Loading...

Loading

Loading
(You are in the browser Reader mode)

33 ӀЫХЬЭ—ЦӀЫХУР ЯПЭУ ХУАБЖЬУКЪЫЗЭРАГЪЭПЦӀАР

Ӏыхум и историер щыщӀидзэ дыдэм шейтӀаныр иужь ихьащ дыкъызытехъукӀыжа ди адэ-анэр къигъэпцӀэным. Уафэм къэугъэ къыщиӀэтауэ, Тхьэм и пащтыхьыгъуэр тридзыну здыхущӀэкъум щӀылъэм щыпсэухэр залымыгъэкӀэ зыдигъэӀэпыкъуну ар хуеящ. Ӏэдэмрэ Хьэуарэ насыпыфӀэ дыдэт, Тхьэм и Унафэм едаӀуэрти, абы къыщӀигъэщырт Тхьэм и Унафэм личностыр дикъузэу икӀи Зиусхьэным къигъэщӀам гуфӀэгъуэр къатрихыу уафэм щыжызыӀа шейтӀаным къигупсысахэр зэрыпцӀыр. КъищынэмыщӀауэ, зэщхьэгъусэ щыпкъэхэм хуагъэхьэзыра псэупӀэ гъуэзэджэр шейтӀаным къыщилъэгъуам, ар фыгъуэм зэщӀищтащ. Абы быдэу мурад ищӀащ залымыгъэкӀэ ахэм гуэныхь яригъэщӀэну, Тхьэм пэӀэщӀэ хуищӀу, езым и Ӏэмырым щӀигъэувэу, щӀылъэр зыӀэщӀилъхьэну, итӀанэ, езым и пащтыхьыгъуэ къызэригъэпэщыну, Я нэхъ Лъагэм и Пащтыхьыгъуэм пэщӀэувэу. GCKar 496.1

ШейтӀаным и щытыкӀэ дыдэр щӀимыхъуматэмэ, Ӏэмал имыӀэу ар къыхагъэщӀэнут, Ӏэдэмрэ Хьэуарэ а бий шынагъуэм щахъумэу и хъыбар кърагъэщӀат; арщхьэкӀэ, абы етэрщэхуу и мурадхэр щӀихъумэу и Ӏуэхур зэрихьащ, зыхуейм и Ӏэр шэч хэмылъу лъигъэӀэсын папщӀэ. Удэзыхьэх теплъэ абы щыгъуэм зиӀа блэр къигъэсэбэпри, абы Хьэуа зыхуигъэзащ: «Пэжу Тхьэм жиӀа: жэнэт хадэм ит жыгхэм къапыкӀэм щыщ фымышх жиӀэу?» (Быт. 3:1). Хьэуа гъэӀулакӀуэм епсэлъэн имыдатэмэ, ар шынагъуэ хуэзэнутэкъым, арщхьэкӀэ, ар абы епсэлъэну тегушхуэри, бзаджэнаджэм ӀэщӀэкӀуэдащ. Иджыри апхуэдэ дыдэу куэдым шейтӀаныр къатокӀуэр. Ахэм Тхьэм и унафэхэм шэч къытрахьэри, ядэркъым; Зиусхьэным жиӀэм едэӀуэным и пӀэкӀэ, ахэм цӀыхухэм къагупсыса теориехэр, шейтӀаным къыбгъэдэкӀауэ щытхэр къащтэр. GCKar 496.2

«ЦӀыхубзым блэм жриӀэжащ: жыгхэм къапыкӀэ пхъэщхьэмыщхьэхэр дэ тшхыну дыхуитщ, ауэ дымылӀэн щхьэкӀэ, хадэкум ит жыгым къыпыкӀэр тшхы мыхъуну икӀи деӀусэ мыхъуну Тхьэм къыджиӀащ. Абы щыгъуэ блэм фызым жриӀащ: хьэуэ, фылӀэнукъым, ауэ ещӀэр Тхьэм ахэр фшха нэужь, фи нэхэр къызэрыплъэнур икӀи тхьэхэм хуэдэу ери фӀыри фщӀэуэ фызэрыхъунур» (Быт. 3:2-5). GCKar 497.1

Блэм уи фӀэщ ищӀыну иужь итт, цӀыхухэр Тхьэм хуэдэ хъуну, Ӏущагъ ягъуэтыну, зыужьыныгъэ нэхъ лъагэм лъэӀэсыну. Хьэуа а гъэпцӀагъэм игъэӀулащ, итӀанэ, Ӏэдэми гуэныхь иригъэщӀащ. Ахэм блэм жиӀа псалъэхэр я фӀэщ хъуащ, Тхьэм жиӀа псалъэхэм къикӀыр жыхуиӀарауэ щымыту ялъытащ; ахэм КъэзыгъэщӀам шэч хуащӀри, я хуитыныгъэр дикъузэу ялъытащ, Абы и Унафэм ебакъуэмэ, ахэм заӀэтыну Ӏущагъышхуэ ягъуэтыну. GCKar 497.2

Ауэ Ӏэдэм гуэныхь ищӀэри, «Ар щыфӀухуа махуэм лӀэныгъэкӀэ фылӀэнущ» псалъэхэм къарыкӀыр къыгурыӀуащ. ШейтӀаным и фӀэщ зэрищӀам хуэдэу дэкӀуея ар щыӀэныгъэм и лъагапӀэ нэхъ лъапӀэм? Ар апхуэдэу щытатэмэ, унафэр пкъутэныр фӀыгъуэшхуэ хъунут, шейтӀанри зи фӀыгъуэр цӀыхухэм езыгъэкӀ хъунут. АрщхьэкӀэ, Ӏэдэм игъэунэхуащ Тхьэм и хьэкумым и купщӀэр зэрынэгъуэщӀыр. Тхьэм жиӀащ гуэныхь зэрищӀам щхьэкӀэ тезыр ихьу цӀыхур къызыхаха щӀым хыхьэжын зэрыхуейр. «Усабэщи, укъызыхэкӀа щӀы сабэм бгъэзэжынущ” (Быт. 3:19). «Фи нэхэр къэплъэнущ», — жиӀэу шейтӀаным и псалъэхэр пэжу къыщӀэкӀащ Зиусхьэным емыдэӀуа, Ӏэдэмрэ Хьэуарэ я щыуагъэр къазэрыгурыӀуэжа закъуэмкӀэ: ахэм Ӏейр зищӀысыр къащӀащ, жыӀэмыдэӀуэныгъэм къыпыкӀыр зыхащӀащ. GCKar 497.3

Жэнэт хадэм гъащӀэм и жыг къыщыкӀырт, и пыкӀэхэм гъащӀэм игъащӀэкӀи къыпищэу. Ӏэдэм Тхьэм хуэпэжу къэнатэмэ, ар адэкӀи гъащӀэм и жыгым хуиту бгъэдыхьэурэ игъащӀэкӀи псэунут. Ауэ гуэныхь ищӀэри абы а хуитыныгъэр фӀэкӀуэдащ, лӀэныгъэм ӀэщӀэлъ хъуащ. Тхьэм и хьэкумыр: «Сабэм укъыхахащи, сабэм бгъэзэжынущ” жыхуиӀэм къегъэлъагъуэр гъащӀэр зэрыщыту зэриухыныр. GCKar 497.4

ДаӀуэмэ къыӀэрыхьэну къызэрагъэгугъа мылӀэжыныгъэр, цӀыхум гуэныхь ищӀа нэужь фӀэкӀуэдащ. Ӏэдэм къытехъукӀыжахэм езым имыӀэ иритыфынутэкъым, арати, цӀыху дэхуэхахэм гугъэ лъэпкъ къахуэнэжыртэкъым, Тхьэм и Къуэр къурмэн ищӀу, ахэм мылӀэжыныгъэ яӀэну хуитыныгъэ яримытыжатэмэ. «Апхуэдэу, псоми гуэныхь зэращӀам щхьэкӀэ лӀэныгъэр цӀыху псоми я Ӏыхьэ хъуащ”, арщхьэкӀэ, Мэсихь «гъащӀэрэ, мыфыжыныгъэрэ хъыбарыфӀымкӀэ игъэлъэгъуащ» (Рим. 5:12; 2 Тим. 1:10). МылӀэжыныгъэ зэрыдгъуэтыфынур Мэсихь закъуэкӀэщ. Хьиса жеӀэр: «Къуэр зи фӀэщ хъум, мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэщ; Къуэр зи фӀэщ мыхъум, гъащӀэ илъагъунукъым” (Ин. 3:36). Дэтхэнэ зы цӀыхуми а нэфӀщыхуэныгъэ уасэншэр иӀэ хъуфынущ, къагъэува щытыкӀэхэр игъэзащӀэ къудеймэ. «ФӀы зэращӀэным пылъ зэпытурэ щӀыхьышхуэ, мылӀэжыныгъэ лъыхъуэ” псоми, мыкӀуэдыжын гъащӀэ къаӀэрыхьэнущ (Рим. 2:7). GCKar 497.5

ЖыӀэмыдэӀуэныгъэкӀэ Ӏэдэм гъащӀэ игъуэтыну къэзыгъэгугъа закъуэр, гъэпцӀакӀуэу къыщӀэкӀащ. Жэнэт хадэм блэм «фэ фылӀэнукъым” жиӀам и купщӀэр цӀыхум и псэр мылӀэу ухуезыгъаджэ япэ уазщ. АрщхьэкӀэ, а псалъэхэр, шейтӀаным и щӀыхь закъуэм тегъэщӀауэ щытхэр, чристэн члисэ псоми щагъэӀу, икӀи цӀыхухэм я нэхъыбэм дыкъызытехъукӀыжа ди адэжь-анэжьхэм хуэдэхэу къащтэну хьэзырщ. Тхьэм и хьэкумыр: «Гуэныхь зыщӀэ псэр, ар лӀэнущ» жыхуиӀэр (Иез. 18:20) мыпхуэдэу зэрахъуэкӀащ: «Гуэныхь зыщӀэ псэр лӀэнукъым, атӀэ игъащӀэкӀи псэунущ», — жаӀэу. Дэ дгъэщӀагъуэ хъуну къудейщ, цӀыхухэм нэрыуфӀыцӀу шейтӀаным и псалъэхэм дзыхь зэрыхуащӀыр, Зиусхьэным и Псалъэхэр зыкӀи я фӀэщ зэрымыхъур. GCKar 498.1

Гуэныхь ищӀа нэужь цӀыхур гъащӀэм и жыгым бгъэдагъэхьатэмэ, ар игъащӀэкӀи псэунут, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ гуэныхьыр игъащӀэкӀи щыӀэнут. АрщхьэкӀэ, гъащӀэм и жыгым екӀуалӀэ гъуэгур ихъумэну, мафӀэ джатэ иӀыгъыу, херувим ягъэуващ, (еплъ Быт. 3:24), икӀи Ӏэдэм и унагъуэм щыщ зыри хуит ящӀакъым абы ебакъуэу, гъащӀэ къозыт гъащӀэм и жыгым къыпыкӀэм щыщ ишхыну. Абы къыхэкӀкӀэ гуэныхьыщӀэу мылӀэжыныгъэ зиӀэ щыӀэкъым. GCKar 498.2

АрщхьэкӀэ, шейтӀаным цӀыхум гуэныхь иригъэщӀа нэужь, езым щӀыгъу мелыӀычхэм унафэ яхуищӀащ цӀыхухэм мылӀэжыныгъэ езыр-езыру яӀэу я фӀэщ ящӀыну, итӀанэ ахэм яхузэфӀэкӀащ гуэныхьыщӀэр жыхьэрмэм игъащӀэкӀи хьэзаб щытелъыну псоми я фӀэщ ящӀыну. Иджы кӀыфӀыгъэм и пщым, и дэӀэпыкъуэгъухэр къигъэсэбэпурэ, Тхьэр зыри зымыгъэгъу залыму егъэлъагъуэр, игу иримыхь псори мафӀэ гуэлым хидзэрэ, апхуэдэу Абы и губжьым ахэр игъащӀэкӀи гугъу щригъэхь хуэдэу. ШейтӀаным жеӀэр гуэныхьыщӀэхэм егъэлеяуэ гугъуехьышхуэ мафӀэ мыункӀыфӀыжым зарыщашэчым ДыкъэзыгъэщӀам и гур хигъахъуэу. GCKar 498.3

А бий иныщэм езым и хьэл-щэныр кӀэрецӀэлъ ДыкъэзыгъэщӀауэ цӀыху псоми фӀыгъуэ къыдэзытым. ГущӀэгъуншагъэр — ар шейтӀанырщ зи хьэл-щэныр. Тхьэр фӀылъагъуныгъэщ; Абы къигъэщӀа псори къабзэу, лъапӀэу, гъуэзэджэу щытащ, япэу мыарэзыуэ, ныкъуакъуэу зыкъэзыӀэта, шейтӀаным дунейм гуэныхь щыхимысэху. ЦӀыхур игъэӀулэурэ гуэныхь езыгъащӀэр, итӀанэ, хузэфӀэкӀмэ, ар зыгъэкӀуэд бийр — ар шейтӀанырщ. ЦӀыхур зыӀэщӀилъхьауэ, абы зэхэзыкъутэ лэжьыгъэу иригъэкӀуэкӀым адэкӀи къыпещэр; сыт хуэдиз гуфӀэгъуэ къыхуихьрэ абы псэдзыгъэу игъэкӀуэдхэм! ХузэфӀэкӀыну щытатэмэ, цӀыху псори и хъым иригъэхьэнт абы. Тхьэр и къарукӀэ а Ӏуэхум хэмыӀэбатэмэ, Ӏэдэм къытехъукӀыжа зыми къелыну гугъэ иӀэнутэкъым. GCKar 498.4

ШейтӀаныр ноби цӀыхухэм апхуэдэ дыдэу, текӀуэну йогугъу ди адэжь-анэжьхэр и зэманым зэригъэӀулам хуэдэу — абыхэм ДыкъэзыгъэщӀам дзыхь зэрыхуащӀыр игъэтӀасхъэурэ, Тхьэм и пащтыхьыгъуэм, и ӀуэхузехьэкӀэм хэлъ Ӏущагъымрэ Абы и унафэхэм я захуагъэмрэ шэч къатрегъэхьэр. ШейтӀанымрэ абы и Ӏэпыдзлъэпыдзхэмрэ езыхэм нэхърэ Тхьэр нэхъ Ӏеижу ягъэлъагъуэр, езыхэм я губжьымрэ я жыӀэмыдэӀуэныгъэмрэ ягъэзахуэн папщӀэ. ГъэпцӀакӀуэ иным езым хэлъ гущӀэгъуншагъэмкӀэ ди Уафэ Адэр игъэкъуэншэну иужь итщ. Апхуэдизу мызахуэ унафэщӀым зэремыдэӀуа закъуэм щхьэкӀэ уафэм кърахуауэ, гугъу ирагъэхь тхьэмыщкӀэу закъыщригъэхъуну, ар иужь итщ. Дунейм хуитыныгъэ ярит хуэдэу зегъэлъагъуэр абы, унафэ ткӀийхэр зыщӀ Иеговэ зыкӀи емыщхь езым, унафэщӀ мыпхъашэм, цӀыхухэр игъэтхъэжыну. ИкӀи абы къохъулӀэр цӀыхухэр къигъапцӀэурэ, Тхьэм зэрыхуэпэж гъуэгум къытришын. GCKar 499.1

Сыту емызэгърэ фӀылъагъуныгъэм, гущӀэгъум, уеблэмэ, захуагъэр дэ къызэрыдгурыӀуэм, гуэныхьыщӀэ лӀахэр мыункӀыфӀыж мафӀэм игъащӀэкӀи хьэзаб щашэчу ухуезыгъаджэ гъэсэныгъэр, дуней гъащӀэ кӀэщӀым щалэжьа щыуагъэхэм щхьэкӀэ игъащӀэкӀи гугъуехь яшэчын хуейуэ жызыӀэр. АрщхьэкӀэ, а гъэсэныгъэр дэнэкӀи щагъэӀу, икӀи члисэ куэдми я фӀэщ хъухэм ящыщ зыщ. Дин-щӀэныгъэм и доктор еджагъэшхуэ зэгуэрым мыпхуэдэу жеӀэр: «Жыхьэрмэм хьэзабыр щызышэчхэм я теплъэм цӀыху щыпкъэхэм я насып мыкӀуэдыжыр игъэбэгъуэнущ. Езыхэм хуэдэхэр, абы къыщалъэгъуа нэужь, зы природэ яӀэрэ, езыхэм хуэдэу къалъхуахэр апхуэдэ тхьэмыщкӀапӀэм иту, абы щыгъуэм езыхэм щӀыхь яӀэу, ар къадэӀэпыкъунущ езыхэр дапхуэдизу насыпыфӀэми зэхащӀыкӀыным”. НэгъуэщӀ зы щӀэныгъэлӀми мыр жиӀащ: «Губжьыр зытелъхэм я натӀэр игъащӀэкӀи гъэзэщӀа щыхъукӀэ, абыхэм я хьэзабым къащхьэщихыу дэкӀуеину Ӏугъуэр гущӀэгъур зи натӀэхэм ялъагъуурэ, ахэр а тхьэмыщкӀэхэм я лъэныкъуэ хъуным и пӀэкӀэ “Амин, Аллилуйя, щӀыхьыр ууейщ, Зиусхьэн! “» — жаӀэнущ”. GCKar 499.2

Дэнэ деж Тхыгъэ ЛъапӀэм и напэкӀуэцӀхэм апхуэдэ гъэсэныгъэ къыщыбгъуэтыфынур? Дауэ хъун къелауэ уафэм щыӀэнухэм гущӀэгъурэ гууз-лыузрэ зыри ямыӀэжыну, уеблэмэ, цӀыхугъэ лъэпкъ яхэмылъыжыну? Хьэмэрэ, а гурыщӀэхэм ипӀэкӀэ я гур быдэ хъуауэ, Ӏэлхэм хуэдэу гущӀэгъуншэ дыдэ хъунура? Хьэуэ, иджыри зэ хьэуэ; апхуэдэ лъэпкъ Тхьэм и Тхылъым ибгъуэтэнукъым. Апхуэдэ идеехэр зыгъэӀухэм щӀэныгъэ ябгъэдэлъынкӀи хъунщ, уеблэмэ, ахэр цӀыху пэжхэу щытынкӀи хъунщ, ауэ ахэр шейтӀаным и гъэпцӀагъэхэмкӀэ къэпцӀахэщ. Абы ахэр Тхыгъэ ЛъапӀэм ит псалъэ пхъашэхэр гурыӀуэгъуэ щащӀкӀэ пцӀыкӀэ зэрахъуэкӀыным трегъэгушхуэр, ди КъегъэлакӀуэм зыкӀи гъунэгъуу емыкӀуалӀэхэу езым и хьэл-щэнхэр — гущӀэгъуншагъэрэ шынагъуагъэрэ Библием къащригъэгъуэтыну хегъэзыхьхэр. «Си цӀэкӀэ тхьэ соӀуэр жеӀэр Зиусхьэным: сыхуейкъым гуэныхьыщӀэр лӀэну, атӀэ абы и гъуэгу мыхъумыщӀэр къигъанэу псэунырщ сызыхуейр. Къэвгъазэ, фи гъуэгу бзаджэхэр къэвгъани, къэвгъазэ; сыт фэ фыщӀэлӀэныр, Израил и унагъуэр?” (Иез. 33:11). GCKar 500.1

Зиусхьэным гуэныхьыщӀэхэр гугъу зэрехьыр: жыхьэрмэ мафӀэм хигъэтхэм я щэӀу макъхэр, я гъуахъуэ макъхэр и гуапэщ жытӀэрэ, уеблэмэ, хуэдгъэфащэми, сыт абыхэм ятелъыну хьэзабым мыхьэнэуэ иӀэнур? Дауэ хъун, а гъуахъуэ макъ шынагъуэхэр Зи фӀылъагъуныгъэм гъунапкъэ ЗимыӀэм и тхьэкӀумэм макъамэ дахэу иӀуэну? Дунеибэм и мамырыгъэр и сабырагъыр зыхэзыкъутэ гуэныхьыр Тхьэм илъагъу зэрымыхъум щыхьэт техъуэу жаӀэр нэмысыншэхэм кӀэ имыӀэу яшэчыну гугъуехьхэр. Сыту Ӏейуэ Тхьэр ягъэпудрэ! Абы щыгъуэм Тхьэм гуэныхьыр илъагъу зэрымыхъур игъащӀэкӀи гуэныхьыр щыгъэӀэным и щхьэусыгъуэу къыщӀидзу мэхъур. Апхуэдэ дин-щӀэныгъэлӀхэм жаӀэр уи фӀэщ пщӀымэ, гущӀэгъу къыхуащӀынкӀэ хъунум щыгугъыну Ӏэмал зэрамыӀэм, игъащӀэкӀи хьэзаб зышэчынухэр, нэхъри нэхъ Ӏейуэ къигъэгубжьурэ, Тхьэр ягъэпуду хуэшхыдэу я губжьыр иракӀутурэ, я гуэныхьхэм я хьэлъагъым зэпымычу хагъахъуэнущ. Зэи кӀэ зимыӀэну лӀэщӀыгъуэхэм зэпымыууэ гуэныхьыр зэрыбэгъуэнур Тхьэм и щӀыхьым зыкӀи сэбэп хуэхъунукъым. GCKar 500.2

ИгъащӀэкӀи хьэзаб шэчыным теухуа делагъэ доктринэм къихьа ем и инагъыр цӀыху акъылым къихутэн хузэфӀэкӀынукъым. ФӀылъагъуныгъэрэ фӀыгъэкӀэ гъэнщӀарэ, гущӀэгъур щызу Библием узыхуригъаджэхэр, цӀыхухэм къагупсысахэмкӀэ нэщхъеягъуэ ящӀурэ, шынагъуэ халъхьащ. ИкӀи шейтӀаным Тхьэм и щытыкӀэр пцӀыуэ къызэригъэлъагъуэр къэтлъытэмэ, ДыкъэзыгъэщӀауэ ГущӀэгъулым цӀыхухэр зэрыщышынэр хьэмэрэ ялъагъу зэрымыхъур гъэщӀэгъуапхъэ? Уигъэшынэу, Тхьэм и щытыкӀэр апхуэдэу къыпщызыгъэхъу члисэм и уазхэм дуней псом зыщаубгъуурэ, мин бжыгъэкӀэ, уеблэмэ, мелуан бжыгъэкӀэ скептикхэмрэ Тхьэр зи фӀэщ мыхъухэмрэ ягъэбэгъуащ. GCKar 501.1

ИгъащӀэкӀи хьэзаб шэчыным теухуа теориер — ар, зинэщӀакӀуэшхуэ цӀыхубзым лъэпкъ псори зригъэфа Вавилоным и шагъыр гущыкӀыгъуэ хъужу, гъэсэныгъэ нэпцӀхэм ящыщ зыщ (еплъ Откр. 14:8; 17:2). Мэсихь и лэжьакӀуэхэм а пцӀыр къащтауэ зэрызрагъэубгъур ипэжыпӀэкӀэ щэхугъэщ, гурыӀуэгъуейщ. Ахэм ар Римырщ къызраӀыхар, щэбэт нэпцӀыр къызэраӀыхам хуэдэу. Пэжщ, апхуэдэ щыуагъэхэр цӀыху щэджащэхэми цӀыхуфӀхэми зэрахьэу щытащ япэм, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, дэ къыттепса нэхушхуэм ахэр къигъэнэхуауэ щытакъым. Ахэм жэуап зэрахьар езыхэм я зэманым къэбла нэхумкӀэщ; дэ жэуап дохь, ди махуэхэм къаблэ нэхум ипкъ иткӀэ. Тхьэм и Псалъэм и щыхьэтыр дымыдэу, ди адэжьхэм абы хурагъаджэу зэрыщыта къудейм щхьэкӀэ, гъэсэныгъэ нэпцӀхэр къатщтэмэ, абы щыгъуэм Вавилон и кӀэухыр дэри ди кӀэух хъунущ, абы и цӀапӀагъэхэу и шагъырым дызэрефэм щхьэкӀэ. GCKar 501.2

ЦӀыху куэдыр игъащӀэкӀи хьэзаб шэчыным къигъэгубжьурэ нэгъуэщӀ гъэпцӀагъэр зытрагъакӀуэр. Тхыгъэ ЛъапӀэм къызэригъэлъагъуэщи, абыхэм ялъагъу, Зиусхьэным и гур фӀылъагъуныгъэрэ гущӀэгъукӀэ зэрыгъэнщӀар, аращи, я фӀэщ яхуэщӀкъым Тхьэм Езым къигъэщӀахэр игъащӀэкӀи зыхэмыкӀыжыну жыхьэрмэ мафӀэм хигъэтыну. АрщхьэкӀэ, псэм мылӀэжыныгъэ иӀэу зэралъытэм къыхэкӀкӀэ ахэр йогупсыс, дауэ мыхъуми, икӀэмикӀэжым, цӀыху псори къелыну. Библием псалъэ шынагъуэу итхэр куэдым къазэрыщыхъур удэӀуэн папщӀэ узыгъэшынэ Ӏэмэпсымэущ, ахэм къарыкӀыр гъэзэщӀа зэрыхъунур я фӀэщ мыхъуу. Аращи, къызэрыщӀрагъэдзымкӀэ, гуэныхьыщӀэр Тхьэм къигъэувхэм елъэпауэурэ, гуэныхь зыпылъ ӀуэхугъуэхэмкӀэ зигъэтхъэжу псэу хъунущ, абы щыгъуэми, Тхьэр къызэрыхуэфӀыным щыгугъыу. Апхуэдэ гъэсэныгъэр — Тхьэм и гущӀэгъур зылъытэу, ауэ Тхьэм и захуагъэр зымылъытэр, гуэныхьыщӀэ цӀыхум и гум дохьэр, икӀи нэмысыншэхэр я хабзэншагъэхэмкӀэ нэхъри егъэятэр. GCKar 501.3

ЦӀыху псори къелыну зи фӀэщ хъухэм узыгъэкӀуэдыну, езыхэм къагупсыса гъэсэныгъэм лъабжьэ ирагъэгъуэтын щхьэкӀэ, Тхыгъэ ЛъапӀэм жиӀэр зэрызэрагъэкӀуэкӀыр къэдгъэлъэгъуэн папщӀэ, абыхэм жаӀэхэм девгъэплъыт. Насыпыншагъэ къэхъукъащӀэм хэкӀуадэу, щӀалэщӀэ дунейм ехыжар, Тхьэр зи фӀэщ мыхъуу щытар, щыщӀалъхьэм зы дин-лэжьакӀуэ-универсалист гуэрым псалъэ щыжиӀэм, Тхыгъэ ЛъапӀэм щыщу Даут ехьэлӀа мы пычыгъуэр тегъэщӀапӀэ ищӀащ: «Амнон дунейм зэрехыжамкӀэ и гукъеуэр щхьэщыкӀыжащ» (2 Цар. 13:39). GCKar 502.1

«Сэ куэдрэ къызоупщӀыр — жиӀащ а дин-лэжьакӀуэм, — сыт къапэплъэр мы дуней гуэныхьыщӀэр зыбгынэхэм, псалъэм папщӀэ чэфу, е щӀэпхъаджагъэ илэжьам и лъэужьу и щыгъыным телъа лъым и бжьыгъэр зымыгъэкъэбзэжауэ лӀэхэм, хьэмэрэ мы щӀалэщӀэм хуэдэу насыпыншагъэкӀэ кӀуэдхэм, фӀэщхъуныгъэ ягъуэту абы и гуфӀэгъуэ зыхэзымыщӀэфахэм? Дэ арэзы дыдэ дещӀ а упщӀэ шынагъуэр Тхыгъэ ЛъапӀэм зэрызэхигъэкӀым. Амнон егъэлеяуэ гуэныхьыщӀэу щытащ; щӀэпхъаджагъэ ищӀам ар хущӀегъуэжауэ щытакъым; ар чэфу яукӀащ. Даут Тхьэм и бегъымбарт. Абы ищӀэн хуейт и къуэм хьэдрыхэ къыщыпэплъэр — гузэвэгъуэми, тхъэгъуэми. Сытыт абы и гум къэкӀыр? “Даут пащтыхьым Авессалом и Ӏуэху зэрихуакъым, Амнон дунейм зэрехыжамкӀэ и гукъеуэр щхьэщыкӀыжати”. GCKar 502.2

Сыт а псалъэхэм къарыкӀыр? КӀэ зимыӀэ хьэзаб Даут и фӀэщ мыхъуу зэрыщытар мыгурыӀуэгъуэу къанэрэ? Ар нэрылъагъущ, гипотезэ нэхъ гугъэзагъэм, щӀэныгъэ зыхэлъым, гущӀэгъулым, узыщыгуфӀыкӀыну щыхьэт техъуэ дэ мыбдеж нахуэу къыщыдогъуэт, Дунеибэм мамырыгъэрэ къабзагъэрэ, икӀэм-икӀэжым, тепщэ зэрыщыхъуныр къэзыгъэлъагъуэу. Абы и гукъеуэр тӀысыжа и къуэр лӀауэ здилъагъум? Ар дауэ? Сыт щхьэкӀэ? Бегъымбар нэкӀэ Даут илъагъурт щӀыхь зыпылъу къэкӀуэнур, абы илъагъурт и къуэм гуэныхь езыгъэщӀэн зыри зэрыщымыӀэжыр, гуэныхьым и пщылӀыгъэм, узэзыгъэкӀуэкӀ абы и къарум къызэрыӀэщӀэкӀар; къезэгъын хуэдэу цӀыху лъапӀэ, щӀэныгъэ зиӀэ хъуауэ ар уафэм драхьеяуэ, гупсэ-гуфӀэхэм зэрыхагъэхьар. Абы мамырыгъэ къезытыр фӀыуэ илъагъу и къуэр, гуэныхьым и къарумрэ гугъуехьхэмрэ кърагъэлауэ, Дух ЛъапӀэм къиухъуреихьу, и гур кӀыфӀыгъэм къыхишу къабзэ щащӀыну щӀыпӀэм зэрыщыӀэ закъуэрт, и акъылыр уафэ Ӏущагъымрэ мыкӀуэдыжыну фӀылъагъуныгъэм и гуфӀэгъуэмрэ къыщыхузэӀукӀынум, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ и гур къабзэ хъуауэ ар хуэхьэзыр хъунут, мамырыгъэм и гур хигъахъуэурэ уафэ хэкум игъащӀэкӀи гуфӀэгъуэ зэрыщиӀэным. GCKar 502.3

Аращи, дэ къыдгуроӀуэр уафэм дыкъыщрагъэлыныр мы гъащӀэм щыдлэжьахэм зэремылъытар; гум къыщыхъу зэхъуэкӀыныгъэхэми ар елъытакъым, иджырей фӀэщхъуныгъэми, сыт хуэдэ дин зепхьэми». GCKar 503.1

Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ, Мэсихь и лэжьакӀуэ нэпцӀым къытригъэзэжу жиӀауэ аращ зэгуэрым блэм Жэнэт хадэм псалъэ гъэпцӀагъэ щыжиӀауэ щытахэр: «Хьэуэ, фылӀэнукъым... ахэр щыфӀухуэну махуэм, фи нэхэр къызэӀукӀынурэ, тхьэхэм хуэдэ фыхъунущ». Абы жеӀэр, нэхъ гуэныхьлы дыдэхэр — цӀыху зыукӀари, хъунщӀакӀуэри е зинэ щӀакӀуэри — дунейм ехыжа нэужь мылӀэжыныгъэ тхъэгъуэр щӀэин яхуэхъуфыу. GCKar 503.2

Тхыгъэ ЛъапӀэр апхуэдизу зэзыгъэкӀуэкӀа а дин-лэжьакӀуэм сытыт тегъэщӀапӀэу ищӀыр? Зы псалъэуха закъуэт,Даут Тхьэм и Ӏэмырым арэзы зэрытехъуар къэзыгъэлъагъуэр. «Даут пащтыхьым Авессалом и Ӏуэху зэрихуакъым, Амнон дунейм зэрехыжамкӀэ и гукъеуэр щхьэщыкӀыжати”, — жыхуиӀэр (2 Цар. 13:39). GCKar 503.3

ХэщӀыныгъэ иӀам и уз къеныкъуэкъур зэманым игъэужьыхыжащ, арати, Даут и гупсысэхэр и къуэ лӀам къытрихри, псэууэ къыхуэна и къуэм триубыдащ, ищӀа щӀэпхъаджагъэм захуагъэкӀэ пэкӀуэн хуей тезырым щышынэу, гузавэм. Ар щыхьэту къегъэсэбэп, и шыпхъу дыдэм чэфу лей езыха Амнон зэрылӀэу, занщӀэу тхъэгъуэ псэупӀэм къыщыхута хуэдэу, тхьэщӀыжарэ къабзэ хъужауэ гуэныхьыншэ мелыӀычхэм я унагъуэм щыщ хъуа хуэдэу жызыӀэм! Пэжщ, дауикӀ, ар гуэныхьым ета цӀыхум и гур зыгъафӀэщ, макъамэ дахэм хуэдэу. А пцӀыр къэзыгупсысар шейтӀанырщ, икӀи абы зрегъэубгъу. ЦӀыхухэр апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ щаущийкӀэ, емрэ гуэныхьымрэ зэрыбагъуэр бгъэщӀагъуэ хъуну? GCKar 503.4

А егъэджакӀуэ нэпцӀым зэрищӀэм хуэдэу ящӀэр абы и акъылэгъу куэдми. Тхыгъэ ЛъапӀэм псалъитӀ-щы къыщагъуэтри, контекстым къыхач, абы щыгъуэм текстыр зэрыщыту къапщтэмэ къикӀыр, абыхэм къарыкӀыу къыжаӀэхэм зыкӀи темыхуэу, техуэн дэнэ къэна и мыхьэнэр пэщӀэувэу, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ зыкӀи зэпымыщӀа пычыгъуэ щхьэхуэхэр зрагъэкӀуэкӀ икӀи Тхьэм и Псалъэм зыкӀи темыт доктринэхэм щыхьэт трагъахъуэн папщӀэ къагъэсэбэп. Чэфыжьокъуэ Амнон жэнэтым щыӀэу, уи фӀэщ зэращӀыну щыхьэтыгъэу къагъэлъагъуэхэр зищӀысыр цӀыху гупсысэ къудейщ, фадэр зи нэрыгъхэм Тхьэм и Пащтыхьыгъуэр щӀэин зэрахуэмыхъуныр гурыӀуэгъуэу, шэчыншэу Тхьэм и Псалъэм зэрыжиӀэм пэщӀэувэу (еплъ 1 Кор. 6:10). Мис апхуэдэ щӀыкӀэущ скептикхэми, шэч зыщӀхэми, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэми пэжыгъэр пцӀы зэращӀыр. Куэдыр, икъукӀэ цӀыху куэдыр апхуэдэ гупсысэхэм къагъэпцӀакӀэщ, шынагъуэ лъэпкъ къапэмыплъэу ягъэӀу псалъэмакъхэм жей къытрагъэуауэ, ахэр мэжей. GCKar 503.5

ЦӀыхур зэрылӀэу ипэжыпӀэкӀэ занщӀэу Уафэм къыщыхутэу щытамэ, абы щыгъуэм дэ лӀэныгъэр гъащӀэм нэхърэ нэхъ къэтщтэнут. А гъэпцӀагъэм и зэранкӀэ цӀыху куэдым залӀэжащ. Гуауэхэм, гугъуехьхэм, гузэщыуэхэм дыщызэхаукӀам и деж, узыӀэпишэу икӀи апхуэдизу тыншу къыпщохъу, уи псэр хэбныжу насып мыкӀуэдыжыр здэщыӀэ дунейм уӀэпхъуэныр. GCKar 504.1

Тхьэм и Псалъэм шэч къызытумыхьэфын щыхьэтхэр къыщыхьащ Абы и Унафэр зыкъутэхэм тезыр зэрытралъхьэным теухуауэ. Тхьэр гущӀэгъулы дыдэщи, захуагъэкӀэ гуэныхьыщӀэм бгъэдыхьэнукъым, жаӀэу зи гур гъэпцӀагъэкӀэ зыгъэфӀхэр, Голгофэ жорым иреплъ. Лажьэ зимыӀэ Тхьэм и Къуэм и лӀэныгъэр щыхьэт тохъуэр «гуэныхьым пэкӀуэр — зэрылӀэныгъэм”, Тхьэм и Унафэр зэракъута сыт хуэдэ гуэныхьми захуагъэкӀэ хуэфащэ тезыр зэрихьын хуейм. Гуэныхьыншэ Мэсихь дэ ди пӀэкӀэ гуэныхьыщӀэ хъуащ. Унафэр зэракъутамкӀэ лажьэу щыӀэ псори Абы Езым зэтрилъхьащ, арати, Адэм и нэкӀур Абы и деж ӀуигъэзыкӀащ. Абы и гум ар хуэмышэчу лӀащ. А Къурэмэнышхуэр къыщӀахьар, гуэныхьыщӀэхэр къащэхужын папщӀэщ. ЦӀыхум и гуэныхьым и тезырыр щхьэщызыхыфыну нэгъуэщӀ Ӏэмал зыри щыӀэтэкъым. Апхуэдэ уасэ лъапӀэ зыщӀатауэ къытӀэрыхьэ зэкӀужыныгъэм хэтыну хуэмей дэтхэнэ зы цӀыхуми езым и щхьэкӀэ и лажьэри и гуэныхьым и тезырри ипшыныжын хуейщ. GCKar 504.2

Деплъынщ, универсалист-дин-лэжьакӀуэм мелыӀыч щихъхэм ядищӀыгъуу Уафэм игъэкӀуа фӀэщхъуныгъэншэхэмрэ зи гуэныхьым хущӀемыгъуэжахэмрэ ятеухуауэ иджыри Библием жиӀэм. GCKar 504.3

«Псы хуэлӀэм гъащӀэм и псынэм щыщ, тыгъэу, пщӀэншэу естынщ». А гъэгугъэныгъэр зэхьэлӀар псы зыхуэлӀэхэм я закъуэщ. НэгъуэщӀ псори зыщагъэгъупщауэ, гъащӀэм и псым зэрыхуэныкъуэр пэж дыдэу зыхащӀэу, абы лъыхъуэхэм ар къаӀэрыхьэнущ. «ТекӀуэм псори щӀэин хуэхъунущ, Абы и Тхьэуи Сэ сыщытынущ, ари Сэ си къуэу щытынущ” (Откр. 21:6, 7). Мыбдежым, зэрытлъагъущи, щытыкӀэхэр къегъэув: псори щӀэин тхуэхъун папщӀэ, дэ гуэныхьым дебэну, абы дытекӀуэн хуейщ. GCKar 504.4

Зиусхьэным Есихь бегъымбарым и жьэкӀэ жиӀащ: «ЦӀыху щыпкъэм жефӀэ, абы зэринасыпыр: езым и Ӏэужьыр къыӀэрыхьэжынущи; гуэныхь зылэжьыр унэхъуащ: езым и ӀэмкӀэ илэжьам пэкӀуэр къылъысыжынущи» (Ис. 3:10, 11). «ГуэныхьыщӀэм щэ бжыгъэкӀэ е ищӀэурэ, абы есэ щхьэкӀэ, — жеӀэр Сэлмэн Ӏущ, — сэ сощӀэр Тхьэм щышынэрэ, Абы и пащхьэ зи гур къилъэтхэм зэрафӀыгъуэр; ауэ бзаджащӀэхэм фӀы къапэплъэкъым” (Еккл. 8:12, 13). Павели щыхьэт тохъуэр «уи ерыщагъымкӀэ, узэрыхущӀемыгъуэжымкӀэ, уэ езым уи щхьэ губжь хузэхубохьэсыж, щхьэж илэжьам пэкӀуэр Езыгъэгъуэтыжыну Тхьэм захуагъэкӀэ хьэкум щищӀэну губжь махуэм ирихьэлӀэу». «Бзаджагъэ зыщӀэ дэтхэнэ зы цӀыхуми къылъысынур гуӀэгъуэрэ дэкъузэныгъэрэщ” (Рим. 2:5, 6, 9). GCKar 505.1

«Зинэ щӀакӀуэу, мыкъабзэу, мылъку зэзылъэфалӀэу, тхьэнапэм хуэлажьэу псэухэм щыщ зыми Тхьэмрэ Мэсихьрэ я пащтыхьыгъуэм щӀэин щаӀэнукъым» (Еф. 5:5). «Щихъагъэ зэрывиӀэным икӀи псоми фӀыуэ фазэрыхущытыным фегугъу, арыншауэ Зиусхьэныр зыми илъагъунукъым” (Евр. 12:14). «Я насыпщ Абы и унафэхэр зыгъэзащӀэхэм, гъащӀэм и жыгым хуитын папщӀэ, къалэм и куэбжэмкӀэ дыхьэфын папщӀэ. Губгъуэм къинэнущ — хьэщхьэрыӀуэхэр, удыгъэ зезыхьэхэр, зэхэгъэж зыщӀхэр, цӀыхуукӀхэр, тхьэнапэм хуэпщылӀхэр, пцӀыр фӀыуэ зылъэгъуа дэтхэнэри, пцӀы зылэжьахэри” (Откр. 22:14, 15). GCKar 505.2

Тхьэм цӀыхухэм Езым и хьэлыр къахузэӀуихащ. Гуэныхьым зэрыхущытри: «Зиусхьэнщ, Зиусхьэнщ Тхьэр, — цӀыхур фӀыуэ зылъагъущ, гущӀэгъулыщ, икъукӀэ тэмакъкӀыхьщ, куэду гущӀэгъу зыщӀщ, пэжщ, щӀэблэ миным нэсыху и гущӀэгъур зыхъумэщ, къуаншагъэри, щӀэпхъаджагъэри, гуэныхьри зыгъэгъущ” (Исх. 34:6, 7). «Ехъумэр Зиусхьэным фӀыуэ къэзылъагъу псори, ауэ бзаджащӀэ псоми лъапсэрыхыр къахуигъэкӀуэнущ» (Пс. 144:20). «Гуэныхь зыщӀэ псори ягъэкӀуэдыжынущ; бзаджащӀэхэм къэкӀуэну яӀэнукъым” (Пс. 36:38). Зиусхьэным и тепщэмрэ и къарумрэ къигъэсэбэпынущ зыкъэӀэтыныгъэм кӀэ иритын щхьэкӀэ; ауэ, итӀанэми, псори зэригъэпшынэжыну хьэкумыр захуагъэкӀэ ищӀэнущ гущӀэгъулыуэ, икъукӀэ тэмакъкӀыхьу, гууз-лыузу Тхьэм и хьэлыр зэрыщытым гурыӀуэу. GCKar 505.3

Тхьэм зыри хигъэзыхьыркъым, зыми лей ирихыркъым. ПщылӀым хуэдэу ухуэӀурыщӀэным Абы и гур хигъахъуэркъым. Ар хуейщ Езым и ӀэмкӀэ къигъэщӀахэм фӀыуэ къалъагъуну, Ар фӀыуэ плъагъуну хуэфащэщи. Ар хуейщ, цӀыхухэр езыхэр хуейуэ Абы едэӀуэну, абыхэм Ӏэмал иратащи, Тхьэм и Ӏущагъэр, и захуагъэр, и фӀыгъуагъэр ящӀэну. ИкӀи Тхьэр зыхуэдэр тэмэму къызыгурыӀуэхэм, Ар фӀыуэ ялъагъунущ, Абы и хьэлым къыдихьэхауэ я гур Абы кӀэрыпщӀэнущ. GCKar 505.4

Угъурлыгъэм, гущӀэгъу щӀыным, лъагъуныгъэм я принципхэм, КъегъэлакӀуэм Езым и щапхъэмкӀэ дызыхуригъэджахэм, Тхьэр зыхуэдэр пэж дыдэу ягъэлъагъуэр. Мэсихь жиӀащ, и Адэм и деж кърихахэм фӀэкӀа Абы нэгъуэщӀым зыми цӀыхухэр зэрыхуримыгъаджэр. Тхьэм и Пащтыхьыгъуэр зэрызригъакӀуэ принципхэр нэгъэсауэ гуроӀуэр КъегъэлакӀуэм и унафэхэм: «Фи бийхэр фӀыуэ флъагъу». БзаджащӀэхэм ехьэлӀауэ Тхьэм и захуагъэр игъэлъэгъуэнущ, ар щӀищӀэнури Дунеибэ псом и фӀыгъуэм и хьэтыркӀэщ, итӀанэ а хьэкумыр зытехуэнухэм я хьэтыркӀэщ. Ар хуеят ахэр насыпыфӀэ ищӀыну Езым къыдигъэкӀа унафэхэмрэ захуагъэмрэ ипкъ иткӀэ. Ахэр фӀыуэ зэрилъагъум и нэщэнэхэмкӀэ къеухъуреихь. Ахэр и Унафэхэм щыгъуазэ ещӀ, и гущӀэгъур къарегъэщэщэх, арщхьэкӀэ, ахэм Абы и фӀылъагъуныгъэр зрапэсыркъым, Абы и Унафэмрэ и гущӀэгъумрэ ялъагъу хъуркъым. Зэпымычу Абы и тыгъэхэр къаӀэрыхьэурэ, ахэм фӀыгъуэ псори КъызыбгъэдэкӀым и напэр трах; ахэм Тхьэр фӀыуэ ялъагъуркъым, я гуэныхьхэр Абы игу зэрытемыхуэр ящӀэри. Зиусхьэным шыӀэныгъэшхуэ хэлъу ахэм я ерыщагъыр ешэч, ауэ, икӀэм-икӀэжым, абыхэм Ӏыхьэ яхуэхъунур наӀуэ щыхъуну сыхьэтыр къэсынущ. Тхьэм зыкъэзыӀэтахэр и лъэныкъуэ илъэфыну лъэщыгъэкӀэ? И Ӏэмырыр абыхэм яригъэгъэзэщӀэну залымыгъэ ярихину? GCKar 506.1

ШейтӀаныр и пашэу щигъэтыну къыхэзыхауэ, абы и тепщэм щӀэтхэр Тхьэм и пащхьэ ихьэну хуэхьэзыркъым. Пагагъэм, пцӀым, цӀапӀагъэм, гущӀэгъуншагъэм я мыхъурыр абыхэм ятелъщ. Дауэ ахэр Уафэм кӀуэфыну зэрыжыпӀэнур, зытеплъэ мыхъуу мы щӀылъэм Ӏумпэм ящӀу щытахэм игъащӀэкӀи яригъусэну? ПцӀыупсым пэжыгъэр зэи ифӀэфӀынукъым; Ӏэдэбагъыр зыкъызыфӀэщӀыжауэ пагэм езэгъынукъым; къабзагъэр — цӀапӀагъэм, хьэрэмыгъэншэ фӀылъагъуныгъэр — щхьэхуещэм. Щхьэхуещэ защӀэу щӀылъэ Ӏуэхухэм итхьэкъуахэм сыт хуэдэ гуфӀэгъуэ Уафэм щагъуэтыфынур? GCKar 506.2

Дауэ хъун, Тхьэм еныкъуэкъуу зи гъащӀэр зыгъэкӀуэдахэр напӀэзыпӀэм Уафэм къыщыхутэфыну, лъапӀэныгъэ зыпылъу абы щытепщэ щихъагъэ нэгъэсар ахэм езэгъыну? Зи нэгум фӀылъагъуныгъэр къыщӀихыу, гуфӀэжу абы щыпсэухэм ахэр кӀэлъыплъы фыну? Зэи зэпымыу макъамэкӀэ Тхьэмрэ Щынэмрэ щагъэлъапӀэм, тахътэм Тесым зэпымычу къыбгъэдэкӀ нурыр къащэхужахэм къащытелыдыкӀым; Тхьэм, пэжыгъэм, лъапӀагъэм гущыкӀ хузиӀэхэр а цӀыху лъапӀэхэм епсэлъылӀэну хуеину, абыхэм я гъусэу щытхъу уэрэдхэр ягъэӀуну? Тхьэмрэ Щынэмрэ я щӀыхьыр ахэм яхуэшэчынут? Хьэуэ, иджыри зэ хьэуэ; абыхэм илъэс нейхэр гъэунэхуныгъэ пӀалъэу иратауэ щытащ, Уафэм папщӀэ я хьэлыр зрагъэпэщыну; арщхьэкӀэ, ахэм къабзагъэр фӀыуэ ялъагъуу зрагъэсакъым, Уафэм и бзэр абыхэм зрагъэщӀэфакъым, иджы икъукӀэ гуващ, къыкӀэрыхуащ. Тхьэм пэщӀэувэу зэрыпсэуам ахэр Уафэм емызэгъын ищӀащ. Абы и къабзагъэр, и лъапӀагъэр, и мамырагъэр абыхэм я дежкӀэ хьэзаб хъунут, Тхьэм и щӀыхьыр — узысыж мафӀэ яхуэхъунут. Ахэм а псор яхуэшэчынутэкъым, ахэр зыхуеинур зы закъуэт: а щӀыпӀэ лъапӀэр нэхъ псынщӀэу зэрабгынэнурт. Ахэр лӀэмэ куэдкӀэ нэхъ къащтэнут, ахэр къищэхужын папщӀэ ЛӀам и нэкӀум зыщагъэпщкӀун къудей щхьэкӀэ. GCKar 506.3

БзаджащӀэхэм я Ӏыхьэр езыхэм къыхахыжарщ. Ахэр езыхэр хуейуэ Уафэм зыхагъэкӀыжащ, Тхьэр япэми хуэдэу захуагъэ зыщӀэу, гущӀэгъулыуэ къэнэжынущ, ахэм яхуэмышэчыну щӀыпӀэм зэримыгъэкӀуамкӀэ. GCKar 507.1

Дунейр япэм зыкъутэжа псыдзэм и толъкъунхэм хуэдэу, къемэтмахуэм и мафӀэр Тхьэм гуэныхьым хуиуха Ӏыхьэу къэлъагъуэнущ. ГуэныхьыщӀэхэм Тхьэм и тепщэм едэӀуэну хуейуэ зыкӀи ягъэлъэгъуакъым. Ахэр зыхуеяр нэрылъагъу хъуащ мыарэзыуэ ныкъуакъуэу зэрыщытахэмкӀэ, иджы я гъащӀэр яуха нэужь, я гупсысэкӀэр яхуэхъуэжынукъым; хуабжьу къыкӀэрыхуащ унафэншагъэр къагъанэу, даӀуэу щӀадзэным, лъагъумыхъуныгъэр къагъанэу фӀылъагъуныгъэм зратыным. GCKar 507.2

Тхьэм цӀыхуукӀ-Каин и гъащӀэм щысхьри, псэууэ къыщигъэнам, абыкӀэ дунейм иригъэлъэгъуащ гуэныхьыщӀэр хуит ящӀрэ, зыхуей псор ищӀэну хуиту, игъащӀэкӀи ягъэпсэумэ, абы узыхуишэнур зищӀысыр. И щапхъэмкӀэ, адрейхэм ящӀригъэхуа и жьымкӀэ, Каин и щӀэблэ куэдыр гуэныхьым хуишащ, икӀэм-икӀэжым, «Тхьэм и пащхьэ щӀылъэр щызэкӀуэкӀащ, щӀым бзаджагъэр тез хъуащ” (Быт. 6:11), икӀи «цӀыхухэр сыт хуэдэ зэманми зэгупсысыр бзаджагъэт» (е-5-нэ Ӏыхьэ). GCKar 507.3

Дунейм игу зэрыщӀэгъум къыхэкӀкӀэ, Тхьэм щӀылъэм щыпсэухэр Нухь и зэманым игъэкӀуэдыжащ. А щхьэусыгъуэ дыдэр иӀэу, Абы цӀапӀагъэм зэщӀищта Содом жылэм щыпсэуахэри игъэкӀуэдыжащ. КъэгъэпцӀэным хуэӀэзэхэм яжь къащӀихуурэ, цӀыхубэр бзаджагъэ зыщӀэхэм я телъхьэ мэхъу, ядоӀэпыкъу икӀи апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ зэпымычу нэгъуэщӀхэри убатэныгъэм, зыкъэӀэтыныгъэм здыхашэр. Апхуэдэу щытащ Каини Нухьи, Ибрэхьими ЛутӀи я махуэхэм, апхуэдэущ зэрыщытыр ди махуэхэми. Дунеибэ псом игу зэрыщӀэгъум къыхэкӀкӀэ, Тхьэм, икӀэм-икӀэжым, и гущӀэгъур зымыдэхэр игъащӀэкӀи игъэкӀуэдыжынущ. GCKar 507.4

«Гуэныхьым пэкӀуэр лӀэныгъэщ, ауэ Тхьэм и тыгъэр — мыкӀуэдыж гъащӀэщ, ди Зиусхьэн Хьиса Мэсихь и фӀыгъэкӀэ” (Рим. 6:23). Пэжыгъэ зыщӀэу псэуахэм гъащӀэр щӀэин яхуэхъунущ, ауэ, бзаджагъэ зыщӀахэм Ӏыхьэ яхуэхъунур лӀэныгъэщ. Муса бегъымбарым Израил лъэпкъым яжриӀащ: «Мис, Сэ нобэ уэ гъащӀэмрэ фӀыгъуэмрэ, лӀэныгъэмрэ емрэ уахызогъадэ” (Втор. 30:15). Мыбдежым лӀэныгъэу зытепсэлъыхьыр, Ӏэдэм къылъыса лӀэныгъэракъым, сыту жыпӀэмэ, цӀыхубэ псом абы и къуаншагъэм и тезырыр яхьри. Зи гугъу ищӀыр «етӀуанэ лӀэныгъэрщ”, мыкӀуэдыжын гъащӀэм пэщӀэувэрщ. GCKar 508.1

Ӏэдэм и гуэныхьым къыхэкӀкӀэ цӀыху лэпкъыр зэрыщыту лӀэныгъэм и тепщэм щӀэхуащ. Псори зэхуэдабзэу кхъэ мащэм йохыр. АрщхьэкӀэ, Тхьэм и къегъэлыныгъэ мурадым кхъэ мащэм укъригъэлынущ, ухуеймэ. «ЛӀахэр къагъэтэджыжынущ, пэжыгъэ зыщӀахэри, бзаджагъэ зыщӀахэри” (Деян. 24:15). «Ӏэдэм и цӀэкӀэ псори зэрылӀэм хуэдэу, Мэсихь и цӀэкӀэ псори къэхъужынущ” (1 Кор. 15:22). АрщхьэкӀэ, а къагъэтэджыжыну гупитӀыр хуабжьу зэщхьэщокӀ. «Кхъэм щӀэлъ псоми Тхьэм и Къуэм и макъыр зэхахынурэ, фӀы зыщӀахэр гъащӀэ зратынухэр къыщагъэтэджыжкӀэ къыщӀэкӀыжынущ, Ӏей зыщӀахэр хьэкум зытращӀэнухэр къыщагъэтэджыжкӀэ къыщӀэкӀыжынущ (Ин. 5:28, 29). «Гъуэгу махуэ теуващ икӀи щихъхэщ япэу къагъэтэджыжынухэм яхэтынухэр: етӀуанэ лӀэныгъэм и ягъэ абыхэм къекӀынукъыми” (Откр. 20:6). Ауэ, хущӀегъуэжыныгъэрэ фӀэщхъуныгъэкӀэ зи гуэныхьхэр къызыхуэмыгъуахэм, я къуаншагъэм и тезырыр яхьыжын хуейщ — «гуэныхьым пэкӀуэр». Ахэм яхьыну тезырыр зэрекӀуэкӀынури, и хьэлъагъри, ялэжьам ипкъ иткӀэщ, итӀанэ, ахэм етӀуанэ лӀэныгъэр ягъуэтынущ. Тхьэм и захуагъэмрэ и гущӀэгъумрэ я принципхэм ипкъ иткӀэ гуэныхьыр къэзымыгъэна цӀыхур гуэныхьым и тезырым къригъэлыфынукъым, аращи, абы и гъащӀэр къыӀех, езы цӀыхум къызэрыхихамкӀэ псэуну зэрыхуимытыжым щхьэкӀэ, абы и ӀуэхухэмкӀэ гъащӀэ зэрыхуэмыфащэр нэрылъагъу ищӀащи. Тхьэм и Духым зи гур зезыгъэкӀуа тхакӀуэм жеӀэр: «Иджыри зы тӀэкӀу дэкӀыжмэ, бзаджащӀэ щыӀэжынукъым, ар здэщыта щӀыпӀэм уеплъынурэ, бгъуэтыжынукъым», «ахэр щымыӀагъэххэм хуэдэу щытынущ” (Пс. 36:10; Авд. 16). Я напэр текӀарэ емыкӀум щӀигъэнауэ ахэр игъащӀэкӀи кӀуэдыжынущ, игъащӀэкӀи псоми ящыгъупщэжынущ. GCKar 508.2

Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ гуэныхьым кӀэ иратынущ, гуауэуи гугъуехьуи къыздихьа псори дэщӀыгъуу. ЗэчырусакӀуэм жеӀэр: «Уэ лъэпкъхэм уахуэгубжьри, бзаджащӀэхэр бгъэкӀуэдыжащ, абыхэм я цӀэр игъащӀэкӀи цӀыхухэм ящыбгъэгъупщэжащ. Бийр Ӏэщэншэ дыдэ хъуащ, къалэхэри Уэ зэтепкъутащ, зыми игу къэмыкӀыжын хуэдэу» (Пс. 9:6, 7). Яхья КъызэӀузых Тхылъым, гъадэщӀыдэр щилъагъум Дунеибэ псом ягъэӀу щытхъу уэрэду диссонанс зыхэмылъыр зэхихащ. Тхьэм уафэми щӀылъэми къыщигъэщӀа псоми щӀыхь къызэрыхуащӀыр илъэгъуащ (еплъ Откр. 5:13). А зэманым кӀуэдыпӀэм ит зы псэ щыӀэнукъым, Зиусхьэным хуэхъущӀэн хуэдэу, жыхьэрмэ мафӀэм хэту зызэхуэзышэхэм, хьэзаб зышэчхэм я щэӀу макъ къелахэм я уэрэд лъапӀэхэм яхэӀуэнукъым. GCKar 509.1

МылӀэжыныгъэ езыр-езыру щыӀэу жызыӀэ доктринэм къыхэкӀащ цӀыхур лӀа нэужь зэхэщӀыкӀ иӀэу къанэу ялъытэныр, игъащӀэкӀи хьэзаб шэчыныр я нэгу къызэрыщӀагъэхьэм хуэдэу, ари Библием узыхуригъаджэм пэщӀоувэр, губзыгъагъэ гупсысэкӀэми, цӀыхугъагъэми пэщӀоувэр. Куэдым ягу ирихь а доктринэм ипкъ иткӀэ, къелауэ уафэм щыӀэхэр щӀылъэм къыщыхъухэм, щекӀуэкӀхэм кӀэлъыплъ хуэдэщ, псом хуэмыдэу абыхэм къагъэна я ныбжьэгъухэм я Ӏыхьлыхэм я гъащӀэхэм. Ауэ дапхуэдэ щӀыкӀэу къелауэ уафэм щыӀэхэр насыпыфӀэу зэрыщытыфынур, я Ӏыхьлыхэм я гуауэщхьэуэ псор ялъагъуу, абыхэм ящӀэ гуэныхьхэр, я нэщхъеягъуэхэр, я гузэщыуэхэмрэ я хьэзабхэмрэ ялъагъуу? Дауэ абыхэм насыпыфӀэу зэрызалъытэжынур, а псор здалъагъум? Сытым хуэдэу гущыкӀыгъуэ а гъэсэныгъэр, цӀыху Ӏэпкълъэпкъым бэуэныгъэр зэрыхэкӀыу, хущӀемыгъуэжа цӀыхум и псэр жыхьэрмэ мафӀэм къыщыхутэу! Сыт хуэдэ хьэзаб псэкӀэ яшэчын хуей, зи ныбжьэгъухэр лӀэныгъэм зыхуэзымыгъэхьэзырауэ зылъагъухэм, игъащӀэ псокӀи кӀэ имыӀэу абыхэм я гуэныхьхэм щхьэкӀэ хьэзаб зэрашэчынур здащӀэм! ЦӀыху куэдым я акъылыр зэӀыхьащ а гупсысэ гузэвэгъуэм къыхэкӀкӀэ. GCKar 509.2

Тхыгъэ ЛъапӀэм сыт жиӀэр а упщӀэхэм ехьэлӀауэ? Даут жеӀэр, цӀыхум лӀа нэужь и акъылыр зэримыӀэжыр. «И бауэныгъэр хокӀри, ар щӀым хохьэж; а махуэм абы и гупсысэ псори мэкӀуэд” (Пс. 145:4). Сэлмэни а гупсысэм щыхьэт тохъуэр: «Я фӀылъагъуныгъэри, я жагъуэри, я езыфыгъулӀагъри кӀуэдащ, абыхэм игъащӀэкӀи Ӏыхьэ щаӀэжкъым дыгъэм и лъабжьэм щекӀуэкӀ зыми”. «Кхъэ мащэ уздэкӀуэнум лэжьыгъи, гупсыси, щӀэныгъи, Ӏущагъи щыӀэкъым» (Еккл. 9:6,10). GCKar 509.3

Езекие и тхьэлъэӀум и жэуапу и гъащӀэм иджыри илъэс пщыкӀутху къыхупащауэ щытащ. Абы щыгъуэм фӀыщӀэ ищӀу Езекие пащтыхьым Тхьэм щытхъушхуэ хуищӀащ и гущӀэгъу иным щхьэкӀэ. «Хьэдрыхэркъым, лӀэныгъэркъым узыгъэлъапӀэр, кхъэ мащэм ехахэракъым уи пэжыгъэм щыгугъыр. Псэурщ, псэу закъуэрщ Уэ узыгъэлъэпӀэнур, иджыпсту сэ зэрысщӀэм хуэдэу» (Ис. 38:18,19). Зызыубгъуа теологием цӀыху щыпкъэу дунейм ехыжар уафэм щыӀэу жеӀэр, мылӀэжыныгъэ зиӀэхэм я бзэкӀэ, псэупӀэ тхьэгъуэхэм игъащӀэкӀи Тхьэр щагъэлъапӀэу, арщхьэкӀэ, Езекие апхуэдэ махуэ дахэ, апхуэдэ къэкӀуэну гъуэзэджэ лӀэныгъэм хилъагъуэркъым. Абы и псалъэм тохуэ зэчырусакӀуэм и щыхьэтри: «ЛӀэныгъэм Уэ узыщӀэж зыри щыӀэкъым, бэным дэлъу хэт Уэ узыгъэлъэпӀэнур? «ЛӀахэракъым Зиусхьэныр зыгъэлъэпӀэнур, кхъэ мащэм еххэракъым» Пс. 6:6; 113:25). GCKar 510.1

Петр етхущӀанэ махуэм я адэжь Даут теухуауэ мыр жиӀащ: «Ар лӀэри, щӀалъхьэжащ и кхъэлэгъунэри иджыри къыздэсым ди деж щыӀэщ”. «Даут уафэм дэкӀуеякъым” (Деян. 2:29, 34). Даут кхъэм зэрыщӀэлъщ, икӀи ар щыхьэт тохъуэр, лӀа нэужь цӀыху щыпкъэхэр уафэм къызэрыщымыхутэм. Даут, икӀэм-икӀэжым, уафэм дэкӀуейуэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ щытӀысыфынур, Мэсихь къызэрыхъужам и фӀыщӀэкӀэ къыщагъэхъужкӀэщ. GCKar 510.2

Павел жеӀэр: «ЛӀахэр къэмыхъужыну арамэ, Мэсихьи къэхъужакъым; Мэсихь къэмыхъужамэ, фи фӀэщхъуныгъэм мыхьэнэ иӀэкъым: фи гуэныхьхэр иджыри фтелъыжщи; абы къыхэкӀкӀэ Мэсихь зи фӀэщ хъууэ лӀахэр кӀуэдауэ мэхъур» (1 Кор. 15:16-18). Илъэс миниплӀым и кӀуэцӀкӀэ цӀыху щыпкъэу псэуахэр зэрылӀэу уафэм занщӀэу кӀуэуэ щытамэ, Павел дауэт зэрыжиӀэфынур, лӀахэр къамыгъэхъужыну щытмэ, Мэсихь зи фӀэщ хъууэ дунейм ехыжахэр кӀуэдынущ жиӀэу? Абы щыгъуэм лӀахэр къэбгъэхъужын хуейуэ щытынутэкъым. GCKar 510.3

Хьэзаб зрагъэшэча Тиндал лӀахэм я щытыкӀэм теухуауэ мыпхуэдэу жиӀащ: «Сэ псоми ящӀэну сыхуейщ, Мэсихьрэ Тхьэм и мелыӀычхэмрэ ящӀыгъуу ахэр щӀыхьышхуэм хэтщ зэрысхужымыӀэнур. Сэ си фӀэщхъуныгъэр абы арэзы техъуэфынукъым, ар апхуэдэу щытмэ, Ӏэпкълъэпкъ яӀэу лӀахэр къызэрагъэтэджыжынум теухуауэ уаз жытӀэхэм мыхьэнэ лъэпкъ яӀэкъым”. GCKar 510.4

МылӀэжыныгъэ щыӀэу цӀыхухэм гугъэ зэраӀэм къыхэкӀкӀэ, псоми къафӀэмыӀуэху хъуащ, лӀахэр къызэрагъэтэджыжынум теухуауэ Бибилием узыхуригъаджэхэр. Ар апхуэдэу зэрыщытыр пхущӀэхъумэнукъым. Абы топсэлъыхь Адам Кларк, мыпхуэдэу жиӀэурэ: «ЛӀахэр къызэрагъэхъужынум теухуа гъэсэныгъэм япэрей чристэнхэм ӀэджэкӀэ гулъытэ нэхъыбэ хуащӀу щытащ, иджырей зэманым нэхърэ! Сыт апхуэдэу щӀэхъуар? Хьиса и лӀыкӀуэхэм а гъэсэныгъэм гулъытэ лей хуащӀу щытащ, икӀи ар къагъэсэбэпурэ Зиусхьэным хуэпэжхэр ягъэгушхуэрт, ягухэр фӀы хуащӀырт, я фӀэщхъуныгъэр ягъэбыдэрт. Абыхэм я гъуэгу ирикӀуэхэм ди зэманым зэзэмызэхэщ лӀахэр къызэрагъэтэджыжынум и гугъу зэращӀыр. Япэрей чристэнхэм лӀахэр къызэрагъэтэджыжынур я фӀэщ зэрыхъуу щытар Хьиса и лӀыкӀуэхэр абы зэрытепсэлъыхьым хуэдэут, атӀэ абы теухуауэ дэ ди уазхэр зыхуэдэр нэрылъагъу ещӀ къыдэдаӀуэхэм ар я фӀэщ зэрыхъур зыхуэдизым. Инджылым нэхъ гулъытэшхуэ зыхуищӀыр лӀахэр къызэрагъэтэджыжынум теухуа хъыбарырщ, иджырей зэманым ягъэӀу уазхэм фӀэщхъуныгъэм ехьэлӀа зы упщӀи апхуэдизу гулъытэншэу къафӀэмыӀуэхуу къагъанэкъым мыбы хуэдэу”. GCKar 510.5

А Ӏуэхур апхуэдэурэ екӀуэкӀащ, лӀахэр къызэрагъэтэджыжынум теухуа пэжыгъэ лъапӀэр кӀыфӀыгъэм щӀихъумэжыпэным зы тӀэкӀу фӀэкӀ къэмынэжыху, чристэн жылагъуэм ар яфӀокӀуэдыжыпэ жыуагъэӀэу. Зы дин тхакӀуэ цӀэрыӀуэм, Хьиса и лӀыкӀуэ Павел и псалъэхэр 1 Фес. 4:13-18), къыщихьым мыпхуэдэу жиӀащ: «ЦӀыхухэм я гур фӀы зэрытщӀ, дызыгъэтынш доктринэм, тхъэгъуэ мылӀэжыныгъэ щызыгъэӀэм, ди гупсысэм къыхегъэкӀ Зиусхьэныр ЕтӀуанэу къызэрыкӀуэнум теухуауэ шэч къызытехьэгъуафӀэ сыт хуэдэ гъэсэныгъэри. ДылӀа нэужь, Зиусхьэныр къокӀуэр дыкъищтэжыну. Ардыдэрщ дэ дызэжьэри дызыщыгугъри. ЛӀахэр щӀыхьым хыхьащ, хьэкумымрэ мыкӀуэдыжын тхъэгъуэмрэ къызэрыблагъар зыгъэӀу бжьамийм и макъым ахэр ежьэжыркъым». GCKar 511.1

АрщхьэкӀэ, Хьиса и еджакӀуэхэр къыщигъэнэн щыхъум, абыхэм яжриӀакъым, ахэр мыгувэу Езым и деж къэкӀуэну. «Сэ фэ псэупӀэ фхуэзгъэхьэзырыну сокӀуэр, — жиӀащ Абы, — сыкӀуэрэ, псэупӀэ фхуэзгъэхьэзыра нэужь, аргуэру сыкъэкӀуэнурэ си деж фысшэнущ, Сэ сыздэщыӀэм фэри фыщыӀэн папщӀэ» (Ин. 14:2, 3). Павел адэкӀэ къыпещэр: «Тхьэм и мелыӀыч пашэмрэ Тхьэм и бжьамиймрэ хъыбар дагъащӀэу Езы Зиусхьэныр уафэм къехынущ. Абы щыгъуэм Мэсихь фӀэщхъуныгъэ хуаӀэу дунейм ехыжахэр нэхъапэу къэхъужынурэ, итӀанэ, дэ, псэууэ дыкъэнахэр абыхэм дащӀыгъуу хьэуам дыхэту, пшэм дытету Зиусхьэным дыӀущӀэнущ. Апхуэдэу игъащӀэкӀэ Зиусхьэным дригъусэнущ”. АдэкӀи къыпещэр: «Аращи, мы псалъэхэмкӀэ зым адрейм и гур ирегъэгушхуэ» (1 Фес. 4:16-18). Уи гур фӀы зыщӀ мы псалъэхэр зыкӀи гъунэгъуу бгъэдыхьэркъым универсалистскэ члисэм и дин-лэжьакӀуэм и уазым къыхэтхыу ищхьэкӀэ дызыхэплъахэм! Абы зи гур гуауэм зэхикъута и ныбжьэгъухэр тригъэужыну иужь итт, ящӀа гуэныхь зыми емылъытауэ лӀахэр уафэм ирагъэблэгъауэ, мелыӀычхэм ядэпсэуну жиӀэурэ. АтӀэ Павел и къуэшхэр здигъаплъэр Мэсихь иджыри къыщыкӀуэнурщ, кхъэ мащэхэм я Ӏэхъулъэхъухэр зэхакъутэу, «Мэсихь фӀэщхъуныгъэ хузиӀэу дунейм ехыжахэр» игъащӀэкӀи псэуну къыщыхъужынурщ. GCKar 511.2

Тхъэгъуэ псэупӀэм цӀыхур ихьэн ипэ, абы и гъащӀэмрэ и хьэлымрэ быдэу къахутэн хуейщ; дэтхэнэ зыми и Ӏуэхухэр Тхьэм къипщытэн хуейщ. Тхылъхэм ярытым ипкъ иткӀэ, псоми хьэкум тращӀэнурэ я Ӏуэхухэм елъытауэ щхьэж хуэфащэр къыӀэрыхьэнущ. А хьэкумыр цӀыхур лӀа нэужь занщӀэукъым щекӀуэкӀынур. Гу лъыфтэт Хьиса и лӀыкӀуэ Павел и псалъэхэм: «Абы захуагъэкӀэ Дунеибэм хьэкум щытрищӀэну махуэ игъэхьэзыращ. Езым къыхихащ хьэкумщӀакӀуэу щытыну ЛӀыр. Абы теухуауэ псоми щыхьэтыгъэ къахуихьащ Хьиса лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжри” (Деян. 17:31). Мыбдежым Тхьэм и лӀыкӀуэм къехьэкӀ-нехьэкӀ хэмылъу жеӀэр зэман хэха къэкӀуэн хуейуэ зэрыщытыр, дунейм хьэкум щытращӀэну ягъэувар. GCKar 512.1

«Тхьэм и мелыӀыч пашэмрэ Тхьэм и бжьамиймрэ хъыбар
дагъащӀэу Езы Зиусхьэныр уафэм къехынущ. Абы щыгъуэм
Мэсихь фӀэщхъуныгъэ хуаӀэу дунейм ехыжахэр нэхъапэу
къэхъужынурэ, итӀанэ, дэ, псэууэ дыкъэнахэр абыхэм дащӀыгъуу
хьэуам дыхэту, пшэм дытету Зиусхьэным дыӀущӀэнущ. Апхуэдэу
игъащӀэкӀэ Зиусхьэным дригъусэнущ”. АдэкӀи къыпещэр:
«Аращи, мы псалъэхэмкӀэ зым адрейм и гур ирегъэгушхуэ»
 

Иуди а зэманым и гугъу ещӀ: «Зи щӀыхьыр зымыхъумэжу, зи псэупӀэхэр зыбгына мелыӀычхэри, кӀыфӀыгъэм хэту, игъащӀэкӀи гъэру хуехъумэр къемэтмахуэшхуэм». АдэкӀэ къыпещэ Енох и псалъэхэм: «Мес, Зиусхьэныр къокӀуэр мелыӀыч Ӏэджэ дэщӀыгъуу — псоми я хьэкумыр ищӀэну» (Иуд. 6, 14, 15). Яхья жеӀэр: «Къэслъэгъуащ сэ лӀахэр, цӀыкӀухэри инхэри Тхьэм и пащхьэ иту... лӀахэм хьэкум тращӀащ тхылъхэм ярытым ипкъ иткӀэ, ялэжьахэм хуэфащэу» (Откр. 20:12). GCKar 512.2

Ауэ языныкъуэ лӀахэр Уафэм гуфӀэжу щыӀэрэ, адрейхэм жыхьэрмэм хьэзабыр щашэчмэ, сыт абы щыгъуэм къэкӀуэну хьэкумыр щыӀэн щӀыхуейр? А мыхьэнэшхуэ зиӀэ упщӀэхэм ехьэлӀауэ Тхьэм и Псалъэм узыхуригъаджэр зэхэщӀыкӀыгъуафӀэ дыдэу ӀупщӀщ, уеблэмэ, цӀыху нэхъ къызэрыгуэкӀ дыдэхэми къагурыӀуэфынущ. Ауэ акъыл зэтес зиӀэ цӀыхум а хуабжьу зызыубгъуа теорием захуагъэу е губзыгъагъэу къыхигъуэтэфынур сыт? Дауэ цӀыху щыпкъэхэм «хъарзынэщ, упщылӀыфӀщ, укъысхуэпэжащ... уи зиусхьэным и гуфӀэгъуэм къыхыхьэ”, псалъэхэр зэрызэхахыфынур, ахэр абы куэд щӀауэ щаригъусэкӀэ, пщӀэну щыткъым лӀэщӀыгъуэ зыкъомкӀэ игъусагъэнкӀи хъунщ? Дауэ хъун, бзаджащӀэхэр жыхьэрмэм и гъунэ псомкӀи къыщызэщӀакъуэжыну, дуней псом я ХьэкумщӀакӀуэм къыжьэдэкӀыу Ӏыхьэ яхуэхъунур зэхахын щхьэкӀэ: «Нэлат зытелъхэр, фыкъызбгъэдэкӀи, мыункӀыфӀыж мафӀэм фыхыхьэ?» (Мф. 25:21,41). Тхьэм и Ӏущыгъэмрэ и захуагъэмрэ зэрагъэпудымкӀэ сыту ауанышхуэ, сыту емыкӀушхуэ къахьрэ! GCKar 513.1

Псэм мылӀэжыныгъэ иӀэу жызыӀэ теориер мажусийхэм я деж къыщищтэу Римым чристэн диным хигъэпщӀа гъэсэныгъэ нэпцӀхэм ящыщ зыщ. Мартин Лютер а гъэсэныгъэр хуигъадэт «делагъэ шыпсэхэм, вэнвей самэ къэзыгъэхъухэу римым и унафэхэм щыщу”. Сэлмэн и Екклесиаст Тхылъым щыщ мы псалъэхэр: «лӀауэ щытхэм зыри ящӀэкъым, лӀа нэужь” жыхуиӀэр гурыӀуэгъуэ ищӀурэ реформаторым етхыр: «Ари иджыри зы щыхьэтщ, лӀахэм зыри зэрамыщӀэр... зыри зэрызэхамыщӀэр къэзыгъэлъагъуэу. Абы къалэни, ӀэщӀагъи, щӀэныгъи, Ӏущыгъи зыри щыӀэкъым. Аращ Сэлмэн щӀыжиӀэр ахэр жейуэ, зыри зэхамыщӀэу. Абыхэм я дежкӀэ махуи, илъэси щыӀэкъым, икӀи ахэр къэушыжа нэужь зы напӀэзыпӀэ фӀэкӀа мыжеяуэ къащыхъунущ». GCKar 513.2

Тхыгъэ ЛӀапӀэм зыщӀыпӀи къыщыбгъуэткъым цӀыху щыпкъэхэм лӀа нэужь къазэрыхуэупсэнур занщӀэу къаӀэрыхьэу, бзаджащӀэхэми занщӀэу тезырыр тралъхьэу. Адэжьхэми бегъымбархэми апхуэдэкӀэ дыкъагъэгугъакъым. Мэсихьи, Абы и лӀыкӀуэхэми жыжьэуи гъунэгъууи апхуэдэ лъэпкъ зыпхагъэӀукӀакъым. Библием гурыӀуэгъуэу урегъаджэр, лӀахэр занщӀэу уафэм зэрымыкӀуэм. Абыхэм теухуауэ зэрыжиӀэр ахэр жейуэщ псори къагъэхъужыху (еплъ. 1 Фес. 4:14; Иов 14:10-12). А махуэм дыжьын лэрыпсыр зэпычу, абы пыщӀа дыщэ уэздыгъэр щыщэщэжым (еплъ Еккл. 12:6), цӀыхум и гупсысэ псори мэкӀуэд. Кхъэ мащэм еххэр къэрал щэхум йох. Абыхэм афӀэкӀа зыри хащӀыкӀыжкъым дыгъэм и лъабжьэм къыщыхъухэм (еплъ. Иов 14:21). Езэша цӀыху щыпкъэм и дежкӀэ тхъэгъуэ зыгъэпсэхугъуэщ! Зэманыр кӀыхьми кӀэщӀми, абыхэм я дежкӀэ напӀэзыпӀэм хуэдизщ зэрыхъур. Ахэр мэжей, Зиусхьэным и бжьамийм ахэр щӀыхь пылъу мылӀэжыныгъэ яӀэн щхьэкӀэ къигъэушыжынущ. «Бжьамийр къэӀунурэ, лӀахэр мылӀэжыныгъэ яӀэу къэхъужынущ, дэри зытхъуэжынущ: пкъы фыжынум мыфыжыныгъэ фащэр зыщитӀэгъэн хуейщ, лӀэжыныгъэ зиӀэм — мылӀэжыныгъэ фащэр зыщитӀэгъэн хуейщ. Фыжыныгъэ зиӀэ пкъым, мыфыжыныгъэ фащэр зыщитӀэгъа нэужь, лӀэжыныгъэ зиӀэ пкъым мылӀэжыныгъэм и фащэр зыщитӀэгъа нэужь, итӀанэ Тхыгъэ ЛъапӀэм мыпхуэдэу ит псалъэхэр зэщӀэнущ: «Тхьэм текӀуэныгъэр къихьри, лӀэныгъэр игъэкӀуэдащ” (1 Кор. 15:52-54). Жей кум хэту къагъэушыжахэм лӀэныгъэм я гъащӀэр щызэпичауэ щыта сыхьэтым къыщыпащэжауэ псэун щӀадзэжынущ. Абыхэм я зэхэщӀыкӀыр щыункӀыфӀ дакъикъэм лӀэныгъэм и хьэзабыр яшэчащ; иужь дыдэу ахэр зэгупсысар кхъэ мащэм и тепщэм зэрыщӀыхьэрт. Ахэр кхъэ мащэм къикӀыжа нэужь, абыхэм я гуфӀэгъуэу япэ гупсысэр текӀуэныгъэ макъ хъунущ: «ЛӀэныгъэ! Дэнэ щыӀэ уи шэрэзыр? Жыхьэрмэ, дэнэ щыӀэ уи текӀуэныгъэр?” (Пыч. 55).  GCKar 513.3