Loading...

Loading

Loading
(You are in the browser Reader mode)

40 ӀЫХЬЭ—ТХЬЭМ И ЛЪЭПКЪЫР КЪЫЗЭРЫРИГЪЭЛЫНУР

Тхьэм и унафэхэр зылъытэхэр къэрал унафэхэмкӀэ дэӀэпыкъуэгъуншэ дыдэу щхьэхуимыт ящӀа нэужь, ахэр зэрагъэкӀуэдыным и Ӏуэху къэрал зэмылӀэужьыгъуэхэм зэрахуэ хъунущ. КъыдэкӀа унафэм игъэбелджыла зэманыр къыщыблагъэкӀэ, цӀыхухэр а ялъагъу мыхъу диным итхэр зэрагъэунэхъунымкӀэ зэрыгъэӀущынущ. Ахэр зэгурыӀуэнущ зэгуэрым жэщым абыхэм зэшэзэпӀэу ятеуэу, езыхэр зыгъэкъуаншэ макъхэр игъащӀэкӀи зыхамыхыжын хуэдэу залымыгъэкӀэ ягъэужьыхыжыну. GCKar 596.1

Тхьэм и лъэпкъыр — хэт тутнакъэщым ису, хэт мэз пхыдзахэм, бгыхэм зыщагъэпщкӀухэу — псори Тхьэм и дэӀэпыкъуныгъэм иджыри щӀэлъэӀурт, дэнэкӀи зэщӀэузэда цӀыху гупышхуэхэм, шейтӀаным и жинхэм къызэщӀагъэстахэм, аэр зэрызэтраукӀэным зыхуагъэхьэзырт. А нэхъ сыхьэт шынагъуэм Израилым и Тхьэр къыхэӀэбэнущ, Езым къыхихахэр къригъэлын щхьэкӀэ. Абы жеӀэр: «МахуэщӀ жэщым хуэдэу фэ уэрэд къифшынущ, Израилым и быдапӀэу Зиусхьэным и бгы лъапӀэм дэкӀуейхэм хуэдэу, фигухэр хэхъуэнущ. Уафэгъуагъуэм хуэдэу Зиусхьэным и макъыр къэӀунурэ, и Ӏэ лъэщым и зэфӀэкӀыр игъэлъэгъуэнущ. Абы и губжь иныр псори зыпхъуатэ мафӀэшхуэмкӀи, борэнымкӀи, псыдзэмкӀи, мывэм хуэдэу къещэщэхыну уэхэмкӀи къэлъэгъуэнущ” (Ис. 30:29,30). GCKar 596.2

Зэрызехьэу, кӀий-гуоуэ, хьэгъэм хуэкӀуауэ, бгэрэ-бжэуэ цӀыху гупышхуэхэр хъийм икӀауэ я къуентхъым зрадзыну хьэзырщ, арщхьэкӀэ, кӀыфӀыгъэ Ӏувым, жэщ нэхъ кӀыфӀ дыдэм нэхъри нэхъ фӀыцӀэм щӀылъэр щӀеуфэр. ИтӀанэ, Тхьэм и тахътэм и нурымкӀэ зэщӀэлыдэ лэгъупыкъу уафэм къыщолъагъуэ: Тхьэ елъэӀу дэтхэнэ зы гупри абы къиухъуреихьу къыпщохъу. КъызэщӀэплъа цӀыху къомыр гущтэ-гулэ хъуауэ, я пӀэм йожыхь. КӀий-гуо макъыр мэкӀуэдыж. ЦӀыхухэм ящыгъупщэжащ апхуэдизу къызэщӀэзыгъэплъар сытми. Шынагъуэ Ӏей къазэрыщхьэщыхьар зэхащӀэу, ахэр Тхьэм и гущӀэгъум и дамыгъэм здеплъым, абы и лыдыныгъэм, зэпхригъулыгъукӀыу псори къэзыгъэнэхум зыщагъэпщкӀуа зэрыхъуным йогупсыс. GCKar 596.3

Тхьэм и бынхэм зэхэщӀыкӀыгъуэу, макъамэ дахэу уи тхьэкӀумэм иӀуэ псалъэр зэхах: «Фи щхьэр къэфӀэт!» Я напӀэр драхьейри, гъэгугъэныгъэм и лэгъупыкъур абыхэм къалъагъу. Уафэр зыуфауэ щыта пшэ фӀыцӀэжьхэр зэкӀэщӀокӀыжри, Стефан хуэдэу, езы уафэр къалъагъу, Тхьэм и щӀыхьри тахътэм тес Тхьэм и Къуэри къалъагъу. Абы и Тхьэ-Ӏэпкълъэпкъым зэрагъэпудауэ щытам и фэбжьыр телъу къалъагъу, икӀи зэхахыр Ар и Адэмрэ мелыӀыч лъапӀэхэмрэ зэрелъэӀур: «Си Адэ, Уэ къызэптахэр, Сэри сыздэщыӀэм ахэри си гъусэу щыӀэну сыхуейщ!» (Ин. 17:24). Аргуэрым текӀуэныгъэ макъыр макъамэ дахэу зэхах: «КъокӀуэр! КъокӀуэр Тхьэр зыгъэпэжхэр, бжьыгъэ зытемылъхэр, зызымыуцӀэпӀыжахэр! Ахэм си Псалъэр бэшэчынагъ яхэлъу яхъумащ; иджы ахэр мелыӀычхэм къадэгъуэгурыкӀуэнущ!” Фагъуэ хъуауэ, зи Ӏупэхэр кӀэзызхэу, зи фӀэщхъуныгъэр быдэу щытахэм текӀуэныгъэ макъыр къажьэдолъэт. GCKar 597.1

Жэщыкум Тхьэм и къарур игъэлъэгъуэнущ и лъэпкъыр къригъэлын щхьэкӀэ. Дыгъэм узримыгъэплъу къызэщӀэлыдэнущ. Телъыджэхэмрэ нэщэнэхэмрэ псынщӀэ дыдэу зыр зым къыкӀэлъыкӀуэу къэхъунущ. Тхьэншэхэр гужьеяуэ, ящӀэныр ямыщӀэжу а псом кӀэлъоплъ, абы щыгъуэм цӀыху щыпкъэхэр къызэрырагъэлыным и нэщэнэхэм гуфӀэ-гупсэу йоплъ. Дунейм и хабзэхэм зихъуэжауэ къыпщохъу. Псыхэр къэувыӀащ. Пшэ фӀыцӀэжь хьэлъэхэр зэжьэхэуэурэ мэлъалъэхэр. Къэгубжьа уафэм и курыкупсэм хуэзэу, пхуэмыӀуэтэну щӀыхьым и лъагъуэр щолъагъу; Абы къыхэӀукӀыу Тхьэм и макъ, псы куэдым я макъым хуэдэр «ЗэфӀэкӀащ! жиӀэу зэхыбох” (Откр. 16:17). GCKar 597.2

А макъым уафэри щӀылъэри егъэзджыздж. ЩӀыр иныщэ Ӏейуэ мэхъей «цӀыхухэр щӀылъэм зэрытетрэ игъащӀэм къызэрымыхъуам хуэдэу, иныщэу хъеящ. Апхуэдизу ину хъеят щӀыр! Иныщэ Ӏейуэ!» (Откр. 16:18). Уафэр къызэӀукӀыу-зэӀухьэжыу къыпщохъу. Тхьэм и тахътэм къыбгъэдэкӀ нурым щыщи къыпхедз. Къуршхэр зэщӀоскъыскъэр, жьым зэрихьэ къамылым хуэдэу сысурэ, къыр къутахуэхэр лъэныкъуэ псомкӀи мэлъей. Гъунэгъу къэхъу борэным и гъуахъуэ макъыр зэхыбох. Тенджызыр губжьауэ къэукъубеящ. Борэн шынагъуэм и макъыр нэхъ ин къэхъуурэ макӀуэ, зэхэзыкъутэ лэжьыгъэр зыгъэзащӀэ шейтӀаным и жинхэм я макъ ябгэр уигу къигъэкӀыу. ЩӀылъэр тенджыз толъкъунхэм хуэдэу, зэрыщыту зэм докӀуей, зэм къохыж. ЩӀылъэр къочэр, щӀы къатиблыр къыщӀегъэщ жыуигъэӀэу. Къуршхэр йощэтэх. ХытӀыгухэу цӀыху зытесхэр мэбзэх. Толъкъун губжьахэм хы Ӏуфэм Ӏут къалэхэу, цӀапӀагъэр зыгъэбагъуэу щытахэр щӀалъафэр, Содом хуэдэу. Вавилон инри «Тхьэм игу къегъэкӀыж, и губжь гуащӀэр зэрыт фалъэр ӀэщӀилъхьэн папщӀэ», мывэ домбейуэ уэ къеххэм, «дэтхэнэ зыри путищ хуэдиз зи хьэлъагъхэм», цӀыхухэр зэтраукӀэ (пыч. 19, 21). ЩӀылъэм тет нэхъ къалэ удэфахэр ягъэкӀуэдащ. Сэрей гъуэзэджэхэр, мы дунейм и щэджащэхэм, цӀэрыӀуэ защӀын папщӀэ, мылъку куэд трагъэкӀуадэу дращӀеяхэр, иджы ялъагъуу мэсэхыж. Тутнакъым и блынхэри зэтощащэхэри, Тхьэм и лъэпкъыр, я фӀэщхъуныгъэм къыхэкӀкӀэ яубыдахэр, щхьэхуиту къыщӀокӀыжхэр. GCKar 597.3

Хьэдащхьэхэр къызэӀукӀынурэ «ЩӀым хэлъу жейхэм ящыщ куэдыр къэушыжынущ: языныкъуэхэр мыкӀуэдыж гъащӀэм къыхуэушыжынущ; адрейхэр игъащӀэкӀи я напэр текӀыным къыхуэтэджыжынущ» (Дан. 12:2). МелыӀычищым и хъыбарыр зи фӀэщ хъууэ дунейм ехыжахэр лъапӀагъэ яӀэу мащэм къикӀыжынущ, Тхьэм и Унафэр зыгъэзэщӀахэм зэгурыӀуэныгъэ ярищӀылӀэныр зэхахын щхьэкӀэ. Мэсихь хьэзабышхуэр щишэча иужь сыхьэтым хьэӀупс зыщӀахэри, «и джабэм бжы хэзыӀуахэри” къэтэджыжынущ (Откр. 1:7), къищынэмыщӀауэ, и пэжыгъэмрэ и лъэпкъымрэ я бий нэхъ ябгэ дыдэхэри къэхъужынущ, Мэсихь и щӀыхьри, къыхуэпэжу къедэӀуахэм яӀэну щытхъури ялъагъун щхьэкӀэ. GCKar 598.1

Пшэ Ӏувхэм иджыри уафэр щӀахъумэр, ауэ зэзэмызэ дыгъэр къызэпхедз, ахэр зыгъэпшынэ Тхьэм и нэм хуэдэу. Уафэр зэлъещӀыс уафэхъуэпскӀ шынагъуэм, щӀылъэр мафӀэ джэбынкӀэ зыуфам. Уафэ зэщӀэгъуагъуэр щӀихъумэу, макъ шынагъуэ гуэрхэри къоӀу, бзаджэнаджэхэм я щхьэм ирикӀуэнур къыжиӀэу. Псоми къагурыӀуэркъым абы къикӀыр, ауэ егъэджакӀуэ нэпцӀхэм ар фӀыуэ зэхащӀыкӀ. Заул и пэкӀэ зыри къафӀэмыӀуэхуу, апхуэдизу нэмысыншэу, удэфауэ, апхуэдиз гущӀэгъуншагъэ Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэхэм хузиӀахэр, иджы я гур дзапэкӀэ яӀыгъыу, гужьеигъуэм егъэкӀэзызхэри зэхэтщ. Абыхэм я пыхьэ макъым дуней ятам и макъыр щӀахъумэр. ШейтӀаным и жинхэм Мэсихь зэрыТхьэр ящӀэр, Абы и къарум щышынэу я гур икӀауэ щытщ, абы хэту цӀыхухэр Тхьэм и гущӀэгъум щӀолъэӀур, замыщӀэжу шынэу зепщыпщэу щӀым щылъхэщ. GCKar 598.2

Пасэм бегъымбархэм, Зиусхьэным и махуэр къащыхуэлъэгъуам жаӀащ: «Фыпыхьэ; Зиусхьэным и махуэр къоблагъэри, Псори ЗылъэкӀым къыбгъэдэкӀыу лъапсэрыхыр къосри» (Ис. 13:6). «ФыкӀуэ къуршым фыдыхьи, Зиусхьэным и шынэгъуагъэм, Абы и щӀыхьым и нурым зыщывгъэпщкӀу. Пагэу плъэуэ щытахэм я нэхэр къелӀыхынущ, цӀыхухэм яфӀэлъапӀари ягъэпудынущ; Зиусхьэным и закъуэщ а махуэм лъагэу щытынур. ГуащӀэм я нэхъ иныр Зыбгъэдэлъ Зиусхьэным и махуэм зыкъызыфӀэщӀыжауэ щӀагъуэ хъуа псори, удэфахэри иужьыгунущ» (Ис. 2:10-12). «А махуэм цӀыхум дыжьыным, дыщэм къыхэщӀыкӀауэ тхьэпэлъытэу мывэсын яӀахэр, щхьэщэ хуащӀын щхьэкӀэ ягъэжауэ щытахэр, щӀыӀубхэмрэ дзыгъуэнэфхэмрэ хуадзынурэ, къырхэм гъуэмбырэщ яӀэхэм ихьэнущ, къурш зэхуакухэм загъэпщкӀуну дыхьэнущ, щӀылъэр игъэзджызджыну зыкъэзыӀэтыну Зиусхьэным игъэгузэвэнущи, Абы и ЛъапӀагъэм и щӀыхьым щышынэнущи» (Ис. 2:20,21). GCKar 599.1

Пшэ зэхуакухэм къыдидзу вагъуэхэр къоблэхэр, нэм къыщӀэуэр умылъагъуу дунейр здэкӀыфӀым, ахэр икъукӀэ нэху Ӏейуэ къаблэу къыпщохъур. Абы гугъэрэ гуфӀэгъуэрэ Тхьэм хуэпэжхэм я гум ирелъхьэр, ауэ Тхьэм и Унафэр зыкъутахэм дежкӀэ ахэр Тхьэм и губжьым и нэщэнэу ялъагъу. Мэсихь щхьэкӀэ псоми емыблэжахэр иджы шынагъуэншэхэщ, Тхьэм и егъэзыпӀэ щэхум щыӀэ хуэдэхэщ. Ахэр ягъэунэхуащ, абыхэм папщӀэ Зи гъащӀэр Зытам зэрыхуэпэжым дуней псом я пащхьэ щыхьэт щытехъуащ, пэжыгъэр зымыдахэм я пащхьэми. ЗэхъуэкӀыныгъэ гъуэзэджэ ягъуэт цӀыхугъэ зыхэлъхэу щытахэм, лӀэныгъэм щымышынэу цӀыху пэжу къэнахэм. НапӀэзыпӀэм ахэр шейтӀаным и пщылӀ хъуа цӀыхухэм я тепщэм къыӀэщӀокӀыр. Заул ипэкӀэ гузавэ къызэрыщу, уэдыкъуа, фагъуэу щыта абыхэм я нэкӀухэм иджы гухэхъуэр, фӀэщхъуныгъэр, фӀылъагъуныгъэр къолыдыкӀ. Абыхэм я макъхэр текӀуэныгъэ уэрэдым и макъамэу зэдожьу: «ДэркӀэ щхьэегъэзыпӀэщ, гуащӀэ къытхэзылъхьэ Тхьэр, ди насыпыншагъэм къытхуохъу псынщӀэу дэӀэпыкъуэгъу. Аращи, дыкъэщтэнкъым щӀылъэр къэкӀэзызми, бгыхэр тенджызыкум хэхуэкӀи; макъышхуэ ягъэӀуу толъкъунхэм зыкъаӀэтурэ къуршхэр ягъэзджызджкӀи» (Пс. 45:2-4). GCKar 599.2

Тхьэм щыгугъыу апхуэдэ псалъэхэмкӀэ ахэр Тхьэ зделъэӀум, пшэхэр зэкӀэщӀокӀыжри уафэ вагъуэбэр къыщӀагъэщ, щӀым и гъунэм кӀэщӀыхьа пшэ фӀыцӀэжьхэм елъытауэ апхуэдизу уафэ гъуэзэджэр. Дэмэдазэу къыӀуаха куэбжэм уафэ къалэм и щӀыхьыр къыдолыдыкӀ. ИтӀанэ, уафэм Ӏэ къыщолъагъуэ, зэгуэлъхьа мывэ джеитӀ ӀэщӀэлъу. Бегъымбарым жеӀэр: «Абы и щыпкъагъэр уафэм егъэӀур; Тхьэращ хьэкумыр зыщӀэр» (Пс. 49:6). А Унафэ лъапӀэр — Тхьэм и Щыпкъагъэр, — мафӀэмрэ уафэгъуагъуэмрэ хэту Синай Ӏуащхьэм щагъэӀуауэ щыта гъащӀэм и хабзэр, иджы цӀыхухэм хьэкум зэрытращӀэн пщалъэу я пащхьэ къохьэр. Ӏэм мывэ джеитӀыр къызэгуехри, псоми къалъагъу, мафӀэкӀэ тхауэ къыпщыхъу УнафипщӀыр. А псалъэхэр апхуэдизкӀэ зэхэщӀыкӀыгъуафӀэщи, дэтхэнэ зыри абы къеджэфынущ. КӀыфӀыгъэр, щхьэрыуэныгъэр ящхьэщокӀри, цӀыхухэм я акъылыр къоуш. Тхьэм и УнафипщӀыр, кӀэщӀу, гурыӀуэгъуафӀэу, лъэщу щытыр щӀылъэм щыпсэу псоми къалъагъу. GCKar 599.3

Тхьэм пщэрылъ лъапӀэ ищӀахэр лъакъуащхьэкӀэ зыутахэр гузэвэгъуэу, гуӀэгъуэу зыхэтыр пхужыӀэнукъым. Тхьэм и Унафэр абыхэм яритащ; езыхэм я хьэлыр абы ирагъапщэурэ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ я щыщӀагъэхэр къалъагъужыфынут, хущӀегъуэжу захъуэжыну иджыри Ӏэмал щаӀам щыгъуэ, арщхьэкӀэ, дунейр нэфӀкӀэ къызэрагъэплъын щхьэкӀэ, ахэм Тхьэм къигъэувахэр къызэфӀагъэӀуэхуакъым, адрейхэми гуэныхь ящӀэу ирагъэсащ. Ахэр яужь итащ Тхьэм и лъэпкъыр хагъэзыхьу, щэбэтыр ирагъэгъэпудыну. Иджы ахэр зыгъэкъуаншэр Ӏумпэм ящӀа а Унафэ дыдэрщ. Игъэшынэу, ӀупщӀу абыхэм къагуроӀуэр ахэр зыгъэзэхуэжыфын зэрыщымыӀэр. Абыхэм езыхэращ къыхэзыхар зыхуэлажьэу щхьэщэ зыхуащӀыну зыхуейр дэрами. «ИтӀанэ къэфлъагъунущ фэ, цӀыху щыпкъэмрэ бзаджащӀэмрэ, Тхьэм хуэлажьэмрэ хуэмылажьэмрэ зэрызэщхьэщыкӀыр» (Мал. 3:18). GCKar 600.1

Тхьэм и Унафэм и бийхэм — члисэм и лэжьакӀуэхэм щыщӀэдзауэ гурыӀуэ щӀагъуэ зимыӀэхэм я деж нэсыжу — иджы псоми пэжыгъэри я къалэну щытахэри нэгъуэщӀущ къазэрыгурыӀуэр. Хуабжьу гувауэщ абыхэм къыщалъэгъуар щэбэт нэпцӀыр ипэжыпӀэкӀэ зищӀысыр, ар зытета лъабжьэри махэу зэрыщытыр. Абыхэм къалъагъу Тхьэм зэребэнар. Дин-егъэджакӀуэхэм цӀыхухэр кӀуэдыжыныгъэм хуашащ, жэнэтыбжэм ирашалӀэ ирагъэгугъэурэ. Къемэтмахуэращ наӀуэ щыхъунур диным хуэлэжьахэм жауаплыныгъэу яхьынур зыхуэдизыр, сыту хьэлъэ абыхэм я мыпэжыныгъэм къыхэкӀкӀэ я щхьэм ирикӀуэнур. МыкӀуэдыжын гъащӀэрщ къыщытщӀэнур дэтхэнэ зы цӀыху кӀуэдами и уасэр зыхуэдизыр. Тхьэм «къызбгъэдэкӀ, пщылӀ бзаджэ!», зыжриӀэнухэм Ӏыхьэ яхуэхъунур шынагъуэ Ӏейщ. GCKar 600.2

Уафэм къиӀукӀыу макъ зэхыбох, Мэсихь, и Ӏумэтым ит къыхуэпэжхэм мыкӀуэдыжын зэгурыӀуэныгъэ ирищӀылӀэну, къыщыкӀуэну махуэри сыхьэтри игъэӀуу. Уафэгъуагъуэ лъэщым и макъым хуэдэу, Абы и макъыр щӀылъэ псом дэнэкӀи нос. Тхьэм и Лъэпкъым, я нэгур уафэм хуагъэзауэ зы псалъэ бламыгъэкӀыу щӀодэӀу. Абыхэм я нэкӀур Тхьэм и щӀыхьым егъэлыд, Синай Ӏуащхьэм къыщехыжам щыгъуэ Муса и нэкӀур зэрыблам хуэдэу, бзаджащӀэхэр абыхэм еплъыфыркъым. Тхьэм и щэбэт лъапӀэр зыгъэзащӀэхэу, Тхьэр зыгъэлъэпӀахэр насыпыфӀэу щагъэӀукӀэ, текӀуэныгъэм и макъышхуэр къоӀур. GCKar 601.1

ЩӀэх дыдэу къуэкӀыпӀэмкӀэ пшэ Ӏэрамэ фӀыцӀэ цӀыкӀу, цӀыхум и Ӏэгум и ныкъуэм хуэдиз хъуну, къыщолъагъуэ. КъегъэлакӀуэр къэзыухъуреихь а пшэр жыжьэу щыплъагъукӀэ, кӀыфӀыгъэ защӀэу къыпщохъу. Тхьэм и лъэпкъым ещӀэр ар ЦӀыхум и Къуэм хуэдэу Къехам зэринэщэнэр. Щыму, я гур хэхъуэу ахэр кӀэлъоплъ абы, нэхъ нэху, нэхъ гъуэзэджэ хъууэрэ щӀым гъунэгъу къызэрыхуэхъум, икӀэм-икӀэжым пшэ хужьыбзэ гуартэшхуэ мыхъухукӀэ. А пшэм и лъабжьэр псори зыпхъуатэ мафӀэм хуэдэщ, пшэм и щхьэкӀэ зэгурыӀуэныгъэм и лэгъупыкъур къыщхьэщытщ. Мэсихь къохыр ТекӀуэныгъэр зей лъэщышхуэу. Иджы Ар, укӀытэгъуэмрэ гуӀэгъуэмрэ дыджу зэрыт фалъэм ефэркъым, «ГуӀэ ЛӀыкъым», — Ар уафэми щӀылъэми я ТекӀуэлӀщ, псэухэми лӀахэми я ХеящӀэщ, «Укъэзыгъэпэжщ икӀи Щыпкъэщ, захуагъэкӀэ хьэкум ЗыщӀэр икӀи Зауэр”; «уафэм и дзэри Абы къыкӀэлъыкӀуэрт” (Откр. 19:11, 14). Пхуэмыбжыну мелыӀыч лъапӀэ Ӏэджэ, уафэ уэрэд гъуэзэджэхэр кърашу, Хьиса дэщӀыгъут. Уафэр зэрыщыту мелыӀыч лыдхэм яуфэбгъуауэ къыпщыхъут; «ахэр мин Ӏэджэ хъурт». А телъыджэр тхакӀуэм и къалэмым хуэтхынукъым; лӀэныгъэм ӀэщӀэлъ акъылым абы и лъапӀагъэмрэ и дахагъэмрэ къыгурыӀуэфынукъым. «Абы и лъапӀагъэм уафэр щӀехъумэр, Абы и щӀыхьыр щӀылъэм щыз хъуащ. Абы и лыдыныгъэр дыгъэм и нэхум хуэдэщ» (Авв. 3:3, 4). МелыӀычхэм къагъэхъуа пшэр нэхъ лъахъшэу къеха нэужь, псоми гъащӀэм и Пщыр къалъагъу. Иджы пыжьбанэм къыхэщӀыкӀа тажым Абы и нэкӀур фаджэ ищӀыркъым, Абы щӀыхьым и тажыр щхьэрыгъщ. Абы и нэкӀур узримыгъэплъу мэлыд, махуэ шэджагъуэм дыгъэр къызэрыблэм хуэдэу. «Абы и щыгъынми, и куэми и цӀэр тетхащ: пащтыхьхэм я Пащтыхьыж, зиусхьэнхэм я Зиусхьэн» (Откр. 19:16). GCKar 601.2

Абы и пащхьэм «псоми я нэкӀухэр фагъуэ щыхъуащ», Абы и гущӀэгъур зымыдахэм зэи къызэрамыгъэзэжыфынур зэхащӀэу, я щхьэр къыфӀэхуащ. «Ягухэр мэкӀуэд, я лъэгуажьэхэр зэтоуэр... псоми я нэгур зэхэуфащ» (Иер. 30:6; Наум. 2:10). ЦӀыху щыпкъэхэм я гур къилъэтурэ жаӀэр: «Хэт зышэчыфынур?» А псалъэхэр къыщыӀукӀэ мелыӀычхэм я уэрэдыр зэпагъэу, дэнэкӀи шынагъуэу щым мэхъу. ИтӀанэ, Хьиса и макъыр къоӀу: «Фрикъунущ фэ си нэфӀщыхуэныгъэм”. ЦӀыху щыпкъэхэм я нэкӀур нэху къохъужри, гуфӀэгъуэр я гум щыз мэхъу. МелыӀычхэм я макъым зрагъэӀэтри, аргуэрым уэрэдым къыщӀадзэр, щӀылъэм гъунэгъу къыхуэхъуурэ. GCKar 601.3

Пащтыхьхэм я Пащтыхьыжыр мафӀэ лыгъейм къиухъреихь пшэм къытохьэр. Уафэм зешыхь фэ шыхьам хуэдэу; щӀылъэр мэкӀэзыз, дэтхэнэ зы бгыри, дэтхэнэ зы хытӀыгури мэӀэпхъуэ. «КъокӀуэр ди Тхьэр, зиущэхуауэкъым къызэрыкӀуэр: Абы и пэ къитщ мафӀэ лыгъейр, и хъуреягъыр жьыбгъэшхуэщ. Абы уэгури щӀыгури къреджэр щыхьэт ищӀыну, и лъэпкъым хьэкум трищӀэнущи» (Пс. 49:3,4). GCKar 602.1

«ЩӀылъэ пащтыхьхэми, лӀакъуэлӀэшхэми, къулейхэми, дзэпщхэми, къару зыбгъэдэлъхэми, дэтхэнэ зы пщылӀми, дэтхэнэ зы щхьэхуитми бгъуэнщӀагъхэм, къурш аузхэм зыщагъэпщкӀуауэ мывэхэмрэ къырхэмрэ жраӀэр: зыкъыттевдзи, тахътэм Тесым и нэкӀум зыщывгъэпщкӀу, Щынэм и губжьым дыщыфхъумэ, Абы и губжьым и махуэшхуэр къэсащи, хэт ар зыхуэшэчынур?” (Откр. 6:15-17). GCKar 602.2

ЩӀэнэкӀалъэхэмрэ ауаныщӀхэмрэ бэяужащ. Жьэ бзаджэхэри зэтрапӀэжащ. Ӏэщэ макъхэри, кӀий-гуори, зэрызехьэри сабырыжащ... GCKar 602.3

Зэхэпхыр цӀыхухэр Тхьэм зэрелъэӀухэмрэ зэщӀэгъуагэу зэрыпыхьэмрэщ. Зэгуэрым ауаныщӀу щытахэр иджы къыхокӀиикӀхэр: «Абы и губжьым и махуэшхуэр къэсащи, хэт ар зыхуэшэчынур?” жаӀэурэ. БзаджащӀэхэр мэтхьэджэ, мывэ къырхэр къытехуэным щӀэнэцӀу, Ӏумпэм ящӀу Ямыдам и нэкӀур ямылъагъун къудей щхьэкӀэ. GCKar 602.4

Абыхэм яцӀыху а макъыр, лӀахэр къэзыгъэушыжыр, дапхуэдизрэ нэщхъейрэ щабэу, Ар къазэрелъэӀуар абыхэм я гуэныхьхэм хущӀригъэгъуэжын щхьэкӀэ. Дапхуэдизрэ къелъэӀуу хигъэзыхьа а макъым — Ныбжьэгъум, Къуэшым, ЩэхужакӀуэм и макъым! Абы и гущӀэгъум елъэпэуахэм я дежкӀэ зыри нэгъуэщӀ макъ апхуэдизу уигъэкъуаншэу, уигъэмысэу щытынукъым, мыпхуэдэу жиӀэу апхуэдиз зэманкӀэ абыхэм къелъэӀуам фӀэкӀа: «Зыкъэвгъазэ, зыкъэвгъазэ фи гъуэгу Ӏейхэр къэвгъани! Сыт фыщӀэлӀэныр?» (Иез. 33:11). А макъыр абыхэм ямыцӀыхуу щыттэкъым! Хьиса жеӀэр: «Сэ фэ сынывэджат, ауэ фыкъызэдэӀуакъым, си Ӏэр ныфхуэсшият, ауэ фыкъысхуеякъым, си чэнджэщхэри зыхэфлъхьакъым, фызэрызгъэкъуаншэри вдакъым” (еплъ Притч. 1:24, 25). А макъым абыхэм ягу къегъэкӀыж зи щӀыб зыхуагъэза сакъыныгъэ хъыбархэр, зэдэӀуэну зыхуэмея макъхэр, абыхэм къамыгъэсэбэпа ӀэмалыфӀхэр — яхузэфӀэкӀамэ, гуфӀэжу абыхэм я гум ирахыжынт а псори. GCKar 602.5

Мэсихь хьэзабыр щишэчам щыгъуэ лей къезыхахэри абдежым щыӀэнущ. Шынэрэ гузавэу, абыхэм ГугъуехьакӀуэм и псалъэхэр ягу къагъэкӀыж, щоджэн пашэм Ар хигъэзыхьу, Тхьэм щхьэкӀэ жиӀэу къелъэӀуу, къыщеупщӀам щыгъуэ, Абы итыжауэ щыта жэуапыр. Абы жиӀат: «ДяпэкӀэ фэ флъагъунущ ЦӀыхум хуэдэу Къехар ГуащӀэм я нэхъ иныр ЗиӀэм ижьырабгъукӀэ къыбгъэдэсрэ, пшэхэм яхэту къакӀуэу» (Мф. 26:64). Иджы абыхэм ялъагъу Ар, щӀыхьым къиухъуреихьу, ГуащӀэм я нэхъ иныр ЗиӀэм ижьырабгъукӀэ къыбгъэдэсу. GCKar 603.1

Тхьэм зэриКъуэр Абы щыжиӀам щыгъуэ къыщӀэнэкӀауэ щытахэм иджы зыри жаӀэркъым. Мыбдежым щыӀэщ зыкъызыфӀэщӀыжа Ирод, Хьиса бгъэдэлъ пащтыхьыгъэр гушыӀэ зыщӀар, Ар ауан ищӀу, къыщыдыхьэшхыу, и зауэлӀхэм унафэ яхуищӀу пащтыхьым хуэдэу Ар езыгъэхуэпауэ щытар. Мыбдежым зэхэтщ зи Ӏэ фӀейхэмкӀэ Абы чэтэныплъыр щызытӀэгъахэр, Абы и щхьэ лъапӀэм пыжьбанэм къыхэщӀыкӀа тажыр фӀэзылъхьахэр, Абы и Ӏэм пащтыхь токъмакъым хуэдэ ӀэщӀэзылъхьэхэу, итӀанэ къыхуэхъущӀэу, къыщыдыхьэшхыурэ щхьэщэ къыхуэзыщӀахэр. ГъащӀэм и Пщым еуахэм, и нэкӀум щӀэубжьытхауэ щытахэм иджы Абы и Ӏуплъэгъуэ узэпхрызылыгъукӀым зыщагъэпщкӀу, ахэр хьэзырщ дэни щӀэпхъуэну, псоми лъэӀэс Абы и щӀыхьым зыщагъэпщкӀун щхьэкӀэ. ГъущӀӀунэр Абы и Ӏэ, и лъакъуэхэм хэзыукӀахэри, Абы и джабэм бжы хэзыӀуа зауэлӀри иджы гузавэу, я напэр сыуэ Абы и Ӏэпкълъэпкъым традза дыркъуэм и лъэужьхэм йоплъ. GCKar 603.2

Щоджэнхэмрэ Ӏэтащхьэхэмрэ Голгофэм къыщыхъуар зэхэщӀыкӀыгъуэу, иригужьейуэ псори ягу къокӀыж. Шынагъэм игъэкӀэзызхэу, абыхэм ягу къокӀыж шейтӀаным хуэдэу, я щхьэхэр хуащӀурэ зэрыжаӀар: «НэгъуэщӀхэр къригъэлащ, ауэ Езым зыкъригъэлыжыфкъым! Ар Израилым и Пащтыхьыр пэжмэ, жорым къыкӀэрырекӀи, итӀанэ ди фӀэщ хъунщ! Тхьэм щыгугъати, Тхьэм Ар игу ирихьу щытмэ, кърырегъэл» (Мф. 27:42,43). GCKar 603.3

Абыхэм ӀупщӀу ягу къагъэкӀыж КъегъэлакӀуэм щӀагъыбзэ къажриӀауэ щытар жызумгъэкӀхэм ятеухуауэ, я зиусхьэным жызум пачыжахэр езытыжыну хуэмеяхэм, абы и пщылӀхэр ягъэикӀэу, итӀанэ и къуэри зыукӀауэ щытахэм. Абыхэм къащӀэж езыхэм хьэкум зытращӀэжу жаӀауэ щыта псалъэхэри: жызумейм и тхьэмадэм «а бзаджащӀэхэм укӀ Ӏей трилъхьэнущ” жаӀэу. Щоджэнхэмрэ Ӏэтащхьэхэмрэ къагуроӀуэр жызумгъэкӀ бзаджащӀэхэм я гуэныхьыр — ар езыхэм ялэжьа гуэныхьу зэрыщытыр, икӀи езы дыдэхэм захуагъэкӀэ хьэкум зэрызэтращӀэжар. Абыхэм гугъэ лъэпкъ ямыӀэжу ягу зэбгъэжыпауэ загъеижурэ мэкӀий: «Ар Тхьэм и Къуэщ! Ар пэжу Мэсихьщ!» А гъуэг макъыр, зэгуэрым «Жорым кӀэрыӀулӀэ Ар! Жорым кӀэрыӀулӀэ Ар”, — жаӀэу Ерусалим и уэрамхэр зыгъэзджызджа макъым нэхърэ нэхъ инщ. Ахэр хуейщ Пащтыхьхэм я Пащтыхьыжым и пащхьэр ябгынэу, щӀэцӀывэу щӀым и бгъуэнщӀагъ куухэу дуней къызэӀыхьам къыщыхъуахэм щӀэпщхьэну, арщхьэкӀэ, къайхъулӀэнукъым. GCKar 603.4

Пэжыгъэр зымыдэхэм къащыхуихуэ щыӀэщ я напэр къыщыуш дакъикъэ, фэрыщӀагъэу ялэжьахэр я нэгу къыщӀыхьэжу, я щхьэм кърикӀуэнкӀэ хъунухэм щӀыӀэ-щӀыӀэу иригузавэу. Ауэ а гупсысэ хьэлъэхэр къуигъэщтэжынщ «гужьейгъуэр борэным хуэдэу, бэлыхьыр гъуэжькуийм хуэдэу» къэкӀуа нэужь, цӀыху напэм телъыну гузэвэгъуэм (Притч. 1:27). Зы цӀыкӀукӀэ къэмыскӀэу, Мэсихьи Абы хуэпэж и лъэпкъри зыгъэкӀуэдыну хуеяхэм, иджы абыхэм яӀэ щӀыхьыр ялъагъу. Къигъащтэу абыхэм зэхах Тхьэм хуэпэжхэм гуфӀэжу жаӀэ псалъэхэр: «Мес Ар, ди Тхьэр! Абы дыщыгугъати, дыкъригъэлащ!” (Ис. 25:9). GCKar 604.1

ЩӀыр здэхъейм, щыблэ къауэмрэ уафэгъуагъуэ макъымрэ къыхэӀукӀыу, Тхьэм и макъыр мэӀу щӀым хэлъу жей къыхуэпэжхэр къигъэушыжыну. ЦӀыху щыпкъэхэм я кхъащхьэхэм Ар йоплъри, итӀанэ и ӀитӀыр уафэм дреӀэтейри маджэр: «Фыкъэуш, фыкъэуш, фыкъэуш фэ, щӀым хэлъу жейхэр, фыкъэтэдж!» ЩӀым и къуапэ дэтхэнэми лӀахэм а макъыр щызэхахынурэ, зыхэзыхахэр къэхъужынущ. ЩӀылъэр зэрыщыту къэщтэнущ сыт хуэдэ лъэпкъми, сыт хуэдэ лӀакъуэми, сыт хуэдэ бзэкӀэ псалъэхэми, сыт хуэдэ къэралми щыщхэуи къэхъужа къомыр къыщытеувэжкӀэ. Ахэр кхъэ мащэ гъэрыпӀэм къокӀыжхэр, мыкӀуэдыжын щӀыхь яӀэу, мыпхуэдэу жаӀэурэ: «ЛӀэныгъэ, дэнэ щыӀэ уи шэрэзыр? Жыхьэрмэ, дэнэ щыӀэ уи текӀуэныгъэр?” (1 Кор. 15:55). Абдежым, «лӀэныгъэр зымыгъэунэхуа” цӀыху щыпкъэхэмрэ къэхъужа Тхьэм хуэпэжхэмрэ я гуфӀэ макъхэр зэхэӀуэнурэ, текӀуэныгъэ гуфӀэгъуэ макъхэр кӀыхьу ягъэӀунущ. GCKar 604.2

Кхъэ мащэм къикӀыжхэм я теплъэр, лӀэн ипэ яӀам хуэдэщ. Къэхъужахэм Ӏэдэм къащхьэщокӀ зэрылъагэшхуэмкӀэ, Ӏэпкълъэпкъ ин зэкӀуж зэриӀэмкӀэ, Тхьэм и Къуэм зы мащӀэкӀэ фӀэкӀа къыкӀэрымыхуу. Иужьрей щӀэблэхэм ар хуабжьу ещхьтэкъым, а зым фӀэкӀа хэмытами, абыкӀэ плъагъурт цӀыху лъэпкъыр зэрызэӀыхьар. Ауэ, игъащӀэкӀи щӀалэу, къабзэу, дахэу зэрыщытыным и мыхъурыр абыхэм я Ӏэпкълъэпкъым телът. ЩӀэдзапӀэм цӀыхур къыщагъэщӀым Тхьэм и хьэлым ещхьынагъ иӀэу къагъэщӀа къудейкъым, атӀэ и теплъэ псомкӀи ар Абы ещхьт. Гуэныхьым цӀыхур нэджэӀуджэ ищӀри, Тхьэм ещхьынагъ щӀагъуэ къыхинэжакъым, ауэ Мэсихь къыщӀэкӀуар цӀыхухэм яфӀэкӀуэда щытыкӀэр яригъэгъуэтыжын щхьэкӀэщ. Абы ди Ӏэпкълъэпкъ гуэныхьыщӀэхэр ихъуэжынущ, Езым ейм хуэдэу щӀыхь пылъу. ЛӀэныгъэм ӀэщӀэлъ, Ӏэпкълъэпкъ фыжынур, дахагъэ имыӀэжу, зэгуэрым гуэныхьым иуцӀэпӀар, Ӏэпкълъэпкъ нэгъэса, гъуэзэджэ, уахътыншэ хъунущ. Дзыуэ иӀари, дагъуэу иӀари кхъэ мащэм къыщӀэнэнущ. Куэд щӀауэ фӀэкӀуэда жэнэтым ит гъащӀэм и жыгым пытым щыщ яшхыну аргуэру хуитыныгъэ къаӀэрыхьэжынурэ, къащэхужахэр иджыри хэхъуэнущ, (еплъ Мал. 4:2) заужьынущ щӀэдзапӀэм цӀыхур нэгъэсауэ, щӀыхьышхуэ иӀэу зэрыщытам хуэдэ мыхъужыху. Нэлатымрэ гуэныхьымрэ иужьыу я лъэужь къэнахэр кӀуэдыжынурэ, Мэсихь зыгъэпэжхэр зэгуэрым «Зиусхьэным и дахагъэм» хуэдэ яӀэу, я акъылкӀи, я псэкӀи, я ӀэпкълъэпкъкӀи Зиусхьэн нэгъэсам ещхь хъунухэщ. Сыту гъуэзэджэ цӀыхухэр къызэращэхужар! Дапхуэдизрэ абы тепсэлъыхьа, дапхуэдизрэ абы щыгугъа; дапхуэдэ гуфӀэгъуэрэ гугъэрэ яӀэу ежьа абы цӀыхухэр, атӀэми, и кӀэм нэсыху къагурымыӀуэу. GCKar 604.3

ЦӀыху щыпкъэ псэухэм «зы напӀэзыпӀэм” захъуэжынущ. Тхьэм и макъыр къыщыӀуам щыгъуэ, ахэм щӀыхь ягъуэтащ, иджы мылӀэжыныгъэ яӀэ хъуауэ, ахэр Тхьэм хуэпэжу къэхъужахэм ящӀыгъуу, Зиусхьэным пежьауэ хьэуам хэту докӀуей. МелыӀычхэм «Тхьэм къыхихахэр жьым и къуапэ дэтхэнэми къыщагъуэтурэ, уафэ лъабжьэм щегъэжьауэ щӀым и гъунэм нэсыхукӀэ” зэщӀакъуэнущ. МелыӀыч лъапӀэхэм анэхэм я сабий цӀынэхэр къыхуахьыжынущ. ЛӀэныгъэм куэд щӀауэ зэпэӀэщӀэ ищӀа зэныбжьэгъухэр зэӀущӀэжынущ. АфӀэкӀа зэи зэфӀэмыкӀуэдыжыну, ахэр псори Тхьэм и къалэм дэкӀуеинущ, гуфӀэ макъхэр ягъэӀуурэ. GCKar 605.1

Пшэм къыхэщӀыкӀа хьэмкӀэшыгум и бгъуитӀымкӀэ дамэ тетщ, абы и лъабжьэр псэ зыхэт шэрхъщ, хьэмкӀэшыгур щыдэкӀуейкӀэ шэрхъхэм ину «ЛъапӀэщ!” жаӀэр. Дамэхэми щыхъейкӀэ апхуэдэу «ЛъапӀэщ!” жаӀэр. МелыӀыч къомми хэӀэтыкӀауэ «ЛъапӀэщ! ЛъапӀэщ! ЛъапӀэщ Зиусхьэну Тхьэр, ГуащӀэм я нэхъ иныр Зыбгъэдэлъыр!» жаӀэр. ХьэмкӀэшыгур ЕрусалимыщӀэм гъунэгъу щыхуэхъукӀэ къащэхужахэми «Аллилуйя!» — жаӀэу, ину ягъэӀу. GCKar 605.2

Тхьэм и къалэм щыдыхьэкӀэ, КъегъэлакӀуэм и гъуэгу ирикӀуэхэм текӀуэныгъэм и дамыгъэ ярет, Пащтыхь лъэпкъым щыщ зэрыхъуами и нагъыщэ яӀэщӀелъхьэ. Ахэр зэбгъузэнатӀэ зэпэплӀимэу, дахащэу мэуври, абыхэмрэ мелыӀычхэмрэ нэхърэ куэдкӀэ нэхъ лъагэ, я Пащтыхьыр къаухъуреихь, Зи нэкӀур лыду, фӀылъагъуныгъэрэ жумартагъэрэ къызэрыщыр. А пхуэмыбжыну къащэхужа къомым я нэгур хуэгъэзащ Абы, «сыт хуэдэ цӀыхуми нэхърэ нэхъ Ӏейуэ Ӏуплъаджэ ящӀауэ... и теплъэр цӀыхум и къуэхэм я нэхъыкӀэ ящӀауэ» щытам и щӀыхьым еплъу. Хьиса и Ӏэ ижьымкӀэ текӀуахэм щӀыхьым и тажыр ящхьэретӀагъэ, я цӀэщӀэр тету. Дэтхэнэ зы къащэхужами и цӀэщӀэр тетхауэ «Тхьэм ифӀэлъапӀэу ей!” жиӀэу тету таж хуагъэхьэзыращ (еплъ Откр. 2:17). Дэтхэнэми апхуэдэу текӀуэныгъэм и нэщэнэу инжир жыгым и къудамэ ират, итӀанэ зэщӀэлыдэу шыкӀэпшынэ. Абдежым макъамэм и тетхэм уэрэдыр къыхадзэри, дэтхэнэ зыри Ӏэзэу Ӏэпэпшынэпсым йоӀусэри, макъамэ гъуэзэджэр уафэгум йохьэр. ПхуэмыӀуэтэн гуфӀэгъуэр дэтхэнэ зыми и гум щыз мэхъури, псоми я макъхэр зэхоӀуэр фӀыщӀэ ящӀрэ мыпхуэдэ щытхъу псалъэхэр жаӀэу: «Абы, фӀыуэ дыкъэзылъагъуу ди гуэныхьхэр Езым и ЛъымкӀэ зытхьэщӀыжам, Тхьэуэ и Адэм и щоджэн, пащтыхь дызыщӀам мыкӀуэдыжын щӀыхьрэ лъэкӀыныгъэшхуэрэ иӀэщ! Амин!” — жаӀэу (Откр. 1:5, 6). GCKar 606.1

Къащэхужахэм я пащхьэ къитщ къалэ лъапӀэр. Хьиса налкъут куэбжэхэр ину къызэӀуехри, пэжыгъэм хуэпэжахэр абыкӀэ дохьэ. Абыхэм Тхьэм и жэнэтыр абы къыщалъагъу, Ӏэдэм гуэныхь имыщӀэ щӀыкӀэ иӀа хэкур. ИтӀанэ, абыхэм макъ зэхах лӀэныгъэм ӀэщӀэлъ цӀыхум и тхьэкӀумэм зэгуэрым иӀуа макъамэ дахэм нэхърэ нэхъ гъуэзэджэр: «Фи бэнэныгъэр зэфӀэкӀащ!» «ФыкъакӀуэ, си Адэм и нэфӀ зыщыхуахэр, дунейр къызэрагъэщӀрэ фхуагъэхьэзыра Пащтыхьыгъуэр щӀэин фхурехъу!” GCKar 606.2

КъегъэлакӀуэр и еджакӀуэхэм папщӀэ Тхьэм зэрелъэӀуауэ щытар иджы гъэзэщӀа хъуащ: «Уэ къызэптахэр, сыхуейщ Сэ сыздэщыӀэм ахэри си гъусэу щыӀэну». «Си щӀыхьым бгъэдэту, ныкъусаныгъэншэу, гуфӀэжхэу” (Иуд. 24) Мэсихь Езым и ЛъымкӀэ къищэхужахэр и Адэм бгъэдешэр мыпхуэдэу жиӀэурэ: «Мис, Сэри, Уэ къызэпта си бынхэри». «Уэ къызэптахэр Сэ схъумащ”. Сыту телъыджэ, дыкъэзыщэхужа фӀылъагъуныгъэр! Сыту лъапӀэу щытыну а сыхьэтыр, гъунапкъэншэ Адэр къащэхужахэм щеплъкӀэ Езым и образыр щадилъагъунур; гуэныхьым и нэлатри, гуэныхьым къихьа зэгурымыӀуэныгъэри щыӀэжкъым, цӀыхур аргуэру Тхьэм пэгъунэгъу хъужащ! GCKar 606.3

ПхуэмыӀуэтэн фӀылъагъуныгъэ хэлъу Хьиса къыхуэпэжхэр ирегъэблагъэр я Зиусхьэным и гуфӀэгъуэм хыхьэну. КъегъэлакӀуэр щогуфӀыкӀ Илъ уасэкӀэ, ишэча хьэзабым и уасэкӀэ къригъэла цӀыхухэр щӀыхьым и Пащтыхьыгъуэм щыӀэу зэрилъагъум. Къащэхужахэми а гуфӀэгъуэр къыдаӀыгъынущ, езыхэм я тхьэлъэӀухэмкӀэ, я лэжьыгъэмкӀэ, я фӀылъагъуныгъэмкӀэ, я псэемыблэжыныгъэмкӀэ Мэсихь къыхуаша цӀыхухэр къелахэм яхэту къыщацӀыхужкӀэ. Тахътэ хужьышхуэр къаухъуреихьу ахэр щызэхуэскӀэ, пхуэмыӀуэтэну ягухэр хохъуэр, Мэсихь къыхуашахэр абыхэм къалъагъужащи. Модрейхэми, нэгъуэщӀхэр Мэсихь къыхуашащ, абыхэми нэгъуэщӀхэр къашащ, икӀэм-икӀэжым, ахэр псори мамыр егъэзыпӀэм нэсахэщ, я тажхэр зыщахыу Хьиса и лъапэм деж ягъэтӀылъын щхьэкӀэ, мыкӀуэдыжын лӀэщӀыгъуэхэм Абы щытхъу хуащӀын щхьэкӀэ. GCKar 607.1

Къащэхужахэр Тхьэм и къалэм дыхьэну щрагъэблагъэкӀэ, гухэхъуэмрэ гуфӀэгъуэмрэ я макъхэр хьэуам щыз мэхъу. ӀэдэмитӀыр щызэӀущӀэн дакъикъэр къэсащ. Тхьэм и Къуэм и Ӏэхэр зэӀуихащ цӀыху лъэпкъыр къызытехъукӀыжам ӀэплӀэ иришэкӀыну хьэзыру, Езым къигъэщӀауэ, ауэ гуэныхь зыщӀэу КъэзыгъэщӀам пэщӀэувэжам икӀи зи гуэныхьым и лажьэкӀэ жорым зэрыкӀэраӀулӀам и фэбжь КъегъэлакӀуэм и Ӏэпкълъэпкъым къытезыгъэнам. ГъущӀӀунэм къигъэна а уӀэгъэ Ӏейхэр Ӏэдэм къызэрилъагъуу Зиусхьэным и ӀэплӀэм зримыдзэу, Ӏэдэбу Абы и лъапэм зыщредзыхри, мыпхуэдэу жеӀэр: «Хуэфащэщ, Хуэфащэщ яукӀа Щынэм щытхъу!” Абдежым КъегъэлакӀуэм щабагъ хэлъу ар къеӀэтыжри, тригъэчыныхьурэ ирегъэблагъэр, абы ирагъэбгынауэ щыта унэм — Жэнэтым еплъыну. GCKar 607.2

Ӏэдэм жэнэтым кърахуа нэужь, щӀылъэм щрихьэкӀа гъащӀэр нэщхъеягъэкӀэ гъэнщӀауэ щытащ. Дэтхэнэ зы тхьэмпэ гъуэлэжми, къурмэну къахь дэтхэнэ зы псэущхьэми, дуней дахащэм кӀуэдыжыныгъэм и зы сыт хуэдэ нэщэнэ хилъагъуэми, цӀыхум и хьэл ныкъусаныгъэншэу щытам бжьыгъэ телъ дэтхэнэми гу лъитэху — а псоми зэпымычу абы езым и гуэныхьыр игу къагъэкӀыжырт. Сыту хуабжьу абы и напэр къеныкъуэкъурэт, хабзэншагъэр зэрыбагъуэр щилъагъукӀэ, сакъыныгъэ хъыбархэр щигъэӀукӀэ, ем и къежьапӀэр уэращ, жаӀэурэ, цӀыхухэр къыщыщӀэнакӀэм деж. Илъэс миным нэблагъэкӀэ абы илэжьа хабзэншагъэм и тезырыр шыӀэныгъэшхуэ хэлъу ишэчащ. Игу псом къыбгъэдэкӀыу ар и гуэныхьым хущӀегъуэжащ, къызэрагъэгугъа КъегъэлакӀуэм и фӀыщӀэхэр и фӀэщ ищӀауэ, къагъэхъужыным щыгугъыу дунейм ехыжауэ щытащ. Тхьэм и Къуэм гуэныхьыр ипшыныжри, цӀыху дэхуэхар къригъэлащ, иджы зэгъэкӀужыныгъэ лэжьыгъэм и Ӏэужьу, Ӏэдэм аргуэру япэрей тепщэныгъэр къыӀэрыхьэжащ. GCKar 607.3

Гъунапкъэншэу насыпыфӀэу, ар зэгуэрым и гур хэзыгъахъуэу щыта жыгхэм еплъурэ, щогуфӀыкӀ, — иджыри гуэныхь щимыщӀа махуэхэм зи пыкӀэхэр насыпыфӀэу къызыпичу щытахэм. Зэгуэрым зыкӀэлъыплъу щыта жызум къудамэхэм йоплъ ар; гуфӀэжу зэрихьэу щыта удз гъэгъахэри къелъагъу. Абы къыгуроӀуэр и нэгум щӀэкӀыр зэрымыпщӀыхьэпӀэр, Жэнэт зэфӀагъэувэжам ар зэритыр, икӀи абы ирагъэбгынауэ щыта жэнэтым нэхърэ ар зэрынэхъ гъуэзэджэр. КъегъэлакӀуэм ар гъащӀэм и жыгым бгъэдешэри, уасэ зыщӀомытыфыну лъапӀэу абы пыт пхъэщхьэмыщхьэм щыщ къыпечри, зыӀуригъэгъэхуэн щхьэкӀэ хуеший. Ӏэдэм зоплъэкӀри, езым къытехъукӀауэ кърагъэла къомыр Тхьэм и жэнэтым щелъагъу. Абдежым, и таж лыдыр зыщхьэрехри, Хьиса и лъапэм деж щегъэтӀылъ, Абы и бгъэгум зредзри, Къэзыщэхужам ӀэплӀэ хуещӀ. И дыщэ шыкӀэпшынэм и Ӏэпэпшынэпсхэм ар йоӀусэри, текӀуэныгъэм и уэрэдыр уафэгум ихьэу егъэӀу: «Хуэфащэщ, Хуэфащэщ яукӀыу къэхъужа Щынэм щытхъу!” Зэрыщыту Ӏэдэм и унагъуэр а макъамэм дежьуурэ я тажхэр КъегъэлакӀуэм и лъапэм деж ядз, ягухэр къилъэту Абы щхьэщэ хуащӀ. GCKar 608.1

А зэӀущӀэм мелыӀычхэр кӀэлъоплъ, Ӏэдэм гуэныхь щищӀам щыгъуэ гъауэ щытахэр, ауэ Хьиса къэхъужу, Ар фӀэщхъуныгъэкӀэ къэзыщтэ псори лӀэныгъэм къригъэлауэ, уафэм щыдэкӀуеижам хуабжьу гуфӀахэр. Иджы къегъэлын Ӏуэхур зэрызэфӀэкӀар абыхэм ялъагъу, аращи, я макъхэр щытхъу уэрэдым хоӀуэр. GCKar 608.2

Тахътэм бгъэдэт абдж тенджызым, мафӀэм хуэдэу Тхьэм и щӀыхьым пэлыдым, — мис абы щызэхуэсащ «хьэкӀэкхъуэкӀэми абы и образми, абы и дамыгъэми, абы и цӀэм и бжыгъэми текӀуахэр” (Откр. 15:2). Щынэм и гъусэу Сион Ӏуащхьэм тету, «Тхьэм и шыкӀэпшынэхэр яӀыгъыу” зэхэтщ цӀыхухэм ящыщу къащэхужахэр, минурэ щэрэ плӀыщӀрэ плӀы хъур. Абдежым макъ щызэхыбох уафэгъуагъуэшхуэмрэ псы куэдымрэ я макъым хуэдэу, «шыкӀэпшынэм еуэхэм я макъым хуэдэу”. Тахътэм и пащхьэм абыхэм «уэрэдыщӀэ» къыщраш, минурэ щэрэ плӀыщӀрэ плӀым ящыщхэм, абыхэм фӀэкӀа нэгъуэщӀхэм зрамыгъэщӀэфар. Ар Мусарэ Щынэмрэ я уэрэдырщ — къегъэлыныгъэм и уэрэдырщ. Минурэ щэрэ плӀыщӀрэ плӀым ящыщхэм фӀэкӀа нэгъуэщӀхэм зыми а уэрэдыр жаӀэфакъым, а уэрэдыр зытеухуар абыхэм нэмыщӀ нэгъуэщӀхэм зыми ягъэунэхуатэкъыми. Ахэр «Щынэр дэнэ кӀуэми кӀэлъыкӀуэрт”. А цӀыхухэр, псэухэм щыщу щӀым къытрахахэрщ, — «Тхьэмрэ Щынэмрэ адрей цӀыхухэм япэ ирагъэувахэрщ” (Откр. 15:2; 14:2-5). Ахэр «гузэвэгъуэшхуэм къыхэкӀахэщ», цӀыхухэр зэрыщыӀэрэ зэи къэмыхъуауэ щыта зэман бзаджэр абыхэм ягъэунэхуащ; Екъуб и зэман хьэлъэм псэзэпылъхьэпӀэ жэщу Екъуб игъэунэхуар абыхэми ягъэунэхуащ, ахэр Уэчылыншэу псэуащ Тхьэм и хьэкум иужьыр щӀылъэм щытрикъутам щыгъуэ. Ауэ ахэр кърагъэлащ, «Щынэм и ЛъымкӀэ я щыгъынхэр ятхьэщӀыжри хужь ящӀати» (Откр. 7:14). «Абыхэм я жьэм пцӀы къажьэдэкӀакъым; лажьи-хъати щаӀакъым» (Откр. 14:5) Тхьэм и пащхьэм. «Аращи, ахэр Тхьэм и тахътэм бгъэдэту, жэщи махуи Абы и Унэм щыхуолажьэр, Тахътэм тесыр абыхэм я гум щыпсэунущ”. Уз Ӏей зэрыцӀалэхэмрэ гъеймрэ щӀылъэм лъапсэрыхыр къызэрыхуигъэкӀуар абыхэм я нэгу щӀэкӀащ, дыгъэм цӀыхухэр ижьэуи тепщэныгъэ иӀэу ялъэгъуащ, абыхэм езыхэми гугъуехьхэр яшэчащ, мэжалӀэри псыхуэлӀэри зэхащӀащ. Ауэ «ахэр афӀэкӀа мэжалӀэжынукъым, псыи яхуэлӀэжынукъым, дыгъэми ижьэжынукъым, дыгъэвэхым хэтыжынукъыми, тахътэм тес Щынэм ахэр игъэхъунущи. Абы ахэр зэнзэныпс псынащхьэхэу гъащӀэ зыхэтхэм хуишэнущ. Тхьэм абыхэм я нэхэм нэпс псори яхущӀилъэщӀыкӀыжынущ» (Откр. 7:15-17). GCKar 608.3

Сыт хуэдэ лӀэщӀыгъуэми Тхьэм къыхихауэ и бынхэр гъэунэхуныгъэ гуащӀэхэм кӀуэцӀришу щытащ, дерс гугъухэр пщэрылъ ящищӀу щытащ. Ахэр гъуэгу зэвым мы щӀылъэм щрикӀуащ; гугъуехьхэмкӀэ загъэкъэбзащ. КъахуэхъущӀэхэри, къэзылъагъу мыхъухэри, пцӀы къытезылъхьэхэри Хьиса и хьэтыркӀэ ахэм яшэчащ. Ахэр Хьиса и ужь иту кӀуащ, бэнэныгъэ хьэлъэм текӀуэурэ; псэемыблэжыныгъэ ягъэлъагъуэурэ гузэрыдзэ дыджхэри ягъэунэхуурэ. Езыхэм я щхьэкӀэ абыхэм ягъэунэхуащ гуэныхьым и хьэлъагъыр, абы и къарур, лажьэ уиӀэныр, къуаншагъэ убгъэдэлъыныр зищӀысыр, гуэныхьым къихь гузэвэгъуэр. Апхуэдэу, ахэм гуэныхьым ягу щыкӀащ. Къурмэн гъунапкъэншэу, ахэр гуэныхьым кърагъэлын щхьэкӀэ къахьар зэрызэхащӀыкӀам ахэм езыхэм я щхьэр зыгъэцӀыкӀу ищӀащ, ягухэми фӀыщӀэрэ щытхъурэ яригъэщӀащ. Апхуэдэ щытыкӀэ дэмыхуэха псэущхьэхэм зэи зыхащӀэфынукъым. Абыхэм я фӀылъагъуныгъэр гуащӀэщ, лъэщщ, куэд къыхуагъэгъуауэ щытщи. Мэсихь ишэча гугъуехьхэр зэрызэхащӀам къыхэкӀкӀэ, Абы и щӀыхьыр дагуэшыфынущ абыхэм. GCKar 609.1

Тхьэм и щӀэиныр зылъысахэр унащхьэхэм, зыгъэпщкӀупӀэхэм, тутнакъхэм, укӀыпӀэхэм, къуршхэм, щӀыпӀэ нэщӀхэм, щӀы щӀагъхэм, тенджызым и лъащӀэхэм къыщӀэкӀыжащ. ЩӀылъэм абыхэм щашэчащ «щыщӀэныгъэхэр, нэщхъеягъуэхэр, губжьыр”. Мелуан бжыгъэхэм я напэр трахауэ щӀым щӀагъэхьащ, шейтӀаным и гъэӀулэныгъэхэм едэӀуэну зэрыхуэмеям щхьэкӀэ. ЦӀыхухэм хьэкум тращӀащ абыхэм, бзаджащӀэ Ӏейхэм хуэдэу. Ауэ иджы «Хьэкум зыщӀыр... Тхьэращ” (Пс. 49:6). Иджы щӀылъэм унафэ къыщащтахэр яхъуэж. «Зиусхьэну Тхьэм ... и лъэпкъым напэтехыгъэу ирапэсар трехыж» (Ис. 25:8). «Абыхэм Тхьэм хуэпэж лъэпкъ, Зиусхьэным къищэхужа фӀащынущ”. Абы и унафэкӀэ «сахуэм и пӀэкӀэ абыхэм зэрызрагъэщӀэрэщӀэн иратынущ, гъыбзэм и пӀэкӀэ гуфӀэгъуэшхуэ, гуауэм и пӀэкӀэ щыгъын зыкъизых» (Ис. 62:12; 61:3). Ахэр иджы зэхэукӀауэ гугъу ехьхэу, зэбграхуауэ зэрахуэ цӀыхухэкъым. АтӀэ, ахэр иджы игъащӀэкӀи Зиусхьэным игъусэнущ. Ахэр тахътэм и пащхьэ итхэщ, дунейм нэхъ и щэджащэхэу щытахэм зэрахьахэм нэхърэ куэдкӀэ нэхъ дахэ щыгъынхэр ящыгъхэу. Дуней пащтыхьхэр зэи зымыгъэдэха таж гъуэзэджэхэр абыхэм ящхьэрыгъщ. Мыгъуэ махуэхэр зэи къамыгъэзэжыну блэкӀащ. ЩӀыхьым и Пащтыхьым псоми я нэхэм нэпсыр щӀилъэщӀыкӀыжащ, икӀи ущӀэнэщхъеин щхьэусыгъуи щыӀэжкъым. Инжир къудамэхэр яӀэтурэ абыхэм щытхъу уэрэду, къабзэр, гурыхьыр, макъамэ дахэ зыщӀэтыр къраш; псоми я макъхэр зэхоӀуэри, уэрэд лъапӀэ лъэщым уафэр къегъэпсалъэр: «Тахътэм тес ди Тхьэмрэ Щынэмрэщ дыкъезыгъэлар!» жаӀэу. Абдежым уафэм щыпсэу псоми зыжьэу «Амин! ФӀыщӀэри щытхъури, Ӏущыгъэри лъытэныгъэри, щӀыхьри тепщэныгъэри, къарури игъащӀэкӀи зейр ди Тхьэрщ!” — жаӀэр (Откр. 7:10,12). GCKar 610.1

Мы гъащӀэм дэ къегъэлыныгъэ Ӏуэхур и кӀэм нэсу къыщыдгурыӀуэфынукъым. Ди акъыл гъунэ зиӀэмкӀэ дэ напэтехыгъэри, щӀыхьри, гъащӀэри, лӀэныгъэри, жорым щызэхуэза захуагъэри, гущӀэгъури зищӀысыр зэхэтщӀыкӀыну иужь дихьэфын къудейщ. Уеблэмэ, дапхуэдизу дегугъуу ди акъылыр тедмыубыдами, Голгофэм къыщыхъуам и мыхьэнэр нэгъэсауэ зэхэтщӀыкӀыфынукъым. Дыкъэзыщэхуж фӀылъагъуныгъэм и кӀыхьагъри и бгъуагъри, и куууагъри и лъагагъри хъарпшэрущ ди нэгу къызэрыщӀэдгъэхьэфынур. Къелахэм, езыхэр зэралъагъум хуэдэу ялъагъуу, езыхэр къызэрацӀыхуам хуэдэу яцӀыхуу хъуа нэужьи, къегъэлыныгъэ Ӏуэхур и кӀэм нэсу къагурыӀуэнукъым, ауэ, мыкӀуэдыжын лӀэщӀыгъуэхэм я кӀыхьагъкӀэ абыхэм ягъэщӀагъуэу, кӀуэ пэтми абы теухуауэ пэжыгъэ нэхъыбэ къахузэӀукӀыурэ кӀуэнущ. Насыпыншагъэхэри, гугъуехьхэри, гъэунэхуныгъэхэри иуха нэужь, апхуэдэ щызыгъэӀа щхьэусыгъуэр ягъэкӀуэдыжауэ зэрыщытым и фӀыгъэкӀэ, Тхьэм и лъэпкъым ӀупщӀу зэхищӀыкӀынущ ахэр кърагъэлын щхьэкӀэ щӀата уасэр зыхуэдэр. GCKar 610.2

Къащэхужахэм Мэсихь илэжьам щӀыхь хуащӀрэ яджу щытынущ игъащӀэ псокӀи. ЩӀыхь зиӀэ Мэсихь абыхэм зэралъэгъунур жорым ираӀулӀа Мэсихьущ. ИгъащӀэкӀи зыщагъэгъупщэнукъым абыхэм Ар, Езым и къарукӀэ къыпхузэщӀэмыубыдэн Дунеибэм пхуэмыбжын дунейхэр КъыщызыгъэщӀам — Тхьэм ейуэ фӀыуэ Илъагъум, Уафэм я щэджащэм, фӀыуэ къалъагъуу херувимхэми серафимхэми щхьэщэ ЗыхуащӀым, — гуэныхь зыщӀа цӀыхур къиӀэтыжын папщӀэ и щхьэр зэригъэлъэхъшар; гуэныхьым и напэтехыгъэри и къуаншагъэри Езым зэрызэтрилъхьар; дуней дэхуэхам и гуӀэгъуэм Абы и гур зэхикъутэу, Абы и гъащӀэр Голгофэ жорым деж къыщыщытрахым, Адэм и нэкӀур ӀуигъэзыкӀыу, пэӀэщӀэ къызэрыхуэхъуар зэришэчар. Зэи зыщагъэгъупщэнукъым, дуней псори КъэзыгъэщӀам, псоми я гъащӀэр Зи ӀэмыщӀэ Илъым, щӀыхьыр къигъанэу, цӀыхур фӀыуэ зэрилъагъум къыхэкӀкӀэ и щхьэр зэригъэлъэхъшар, — ар сыт щыгъуи ягъэщӀагъуэу икӀи я гур хигъахъуэу щытынущ Дунеибэ псом. Къэзыщэхужам щеплъкӀэ, Адэм мыкӀуэдыжыну иӀэ щӀыхьу Абы и нэкӀум къилыдыкӀым щеплъкӀэ, игъащӀэкӀи щыӀэну тахътэр щалъагъукӀэ, къащэхужа лъэпкъ псоми я гурыщӀэхэр уэрэд лъапӀэу ягъэӀунущ: «Хуэфащэщ, хуэфащэщ щытхъур Щынэм, яукӀауэ щытам, Зилъ уасэншэмкӀэ дыкъэзыщэхужу, Тхьэм ей дызыщӀыжам!» GCKar 611.1

Жорым и щэхум адрей щэху псори гурыӀуэгъуэ ещӀ. Голгофэм къидз нэхум, Зиусхьэным и щытыкӀэу, япэм дызыгъэшынэрэ дызыгъэкӀэзызу щытахэр удэзыхьэхыу къыдегъэлъагъу, Абы и дахагъэ псори къигъэнэхуурэ. ГущӀэгъур, щабагъэр, Адэм и фӀылъагъуныгъэр езыр-езыру щихъагъэм, захуагъэм, къарум щыщу уолъагъу. Псом я нэхъ Лъагэм, я нэхъ ЛъапӀэм и тахътэм и лъапӀагъэм дыщеплъкӀэ, дэ долъагъу Зиусхьэным и щытыкӀэр гущӀэгъу хэлъу къызэрылъагъуэр, мис абы щыгъуэм дэ, икӀэмикӀэжым, къыдгурыӀуэнущ «Ди Адэ” жытӀэу Абы зэрызыхуэдгъазэ щӀыкӀэм ипэжыпӀэкӀэ къикӀыр. GCKar 611.2

Псоми къалъэгъунущ Абы, Зи Ӏущыгъэр гъунапкъэшэм, и Къуэр къурмэн ищӀкӀэ фӀэкӀа нэгъуэщӀу дыкъызэрыримыгъэлыфынутэр. А къурмэным пэкӀуэу щытынущ щӀылъэм цӀыху щихъ насыпыфӀэхэр, уахътыншэхэр щыпсэууэ зэрыплъагъунур. КъегъэлакӀуэр кӀыфӀыгъэм и къарухэм зэребэнам кърикӀуэнур Тхьэм и щӀыхьыр игъащӀэкӀи игъэбагъуэу къащэхужахэм иратыну гуфӀэгъуэрщ. Дэтхэнэ зы цӀыхури апхуэдизу лъапӀэщи, абыхэм папщӀэ ита уасэр Адэм апхуэдизу егъэлеяуэ къыщыхъуркъым, Езы Мэсихьи «арэзыуэ» йоплъыр и Къурмэн лъапӀэм и Ӏэужьым.  GCKar 611.3