Loading...

Loading

Loading
(You are in the browser Reader mode)

Хэзыгъэгъуазэ

Гуэныхьыр щыщымыӀам ДыкъэзыгъэщӀам хуиту епсалъэу щытащ Ӏэдэм, арщхьэкӀэ, апхуэдэ щӀыхь иджы цӀыхухэм диӀэжкъым, гуэныхьым Тхьэм пэӀэщӀэ дыхуищӀащ. Ауэ Тхьэм дыкъызэрыригъэл щӀыкӀэм ЩӀылъэм щыпсэухэм Уафэм зэрызызэпытщӀэжыфын гъуэгу къытхузэӀуихащ. Тхьэр къыдопсалъэр и Дух ЛъапӀэмкӀэ, Езым къыхихауэ къыхуэлажьэ цӀыхухэмкӀэ дунейм тетхэм закъыхузэӀуех. «БегъымбарӀуатэр зэи цӀыху ӀэмыркӀэ къэӀуэта хъуакъым, атӀэ ар Дух ЛъапӀэм Тхьэм и цӀыху щихъхэм я гум ирилъхьэурэ жригъэӀащ” (2 Петр. 1:21). GCKar 5.1

ЦӀыхухэр дунейм къытехьа нэужь, илъэс 2500-м и кӀыхьагъкӀэ Тхьэм теухуа тхыгъэ щыӀакъым. Тхьэм иузэщӀа цӀыхухэм ящӀэр нэгъуэщӀхэм хуаӀуэтэжырт; ахэр адэм къуэм къыхузэӀуихыурэ, зы щӀэблэм адрейм Ӏэригъэхьэурэ къекӀуэкӀащ. Тхьэм и Псалъэр ятхын щрагъэжьар Муса бегъымбарым и зэманырщ. Тхьэм и Псалъэу къехыр зы тхылъ лъапӀэм щызэхуахьэсырт. Тхьэм дунейр къызэригъэщӀам и хъыбарымрэ Тхьэм и Унафэмрэ итхыжу, Муса бегъымбарым иубла лэжьыгъэм лӀэщӀыгъуэ пщыкӀухкӀэ зиубгъуащ, Инджылым и пэжыгъэ лъапӀэхэр зытхыжа Яхья бегъымбарым а Ӏуэхур и кӀэм нигъэсыжыху. GCKar 5.2

Библие лъапӀэр къызыбгъэдэкӀар Тхьэращ, ауэ ар зытхыжар цӀыхухэрщ. Аращи, абы щыщ тхылъхэм ар зытхыжахэм я хьэл-щэнхэри къыщыхэщ щыӀэщ. КъызэӀуха пэжыгъэр «Тхьэм къыбгъэдэкӀащ», ауэ ар цӀыхухэм гурыӀуэгъуэ зэращыхъун бзэкӀэ тхыжащ (еплъ 2 Тим. 3:16). Гъунапкъэ зимыӀэу ин Тхьэм хуэлажьэхэм ягури я псэри Езым и Дух ЛъапӀэмкӀэ къигъэнэхуащ. ЯригъэпщӀыхьурэ, къахуигъэлъагъуэурэ, дамыгъэхэмкӀэ, прообразхэмкӀэ къахузэӀуихыурэ Тхьэм къаригъэщӀа пэжыгъэр абыхэм езыр-езыру ятхыжырт, я гупсысэхэр псалъэкӀэ къаӀуатэурэ. GCKar 5.3

УнафипщӀыр Тхьэм къипсэлъри, Езым и ӀэмкӀэ итхыжащ. АбыкӀэ къыдолъагъу ар цӀыхум зэримыӀэужьыр, атӀэ Зиусхьэным къызэрыбгъэдэкӀар. Ауэ, Библие лъапӀэр зэрыщыту къапщтэмэ, Тхьэмрэ цӀыхумрэ зэкъуэту уегъэлъагъу, Тхьэм къыбгъэдэкӀа пэжыгъэхэр цӀыхум и бзэмкӀэ къеӀуэтэжри. Апхуэдэ зэкъуэтыныгъэ Мэсихь зыхуэдэми хыболъагъуэр, Тхьэм и Къуэу, атӀэми, ЦӀыхуми и Къуэу зэрыщытым. Аращи, Библие лъапӀэм къыщыхьа мы псалъэхэр: «Псалъэр ЦӀыху хъури, къытхэту псэуащ» (Ин. 1:14) жыхуиӀэр Мэсихь теухуауэ зэрыщытым хуэдабзэу, Библие лъапӀэми ехьэлӀауэ жыпӀэ хъунущ. GCKar 6.1

Лъэхъэнэ зэмылӀэужьыгъуэхэм псэуа цӀыхухэм, гъащӀэм увыпӀэ зэхуэмыдэхэр щызыӀыгъахэм, зи ӀэщӀагъэкӀэ, зи щӀэныгъэкӀэ зи лъэкӀыныгъэкӀэ зэщхьэщыкӀыу къекӀуэкӀахэм, ятхыжа Библие лъапӀэм щыщ тхылъхэр, я гъэпсыкӀэкӀи, зытеухуакӀи хуабжьу зэщхьэщокӀ. А тхылъхэр зытхыжа цӀыху зэхуэмыдэхэм я гупсысэхэр къызэраӀуатэ, зэрагъэпс щӀыкӀэри зэщхькъым; дэ куэдрэ дрохьэлӀэ зы пэжыгъэр къапщтэмэ, ар зы тхакӀуэм адрейм нэхърэ нэхъ белджылыуэ щызэпкърих. Дэтхэнэ зы упщӀэми и жэуапым зы цӀыхукъым Библие лъапӀэм щытепсэлъыхьыр, атӀэ ар цӀыху Ӏэджэм ятхахэмкӀэ лъэныкъуэ псомкӀи зэпкърихыурэ гурыӀуэгъуэ къытщащӀ. Аращи, емыгугъуу, щхьэтелъэфу, гурыщхъуэщӀу а тхылъым еджэм зэтемыхуэныгъэ, зэгурымыӀуэныгъэ куэд щызу къыщыхъункӀэ хъунущ, ауэ гупсысэ зиӀэу, егугъуу ар зыдж цӀыху щыпкъэм зэгурыӀуэныгъэ нэгъэса абы хилъэгъуэнущ. GCKar 6.2

Пэжыгъэм цӀыху куэд тетхыхьащ икӀи абы и нэщэнэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къагъэнэхуащ. Библиер зытхыжахэм языныкъуэхэм гулъытэ нэхъыбэ хуащӀ, езыхэм ягъэунэхуахэм, зыхащӀыкӀ Ӏуэхугъуэхэм епхауэ щытхэм, хэти нэгъуэщӀхэр нэхъ къыхегъэщхьэхукӀ, нэхъыбэу тотхыхь къыӀэрыхьа нэхур къызэрыщыхъуам къыхэкӀыу. Ауэ, дэтхэнэми Дух ЛъапӀэм и жьауэм щӀэтурэ, зи гугъу ищӀыр нэхъыбэу зыхищӀарщ, и гум нэсарщ, аращи, пэжыгъэр дэ долъагъу сыт и лъэныкъуэкӀи зэпкърыхауэ, ауэ щыхъукӀи зэкъуэту, зэтехуэу. Аращи, дэтхэнэ зы цӀыхуми, сыт хуэдэ щытыкӀэ имыхуами, гъащӀэм сыт щыӀумыуами, сыт щыгъуи Библием къиӀуатэ пэжыгъэм зыщыхуигъазэкӀэ, упщӀэу иӀэу хъуам и жэуап къыщигъуэтынущ. GCKar 6.3

Тхьэм и Ӏэмырт и пэжыгъэр дунейм къыщриткӀэ, цӀыхухэр къигъэсэбэпыну. Абы Езым и Дух ЛъапӀэр къахуригъэхри, а цӀыхухэм зэфӀэкӀхэр ябгъэдилъхьат, а лэжьыгъэр ялъэкӀын папщӀэ. Дух ЛъапӀэм а цӀыхухэм я гупсысэхэр зэригъакӀуэрт, жаӀэнури ятхынури къажриӀэу. Библиер цӀыхухэм я ӀэмкӀэ тхауэ, я бзэ нэмыгъэсамкӀэ къаӀуэтауэ щыт щхьэкӀэ, ар Тхьэм зэрищыхьэту къонэжыр икӀи Тхьэм къедаӀуэ и бын дэтхэнэми абы хилъагъуэр нэфӀщыхуэныгъэрэ пэжыгъэкӀэ гъэнщӀа Тхьэм и къарум и щӀыхьырщ. GCKar 6.4

Тхьэм и ПсалъэмкӀэ цӀыхухэм къахузэӀуихащ къелын папщӀэ зыхуэныкъуэ псори. Тхыгъэ ЛъапӀэр къэтщтэн хуейщ щыуагъэншэу Тхьэм и Ӏэмырыр къызэӀузых, щӀыхь зиӀэ тхылъу. Ди псэукӀэр абы тещӀыхьауэ щытыпхъэщ, ар пэжыгъэм дыхуэзышэ гъуэгущи икӀи ди гъащӀэр къызэрытпщытэн пщалъэщи. «Тхыгъэ ЛъапӀэр зэрыщыту Тхьэм къыбгъэдэкӀащ. Ар сэбэпщ гъэсэныгъэмкӀи, цӀыхум и къуаншагъэр илъагъужынымкӀи, игъэзэкӀуэжынымкӀи, щыпкъагъэм хуэущиинымкӀи”, Тхьэм и цӀыхур нэгъэса хъун папщӀэ икӀи «сыт хуэдэ ӀуэхуфӀми хуэхьэзыру щытын папщӀэ» (2 Тим. 3:16,17(). GCKar 7.1

Тхьэм и Ӏэмырыр цӀыхухэм къызэрытхузэӀуихам къикӀыркъым Дух ЛъапӀэм къыджиӀэным, сыт щыгъуи Ар тщӀыгъуным афӀэкӀа дыхуэмыныкъуэжу. АтӀэ КъегъэлакӀуэм дыкъигъэгугъащ и Псалъэр Дух ЛъапӀэм къахузэӀуихыну къыхуэпщылӀхэм, къахуигъэнэхуну икӀи къагуригъэӀуэну абы и мыхьэнэр икӀи къадэӀэпыкъуну ар гъащӀэм къыщагъэсэбэпынымкӀэ. Библиер езыгъэтхар Дух ЛъапӀэращи, Абы и гъэсэныгъэхэр Тхьэм и Псалъэм пэщӀэувэу щытыфынукъым. GCKar 7.2

Дух ЛъапӀэр къызэрыдатар Библием и пӀэкӀэкъым, атӀэ Тхыгъэ ЛъапӀэм дыхегъэгъуазэ Тхьэм и Псалъэр дэтхэнэ гъэсэныгъэми, гурыщӀэми и къэпщытакӀуэу, и пщалъэу зэрыщытым. Тхьэм и лӀыкӀуэ Яхья къыджеӀэр: «ФӀыуэ слъагъухэ, дэтхэнэ духми дзыхь хуэвмыщӀ, атӀэ вгъэунэху ар Тхьэм къыбгъэдэкӀарэ къыбгъэдэмыкӀарэ, бегъымбар нэпцӀ куэд къэунэхуащи” (1 Ин. 4:1(). Есихь бегъымбарми къыджеӀэр: «Тхьэм и унафэмрэ Тхыгъэ ЛъапӀэмрэ зыхуэвгъазэ. Абыхэм темыхуэу хэт сыт жиӀэми пэжыгъэм и нэхур хэлъкъым» (Ис. 8:20(). GCKar 7.3

Дух ЛъапӀэм и лэжьыгъэр ягъэпуд Абы иузэщӀауэ зыкъызыщызыгъэхъужхэм, атӀэми Тхьэм и Псалъэм и жьауэ зэпымычу щӀэтыным зэрыхуэныкъуэр афӀэкӀа зыхэзымыщӀэжхэм. Езыхэм къащыхъухэр абыхэм Тхьэм и макъыу къафӀощӀ. Тхыгъэ ЛъапӀэр къыпфӀэмыӀуэхуу, уэ езым къыпщыхъухэмрэ уи гурыщӀэхэмрэ тещӀыхьауэ упсэуным уигъэщхьэрыуэн, ущигъэуэн къудейщ икӀи уи кӀуэдыпӀэри кърикӀуэнущ. Апхуэдэу зыщӀэ цӀыхур шейтӀаным и мурад Ӏейхэр къригъэхъулӀэнымкӀэ дэӀэпыкъуэгъу хуохъу. ГъащӀэ хэлъын папщӀэ Мэсихь и Члисэр Дух ЛъапӀэм и лэжьыгъэм Ӏэмалыншэу хуэныкъуэу здэщытым, шейтӀаныр хущӀокъу динымкӀэ фасикъыгъэмрэ егъэлеиныгъэмрэ къыхэкӀ щыуагъэхэр къигъэсэбэпурэ, Дух ЛъапӀэм и лэжьыгъэр цӀыхухэм Ӏумпэм яригъэщӀыну икӀи Тхьэм и лъэпкъыр хигъэзыхьыну, Езы Зиусхьэным къарит а къарум и къежьапӀэр къафӀэмыӀуэхуу, гулъытэншэу къаригъэгъэнэну. GCKar 7.4

Тхьэм и Псалъэм зэрыжиӀэщи, Тхьэм и Духым и лэжьыгъэм къыпищэнущ Инджылым зиубгъуху. ЛӀэщӀыгъуэ нейхэм я кӀыхьагъкӀэ, Пасэрей ЗэгурыӀуэныгъэмрэ ЗэгурыӀуэныгъэщӀэмрэ и Тхылъхэр щатха лъэхъэнэхэм, абыхэм итын хуей къызэӀухыныгъэхэр къазэрыритам имызакъуэу, Дух ЛъапӀэм зэпимыгъэууэ цӀыхухэр, дэтхэнэри къапщтэмэ, зэриузэщӀыным иужь итащ. Езы Библием къыджеӀэр Дух ЛъапӀэм цӀыхухэр ихъумэным зэрегугъуар, я щыуагъэхэр къыщӀигъэщу, иущийуэ, иузэщӀу къызэрекӀуэкӀар, а псор Тхыгъэ ЛъапӀэм иратхэным и хьэтырым имызакъуэу. АтӀэ Библием апхуэдэуи и гугъу ещӀыр лӀэщӀыгъуэ зэмылӀэужьыгъуэхэм псэуа бегъымбархэм, ауэ щыхъукӀи зи псалъэхэр зымытхыжахэм. Тхыгъэ ЛъапӀэм и каноныр зэхагъэувэныр яуха нэужьи, Дух ЛъапӀэм и лэжьыгъэм адэкӀи къыпищащ Тхьэм и бынхэр иджыри иузэщӀу, къихъумэну иущийхэу, ягухэр фӀы яхуищӀыжхэу. GCKar 8.1

Хьиса и гъэсэнхэр къигъэгугъащ: «Гугъэпсэху Дух ЛъапӀэм, си цӀэкӀэ си Адэм къыфхуигъэкӀуэнум, псоми фыхуригъэджэнущ икӀи нывжесӀа псори фигу къигъэкӀыжынущ”. «Пэжыгъэм и Духыр къэкӀуа нэужь, сыт хуэдэ пэжыгъэми фыхуигъэсэнущ... къэхъункъэщӀэнухэри къывжиӀэнущ” (Ин. 14:26; 16:13(). Тхыгъэ ЛъапӀэм ӀупщӀу къыджеӀэр, а гъэгугъэныгъэхэр апостолхэм я зэманым имызакъуэу, сыт хуэдэ лӀэщӀыгъуэми Мэсихь и Члисэм зэрыратар. КъегъэлакӀуэм и гъуэгу ирикӀуэхэр быдэу къигъэгугъащ: «Сэ махуэ къэси, игъащӀэкӀи сывигъусэнущ» (Мф. 28:20). Павели къыджеӀэр Духым и тыгъэхэмрэ и къызэӀухыныгъэхэмрэ Члисэм зэрыхухахар: «цӀыху щихъхэр Тхьэм хуэлэжьэным” хуигъэхьэзырын папщӀэ, «Мэсихь и пкъым щыщхэр яузэщӀыфын щхьэкӀэ, псоми Тхьэм и Къуэр къэтцӀыхуауэ, зы фӀэщхъуныгъэ диӀэу, зэкъуэт дымыхъуху, балигъыпӀэ нэгъэсам и щапхъэ Мэсихь ещхь дымыхъуху” (Еф. 4:12,13(). GCKar 8.2

Тхьэм и лӀыкӀуэр Ефес къалэ дэсхэу фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм Тхьэ яхуелъэӀурт мыпхуэдэу: «Ди Зиусхьэн Хьиса Мэсихь и Тхьэу, щӀыхьышхуэ зиӀэ Адэм, Ӏущыгъэмрэ къызэӀухыныгъэмрэ и Духыр къывит, Ар нэхъыфӀу къэфцӀыхун папщӀэ. Сэ иджыри Тхьэм солъэӀу фи акъылхэри фигухэри къигъэнэхуну, фыкъызыхуриджа гугъэр зыхуэдэр къэфлъагъун папщӀэ... фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэм къыдэлэжь Абы и къарур къыпхуэмыхутэну зэрыгъунапкъэншэр” (Еф. 1:17-19(). Тхьэм и Духым и лэжьыгъэр, акъылыр иузэщӀу икӀи Тхьэм и Псалъэ ЛъапӀэм и куууагъыр къызэӀузыхыр, нэфӀщыхуэныгъэ хъужыр арат, Ефес къалэ щыӀэ члисэм къаӀэрыхьэн папщӀэ Павел Тхьэ щӀахуелъэӀуар. GCKar 8.3

ЕтхущӀанэ махуэм гъуэзэджэу Дух ЛъапӀэр къахуеха нэужь, Петр лъэпкъыр иущият хущӀегъуэжыну икӀи Мэсихь и цӀэкӀэ псым зыщӀагъэуэну, я гуэныхьхэр къагъэнэн папщӀэ. Абы жиӀащ: «ИтӀанэ тыгъэу къыфӀэрыхьэнущ Дух ЛъапӀэр. А тыгъэмкӀэ фыкъагъэгугъащ фэри фи бынхэри икӀи Зиусхьэн ди Тхьэм къриджэну дэтхэнэри, дапхуэдизу жыжьэ щымыпсэуми» (Деян. 2:38,39(). GCKar 9.1

Къемэтмахуэм пыщӀа Ӏуэхугъуэхэм ехьэлӀауэ Дух ЛъапӀэм и къарур нэхъыбэу нэрылъагъу тщыхъуну бегъымбар Иоиль и жьэкӀэ Тхьэм дыкъигъэгугъащ (еплъ Иоил. 2:28(). А бегъымбарӀуатэм щыщ Ӏыхьэр зэщӀащ ЕтхущӀанэ махуэм, ауэ Инджылым и лэжьыгъэр и кӀэухым щынэблагъэкӀэ ар нэгъэсауэ зэщӀа хъунущ, Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэр гъуэзэджэу къэнаӀуэху. GCKar 9.2

Зэманыр и кӀэм щынэблагъэкӀэ, емрэ фӀымрэ я зэхуаку дэлъ бэнэныгъэр гуащӀэ дыдэ хъунущ. Сыт хуэдэ лӀэщӀыгъуэми шейтӀаныр гущӀэгъуншэу, ябгэу Мэсихь и Члисэм теуэрт, ауэ Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэри и Духри и лъэпкъым къаритырт, ахэр игъэбыдэу, бзаджащӀэм пэщӀэтыфын хуэдэу. Тхьэм Мэсихь и апостолхэм дунейм ХъыбарыфӀыр нахьэсыфын икӀи къэкӀуэну лӀэщӀыгъуэхэм хуатхыжыфын щхьэкӀэ, Дух ЛъапӀэм и къарур хэхауэ куэду къаритауэ щытащ. Нэгъэсауэ щхьэхуит щащӀыжыну махуэм Члисэр гъунэгъу нэхъ хуэхъуху, шейтӀаныр нэхъ губжьауэ къытеуэнущ. Ар зокӀуэр «хуабжьу ябгэу, езым къыхуэнэжа зэманыр зэрымащӀэр ещӀэри» (Откр. 12:12(). Абы «къарууэ иӀэр ирихьэлӀэу нэщэнэ, телъыджэ нэпцӀхэр къигъэлъагъуэу» щытынущ (2 Фес. 2:9). Тхьэм и мелыӀычхэм я деж увыпӀэ нэхъ лъагэ дыдэ зэгуэрым щызыӀыгъам, и лъэкӀыныгъэ къызэрымыгуэкӀхэр илъэс минихым и кӀыхьагъкӀэ зыхуэунэтӀауэ щытар цӀыхухэр игъэщхьэрыуэнырт икӀи игъэкӀуэдынырт. Аращи, лӀэщӀыгъуэ куэдым я кӀыхьагъкӀэ абы бзаджэнаджагъэу икӀи гущӀэгъуншагъэу зригъэгъуэта Ӏэзагъэ псори и бэнэныгъэм къыщигъэсэбэпынущ, иужь дыдэу зэхэгъэкӀыпӀэ дакъикъэу Тхьэм и лъэпкъым ирищӀылӀэну зауэм. А зэман шынагъуэм ирихьэлӀу Мэсихь и Ӏумэтым итхэм дунейм хъыбар ирагъэщӀэн хуейщ Зиусхьэным и ЕтӀуанэ къэкӀуэгъуэм теухуауэ. ЦӀыхухэм зыхуагъэхьэзырын хуейщ Абы и пащхьэ зэрихьэным «къабзэрэ дагъуэншэу» (2 Петр. 3:14(). Ди зэманым Члисэр, апостолхэм я махуэхэм нэхърэ мынэхъмащӀэу хуэныкъуэщ Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэмрэ и къарумрэ я тыгъэ хэхахэм. GCKar 9.3

Мы тхыгъэр зи Ӏэдакъэ къыщӀэкӀам Дух ЛъапӀэм зэпкърыхауэ къыхузэӀуихащ емрэ фӀымрэ зэпымычу я зэхуаку дэлъ бэнэныгъэр. Зэман-зэманкӀэрэ сэ сыкӀэлъагъэплъащ гъащӀэм Ипщ, дыкъезыгъэл Мэсихьрэ Тхьэм и Унафэ лъапӀэр япэу зыкъута, гуэныхьым и къежьапӀэ, бзаджагъэм ипщ шейтӀанымрэ я зэхуаку дэлъ бэнэныгъэ иным щыщ теплъэгъуэхэм. ШейтӀаныр Мэсихь зэрижэгъуэгъур хыболъагъуэр, Мэсихь и Ӏумэтым итхэр имыгъэпсэууэ сыт щыгъуи зэрыщӀихуэм. БлэкӀам и тхыдэ псоми къыхощыр Тхьэм и Унафэм и принципхэм зэпымычу лъагъумыхъуныгъэ зэрыхуаӀар, пцӀыр пэжу къагъэлъэгъуэну щӀэчэ имыӀэу яужь зэритар, Тхьэм и Унафэр цӀыхухэм ейхэмкӀэ яхъуэжыну увыӀэгъуэ имыӀэу зэрыпылъар, цӀыхухэр хагъэзыхьыну, КъэзыгъэщӀам и пӀэкӀэ къагъэщӀахэм щхьэщэ хурагъэщӀурэ хуагъэлэжьэну. ЛӀэщӀыгъуэхэм я кӀыхьагъкӀэ шейтӀаныр мыкӀуэщӀыж гуащӀагъэ хэлъу, къимыкӀуэту телэжьащ Тхьэм и хьэлыр пцӀыуэ къызэригъэлъэгъуэным, КъэзыгъэщӀам и образыр зэридзэкӀыу цӀыхухэм зэрабгъэдилъхьэным икӀи апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ Тхьэр фӀыуэ ялъагъуным и пӀэкӀэ цӀыхухэр Абы щышынэрэ лъагъумыхъуныгъэ хуаӀэу зэрищӀыным; Тхьэм и Унафэр зэращигъэгъупщэжыным икӀи абы къигъэувхэр цӀыхухэм зэращхьэщихыным; гущӀэгъуншэу, ябгэу щӀихуэу, имыгъэпсэууэ къекӀуэкӀащ абы и гъэпцӀагъэхэм пэщӀэувэну тегушхуэхэр. Абы и духым ущрохьэлӀэ адэжьхэм, бегъымбархэм, апостолхэм, хьэзабыр зрагъэшэчу яукӀахэм икӀи реформаторхэм я тхыдэхэм. GCKar 10.1

Бэнэныгъэ иным и кӀэух лъэхъэнэм шейтӀаным къигъэсэбэпынущ и япэрей Ӏэмалхэр: абы къигъэлъэгъуэнущ а и дух дыдэр, блэкӀа лӀэщӀыгъуэхэм дэтлъэгъуахэр; икӀи хущӀэкъунущ япэм иӀа мурадыр зригъэхъулӀэным. БлэкӀам къэхъуахэм къытрагъэзэжынущ, ауэ зэрызэщхьэщыкӀынур я шынэгъуагъэмкӀэщ, зэи дунейм имылъэгъуа ябгагъэрэ гущӀэгъуншагъэрэ къыщылъэгъуэнущ къэкӀуэну бэнэныгъэм. Нэхъри нэхъ угъурсыз, нэхъ бзаджэнаджэ хъуурэ кӀуэнущ шейтӀаныр, тегушхуэпауэ ятеуэу цӀыхухэм. Ар яужь итынущ Тхьэм къыхихауэ и бынхэри дишэхыну, къигъэӀулэну (еплъ Мк. 13:22(). GCKar 10.2

Тхьэм и Псалъэм и пэжыгъэ инхэр Тхьэм и Духым къысхузэӀуиха икӀи блэкӀами къэкӀуэнуми я теплъэгъуэхэр си нэгу щӀигъэкӀа нэужь, сэ къызжаӀащ къэсщӀахэр нэгъуэщӀхэм хуэсӀуатэжыну, блэкӀа лӀэщӀыгъуэхэм екӀуэкӀа бэнэныгъэм и тхыдэр стхыжын хуейуэ, нэхум и бзий нурыбэхэм нэгъэсауэ къагъэнэхун хуэдэу цӀыхухэм къапэщылъ бэнэныгъэр, и гуащӀагъкӀэ зэи къызэрымыхъуауэ щытынур. А унафэр щызгъэзащӀэм, сэ сегугъуащ къыхэсхыурэ зэуӀу сщӀыну Члисэм и тхыдэм щыщхэр, апхуэдэ щӀыкӀэу укӀэлъыплъыфын хуэдэу, цӀыхухэр зыгъэунэху пэжыгъэхэр къызэрызэӀукӀам, дунейм и лъэхъэнэ зэмылӀэужьыгъуэхэм къратауэ щытахэр, — пэжыгъэхэр, шейтӀанымрэ дуней нэпцӀыр фӀыуэ зылъэгъуа члисэмрэ я губжьыр къэзыгъэушу щытахэр, ауэ «лӀэныгъэм щымышынэу, псэемыблэжу” Тхьэм хуэлэжьахэр щыхьэт зытехъуэу щытахэр. GCKar 10.3

БлэкӀа хъугъуэщӀагъэхэм дэ хэтлъэгъуэфынущ къэкӀуэнум къытпэплъэ бэнэныгъэр гъунэгъу къызэрытхуэхъум и нэщэнэхэр. Тхьэм и Псалъэмрэ и Духымрэ я нэхур диӀэу ахэр щыдджкӀэ, дэ къэтлъэгъуну Ӏэмал диӀэщ бийм и мурад бзаджэ сэтей къащӀахэр икӀи Зиусхьэныр къыщыкӀуэжыну махуэм Абы и пащхьэ «дзыншэу» ихьэну хуей дэтхэнэми зызыщихъумэн хуей шынагъуэхэр. GCKar 11.1

БлэкӀа лӀэщӀыгъуэхэм Реформацэм зэрызиужьам пыщӀауэ щыта хъугъуэщӀагъэ инхэр, — ахэр тхыдэр щыхьэт зытехъуэ Ӏуэхугъуэхэщ, протестантскэ дунейм зэрыщыту къащтауэ; а хъугъуэщӀагъэхэр пэжу зэрыщыӀар шэч лъэпкъ къызытумыхьэфынщ. Абыхэм ехьэлӀауэ сэ зэрыхъукӀэ си псалъэхэр згъэкӀэщӀащ, си тхылъым и мурад нэхъыщхьэм сыкъызэрытемыкӀыным сытету, къэзгъэсэбэпа щапхъэхэри дыхуэмыныкъуамэ къэсхьынутэкъым. Тхыдэтххэм кӀэщӀу ятхыжа хъугъуэщӀагъэхэр, къэхъуа-къэщӀа хъыбар пэжхэр, зэхуахьэсыжауэ я мыхьэнэр шэрыуэу къаӀуэтэжауэ щыӀэхэр сэ къэзгъэсэбэпащ, я псалъэхэр, я жыӀэгъуэхэр зэрыщыт дыдэм хуэдэу сымыхъуэжу къэсхьурэ. Языныкъуэхэм деж жыӀэгъуэхэр къыздисхар къэзгъэлъагъуэркъым, ахэр къыщӀэзгъэсэбэпыр щӀыхь зиӀэ тхыдэтхым и цӀэр, и унэцӀэр къэзгъэлъэгъуэн папщӀэкъыми, атӀэ абы и псалъэхэр дэӀэпыкъуэгъу мэхъури аращ мыхьэнэшхуэ зиӀэ упщӀэхэр ӀупщӀу иризэхэгъэкӀа, зэпкърыха хъунымкӀэ. GCKar 11.2

Мы тхылъым и мурад нэхъыщхьэр зыхуэунэтӀар блэкӀа зэманым екӀуэкӀа бэнэныгъэм и напэкӀуэцӀ зыщымыгъуазэхэр тхылъеджэм къыхузэӀухыным и закъуэкъым, атӀэ нэхъыбэу ар зыхуэгъэпсар а бэнэныгъэр зэрекӀуэкӀа щӀыкӀэр къэгъэлъэгъуэнырщ икӀи къэкӀуэнум къэхъуну-къэщӀэнухэр зэрекӀуэкӀынум и теплъэгъуэхэм хигъэгъуэзэнырщ. Нэхугъэмрэ кӀыфӀыгъэмрэ я къару зэпэщӀэтхэм гулъытэ хуэтщӀурэ блэкӀам къэхъуахэм дащыхэплъэжкӀэ, абыхэм ди нэр щӀэуэ къытхузэӀуахыр, къэкӀуэнум нэху трагъадзэри икӀи дуней тыншыгъуэхэр зэрафӀэкӀуэдым щхьэкӀэ къамыгъанэу, блэкӀа лӀэщӀыгъуэхэм псэуа реформаторхэм хуэдэу, цӀыхухэм Тхьэм и Псалъэр хуахьу Хьиса Мэсихь и щыхьэтхэм я гъуэгур къыхуагъэнэху. GCKar 11.3

Пэжыгъэмрэ щхьэрыуагъэмрэ я зэхуаку дэлъ бэнэныгъэ иным и теплъэгъуэхэр къэгъэлъэгъуэныр; шейтӀаным и мурад бзаджэхэр къыщӀэгъэщыныр икӀи абы дызэрыпэщӀэтыфыну Ӏэмалхэр къэгъэнэхуэныр; ем кърикӀуэ псори зэпкърыхауэ къэгъэлъэгъуэныр, гуэныхьыр къызэрыхъуар икӀи абы укъызэрелыфынур къэгъэлъэгъуэныр, Тхьэм къигъэщӀауэ хъуам захуагъэрэ гущӀэгъукӀэ зэрабгъэдэтыр нэгъэсауэ къызэӀухыныр; икӀэм-икӀэжым, Тхьэм и Унафэр зэрылъапӀэмрэ зэи Ар Тхьэм зэримыхъуэжымрэ къэгъэлъэгъуэныр — мис ахэращ сэ сызытелэжьар. Сэ хуабжьу Тхьэм солъэӀу цӀыхухэр кӀыфӀыгъэм и тепщэм къыӀэщӀэкӀыу «щихъхэм я щӀэиныр къалъысынымкӀэ» мы тхылъыр щӀэгъэкъуэн яхуэхъуну, фӀыуэ Дыкъэзылъагъуу и гъащӀэр дэр папщӀэ Зытар ягъэлъэпӀэн папщӀэ. GCKar 12.1

Е. Г. У.