Loading...

Loading

Loading
(You are in the browser Reader mode)

4 ӀЫХЬЭ—ЗИ ДИНЫР КЪУРШЫМ ЩЫЗЫХЪУМЭЖАХЭР

Папэхэм я тепщэныгъэ лъэхъэнэ кӀыхьым дунейр щӀэзыуфа кӀыфӀыгъэм хэкӀуэдэпатэкъым пэжыгъэм и нэхур. Дэтхэнэ лӀыщӀыгъуэми Тхьэм и щыхьэтхэр щыӀащ — Тхьэмрэ цӀыхумрэ зэпызыщӀэ Медат Закъуэу Мэсихь зи фӀэщ хъухэр, узэрыпсэуным и хабзэ закъуэу Библие лъапӀэм еплъхэр, щэбэт пэжыр зыгъэзащӀэхэр. Зэи цӀыхубэм и кӀэм нэсу зэхащӀыкӀынукъым а цӀыхухэм фӀыуэ къыхуащӀар зыхуэдэр. Ахэр еретикхэщ жаӀэу, цӀыху напэтеххэу ябжырт, сытым дежи гурыщхъуэ Ӏейхэр хуащӀрэ пцӀыхэр тралъхьэу, я Ӏэрытххэр щӀахъумэрэ абыхэм къарыкӀхэр зэрагъэкӀуэкӀыу. АрщхьэкӀэ, дапхуэдэу мыхъуами, ахэр щӀэмыщхъуэжхэу къанэрт икӀи зы щӀэблэм икӀыу адрей щӀэблэм кӀуэуэ я фӀэщхъуныгъэр зэрыкъабзэу зэӀэпахырт къащӀэхъуэну бынхэм я щӀэин лъапӀэу. GCKar 55.1

Римскэ тепщэныгъэр щыщыӀа лъэхъэнэ кӀыфӀым Тхьэм и лъэпкъым и къекӀуэкӀыкӀар уафэм щатхыжащ, арщхьэкӀэ, цӀыхухэм я тхыдэм ар къызэрыхэщ щыӀэкъым. Тхьэм и бын къыхуэпэжахэм теухуауэ дэ дыкъыщеджэфынур ахэр щӀэзыхуахэм зэрагъэкъуанша дэфтэрхэрщ! Римым и политикэр зытеухуауэ щытар и доктринэхэм пэщӀэувэ гупысэ лъэпкъ щимыгъэӀэнырт. Ар хущӀэкъуащ езым и гъэсэныгъэхэм зэран хуэхъу псори игъэкӀуэдыну, ар цӀыхууи е абыхэм я тхыгъэхэу ирехъуи. Папэхэм я догматхэм я пщӀэм шэч къытезыхьэ псалъэ зыми къыжьэдэкӀ хъунутэкъым, абы и гъащӀэр текӀуэдэжынут, ар къулейми, тхьэмыщкӀэми, цӀыху цӀэрыӀуэми, къызэрыгуэкӀми. Римыр егугъуащ зэтекъутакӀуэу ибжахэм гущӀэгъуншэу лей зэрырихам и лъэужь лъэпкъ къимыгъэнэным. Папскэ хасэхэм унафэ къыщащтащ я диным темыхуэхэр ямыгъэпсэууэ зэрахуэу лей зэрахьам и щыхьэт тхылъхэуи дэфтэрхэуи щыӀэ псори гъэсыпхъэу. А зэманым тхылъ тедзапӀэхэр щыӀатэкъым, тхылъхэр мащӀэт, инышхуэхэт, зехьэгъуафӀэу щымытхэу, ауэ ахэр тынш дыдэу ягъэкӀуэдыжыфырт римскэ члисэм и унафэщӀхэм. GCKar 55.2

Римым и унафэ щӀэтхэм хиубыдэ щӀыналъэхэм щыӀа зы члисэ и щхьэ зэрыхуитыжа зэман щӀагъуэ щыӀакъым. Папствэм къару зэригъуэту, и мурадхэм къыпэщӀэувэ псори зэтриукӀащ, икӀи хуэм-хуэмурэ зым адрейр къыкӀэлъыкӀуэу члисэ псори Римым и тепщэныгъэм щӀигъэуващ. GCKar 56.1

Великобританием чристэн диныр къызэрежьам хуэдэ къабзэу нэсат пасэ дыдэу. Римыр Тхьэм къызэрыбгъэдэкӀар зыкӀи яжыхэуатэкъым бриттхэм, иджыри япэ лӀэщӀыгъуэхэм Инджылыр къэзыщтахэм. Римым къыбгъэдэкӀыу абыхэм яӀэрыхьа япэ тыгъэр — ар мажусий императорхэм пэжыгъэм тетхэр дакъузэу, уеблэмэ, а адрыщӀ жыжьэм къызэрысарт. Ямыгъэпсэу чристэнхэм ящыщ куэдым Англиер ябгынэри Шотландием щхьэегъэзыпӀэ къыщагъуэтащ, мыбдежым икӀыу пэжыгъэр Ирландиеми нэсащ, дэнэкӀи ар гуапэу щрагъэблагъэрт. GCKar 56.2

Британиер саксхэм къыщаубыдым мажусий диным абы къаруи щӀыхьи щигъуэтащ. ТекӀуахэм я дежкӀэ емыкӀушхуэу ялъытэрт ягъэпщылӀхэм я деж зыгуэрым зыщрагъэсэныр, арати, чристэнхэр бгылъэ щӀыпӀэхэм, узэпхрымыкӀыф шэдылъэ щӀыпӀэхэм Ӏэпхъуэн хуей хъуащ. АрщхьэкӀэ, зы зэманкӀэ ягъэпщкӀуа нэхур иджыри къаблэрт. Илъэсищэ дэкӀри ар апхуэдизу нуру Шотландием къыщызэщӀэлыдати, абы и бзийхэр къэрал пхыдзахэми ятепсащ. Ирландиерт къызыхэкӀар Тхьэм хуэпщылӀ Колумба и ныбжьэгъухэр щӀыгъуу, къэралым дэнэкӀи щыхэгуэша Тхьэм и бынхэр хытӀуащӀэ Иона щызэхуишэсу, ар ХъыбарыфӀым зрагъэубгъунымкӀэ зэхуэсыпӀэ нэхъыщхьэ зыщӀар. А хъыбарыфӀзехьэхэм яхэтат Библием зи гугъу ищӀ щэбэт пэжыр зыгъэзащӀэ икӀи абы и фӀыгъэкӀэ а пэжыгъэр цӀыхубэм къахузэӀукӀащ. ХытӀуащӀэ Иона деж еджапӀэ къыщызэӀуахауэ щытат, я гъэсэн хъыбарыфӀзехьэхэр Шотландиемрэ Англиемрэ я мызакъуэу Германиеми, Швейцариеми, уеблэмэ, Италиеми ягъакӀуэу. GCKar 56.3

АрщхьэкӀэ, куэд дэмыкӀыу Римым гулъытэ хуищӀын щӀидзащ Британием, ари зэрыхуей ищӀын и мураду. Е-УӀ-нэ лӀэщӀыгъуэм католикхэм я лӀыкӀуэхэр хаутӀыпщхьащ саксонц-мажусийхэр я гъуэгу къытрагъэхьэну. Гуапэу ирагъэблэгъащ ахэр цӀыху бзаджэ пагэхэм, икӀи абы кърикӀуэу мин бжыгъэ саксонцхэм римскэ диныр къащтащ. Я лэжьыгъэхэм зыщрагъэубгъукӀэ папскэ лӀыкӀуэхэмрэ абыхэм я диныр къэзыщта саксонцхэмрэ чристэн пэжхэм ӀущӀэхэрт, япэ лӀэщӀыгъуэм чристэн диныр зэрыщыта дыдэм хуэдэу зыӀыгъхэм. Ахэр зэрызэщхьэщыкӀхэр нэм къыщӀэуэрт! Иужьрейхэр нэмысыфӀэхэт, Ӏэсэхэт; Тхыгъэ ЛъапӀэм и нэхур абыхэм я гъэсэныгъэм, я хьэлым, я цӀыху хэтыкӀэм къахэщырт, абы щыгъуэм я жагъуэгъухэр суевернэхэу, пагэхэу, закъыфӀэщӀыжахэу. Римскэ эмиссарым а чристэн члисэхэр хигъэзыхьырт папэр псом я нэхъыщхьэу, я тепщэу къаригъэщтэну. Бриттхэм Ӏэдэбу жэуап ятыжащ, цӀыху псори фӀыуэ ялъагъуну, псоми мамыру ядэпсэуну зэрыхуейхэр, ауэ папэм члисэм и Ӏэтащхьэу зибжыжыну зыми лъэкӀыныгъэ къызэрыримытар, аращи, абыхэм папэм лъытэныгъэу хуащӀыфынур Мэсихь и гъуэгу ирикӀуэ дэтхэнэ зыми хуащӀым хуэдизщ. Мызэ-мытӀэу ахэр Римым и лъэныкъуэгъу ищӀыным пылъащ, ауэ а чристэн Ӏэдэбхэр римым и лӀыкӀуэхэм я пагагъэр зэрагъэщӀэгъуэнур ямыщӀэу, лӀыгъэ яхэлъу жаӀам тетхэт икӀи жэуапу ятырт Мэсихь фӀэкӀа нэгъуэщӀ зиусхьэн зэрамыцӀыхур. Апхуэдэу щыхъум папствэм и гупсэм зыкъызэкъуихащ. Римскэ лӀыкӀуэм жиӀащ: «Мамырыгъэ къыфхуэзыхьа къуэшхэр евгъэблэгъэн щывмыдэкӀэ, зауэ къыфхуэзыхьыну бийхэу дыкъыфхуэкӀуэнущ. Саксонцхэм гъащӀэм и гъуэгур хуэвгъэлъагъуэн папщӀэ фыкъыдгуэмыхьэмэ, фэ къыфӀэрыхьэнур ажалым и удынырщ”. Ахэр ауэ сытми къыхуэдэлъа къудейтэкъым. Библием тещӀыхьа фӀэщхъуныгъэр зезыхьэхэм хухахащ: лей ехыныр, лъыгъажэр, бзаджэ хузэӀуащэныр, пцӀыр, икӀэм-икӀэжым, Британием и члисэхэм лъапсэкӀуэдыр къыхуамыгъэкӀуэху е залымыгъэкӀэ папэм и тепщэныгъэм щӀамыгъэувэху. GCKar 56.4

Римскэ империер здынэмыса хэкухэм лӀэщӀыгъуэ ӀэджэкӀэ щыпсэуащ чристэнхэр, папскэ тепщэныгъэм и политикэр зыкӀи яжыхэмыуауэ. Мажусийхэм къыздаухъуреихьым хуэм-хуэмурэ абыхэм я щхьэрыуагъэхэм къацӀалэрт, ауэ, итӀанэми, Библиер ялъытэрт фӀэщхъуныгъэм и пщалъэ закъуэу икӀи абы ит пэжыгъэ куэдыр ягъэзащӀэрт. Абыхэм я фӀэщ хъурт Тхьэм и Унафэр пхъуэж зэрымыхъунур, щэбэтри ягъэзащӀэрт еплӀанэ унафэм ипкъ иткӀэ. Апхуэдэ члисэхэр Африкэ курытми Азием щыӀэ армян жылагъуэхэми щыӀэт. GCKar 57.1

Ауэ папскэ тепщэныгъэм щхьэмыгъазэу япэщӀэтахэм япэ увыпӀэр вальденсхэм яӀыгът. Папэм и тахътэр щигъэува къэралырщ, нэхъ быдэу къыщыпэщӀэтар чристэн пэжхэр. Диныр зэрызэрагъэкӀуэкӀымрэ пцӀымрэ япэщӀэту, илъэсищэ бжыгъэкӀэ я щхьэхуитыныгъэр яхъумэжащ Пьемонт къалэ щыӀа члисэхэм, Римым ахэри залымыгъэкӀэ къимыгъэдэӀуэху. Зыкъомрэ залым Римым ебэна щхьэкӀэ, текӀуэфакъым ахэр, арати, а члисэхэм я унафэщӀхэр хуэмейми, итӀанэми, щхьэхуимыту папэр псом я нэхъыщхьэу къащтащ. Дуней псор зригъэдэӀуауэ къыпщыхъут а зэманым папэм. АрщхьэкӀэ, папэхэми прелатхэми едэӀуэн зымыдахэри щыӀэт. Абыхэм мурад ящӀат я диным и къабзагъэри и къызэрыгуэкӀагъри яхъумэжыну. Члисэхэр зэгуэкӀащ. Пасэрей диныр зыӀыгъхэр дунейм хэпхъауэ зэбгрытӀысыкӀащ: языныкъуэхэм къыщалъхуа я щӀыналъэр — Алъпхэр ябгынэри, пэжыгъэм и ныпыр нэгъуэщӀ къэралхэм къыщаӀэтащ; нэгъуэщӀхэр ауз жыжьэхэм, бгы зэхуакухэм Ӏэпхъуэри, абдежхэм напэ хужькӀэ Тхьэм адэкӀи щыхуэлажьэу щыпсэуащ. GCKar 57.2

Чристэн вальденсхэм илъэсищэ ӀэджэкӀэ зэрахьа икӀи зрагъэубгъуа диныр хуабжьу къыщхьэщыкӀырт Римыр зытет доктринэ пцӀыхэм. Чристэн диным и лъабжьэ пэжу, Тхьэм и Псалъэ тхауэ щыӀэрт абыхэм я диным и лъабжьэ хъужыр. Ауэ а чристэн нэмысыфӀэхэм, псэуалъэ зэхэуфахэр егъэзыпӀэ зыщӀахэм, дунейм япэӀэщӀэу, мэлхэр ягъэхъуурэ жызумейхэр ягъэкӀыурэ я щӀакхъуэ Ӏыхьэр гугъуехь защӀэкӀэ къэзылэжьыжу щытахэм, къагупсысыртэкъым пэжыгъэ, Тхьэм къыбгъэдэкӀа члисэм я ересхэмрэ я догмэхэмрэ апхуэдизу къащхьэщыкӀар. Абыхэм диныщӀэ къагупсысатэкъым, хьэуэ — абыхэм я диныр я адэжьхэм къащӀэнарат. Ахэр щӀэбэнащ «фӀэщхъуныгъэм, игъащӀэкӀэ щихъхэм иратам» (Иуд. 3), апостолхэм я Члисэр зытета диным. Дунейм я къалащхьэр тӀысыпӀэ зыщӀауэ, тепщэ зыкъыфӀэщӀыжа иерархиертэкъым Мэсихь и Члисэ пэжыр, атӀэ «Къумым щыӀа Члисэрт” пэжыгъэ лъапӀэхэр зыхъумэрт, Тхьэм и лъэпкъым дзыхь яхуищӀар, дуней псом ялъигъэӀэсыжын папщӀэ. GCKar 58.1

Члисэ пэжыр Римым къыщӀыбгъэдэкӀам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр Римым Библием жыхуиӀэ щэбэтыр илъагъу зэрымыхъурт. БегъымбарӀуатэм зэрыжиӀэм хуэдэу, папствэм пэжыгъэр щӀым хиутат. Тхьэм и Унафэр ириудыхри, цӀыхухэм я хабзэ-бзыпхъэхэр хуабжьу игъэлъапӀэу иӀэтащ. Папэм и тепщэныгъэм щӀэт члисэхэр, къыщежьам щыщӀэдзауэ тхьэмахуэ махуэр махуэ лъапӀэу ягъэлъэпӀэн хуейуэ хагъэзыхьырт. ЦӀыхубэр гъэдэӀуэщхъуауэ, суевернэ хъуауэ здэщытым, куэдыр, уеблэмэ, Тхьэм хуэпэж лъэпкъым щыщхэри а упщӀэм хэзэрыхьауэ, щэбэтри ягъэзащӀэу, атӀэми тхьэмахуэ махуэми Ӏуэху ямыщӀэу щытхэт. Ауэ абы арэзы техъуэртэкъым папствэр. Абы тхьэмахуэ махуэр гъэлъэпӀэн хуейуэ къызэригъэувым имызакъуэу, цӀыхухэр хигъэзыхьырт щэбэтым игъэлэжьэну икӀи ткӀийуэ игъэкъуаншэрт а махуэр зылъытэхэр. Къызыхахуауэ, Римым и тепщэныгъэм пэжыжьэ щыӀэут, Тхьэм и бынхэм хуиту Тхьэм и Унафэр щагъэзащӀэфынур. GCKar 58.2

Псом япэ Европэм Тхыгъэ ЛъапӀэр я бзэкӀэ зэзыдзэкӀауэ щытахэр вальденсхэрщ. Реформацэм щӀидзэным иджыри илъэсищэ бжыгъэр иӀэу, ахэр я анэдэлъхубзэкӀэ еджэрт Библие Ӏэрытххэм. Абыхэм пэжыгъэр зэрамыгъэкӀуэкӀауэ яӀэт, а Ӏуэхугъуэрт, къатеплъэ мыхъуу, ямыгъэпсэууэ, ахэр щӀызэрахуэр. Абыхэм жаӀэрт Римскэ члисэр Тхьэм къыбгъэдэкӀа Вавилону, КъызэӀузых Тхылъым зи гугъу ищӀыр арауэ, икӀи я гъащӀэр яфӀэкӀуэдынкӀэ шынагъэ щыӀэу, лӀыгъэ яхэлъу абы и гъэсэныгъэ узыгъэунэхъухэм пэщӀэтхэрт. Зэман кӀыхькӀэ зэрызэрахуэм зэхиукӀауэ языныкъуэхэм яхузэфӀэмыкӀыжу дачыхри, хуэм-хуэмурэ къытекӀат пэжыгъэм и лъабжьэ нэхъыщхьэхэм, арщхьэкӀэ, нэгъуэщӀхэм хахуэу пэжыгъэр яхъумэрт. Члисэхэр Тхьэм къыщыбгъэдэкӀа лӀэщӀыгъуэ кӀыфӀхэм я кӀыхьагъкӀэ вальденсхэр щыӀащ, Римыр я тепщэу къащтэн ямыдэу, тхьэнапэхэм щхьэщэ хуащӀын ямыдэу, тхьэнэпцӀым хуэлӀыщӀэнырщ ар жыхуаӀэу, икӀи щэбэт пэжыр ягъэзащӀэу. Нэхъ борэн ябгэхэр щызэры- GCKar 59.1

зехьами, абыхэм я диныр яхъумэжащ. Савойскэ бжьыхэр къепыджрэ инквизицэм и мафӀэкӀэ ягъэсу, итӀанэми, ахэр Тхьэм и Псалъэм и къабзагъэмрэ Тхьэм и щӀыхьымрэ къимыкӀуэту тетахэщ. Дакъузахэмрэ зэрахуахэмрэ игъащӀэ лъандэрэ зыгъэпщкӀупӀэ яхуэхъуу щыта бгыхэм я Ӏуащхьэ ӀухьэпӀэншэхэм я къуагъым егъэзыпӀэ къыщагъуэтащ вальденсхэми. ИкӀи абдежым, курыт лӀэщӀыгъуэ кӀыфӀыбзэм зэщӀэлыдэу къыщызэщӀэблащ пэжыгъэм и нэхур. Абдежым илъэс миным и кӀыхьагъкӀэ пэжыгъэм и щыхьэтхэм ижь-ижьыж лъандэрэ щыӀа диныр щахъумащ. GCKar 59.2

Тхьэм и лъэпкъым хуигъэхьэзырат псэуалъэ уардэ, абы дзыхь хуищӀа пэжыгъэ лъапӀэхэм хуэфащэн хуэдэу. ЦӀыхухэм къызэхахуауэ Тхьэм а хуэпэжхэм я дежкӀэ бгыхэр Тхьэм и захуагъэ зызымыхъуэжым и нэщэнэт. А къуршыжьхэм я Ӏуащхьэхэр, бгъэм и дамэр зэриубгъум хуэдэу, Тхьэм и бынхэм къатеубгъуауэ щытт икӀи зэи зызымыхъуэжу, техьэтекӀ жыхуаӀэр ауэ жыжьэуи гъунэгъууи зэмыкӀуалӀэ Тхьэм и лъэщагъымрэ и лъапӀагъэмрэ къахузэӀуихырт, Зи Псалъэри, а къырыжьхэм я быдагъэм хуэдэу, быдэр. Тхьэм къигъэщӀащ бгыхэр, ахэр быдэ ищӀащ икӀи зыми, ГуащӀэм я нэхъ иныр Зыбгъэдэлъым нэмыщӀ, ахэр я пӀэ иригъэкӀуэтыфынукъым. Апхуэдэ къабзэущ Абы и Унафэри зэригъэувар — уафэмрэ щӀылъэмрэ щиӀэ тепщэныгъэм и лъабжьэр. ЦӀыхум и ӀэмкӀэ нэгъуэщӀ цӀыхум и гъащӀэр Ӏихыфынущ, ауэ бгыхэр здэщыт щӀыпӀэм зэрыӀуимыгъэкӀуэтыфынум, ар тенджызым зэрыхимыдзэфынум хуэдэу, абы хузэфӀэкӀынукъым Тхьэм и УнафипщӀым щыщ зыри ихъуэжын, хьэмэрэ игъэкӀуэдыфын Тхьэм и Ӏэмырыр зыгъэзэщӀэну хущӀэкъухэр къызэригъэгугъахэм ящыщ зы. ГъадэщӀыдэу мыхъей бгыхэм хуэдэу, быдэу щытын хуейщ Тхьэм хуэпщылӀхэм Тхьэм и Унафэр зэрагъэпэжыр. GCKar 59.3

Бгыхэмрэ ахэр къэзыухъуреихь аузхэмрэ а Ӏэпхъуэшапхъуэхэм сытым дежи ягу къигъэкӀыжырт а псор къэзыгъэщӀа Тхьэр икӀи Ар къазэрыхуэсакъри къызэрихъумэнури я фӀэщ ищӀырт. Ахэр есат Тхьэр зэрыщыӀэм ахэр сытым и дежи зэрищыхьэтым икӀи ар апхуэдэу зэрыщытыр яфӀэлъапӀэт. Ахэр тхьэусыхэртэкъым я фэм дэкӀ къомым щхьэкӀэ, къурш щӀыпӀэ щэхум я закъуэу щрахьэкӀ гъащӀэр зэикӀ къатехьэлъэртэкъым. Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀырт абыхэм, а быдапӀэм щхьэкӀэ, абдежым мамырыгъэ къызэрыщагъуэтам, цӀыху ябгэ гущӀэгъуншэхэм зэращихъумэм щхьэкӀэ. Ахэр щыгуфӀыкӀырт хуиту Тхьэм зэрыхуэлэжьэфым. ЩӀэх-щӀэхыурэ бийхэм щызэрахуэкӀэ, абыхэм а бгы лъагэхэм зыкъуагъапщкӀуэрти, хъумапӀэ яхуэхъурт. Къыр лъагэшхуэхэм я щыгум Тхьэр зыгъэлъапӀэ зэчырхэр къиӀукӀырт, икӀи рим зауэлӀхэм ялъэкӀтэкъым Тхьэм шыкур хуэзыщӀхэу а уэрэд лъапӀэхэр зыгъэӀухэм щрагъэгъэтын. Сыту къабзэу, хьилагъэ хэмылъу, фӀыуэ ялъагъуу нэмысышхуэ хуащӀрэт Мэсихь и Ӏумэтым итхэм Тхьэм! Пэжыгъэм тетыныр абыхэм нэхъ яфӀэлъапӀэт я унэхэм, ящӀхэм, я ныбжьэгъухэм, я Ӏыхьлыхэм, уеблэмэ, я гъащӀэм нэхъри. Ахэр хуабжьу егугъурт а пэжыгъэхэр ныбжьыщӀэхэм ягу ирагъэубыдэным. Сабийхэм щыцӀыкӀу дыдэм щыщӀэдзауэ Тхыгъэ ЛъапӀэм ит пэжыгъэхэр гурагъэӀуэн щӀадзэрт, Тхьэм и Унафэм пщӀэшхуэ хуащӀу ирагъасэрт. Тхауэ яӀэ Библиехэр мащӀэт, арати, абы ит псалъэ лъапӀэхэр гукӀэ зрагъащӀэрт, аращи, куэдым Пасэрей ЗэгурыӀуэныгъэми Инджылми щыщ псалъащхьэ зыбжанэхэр гукӀэ ящӀэрт. Тхьэм щегупсыскӀэ къэзыухъуреихь дунейм и дахагъэм я гур хигъахъуэрт, махуэ къэс ялэжь я къалэнхэр Тхьэм къазэрыдигъэпсынщӀэм Тхьэм нэхъ пэгъунэгъуж хуищӀхэрт. Сабий цӀыкӀухэр ирагъасэрт Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀхэу, фӀыгъуэрэ тыншыгъуэу щыӀэр Зытым зэрыхуэщӀыпхъэм хуэдэу. GCKar 60.1

Адэ-анэ щабэхэм, бынхэм хуэсакъхэм, губзыгъагъэ зыхэлъ фӀылъагъуныгъэт я бынхэм хуаӀэр, арати, ахэр псэемыблэжу ягъасэрт. А бынхэм къапэщылът гугъуехьхэр, хэщӀыныгъэхэр, хьэзэб езыгъэшэчыну лӀэныгъи къапэплъэнкӀэ хъунут. Я сабиигъуэм щыщӀэдзауэ ахэр ягъасэрт гугъуехьхэр яшэчыфу, ущием щӀэдэӀухэу, атӀэми, езыр-езыру гупсысэфхэу, Ӏуэху ящӀэфхэу. Я ныбжь нэмыса жыхуаӀэу, абыхэм жэуап яхьыжыфырт, псалъэмакъхэм хуэсакъыфу, я бзэр гъэбыдэным хэлъ Ӏущагъыр къагурыӀуэу. Сакъыншэу жыӀа хъуа псалъэу, бийхэм я тхьэкӀумэм иӀуам, а псалъэр жызыӀам и гъащӀэм имызакъуэу абы и къуэш щэ бжыгъэхэм я гъащӀэри текӀуэдэнкӀэ хъунут; пэжыгъэм и бийхэм, дыгъужь нэщӀахэм хуэдэу, кърахуэкӀхэрти ахэр, динымкӀэ щхьэхуитыныгъэ яӀэныр зыхъумэжыну тегушхуахэр. GCKar 61.1

Пэжыгъэм и хьэтыркӀэ вальденсхэм дуней тыншыгъуэр зыфӀагъэкӀуэдащ; я щӀакхъуэ Ӏыхьэр къалэжьыжын щхьэкӀэ, ахэр я ӀэнатӀэм пэрытын хуейт, еш жыхуаӀэр ямыщӀэу, бэшэчагъышхуэ яхэлъу. Егугъуу явэрт абыхэм бгылъэ щӀыпӀэм щаӀэ я щӀы кӀапэ тӀэкӀур. «Узэгугъур къогугъуж”, — жыхуаӀэращи, а ауз щӀы къупщхьэхэм бгы джабэ нэкӀухэм ахэр къагъэпцӀэжакъым. Зэгъэзахуэ яӀэу, шыӀэныгъэ яхэлъу ягъасэрт я бынхэр икӀи адэ-анэм къащӀэнэу бынхэм къаӀэрыхьэр а зы щӀэинырт. Ахэр ягъасэрт Тхьэм къилъагъуну зэрыхуейм тету: зэщӀэкъуа цӀыкӀухэу, жыӀэдаӀуэхэу; зыхуэныкъуэхэр зэрызрагъэгъуэтыфынур езыхэм гугъу ехьхэу къалэжьыжхэмкӀэт, акъылрэ шыӀэныгъэрэ яхэлъу, фӀэщхъуныгъэ яӀэу. Ар гугъут икӀи зэшыгъуэт, ауэ сэбэпынагъи фӀыгъи пылът икӀи гуэныхь зыщӀа цӀыхур зыхуэныкъуэ еджапӀэт, и сабийхэр игъэсэн, заригъэужьын папщӀэ Тхьэм къыхиха Ӏэмэпсымэт. НыбжьыщӀэхэр лэжьыгъэ хьэлъэм, гугъуехьхэм зэрыхуагъасэм имызакъуэу, я акъылми зэрызрагъэужьыным гулъытэ хуащӀырт: ахэм жраӀэрт цӀыхум лъэкӀыныгъэу иӀэ псори Тхьэм зэрейр икӀи абыхэм я зэфэкӀхэм зрагъэужьын, ирагъэфӀэкӀуэн зэрыхуейр Тхьэм хуэлэжьэнхэ папщӀэ. GCKar 61.2

Вальденсхэм я члисэхэм къабзагъэкӀэ, къызэрыгуэкӀагъкӀэ апостолхэм я зэманым щыӀа члисэхэр уигу къагъэкӀыжырт. Папэхэмрэ прелатхэмрэ едэӀуэн ямыдэу, ахэр Библием и закъуэт зытетыр, Тхьэм къыбгъэдэкӀауэ ущызымыгъэуэну щыӀэр а зырауэ я фӀэщ хъууэ. Абыхэм я пасторхэр, Римым и дин-лэжьакӀуэ зыкъыфӀэщӀыжахэм хуэмыдэу, я ЕгъэджакӀуэм и щапхъэм тетхэт, «Сэ къулыкъу зыхувэзгъэщӀэн щхьэкӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ, Сэ Езым къулыкъу ныфхуэсщӀэн щхьэкӀэщ», — ЖызыӀам. Абыхэм Тхьэм и хъушэр ягъэхъурт, хъупӀэ нэхъыфӀхэм яшэурэ, гъащӀэ къызыбгъэдэкӀ Тхьэм и Псалъэ лъапӀэм ирашалӀэурэ. Дунейм яфӀэлъапӀэ, зэрызрагъэпагэ хьэпшыпхэм, ухуэныгъэшхуэхэм япэӀэщӀэу, цӀыхубэр щызэхуэсхэр тхьэлъэӀупӀэшхуэ хуитышхуэхэртэкъым, сэреишхуэ дэгъуэшхуэхэртэкъым, атӀэ бгы джабэм кӀэщӀэсут, Алъп и аузхэрт, е шынагъэ щыщыӀэ зэманхэм деж, къурш зэхуакухэрт, Мэсихь и лэжьакӀуэм игъэӀуну пэжыгъэм и псалъэхэм абдежым щыщӀэдэӀунхэ папщӀэ. Тхьэм и Псалъэр цӀыхубэм зэрыхуахьым имызакъуэу, пасторхэр сымаджэхэм якӀэлъыкӀуэхэрт, сабийхэр ирагъаджэрт, щыуэхэр яузэщӀыжхэрт, зэгурымыӀуэныгъэ сыт къэхъуми, псори ягъэзэкӀуэжырт икӀи псори зэнэзэпсэу зэрызрагъэлъагъуным, зэрызэкъуагъэтыным егугъухэрт. Мамырыгъэ зэманхэм деж ахэр я лъэпкъэгъухэм я сэджытхэмкӀэ псэурт, ауэ палаткэ зыщӀу щыта Павел хуэдэу, абыхэм ящыщ дэтхэнэми ӀэщӀагъэ зэрыз яӀэжт, Ӏэмалыншэ хъумэ, дапщэщи я щхьэ зэрапӀыжын къалэжьыжыфын хуэдэу. GCKar 61.3

ЩӀалэгъуалэр пасторхэм яущийт. Сытми зэрыхуагъэсэным гулъытэ хуащӀ щхьэкӀэ, нэхъыбэу ирагъэджыр Библиерт. Матфей итхыжа ХъыбарыфӀри Яхья итхыжа ХъыбарыфӀри, иджыри Инджылым щыщ Ӏыхьэ Ӏэджи гукӀэ зрагъащӀэрт. КъратхыкӀа Библиехэм языныкъуэхэм тхылъ псори итхэт, нэгъуэщӀхэм — Ӏыхьэ кӀэщӀхэрт итхэр, зэрагъэнахуэ, гурыӀуэгъуэ зэращӀ псалъэухахэр дэщӀыгъужу, дэтхэнэми тыншу зэхищӀыкӀыфын хуэдэу. Ахэр зытххэр Тхьэм и Псалъэр цӀыхухэм къагурызыгъэӀуэфхэрт. Мис апхуэдэ щӀыкӀэущ Тхьэм нэхърэ нэхъ лъагэхэу зызыбжыжа цӀыхухэм апхуэдиз зэманкӀэ ягъэпщкӀуа пэжыгъэ лъапӀэхэр дунейм къызэрытехьэжар. GCKar 62.1

ШыӀэныгъэшхуэ яхэлъу, емызэшыжхэу, бгъуэнщӀагъ кӀыфӀхэм, пхъакъуэ уэздыгъэм и нэбзий тӀэкӀур тридзэу, зы пычыгъуэм адрей пычыгъуэр къыкӀэлъыкӀуэу, зы псалъащхьэм адрей псалъащхьэр къыпатхэу Тхыгъэ ЛъапӀэр зэрыщыту къратхыкӀырт. А лэжьыгъэр ипэкӀэ здагъэкӀуатэм, Тхьэм и Ӏэмырыр къахузэӀукӀырт, зэщӀэцӀыуэ дыщэ къабзабзэм хуэдэу. Абы и хьэтыркӀэ яшэча гугъуехьхэм къыхэплъыкӀыу абы щеплъкӀэ, ар нэхъри зэщӀэлыдэрт икӀи нэхъ наӀуэт а лэжьыгъэм хэтхэм я дежкӀэ. Уафэ мелыӀычхэм къаухъуреихьт а лэжьакӀуэхэр. GCKar 62.2

ШейтӀаным къарууэ иӀэр ирихьэлӀэу, папэхэм я прелатхэр къигъэсэбэпурэ, Тхьэм и Псалъэр щӀитӀэу, итӀанэ щхьэрыуагъэхэмкӀэ, ересхэмкӀэ, суевериехэмкӀэ щӀихъумэжын и гугъа щхьэкӀэ, ар телъыджэ дыдэу зы цӀыкӀу хэмыкӀуэдыкӀыу икӀи зэрамыхъуэкӀыу къелащ кӀыфӀыгъэм хэта курыт лӀэщӀыгъуэ кӀыхьхэм. Ар апхуэдэу щӀэхъуар цӀыху ӀэмыркӀэ тха мыхъуу, ар Тхьэм къыбгъэдэкӀауэ зэрыщытырщ, Тхьэм и мыхъурыр тедзэжауэ. ЦӀыхухэр ерыщу пылъат Библием ит псалъэ къызэрыгуэкӀхэр зэхацӀалэурэ зэрагъэкӀуэкӀыну, арщхьэкӀэ, кхъухьым псы лъащӀэншэм и щхьэм тетын зэрыхузэфӀэкӀым хуэдэу, Тхьэм и Псалъэми хузэфӀокӀ зыгъэкӀуэдыну къытеуэ борэнышхуэм пэщӀэтыфын. Мывэ лъапӀэхэр щӀы щӀагъым къызэрыщӀэмыщым хуэдэу, икӀи ахэр къэзыгъуэтыфыр ерыщу хъугъуэфӀыгъуэ лъыхъуэм зэризакъуэм хуэдэу, Тхыгъэ ЛъапӀэм пэжыгъэ лъапӀэхэр итщ, икӀи ахэр къызыхузэӀукӀыр гу къабзэ зиӀэ цӀыху Ӏэдэбхэрщ, Тхьэ елъэӀухэурэ ар къэзылъыхъуэхэрщ. Тхьэм Библиер яхухихащ цӀыхухэм: сыт хуэдэ ныбжьым итхэми, сабийхэми, ныбжьыщӀэхэми, балигъхэми; сыт хуэдэ зэманми ар яджын хуейуэ. Езым теухуауэ къытхузэӀуихын папщӀэщ, Абы и Псалъэр цӀыхухэм къыщӀыдитар. КъыдгурыӀуа, зыхэтщӀыкӀа дэтхэнэ зы пэжыгъэми нэхъ куууэ къытхузэӀуех Дунеибэр КъэзыгъэщӀам и хьэлыр. Тхыгъэ ЛъапӀэр дджыныр — ар Тхьэм къыдита Ӏэмалщ, цӀыхухэр нэхъ гъунэгъуу ДыкъэзыгъэщӀам дыпищӀэу, Абы и Ӏэмырыр къыдгурызыгъаӀуэу. Библиер — ар Тхьэмрэ цӀыхухэмрэ зэрызэпсалъэ, зэрызэрыщӀэ Ӏэмэпсымэщ. GCKar 62.3

Тхьэм шынагъэ ухуиӀэныр Ӏущыгъэм и щӀэдзапӀэу зэрыщытыр вальденсхэм зэхащӀыкӀырт, къищынэмыщӀауэ, къагурыӀуэрт цӀыхухэм уахыхьэу, цӀыхущӀэхэр зэбгъэцӀыхуу, лэжьыгъэм упэрыту упсэуным и фӀагъыр, къэухьым зиужьынымкӀэ, Ӏущ ухъунымкӀэ ахэр къызэрыбдэӀэпыкъур. Къуршым ит я еджапӀэр кърагъэуха нэужь, языныкъуэ щӀалэхэр Францием, Италием щрагъэджэну ягъакӀуэрт, я хэкужь Алъпым нэхърэ нэхъыбэ къыщалъэгъуну, къащыгурыӀуэну Ӏэмал щагъуэтынухэм. А щӀыпӀэхэм къыщекӀуэкӀ гуэныхь къомыр вальденс ныбжьыщӀэхэм ялъагъурт икӀи гъэунэхуныгъэхэм хэхуэрт, шейтӀаным и ӀупэфӀэгъу хьилэшыхэм хуэзэхэрти, бзаджагъэ защӀэкӀэ къагупсыса ересхэмрэ щхьэрыуагъэ шынагъуэхэмрэ я фӀэщ къэзыщӀыну яужь къитхэм. АрщхьэкӀэ, я сабиигъуэм ягъуэта гъэсэныгъэм ахэр а псом хуагъэхьэзырат. GCKar 63.1

А еджапӀэхэм абыхэм я щэхухэр зыми дзыхь хуащӀын хуейтэкъым. Я щыгъын зэхуакухэм дэлъу Ӏэзагъышхуэ хэлъу ягъэпщкӀуа Тхыгъэ ЛъапӀэм щыщ Ӏыхьэ къитхыкӀахэр къыздрахьэкӀырт абыхэм — я хъугъуэфӀыгъуэшхуэр. Мазэ куэдкӀэ къратхыкӀа а тхыгъэхэр сытым дежи къыздрахьэкӀыу здэщытым, Ӏэмал зэрагъуэтыххэу, хуэм цӀыкӀуурэ Тхыгъэ ЛъапӀэм щыщ Ӏыхьэхэр зытет Ӏэрытххэр абыхэм пэжыгъэр къэзыщтэну зи гур хьэзыр хуэхъуауэ зыдалъагъухэм кӀэщӀалъхьэрт, зыми гурыщхъуэ къыхуамыщӀын хуэдэу, сакъыурэ. ЗэрыцӀыкӀу лъандэрэ а Ӏуэхум щӀапӀыкӀат ахэр, арати, фӀы дыдэу зэхащӀыкӀыу я къалэным хуэпэжу ягъэзащӀэрт. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ а еджапӀэхэм цӀыху куэдым Тхьэр къыщацӀыхут икӀи Ӏэджэрэ къэхъурт зэрыуниверситету псоми пэжыгъэр ящыӀэрыхьэ, папэхэм ягъэува унафэщӀхэр дапхуэдизу къакӀэлъымыплъами, «а еретическэ гъэсэныгъэр” хэт деж къыщежьами къахуэмыгъуэту. GCKar 63.2

Мэсихь и гупсэр — ар Инджылым зезыгъэубгъун гупсэщ. Зи гур щӀэрыщӀэ хъуа цӀыхур псом япэу зыхуеинур адрейхэри КъегъэлакӀуэм хуишэнырщ. Абыхэм къагурыӀуэрт пэжыгъэр къабзэу хъумэным имызакъуэу нэхъыбэкӀэ Тхьэр къазэрыщыгугъыр — абыхэм къалэн лъапӀэ я пщэм дэлът кӀыфӀыгъэм хэтхэм а нэхур къыхузэӀуахын хуейуэ. Тхьэм и Псалъэм и къару лъэщымкӀэ ахэр яужь итт цӀыхухэр римскэ члисэм и пщылӀыпӀэм къыщӀашыжыну. Вальденс дин-лэжьакӀуэхэр хъыбарыфӀзехьэхэм хуэдэу ягъасэрт, икӀи Тхьэм и Ӏуэхум хэлэжьыхьыну хуей дэтхэнэри псом япэ хъыбарыфӀыр зехьэным хуэӀэзэ хъун хуейт. Езым и хэкум щыӀэ члисэм и унафэщӀ хъун ипэ, дэтхэнэри илъэсищ мынэхъ мащӀэкӀэ хамэ щӀыпӀэ хъыбарыфӀзехьэу щылэжьэн хуейт. Апхуэдэ бгъэдыхьэкӀэ а Ӏуэхум здыхуаӀэм, я къарум щымысхьыжу, псэемыблэжу щытыным зэрыхуагъасэм, фӀы дыдэу пасторхэр я лэжьыгъэм хагъэгъуазэрт, а заманым гугъуехь куэдым пыщӀауэ щытам. А лэжьыгъэ лъапӀэр дзыхь зыхуащӀа щӀалэхэм къапэплъэр зыхуэдэр ящӀэрт — дуней тыншыгъуэрэ щӀыхьрэтэкъым, атӀэ хэщӀыныгъэрэ шынагъэкӀэ гъэнщӀа гъащӀэт, хьэзабыр ирагъэшэчу я гъащӀэр къыӀахынкӀи хъунут. А хъыбарыфӀзехьэхэр тӀурытӀурэ ежьэхэрт, Хьиса и еджакӀуэхэр зэригъакӀуэу щытам хуэдэ къабзэу. НыбжьыщӀэ къэс зылӀ дыщӀагъут ныбжь иӀэу, а лэжьыгъэм хуэӀэзэу, нэхъыщӀэр абы едэӀуэн хуейуэ и унафэщӀым хуэдэу къыжриӀэхэр игъэзащӀэу, абы хэту нэхъыжьыр егугъут нэхъыщӀэр зэрыригъэджэным. А зэдэлэжьэгъухэр сытым дежи зэгъусэтэкъым, ауэ щӀэх-щӀэхыурэ зэхуэзэхэрт, зэгъусэу Тхьэ елъэӀун, чэнджэщ зрагъэгъуэтын папщӀэ, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ зыр зым дэӀэпыкъурт я фӀэщхъуныгъэр быдэ хъунымкӀэ. GCKar 64.1

Я лэжьыгъэр зыхуэдэр Тхьэм а и лэжьакӀуэхэм занщӀэу цӀыхухэм кърагъащӀэмэ, дауикӀ, ехъулӀэныгъэ яӀэнутэкъым, арати, абыхэм хуабжьу егугъуу ипэжыпӀэкӀэ я мурадыр яущэхурт. Дэтхэнэ зы лэжьакӀуэми ӀэщӀагъэ гуэр иӀэт, арати, дуней лэжьыгъэхэмкӀэ игъэпщкӀурт, щӀихъумэрт Тхьэм хуищӀэ и лэжьыгъэр. Зэрахабзэти, абыхэм хьэпшыпхэр, щэкӀхэр ящэрт. «Абыхэм дарий щэкӀхэр, бэзэрышхуэхэм фӀэкӀа къыщомыщэхуфын дыщэхэкӀхэри нэгъуэщӀ хьэпшыпхэри кърашэкӀырт, абы и фӀыгъэкӀэ хъыбарыфӀзехьэхэм хуэдэу здынэмысыфыну щӀыпӀэхэми кӀуэфхэрт». ЯгукӀэ ахэр Тхьэ елъэӀухэрт, Ӏущагъ къаритыну, дыщэхэмрэ налкъутналмэсхэмрэ пумыщӀыфын хъугъуэфӀыгъуэ нэхъ лъапӀэр абыхэм ирагъэгъуэтыфын папщӀэ. GCKar 64.2

Щэхуу, гъэпщкӀуауэ абыхэм къыздрахьэкӀырт Библие къитхыкӀахэр, иныкъуэр къитхыкӀауэ, уеблэмэ зэры-Библиеу къитхыкӀауэ, арати, дэнэ Ӏэмал щагъуэтми я щэхуакӀуэхэм а тхыгъэхэм гу лърагъатэрт. Зэзэмызэ щахузэфӀэкӀи къэхъурт Тхьэм и Псалъэм цӀыхухэр драгъэхьэхын, апхуэдэу щыхъукӀэ хъыбарыфӀзехьэхэр гуфӀэжу Тхыгъэ ЛъапӀэм щыщ ӀыхьэхэмкӀэ а цӀыхухэм хуэупсэрт. GCKar 65.1

А хъыбарыфӀзехьэхэм я лэжьыгъэр щыщӀадзэр тафэхэрт, къыщалъхуа бгыхэм я лъабжьэрт, итӀанэ жыжьэ зрагъэубгъурт. ЛъапцӀэхэу, гъуэгум и сабэм гъуабжафэ ищӀа щыгъын къурэр ящыгъыу, я ЕгъэджакӀуэм зэрихьам хуэдэ, ахэр къалэшхуэхэм зэпрыкӀырти щӀыпӀэ пхыдзахэми нэсхэрт. ДэнэкӀи абыхэм пэжыгъэм и жылэ лъапӀэр щыхасэрт. Вальденсхэм члисэщӀэхэр зэхуашэсырт икӀи я лъымкӀэ пэжыгъэм щыхьэт техъуэхэрт, хьэзабыр ирагъэшэчурэ щаукӀкӀэ. Къемэтмахуэ къэкӀуэнум къигъэлъэгъуэнущ, а лӀы пэжхэм я лэжьыгъэкӀэ гъавэ бэвым хуэдэу, Тхьэм хузэхуашэсыжа цӀыхухэм я куэдагъыр. ХэӀущӀыӀу мыхъуурэ щэхуурэ Тхьэм и Псалъэм и лъагъуэр щыхишырт чристэн дунейм икӀи дэнэкӀи ар гуапэу щрагъэблагъэрт унэхэми, цӀыхухэм ягуми. GCKar 65.2

БлэкӀа зэманым Тхьэр цӀыхухэм зэрахущытар къахуиӀуатэжрэ нобэ цӀыхухэм къалэну Тхьэм я пщэ къыдилъхьэмрэ къаригъэлъагъуу зэрыщытым имызакъуэу, Тхыгъэ ЛъапӀэм вальденсхэм иджыри къахузэӀуихырт къэкӀуэнум къапэплъэ шынагъуэхэри щӀыхьри. Псоми кӀэ къыщыхуэкӀуэнур гъунэгъу къызэрыхъур я фӀэщ хъурт абыхэм, арати, Тхьэм елъэӀурэ я нэпсхэр къызэпижыхьауэ быдэу къагурыӀуэрт абы ит гъэсэныгъэ лъапӀэхэр икӀи укъезыгъэл пэжыгъэхэр адрейхэм хуахьыну зэракъалэныр. Нэгъэсауэ къагурыӀуэрт абыхэм Тхьэм цӀыхухэр къызэрыригъэл щӀыкӀэр, Тхыгъэ ЛъапӀэм и напэкӀуэцӀхэм къаӀуатэр, арати, Хьиса я фӀэщ щыхъукӀэ абыхэм ягухэр мамыру псэхурт, гугъэфӀи яӀэт. Нэхум я акъылыр къигъэнэхуу, ягухэм гуфӀэгъуэр щыз щыхъукӀэ, ахэр щӀэхъуэпсырт, а нэхум и бзийхэр трагъэпсэну папэхэм я щхьэрыуагъэхэм и кӀыфӀыгъэм хэтхэм. GCKar 65.3

Абыхэм ялъагъурт куэдыр, папэхэмрэ дин-лэжьакӀуэхэмрэ я тепщэм щӀэту, алейуэ зэрегугъухэр я Ӏэпкълъэпкъхэм хьэзаб ирагъэшэчурэ я гуэныхьхэр япшыныжыным. Уи ӀуэхухэмкӀэ зыкъебгъэлыжыфыну я фӀэщ здащӀам, цӀыхухэр сытым дежи езыхэр зэплъыжхэрт. Я гуэныхьхэм егупсысурэ, Тхьэм и губжьым щышынэхэурэ, абыхэм я псэми я Ӏэпкълъэпкъми хьэзабыр ирагъэшэчырт, арщхьэкӀэ, ягухэр псэхуртэкъым. Мис апхуэдэу цӀыху гу пцӀанэхэр Римым и доктринэхэм ялъэхъат. Мин бжыгъэ цӀыхухэм я ныбжьэгъухэр къагъанэрти, къулъшырыф пэшхэм щӀэтӀысхьэхэрт. Алейуэт ахэр зэрыпылъыр я гуэныхьхэр япшыныжыну куэдрэ зэрынэщӀхэмкӀэ, гущӀэгъуншэу щӀопщкӀэ зэрызрагъэукӀхэмкӀэ, я напӀэр зэтрамылъхьэу жэщхэр зэрырахьэкӀхэмкӀэ, жей ямыӀэу унэ лъэгу щӀыӀэм икӀи псыӀэм нэху щыху зэрытелъхэмкӀэ, щӀыпӀэ лъапӀэу ялъытэхэм Тхьэ щелъэӀун папщӀэ гъуэгуанэ кӀыхь якӀухэмкӀэ, епитимье жыхуаӀэу я щхьэр зэрагъэпудхэмкӀэ икӀи нэхъ шынагъуэ дыдэу яфӀэфӀу хьэзаб яшэчхэмкӀэ. ЗэрыгуэныхьыщӀэр зэрызэхащӀыкӀыжым я псэр гугъу иригъэхьыу, Тхьэм зэригъэпшынэжынум щӀэчэ имыӀэу щышынэу здэщытым, цӀыху Ӏэджэм апхуэдизу хьэзаб куэд я Ӏэпкълъэпкъым ирагъэшэчырти, икӀэм-икӀэжым, я Ӏэпкълъэпкъым и къарур щӀихыпэрти, я псэр хэкӀырт, арати, пэжыгъэм и нэху лъэпкъ къатемыпсауэ, зыщыгугъын ямыӀэу, ахэр дунейм ехыжхэрт. GCKar 66.1

Вальденсхэр хуабжьу хуейт а зэхэукӀа цӀыхухэм ГъащӀэм и ЩӀакхъуэр иратыну, Тхьэм къызэригъэгугъэхэм къызэӀуах дунейм хуэгъэза хъыбарыр Ӏэрагъэхьэну, Мэсихь и дежкӀэ ягъэплъэну — къезыгъэлыфыну щыӀэ гъуэгу закъуэм. Тхьэм и Унафэр зыкъутэ гуэныхьыщӀэр, и ӀуэхуфӀхэмкӀэ къелыфыну езыгъаджэ гъэсэныгъэр щхьэрыуагъэу ябжырт абыхэм. Къелыныгъэр цӀыхум къилэжьыжыфыну уи фӀэщ хъуным Мэсихь и фӀылъагъуныгъэ гъунапкъэншэр щӀехъумэр. Хьиса лӀащ, цӀыхум папщӀэ къурмэн зищӀри, гуэныхь зыщӀа цӀыхур Тхьэм и пащхьэ зыкӀи зыщыщытхъуэжыфынутэкъыми. Жорым кӀэраӀулӀауэ къэхъужа КъегъэлакӀуэм и фӀыщӀагъэхэрщ чристэн диным и лъабжьэр. ЦӀыхур Мэсихь зэрыхуэныкъуэр, махуэ къэс Абы быдэу пыщӀауэ щытын зэрыхуейр зыхуэбгъадэ хъунур Ӏэпкълъэпкъым щыщ Ӏыхьэр пкъы псом пыщӀауэ щытын зэрыхуейрщ е — жызум къудамэр жызумымпкъым пытын зэрыхуейрщ. GCKar 66.2

Папскэ дин-лэжьакӀуэхэм цӀыхухэр апхуэдизу ягъэщхьэрыуати, абыхэм Тхьэр, уеблэмэ, Мэсихьи, и хьэлыр пхъашэу, шынагъуэу, гурымыхьу къащыхъут. КъегъэлакӀуэр гуэныхьыщӀэм зыкӀи гурымыӀуэфыну къагъэлъагъуэрт, арати, дин-лэжьакӀуэхэмрэ цӀыху щихъыу ялъытэхэмрэ цӀыхухэм медатым хуэдэу хуагъэлъаӀуэныр Ӏэмалыншагъэу къагъэувырт. Зи акъылыр Тхьэм и Псалъэм къигъэнэхуа цӀыхухэм, ягу псом къыбгъэдэкӀыу гурагъэӀуэну хуейт а цӀыху ягъэщхьэрыуахэм Хьиса — зэрыгущӀэгъулыр, ахэр фӀыуэ къэзылъагъу я зэрыКъегъэлакӀуэр, и ӀэплӀэр къахузэӀуихауэ къызэреджэхэр псори и деж зэришэлӀэну, гугъу езыгъэхь я гуэныхьхэри, зыгъэгузавэхэри къыхуахьу. Тхьэм къызэригъэгугъэхэм гу лъаримыгъэтэн щхьэкӀэ, я гуэныхьхэм хущӀегъуэжу хуэгъэгъуныгъэрэ мамырыгъэрэ къаӀэрымыхьэфын щхьэкӀэ, езы Тхьэм занщӀэу зыхуамыгъэзэфын щхьэкӀэ, шейтӀаным цӀыхухэм лъэпощхьэпоуэ къахуигъэува къомыр зэрыӀуахынум хущӀэкъурт ахэр. GCKar 66.3

Вальденс хъыбарыфӀзехьэм сыту ифӀэфӀт Инджылым ит пэжыгъэхэр цӀыхухэм хуиӀуэтэн! Дапхуэдизу сакърэт ар егугъуу къратхыкӀа Тхыгъэ ЛъапӀэм щыщ Ӏыхьэхэм цӀыхухэр щыгъуазэ щищӀкӀэ! Нэхъ гуфӀэгъуэшхуэу иӀэр зыт — щӀегъуэжа цӀыхум, гуэныхьым зэхиукӀам, иджыри къыздэсым леймыгъэгъу хьэкумщӀакӀуэу Тхьэр зылъытам гугъэ иритыжынырт. И Ӏупэр кӀэзызрэ, и нэпсхэм къызэпижыхьауэ, инэхъыбэм лъагуажьэмыщхьэу щысу, абы и къуэшхэм къахузэӀуихырт лъапӀэныгъэ зыпылъу Тхьэм ахэр къызэригъэгугъахэр, гуэныхьыщӀэр зыщыгугъ хъуну закъуэр. Ауэрэ пэжыгъэм и нэхум кӀыфӀыгъэр зэкӀэщӀихужурэ нэщхъеягъэм хэт цӀыху Ӏэджэм ятепсэрт, Щыпкъагъэм и Дыгъэм и бзий хущхъуэгъуэ зыхэлъхэм цӀыхухэм ягухэр къигъэнэхурт. Мызэ-мытӀэу абы къыщӀэдэӀухэр къелъэӀуурэ, Тхыгъэ ЛъапӀэм и языныкъуэ Ӏыхьэхэм зыбжанэрэ кърагъэджэжырт, икӀэм-икӀэжым, цӀыхухэм зыхахар къазэрыфӀэмыщӀар быдэу къагурымыӀуэху. Псом хуэмыдэу мы псалъэхэм къытрагъэзэжыурэ куэдрэ къеджэхэрт: «Хьиса Мэсихь и лъым ... сыт хуэдэ гуэныхьми дыкъыхегъэкъэбзыкӀыж”. «Гъуаплъэм къыхэщӀыкӀа блэр Муса къумым лъагэу зэрыщиӀэтауэ щытам хуэдэу, яӀэтынущ ЦӀыхум и Къуэм хуэдэу Къехар, Ар зи фӀэщ хъу дэтхэнэри мыкӀуэдыжу игъащӀэкӀэ псэун папщӀэ» (1 Ин. 1:7; Ин. 3:14,15). GCKar 67.1

Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ цӀыхухэр Римым и гъэпцӀагъэхэм къелырт. Куэдым къагурыӀуэрт лажьэ зиӀэм и гуэныхьхэр къыхуэгъуфын папщӀэ, уэчылу цӀыхухэр е мелыӀычхэр бгъэлъэӀуэным я купщӀэншагъэр. Нэху пэжым ахэр къагъэнэхуа нэужь, гуфӀэм зэрихьэу хэӀэтыкӀауэ мыпхуэдэу жаӀэрт: «Мэсихь си щоджэнщ; Абы и Лъыр — си къурмэнщ; Абы и пащхьэр — си гуэныхьхэмкӀэ зыщызумысыж щӀыпӀэщ”. Ахэр Хьиса и фӀыщӀэхэм фӀэкӀа щыгугъхэртэкъым, мы псалъэхэр жаӀэурэ: «ФӀэщхъуныгъэ уимыӀэу Тхьэм игу урихьынукъым». «НэгъуэщӀ укъезыгъэлын щыӀэкъым! Дыкъызэрелыфыну къыдатауэ уафэ лъабжьэм нэгъуэщӀыцӀэ щыӀэкъым» (Евр. 11:6; Деян. 4:12). GCKar 67.2

Языныкъуэ насыпыншэхэм, гуитӀщхьитӀу щытхэм, КъегъэлакӀуэм и фӀылъагъуныгъэр иныщэу, занщӀэу къагурымыӀуэфыну къащыхъут. А лъагъуныгъэр къызэращӀам цӀыхухэм я гум апхуэдизу жьы дригъэхужт, я нэхэр къахузэӀуихыжти, уафэм драхьеяуэ къащыхъут. Абыхэм дзыхь зыхуащӀу Хьиса быдэу зыпащӀэрт, я лъэр быдэу теувэхэрт ГъадэщӀыдэм и Къырым. АфӀэкӀа лӀэныгъэм ахэр щышынэжтэкъым. Иджы ахэр шынэртэкъым лъэхъуэщым ирадзэнкӀи, уеблэмэ, мафӀэкӀэ ягъэсынми, я ЩэхужакӀуэм и цӀэр абы игъэлъэпӀэну щыт къудеймэ. GCKar 68.1

Вальденсхэр Тхьэм и Псалъэм къыщеджэрт икӀи уаз щатырт щӀыпӀэ щэхухэм, языныкъуэхэм деж зы цӀыху закъуэм щхьэкӀэ, адрейхэм нэхугъэмрэ пэжыгъэмрэ хущӀэкъу гуп цӀыкӀухэм папщӀэ. Куэдрэ жэщ псор еджэу щрах щыӀэт. Иныкъуэхэм деж едаӀуэхэм зэхахыр хуабжьу яфӀэтелъыджэу щагъэщӀагъуэ къэхъурти, хъыбарыфӀзехьэм и еджэныр заулкӀэ щызэпигъэу щыӀэт, къегъэлыныгъэм и хъыбарыр фӀыуэ япкърыхьэну Ӏэмал яриту цӀыхухэм. Ӏэджэрэ упщӀэ къэӀурт: «Дауэ хъун, Тхьэм пэж дыдэу си къурмэныр къабыл ищӀыну? ГущӀэгъу къысхуищӀыну? Къысхуигъэгъуну?» Жэуапу къэӀужырт мы псалъэхэр: «Гугъу ехь псори, зи псэм хьэзаб зытелъ псори си деж фыкъакӀуэ! Сэ гупсэхугъуэ фэстынщ!» (Мф. 11:28). GCKar 68.2

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу абыхэм гъэгугъэныгъэхэм зыхуагъазэрт икӀи гуфӀэжу жаӀэрт: «АфӀэкӀэ щихъхэм я кхъэлэгъунэхэм кӀуэжын хуейкъым, гъуэгуанэ кӀыхькӀэ зыукӀыжын хуейкъым. Сэ Мэсихь деж сыкӀуэ хъунущ сызэрыщыт дыдэм хуэдэу, сыгуэныхьыщӀэу сызэрызэкӀуэкӀам хуэдэу, икӀи Абы хущӀегъуэжа гуэныхьыщӀэм и тхьэлъэӀур Ӏумпэм ищӀынукъым: «Уи гуэныхьхэр къыпхуогъур”. Сэри, уеблэмэ, сэри си гуэныхьхэр къысхуэгъунущ!» GCKar 68.3

А цӀыхухэм я гум гуфӀэгъуэ лъапӀэр щыз хъурти, щытхъур хуагъэшу Хьиса и цӀэр ягъэлъапӀэрт. Я гуфӀэгъуэр нэгъуэщӀхэми дагуэшын папщӀэ, а цӀыху насыпыфӀэхэр я унэ кӀуэжхэрти, зыхащӀахэр, къащӀахэр зэрахузэфӀэкӀкӀэ яӀуэтэжырт, Гъуэгу пэжыр, гъащӀэм ухуэзышэр къызэрагъуэтар. Тхыгъэ ЛъапӀэм ит псалъэхэм гъэщӀэгъуэну къару лъэщ яхэлът, пэжыгъэм хуэлӀэхэм я гур къигъэушу. Ар Тхьэм и макът, къедаӀуэхэм я фӀэщ ищӀу. GCKar 68.4

Пэжыгъэр къезыхьэкӀым и гъуэгум адэкӀэ къыпищэрт, ауэ абы и Ӏэдэбагъым, хуабжьу егугъуу, гупсэхуу къазэрепсэлъам иджыри куэдрэ и гугъу ящӀыжырт къэнахэм. Нэхъыбэм къедаӀуэхэр абы къеупщӀыртэкъым къыздикӀамкӀи здэкӀуэмкӀи. Я псалъэмакъым ипэм ахэр апхуэдизу къэуӀэбжьырти, и кӀэм апхуэдизу фӀыщӀэрэ гуфӀэгъуэкӀэрэ гъэнщӀа хъурти, абы зыкӀи ӀурыупщӀыхьыртэкъым. Ирагъэблэгъэну щыхагъэзыхьхэм деж, абы жэуапу итыжырт адрей мэл гъуэщахэм деж кӀуэну зэрыпӀащӀэр. «ПщӀэну щыткъым, ар уафэ мелыӀычу къыщӀэкӀынт?» — жаӀэурэ ягъэщӀагъуэу зыр зым еупщӀыжхэрт цӀыхухэр. GCKar 69.1

Нэхъыбэм ахэр афӀэкӀа зэи хуэзэжхэртэкъым пэжыгъэм и жылэр ягухэм къыхэзысам. Ар адэкӀэ кӀуэрт, нэгъуэщӀ къэралхэм, е лъэхъуэщым ису и гъащӀэр иухырт, е пэжыгъэм щыхьэт щытехъуа щӀыпӀэм деж щаукӀырт. Ауэ абы къигъэна Псалъэр кӀуэдыжыртэкъым. Ар цӀыхухэм я гум елэжьт икӀи къемэтмахуэм и закъуэщ абы и лэжьыгъэм кърикӀуар зыхуэдэр къыщӀэзыгъэщынур. GCKar 69.2

Вальденс хъыбарыфӀзехьэхэр шейтӀаным и пащтыхьыгъуэм теуэрт, арати, бий кӀэуфӀыцӀым и къарухэр сакъхэрт. КӀыфӀыгъэм и пщыр кӀэлъыплъырт пэжыгъэм лъэбакъуэу ичым, арати, и дэӀэпыкъуэгъухэм шынэ ягу къигъэкӀырт. Папэхэм трагъэува унафэщӀхэм ялъагъурт, а хъыбарыфӀзехьэ щэныфӀэхэм я лэжьыгъэм ахэр бэлыхьым зэрыхадзэнур. Пэжыгъэм и нэхум щӀылъэр къигъэнэхуну хуит ящӀмэ, итӀанэ лъэпкъхэм къащхьэщыт щхьэрыуагъэ пшэ фӀыцӀэжьхэр зэкӀэщӀихунут, цӀыхухэм я гупсысэхэр Тхьэм хуагъэзэнурэ, итӀанэ, абы кърикӀуэнур Римым пщӀэ хуамыщӀыжынырт. GCKar 69.3

Пасэрей Члисэм и диныр ихъумэу, а лъэпкъыр зэрыщыӀэ къудейр, зэпымычу щыхьэт техъуэрт Римыр Тхьэм къызэрыбгъэдэкӀам, арати, абы фӀэкӀ хэмылъами ирикъурт, я нэлатыр тракъутэу, а лъэпкъым теплъэ мыхъуу зэрызэрахуэным. Абыхэм Библиер къагъэнэн зэрамыдэр Римым къызэрыщыхъур икӀагъэ къращӀэут, арати, афӀэкӀа хуэшэчыжыртэкъым ахэр. Апхуэдэу щыхъум, абы унафэ ещӀ вальденсхэм я лъапсэм псы иригъэжыхьыжыну. Жор зекӀуэ жыхуаӀэ зауэ шынагъуэ Ӏейхэр яублэр, Тхьэм и бынхэр зэтраукӀэу, я бгылъэ щӀыналъэм гупсэхугъуэр щыфӀагъэкӀуэду. Инквизиторхэм ахэр дэнэкӀи къыщрахуэкӀхэрт, щӀэчэ имыӀэу къытрагъэзэжырт укӀыгъэ гущӀыхьэхэм, пасэм Каин бзаджэнаджэм лажьэ зимыӀэ Авел зэриукӀауэ щытам хуэдэу. GCKar 69.4

Я губгъуэ бэвылъэхэр увыӀэгъуэ имыӀэу яхъунщӀэхэрт; я унэ тӀэкӀухэри я тхьэлъэӀупӀэ цӀыкӀухэри щӀым щыщ ящӀыжырт, зэгуэрым зэщӀэгъагъэу щыта я губгъуэхэмрэ лэжьакӀуэ лъэпкъым я лъапсэхэмрэ здита щӀыпӀэхэр иджы джафэнэщӀхэт. ХьэкӀэкхъуэкӀэм лъыр Ӏухуа нэужь, нэхъ зэрыятэм хуэдэу, папистхэр нэхъ ябгэж хъурт, псэдзыгъэ ящӀхэм яшэч хьэзабыр ялъагъуху. Дин къабзэм и телъхьэхэр дэнэкӀи щызэрахуэрт: бгыхэми, тафэхэми, мэз Ӏувхэми, къурш зэхуакухэми. GCKar 70.1

Псори зытеплъэ мыхъу лъэпкъыр я цӀыхугъэкӀэ икъукӀэ дагъуэншэт. Уеблэмэ, вальденсхэм я бий нэгъунэ ящӀэрт ахэр зэрылъэпкъ Ӏэсэр, зэрымамырхэр, зэрынэмысыфӀэхэр. ЩӀэпхъаджагъэшхуэу ябыхэм ящӀэр папэ къазэрыпиубыдым хуэдэу, Тхьэм хуэлэжьэн зэрамыдэрт. Мис а щӀэпхъаджагъэм щхьэкӀэ ахэр ягъэпсэуртэкъым, хьэӀупс ящӀырт, хьэзаб куэд ӀэпкълъэпкъкӀэ ирагъэшэчхэрт, шейтӀанымрэ абы и ӀупэфӀэгъухэмрэ фӀэкӀа къамыгупсысыфыну хьэкӀэкхъуэкӀагъэ Ӏэджэ иращӀэхэрт. GCKar 70.2

ИкӀэм-икӀэжым, Римым мурад ищӀащ а зытеплъэ мыхъу сектэр игъэкӀуэдыну, арати, папэ буллэ къыдигъэкӀащ ахэр еретикхэм хуэдэу игъэкъуаншэу, лӀэныгъэ зыхуэфащэхэу. Ахэр ягъэкъуаншэрт хьэулеякӀуэхэщ, гъэпцӀакӀуэхэщ, цӀыху фӀейхэщ жаӀэу; «нэмысыфӀафэ щихъыфэ” зытрагъауэурэ, абыхэм «хъушэ пэжым” и мэлхэр ягъэщхьэрыуэу. Папэм унафэ ищӀат къемыдаӀуэхэ хъумэ зэхапӀытӀэну «а гущыкӀыгъуэ нэлат зытелъ бзаджащӀэхэм я сектэр», «блащхъуэжьейр зэрапӀытӀым хуэдэу». Егупсысауэ пӀэрэ а зыкъызыфӀэщӀыжа тепщэр и псалъэхэмкӀэ къемэтмахуэм ягъэкъуэншэжыну уафэм щыӀэ тхылъхэм зэрыратхам? «Си шынэхъыщӀэм ар зэрефщӀам щхьэкӀэ, ар Сэ къызэфщӀауэ аращ» (Мф. 25:40). GCKar 70.3

А буллэм члисэм щыщ псори къыхуриджэрт еретикхэр зэрагъэкӀуэдыну жор зекӀуэ жыхуаӀэ зауэм хыхьэну. А Ӏуэху гущӀэгъуншэм цӀыху нэхъыбэ хишэн папщӀэ, жор зекӀуэ зауэм хыхьэхэм папэм ящхьэщихырт «члисэм къыбгъэдэкӀыу, зэрагъэпшынэри, тезырхэри, псоми тралъхьэ хабзэри зы цӀыху щхьэхуэм хуагъэуври; буллэм щхьэщихырт зауэм хыхьэм тхьэрыӀуэ ищӀауэ щытари; хабзэншагъэкӀа зыӀэрагъэхьа сыт хуэдэ мылъкури къабыл яхуищӀырт, гуэныхьу яӀэ псори къыхуигъэгъуну къигъэгугъэрт, нэхъ мыхъуми зы еретик зыукӀым. Вальденсхэм дащӀа сыт хуэдэ зэухылӀэныгъэхэми и къарур игъэкӀуэдырт буллэм; абыхэм я унэ щӀэсхэм ахэр ябгынэн хуейуэ унафэ яхуищӀырт; зыри хуиттэкъым абыхэм зыгуэркӀэ дэӀэпыкъуну, икӀи гукъыдэж зыщӀ дэтхэнэми абыхэм я мылъкур зэралъэфалӀэрт”. А дэфтэрым наӀуэу щыболъагъу папствэр зезыгъэкӀуа гупсэр зыхуэдэр. Мэсихь и макътэкъым абы щызэхэпхыр, атӀэ благъуэм и гъуахъуэ макът. GCKar 70.4

Папскэ унафэщӀхэр тетакъым пщалъэ иным — Тхьэм и Унафэм, атӀэ езыхэм я пщалъэ къагупсысыжри, псори абы залымыгъэкӀэ ирагъэдэӀуэну мурад ящӀащ. Арат Римыр зыхуейр. Мыгъуагъэ гущӀыхьэ Ӏэджэ къэхъуащ. Тхьэр зыгъэпуд дин-лэжьакӀуэ зэкӀуэкӀахэмрэ прелатхэмрэ шейтӀаным и лэжьыгъэр ягъэзащӀэрт. ГущӀэгъур зищӀысыр ящӀэртэкъым абыхэм. А гупсэ дыдэм, Мэсихь жорым езыӀулӀауэ щытам, апостолхэр зыукӀам, лъыиф Нерон чристэнхэм езыуштам, мис а гупсэ дыдэрт иджыри зыкъэзыгъэлъагъуэр Тхьэм фӀыуэ илъэгъуахэм лъапсэрыхыр къахуигъэкӀуэн папщӀэ. GCKar 71.1

ЛӀэщӀыгъуэ куэдым я кӀыхьагъкӀэ Тхьэм шынагъэ хузиӀа а лъэпкъыр, бэшэчу икӀи щӀэмычэу ЩэхужакӀуэр зыгъэлъэпӀар, узижэгъуэн хьэзабышхуэ хагъэтащ. Жор зекӀуэ жыхуаӀэ зауэр къращӀылӀауэ, гущӀэгъуншэу ялъ зэрагъажэм япэмыувыжу, а лъэпкъым пэжыгъэ лъапӀэм и хъыбарыфӀыр зэрахьэурэ зрагъэубгъурт. Тхьэм и бынхэр зэрахуэрт икӀи зэтраукӀэрт, арщхьэкӀэ, абыхэм я лъыр пэжыгъэм и жылэу хасахэм теткӀуэжурэ къигъэкӀырти, багъуэрт. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ лӀэщӀыгъуэ нейхэм я кӀыхьагъкӀэ, иджыри Лютер дунейм къытехьэн ипэ, вальденсхэр Тхьэм и щыхьэту щыӀахэщ. Къэрал куэдым щыхэгуэшауэ, абыхэм Реформацэм и жылэр хасащ, ахэр Уиклиф и зэманым къэкӀхэри, куэду бэгъуащ Лютер и махуэхэм. Зэманыр и кӀэм нэсыху ар яхъумэнущ сытри зышэчыну хьэзырхэм, «Тхьэм и Псалъэмрэ Хьисарэ щыхьэт зэрытехъуэхэм щхьэкӀэ” (Откр. 1:9).  GCKar 71.2