Loading...

Loading

Loading
(You are in the browser Reader mode)

38 ӀЫХЬЭ—ДЫКЪЭЗЫХЪУМЭН ИУЖЬ ХЪЫБАРЫР

« бы иужькӀэ тепщэныгъэшхуэ зиӀэ нэгъуэщӀ мелыӀыч уафэм къехыу слъэгъуащ. Абы къыпкърыкӀ нэхушхуэм дунейр къигъэнэхуащ. МакъышхуэкӀэ мыпхуэдэу жиӀащ абы: дэхуэхащ, дэхуэхащ, Вавилон, зинэщӀакӀуэ иныр, шейтӀаным и псэупӀэ хъуащ, сыт хуэдэ бзаджэнаджэхэми я къэувыӀэпӀэ, сыт хуэдэ къуалэбзу гущыкӀыгъуэ фӀейхэми я тӀысыпӀэ хъуащ”. «НэгъуэщӀ макъ уафэм къиӀукӀыу зэхэсхащ итӀанэ, мыпхуэдэу жиӀэу: ФыкъыхэкӀ абы си цӀыхухэр! Абы и гуэныхьхэмкӀэ Ӏыхьэгъу фымыхъун щхьэкӀэ икӀи абы гугъуехьышхуэу игуэщӀынур фымышэчын щхьэкӀэ” (Откр. 18:1,2, 4). GCKar 566.1

Вавилоныр зэрыдэхуэхынум теухуа хъыбару, КъызэӀузых Тхылъым и 14-нэ псалъащхьэм етӀуанэ мелыӀычым игъэӀуам, къыщытрагъэзэжыну зэманыр а текстым къегъэлъагъуэр, 1844 гъэм гъэмахуэм япэу а хъыбарыр къыщыдатам щыщӀэдзауэ члисэ организацэхэу Вавилон хъужым яхэпщӀа хъуа гуэныхьхэми я гугъу ищӀу. Мыбдежым къыщыгъэлъэгъуащ дунейм щызэрахьэ динхэм зэкӀуэкӀауэ щытыкӀэ Ӏей яӀэ зэрыхъуар. Пэжыгъэр иджыри ямыдэху, абы цӀыхухэм я акъылыр нэхъри нэф ищӀынущ, ягухэри нэхъыбэжу быдэ ищӀынущ, шынагъэ ямыӀэу я фӀэщмыхъуныгъэм зэщӀигъэдиеурэ. Тхьэм къызэрихъумэну хуея хъыбарым щӀэмыдэӀуауэ, япэми хуэдэу, ахэм Тхьэм и унафэм щыщ зыр хаутэнущ, икӀэм-икӀэжым, ямыгъэпсэууэ кърахуэкӀын щӀадзэнущ а унафэр зыгъэлъапӀэу зыгъэзащӀэхэр. Тхьэм и Псалъэри Тхьэм и лъэпкъри хаутэурэ, ахэм Мэсихьи зыуи кърадзэркъым. Члисэхэм спиритизмым и гъэсэныгъэхэр къащта нэужь, гуэныхьыр зыфӀэфӀ цӀыхухэм я дежкӀэ пщӀэ мыхъун зыри щыӀэжынукъым, къэзыгъэувыӀэн нэз лъэпкъ ямыӀэжу, диныр зэрахьэу фэ зэрызэтрагъауэр Ӏупхъуэ яхуэхъунурэ, гуэныхь нэхъ Ӏей дыдэхэр щӀрагъэхъумэнущ. Спиритическэ къэхъукъащӀэхэр я фӀэщ зэрыхъум гъуэгу иритынущ цӀыхухэр зыгъэӀулэ бзаджэнаджэхэм, «жин бзаджэхэм я гъэсэныгъэхэм”, итӀанэ, мелыӀыч дэхуэхахэр члисэхэм зэрыхэлэжьыхьыр зыхэпщӀэу хъунущ. GCKar 566.2

БегъымбарӀуатэм къыщыгъэлъэгъуа Вавилоным теухуауэ жеӀэр: «Абы и гуэныхьхэр уафэм нэсри, Тхьэм игу къигъэкӀыжащ абы и къуаншагъэ псори” (Откр. 18:5). Абы и щӀапхъэджагъэхэм и пщалъэр игъэнщӀауэ кӀуэдыпӀэм и бжэщхьэӀум тетщ. АрщхьэкӀэ, Тхьэм Вавилоным цӀыху пэжхэр щиӀэщ, икӀи Тхьэм и хьэкумхэр мызащӀэ щӀыкӀэ, ахэр абы къыхэшын хуейщ, абы и гуэныхьхэм ахэр хэмыпщӀэн щхьэкӀэ икӀи абы «гугъуехьышхуэу ишэчынур ямышэчын щхьэкӀэ». Абы къыхэкӀкӀэ зэщӀэхъееныгъэ къэхъун хуейщ, зи нэхушхуэм дунейр къигъэнэхуу, зи макъ лъэщкӀэ инышхуэу Вавилоным и гуэныхьхэм теухуауэ псэлъа мелыӀыч уафэм къехамкӀэ символическэу къэгъэлъэгъуар. А хъыбарым егъэӀу: «Си цӀыхухэр фыкъыхэкӀ абы!» А макъыр ещанэ мелыӀычым и хъыбарым дэщӀыгъуу щӀым щыпсэухэр иужь дыдэу къэзыхъумэну къахуеха хъыбарщ. GCKar 567.1

Дунейр узижэгъуэн кӀэухым поплъэр! ЩӀым и тепщэхэр зэгухьэнущ Тхьэм и унафэхэм ебэныну икӀи законхэр къагъэсэбэпурэ залымыгъэ ирахынущ «псоми — цӀыкӀуми инми, къулейхэми тхьэмыщкӀэхэми, щхьэхуитхэми пщылӀхэми” (еплъ Откр. 13:16) члисэхэм я хабзэхэм трагъэтыну хуейуэ, щэбэт нэпцӀыр ирагъэлъапӀэурэ. Абыхэм едэӀуэну хуэмеинухэм къэрал тепщэм къыбгъэдэкӀыу тезыр яхьынущ икӀи, икӀэм-икӀэжым, ахэм лӀэныгъэ яхуэфащэу унафэ тращӀыхьынущ. Ауэ Тхьэм и Унафэм, щэбэтым, узэгъэн хуейуэ къэзыгъэувым, узэредэӀуэн хуейр къыжеӀэр икӀи къыпхуэсакъыу уигу къегъэкӀыж ар зыкъутэхэм Тхьэм и губжьыр зэралъысынур. GCKar 567.2

ИкъукӀэ псори гурыӀуэгъуэ дыдэщ: Тхьэм и Унафэр хиутэу, цӀыхухэм къыдагъэкӀа унафэм едаӀуэ дэтхэнэми, хьэкӀэкхъуэкӀэм и дамыгъэр къищтэнущ; Тхьэм нэхърэ нэхъ къищта тепщэм зэрыхуэпэжым и дамыгъэр къыӀэрыхьэнущ. Уафэм къикӀ укъэзыхъумэ хъыбарым егъэӀу: «Хэт хьэкӀэкхъуэкӀэмрэ абы и образымрэ щхьэщэ хуищӀу, абы и дамыгъэр и натӀэм е и Ӏэм тридзэми, ар Тхьэм и губжьым и шагъыр гуащӀэм ефэнущ» (Откр. 14:9,10). GCKar 567.3

Ауэ зыми Тхьэм и губжьыр ишэчынукъым, дэтхэнэ зыми и зэхэщӀыкӀыныгъэмрэ и напэмрэ пэжыгъэр намыхьэсыху икӀи ар ямыдэу Ӏумпэм ямыщӀыху. Куэдым иджыри зэхахакъым нобэрей зэманым ехьэлӀа пэжыгъэ хэхахэр. Ахэм зэи еплӀанэ унафэм къигъэувхэм и пэжыпӀэр къахуэнэхуакъым. Дэтхэнэ зыми и гум илъыр къизыджыкӀым, зы гукъэкӀри зыгъэунэху Тхьэм пэжыгъэр къэзыщӀэну хуэлӀэ зы цӀыхуи къагъэпцӀэну апхуэдэ къигъэхъунукъым, а упщӀэм ехьэлӀауэ хьэгъэщагъэу ирагъэкӀуэкӀ бэнэныгъэм и пэжыпӀэр зэхигъэкӀыну Ӏэмал иримыту къигъэнэнукъым. ЦӀыхухэм нэуфӀыцӀщхьэрыуэукъым къыдэкӀыну унафэр къызэращтэнур. Дэтхэнэми ирикъуу нэху къытепсэнущ, зэхищӀыкӀыу, къыгурыӀуэу зыхуейр къыхихыфын хуэдэу. GCKar 567.4

Щэбэтыр гъэунэхуныгъэшхуэ хъунущ, Тхьэм ухуэпэжыныр къэзыпщытэу, ар пэжыгъэм и упщӀэ нэхъыщхьэщи, нэхъыбэрэ хаутэну зыхущӀэкъуу зэрыщытым къыхэкӀкӀэ. ЗэхэгъэкӀыгъуэ сыхьэтыр къэсмэ, Тхьэм хуэлажьэхэмрэ Тхьэм хуэмылажьэхэмрэ наӀуэ дыдэ хъунущ. Тхьэм и унафэ еплӀанэм емыдаӀуэу, къэрал унафэкӀэ щэбэт нэпцӀыр гъэлъэпӀэныр Тхьэм ебэн тепщэм тхьэрыӀуэкӀэ узэрыхуэпэжыр къэзыгъэлъагъуэу щытынущ, щэбэт пэжыр бгъэзэщӀэныр, Тхьэм и Унафэм узэредаӀуэм и дамыгъэу, УкъэзыгъэщӀам узэрыхуэпэжым щыхьэт техъуэнущ. ЦӀыхум и тепщэм уедэӀуэным и нэщэнэр къэзыщта цӀыхухэм, хьэкӀэкхъуэкӀэм и дамыгъэр къаӀэрыхьэнущ, ауэ Тхьэм и тепщэм ухуэпэжыным и дамыгъэр къыхэзыхахэм, Тхьэм и мыхъурыр къаӀэрыхьэнущ. GCKar 568.1

А зэманыр къэмысыху, мелыӀычищым я хъыбарым и пэжыгъэхэр зыгъэӀуу щытахэр хьэгъапхъэ къудейхэут зэралъытар. Штат Зэгуэтхэм нэгъуэщӀ дин зезыхьэхэр ямыдэу зэрыхъунумкӀэ абыхэм цӀыхухэм хъыбар зэрырагъащӀэми, Члисэмрэ къэралымрэ зэгухьэу Тхьэм и Унафэ хэр зыгъэзащӀэхэр ямыгъэпсэууэ къызэрырахуэкӀ зэрыхъунур къызэрыжаӀэми пэж хэмылъу, делагъэу ялъытэу щытат. ЦӀыхум зэрихьэну динымкӀэ хуитыныгъэ иӀэным и хъумакӀуэу а къэралыр зэрыщытар жаӀэрт цӀыхухэм, икӀи апхуэдэу игъащӀэкӀи къэнэну закъыфӀэщӀыжауэ трагъэчыныхьырт. АрщхьэкӀэ, тхьэмахуэ махуэр Ӏэмал имыӀэу гъэлъэпӀэн зэрыхуейм нэхъыбэрэ лӀыщхьэхэр тепсэлъыхь щыхъукӀэ, япэм шэч къызытрахьэу, икӀи я фӀэщ мыхъуу щыта Ӏуэхугъуэхэр нэрылъагъу щыхъукӀэ, ещанэ мелыӀычым и хъыбарым къару игъуэтурэ, зиубгъуурэ кӀуэнущ, зыми зэрамыгугъауэ. GCKar 568.2

Дэтхэнэ зы щӀэблэми Тхьэм и ӀуэхутхьэбзащӀэхэр яхуигъакӀуэу щытащ дунейми Члисэми щызекӀуэ гуэныхьхэр къыщӀагъэщын папщӀэ. АрщхьэкӀэ, цӀыхухэм зэдэӀуэну яфӀэфӀыр ягу ирихьырщ, зыри зыщӀамыгъуа пэжыгъэ къабзэр ядэркъым. Реформатор куэдым, я лэжьыгъэр щаублэм хуабжьу сакъыурэ, Члисэмрэ цӀыхубэмрэ я гуэныхьхэр къыщӀагъэщащ. Ахэр щыгугъащ езыхэм я чристэн гъащӀэ къабзэм и щапхъэмкӀэ цӀыхубэр Библием узыхуригъаджэм трашэжыну. Абыхэм Тхьэм и Дух ЛъапӀэр къахуехат, зэгуэрым Илий бегъымбарым къызэрыхуехыгъауэ щытам хуэдэу, бзаджащӀэ пащтыхьымрэ Тхьэм къыбгъэдэкӀа лъэпкъымрэ я гуэныхьхэр къыщӀигъэщыну тригъэгушхуэн щхьэкӀэ. Реформаторхэм Библием и гъэсэныгъэ ӀупщӀхэр ямыгъэӀуну ялъэкӀынутэкъым, уеблэмэ, ахэм я гугъу ямыщӀыну хуэмеями. Тхьэр фӀыуэ зэралъагъум пэжыгъэр ягъэӀуну ахэм ягу къигъэкӀырт икӀи къехьэкӀ-нехьэкӀ хэмылъу, шынагъуэ къакӀэщӀэзэрыхьэнум теухуауэ цӀыхухэм жраӀэрт. КърикӀуэнум щымышынэу, абыхэм Зиусхьэным къажьэдилъхьа псалъэхэр жаӀэрт, арати, цӀыхубэр хуей-хуэмейми абыхэм зэрахьэ хъыбарым щӀэдэӀурт. GCKar 569.1

Апхуэдэущ зэрагъэӀунур мелыӀычищым я хъыбарри. Лъэщу ар щагъэӀун хуей зэманыр къэсмэ, Зиусхьэным цӀыху Ӏэсэхэр къигъэсэбэпынущ, къыхуэлэжьэну хуейхэм я акъылыр зэригъакӀуэурэ. ЛэжьакӀуэхэр нэхъыбэу а лэжьыгъэм хуэзыгъэхьэзырынур Дух ЛъапӀэрщ, щӀэныгъэракъым. Я къалэн лъапӀэр зэрагъэзэщӀэным егугъуурэ, фӀэщхъуныгъэмрэ тхьэлъэӀумрэ зыфӀэлъапӀэ цӀыхухэм Зиусхьэным къажьэдилъхьэну псалъэхэр жаӀэнущ. Вавилоным и гуэныхьхэр къыщӀагъэщынущ. Къэрал тепщэкӀэ члисэм и унафэхэр цӀыхухэм залымыгъэкӀэ ирагъэгъэзэщӀэну зэрыхэтым кърикӀуа шынагъуэхэри, спиритизмэр цӀыхухэм зэрытезэрыгуэри, гу лъумытэурэ, арщхьэкӀэ, псынщӀэу папствэм и тепщэм зэрызиубгъури, — псори сэтей къащӀынущ. Узымыгъэхутыкъуэну а хъыбар лъапӀэхэр цӀыху минхэм я гум хыхьэнущ, япэм апхуэдэ зыри зыхэзымыхауэ щытахэм. ЯгъэщӀагъуэу ахэм къащӀэнущ Вавилоныр — ар зэрычлисэр, и щхьэрыуагъэхэм, и гуэныхьхэм, Уафэм къеха пэжыгъэр зэрамыдам драгъэхуэхауэ. ЦӀыхухэм япэм яӀа я егъэджакӀуэхэм «Ар пэж?» жаӀэурэ, упщӀэкӀэ зыхуагъэза нэужь, дин-лэжьакӀуэхэм ахэр шыпсэхэм щӀагъэдэӀунущ, бэӀутӀэӀуншагъэ лъэпкъ къапэмыплъэу къыжраӀэурэ, абыхэм я напэ къэушахэмрэ я гузавэмрэ трагъэужын щхьэкӀэ. Ауэ, куэдыр цӀыхум и щӀыхьым и хьэтыр къудейм арэзы къищӀынукъым, ахэр «Зиусхьэным жиӀэр мыращ”, жыфӀэу дывгъэлъагъу жаӀэурэ щыхьэтыгъэ ӀупщӀхэм щӀэупщӀэнущ. ИтӀанэ, дин-лэжьакӀуэ цӀэрыӀуэхэр, пасэрей фарисейхэм хуэдэу, я щӀыхьым шэч къытезыхьахэм хуэгубжьынурэ, ещанэ мелыӀычым и хъыбарыр шейтӀаным къыбгъэдэкӀауэ жаӀэнущ. Ахэм гуэныхьыр фӀыуэ зылъагъу цӀыхубэр къызэщӀагъэстэнущ Тхьэм и хъыбарзехьэхэм хуэхъущӀэну икӀи зэрахуэну. GCKar 569.2

А бэнэныгъэм зиубгъуурэ кӀуэху, цӀыхубэр Тхьэм и Унафэ хаутам нэхъыбэу егупсысыху, шейтӀанми пщӀэншэу зэманыр игъэкӀуэнукъым. А хъыбарым къыбгъэдэкӀ къарум абы и бийхэр игъэгубжьынущ. Дин-лэжьакӀуэхэм я члисэхэм къекӀуалӀэхэм нэхур зэрыщагъэпщкӀуным ямылейуэ къаруушхуэ ирахьэлӀэнущ. Сыт хуэдэ Ӏэмалри къагъэсэбэпурэ, абыхэм а упщӀэ мыхьэнэшхуэ зиӀэхэр щӀахъумэнущ. Члисэм къэрал тепщэр зыдигъэӀэпыкъунущ, папистхэмрэ протестантхэмрэ зэгухьэнущ, пэжыгъэм ебэнын щхьэкӀэ. Тхьэмахуэ махуэр Ӏэмал имыӀэу гъэлъэпӀэн хуейуэ хущӀэкъу зэщӀэхъееныгъэм къару игъуэта нэужь, Тхьэм и Унафэхэр зыгъэзащӀэхэм къэрал унафэхэмкӀэ залымыгъэ ирахынущ. Языныкъуэхэм ахъшэкӀэ етхьэкъуэнущ, нэгъуэщӀхэр тутнакъэщкӀэ ягъэшынэнущ, адрейхэр ӀулъхьэкӀэ, къулыкъу лъагэхэмкӀэ, саугъэт зэмылӀэужьыгъуэхэмкӀэ, фейдэ къыздыхахыфынухэмкӀэ къащэхуну хэтынущ, я фӀэщхъуныгъэр хыфӀрагъэдзэн закъуэ щхьэкӀэ. АрщхьэкӀэ, ахэр течыгъуафӀэ хъунукъым: «Тхьэм и ПсалъэмкӀэ ди щыуагъэр дывгъэлъагъу”, — жаӀэнущ. А псалъэ дыдэхэр Лютери жиӀауэ щытащ жэуап ирагъэтыну утыку щрашам щыгъуэ. ХьэкумщӀапӀэхэм щӀашэнухэр апхуэдизу уи фӀэщ ящӀу пэжыгъэм къыщхьэщыжынущи, ахэм къедэӀуахэм ящыщ языныкъуэхэри тегушхуэнурэ, Тхьэм и Унафэ псори езыхэми ягъэзащӀэу щӀадзэнущ. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ, нэхур цӀыху мин бжыгъэхэм ятепсэнущ, Ӏуэхугъуэ зрихьэлӀахэр нэгъуэщӀу къекӀуэкӀамэ, а пэжыгъэхэм теухуауэ зыри къэзымыщӀэну щытахэм. GCKar 570.1

КъыбгурыӀуэу Тхьэм и Псалъэм ухуэӀурыщӀэныр зэралъытэнур убатэныгъэущ. ШейтӀаным я нэр къащипхъуауэ адэ-анэхэр фӀэщхъуныгъэ зыгъуэта я бынхэм гущӀэгъуншэу, ткӀийуэ хущытынущ; зиусхьэнхэм Тхьэм и унафэр зыгъэзащӀэ я унэӀутхэр дакъузэнущ. ЗэӀыхьлыхэр хамэ зэхуэхъунущ, бынхэр щӀэиным хагъэкӀыжу, я адэ-анэхэм ахэр лъапсэншэ ящӀынущ. Хьиса и лӀыкӀуэ Павел: «Тхьэр зылъытэу, Мэсихь зи псэм щыщу псэуну хуей дэтхэнэри ямыгъэпсэууэ кърахуэкӀынущ” (2 Тим. 3:12) жыхуиӀар къэхъунущ. Пэжыгъэм и хъумакӀуэхэм щэбэтым и пӀэкӀэ тхьэмахуэ махуэр ялъытэн зэрамыдам щхьэкӀэ, абыхэм ящыщ языныкъуэхэр тутнакъым ирадзэнущ, адрейхэр зыхахунущ, иныкъуэхэм пщылӀхэм зэрыхущытым хуэдэу хущытынущ. Иджырей зэманым апхуэдэ къэмыхъуфыну къыпщохъу, ауэ ер зэтезыӀыгъэ Тхьэм и Духым цӀыхухэр ибгынэу, Тхьэм къигъэувхэр зылъагъу мыхъу шейтӀаным и тепщэм ахэр щӀэхуа нэужь, куэдым зихъуэжынущ. ЦӀыхум и гум Зиусхьэным фӀылъагъуныгъэ щыхуимылъым, Тхьэм щышынэным увыӀэпӀэ щимыӀэм деж, ар гущӀэгъуншэ дыдэ хъуфынущ. GCKar 570.2

Борэныр гъунэгъу къызэрыхъуу, мелыӀычищым я хъыбарыр зи фӀэщ хъуахэу, ауэ пэжыгъэм хуэӀурыщӀэурэ зи гухэр къабзэ зымыщӀахэм, я фӀэщ хъууэ щытахэр къагъэнэнурэ пэжыгъэм и бийхэм я дзэм хыхьэнущ. Гуэныхь зыщӀэхэм ягухьауэ абыхэм я гупсэм хуэдэ яӀэ хъуауэ, ахэр сытми зэреплъынур гуэныхьыщӀэ плъэкӀэущ, гъэунэхуныгъэ сыхьэтыр къэсмэ, ахэм хьэзырыпсу гъуэгу тыншыр къыхахынущ. Зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ цӀыху гуапэхэу, зэгуэрым пэжыгъэм щыгуфӀыкӀыу щытахэми, я къару псом къызэрихькӀэ нэгъуэщӀхэр къагъапцӀэу щхьэрыуагъэ гъуэгум зэрытрашэнум пылъынущ. Апхуэдэ цӀыхухэр я къуэшу щытахэм бий Ӏэл дыдэ яхуэхъунущ. Пэжыгъэм текӀыжу а икӀуэтыжахэр шейтӀаным и ӀэмэпсымэфӀ дыдэ хъунущ, щэбэтыр зыгъэлъапӀэхэм фӀэщхъуныгъэ яӀэм щхьэкӀэ хьэкумым и пащхьэ щрашэкӀэ, абыхэм пцӀы ятезылъхьэу зыгъэкъуаншэу. Абыхэм къагупсысауэ бзэгу зэрахьэхэм япэм ягъэкъуэшу щытахэм бжьыпэр зыӀыгъ къулыкъущӀэхэр бий къыхуащӀынущ. GCKar 571.1

А щызэрахуэну зэманым Зиусхьэным и пщылӀхэм я фӀэщхъуныгъэр гъэунэхуа хъунущ. Абыхэм Тхьэр ягъэпэжу цӀыхухэр къэзыхъумэну хъыбарыр ягъэӀуащ, Тхьэм фӀэкӀа емыплърэ Абы и Псалъэм фӀэкӀа нэгъуэщӀым дзыхь хуамыщӀу. Тхьэм и Дух ЛъапӀэм и унафэм ахэр гурэ псэкӀэ щӀэтащ, я гум кърилъхьэр жаӀэу. Тхьэм игъэгушхуэурэ хуабжьу егугъуу я хьэкъыр ягъэзэщӀащ, Зиусхьэным дзыхь къахуищӀа псалъэр цӀыхубэм деж нахьэсащ, кърикӀуэным емыгупсысхэу. Ахэр тегузэвыхьакъым щӀылъэм зэрызыщагъэтхъэным, я щӀыхьыр зэрагъэбэгъуэным, уеблэмэ, я гъащӀэр зэрахъумэным. КъапэщӀэувэу цӀыхухэм ахэр щыхаутэну зэман бзаджэр къакӀэщӀыхьа нэужь, языныкъуэхэм шынагъэм зэщӀищтэу мыпхуэдэу къажьэдэхункӀэ хъунущ: «Бетэмал, ди уазхэм апхуэдиз кърикӀуэну тщӀатэмэ, дауикӀ, зы псалъи жытӀэнтэкъыми!» — жаӀэу. Гугъуехьхэм кӀэух яӀэкъым. ШейтӀаныр ахэм къобгъэрыкӀуэр гъэӀулэныгъэ гугъухэмкӀэ. Ахэр зи яужь ихьа Ӏуэхур я къарум къимыхьыну къыпщохъу. Ахэм ажалыр къощакӀуэр. Япэм яхэлъа жыджэрагъыр яфӀэкӀуэдащ, ауэ, дауэ мыхъуми, ахэр икӀуэтыжыфынукъым. Мис абы щыгъуэм дэӀэпыкъуэгъуншэ дыдэ хъуауэ, ахэм Псори ЗылъэкӀым зыхуагъэзэнущ. Ахэм ягу къэкӀыжынущ, ягъэӀуа псалъэхэр езыхэм къабгъэдэкӀауэ зэрыщымытыр, атӀэ цӀыхухэр къэзыхъумэну хъыбарыр хунахьэсын хуейуэ ябыхэм пщэрылъ КъыхуэзыщӀа Тхьэм къызэрыбгъэдэкӀар. Зусхьэным пэжыгъэр абыхэм я гум ирилъхьащ, арати, абыхэм яхузэфӀэкӀынутэкъым ар ябзыщӀыну. GCKar 571.2

БлэкӀа зэманми Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэр апхуэдэ гъэунэхуныгъэхэм кӀуэцӀрыкӀын хуейуэ щытыгъащ. Уиклиф, Гус, Лютер, Тиндаль, Бакстер, Уэсли сыми къагъэувырт сыт хуэдэ гъэсэныгъэри БиблиемкӀэ къэпщытэн хуейуэ, Тхыгъэ ЛъапӀэм пэщӀэувэ псоми елъэпэуэну зэрыхьэзырыр къыжаӀэурэ. А цӀыхухэр, гупсэхугъуэ ирамыту, гущӀэгъуншэ дыдэу зэрахуэу щытащ, итӀанэми, ахэм зэпагъэуакъым пэжыгъар ягъэӀун. Члисэм и тхыдэм и лъэхъэнэ зэмылӀэужьыгъуэхэр гъэлъэпӀа хъуащ пэжыгъэ щхьэхуэ зэрыщагъэӀуамкӀэ, а зэманым псэуа Тхьэм и лъэпкъыр нэхъыбэу зыхуэныкъуэу щытахэмкӀэ. ИкӀи дэтхэнэ зы пэжыгъэщӀэми и лъагъуэр жагъуэу къыхущытхэмрэ къыпэщӀэувэхэмрэ ебэныурэщ зэрыпхишар, абы и нэхум зезыгъэубгъуу щытахэри гъэунэхуныгъэхэм хэхуэрт, ямыгъэпсэууэ кърахуэкӀырт. Нэхъ гугъапӀэншэ дакъикъэм Зиусхьэным и лъэпкъым пэжыгъэ хэха къыхурегъэхь. Хэт хузэфӀэкӀыну ар имыгъэӀуну? Абы и унэӀутхэм унафэ яхуещӀыр дунейм и цӀыхухэр, гущӀэгъушхуэ яхуищӀу, иужь дыдэу къызэрыригъэблагъэр жаригъэӀэну. Абыхэм ар ябзыщӀыфынукъым, я псэр яфӀэкӀуэдыну хуэмеймэ. Мэсихь и хъыбарыфӀзехьэхэм я къалэныр ягъэзэщӀапхъэщ, кърикӀуэнкӀэ хъунур Тхьэм и ӀэмыщӀэм иралъхьэу. GCKar 572.1

Къызэреныкъуэкъухэр шэчыгъуей дыдэ хъуа нэужь, Тхьэм хуэпщылӀхэм ящӀэныр ямыщӀэжу хэгупсысыхьынущ, кризис къэхъуар зи лажьэр езыхэрауэ къащыхъунурэ. АрщхьэкӀэ, я напэмрэ Тхьэм и Псалъэмрэ ахэр трагъэужынущ ялэжьар зэрытэмэм дыдэр къагуригъэӀуэжынущ, гъэунэхуныгъэр зэпымыуми, ар зэрахуэшэчынур я фӀэщ ищӀынущ. Бэнэныгъэр нэхъ гугъу, нэхъ хьэлъэ хъууэрэ екӀуэкӀынущ, арщхьэкӀэ, нэхъ гужьеигъуэ дакъикъэхэми абыхэм я фӀэщхъуныгъэмрэ я лӀыгъэмрэ хэхъуэнущ. Ахэр щыхьэт техъуэнущ: «Дэ Тхьэм и Псалъэр тхузэгъэкӀуэкӀынукъым икӀи Абы и Унафэ лъапӀэри тхуэгуэшынукъым иныкъуэм мыхьэнэшхуэ яӀэщ, адрейр — Ӏэмалыншэкъым жытӀэу, цӀыхухэм задедгъэкӀун, ягу дрихьын къудей щхьэкӀэ. Дызыхуэлажьэ Зиусхьэныр къарущ дэ дыкъригъэлыну. Мэсихь дунейм и тепщэхэм текӀуащ, хагъэщӀа дунейм дэ сыт дыщӀыщышынэныр?” GCKar 572.2

Чристэныгъэм къару псэу хэлъыху икӀи шейтӀаныр щыӀэху, зехуэныгъэхэр зэпыунукъым, дапхуэдэ щытыкӀэ къимыщтэми, ар шейтӀаным и принципым зэрызригъэужь щӀыкӀэщ. Зы цӀыхуи Тхьэм хуэлэжьэфынукъым, жыхьэрмэм и гупсэр къимыгъэгубжьу. МелыӀыч бзаджэхэр апхуэдэ цӀыхум къебгъэрыкӀуэнущ, я къуентхъым зэрыхэкӀыжым иригузавэхэурэ. Тхьэм хуэлажьэм игъэлъагъуэ щапхъэр зи гум темыхуэ цӀыху Ӏейхэр бзаджэнаджэхэм ягухьэнурэ, гъэӀулэныгъэ зэмылӀэужьыгъуэхэмкӀэ ар Тхьэм къызэрыбгъэдашынум пылъынущ. Ауэ къащемыхъулӀэкӀэ, ахэр яужь ихьэнущ лъэщыгъэкӀэ ар и напэм ирагъэпцӀыжыну. GCKar 573.1

Уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм цӀыхум и Уэчылу Хьиса иджыри щӀэтыху, къэрал унафэщӀхэми цӀыхубэми зэхащӀэнущ Дух ЛъапӀэм ем зримыгъэубгъуу дунейр зэрызэтриӀыгъэр. Ар зы мардэ пыухыкӀакӀи хыболъагъуэр дунейм щызекӀуэ законхэм. А законхэр щымыӀамэ, дунейм и щытыкӀэр иджы нэхърэ куэдкӀэ нэхъ хэплъэгъуэу щытынут. ЛӀыщхьэхэм ящыщ куэдыр шейтӀаным и Ӏэмэпсымэ щхьэкӀэ, лъэпкъ зэмылӀэужьыгъуэхэм я унафэщӀхэм яхэтщ Тхьэм хуэлажьи. Бийм и Ӏэпыдзлъэпыдзхэр Тхьэм и лэжьыгъэм ириуштурэ, сыт и лъэныкъуэкӀи зэран хуегъэхъу, арщхьэкӀэ, къэрал унафэщӀхэм Зиусхьэныр зылъытэу, мелыӀыч лъапӀэхэм я жьауэм щӀэту яхэт лӀыщхьэхэм аргумент лъэщхэр къагъэув модрейхэм яубзыхуа проектхэр ямыдэу. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ пэжыгъэм и хъумакӀуэхэм дунейм толькъунышхуэу къытеукъубеену щыт ер зэтраӀыгъэр. ШейтӀаным и дэрэгъухэм я ныкъуэкъуэныгъэр Тхьэм къызэтригъэувыӀэнущ, мелыӀычищым я хъыбарым и лэжьыгъэр и кӀэм нигъэсыфын папщӀэ. Тхьэр къахуэсакъыу иужь дыдэу цӀыхухэм къахуригъэхь хъыбарым гулъытэ хуащӀынущ, иджыпсту Зиусхьэным къигъэсэбэп лӀыщхьэхэм, икӀи абыхэм ящыщ языныкъуэхэм ар къащтэнурэ, гузэвэгъуэ зэманым Тхьэм и лъэпкъым я лъэныкъуэгъу хъунухэщ. GCKar 573.2

МелыӀыч ещанэм и хъыбарыр зыгъэӀухэм къахыхьэну мелыӀычым и щӀыхьым и нурым дуней псор къигъэнэхун хуейщ. А бегъымбарӀуатэ псалъэхэм къыжаӀэр а лэжьыгъэм хуабжьу дуней псор къызэщӀиубыдэу зэрызиубгъунур икӀи къызэрымыгуэкӀ къаруушхуэ зэрыхэлъынур. 1840-1844 гъэм щыӀа адвентистскэ зэщӀэхъееныгъэр Тхьэм и къарум и лэжьыгъэщ; япэ мелыӀычым и хъыбарыр дуней псом хъыбарыфӀзехьэхэм щагъэӀуат, икӀи языныкъуэ къэралхэм диным гулъытэшхуэ щыхуащӀ хъуат, ХУӀ-нэ лӀэщӀыгъуэм щыӀа Реформацэм иужь зэи къызэрымыхъуам хуэдэу; ауэ иужь дыдэу сакъыныгъэм укъыхуриджэу, ещанэ ме лыӀычым и хъыбарыр Реформацэм и лэжьыгъэм нэхърэ куэдкӀэ нэхъ инынущ. GCKar 573.3

А лэжьыгъэр зыхуэдэнур ЕтхущӀанэ махуэм къэхъуауэ щытарщ. Япэу ХъыбарыфӀыр ягъэӀун щыщӀадзам, жылэ лъапӀэр къэкӀын папщӀэ «уэшх пасэм” хуэдэу, Дух ЛъапӀэр къехауэ щытащ, апхуэдэуи «уэшх кӀасэр» зэманым и кӀэм къешхынущ, гъавэр Ӏухыжыгъуэм хуэхьэзыр хъун папщӀэ. «Аращи, зэдгъэцӀыхунщ, дыхущӀэкъунщ Зиусхьэныр къызэрытцӀыхуным; пщэдджыжь пшэплъым хуэдэщ Ар къыщылъагъуэм и деж, Ар къэкӀуэнущ ди деж уэшхым хуэдэу, уэшх кӀасэм хуэдэу щӀым къехынущ» (Ос. 6:3). «Фэри, Сион и бынхэм дэрэжэгъуэр фи махуэу фыщыгуфӀыкӀ фи Зиусхьэн фи Тхьэм; фрикъуу уэшхыр къывитынущи, къыфхуригъэхынущ япэм хуэдэу уэшх пасэри, уэшх кӀасэри». «Иужь махуэхэм къэхъунущ мыпхуэдэу, — жеӀэр Тхьэм, — Си Дух ЛъапӀэр дэтхэнэ зы цӀыхуми къыхуезгъэхынущ”. «ИкӀи къэхъунущ мыпхуэдэу: Зиусхьэным елъэӀу дэтхэнэри мыкӀуэду къелынущ» (Иоил. 2:28; Деян. 2:17,21). GCKar 574.1

Инджылым и лэжьыгъэшхуэр щызэфӀагъэкӀкӀэ Тхьэм и къарур къэлъагъуэн хуейщ, ар щыщӀидзауэ щытам къызэрылъэгъуам хуэдэу. Уэшх пасэр къыщешхам гъэзэщӀа хъуа бегъымбарӀуатэхэм аргуэру къытрагъэзэжынущ уэшх кӀасэр дунейм и ужь махуэхэм къыщешхыну зэманым. Ар «гуфӀэгъуэ зэманщ”, Петр зыщӀэхъуэпсу щытарщ мыпхуэдэу жиӀэурэ: «Аращи, зывумысыжи Тхьэм зыхуэвгъазэ, фи гуэныхьхэр къыфхуэгъун папщӀэ, итӀанэ, Зиусхьэным къыбгъэдэкӀыу гуфӀэгъуэ зэманхэр къыфхуэкӀуэнущ, икӀи фыкъызэригъэгугъа Хьиса Мэсихь къыфхуигъэкӀуэнущ” (Деян. 3:19,20). GCKar 574.2

Тхьэм и ӀурыщӀэхэм я нэкӀур нэху хъуауэ, Тхьэм зэрыхуэпщылӀым и мыхъурыр ятелъу, уафэм къикӀ хъыбарыр щӀым и плӀанэпэ псоми зэрахьыным хуэпӀащӀэу щытынущ. А сакъыныгъэ хъыбарыр дэнэкӀи цӀыху мин бжыгъэхэм я макъкӀэ щагъэӀунущ. ФӀэщхъуныджэ куэди къэхъунущ, сымаджэхэр хъужынущ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм къэмыхъу зи мыхабзэ телъыджэ куэдхэр къагъэлъэгъуэнущ. ШейтӀанми къигъэлъэгъуэнущ «нэщэнэ инхэр, цӀыхухэм я пащхьэм уафэм къикӀыу щӀылъэм мафӀэ къригъэхынущ» (Откр. 13:13). Мис абы щыгъуэщ щӀылъэм щыпсэухэр иужь дыдэу щыхэдэнур. GCKar 574.3

А хъыбарым зэрызиубгъунур цӀыху Ӏущагъым и къарукӀэкъым, атӀэ Тхьэм и Духым ар быдэу цӀыхухэм я фӀэщ зэрищӀымкӀэщ. Щыхьэтыгъэхэр кърагъэхакӀэщ. Жылэр хасауэ щытащ, иджы ар къэкӀынурэ и пыкӀэр хъунущ. ХъыбарыфӀзехьэхэм цӀыхубэм хагуэша тхылъхэм я лэжьыгъэр ягъэзэщӀащ, арщхьэкӀэ, цӀыху куэдым, пэжыгъэр къызыфӀэӀуэхуахэм и кӀэм нэсу ар къагурыӀуэу къащтэным зыгуэрхэр зэран къахуэхъуат. Иджы-тӀэ нэхум и бзийхэр дэни носыр, пэжыгъэр гурыӀуэгъуэу къызэӀукӀащи, Тхьэм и бын пэжхэм ар ягъэнэӀуащи. Ӏыхьлыгъэ зэпыщӀэныгъэхэри Члисэм къигъэув къалэнхэри пэжыгъэр кърамыгъэщтэнкӀэ зыми зэран яхуэхъужыфынукъым. Пэжыгъэр нэгъуэщӀ псом нэхърэ нэхъ лъапӀэ хъунущ. Бийхэм я къару псор зэрызэкъуагъэувам щхьэкӀэ къэмынэу, фӀэщхъуныгъэ зыгъуэта куэд Зиусхьэным и лъэныкъуэу увынущ. GCKar 575.1