Loading...

Loading

Loading
(You are in the browser Reader mode)

41 ӀЫХЬЭ—ЩӀЫАЪЭР НЭЩӀ ЗЭРЫХЪУНУР

« бы и гуэныхьхэр уафэм нэсри, щӀэпхъаджагъэу ищӀа псори Тхьэм игу къигъэкӀыжащ... фи фалъэм къыфхуригъэхъуа фадэм и дыджагъым хуэдитӀ и фалъэм хуивгъэхъуэж. ЩӀыхьышхуэрэ беягъэшхуэу езым зыхуигъэфащэу щытам хуэдиз гугъуехьышхуэрэ гукъеуэу евгъэгъуэтыж. Абы игукӀэ мыпхуэдэу жеӀэри: “Сэ пащтыхь гуащэу мыбдеж сыщысщ, сэ сыфызабэкъым икӀи сыщыгъуэну зэи къысхуихуэнукъым!” Абы щхьэкӀэ гугъуехьышхуэ къылъысынущ абы зэгуэрым: лӀэныгъэри, щыгъуэри, гъаблэри. МафӀэм исынущ ар, а къалэм хьэкум тезыщӀыхь, Зиусхьэну Тхьэм лъэкӀыныгъэшхуэ иӀэщи. Дунейм и пащтыхьхэу абы зинэ дэзыщӀахэм, абы и мылъкум хэпсэукӀахэм зэщӀэгъуагэу ар ягъеинущ.... мыпхуэдэу жаӀэурэ: “гузэвэгъуэр уи махуэщ, гуауэр уи махуэщ уэ Вавилон къалэшхуэ, къалэ быдэу щытам! Зы сыхьэткӀэ уи хьэкумыр къыптепсыхаи”» (Откр. 18:5-10). GCKar 613.1

«Дунейм и сатуущӀэхэри», «абы и къулеягъэм и фӀыгъэкӀэ бей хъуауэ щытахэри», «абы ишэч хьэзабым игъэшынауэ жыжьэу къыщыту, гъыурэ, пыхьэурэ мыпхуэдэу жаӀэнущ: гузэвэгъуэр уи махуэщ, гуауэр уи махуэщ уэ къалэшхуэм, чэтэныху пӀащӀэкӀэ, дарий плъыжь-фӀыцӀафэхэмкӀэ, данэплъхэмкӀэ ухуэпауэ, дыщэкӀэ, налкъутналмэсхэмкӀэ гъэщӀэрэщӀауэ ущытати! Зы сыхьэт закъуэм ягъэкӀуэдыжащ уи къулеягъэ псори!» (Откр. 18:11,3,15-17). GCKar 613.2

Мис апхуэдэ хьэкумхэр Вавилоным къытехуэнущ Тхьэм и губжьым и махуэм. А зинэщӀакӀуэм и щӀэпхъаджагъэр иригъэкъуащ, абы и зэманыр къэсащ, ар хьэзыр хуэхъуащ ягъэкӀуэдыжыным. GCKar 613.3

Тхьэм и макъым Езым и лъэпкъыр гъэрыпӀэм къыщӀишыжа нэужь, гъащӀэм и бэнэныгъэшхуэм псори щызыфӀэкӀуэдахэм шынауэ зыкъащӀэжынущ. Гъэунэхуныгъэ зэманым, шейтӀаным и гъэӀулэныгъэхэм я нэр къащипхъуэри, абыхэм я гуэныхьыщӀэ гъащӀэр ягъэзахуэу щытащ зыкъыщхьэщыжыжхэурэ. Къулейхэр ирипагэрт апхуэдэ тыншыгъуэ зимыӀэхэм нэхърэ езыхэм я Ӏуэхур зэрынэхъыфӀым, ахэр къулей хъуащ Тхьэм и Унафэр якъутэурэ. Абыхэм мэжащӀалӀэхэр ягъэшхэн, щыгъыныншэхэр яхуэпэн, захуагъэ ящӀэн хуейуэ, псапащӀэ Ӏуэхухэр фӀыуэ ялъагъун хуейуэ я пщэм дэлъа хьэкъыр къафӀэӀуэхуакъым. Ахэр зыхущӀэкъуар я щхьэр зэраӀэтынырт, езыхэм хуэдэу лӀэныгъэ къызыщӀэлъ цӀыхухэм пщӀэ нэхъыбэ къызэрызыхурагъэщӀынырт. ЦӀыхушхуэ зыщӀу щыта псори иджы ахэм яфӀэкӀуэдащ, тхьэмыщкӀэу, къэзыхъумэн ямыӀэу къэнащ. Гужьеяуэ ахэр йоплъ, КъэзыгъэщӀам нэхърэ нэхъ къащтэу тхьэпэлъытэ ящӀу щытахэр зэрагъэкӀуэдым. Дунейм и мылъкум и тхъэгъуэхэм и уасэкӀэ я псэхэр ящауэ, ахэр хущӀэкъуакъым ТхьэмкӀэ къулей зэрыхъуным, арати, загъэунэхъужыпащ. Ахэр зыхуэарэзыжу зэрыщытам иджы зихъуэжащ зэгуэпынымрэ, бампӀэм зэрызэгуичымкӀэ. Ахэм я хъугъуэфӀыгъуэ псори иджы сабэ хъужат. ИгъащӀэ псокӀэ зэралъэфэлӀахэр зы напӀэзыпӀэм ягъэкӀуэдыжат. Къулейхэр топыхьэр я унэлъащӀэшхуэхэм хьэбэсабэр къызэрыхихым, я дыщэхэр, дыжьынхэр жьым зэрызэрихьэм. Зы напӀэзыпӀэм ахэм я гъыныр зэпагъэу, тхьэпэлъытэ ящӀахэм ящӀыгъуу езыхэри зэрыкӀуэдыжынур къагурыӀуауэ. GCKar 613.4

БзаджащӀэхэм ягу къеуэр Тхьэмрэ цӀыхухэмрэ я деж гуэныхь къызэрыщахьаркъым, атӀэ Тхьэм текӀуэныгъэр къызэрихьарщ. Ахэр топыхьэр я гуэныхьхэм къарикӀуахэм, арщхьэкӀэ, я гуэныхьхэм хущӀегъуэжхэркъым. ЯхузэфӀэкӀатэмэ, сыт хуэдэ Ӏэмалри абыхэм къагъэсэбэпынут, езыхэр текӀуэн папщӀэ. GCKar 614.1

Иджы дунейм тет псоми ялъагъу ахэр зыщыдыхьэшхыу, зыщӀэнакӀэу щытахэр, уеблэмэ, щӀылъэм трахуну зи яужь итахэр зы сэкъат ямыгъуэтарэ лажьи-хъати ямыӀэу къызэрызэтенар: шын узхэми, борэнхэми, щӀы хъеями къызэрелахэр. И Унафэр зыкъутэхэм я дежкӀэ мафӀэ лыгъейуэ щытыр, и лъэпкъым папщӀэ егъэзыпӀэ шынагъуэгъэншэу щытщ. GCKar 614.2

Дин-лэжьакӀуэм, цӀыхухэм ягу зэрыдыхьэным фӀэлӀыкӀыу, пэжыгъэм елъэпэуам, иджы и гъэсэныгъэм и купщӀэр къыгуроӀуэжыр. Псори Зылъагъу Нэр абы къыкӀэлъыплъащ, ар кафедрэм щытетари, уэрамым щрикӀуари, цӀыхухэм щепсэлъылӀари илъагъуу. Иджы а псори къыщӀощыр. Абы и гурыщӀэ дэтхэнэри, и сыт хуэдэ Ӏэрытхри, къипсэлъа дэтхэнэ псалъэри, илэжьа сыт хуэдэ Ӏуэхури — цӀыхухэр зыгъэщхьэрыуэу щытахэр — жылэ хэсам хуэдэт, иджы ар къэзыухъуреихь цӀыху тхьэмыщкӀэхэм, зи псэр зыфӀэкӀуэдахэм, а жылэм къикӀыкӀар зищӀысыр дилъагъурт. GCKar 614.3

Зиусхьэным жеӀэр: «Си лъэпкъым и пхъум и уӀэгъэхэм йоӀэзэр мыпхуэдэу жаӀэурэ: мамырыгъэщ, мамырыгъэщ! АрщхьэкӀэ, мамырыгъэ щыӀэкъым”. «Фэ пцӀыкӀэ фогъэнэщхъей цӀыху щыпкъэм и гур, Сэ згъэнэщхъеину сызэхуэмеяр, абы щыгъуэм щӀэпхъаджащӀэр фогъэгушхуэр, и гуэныхьыщӀэ гъуэгухэр къигъанэу и гъащӀэр имыхъумэжын щхьэкӀэ” (Иер. 8:11; Иез. 13:22). GCKar 615.1

«Унэхъуащ дин-лэжьакӀуэхэр, си хъушэм и мэлхэр зэбгырызыхухэр!... Мис Сэ фэ тезыр фтеслъхьэнущ бзаджагъэу влэжьахэм щхьэкӀэ»... «Фыпыхьэ, дин-лэжьакӀуэхэр, фыщэӀу, сахуэр фи щхьэм тевгъэщэщауэ, си хъушэм и пашэхэр; фыщаукӀыну, фыщызэбграхуну махуэр къэсащи. дин-лэжьакӀуэхэм зыгъэпщкӀупӀэ ягъуэтынукъым, хъушэм и пашэхэр къелынукъым” (Иер. 23:1, 2; 25:34,35). GCKar 615.2

Дин-лэжьакӀуэхэми цӀыхубэми къагуроӀэр, ахэр Тхьэм пэжу зэрыхущымытар. Абыхэм ялъагъу унафэ захуэу, пэжу щыӀэхэр КъызыбгъэдэкӀам зэрыпэщӀэувар. Тхьэм и унафэхэр зэрамылъытам Ӏеягъэу щыӀэ псоми, зэгурымыӀуэныгъэми, лъагъумыхъуныгъэми, хабзэншагъэми гъуэгу хузэӀуахащ, щӀылъэр зэбииныгъэм и губгъуэшхуэ, кӀэ зимыӀэ цӀапӀагъэхэм и щӀыпӀэ мыхъуху. Пэжыгъэр зымыдэу пцӀым и гъуэгур къыхэзыха псоми ар ялъагъунущ. ПсалъэкӀэ пхуэӀуэтэнукъым цӀыху бзаджэхэу Тхьэм хуэмыпэжа псоми зэхащӀэну гуӀэгъуэр, мыкӀуэдыжын гъащӀэр игъащӀэкӀи зэрафӀэкӀуэдам щегупсыскӀэ. Зи жьакӀуагъэм, зи зэчийхэм дуней псом щхьэщэ къызыхуащӀу щытахэм ипэжыпӀэкӀэ Ӏуэхур зытетыр иджы къалъагъуж. Абыхэм къагуроӀуэр я щӀэпхъаджагъэм къыхэкӀкӀэ яфӀэкӀуэдар зищӀысыр. Тхьэм зэрыхуэпэжым щхьэкӀэ япэм зыщыдыхьэшхыу щытахэм я пащхьэ ахэр щыукӀуриинурэ, Тхьэм ахэр фӀыуэ зэрилъэгъуар къагурыӀуэнущ. GCKar 615.3

ЦӀыхухэм къагуроӀуэр къызэрагъэпцӀар. Ахэм зэрыкӀуэдам щхьэкӀэ зыр зым ягъэкъуэншэж, ауэ нэхъыбэу ягъэкъуэншэнур дин-лэжьакӀуэу, гъэсакӀуэу ахэм яӀахэрщ. А дин-лэжьакӀуэ мыпэжхэм къедаӀуэхэм фӀы фӀэкӀа къапэмыплъэну къагъэгугъат, Тхьэм и Унафэр мыпэжу икӀи Ар ягъэлъапӀэу зыгъэзащӀэхэр дэкъузэн хуейуэ зыпхагъэӀукӀыу щытат. Иджы гугъапӀэншэ здэхъуам, а егъэджакӀуэхэм, псоми я пащхьэ зыщаумысыж цӀыхухэр къызэрагъэпцӀамкӀэ. ЦӀыху цӀыкӀур губжьым къызэщӀещтэр. «Дэ дыкӀуэдащ, — мэкӀий ахэр, — фэ фи ягъэкӀэ дыкӀуэдащ», — итӀанэ, ахэр дин-гъэсакӀуэ нэпцӀхэм тогуплӀэр. Нэхъыбэ дыдэу а дин-гъэсакӀуэхэм пщӀэ хуэзыщӀу щытахэм, гие нэхъ Ӏей дыдэхэр тратхъуэжынущ. Саугъэтхэр абыхэм хуэзышийхэу щытахэми я Ӏэр яӀэтынущ ахэр яукӀын папщӀэ. Тхьэм и лъэпкъыр зэраукӀыну ягъэхьэзырауэ щыта сэшхуэхэр иджы бийхэм ятохуэжыр. ДэнэкӀи зэзауэрэ лъыгъажэщ щекӀуэкӀыр. GCKar 615.4

«Зэрызехьэ макъыр щӀым и гъунэм нэсынущ, Зиусхьэныр лъэпкъхэм йобэныр: Абы хьэкум трищӀэнущ дэтхэнэ зы цӀыхуми, бзаджащӀэхэр сэшхуэм иритынущ» (Иер. 25:31). Илъэс минихкӀэ екӀуэкӀащ бэнэныгъэ иныр. Тхьэм и Къуэмрэ уафэм и лӀыкӀуэхэмрэ шейтӀаныр хагъащӀэурэ щӀылъэм и сабийхэр кърагъэлащ, сакъыныгъэ хъыбарыр къыхуахьурэ, яущийхэурэ. Иджы дэтхэнэ зыми зыхуейр къыхихакӀэщ; бзаджащӀэхэр шейтӀаным гухьэпащ, абы и гъусэу Тхьэм ебэнын щхьэкӀэ. Тхьэм и Унафэ хаутам хуэфащэ пщӀэр щегъэгъуэтыжын хуей зэманыр къэсащ. Иджы Тхьэр шейтӀаным и закъуэкъым зэбэныр, атӀэ цӀыхухэми. «Зиусхьэныр йобэныр лъэпкъхэм»; «бзаджащӀэхэр абы сэшхуэм иритынущ”. GCKar 616.1

«Гузэвэгъуэм хэт цӀыхухэм, къэзыухъуреихьхэм цӀапӀагъэу ялэжьыр зи гум темыхуэхэм я натӀэм», къызэрырагъэлыным и дамыгъэ, мынэрылъагъуу трагъэувэнущ. ИтӀанэ, мелыӀыч псэхэхыр къежьэнущ, Изкъил къыхуэлъэгъуам псэхэх Ӏэщэ зыӀэщӀэлъ цӀыхухэу къыщыгъэлъэгъуауэ щытахэр. Абыхэм жраӀат: «Жьыми щӀэми, пщащэхэми, сабийхэми, цӀыхубзхэми я псэр хэкӀыху феуэ, ауэ дамыгъэ зытет зы цӀыху фемыӀусэ, къыщыщӀэвдзэнур си псэупӀэ лъапӀэм и дежщ”. Бегъымбарым жеӀэр: «Абыхэм къыщыщӀадзащ Тхьэм и Унэм щӀэт тхьэмадэхэм я деж” (Иез. 9:4-6). Псом япэ ягъэкӀуэдынур лъэпкъым и дин ущиякӀуэу зызыбжыжу щытахэрщ. ХъумакӀуэ нэпцӀхэр псом япэ ираудынущ, абыхэм гущӀэгъу хуащӀынукъым. ЛӀыхэри, фызхэри, пщащэхэри, сабий цӀыкӀухэри зэгъусэу кӀуэдынущ. GCKar 616.2

«Мис Зиусхьэныр и псэупӀэм къыщӀокӀыр щӀылъэм щыпсэухэм я хабзэншагъэм щхьэкӀэ тезыр ятрилъхьэну, щӀылъэм лъыуэ зыщӀифар къыщӀигъэщынущ, яукӀахэр афӀэкӀа игъэпщкӀужынукъым” (Ис. 26:21). «Мис Ерусалим езэуа лъэпкъ псоми насыпыншагъэу Тхьэм къахуигъэкӀуэнур: лъэрытет хуэдэурэ я Ӏэпкълъэпкъыр фынущ, я нэкугъуэхэр ифыхьынущ, я бзэгухэри яжьдэфыхьынущ. А махуэм Зиусхьэным ахэр шынагъуэшхуэм хидзэнущ, зэрыхь фэнжейуэ жыжьи гъунэгъуи зэхамыдзу псори зэрыфыщӀыжынущ» (Зах. 14:12, 13). Абыхэм я лъыр къыздэкъуалъэм икӀи Тхьэм и губжьыр, гущӀэгъу хэмыту къазэрытрикъутэм щӀылъэм бзаджащӀэу тетхэр текӀуэдэнущ — дин-лэжьакӀуэхэри, Ӏэтащхьэхэри, тхьэмыщкӀэхэри, къулейхэри, цӀыкӀуи, ини. «Зиусхьэным а махуэм иукӀынухэр щӀылъэм дэнэкӀи телъынущ, зы нэзым къыщыщӀэдзауэ адрей нэзым нэсу. Ахэр зыми игъеинукъым, зэщӀакъуэжуи щӀалъхьэжынукъым» (Иер. 25:33). GCKar 616.3

Мэсихь ЕтӀуанэу къыщыкӀуэкӀэ бзаджащӀэхэр щӀылъэм тралъэсыкӀынущ, Абы и псалъэмрэ и щӀыхьым и лыдыныгъэмрэ ягъэкӀуэдынущ. Мэсихь и лъэпкъыр Езым и деж, Тхьэм и къалэм, ихьынущ, щӀылъэр цӀыхуншэ хъунущ. «Мис, Зиусхьэным щӀылъэр нэщӀ ещӀыр, лъапсэрыхыр къыхуегъакӀуэр, теплъаджэ ещӀыр, абы щыпсэухэр зэбгрехур». «ЩӀылъэр нэщӀыпс хъунущ, яхъунщӀэнущ. Аращ Зиусхьэным жиӀа псалъэр”. «Ахэр Тхьэм и унафэхэм ебэкъуащ, унафэр яхъуэжащ, мыкӀуэдыжын зэгурыӀуэныгъэм епцӀыжащ”. «Абы щхьэкӀэ нэлатым щӀылъэр зэрыщыту зыӀэщӀилъхьащ, абы щыпсэухэм мыхьыр ирагъэхьыр; абы къыхэкӀкӀэ щӀым щыпсэухэр ягъэсыжащ” (Ис. 24:1,3,5, 6). GCKar 617.1

ЩӀылъэр зэрыщыту губгъуэжь ябгынэжам хуэдэ хъуащ. ЩӀы хъеям зэхикъута къалэхэр, жылэхэр самэшхуэу дэнэкӀи щызэтелъщ; я лъабжьэр щӀыгъуу къыхэча жыгхэри; мывэ джейуэ тенджызым къыхыфӀидзахэри е къырхэм къыгуэпкӀахэри, бгыхэр и лъабжьэм нэсу тӀууэ щызэгуэхуа щӀыпӀэхэми кумбышхуэхэмрэ бгъуэнщӀагъхэмрэ щолъагъу. GCKar 617.2

Къемэтмахуэм екӀуэкӀынум и щапхъэу хьэкум щащӀэ махуэм шэтыр лъапӀэм щрагъэкӀуэкӀа Ӏуэхугъуэхэм къагъэлъэгъуар къохъур. Я нэхъ ЛъапӀэ Пэшым лэжьыгъэр щызэфӀэкӀыу Израилым и гуэныхьхэр къурмэнылъымкӀэ псэупӀэ лъапӀэм къыщӀаха нэужь, абы щыгъуэм Зиусхьэным и пащхьэ яутӀыпщыну бжэныр ирашэрти, лъэпкъыр зэрыщыту здэщытым щоджэн пашэм «Израил и къуэхэм я хабзэншагъэ псори, щӀэпхъаджагъэу ялэжьа псори, я гуэныхьхэри зиумысыжурэ кърибжэкӀырти, ахэр бжэным и щхьэм трилъхьэрт» (еплъ Лев.16:21). Апхуэдэ дыдэу, уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм къэщэхужыныгъэ Ӏуэхур щызэфӀэкӀа нэужь, а щапхъэм тету Зиусхьэнри, мелыӀыч лъапӀэхэри, кърагъэла къомри зэхэту, Тхьэм и лъэпкъым и гуэныхьхэр шейтӀаным тралъхьэнущ; Тхьэм и бынхэм, шейтӀаным игъэӀулэурэ, яӀэщӀэщӀауэ щыта гуэныхь псомкӀи ар зэрыкъуаншэарэфыр къыжаӀэнущ. ЯутӀыпщ бжэныр губгъуэ нэщӀым зэрашэу щытам хуэдэу, зыри щымыпсэужу, кӀыфӀыбзэ, нэщӀ хъуа щӀылъэм шейтӀаныр ираутӀыпщхьэнущ. GCKar 617.3

КъызэӀузых Тхылъым къыщыгъэлъэгъуащ шейтӀаныр гъэр зэращӀынури, щӀылъэр хьэлэчу зэрызэхэзэрыхьынури, нэщӀ зэрыхъунури, икӀи апхуэдэ щытыкӀэ илъэс миным и кӀыхьагъэкӀэ зэриӀэнур. Мэсихь ЕтӀуанэу къызэрыкӀуэнумрэ бзаджащӀэхэр зэрагъэкӀуэдынумрэ тепсэлъыхьа иужь, бегъымбарӀуатэм къыпещэр: «НэгъуэщӀ мелыӀыч уафэм къехыу къэслъэгъуащ щыхупӀэ щӀэншэм и ӀункӀыбзэрэ лъэхъушхуэрэ ӀэщӀэлъу. Абы благъуэжьу, пасэрей блэжьыр, шейтӀану Ӏиблис хъужыр иубыдри, илъэс минкӀэ Ӏэпхлъэпх ищӀри, щыхупӀэ щӀэншэм иридзыхащ, щӀиубыдэри, мыхъурыр тригъэуэжащ, афӀэкӀа лъэпкъхэр имыгъэӀулэжын щхьэкӀэ, илъэс мин дэкӀыху. Илъэс миныр иуха нэужь ар зэман мащӀэкӀэ хуит ящӀыжынущ” (Откр. 20:1-3). GCKar 618.1

Тхыгъэ ЛъапӀэм и нэгъуэщӀ щӀыпӀэхэм ущеджэкӀэ наӀуэ мэхъур «щыхупӀэ щӀэншэ» жыхуиӀэм щӀыр кӀыфӀыгъэм хэтрэ зы хабзэм темыту, зэхэзэрыхьауэ, зэрыхьзэрийуэ щыту къызэрикӀыр. «ЩӀэдзапӀэм” щӀым иӀа щытыкӀэм Библиер мыпхуэдэу щытопсэлъыхь: «плъагъутэкъым икӀи нэщӀт, щыхупӀэ лъащӀэншэм кӀыфӀыгъэр къыщхьэщытт” (Быт. 1:2). БегъымбарӀуатэм къыжеӀэр, дауэ мыхъуми, апхуэдэ щытыкӀэм щӀылъэр зыгуэркӀэ ещхь зэрыхъунур. Тхьэм и махуэшхуэ къэкӀуэнур щилъагъум, Ирмий бегъымбарым жиӀащ: «ЩӀылъэм соплъри — мес ар нэщӀщ икӀи плъагъуркъым, уафэм сыдоплъейри, ари нэхукъым. Бгыхэм соплъри — мес ахэр мэкӀэзызыр, сэнтххэри къебэ-небэщ. Соплъэри, цӀыхуцӀэ зиӀэ плъагъуркъым, къуалэбзухэри зэбгрылъэтащ. Соплъэри — мес щӀыналъэ бэвылъэр губгъуэ нэщӀ зэрыхъуар солъагъу, дэтхэнэ зы къалэри Зиусхьэным и ӀэмыркӀэ зэхэкъутащ — Абы и губжьышхуэм къыхэкӀкӀэ» (Иер. 4:23-26). GCKar 618.2

Мыбдежым илъэс миным и кӀыхьагъкӀэ шейтӀаныр и жинхэр дэщӀыгъуу щыпсэунущ. ЩӀылъэм трапхауэ, ар нэгъуэщӀ дунейхэм кӀуэфынукъым, абы щыпсэу гуэныхь зымыщӀахэр игъэӀулэну, зэгуигъэпыну. Абы ехьэлӀауэ шейтӀаныр Ӏэпхлъэпх ящӀауэ щытынущ, и къарур зрихьэлӀэн зыри щӀылъэм къытенэнукъыми. ЛӀэщӀыгъуэ куэдкӀэ гурыфӀыгъуэ закъуэу иӀар — цӀыхухэр игъэӀулэурэ игъэкӀуэду иӀа лъэкӀыныгъэр — иӀэжынукъым. GCKar 618.3

Есихь бегъымбарым, шейтӀаныр зэрыхагъэщӀэнур щилъагъум жиӀащ: «Уафэм укъехуэхащ уэ, нэхузехьэу, пшэплъым и къуэ! ЩӀылъэм утрадзащ, лъэпкъхэр хэзыутар. УигукӀэ жыпӀат: “Тхьэм и вагъуэхэм нэхърэ нэхъ лъагэу си тахътэр сӀэтынщи, бгыщхьэм тхьэхэм сащыхэтӀысхьэнщ... Пшэ лъагэхэм я щхьэм сыдэкӀуеинщи, Тхьэм хуэдэ сыхъунщ”. Ауэ уэ щӀыкъатиблкӀэ укӀуэцӀрыхуащ, жыхьэрмэм и лъахэм. Укъэзылъагъу дэтхэнэми набдзэгубдзаплъэу узэпиплъыхьынурэ игъэщӀэгъуэнущ: “щӀылъэр зыгъэзджызджу пащтыхьыгъуэхэр зезыхуар мыра?” — жиӀэу. “Дунеибэр губгъуэ нэщӀ ищӀу и къалэхэр зэтезыкъутэу, Ӏэрыубыд ищӀахэр имыутӀыпщыжу щытар мыра?” — жиӀэу” (Ис. 14:12-17). GCKar 618.4

ШейтӀаныр Тхьэм зэрыпэщӀэувам илъэс минихым и кӀыхьагъкӀэ «щӀылъэр игъэзджызджу щытащ”. «Дунеибэр абы губгъуэ нэщӀ ищӀащ, и къалэхэр зэхикъутэурэ». ИкӀи абы «гъэр ищӀахэр иутӀыпщыжыртэкъым”. Илъэс минихым и кӀыхьагъкӀэ абы Тхьэм и бынхэр Ӏэрыубыд ищӀурэ езым и лъэхъуэщым щӀидзэу щытащ икӀи игъащӀэкӀи ахэр гъэру къэнэнухэт, арщхьэкӀэ, Мэсихь а Ӏэхъулъэхъухэр зэхикъутэри, гъэр ящӀахэм щхьэхуитыныгъэ яритыжащ. GCKar 619.1

ШейтӀаным зыри хузэфӀэкӀыжынукъым, уеблэмэ, бзаджащӀэхэми тепщэ яхуиӀэжынукъым; ар и жинхэмрэ езымрэ я закъуэу къагъэнэнущ, гуэныхьым кърикӀуа нэлатыр ирагъэунэхун щхьэкӀэ. «Лъэпкъхэм я пащтыхь псори щхьэж и кхъэлэгъунэ щӀэлъыжщ, щӀыхь хуащӀауэ, уэращ щӀамылъхьэжауэ хыфӀадзар, пхъэ фам хуэдэу... Адрейхэр щӀалъхьэжынущ, уэ — хьэуэ, уэ уи лъахэр бгъэунэхъуащи, уи лъэпкъыр бгъэкӀуэдащи» (Ис. 14:18-20). GCKar 619.2

Илъэс миным и кӀыхьагъкӀэ шейтӀаныр нэщӀ хъуа щӀылъэм зеуалэу тетынущ, Тхьэм зэрыпэщӀэувам кърикӀуахэр и нэм къыщӀэуэу. А зэманым ар хуабжьу гугъу ехьынущ. Гуэныхь щищӀа дэкъикъэм щыщӀэдзауэ ар хущӀыхьатэкъым илэжьхэм егупсысыну, ауэ иджы, къару имыӀэжу, абы Ӏэмал иӀэнущ уафэм щызекӀуэ хабзэхэм щыпэщӀэува махуэм щыщӀэдзауэ илэжьа псоми егупсысыжыну. Гузасэрэ кӀэзызу ар пэплъэнущ и къэкӀуэну шынагъуэм, бзаджэнаджагъэу илэжьа псом щхьэкӀэ ишэчынум, цӀыхухэм иригъэщӀауэ щыта гуэныхь псом щхьэкӀэ тезыр ихьынум. GCKar 619.3

ШейтӀаныр гъэр зэращӀынум Тхьэм и лъэпкъыр хуабжьу игъэгуфӀэнущ. Бегъымбарым жеӀэр: «Зиусхьэным гузэвэгъуэм, шынагъуэм, гугъу уехьу узэрагъэпщылӀам укъыщригъэла махуэм, уэ текӀуэныгъэ уэрэдыр Вавилоным и пащтыхьым ущӀэнакӀэурэ жепӀэнущ, (мыбдежым Вавилоным и пащтыхь жыхуиӀэр шейтӀанырщ), мыпхуэдэурэ жыпӀэнущ: гущхьэгъэуфӀыцӀыр щыӀэжкъым... Зэхикъутащ Зиусхьэным бзаджащӀэхэм я токъмакъ башыр, тепщэхэм я башу, лъэпкъхэр ябгэу, хьэлэчу зэтезыукӀар, гущӀэгъуншэу, лъэпкъхэм тегушхуэгъуафӀэу ятепщар” (Ис. 14:3-6). GCKar 619.4

Япэу къагъэтэджыжынухэмрэ етӀуанэу къагъэтэджыжынухэмрэ я зэхуаку дэлъыну зэманым, илъэс миным и кӀыхьагъкӀэ, бзаджащӀэхэм тращӀыхьыну хьэкумыр екӀуэкӀынущ. Апостол Павел егъэнахуэр а хьэкумыр Хьиса етӀуанэу къэкӀуа нэужь зэрыщыӀэнур: «Аращи, игъуэ мыхъуауэ, Зиусхьэным къимыгъэзэжауэ, зыми ехьэлӀауэ хьэкум фымыщӀэ. Абы кӀыфӀыгъэм щӀихъумэ псори къыщӀигъэщынущи, цӀыхухэм я гурылъ щэхухэр нэгъуни” (1 Кор. 4:5). Данил жеӀэр, Зи Махуэхэр Жьы Дыдэр къэкӀуа нэужь, «хьэкумыр Тхьэм хуэпэжхэм иратащ» (Дан. 7:22). А зэманым цӀыху щыпкъэхэр Тхьэм хуэлажьэ пащтыхь хъунухэщ. Яхья КъызэӀузых Тхылъым щыжеӀэр: «Хьэкум зыщӀэхэр тахътэхэм тесу сэ къэслъэгъуащ”. «Ахэр Тхьэмрэ Мэсихьрэ я дин-лэжьакӀуэ хъунурэ, илъэс минкӀэ тепщэныгъэр яӀэщӀэлъынущ» (Откр. 20:4, 6). Ар апостол Павел зи гугъу ищӀа зэманырщ: «Тхьэм хуэпэжхэм дунейм хьэкум тращӀэнущ” жиӀэу (1 Кор. 6:2). Мэсихь и гъусэу абыхэм бзаджащӀэхэм хьэкум тращӀэнущ, абыхэм ящӀахэр Хабзэм и Тхылъым, Библием, ирагъапщэурэ, дэтхэнэ зыми дунейм щытетам и псэукӀам ипкъ иткӀэ и Ӏуэхум хэплъэнущ. ЛӀэныгъэм и тхылъым иратхэу, ажал къэзылэжьа дэтхэнэми и цӀэм бгъэдатхэнущ тращӀыхьа хьэкумыр. GCKar 620.1

Мэсихьрэ Абы и лъэпкъымрэ хьэкум тращӀэнущ шейтӀанымрэ мелыӀыч бзаджэхэмрэ. Павел жеӀэр: «ФымыщӀэу ара, дэ, мелыӀычхэм хьэкум зэрытетщӀэнур?» (Пыч. е-3-нэ). Апостол Иуди жеӀэр: «Зи щӀыхьыр зымыхъумэжа мелыӀычхэу, зи псэупӀэр зыбгынахэр, Ӏэхъулъэхъу ярылъу, кӀыфӀыгъэм хэтхэу къемэтмахуэм хуехъумэр” (Иуд. 6). GCKar 620.2

Илъэс миныр дэкӀа нэужь, етӀуанэ къэхъужыныгъэр щыӀэнущ. Абы щыгъуэм бзаджащӀэхэр къэтэджыжынущ, лӀахэм къахэтэджыкӀыжынурэ Тхьэм и пащхьэм ихьэнущ, ажал къызэралэжьар зэхахын щхьэкӀэ. КъызэӀузых Тхылъыр зи Ӏэрытх Яхья Тхьэм хуэпэжхэр къызэрагъэтэджыжыну щӀыкӀэр къигъэнэхуа нэужь, адэкӀэ «Адрей лӀахэр къэхъужакъым, илъэс мин дэмыкӀауэ” жеӀэр. Есихь бегъымбарми бзаджащӀэхэм ятеухуауэ мыращ жиӀэр: «Ахэр псори зэгъусэу, гъэрхэм хуэдэу, щӀыунэм щӀадзэнурэ, щӀаубыдэнущ, махуэ Ӏэджэ дэкӀынурэ узыгъуэ иратынущ» (Откр. 20:5; Ис. 24:22).  GCKar 620.3