Loading...

Loading

Loading
(You are in the browser Reader mode)

37 ӀЫХЬЭ—ТХЫГЪЭ ЛЪАПӀЭМ УИГЪЭЩХЬЭРЫУЭНУКЪЫМ

« хьэм и унафэмрэ Тхыгъэ ЛъапӀэмрэ зыхуэвгъазэ. Абыхэм емызэгъыу хэт сыт жиӀэми, пэжыгъэм и нэхур хэлъкъым» (Ис. 8:20). Бегъымбарым Тхьэм и лъэпкъым яжреӀэр Тхыгъэ ЛъапӀэм зыхуагъэзэну, егъэджакӀуэ нэпцӀхэмрэ бзаджэнаджэхэмрэ я гъэӀулэныгъэм быдэу щызыхъумэфынум. ШейтӀаным сыт хуэдэ Ӏэмалри къегъэсэбэп, цӀыхухэм Библиер яримыгъэджын щхьэкӀэ, а Тхылъым ӀупщӀу къиӀуатэхэм абы и пцӀыр къызэрыщӀигъэщым щхьэкӀэ. Тхьэм и лэжьыгъэр цӀыхухэм я деж щефӀэкӀуэхукӀэ ем ипщри нэхъ жыджэр мэхъу; иджы зэманым абы къарууэ иӀэр зэщӀекъуэр, Мэсихьрэ Абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ ятекӀуэн папщӀэ. Куэд мыщӀу дэ дыӀууэнущ иужь дыдэу абы зэрихьэну гъэпцӀагъэ иным. МэсихьнэпцӀым ди нитӀкӀэ тлъагъуу и телъыджэлажьэхэр къигъэхъунущ. Тхьэм и къарууэ къытфӀигъэщӀыну пылъу абы илэжьынухэр апхуэдизкӀэ къэщӀэгъуейуэ щытынущи, Тхыгъэ ЛъапӀэмкӀэ фӀэкӀа пхузэхэгъэкӀынукъым пэжыгъэмрэ пцӀымрэ. Дэтхэнэ зы телъыджэри гъэунэхун хуейщ Библием и щыхьэтыгъэмкӀэ. GCKar 556.1

Тхьэм и унафэхэм едаӀуэхэм хуабжьу къыпэувынухэщ, ауан къащӀу. Ахэр мылъэпэрапэу къызэтезыгъэнэфынур Тхьэм и закъуэщ. Къапэщылъ гъэунэхуныгъэхэр яшэчыфын папщӀэ, Тхьэм и Ӏэмыру и псалъэмкӀэ къызэӀуихауэ щытым щыгъуазэ защӀын хуейщ ахэм, — итӀанэщ Тхьэр зэрыгъэлъэпӀэн хуейм хуэдэу щагъэлъэпӀэфынур; Абы и хьэлыр тэмэму къагурыӀуэу щытмэщ, Абы и Ӏуэху зехьэкӀэхэм я принципхэр ящӀэрэ и мурадхэр къагурыӀуэмэщ езыхэми ялэжьыпхъэхэр щащӀэфынур. Зи акъылыр Библием ит пэжыгъэхэм хуэӀурыщӀэу езыгъэсахэм я закъуэщ иужь бэнэныгъэ иным къызэтенэнухэр. Дэтхэнэ зыми и щхьэкӀэ жэуап иритыжын хуейщ мы упщӀэм: цӀыхухэм нэхърэ Тхьэм нэхъыбэу седэӀуэн хуей? Гъэунэхуныгъэм и зэхэгъэкӀыгъуэ сыхьэтыр къоблагъэ. Ди лъэхэр Тхьэм и Псалъэ къырым хуэдэу зызымыхъуэжхэм быдэу тет? Дыхуэхьэзыр Тхьэм и Унафэхэмрэ Хьиса и фӀэщхъуныгъэмрэ быдэу тхъумэжыным? GCKar 556.2

Жорым кӀэраӀулӀэн ипэ КъегъэлакӀуэм и гъэсэнхэм яжриӀат, Ар яукӀыу, итӀанэ, лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжынур, абы щыгъуэм Тхьэм и мелыӀычхэм ялъэкӀ къагъэнакъым Абы и псалъэхэр апостолхэм ягу ирырагъэубыдэн папщӀэ. АрщхьэкӀэ, Мэсихь и еджакӀуэхэр икъукӀэ щӀэхъуэпсхэрт римлянхэм я тепщэм къыщӀэкӀыжыну, арати, я гугъэ псори къахуэзыщӀэфыну зыщыгугъ Закъуэр емыкӀу лӀэкӀэкӀэ лӀэн хуейуэ апхуэдэ гупсысэ къудейр абыхэм я гум техуатэкъым. Абыхэм ягу къинэн хуея псалъэхэр псынщӀэ дыдэу ящыгъупщэжри, ахэр хутыкъуауэ гъэунэхуныгъэр къакӀэщӀыхьащ. Хьиса и лӀэныгъэм абыхэм я гугъэ псори зэхикъутащ, Абы ахэр сакъыну зэи имыущия хуэдэ. БегъымбарӀуатэхэми къэкӀуэнур апхуэдэу наӀуэу къытхузэӀуах, Хьиса и гъэсэнхэм къазэрыхузэӀуихам хуэдэу. Гъэунэхуныгъэ зэманым и кӀэухым епха къэхъункъэщӀэнхэри гузэвэгъуэ зэманым зыхуэгъэхьэзырын зэрыхуейри, пыухыкӀауэ, зэхэщӀыкӀыгъуэу къэӀуэтауэ щытщ. Ауэ куэдым зы цӀыкӀу къагурыӀуэркъым а пэжыгъэ лъапӀэхэр, ахэр Библием и напэкӀуэцӀхэм имыт хуэдэ. ШейтӀаным еш имыӀэу, щӀэмычэу йогугъу, Ӏущ ящӀу къезыгъэлыну Ӏуэхухэм цӀыхухэм гулъытэ зэрыхуаримыгъэщӀыным, гузэвэгъуэ зэманыр цӀыхухэм зыхуамыгъэхьэзырауэ къызэригъэсыным. GCKar 557.1

Уафэгум иту, мелыӀыч лъапӀэхэм ар ягъэӀун хуейуэ, Тхьэм цӀыхухэм апхуэдизу пэжыгъэ лъапӀэхэр къащыхуригъэхькӀэ, Абы къегъэув акъыл зиӀэ дэтхэнэ зы цӀыхуми а хъыбархэм хуэфащэ гулъытэ хуащӀыпхъэу. ХьэкӀэкхъуэкӀэмрэ абы и образымрэ щхьэщэ хуэзыщӀынум тращӀыхьа хьэкум шынагъуэм (еплъ Откр. 14: 9-11), цӀыхухэм ягу къигъэкӀын хуейщ, егугъуу бегъымбарӀуатэхэр яджын зэрыхуейр, хьэкӀэкхъуэкӀэм и дамыгъэр зищӀысымрэ, икӀи абы зэрызыщахъумэфынумрэ абыхэм тэмэму къагурыӀуэн папщӀэ. АрщхьэкӀэ, цӀыхубэм я тхьэкӀумэр пэжыгъэм хузэхуащӀынурэ, шыпсэхэм зратынущ. Апостол Павел, дунейм и иужь махуэхэм екӀуэкӀыну бэнэныгъэхэр илъагъури, итхащ: «гъэсэныгъэ купщӀафӀэхэр цӀыхухэм щамыдэжыну зэман къэкӀуэнущ» (2 Тим. 4:3). А зэманыр къэсакӀэщ. ЦӀыхухэм Библием ит пэжыгъэхэр къащтэну хуейкъым, гуэныхьыр гум щагъафӀэри, шейтӀаным гъэпцӀагъэкӀэ къащигъэхъухэмкӀэ ягухэр ягъэпсэхури. GCKar 557.2

Ауэ Зиусхьэным щӀылъэм лъэпкъ щиӀэщ, Библие закъуэм фӀэкӀа нэгъуэщӀ пщалъэ ямыӀэу — гъэсэныгъэ псори, сыт хуэдэ реформэхэри абыкӀэ къапщытэу. Еджагъэшхуэхэм я зы еплъыкӀи, щӀэныгъэм къихутахэри, Ӏиманым и дамыгъэхэри, утышхуэхэм къыщащта унафэхэри, къащхьэщыт члисэхэр зэрыхъушэм, зэрызэтемыхуэм хуэдэу зи бжыгъэкӀэ куэдхэр, зэхуэмыдэхэр, нэхъыбэм я гугъэхэри — ахэр зыри щыхьэт хуэхъуфынукъым е мыпэжу къыщӀрагъэдзыфынукъым фӀэщхъуныгъэм ехьэлӀа зы упщӀэ нэхъ мыхъуми. Гъэсэныгъэ е ущие гуэр къэтщтэн ипэ, дэ Тхьэм и Псалъэм и щыхьэтыгъэ наӀуэ дагъэлъагъун хуейщ: «Зиусхьэным мыпхуэдэу жеӀэр», — жаӀэу. GCKar 558.1

ШейтӀаныр увыӀэгъуэ имыӀэу хущӀокъу ди гулъытэр Тхьэр къэдгъанэу цӀыхухэм зэрыхудигъэгъэзэным. Абы цӀыхухэр щихънагъхэм, щоджэнхэм, дин-лэжьакӀуэхэм профессорхэм я ущиякӀуэхэм хуэдэу дрегъэплъей, Тхыгъэ ЛъапӀэр яджурэ я къалэныр езыхэм къащӀэжыным и пӀэкӀэ. А унафэщӀхэм я акъылыр зэрыхуейм хуэдэу шейтӀаным зэригъакӀуэурэ, ахэр къигъэсэбэпурэ цӀыхухэм зыхуейр ирегъэщӀэф. GCKar 558.2

Мэсихь гъащӀэм и Псалъэхэр щыжиӀэм, Абы гуфӀэу къедэӀуахэр цӀыху къызэрыгуэкӀхэм я закъуэтэкъым, атӀэ, уеблэмэ, щоджэн куэдми, уэлий куэдми Ар я фӀэщ хъуащ. Ауэ щоджэн пашэхэмрэ лъэпкъым я нэхъыщхьэхэмрэ мурад быдэ ящӀат, Абы и гъэсэныгъэхэр ямыдэу хьэкум тращӀыхьыну. Ар зэрагъэкъуэншэн къахуэмыгъуэта щхьэкӀэ, Абы и псалъэхэм хэлъ Тхьэм и къарумрэ и Ӏущагъэмрэ зэхамыщӀа щхьэкӀэ, щхьэрыуагъэхэм ятхьэкъуауэ здэщытым, Хьиса Мэсихьу къызэрыкӀуар къэзыгъэлъагъуэ щыхьэт наӀуэхэр абыхэм ядакъым, Абы и гъуэгу темыувэн къудей щхьэкӀэ. Хьиса и ныкъуэкъуэгъу цӀыхухэр цӀыхубэм пщӀэшхуэ зыхуащӀхэрт, пэпсэлъэж лъэпкъ хэмылъу, абыхэм жаӀэр ягъэзащӀэу, я сабиигъуэм къыщыщӀэдзауэ журтхэр ягъэсауэ щытт. «Сыт, — жаӀэрт абыхэм, — ди лӀыщхьэхэми ди еджагъэшхуэ тхылъхъумэхэми Хьиса я фӀэщ щӀэмыхъур? Ар Мэсихьу щытамэ, а лӀыщхьэ Тхьэм фӀэлӀыкӀхэм дауэ я фӀэщ мыхъунрэт?». Апхуэдэ гъэсэнхэм яжь къазэрыщӀихуарщ, журт лъэпкъым я КъегъэлакӀуэр ямыдэу Ӏумпэм ящӀын хуей щӀэхъуар. GCKar 558.3

А щоджэнхэмрэ лӀыщхьэхэмрэ зезыгъэкӀуауэ щыта гупсэр, ноби ядэплъэгъунущ Тхьэм фӀэлӀыкӀ хуэдэу зыкъэзыгъэлъагъуэ цӀыху куэдым. Иджырей зэманым ехьэлӀа пэжыгъэ хэхахэм, щыхьэт техъуэу Тхыгъэ ЛъапӀэм итхэр яджыну хуейкъым ахэм. Езыхэм хуэдэхэр куэд зэрыхъумкӀэ, зэрыкъулейхэмкӀэ, цӀыхубэм фӀыуэ къызэралъагъумкӀэ загъэщӀагъуэр, зи фӀэщхъуныгъэм дунейм пэӀэщӀэ хуэзыщӀауэ, куэдым ягу зэрызрагъэхьынум хущӀэмыкъуу пэжыгъэр зыхъумэ, гуп тхьэмыщкӀэ тӀэкӀум нэмыплъ ирах. GCKar 558.4

Къэхъун ипэкӀэ Мэсихь ищӀэрт, тхылъхъумэхэмрэ фарисейхэмрэ зэращӀэм хуэдэу, тепщэныгъэр хабзэншэу яубыд хабзэу зэрыщытым зэрызимыхъуэжынур, журтхэр дунейм и щӀыпӀэ-щӀыпӀэкӀэ хэгуэша хъуа нэужьи. Усэрэж плъэкӀэу Абы къилъэгъуащ цӀыхум и тепщэм зэрызиӀэтынур, цӀыху напэр игъэпщылӀу, лӀэщӀыгъуэ псоми Члисэм нэлату къызэрыдэгъуэгурыкӀуэнур. Абы тхылъхъумэхэмрэ фарисейхэмрэ Ӏейуэ зэригъэкъуэншари, а егъэджакӀуэ нэфхэм цӀыхубэр емыдэӀуэну зэриущияри къыкӀэлъыкӀуэ щӀэблэхэм гъэсэныгъэ папщӀэу яӀэн щхьэкӀэ тхыжауэ къытхуагъэнащ. GCKar 559.1

Римско-католическэ члисэм Тхыгъэ ЛъапӀэр гурыӀуэгъуэ ищӀыну хуиту игъэувыр дин-лэжьакӀуэхэм я закъуэщ. ГурыӀуэгъуэ ящӀыфын хуэдэу, дин-лэжьакӀуэхэм фӀэкӀа нэгъуэщӀ зыри Тхьэм и Псалъэм нэгъэсауэ щымыгъуазэу жиӀэурэ, цӀыхубэм ар щагъэпщкӀурт. Реформацэм Библиер дэтхэнэ зыми ӀэщӀилъхьа щхьэкӀэ, Римым цӀыхубэм яхипща принципыр протестантскэ члисэхэми езыр-езыру Тхыгъэ ЛъапӀэр яримыгъэджу куэдым зэран яхуохъу. Ахэр ирагъаджэр Тхыгъэ ЛъапӀэр Члисэм гурыӀуэгъуэ зэрищӀым хуэдэу къызэращтэн хуейм; цӀыху минхэр тегушхуэркъым Тхыгъэ ЛъапӀэм апхуэдизу зэхэщӀыкӀыгъуэу къиӀуатэхэр къащтэну, фӀэщхъуныгъэ зэрахьэм и дамыгъэм е зыхэт Члисэм и гъэсэныгъэхэм и хабзэ-бзыпхъэхэм ар темыхуэу щытмэ. GCKar 559.2

ГъэсэныгъэпцӀхэм ущызыхъумэн псалъэхэр Библием щызу зэритым емылъытауэ, куэдым я псэхэр хьэзырыпсу дин-лэжьакӀуэхэм дзыхь хуащӀ. Иджырей чристэн минхэм я фӀэщ хъууэ зэрахьэ диныр зытет лъабжьэхэм я пэжагъым щыхьэт техъуэу зыри ягъуэтынукъым, я члисэхэм и унафэщӀхэм абы зэрыхуагъэсам нэмыщӀ. КъегъэлакӀуэм и гъэсэныгъэм ахэм гулъытэ зэрыхуащӀ щыӀэкъым, абы щыгъуэм дин-лэжьакӀуэхэм я псалъэхэм зэрыщыту дзыхь хуащӀыр, шэч лъэпкъ къытрамыхьэу. А дин-лэжьакӀуэхэр щыуэнкӀэ хъунукъэ? Дауэ ди псэхэр абыхэм дзыхь хуэтщӀ зэрыхъунур, ахэр нэхузехьэу щыту Тхьэм и Псалъэр щыхьэт щытемыхъуэкӀэ? Гъуэгу ягъэтӀылъам утекӀын щхьэкӀэ, напэ къабзэкӀэ упсэуну лӀыгъэ пхэлъын хуейщ, ар зэрахэмылъым куэдыр щӀэныгъэлӀхэм жаӀэм тетыну ирехулӀэр; езыр-езыру Тхыгъэ ЛъапӀэр яджыну хуэмейуэрэ, ахэр щхьэрыуагъэм и лъэхъухэм быдэу ялъэхъа мэхъу. Ахэм къагуроӀуэр Библием и напэкӀуэцӀхэм ди зэманым ехьэлӀа пэжыгъэхэр гурыӀуэгъуэу къыщызэӀухауэ зэрыщытыр, абыхэм зэхащӀэр а псалъэхэр щагъэӀукӀэ Дух ЛъапӀэм и къару дэщӀыгъур, итӀанэми, а псом емылъытауэ, дин-лэжьакӀуэхэр хуит ящӀ Тхьэм и нэхур къатезымыгъапсэ жьауэу къащхьэщытыну. Пэжыгъэм шэч зэрыхэмылъыр я акъылми я напэми къыжраӀэ пэт, зи нэр къыщипхъуа а цӀыхухэм езыхэм я гупсысэ яӀэжыну мэшынэри, мыкӀуэдыжын гъащӀэр фӀэщмыхъуныгъэм, пагагъэм, дин-лэжьакӀуэхэм я щхьэрыуагъэм тыхь хуащӀыр. GCKar 559.3

ЦӀыхур зэригъэпщӀылӀын Ӏэмал куэд иӀэщ шейтӀаным. Мэсихь и жорым и бий цӀыхухэм фӀылъагъуныгъэ нэхъ щабэ дыдэу, зэпыщӀэныгъэ быдэу щыӀэхэр ярихьэлӀэурэ, абы цӀыху минхэм я гур къезэу. А фӀылъагъуныгъэ зэпыщӀэныгъэхэр дапхуэдэу щымытами, — ӀыхьлыгъэкӀэ, зэщхьэгъусэныгъэкӀэ, зэныбжьэгъугъэкӀэ хьэмэрэ социальнэкӀэ, — абыхэм къарикӀуэр зыщ: пэжыгъэм и бийхэм я жьауэм щӀэхуахэр хагъэзыхь, абыхэм я щхьэ и унафэ езырезыру ящӀыжыфыну хуимытыжу, модрейхэри тегушхуэгъуейхэу, лӀыгъэншэу зэрыщытым къыхэкӀкӀэ, я къалэну къагурыӀуэхэр яхуэгъэзэщӀэжкъым. GCKar 560.1

Тхьэм и пэжыгъэмрэ и щӀыхьымрэ зэпэщхьэхуэ пхуэщӀынукъым; Библием итым фӀыуэ дыщыгъуазэу, атӀэми, щыуагъэхэр зетхьэу дэ Тхьэр тхуэгъэлъэпӀэнукъым. Уи фӀэщ хъуракъым нэхъыщхьэр, тэмэму упсэуныращ нэхъыщхьэр жаӀэр куэдым. АрщхьэкӀэ ди фӀэщхъуныгъэракъэ ди гъащӀэр зыухуэжыр. Нэхумрэ пэжыгъэмрэ зэдгъэщӀэфыну Ӏэмал диӀэу, ар къыщыдмыгъэсэбэпым деж, ипэжыпӀэкӀэ абы щыгъуэм пэжыгъэр дымыдауэ мэхъур, кӀыфӀыгъэр нэхум нэхърэ нэхъ къэтщтауэ къыщӀедзыр. GCKar 560.2

«ЩыӀэщ гъуэгу цӀыхум захуэу къыщыхъуу, арщхьэкӀэ, лӀэныгъэм ухуишэу” (Притч. 16:25). Щхьэрыуагъэр е гуэныхьыр щымыгъуазэныгъэмкӀэ пхуэгъэзэхуэжынукъым, Тхьэм и Ӏэмырыр къэпщӀэну Ӏэмал щыӀауэ щытмэ. Гъуэгуанэ тетыр гъуэгузэхэкӀыпӀэм хуозэр, лъэныкъуэ зэрызкӀэ гъуэгум щыдидзыхыу, гъуэгугъэлъагъуэм тетхауэ тетщ дэтхэнэ зы гъуэгуми уздишэр. ГъуэгурыкӀуэм абы гу лъимытэу щытмэ, езым нэхъ игу ирихь гъуэгур къыхихынущ, арщхьэкӀэ, гу пцӀанэу щыта щхьэкӀэ къэмынэу, ар гъуэгу мыпэжым къытехутэныр нэхъ къэхъугъуафӀэщ. GCKar 560.3

Тхьэм и Псалъэр къыдитащ Абы и гъэсэныгъэр къыдгурыӀуэу къалэн тщищӀхэр къэтщӀэфын щхьэкӀэ. ТхылъхъумакӀуэм упщӀэ иӀэу Хьиса къыщыбгъэдыхьэм: «Сыт сщӀэн хуейр мыкӀуэдыж гъащӀэ згъуэтын щхьэкӀэ», — жиӀэу, КъегъэлакӀуэм абы Тхыгъэ ЛъапӀэм гу лъригъэтащ, мыпхуэдэу жриӀэри: «Унафэм дапхуэдэу зэритыр? Дапхуэдэу укъеджэрэ?» ЗэрамыщӀэр щӀалэми ныбжь зиӀэми къыхуэгъунукъым икӀи Тхьэм и Унафэр зэрикъутамкӀэ къылъысыну тезырми къригъэлыркъым, абыхэм яӀэщи Унафэм щыхьэт техъуэр, абы и принципхэри, гъэзэщӀэн хуейуэ къигъэувхэри. ЦӀыхум мурадыфӀхэр иӀэным и деж щиухыркъым и къалэнхэр; абы фӀыуэ илъытэхэр игъэзащӀэкӀи абдежми щиухыркъым, хьэмэрэ дин-гъэсакӀуэм захуагъэу къыжиӀэхэр игъэзащӀэкӀи ирикъуркъым. ЦӀыхум езыращ къыхэзыхыжыр къелынрэ къемылынрэ, абы къыхэкӀкӀэ езыр-езыру Тхыгъэ ЛъапӀэр иджын хуейщ. И фӀэщ хъухэм шэч къытримыхьэ щхьэкӀи, дин-лэжьакӀуэр пэжыгъэм фӀыуэ щыгъуазэу дапхуэдизу имылъытэми — мыхэр зыри абы и фӀэщхъуныгъэм и лъабжьэкъым икӀи и лъабжьэ ищӀ хъунукъым. Абы картэ иӀэщ, уафэм зэрыкӀуэн гъуэгуанэм и лъагъуэ псори къэзыгъэлъагъуэ, ар нэуфӀыцӀщхьэрыуэу зекӀуэ хъунукъым. GCKar 560.4

ЗэхэщӀыкӀ зиӀэ цӀыхум и къалэнхэм псом я нэхъапэу икӀи я нэхъ лъапӀэу щытыр Тхыгъэ ЛъапӀэр иджынырщ. Пэжыгъэр зэдгъащӀэу, итӀанэ абы и нэхур зэрызетхьэныр, адрейхэри ди щапхъэмкӀэ абы тедгъэгушхуэу — мис аращ дэ ди къалэныр. Дэ махуэ къэс дегугъуу Библиер дджын хуейщ, дэтхэнэ зы гупсысэри зэпэтшачэрэ, зы Ӏыхьэхэр нэгъуэщӀ Ӏыхьэхэм едгъапщэурэ. Тхьэр зыдэдгъэӀэпыкъуу дэ езым ди еплъыкӀэ, ди гупсысэкӀэ зидгъэӀэжын хуейщ, дэтхэнэ зыми езым и закъуэщ Тхьэм и пащхьэм жэуап зэрыщихьынур. GCKar 561.1

Апхуэдизу гурыӀуэгъуэу Библием къиӀуатэ пэжыгъэхэм щӀэныгъэлӀхэм дзыхь хурагъэщӀынукъым, Ӏущыгъэ нэхъ лъагэр яӀэу къащыхъужурэ, абыхэм Тхыгъэ ЛъапӀэр мэгъу (мистическэ) гупсысэкӀэкӀэ зэхэлъу, и купщӀэр ущэхуарэ, узыхунэмысыфыну жаӀэр, къызэрыгуэкӀ цӀыхум ар къыгурымыӀуэфыну щыту. Ахэр егъэджакӀуэ нэпцӀхэщ. Ахэращ зыхуэгъэзар Хьиса жиӀа мы псалъэхэр: «ФыкъопцӀэр, Тхыгъэ ЛъапӀэри, Тхьэм и къарури зыхуэдэр фымыщӀэу» (еплъ Мк. 12:24). GCKar 561.2

Библием ит псалъэхэр зэрытхам хуэдэущ къызэрыдгурыӀуэн хуейр, дауикӀ, дамыгъэхэмрэ щӀагъыбзэхэмрэ нэмыщӀ. Мэсихь дыкъигъэгугъащ: «Хэт Тхьэм и Ӏэмырыр игъэзэщӀэну хуейми, абы къищӀэнущ а гъэсэныгъэр зыхуэдэр» (Ин. 7:17). Библиер зэрытха дыдэм хуэду цӀыхухэм къащтэу, къагурыӀуэу щытамэ, щхьэрыуагъэм хуэзышэ, акъылыр Ӏэнкун зыщӀ егъэджакӀуэ нэпцӀхэр щымыӀауэ щытамэ, абы щыгъуэм мелыӀычхэр щыгуфӀыкӀынут нобэ кӀыфӀыгъэм хэт цӀыху мин бжыгъэхэр Мэсихь и гупым къызэрыхэхъуэнум. GCKar 561.3

Ди акъылым и къару псори етхьэлӀэн хуейщ Тхыгъэ ЛъапӀэр дджыным, Тхьэм и мурад лъапӀэхэмрэ и гугъэхэмрэ, лӀэныгъэ зыщӀэлъ цӀыхум къыгурыӀуэфыну зэрыщыт мардэм хуэдизкӀэ зыгурыдгъэӀуэну быдэу унафэ зыхуэтщӀыжауэ. Ауэ абы щыгъуэми зэи зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым гъэсакӀуэ нэс ухъуныр сабийхэм хуэдэу удзыхьщӀыгъуафӀэу, укъызэрыгуэкӀыу ущытыным зэрелъытар. Тхыгъэ ЛъапӀэм и щӀыпӀэ гугъухэр философскэ проблемэхэр зэрызэхагъэкӀ Ӏэмалхэр къэбгъэсэбэпкӀэрэ гурыӀуэгъуэ пхуэщӀынукъым. Библиер джыным пэрыхьэхэм, щӀэныгъэлӀ куэдым яхуэхъуа хьэлыжьыр, я щхьэм щыгугъыжыныр зыханын хуейщ, абы ипӀэкӀэ тхьэлъэӀукӀэ Тхьэм уепхарэ ущыгугъыу, хьэрэмыгъэншэу Тхьэм и Ӏэмырыр къэпщӀэну ухуейн хуейщ. ЕджакӀуэ Ӏэдэбым и гупсэр тхэлъу, Ӏэсэ хъуну хущӀэкъум дыхуэдэу игъащӀэкӀи ЩыӀэм и деж щӀэныгъэ щызэдгъэгъуэтын хуейщ. Армыхъумэ, мелыӀыч бзаджэхэм ди акъылыр апхуэдизкӀэ нэф ящӀынурэ, дигухэр быдэ ящӀынурэ, пэжыгъэр ди фӀэщ тхуэщӀыжынукъым. GCKar 562.1

Тхыгъэ ЛъапӀэм пычыгъуэ мащӀэкъым итыр, уеблэмэ, щӀэныгъэлӀхэми ахэр мызэхэщӀыкӀыгъуэу е мэхьэнэшхуэ ямыӀэу къащыхъуу, арщхьэкӀэ, ахэр Мэсихь и еджапӀэм щеджэхэм гупсэхугъуэрэ ущиерэ яхуэхъуу. Дин-щӀэныгъэлӀ куэдым Тхьэм и Псалъэм щыщу мащӀэщ къагурыӀуэр — абы и щхьэусыгъуэр, ягъэзэщӀэну хуэмей пэжыгъэхэм абыхэм я нэр зэрыхузэхуащӀырщ. Библием ит пэжыгъэхэр зыхэпщӀыкӀыныр нэхъыбэу зэпхар акъылым и зэфӀэкӀыркъым, атӀэ уи мурадым и быдагъэрщ икӀи хьэрэмыгъэншэу щыпкъагъэм узэрыхущӀэкъурщ. GCKar 562.2

Тхьэм уемылъэӀуу Библиер бджы хъунукъым. Дух ЛъапӀэм и закъуэщ къыддэӀэпыкъуфынур гурыӀуэгъуафӀэу щыт пэжыгъэхэм я мыхьэнэм и лъапӀагъэр зэхэтщӀыкӀыным, хьэмэрэ гурыӀуэгъуейуэ щыт щӀыпӀэхэм я купщӀэр зэхъуэкӀауэ къыдгурымыӀуэным дыщызыхъумэфынур. Уафэ мелыӀычхэм цӀыхум и гур Тхьэм и Псалъэр къызэращтэным хуагъэхьэзыр, абы и дахагъэм дызэрыдагъэхьэхыным йогугъу, дыкъэзыхъумэ псалъэхэм Ӏущыгъэ къыхыдагъэхыну хуейщ, гъэгугъэныгъэу итхэм — дагъэгушхуэрэ дагъэбыдэу дыщагъэтыну хуейщ. ЗэчырусакӀуэм и тхьэлъэӀур дэри ди тхьэлъэӀу хъупхъэщ: «Си нэхэр къызэӀухи, Уи унафэм и гъуэзэджагъэр къэслъагъунущ” (Пс. 118:18). Гъэунэхуныгъэм хуэза цӀыхум тхьэлъэӀумрэ Библиер джынымрэ Ӏэпэдэгъэлэл ищӀауэ щытмэ, Тхьэм и гъэгугъэныгъэхэр занщӀэу къыхуэгубзыгъыжкъым, Тхыгъэ ЛъапӀэм и ӀэщэмкӀэ узэдауэ ар шейтӀаным ӀущӀэфкъым — абы къыхэкӀкӀэ языныкъуэхэм деж гъэӀулэныгъэхэр узыпэщӀэмыувэфыну къыпщохъур. Ауэ зэхалъхьэну хьэзыру Тхьэм и гъэсэныгъэхэм щӀэдэӀухэр, мелыӀычхэм къаухъуреихьыр, икӀи гузэвэгъуэ зэманым ахэр нэхъыбэ дыдэу зыхуэныкъуэну пэжыгъэхэр абыхэм ягу къагъэкӀыжунущ. Аращи, «Бийр псышхуэм хуэдэу къакӀуэкӀи, Зиусхьэныр епщэнурэ щӀигъэпхъуэжынущ» (Ис. 59:19). GCKar 562.3

Хьиса и еджакӀуэхэр къигъэгугъащ: «Гугъэпсэхум, Дух ЛъапӀэм, си цӀэкӀэ си Адэм къыфхуигъэкӀуэнум, псоми фыхуригъэджэнущ, икӀи вжесӀауэ щыта псори фигу къигъэкӀыжынущ» (Ин. 14:26). АрщхьэкӀэ, Мэсихь и гъэсэныгъэхэр япэщӀыкӀэ ди акъылым хэпщэн хуейщ, Тхьэм и Дух ЛъапӀэм дакъикъэ шынагъуэм дигу къигъэкӀыжыфын хуэдэу. «Уи псалъэхэр си гум изубыдащ, — жеӀэр Даут, — Уи пащхьэ гуэныхь щызмыщӀэн щхьэкӀэ” (Пс. 118:11). GCKar 563.1

МыкӀуэдыжын гъащӀэр зыфӀэлъапӀэхэм скептицизмэм зыщахъумэн хуейщ. Пэжыгъэм и пкъо нэхъыщхьэхэр ираудыну хэтынухэщ. Лъэпощхьэпохэр Ӏэмалыншэу щыӀэнущ: Ӏущыгъэ нэпцӀ зезыхьэхэм ауан дащӀынущ, нобэрей тхьэншэ псэукӀэм къыпкърыкӀа гъэсэныгъэ кӀуэдыпӀэм ухуэзышэхэр къыдэныкъуэкъунущ. Дэ тщыщ дэтхэнэ зым щхьэкӀи шейтӀаным хьэзырыпсу иӀэщ гъэӀулэныгъэхэр. ЩӀэныгъэр зи мащӀэхэм абы псалъэ хъуэрхэр е емыкӀу зыпылъ гушыӀэхэр ярепэс; щӀэныгъэ зиӀэхэм наукэм имыдэхэмрэ философскэ теориехэмрэ якӀэщӀедзэр, ауэ псоми къарикӀуэр зыщ: фӀэщмыхъуныгъэрэ Тхыгъэ ЛъапӀэр къафӀэмыӀуэхунымрэщ. Уеблэмэ, гъащӀэм куэд хэзымыщӀыкӀ щӀалэгъуалэми чристэн диным и лъабжьэм и принципхэм шэч къытрахьэну хуиту забжыж. ЩӀалэгъуалэм я фӀэщмыхъуныгъэр я сабиигъэм къыхэкӀыу дапхуэдизу къытщымыхъуми, абы къримыкӀуэӀауэ къанэркъым. Куэдым апхуэдэ щӀыкӀэу я адэжьхэм я фӀэщхъуныгъэм ауан халъхьэн щӀадзэри, нэфӀщыхуэныгъэм и Дух ЛъапӀэр ягъэпуд (еплъ Евр. 10:29). Я гъащӀэмкӀэ Зиусхьэныр ягъэлъапӀэу, дунейм нэфӀщыхуэныгъэ хуэхъуфыну щыт куэдым, тхьэншэ псэукӀэм и мэ Ӏейр къакӀэрехыр. ЦӀыху пагэхэм я гупсысэхэм дзыхь хуэзыщӀкӀэрэ Тхьэм и щэхухэм щыгъуазэ хъуфыну зылъытэхэу, Тхьэм и Ӏущыгъэр зыдамыгъэӀэпыкъуу пэжыгъэм хуэкӀуэфын зи гугъэхэр шейтӀаным ихъхэм елъахъэр. GCKar 563.2

Мы дунейм и тхыдэм къриубыдэу цӀыхум Тхьэм и пащхьэ жэуап нэхъыбэ щихь зэманщ дэ дыщыпсэур. Дунейм тетхэм Ӏыхьэ яхуэхъунум и унафэр куэд мыщӀу ящӀынущ. ФӀым дыхуэзэнри, нэгъуэщӀ цӀыху куэд къелынри зэлъытар дэ махуэ къэс къыхэтхырщ. Пэжыгъэм и Дух ЛъапӀэм дызэригъэкӀуэн хуейщ. Мэсихь и еджакӀуэ дэтхэнэри игу псом къыбгъэдэкӀыу Тхьэм елъэӀун хуейщ: «Зиусхьэн, сыт сщӀэн хуейуэ унафэ къысхуэпщӀыр?”, — жиӀэу. Дэ Тхьэм и пащхьэ зыщыдгъэлъахъшэн хуейщ, нэщӀ дихьэурэ, тхьэлъэӀухэр зэпыдмыгъэурэ, куэдри дегупсысын хуейщ Тхьэм и Псалъэм, псом хуэмыдэу хьэкумым ехьэлӀа Ӏуэхухэм. Тхьэм нэхъыбэу дыпыщӀауэ дызэрыщытынымрэ пэжыгъэр нэхъ зэрытхэлъынымрэ дегугъупхъэщ. Зы дакъикъи зыфӀэдгъэкӀуэд хъунукъым, къэдмыгъэсэбэпу. Ди хъуреягъым мыхьэнэшхуэ зиӀэ Ӏуэхугъуэхэр къыщохъу; дэ дыщыпсэу дунейр шейтӀаным и ӀэмыщӀэрылъщ. Тхьэм и плъырхэ! Фыкъэуш, бийм фпэмыжыжьэу къеущыхь, ар хьэзырыпсщ сыт хуэдэ дакъикъэми къыттеуэу, езым и пшэрыхь дищӀыну, дезэшрэ дыщхьэукъуэу щытмэ. GCKar 564.1

ЦӀыху куэдым зыкъагъэпцӀэж, Тхьэм и пащхьэ зэрит дыдэр къагурымыӀуэурэ. Ахэр зыхуэарэзыжщ, бзаджагъэ зэрызэрамыхьэмкӀэ, арщхьэкӀэ, зыщагъэгъупщэр Тхьэм абыхэм ӀуэхуфӀ, Ӏуэху щхьэпэхэр ялэжьыну я пщэм зэрыдилъхьэр. Тхьэм и хадэм жыгыу уитыныр мащӀэщ. ЦӀыхухэм Тхьэр къазэрыщыгугъыр ягъэпэжын хуейщ, фӀы къапыкӀыурэ. Тхьэм абыхэм жэуап яригъэтынущ, Езым и нэфӀщыхуэныгъэмкӀэ абыхэм ялъэкӀыну щытауэ ямыщӀахэм щхьэкӀэ. Уафэм щыӀэ тхылъхэм абыхэм теухуауэ иратхэр щӀылъэм къыщыкӀ жыг пыкӀэ зимыӀэхэм ахэр зэрыхуэдэр. Ауэ, дауэ мыхъуами абыхэм я Ӏуэхур гугъапӀэншэкъым. И гущӀэгъур иджыри къыздэсым Ӏумпэм зыщӀхэм еджэн Зиусхьэным зэпигъэуакъым: «“Жейр къэтэдж, лӀахэм къахэтэджыкӀи, уи гур Мэсихь къабзэ пхуищӀынущ”. Аращи, фызыкӀэлъыплъыж, фысакъ... зэманыр зэвгъэзахуэ, махуэхэм фыкъагъэпэжынукъым» (Еф. 5:14-16). GCKar 564.2

Гъэунэхуныгъэ зэманыр къэсмэ, наӀуэ къэхъунущ Тхьэм и Псалъэр хабзэ зыхуэзыщӀауэ псэухэр. Зэпымыууэ удзыфэу щыт жыгхэмрэ адрей жыг къызэрыгуэкӀхэмрэ зэрызэщхьэщыкӀыр гъэмахуэм къыпхуэлъагъуркъым, ауэ дунейр щӀыӀэ зэрыхъуу, щӀымахуэ уаер къызэрысу, сыт щыгъуи жыг удзыфэхэр зэрыщытам хуэдэу къонэжыр, адрейхэм я тхьэмпэхэр пощэщыжыр. Апхуэдэу ноби чристэн пэжхэмрэ нэпцӀхэмрэ пхузэхэгъэкӀынукъым. Ауэ ахэр зэрызэщхьэщыкӀыр наӀуэ щыхъуну зэманыр куэд мыщӀу къэсынущ. Бэнэныгъэм зэрыщӀидзэу фанатизмэмрэ нэгъуэщӀ дин зезыхьэхэр ямышэчынымрэ аргуэру хуабжьу къаруушхуэ яӀэу къежьэжынущ. НэгъуэщӀ дин зезыхьэхэр ямыгъэпсэуныр къызэраублэжу, фӀэщхъуныгъэ ныкъуэ зиӀэхэу, зигу псомкӀи чристэну щымытахэр къэскӀэнурэ, я фӀэщхъуныгъэр хыфӀадзэжынущ, арщхьэкӀэ, чристэн пэжыр къырым хуэдэу быдэу щытынущ, абы и фӀэщхъуныгъэр нэхъ быдэж хъунущ, и гугъапӀэри нэхъ къэнэхунущ, бэӀутӀэӀуншэ махуэхэм зэрыщытам ефӀэкӀыу. GCKar 564.3

ЗэчырусакӀуэм жеӀэр: «Уи псалъэхэм согупсысыр» (Пс. 118:99). «Уи унафэхэмкӀэ губзыгъэ сыхъуащи, пцӀым и гъуэгу сыт хуэдэми сытеплъэ хъуркъым» (Пс. 118:104). GCKar 565.1

«НасыпыфӀэщ Ӏущыгъэ зыгъуэта цӀыхур”. «Ар псы Ӏуфэм и деж щыхасауэ, зи лъабжьэхэр псы жапӀэм деж щызыутӀыпщ жыгым хуэдэнущ; зыхищӀэркъым абы хуабейр къыщысыр; уэгъум дежи ар шынэркъым, и тхьэмпэхэр удзыфэщ, икӀи и пыкӀэри зэпыуркъым» (Притч. 3:13; Иер. 17:8).  GCKar 565.2