрэ хабзэншащӀэу щӀызэгухьэр. Зиусхьэныр а Ӏуэхум хэмыӀэбатэмэ, итӀанэ, шейтӀанымрэ цӀыхумрэ зыуэ зэгухьауэ уафэм езэуэнут, икӀи шейтӀаным пэщӀэувэным и пӀэкӀэ цӀыху лъэпкъыр зэрыщыту Тхьэм и бийуэ, езэуэну къэувынут. GCKar 471.2

ШейтӀаным цӀыхухэм гуэныхь иригъэщӀэну игъэӀулащ, Уафэм ебэныным и лъэныкъуэгъу зригъэгъуэтын щхьэкӀэ, мелыӀычхэр зы зэманым зэригъэӀулам хуэдэу. ШейтӀанми мелыӀыч дэхуэхахэми зэхуэдэу Мэсихь хуабжьу ялъагъу хъуртэкъым; адрей упщӀэхэм ехьэлӀауэ я еплъыкӀэхэр зэщхьэщыкӀми, Дунеибэм и Пщым и тепщэныгъэм пэщӀэтыным ахэр икъукӀэ зэкъуигъэуващ. АрщхьэкӀэ, цӀыхубзымрэ езымрэ я зэхуаку дэлъыну зэбииныгъэр, абы быну къыщӀэхъуэнумрэ езым быну къыщӀэхъуэнумрэ якуми дэлъынур, зэхиха нэужь, шейтӀаным къыгурыӀуащ цӀыху лъэпкъыр зэригъэкӀуэкӀыну зи яужь итым кӀэ зэрыратынур, цӀыхур абы ижьымрэ и къарумрэ зэрыпӀэщӀэувэн Ӏэмал къызэрыӀэрыхьэнур. GCKar 471.3

ШейтӀаныр цӀыху лъэпкъым зэребийр нэхъ щӀэхуабжьэурэ макӀуэр, Мэсихь цӀыхухэм Тхьэм и фӀылъагъуныгъэмрэ и гущӀэгъумрэ къаӀэригъэхьэу къазэрыдэӀэпыкъуам щхьэкӀэ. ШейтӀаныр хуейщ Тхьэм цӀыхухэр къызэрищэхуж и Ӏуэхум зэран хуэхъуну, нэмысыншагъэм и ныбжьыр Тхьэм тридзэну, Абы къигъэщӀахэр игъэикӀэу теплъаджэ ищӀу; уафэм щыпсэухэм я жагъуэ ищӀыну, щӀылъэр гуауэр щызу, бгынэжауэ къигъэнэну. А насыпыншагъэ псори абы егъэлъагъуэр, Тхьэм цӀыхур къызэригъэщӀам езыр-езыру кърикӀуам хуэдэу. GCKar 472.1

Мэсихь цӀыхум и псэм тыгъэ хуищӀ Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэм, цӀыхур шейтӀаным и бий ещӀ. А узыхъуэж гущӀэгъумрэ укъэзыгъэщӀэрэщӀэж къарумрэ цӀыхум имыӀатэмэ, ар сытым дежи шейтӀаным и гъэру къэнэнут, абы и пщылӀу, хуэӀурыщӀэу, и ӀуэхутхьэбзащӀэу, зыри пимыдзыжу и унафэщӀым зыхуей псор хуищӀэну хьэзыру. АрщхьэкӀэ, принципыщӀэхэр иӀэ хъуа нэужь, цӀыхум гуэныхь афӀэкӀа имыщӀэжыну хуей ещӀри, ар бэнэныгъэм хохьэр. Мэсихь цӀыхум къару хелъхьэр, залымым икӀи узурпаторым пэщӀэувэфын хуэдэу. Абы щыгъуэм деж абы гуэныхьыр игу иримыхьыж мэхъури, ар илъагъу мыхъуу щӀедзэр; япэм зыпэмылъэщу щыта, дэхьэхыныгъэхэм токӀуэр, — абыкӀэ нэрылъагъу мэхъур ищхьэмкӀэ къикӀ къару абы къызэрыдэӀэпыкъур. GCKar 472.2

Мэсихь и гупсэмрэ шейтӀаным и гупсэмрэ зэи зэгурымыӀуэну зэрызэпэщӀэувэр псом хуэмыдэу наӀуэу къыщыгъэлъэгъуащ дунейр Хьиса зэрыӀущӀамкӀэ. Иудейхэм ар щӀамыдар, дэгъуагъэ, лъапӀагъэ зыри кӀэрымылъу, тхьэмыщкӀэм хуэдэу, Ар щӀылъэм къызэрыкӀуам и закъуэкъым. А ефӀэкӀыныгъэхэр куэдкӀэ къыдэзыгуэн къару Абы зэриӀэр абыхэм апхуэдэуи ялъагъурт. Мэсихь и къабзагъэм, и лъапӀагъэм хабзэншэхэм Ар къалъагъу мыхъу ищӀырт. Абы и гъащӀэ псэемыблэжым, Тхьэм хуэпэжу хуэлэжьэным хуэгъэпсам, а зыкъызыфӀэщӀыжа, пагэ лъэпкъыр зэпымычу игъэкъуаншэрт. Тхьэм и Къуэр ялъагъу щӀэмыхъури арат. ШейтӀанри, мелыӀыч бзаджэхэри, цӀыху нэмысыншэхэр ящӀыгъужу зы хъуат. Тхьэм епцӀыжахэм я къару псори, я лъэкӀынагъ псори Пэжыгъэр Зыхъумэм ебэныным хуаунэтӀат. GCKar 472.3

Апхуэдэ дыдэу Мэсихь и гъуэгу ирикӀуэхэми бийм хуэдэу хущытщ ахэр. Гуэныхьыр зэрыгущыкӀыгъуэр зыхэзыщӀыкӀа дэтхэнэ зыри, уафэм къикӀ къарур къигъэсэбэпурэ дэхьэхыныгъэхэм ебэнын щӀедзэр, Ӏэмал имыӀэу абы шейтӀанымрэ и пэщӀэщӀэгъухэмрэ къегъэгубжь. Гуэныхьри гуэныхьыщӀэри щыӀэхукӀэ, пэжыгъэм и принципхэр ялъагъу мыхъуныр, пэжыгъэм хущӀэкъухэр ягъэкъуаншэу ямыгъэпсэуныр зэи зэпыунукъым. Мэсихь и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ шейтӀаным и унэӀутхэмрэ я зэхуаку зэикӀ зэгурыӀуэныгъэ дэлъыфынукъым. Жорым игъэлъэпэрэпэныр ноби зэпыуакъым. «Тхьэр зылъытэу, Мэсихь зи псэм щыщу псэуну хуей дэтхэнэри ямыгъэпсэууэ кърахуэкӀынущ” (2 Тим. 3:12). GCKar 473.1

ШейтӀаным и блыгущӀэтхэр сытым дежи хущӀокъу, Тхьэм и Ӏуэху зехьэкӀэм пэщӀэувэным, бзаджэнаджэм и тепщэмрэ и пащтыхьыгъуэмрэ зэрагъэбыдэным. Абы щхьэкӀэ ахэр Мэсихь и гъуэгу ирикӀуэхэр къагъэӀулэу, Тхьэм зэрырагъэпцӀыным иужь итщ. А я мурадыр зрагъэхъулӀэн щхьэкӀэ, я Ӏэтащхьэм зэрищӀэм хуэдэу, ахэм Тхыгъэ ЛъапӀэр пцӀыкӀэ зэрахъуэкӀ, зэрагъэкӀуэкӀ. ШейтӀаным Тхьэм пцӀы трилъхьэну иужь зэритым хуэдэу, абы и Ӏэпыдзлъэпыдзхэри Тхьэм и лъэпкъыр зэрагъэикӀэным хущӀокъу. Мэсихь зыукӀахэр зезыгъэкӀуа гупсэ дыдэм, Абы и лъэужь ирикӀуэхэр зэригъэкӀуэдыным бзаджащӀэхэр трегъэгушхуэр. А псори япэу жаӀа бегъымбар псалъэмкӀэ гъэӀуауэ щытащ: «Зэбииныгъэ дэслъхьэнущ уэрэ цӀыхубзымрэ фи зэхуакум, уэ быну къыпщӀэхъуэнумрэ абы быну къыщӀэхъуэнумрэ я зэхуакум». ИкӀи а зэбииныгъэр зэманыр иухыхукӀэ екӀуэкӀынущ. GCKar 473.2

ШейтӀаным и къару псори апхуэдэ зауэм папщӀэ зэщӀекъуэри, и дзэр зэрыщыту зэхьэзэхуэм хедзэр. Сыт абы ерыщу къыщӀыпэмыувхэр? Сыт Мэсихь и зауэлӀхэм апхуэдизу жьы щӀащӀэмытыр, зыри къащӀыфӀэмыӀуэхур? ИпэжыпӀэкӀэ ахэр Мэсихь пэжыжьэщи аращ, Абы и Гупсэр ямыӀэу. Гуэныхьыр ахэм Зиусхьэным къызэрыщыхъуу щытам хуэдэу, апхуэдизу узэпыӀуигъэщтыкӀыу, гущыкӀыгъуэу ялъытэркъым. Мэсихь зэрищӀэу щытам хуэдэу, ахэр гуэныхьым быдэу, жыджэру пэщӀэувэркъым; абыхэм зэхащӀыкӀыркъым бзаджагъэм узэригъэкӀуэдымрэ гуэныхьым и хьэрэмагъымрэ, икъукӀэ хуабжьу щоуэр кӀыфӀыгъэм ипщми теухуауэ. ШейтӀаным илэжьхэм цӀыхухэр быдэу щӀыпэмыувхэр, иджыри мащӀэ Ӏейщи аращ абы и лъэщагъым, и бзаджэнаджагъэм теухуауэ ящӀэр; Мэсихьрэ Абы и Члисэмрэ езауэу абы иубла бэнэныгъэшхуэр здынэсыр ящӀэркъым. Куэдыр, икъукӀэ цӀыху куэдыр щоуэр шейтӀаным теухуауэ. Абыхэм ящӀэркъым я бийр — дзэ пашэ лъэщышхуэу зэрыщытыр. МелыӀыч дэхуэхахэм ятепщэурэ ар, егугъуу ищӀа мурадым тетурэ, бзаджагъэр Ӏэмалу къыздигъэсэбэпым, Мэсихь йозауэр, цӀыхухэр къримыгъэгъэлын папщӀэ. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр, уеблэмэ, Инджылым и лэжьакӀуэхэри, шейтӀаным зэрихьэ Ӏуэхухэм, зэкъуэтӀакъуэрэ и гугъу ящӀ фӀэкӀ, мащӀэ Ӏейрэщ зэрытепсэлъыхьыр. Ахэм гулъытэншэу къагъанэр абы зэпымычу илэжьхэм щыхьэт техъуэ къомымрэ абы и ехъулӀэныгъэхэмрэ. ЦӀыхухэм Ӏэпэдэгъэлэл ящӀ абы и бзаджагъэм щызыхъумэфыну, Ӏэджэрэ кърат Ӏэмалхэр, икӀи къыпщохъур ар зэрыщыӀэр къафӀэмыӀуэхухэу. GCKar 473.3

Хьэрэмыгум и гухэлъ бзаджэхэм цӀыхухэм зыри хамыщӀыкӀыу къыздэнэм, а набдзэгубдзаплъэ бийр ахэм лъэбакъуэ ячыху я лъэужьым имыкӀыу, псэупӀэ яритыркъым. Ар унагъуэм хохьэри зэӀещӀэ; къалэм и дэтхэнэ уэрамми абы ущыӀущӀэфынущ, арыншауэ зы тхьэлъэӀу зэхуэси, къэралым и лӀыщхьэхэм я зэӀущӀи, судебнэ Ӏуэхуи екӀуэкӀыркъым; дэнэкӀи абы зэрызехьэ, хьэлэбэлыкъ къыщегъэхъу, цӀыхухэр егъэукӀытэр, щегъауэри гуэныхь ярегъащӀэ, Ӏэпкълъэпкъри псэри егъэкӀуэд, унагъуэхэр зэхекъутэр, жагъуэм, зэбииныгъэм, зэныкъуэкъуныгъэм, мыарэзыныгъэм, лӀэныгъэм я жылэхэр хисэурэ. Абы щыгъуэм чристэнхэм ахэр къэхъун хуеяхэм хуэдэу ялъытэр, Тхьэм и ӀэмыркӀэ псори къэхъуа хуэдэу. GCKar 474.1

ШейтӀаныр зэпымычу Тхьэм и лъэпкъыр зэрихигъэщӀэным хущӀокъу, ар дунейм щызыхъумэ бжыхьыр зэхикъутэурэ. Пасэм Израилым гуэныхь ищӀащ, Тхьэм хуит зэримыщӀауэ мажусийхэм зыпащӀэну тегушхуэри. Иджырей Израилми апхуэдэ гуэныхьым зыщихъумэфакъым. «ШейтӀану мы дунейм и тхьэм фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я гур нэф ищӀащ. Апхуэдэу щӀищӀар Тхьэм хуэдабзэу щыт Мэсихь и щӀыхьышхуэм теухуа хъыбарыфӀым и нэхуу абыхэм къатепсэр яримыгъэлъэгъун щхьэкӀэщ» (2 Кор. 4:4). Игу псомкӀи Мэсихь хуэмыпэж дэтхэнэри, шейтӀаным и унэӀутщ. ЦӀыхум и гум пэжыгъэм и нэхур имыпсамэ, ар Ӏэмал имыӀэу гуэныхьым дехьэхри, ар игъафӀэу, зэрызигъэзэхуэжынырихьэлщ.ЗигуркъэщӀэрэщӀэжа цӀыхум гуэныхьыр илъагъу хъуркъым икӀи щхьэмыгъазэу ар абы пэщӀэтщ. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм бзаджащӀэхэмрэ Тхьэр зи фӀэщ мыхъухэмрэ я гупым хыхьэн щафӀэфӀым и деж, ахэм шынагъуэм зырат. ӀэкӀуэлъакӀуэу хьилагъэ щэхухэр къигъэсэбэпурэ шейтӀаным абыхэм я нэр зэхуещӀри, Ӏуэхум и пэжыпӀэр къамыщӀэу къегъанэр. Апхуэдэ гупхэм я Ӏей къызэрекӀыр ямылъагъуурэ, ахэм я хьэлкӀэ ещхь мэхъу, я псалъэхэмкӀэ, я ӀуэхущӀафэхэмкӀэ; нэф мэхъу, кӀуэ пэтми пэжыгъэмрэ пцӀымрэ зэхамыгъэкӀыжыф мэхъу. GCKar 474.2

Дунейм щызекӀуэ хабзэхэр къищтэурэ Члисэр дунейм пэгъунэгъу мэхъу, арщхьэкӀэ, дунейр Мэсихь пэгъунэгъу ищӀыркъым. Гуэныхьым щабэу ухущытыным фӀэкӀыпӀэншэу ар апхуэдизу мыгущыкӀыгъуэу къыпщигъэхъуу уищӀынущ. ШейтӀаным и унэӀутхэр псэлъэгъу зыщӀхэр, щӀэх дыдэу ахэм я зиусхьэнми щымышынэж хъунущ. Ди къалэныр здэдгъэзащӀэм, гъэунэхуныгъэ дыпэщӀэхуэмэ, Данил пащтыхь сэрейм зэрищӀауэ щытам хуэдэу, Зиусхьэным дыкъызэрихъумэным шэч къыщӀытетхьэн щыӀэкъым; ауэ дэ езыр дэхьэхыныгъэхэм дыпежьэмэ, абы щыгъуэм гува-щӀэхами дыдэхуэхынущ. GCKar 475.1

ГъэӀулакӀуэм куэдрэ ехъулӀэныгъэшхуэ иӀэу къегъэсэбэп, гуэныхьым и пщылӀу гурыщхъуэ нэхъ зыхуумыщӀыну цӀыхухэр. Зэчий зиӀэ цӀыху еджахэм, дауи, пщӀэрэ щӀыхьрэ хуащӀ, ахэм Тхьэм шынагъэ зэрыхуамыӀэр я зэфӀэкӀхэмкӀэ ирагъэгъэкъуфын, хьэмэрэ Зиусхьэным игу зрагъэхьыфын хуэдэ. Зэчийри щэныфӀагъри Тхьэм тыгъэу къыбгъэдэкӀыу аращ, ауэ Тхьэм зэрыфӀэмылӀыкӀыр абыхэмкӀэ ирагъэкъужыфыну щыгугъхэмэ, а фӀагъхэм псэр Тхьэм хуишэным и пӀэкӀэ, къыбгъэдашмэ, абы щыгъуэм, ахэр нэлатрэ лъахъэрэ мэхъур. Куэдым я гугъэщ щэныфӀагъэр, щӀыкӀафӀагъэр цӀыхум Мэсихь и псэм зэрыщыщым и щыхьэту. Ар хуабжьу щыуагъэшхуэщ. А фӀагъхэм дэтхэнэ зы чристэнри игъэдэхэн хуейщ, дин пэжым и телъхьэу, ахэм яжь фӀыкӀэ цӀыхухэм ящӀихунущи, ауэ а зэфӀэкӀхэмкӀэ Тхьэм ухуэлэжьэн хуейщ, армыхъумэ, ахэр зэраныгъэ къару хъунущ. ЦӀыхубэм яфӀэемыкӀу зымыщӀэу, щэнхабзэфӀ зыхэлъ, зэфӀэкӀышхуэ зиӀэ цӀыхур, шейтӀаным и ӀэмыщӀэ щихуэ щыӀэщ, зэщӀэлъыкӀа Ӏэмэпсымэу къигъэсэбэпу. Игъэлъагъуэ щапхъэм ижь гъэпцӀагъэкӀэ адрейхэм зэращӀигъэхум, апхуэдэ цӀыхур Мэсихь и бий нэхъ шынагъуэ ещӀ, щӀэныгъэншэу, щэнхабзэншэу къебийхэм еплъытмэ. GCKar 475.2

Гу зэӀухакӀэ Тхьэм елъэӀуурэ, Тхьэм зэрыпыщӀамкӀэ Сэлмэн Ӏущагъышхуэ игъуэтащ, дуней псом яфӀэтелъыджэу, ягъэщӀагъуэу. АрщхьэкӀэ, и къарур КъызыхэкӀым и щӀыб хуигъазэу, и щхьэ закъуэ щыгугъыж ар щыхъум, дэхьэхыныгъэхэм я псэдзыгъэ хъуащ. Арати, лъэкӀыныгъэ гъуэзэджэу а пащтыхь Ӏущышхуэм иратауэ щытахэм, псэр зыгъэкӀуэдым и Ӏэмэпсымэ лъэщ ищӀащ ар. GCKar 475.3

ЦӀыхур гунэф ищӀыну шейтӀаныр сыт щыгъуи хущӀэкъу щхьэкӀэ, чристэнхэм зыщагъэгъупщэ хъунукъым ахэр зэбэныр «лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа цӀыхухэркъым, атӀэ жин бзаджэ Ӏэтащхьэхэрщ, тепщэныгъэ зиӀэхэрщ, мы дуней кӀыфӀым и пашэшхуэ жин бзаджэхэрщ» (Еф. 6:12). ЛӀэщӀыгъуэ куэдым къызэпхрыкӀри ди деж къэсащ Тхьэм дыкъызэрихъумэ псалъэхэр: «ЗыфшыӀэ икӀи фымыжейуэ фысакъ. Фи бий шейтӀаным, аслъэн гъуахъуэм хуэдэу, зэӀурилъэфэн къилъыхъуэу къеущыхь» (1 Петр. 5:8). «Тхьэм и Ӏэщэ-фащэхэр зыпщӀэхэфлъхьэ, шейтӀаным и гъэпцӀагъэ мурадхэм фапэувыфын щхьэкӀэ” (Еф. 6:11). GCKar 475.4

Ӏэдэм и махуэхэм щыщӀэдзауэ ди зэманым къэсыху, цӀыху лъэпкъым и бийм цӀыхухэр гугъу иригъэхьын, игъэкӀуэдын, зэхиукӀэн ешыркъым. Иджы абы Члисэм иужь дыдэу зэрезэуэнум зыхуегъэхьэзыр. Хьиса и ужь итыну дэтхэнэри а емызэшыж бийм езэуэнущ. Чристэныр Тхьэм и щапхъэм тетыну нэхъ егугъуху, ар шейтӀаным нэхъыбэу нэщанэ хуэхъунущ. ШейтӀаным и бзаджагъэр къыщӀигъэщу, цӀыхубэм Мэсихь езыгъэлъагъуу, Зиусхьэным хуэлажьэ псори, а лэжьыгъэр уи щхьэр хуабжьу бгъэлъэхъшэным, «нэпс куэдым, гуэунэхуныгъэ куэдым» зэрепхам, Тхьэм и лӀыкӀуэ Павел дэщӀыгъуу щыхьэт техъуэфынущ. GCKar 476.1

ШейтӀаныр Мэсихь и ужь къитащ нэхъ бзаджагъэшхуэ, дэхьэхыныгъэ нэхъ гуащӀэхэр къигъэсэбэпурэ, арщхьэкӀэ, зыхуейр зы цӀыкӀу къехъулӀэртэкъым. Хьиса дэ ди фӀыгъуэщ щӀэзауар: Абы и текӀуэныгъэхэр къыддоӀэпыкӀу дэри текӀуэныгъэ диӀэнымкӀэ. ЗыдагъэӀэпыкъун папщӀэ зыкъыхуэзыгъазэхэм щыщ зыри Мэсихь игъэщӀэхъуркъым, псоми и Ӏэгур яхузэӀуихауэ щытщ. ГъэӀулакӀуэр цӀыхум текӀуэфынукъым, цӀыхур абы едаӀуэну хуэмейуэ щытмэ. Ар цӀыхум и Ӏэмырым и тепщэкъым, залымыгъэкӀэ гуэныхь абы иригъэщӀэфынукъым. Абы цӀыхум сыт хуэдэ узи иридзыфынущ, ауэ игъэпудыфынукъым. Мэсихь и текӀуэныгъэм игъэгушхуауэ, Абы и гъуэгу ирикӀуэхэр лӀыгъэ яхэлъу, щхьэмыгъазэу гуэныхьымрэ шейтӀанымрэ япэщӀэтын хуейщ.  GCKar 476.2